text
stringlengths 11
353k
| meta
dict |
---|---|
ДызыщIэхъуэпсыну дышына лъагапIэ
Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2010 гъэ
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2010 гъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм нэхъапэм дызыщIэхъуэпсыну дышына лъагапIэ къытхуихьащ. Зэи къэмыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм къэралпсо зэпеуэм еханэ увыпIэр щиубыдащ икIи европэпсо утыку ихьэным зымащIэ дыдэщ иIэжар.
Премьер-лигэм щыхэта етхуанэ илъэсыр «Спартак-Налшыкым» зыкъомкIэ хуэугъурлащ. Къапщтэмэ, апхуэдиз очко бжыгъэ (44-рэ) зы зэхьэзэхуэм къриубыдэу абы зэи нэхъапэм къихьыфакъым, апхуэдиз топи (40) и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIыфакъым.
2010 гъэм щыIа зэпеуэр апхуэдизу жыджэру ди щIалэхэм къыщIадзати, ещанэ джэгугъуэм щегъэжьауэ бжьыпэр яубыдащ. Новосибирск щыIэу «Сибирь»-р 2:0-у хигъащIэри, гъатхэпэм (мартым) и 27-м «Спартак-Налшыкым» япэ увыпIэр зыIэригъэхьащ икIи, Санкт-Петербург кIуэуэ къэралым и чемпион хъуну «Зенит»-м накъыгъэм и 6-м, судьяхэр я дэIэпыкъуэгъуу, къыхигъэщIэху, зэхьэзэхуэм пашэныгъэр мазэрэ ныкъуэкIэ зэкIэлъхьэужьу щиIыгъащ. Япэу къащытекIуари абы щыгъуэщ.
Апхуэдэ зэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа «Спартак-Налшыкым» и хьэрхуэрэгъухэр нэрылъагъуу къыщышынэ хъуащ икIи ар лъабжьэншэтэкъым. Щапхъэу урикъунщ Мэзкуу щыIэу ЦСКА-р, «Динамо»-р зэрыхигъэщIар, цIыху бжыгъэкIэ нэхъ мащIэми, «Спартак»-м къызэрыпимыкIуэтар, нэгъуэщI куэди.
Зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэм иужькIэ налшыкдэсхэм я джэгукIэр нэхъ кIащхъэ хъуащ. Абы и щхьэусыгъуэщ премьер-лигэм и гъуащхьэхъумэ нэхъыфIхэу къытхэта Амисулашвилирэ Кисенковымрэ нэгъуэщI командэхэм зэрыхыхьар, Филатовым фэбжь хьэлъэ зэригъуэтар. Арати, зыхъумэжыныгъэр къэтIэсхъащ икIи абы и зэранкIэ иужькIэ яхуримыкъужа очко зыбжанэ яфIэкIуэдащ. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» 2010 гъэм и зэпеуэм еханэ увыпIэм къыщекIуэтэхакъым. Абы къегъэлъагъуэ ар командэ лъэщу зэрыщытар.
«Зэрыщытар» щIыжытIэм щхьэусыгъуэ ин иIэщ. Япэрауэ, премьер-лигэм дыхэзыша икIи иджыри къэс абы дыхэзыгъэта Красножан Юрэ ди командэм и тренер нэхъыщхьэу адэкIэ щытыжакъым. ЕтIуанэрауэ, 2010 гъэм яIа ехъулIэныгъэхэр зыкъомкIэ зи фIыгъэ футболист зыбжанэ «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ, Джатэрывэ Къазбэч, Гогуа Гогитэ, Дядюн Владимир, Леандру, Васин Виктор сымэ я пашэу.
«Спартак-Налшыкыр» и стадионым хъарзынэу щыджэгуащ 2010 гъэм икIи абы щызыIэригъэхьа очко бжыгъэмкIэ къызыкIэрыхуар зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр щызыубыдахэрщ. Чемпионым фIэкIа япэ иримыгъэщынуи хузэфIэкIынут, иужьрей зэIущIэр премьер-лигэм къыхагъэкIынкIэ шынагъуэ зиIэ «Анжи»-м тыгъэ хуимыщIатэмэ. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, 2010 гъэм щыIа зэпеуэм ди командэм «хыдзэлI-къезыгъэл» (матрос-спасатель) къыфIригъэщащ. Псым щIилъафэхэр кърагъэлыну я къалэну гуэлхэмрэ тенджызхэмрэ я Iуфэхэм кхъуафэжьейм ису Iут хыдзэлI-къезыгъэлхэм «Спартак-Налшыкыр» куэдым ирагъэщхьыныр къыхэкIащ премьер-лигэр ирагъэбгынэнкIэ шынагъуэ зиIахэу Владикавказ и «Алания»-м, Самарэ и «Крылья Советов»-м, Пермь и «Амкар»-м, Мэзкуу областым и «Сатурн»-м, Грознэм и «Тэрчым», Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м, хуамыгъэфэщэххауэ, къызэрыхагъэщIам. Адрей илъэсхэми апхуэдэ гурыщхъуэхэр къытхуащIу щытащ, арщхьэкIэ 2010 гъэр псоми ефIэкIыжащ. ЗэрыжаIэщи, уи куэдмэ, хуэныкъуэхэм уадэгуэшэну псапэщ.
Футболист лъэщхэр имыIэ пэтми, «Спартак-Налшыкым» джэгукIэ купщIафIэ къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ. Абы и щыхьэту ирикъунщ зэхьэзэхуэр иухыным джэгугъуитI фIэкIа къэмынэжауэ, «Спартак-Налшыкым» еврокубокхэм зыгъакIуэ етхуанэ увыпIэр Мэзкуу и «Локомотив»-м зэрыдигуэшар. Ди жагъуэ зэрыхъущи, иужьрей зэIущIитIым Красножан и гъэсэнхэм зы очкои къыщахьыфакъым, «Амкар»-мрэ «Анжи»-мрэ къапикIуэтри, икIи «Локомотив»-р Европэм и Лигэм пэрыуэншэу игъэкIуащ.
- Гъэм кърикIуахэм уриплъэжмэ, фIыуэ щыIар нэхъыбэщ, Iейм нэхърэ, - къыщыджиIащ Красножан Юрэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм 2010 гъэм кърикIуахэм теухуауэ дыгъэгъазэм (декабрым) и 1-м «Спартак» стадионым и пресс-хэщIапIэм щызэхэта зэIущIэм. - Къэралым и командэ нэхъыфIитхум дахыхьэну къытхукъуэкIа Iэмалыр къызэрытхуэмыгъэсэбэпам гуфIэгъуэр щыз ищIыркъым. Армырами, дэ мы гъэм гуп лъэщ диIащ икIи премьер-лигэм хагъэкIынымкIэ нэгъабэ щыIа гузэвэгъуэр тщхьэщыкIри, иджы увыпIэфIхэм дыщIэбэнащ. Абы къегъэлъагъуэ ди зэфIэкIхэм зэрыхэхъуэр.
ЩытыкIэ гугъум дригъэхуауэ щытащ япэ къекIуэкIыгъуэр и кIэм нэблэгъауэ ди гъуащхьэхъумищ зэуэ зэрытфIэкIуэдам. Абыхэм я пIэкIэ джэгун къэтлъыхъуэху, ахэр къытхэзэгъэху, очко куэд тфIэкIуэдащ. Апхуэдэу щыт пэтми, сегъэгуфIэ щIалэгъуалэм я Iэзагъым зэрыхагъахъуэм. Хэти етта Iэмалыр фIы дыдэу къигъэсэбэпащ, хэти ар хузэфIэкIакъым. Гуапэщ ди гъэсэн куэд къэралым и командэ къыхэхам и ныбжь зэмылIэужьыгъуэхэм зэрырагъэблагъэр.
Мыгъэрей зэхьэзэхуэм щедгъэкIуэкIа джэгугъуэхэм уахэплъэжмэ, гур хегъэщI къарукIэ дэ зыкIи къыдэмыфIэкI, уеблэмэ, щытыкIэ гугъум ит командэ зыбжанэ къызэрыттекIуам. «Сатурн»-м, «Алания»-м, «Амкар»-м, «Крылья Советов»-м дыкъыщIыхагъэщIам и щхьэусыгъуэр иджыри къэс схузэхэгъэкIакъым. Пэжщ, Самарэ дыкIуэн ипэкIэ дэ тщыщу цIыху 13 къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ зэхуэмыдэхэм ираджауэ щытащ икIи къыщытхыхьэжам еша-елIат. Ауэ ари щхьэусыгъуэу схужыIэнукъым, сыту жыпIэмэ гу къыплъатэу Хэкум и щIыхьыр пхъумэну ущраджакIэ, абы уи гукъыдэжри зэфIэкIри хигъэхъуэн хуейщ. ЗэкIэ апхуэдэу щытакъым.
Щхьэхуэу я гугъу сщIыну сыхуейт къыддэщIхэм. Сигу къокIыж лэжьэн щыщIэздзагъащIэ 2004 гъэм стадионым къекIуалIэхэм я щытыкIамрэ иджырэ. Нэрылъагъущ щэнхабзэ, зышыIэныгъэ, зыIыгъыкIэ я лъэныкъуэкIэ лъэбакъуэ ин абыхэм зэрачар. Куэдрэ къыщыхъуа щыIэщ къыддэщIхэм я фIыгъэкIэ зэIущIэхэм дыщытекIуа, щытыкIэ гугъум дыкъыщикIа. ФIыщIэ ин абыхэм яхудощI!
Пресс-конференцыр щекIуэкIа махуэм ирихьэлIэу наIуэ хъуат Красножан Юрэ Мэзкуу и «Локомотив»-м тренер нэхъыщхьэу щылэжьэну зэрырагъэблэгъар. Псалъэмакъым и кIэухыу абы къыхигъэщащ:
- Дэнэ сыкIуэми, сыт хуэдэ IэнатIэ сыпэрыувэми, «Спартак-Налшыкым» сыщыщылэжьа илъэсхэр си гъащIэм и нэхъ IэфIыгъуэхэм ящыщ зыуэ щытынущ. Си насып къикIри, сэ а командэм и унафэщI сащIащ икIи абы ирихьэлIэу мылъкукIэ зыкъытщIэзыгъэкъуэфыну, спортым и мыхьэнэ лъагэр къызыгурыIуэ республикэм и Iэтащхьэу ягъэуващ. КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен мыхъуатэмэ, нобэрей ехъулIэныгъэхэр «Спартак-Налшыкым» зэи иIэнутэкъым икIи абы къыхэкIыу топджэгум дихьэххэм, ди щIыпIэм щыпсэухэм я пщIэ лъагэ къелэжь. ФIыщIэ ин яхузощI адрей къыздэлэжьа псоми.
Адрей илъэсхэми хуэдэу, «Спартак-Налшыкым» щыщ щIалэ зыбжанэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я командэ къыхэхахэм щыджэгуащ. 2012 гъэм Украинэмрэ Польшэмрэ щекIуэкIыну Европэм и чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэм хэтынухэр къыщыхах зэпеуэм хыхьэ зэIущIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэзахъстаным и щIыхьыр зыхъума Джатэрывэ Къазбэч, финнхэм я гъуащхьэтет Фредриксон Оттэ, Куржым къикIахэу Гогуа Гогитэрэ Сирадзе Давидрэ. Къазбэч хуэфэщэну пэщIэтат Бельгиемрэ Германиемрэ я футболист нэхъ лъэщхэм, арщхьэкIэ зыхэтахэр къыхагъэщIащ. Псом нэхърэ нэхъ ехъулIэныгъэфI зыIэрызыгъэхьар Черногорием и гъуащхьэхъумэхэу Джудович Миодрагрэ Йованович Миланрэт. Ахэр зыхэта джэгугъуиплIми я гъуэм зы топи къыщыдагъэкIатэкъым. Налшык ираша гъуащхьэхъумэхэм къапэлъэщакъым, уеблэмэ езы инджылыз дыдэхэри - «Уэмбли» стадион цIэрыIуэм щызэхэта зэIущIэр 0:0-у иухат. Абы и фIыгъэкIэ Черногориер зыхэт гупым щыпашэт икIи япэ увыпIэм ерыщу щIэбэнырт.
Ди къэралым футболымкIэ и командэ къыхэха нэхъыщхьэм хагъэхьат «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэ Васин Виктор. Бельгием драгъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм джэгупIэ губгъуэм ар ирагъэхьат.
КъищынэмыщIауэ, Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ, ныбжьыщIэ командэ къыхэхахэм 2010 гъэм щыджэгуащ Гъуэщокъуэ Арсен, Плиев Заурбэч, Дядюн Владимир сымэ.
Сыт хуэдэ Iуэхугъуэми зэрыщыту хэплъэн хуейщ. Апхуэдэу пщIымэ, 2010 гъэр «Спартак-Налшыкми» Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболми я тхыдэм и напэкIуэцI нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыуэ хыхьэнущ. Куэдрэ къэхъуркъым цIыху мин 850-рэ фIэкIа щымыпсэу республикэм и командэр къэралым щыеханэ хъууэ, абы щыгъуэми мелуан зыбжанэ зыдэс икIи мылъкукIэ зэфIэкIышхуэ зиIэ Мэзкуу областым, Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Самарэ, Томск, Новосибирск къалэхэм я гупхэм хэпщIыкIыу ефIэкIыу.
2010 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр
1. 12.03. «Анжи» - «Спартак-Налшык» - 0:0
2. 19.03. «Спартак-Налшык» - «Алания» - 2:1 (Щаницын, Гогуа)
3. 26.03. «Сибирь» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Дядюн - 2)
4. 03.04. «Спартак-Налшык» - «Ростов» - 5:2 (Сирадзе, Леандру, Амисулашвили, Дядюн - 2)
5. 12.04. «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Русич)
6. 18.04. «Спартак-Налшык» - «Крылья Советов» - 1:0 (Кисенков)
7. 25.04. «Спартак» - «Спартак-Налшык» - 0:0
8. 01.05. «Спартак-Налшык» - «Динамо» - 1:0 (Маляров)
9. 06.05. «Зенит» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Маляров)
10. 11.05. «Спартак-Налшык» - «Локомотив» - 1:1 (Леандру)
11. 15.05. «Томь» - «Спартак-Налшык» - 1:0
12. 08.07. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» - 2:1 (Концедалов, Леандру)
13. 19.07. «Сатурн» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Бикмаев)
14. 25.07. ЦСКА - «Спартак-Налшык» - 1:2 (Гогуа, Сирадзе)
15. 30.07. «Спартак-Налшык» - «Амкар» - 2:1 (Концедалов, Леандру)
16. 08.08. «Алания» - «Спартак-Налшык» - 1:0
17. 14.08. «Спартак-Налшык» - «Сибирь» - 4:2 (Дядюн, Леандру - 2, Гогуа)
18. 20.08 «Ростов» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Концедалов)
19. 28.08. «Спартак-Налшык» - «Рубин» - 1:1 (Йованович)
20. 12.09. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 2:0
21. 20.09. «Спартак-Налшык» - «Спартак» - 0:2
22. 26.09. «Динамо» - «Спартак-Налшык» - 0:3 (Дядюн - 3)
23. 03.10. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 2:3 (Голич, Васин)
24. 17.10. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» - 1:0
25. 23.I0. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 2:1 (Дядюн, Сирадзе)
26. 31.10. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Дядюн)
27. 05.11. «Спартак-Налшык» - «Сатурн» - 2:0 (Концедалов, Гъуэщокъуэ)
28. 14.11. «Спартак-Налшык» - ЦСКА - 1:1 (Гъуэщокъуэ)
29. 20.11. «Амкар» - «Спартак-Налшык» - 3:1 (Голич)
30. 28.11. «Спартак-Налшык» - «Анжи» - 1:3 (Митришев)
Мэшыкъуэ Аслъэн IэщIэкIакъым къэралым и гъуащхьауэ нэхъыфI Кержаков Александр.
Гъуэщокъуэ Арсен и япэ топыр премьер-лигэм ЦСКА-м щыхудегъэкI.
Мэзкуу и «Спартак»-м и гъуэр налшыкдэсхэм хагъэщIащ.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "757.txt"
} |
Нало Заурбий (Заур) Мыхьэмэт и къуэр
Нало Заур бадзэуэгъуэм и 15-м Хьэтуей къуажэм къыщалъхуащ. Илъэс 14 ныбжьым иту абы колхозым лэжьэн щыщIидзащ. 1952 гъэм, Къэбэрдей къэрал егъэджакIуэ институтыр къиуха нэужь, зэфIэкI зиIэ щIалэщIэр ирагъэблэгъащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм. 1954 гъэм къыщыщIидзэри, псэуху, Нало Заурбий щылэжьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым, 1979 - 1987 гъэхэм Заурбий IуэрыIуатэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щытащ.
Налом ди къэралым, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа конференцхэм, зэIущIэхэм щищIа докладхэр, и щIэныгъэ, литературэ-критикэ, публицистикэ тхыгъэхэр 200-м щIегъу. Абыхэм яхэтщ адыгэ филологиемрэ щэнхабзэм и тхыдэмрэ ехьэлIа монографиеу, тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэу блы. Апхуэдэу Налом и унафэм щIэту дунейм къытехьащ «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм теухуа очеркхэр», «Адыгэхэм я цIыхубэ уэрэдхэмрэ абыхэм зэрыдежьу Iэмэпсымэхэмрэ», «Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа хъыбархэр». Абыхэм къадэкIуэу щIэныгъэлIым игъэхьэзыращ икIи къыдигъэкIащ «Бахъсэн щэнхабзэ узэщIакIуэхэм я щэнгъасэ» тхылъыр (1991), КIуащ БетIалрэ Елбэд Хьэсэнрэ я лэжьыгъэхэр (1991), Нало Жансэхъу (2004), Къылышбий Исмэхьил сымэ (2009) я IэдакъэщIэкIхэр.
Нало Заурбий зэхуихьэсащ, зэригъэзэхуащ икIи зэхилъхьащ «Къэбэрдей поэзием и антологиер» (1957), «Адыгэ литературэ пасэм и антологиер» (2010). Ар яхэтащ IуэрыIуатэр зэхуахьэсыжу адыгэ щIыналъэхэм щылэжьа щIэныгъэлI гупхэм. ИкIи цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэ хъыбар куэд итхыжащ. Ахэр Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэ архивым и гъэтIылъыгъэ лъапIэ хъуащ. Налом къэбэрдей сабий литературэм и антологиер къыдэгъэкIыным, адыгэ таурыхъхэр литературэ пщалъэм къигъэзэгъэным, дунейм щыпсэу лъэпкъхэм я таурыхъ нэхъыфIхэр зэдзэкIыным ехьэлIауэ зэфIигъэкIам и мыхьэнэр зыхуэдизыр къыпхуэлъытэнукъым.
Нало Заурбий и лэжьыгъэхэм уагъэлъагъу ар IэщIагъэм куууэ хэзыщIыкI, куэдым щыгъуазэ щIэныгъэлIым зэриIэдакъэщIэкIыр. Абы IуэрыIуатэм, цIыхубэ гъуазджэм, мифологием, тхыдэм, литературэм триухуа тхылъхэр иджырей кавказ щIэныгъэм и лъагапIэхэм ящыщщ. Абыхэм Налор щIэныгъэлI цIэрыIуэ дыдэхэм хабжэ ящIащ.
Лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ и мыхьэнэр нэхъ цIыкIукъым Налом и литературэ лэжьыгъэми. Абы и новеллэхэмрэ и усэхэмрэ адыгэ литературэм и классикэм щыщ хъуащ. Ахэр адыгэхэм я тхыбзэ гъуазджэм и щапхъэу къалъытэу школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм щадж. ТхакIуэм къигъэщIа образхэм философие купщIэ ин яIэщ, и бзэр адыгэбзэм и фIыпIэщ.
ЩIэныгъэ ин зыбгъэдэлъа лIы щэджащэм IуэрыIуатэм, литературэм телэжьэн щIэбли игъэсащ. Ар лъэпкъ IуэрыIуатэр зэрыджын хуей щIыкIэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа цIыхущ.
Нало Заурбий гулъытэшхуэ яхуищIырт егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ епха Iуэхухэм, курыт еджапIэхэмрэ еджапIэ ищхьэхэмрэ зэрыщрагъэджэн хуей щIыкIэм теухуа тхыгъэ куэди и Iэдакъэм къыщIэкIащ. Абы апхуэдэу зэхилъхьащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа, пэщIэдзэ, курыт классхэм щIэс сабийхэм яджын IуэрыIуатэ, литературэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр.
Нало Заурбий зи хэкумрэ зи лъэпкъымрэ, нэгъуэщI лъэпкъхэри фIыуэ зылъагъу цIыхут. Абы зыхищIэрт лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ я Iуэху зыхуэкIуэнумкIэ, щалъхуа республикэм зиужьынымкIэ жэуаплыныгъэ и пщэ зэрыдэлъыр. Къэралым и Iуэху зэблэкIыгъуэ хъуа 1990 гъэм и пэщIэдзэм, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату щыщытам, ар къэуващ адыгэхэм я бзэмрэ щэнхабзэ щIэинымрэ хъумэным нахуэу къыщхьэщыжахэм ящыщу, «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи и япэ унафэщI хъуащ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яхэтащ. Интеллигент нэсу, ерыщагъ хэлъу пэжымрэ захуагъэмрэ щIэбэну, и лъэпкъым и сэбэп зыхэлъхэм лIыгъэ къигъэлъагъуэу хуэлажьэу сыт щыгъуи псэуащ.
И гъащIэм и иужьрей махуэр къэсыху Нало Заурбий мыувыIэу лэжьащ. Абы мурадхэр, гупсысэщIэхэр и куэдт. Ар лэжьыгъэкIэ жыджэрагъ мыкIуэщI, хьэл-щэн дахэрэ нэмысрэ зыхэлъ цIыхут, егъэджакIуэм фIы и лъэныкъуэкIэ ехьэлIа псом и щапхъэу.
ИСТЭПАН Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "758.txt"
} |
Пшэ хужь Iэрамэшхуэм изогъэщхь
ЦIыхур зэрыхъунур и натIэм иту дунейм къытехьэу жаIэ. Заур зэрыхъуну псор и натIэм ихуэну си фIэщ хъуртэкъым, сыту жыпIэмэ гъукIэм къыщежьэу абы икIуа гъуэгуанэ кIыхьыр къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Сэ насып сиIэти, сыщIалэ цIыкIуу, илъэс пщыкIуий фIэкIа сымыхъуауэ, Заур сцIыхуащ. Литературэр къызгурыIуэу, живописым хэсщIыкIIауэ сыхъуамэ, япэ дыдэ зи фIыщIэр Заурщ. Сригушхуэу жызоIэ ар си ныбжьэгъуфIу зэрыщытар, си тхыгъэ Iэджэм абы и цIэ тетщ, фэеплъ хуэсщIауэ. Ар зэи сщыгъупщэркъым икIи си фIэщ хъуркъым сыпсэуху си гум ихуну. Апхуэмыдэуи дауэ, ныбжьэгъу ящыгъупщэрэ?!
СызэрыIэл цIыкIум, си жьэм сызэрыхуимытыжым гу лъита къыщIэкIынти, ар набдзэгубдзаплъэу къыскIэлъыплъащ, сызэджэнухэр къызжиIэу, сызыкIэлъыплъыпхъэхэр схуигъэнаIуэу. И IэшхуитIымкIэ си гъуэгур схузэлъыIуигъэкIуэтрэ адэкIэ сигъэбакъуэу фIым сыхуишауэ къызолъытэ. ЖыпIэнуракъэ, дызэкIэрыкIакъым абырэ сэрэ, кIуэ, консерваторием сыщыщIэса илъэсхэм зэпэIэщIэ дыхъуащ армыхъумэ. Абы щыгъуэми сыкъызэрыкIуэжу япэу сыздэкIуэр Заур дежт. Аращ зи фIыщIэр цIыху дахэ куэд мы гъащIэм зэрыщысцIыхуар. Къып Мухьэмэд фIэкIа нэгъуэщI зыри ныбжьэгъу къысхуимыщIами, ирикъунт.
Абы узышхуэу пкърытащ щIэныгъэм и узыр. Ар къызыхэкIа лъэпкъыр хабзи, бзэи, литератури, щIэныгъи хуэмеижу хьэрэкъуакIэ зэрыдадзэжар имылъагъуу и псэр зэгъэжащи, и насыпщ. Езгъэлейуэ къащыхъункIи мэхъу, Залинэ, ауэ, иджыпсту тлъагъум сыхэвыхьа нэхърэ сыкъамылъхуххамэ нэхъыфIт, щыжысIэ куэдрэ къохъу.
Заур хэт хъуну? Нэгумэ Шорэ иужькIэ зи цIэ къипIуэну зылI щыIэмэ - ар Нало Заурщ. Ар цIыху щэджащэт, езым инат псалъэр фIыуэ илъагъурт, и щхьэкIэ епхьэлIэ зэрыхъур ара къыщIэкIынт. Ерыщт, зыхуейм и Iэр тригъэхуэнут, зы гугъуехьми къыпикIуэтынутэкъым. Щыщыуаи щыIэщ, щымыуэр зыри зымыщIэращ.
Заур и дуней еплъыкIэм гъэщIэгъуэн куэд къызэщIиубыдащ. Адыгэ IуэрыIуатэми тхыдэми я купщIэр къиIэту, губзыгъагъ хэлъу цIыхум я пащхьэ япэ дыдэу къизылъхьэжыфар Нало Заурщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, бахъсэн Iэдэбым зэрытетхыхьыр, хьэмэрэ адыгэ джэгуакIуэхэм теухуар, си адэшхуэ ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ щытетхыхькIэ, нэгъуэщIхэм гу зылъамытауэ абы къиулъэпхъэща къомыр телъыджэщ. Ди лъэпкъым къыхэкIахэм яцIыхуу пIэрэт усакIуэ Къылышбий Исмэхьил? Ахэр псори зи псэр къабзэ сабиишхуэу Заур зэрыщытым щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ.
«Дыджым и IэфIыгъэ» тхылъыр (и фIэщыгъэр хуабжьу игу ирихьат езым) «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIауэ абы и унафэщI Ацкъан Руслан «хуэдгъэхьи дыгъакIуэ» жиIэри, дыхуеблэгъат Заур. Къарууншэ дыдэт, дыкъилъагъури къэгумэщIащ, тхылъми ба хуищIащ. Аращ и IэдакъэщIэкIыу иужь дыдэу дунейм къытехьауэ илъэгъуари, дэри езыр щытлъагъужари. Куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ къыдэкIа томищыр Ацкъаным зэрифIыгъэр. ФIыщIэ яхузощI Руслани ахэр дунейм къытехьэным хуэзыгъэхьэзыра Джэрыджэ Арсени. Ауэ сызэрымыарэзыр, Заури идэнкIэ Iэмал зимыIар зыщ: томищым язым итщ пцIыIэрышэхэр, езы Заур пцIыIурышэкIэ зэджэу щытахэр. ТхакIуэм мыхьэнэ нэхъ куу зыщIилъхьэу щыта псалъэр къэдгъэсэбэпамэ нэхъыфIт.
И лэжьыгъэ нэхъыщхьэу, къызыхуигъэщIар арауэ щытауэ схужыIэнукъым, ауэ Заур усэфI дыдэхэр къыщIэнащ, и псэр усэпсэу, и бзэр адыгэбзэу зэрыщытам щыхьэт техъуэу. ХьэтIохъущокъуэхэ я жыг хадэм дихьа иужькIэ мо лIышхуэр и щхьэр дэхьеяуэ увырт, и нэр зэтрипIэрти даIуэрт. Щыуагъэншэу зэхицIыхукIырт бзу зэмылIэужьыгъуэхэм я бзэрэбзэкIэр. ЩIылъэри уафэри къыфIэIуэхуащ Заур.
Режиссёр Iэзэ Теувэж СулътIан Заур и новеллэ «Хьэбалэ и пхъэ гуащэр» жыхуиIэм къытрищIыкIа спектакль игъэувауэ щытащ. Насып сэ сиIэти, абы макъамэ хузагъэтхат. Абы хэт ефэндым и ролыр сэ сагъэщIынуи сылъэIуат, арщхьэкIэ къысхуадатэкъым. Заур имытха гуэрхэр зэрыжысIэнур къащIауэ арагъэнт.
Нало Заур къупэщыпэу дунейм тетащ. Мыр си лъэпкъым къыхуэщхьэпэнщ жыхуиIэу и къалэмыр здынэмыс щыIэтэкъым. Апхуэдэщ абы адыгэбзэкIэ зэридзэкIа таурыхъхэр зэрыт «ПсысэфI дыдэхэр» тхылъыр. Хьэмэрэ и улъэпхъащэм и фIыгъэкъэ Къэбэрдейм щыпсэу адыгэхэм я сабийхэм фIащ цIэхэр зэхуихьэсыжу къыдигъэкIа тхылъыр?!
- Нало Заур и лэжьапIэ пэшыр цIыху кIуапIэу, куэд щызэблэкIыу щытауэ жаIэжыркъым. ЩIыхьэ закъуэтIакъуэм уащыщащ, ДжэбрэIил. Псори зыщыгъуазэ и щIэныгъэм, губзыгъагъэм къыдэкIуэу, сыт уи гум къридзэр а дакъикъэхэр уи нэгу къыщыщIэбгъэхьэжкIэ?
- Хуабагъэ, и нэгум кърих, и пэшым щызелъатэ хуабагъэщ. Заур сытым ебгъэщхьрэ жыпIэмэ, уэшх нэужьу, пшэ фIыцIэри щхьэщыкIарэ уафэм зиукъэбзыжауэ абы къихьэ хабзэ пшэ хужь Iэрамэшхуэрщ.
ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил, композитор.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "759.txt"
} |
Черкасскэ пщыхэм я лъэпкъ дамыгъэр
«Урысеипщхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр» тхылъым и етIуанэ томым 1798 гъэм къытехуауэ щытащ ар.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "76.txt"
} |
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм Заур фIыуэ ялъагъу, пщIэ хуащI, и лэжьыгъэм и мызакъуэу, илъэс куэдкIэ жылагъуэ-политикэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтам щхьэкIэ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щыта Нало Заур ди республикэм къыщыхъу демократие зэхъуэкIыныгъэхэм, жылагъуэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным жыджэру хэлэжьыхьащ, ди гъунэгъу щIыналъэхэм узыгъэгузавэу къыщыхъухэм и псалъэ, и Iуэху дахэ хилъхьащ. Ди IуэрыIуатэмрэ хабзэмрэ, нэмысымрэ бзэмрэ джыным, ар щIэблэм я пащхьэм илъхьэным теухуауэ илэжьам гъунэ иIэкъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ адыгэ лъэпкъымрэ я тхыдэщIэм дыщэпскIэ хатхэнущ Нало Заур и цIэр, щIэблэм зэрыщымыгъупщэнури си фIэщ мэхъу, ди щIыналъэм и зыужьыныгъэмрэ абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмрэ и зэман емыблэжу къаруушхуэ тригъэкIуэдащи.
ГубэщIыкI Жантемыр, Налшык и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "760.txt"
} |
Дунейпсо Адыгэ Хасэм
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр Иорданием и пащтыхьыкъуэ Хьэсэн бен-ТIалал и хьэщIэщ. Амман, 1999 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "761.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬХЭР
Псалъэ пэжхэр
Бгъэдэт гу къабзэкIэ ныбжьэгъум, акъылкIэ бгъэдэтыф уи бийм
♦ЦIыхур къэпцIыхун папщIэ е удэлэжьэн, е удэшхэн хуейщ.
♦ГушыIэ здэщымыIэ Iэнэм щысыгъуейщ.
♦Нэхъыжьым жиIэм емыдэIуэфым, нэхъыщIи къигъэдэIуэфынукъым.
♦Дуней жэнэтым ухуеймэ, зэгурыIуэ здэщыIэ къэлъыхъуэ.
♦Адрейхэм дазэрыкIэлъыплъым хуэдэу ди щхьэм дыкIэлъыплъыжатэмэ, гъащIэр нэхъ IэфIыж хъунут.
♦ЦIыху тэмэмым пцIы къыбжиIэми уи фIэщ мэхъу, бзаджэнаджэм пэж гуэр къыбжиIэми, шэч къытыбохьэ.
♦Уэ уныбжьэгъуфIмэ, уи ныбжьэгъухэри фIыщ.
♦УиIэ мащIэмкIэ уарэзымэ, икъукIэ укъулейщ.
♦Бгъэдэт гу къабзэкIэ ныбжьэгъум, акъылкIэ бгъэдэтыф уи бийм.
♦Уи къулеягъым хэхъуэху, уи нэпсеягъэми хохъуэ.
♦УзылъэщIэмыхьэнум укIэлъымыжэу, къыплъэщIэмыхьэм укъыдэжэмэ нэхъ тыншщ.
♦Щхьэцыр Iув щхьэкIэ, акъылыр пIащIэ дыдэт.
♦ТекIуэныгъэ ин ущиIэр уэ узытекIуэжмэщ.
♦Уи напэр пщэжкIэ къулей ухъунукъым, ари ящэхуни-ямыщэхуни.
♦ЦIыхум хуэпщIэр щыгъупщэжми, епщIэр щыгъупщэжыркъым.
♦Джэдым псы есыкIэ бабыщым иригъащIэрт.
♦Быныр анэгъагъщ икIи адэгъэгуIэщ.
♦Псори зэхуэдэу фIыуэ зылъагъуф щыIэкъым.
♦Уимыпсэуэгъу и чысэ уи псэр зэи иумылъхьэ.
♦Уи нэр изыщI псори пэжым хыубжэ хъунукъым.
♦УзыфIрэ зауэфIрэ щыIэкъым икIи щыIэнукъым.
♦Дунейм и купщIэр цIыхурщ, цIыхум и купщIэр акъылырщ, акъылым и купщIэр псалъэрщ, псалъэм и купщIэр и кIэщIагъырщ.
КIурашын Алий.
Мелардырыбжэхэр
Ахъшэмрэ унагъуэмрэ
Дуней псом щынэхъ къулей Слим Элу Карлос теухуа хъыбарыр гъэщIэгъуэн зыщIыр абы и мылъкур и лэжьыгъэкIэ, щIэныгъэкIэ, гуащIэдэкIкIэ, текIуэныгъэм зэрыхуэпабгъэмкIэ къызэрилэжьыжарщ. Абы и щапхъэм дерсу къыхэхыпхъэр лэжьыгъэм хуиIа лъагъуныгъэм и гъащIэм щиIа увыпIэрщ, и адэ-анэм къыбгъэдалъхьа ущииныгъэрщ.
Слим Элу Карлос 1940 гъэм щIышылэм и 28-м Мехикэ къыщалъхуащ. Унагъуэм къахэхъуа сабийхэм я еплIанэт ар. Къыхэгъэщыпхъэщ абы и адэр хьэрычэтыщIэ Iэзэу зэрыщытар. Ар Ливаным къикIыу Мексикэм къэIэпхъуэжа нэужь, хьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIу къызэIуихащ. ИкIи илъэсипщIым къриубыдэу и Iуэхур фейдэшхуэ къыхуихьу зэрызэтриублам нэмыщI, Мехикэ и кум бгъэIэпхъуэ мыхъу коммерцэ мылъку 11 къыщищэхуащ.
Унагъуэшхуэм я адэ бжьыфIэ, хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ Слим Дон Хулио къыщIэхъуа щIэблэр хуигъэсащ лэжьыгъэмрэ мылъку зэхуэхьэсынымрэ. Уеблэмэ хьэкъ ящищIыфащ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр унагъуэм илъ зэхущытыкIэр зэрыарар.
Слим Элу Карлос псэукIэр егъэфIэкIуэным пасэ дыдэу хуигъэсащ и адэм. Хулио и бынхэр иджыри цIыкIуу тетрадь зырыз яхуигуэшри, къахэхъуэмрэ ягъэкIуэдымрэ ирыригъатхэу хуежьащ. ИужькIэ зэадэзэкъуэхэр зэгъусэу хэплъэжырти, къапщытэжырт. Апхуэдэ дерс къызэрыгуэкIым щIалэхэр хуигъэIущащ я мылъкур зэрагъэкIуэфу.
А илъэсхэм къыщыщIэдзауэ ахъшэ хъумэнымрэ ар зы Iуэху гуэрым хэлъхьэнымрэ и гъащIэм щыщ Iыхьэу къекIуэкIащ Карлос. И ныбжьыр илъэс 12 щрикъум акцэхэр къызэрищэху счет къызэIуихат абы. Илъэс 13 щыхъум и адэр дунейм ехыжащ.
ЩIалэм Мехикэ дэт Лъэпкъ автономнэ университетыр 1961 гъэм къиухащ, инженер IэщIагъэр зригъэгъуэтри. И ныбжьыр илъэс 25-рэ ирикъуауэ Grupo Carso и империер ухуэн щIидзащ.
Зи гугъу тщIы хьэрычэтыщIэм и дежкIэ зэман угъурлыуэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэр. А лъэхъэнэм ар унэтIыныгъэ куэдым щыцIэрыIуэ хьэрычэтыщIэт, къищынэмыщIауэ, 1966 - 1980 гъэхэм къриубыдэу компание зыбжанэ къызэIуихащ, IуэхущIапIэ лъэщ зыкъоми къищэхуащ.
1982 гъэм Мексикэм кризисышхуэ щызэщIэплъащ икIи хьэрычэтыщIэхэм я мылъкухэр псынщIэу ящэурэ къэралым икIащ. Акцэхэр улъэщIэмыхьэу пуд хъурт. Ар къигъэсэбэпри, Карлос къищэхуу щIидзащ уасэншэ хъуа компаниехэр. Мис аращ ар къулей дыдэ зыщIар - Карлос дежкIэ кризисыр апхуэдэу шынагъуэтэкъым.
1990 гъэхэм Слим фейдэшхуэ зыпылъ зэгурыIуэныгъэм Iэ щIедзри, Telmex (Telefonos de Mexico) телекоммуникацэ компание ехьэжьар зыIэрегъэхьэ. Дауэ жыпIэмэ, доллар мелард 12 зи уасэ а компаниер Карлос мелуан 400-кIэ къищэхуауэ щытащ. Куэд тепсэлъыхьащ а Iуэхум, къулыкъущIэхэри иужь ихьащ къэхъуар зищIысыр зэхагъэкIыну, къэралым и президентым дежи нэсащ. Ауэ зыри къикIакъым. ХьэрычэтыщIэ Iуэхур зебгъэкIуэнымкIэ сэбэпышхуэ къыпхуохъу, къулыкъушхуэ зыIыгъ уи ныбжьэгъумэ.
Апхуэдэ мылъкушхуэ зыкъуэлъ Слим Карлос Мексикэр «къезэвэкIыу» хуожьэри, и Iуэхум дуней псом зыщрегъэубгъу. Grupo Carso компаниер латиноамерикан къэрал псоми къыщацIыху. Абы активхэр къыщещэху Бразилием, Перум, Гондурасым, Аргентинэм, Колумбием, Сальвадорым…
Слим Карлос и Iуэхухэм къакIэримыгъэхуу гулъытэшхуэ хуищIырт и унагъуэмрэ бын гъэсэнымрэ. Абы и щхьэгъусэр 1999 гъэм дунейм ехыжащ, езым сабиих къыхуэнэри. Нэхъыжь дыдэращ иджыпсту Grupo Carso и унафэщIхэм я советым и Iэтащхьэр. Марко, Антонио, Патрик сыми адэм и Iуэхум пэрытщ.
Куэд хилъхьащ Карлос унагъуэ дахэ иIэным, икIи ахъшэракъым абыхэм ягъэнэхъыщхьэр. Дэтхэнэми пщIэрэ лъагъуныгъэрэ я зэхуаку дэлъыным зэрыцIыкIурэ хуигъэIущащ и сабийхэр. Ар зэи и мылъкум щысхьакъым псапэ щIэнымкIэ. Уеблэмэ зэман гъунэгъум Латин Америкэм и зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэн лъэщ хуэхъуфынущ.
Мелардырыбжэм ахъшэшхуэ трегъэкIуадэ егъэджэныгъэмрэ цIыхухэм я щыIэкIэ-псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ. Ар и щапхъэщ цIыху къулейхэм ахъшэм зрамыгъэтхьэкъуу псапэ зыпылъ Iуэху куэд зэрахуэщIэнум.
Къэбарт Мирэ.
ГушыIэ
Абы нэхъ пэж сыхуэмей
Хьэблэ гуэр щыIэт, жаIэ, дэсхэр зэрыгъэсэжауэ, пцIы яупс фIэкIа, пэж къыбжезыIэфын яхэмыту. Абы и хъыбар яхэмыIуэу къэнакъым цIыхухэм. А гъэщIэгъуэныр щызэхихым, «Уэлэхьи, сэ абы зы пэж гуэр къапызмыхауэ сымыувыIэн!» - жиIэри кIуат абы я деж щIалэ гуэр.
«Пэжу пIэрэ цIыхум жаIэр? - егупсысырт ар. - Пэж жызыIэ щызмыгъуэтыну ара а щIыпIэм?»
Хьэблэм дэсыр къызэхуэсати, яхэупщIыхьащ, мыпхуэдэ Iуэху зэхэзгъэкIыну сыкъэкIуащи, пэжыр къызжефIэ, жиIэри.
- Уэлэхьи, тщIэмкIэ дыбдэгуэшэнмэ, - жеIэри я нэхъыжьыIуэр къоув.
ЛIыжь цIыкIум хужыIэр жиIэри, иджы уэ уи чэзущ, къригъэкIыу, къыбгъэдэтым хуеплъэкIащ. Адрейми зимыгъэгувэу абы къыпищащ, ещанэми, еплIанэми… епщIанэми зыгуэр кърагъэкIуэкI. ХьэщIэм и фIэщ хъун гуэри къыхэкIыртэкъым, шыпсэм хуэдэт зэхих псори. ЖиIэнур имыщIэу яхэплъэрт ар къызэхуэсахэм. Гупым я нэхъыщIэр къопсалъэ:
- Уэлэхьи, ди хьэщIэ лъапIэ, уэ пэж лъыхъуэ укъежьауэ арамэ, ди деж апхуэдэ щумыгъуэтыну. Зэман умыгъэкIуэду, кIуэи нэгъуэщI щIыпIэ щылъыхъуэ а уи пэжым.
- Уэ къызжепIам нэхъ пэж сыхуэмызэнкIэ тхьэ соIуэ! - жиIэри хьэблэ пцIыупсым я хьэщIэр ежьэжащ. Ар арэзы хъуат: Тхьэ иIуар игъэпэжат - къапихат пцIыупс хьэблэм пэж.
Нэхущ Хьэжпагуэ.
Унэгуащэхэм папщIэ
Хужьыр халъхьэркъым
ЩIыIалъэм къыдэпхыжа лыр псым хыумылъхьэу хуэмурэ къэбгъэвыжмэ, нэхъыфIщ. Абы щыгъуэм лым и IэфIыр нэхъ къызэтенэнущ.
* * *
Бдзэжьейр нэхъ зэпкърымыхуу пхуэгъэжьэнущ, ар хьэкум тебгъэувэным дакъикъи 10 - 15 иIэу шыгъур щыпхуэмэ.
* * *
Шэр къэбгъэкъуэлъэным ипэкIэ кIэструлым псы щIыIэ ибгъэжыхьмэ, кIэрисхьэнукъым.
* * *
КIэртIофыр псынщIэу бгъэвэнумэ, псым маргарин бжэмышх хэплъхьэ хъунущ.
* * *
Балыджэ фIыцIэм къыхэщIыкIа салатыр нэхъ IэфI хъунущ, сэхуран дагъэкIэ гъэжьа бжьын хэплъхьэмэ.
* * *
Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI щтахэр къыщагъэвыжкIэ, япэщIыкIэ псы щIыIэм халъхьэ, сыхьэт зы-тIу дэкIа иужь, абы къыхахыжри, мащIэу шыгъу зыхэдза псым хагъэлъ.
* * *
Кхъуейр щIыIалъэм дэфлъхьэным ипэкIэ ар мыгъун папщIэ, тхылъымпIэпсым кIуэцIыфлъхьэ.
* * *
Кхъуей гъуар шэм хэбгъэлъмэ, щабэ хъужынущ.
* * *
Лы хьэжам джэдыкIэм и хужьыр халъхьэркъым, абы котлетыр гъущэ икIи быдэ ещI.
* * *
Джэшыр щыбгъавэкIэ сэхуран дагъэ тIэкIу хэпкIэмэ, нэхъ щаби, нэхъ IэфIи ещI.
Фэ фщIэрэ?
Ныбжьым елъытакъым
США-м щыщ шахматист Фишер Бобби 1958 гъэм, и ныбжьыр илъэс 14 фIэкIа мыхъуу, гроссмейстер нэхъ щIалэ дыдэ хъуауэ щытащ.
* * *
Балтимор (США) щыIэ Макъамэ консерваторэм студент нэхъыщIэ дыдэу щIэтIысхьар илъэситху зи ныбжь Амос Торищ.
* * *
Инджылыз актёр Гринстрит Сидни и япэ дыдэ роль нэхъыщхьэр щигъэзэщIар и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирикъуа нэужьщ. 1941 гъэм ар щыджэгуащ Мальтийский сокол“ фильмым.
* * *
Австрием щыщ композитор Моцарт Вольфганг илъэси 4 щыхъум зэуэну макъамэр сыхьэт ныкъуэм и кIуэцIкIэ зригъащIэрт.
* * *
Комедиехэм щыджэгу инджылыз актёр Клиз Джон и ныбжьыр илъэс 12 щрикъуам и лъагагъыр сантиметри 180-рэ хъурт.
* * *
Сабий Iущ дыдэ Сидис Вильям Гарвард университетым щIэтIысхьащ и ныбжьыр илъэс 11 фIэкIа мыхъуу. Ар къыщыхъуар 1909 гъэрщ.
* * *
Гольф джэгуным цIэрыIуэ ирихъуа Хепборн Катаринэ абы щыдихьэхам илъэситху ирикъуа къудейт.
* * *
Совет композитор Прокофьев Сергей и япэ оперэр итхащ и ныбжьыр илъэси 9-м иту.
Сабий джэгукIэхэр
Дамэкъуэшэс
ДжэгукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи гугъущ. Илъэс 14 - 18-хэм ит щIалэхэр иризэдэджэгуу щытащ, ауэ зи къарум къигъэгугъэ нэхъыжьхэри иризэпеуэ хъурт. Джэгум дамэкъуитI и Iэ зырызымкIэ къещтэ, ахэр и зэхуэдитIым деж щиIыгъыу щIым трегъэувэ. ИтIанэ, и лъакъуэхэр зэбгъурыту я пIэм зэритым хуэдэу, дамэкъуэхэр гъуэрыгъуэу игъэIэпхъуэурэ щIым зыдеукъуэдий, дамэкъуитIымрэ и лъапэхэмкIэ фIэкIа щIым темыту.
Ар зыщIыфахэм джэгукIэр нэхъ гугъу, нэхъ гъэзэщIэгъуей ящI. Абы щхьэкIэ, игъэIэпхъуэну щIым къытрича дамэкъуэмкIэ ар игъэувыжыным ипэкIэ адрей щIым тетым йотIыркъ, итIанэ егъэбакъуэри егъэув. Апхуэдэххэурэ аргуэру щIым зыдеукъуэдий. Ари зэфIагъэкIыфа иужь нэхъри нэхъ гугъу ящI: щыкIуэкIи къыщагъэзэжкIи дамэкъуэхэр зэрагъэтIыркъ.
Апхуэдэу зыщаукъуэдийми къыщызэфIэувэжми зэрагъэтIыркъыурэ щIалитI-щым дамэкъуэшэсыр яхузэфIэкIа нэужь, нэхъ лъэщ дыдэр къращIэну дамэкъуэхэр зэригъэтIыркъыурэ щIым зыдэзукъуэдиям и гупэм пыIэ ягъэтIылъырти, ар дзапэкIэ кърагъащтэрт (зэи, тIэуи, нэхъыбэкIи, зэрыхуейм хуэдизрэ), ауэ пыIэр къищтэу игъэтIылъыжа нэужь, дамэкъуэхэр зэригъэтIыркъыурэ къызэфIэувэжын хуейт. КъызэфIэмыувэжмэ, нэхъ мащIэрэ пыIэр дзапэкIэ къищтами, къызэфIэувэжыфа щIалэр текIуэрт.
МафIэдз Сэрэбий.
Хъыбар кIэщIхэр
ФIыр къызэрыбгурыIуэщ
Мы хъыбарыр къыщыхъуар ижь зэманырщ. КхъуэщынышхуитI фIэкIа, иIэшхуи щымыIэу, зы бзылъхугъэ и закъуэу псэурт. Махуэ къэскIэ пхъэхьым и кIапитIым кхъуэщынхэр фIэдзауэ цIыхубзыр псыхьэ кIуэрт. Ауэ Iуэхуракъэ, зы къуэщыныр гъуанэти, псыр къижырт, адрейм изыбзэу псыр унэм къихьэсырт. Псыежэхыр гъунэгъутэкъыми, гъуанэ зиIэ кхъуэщыныр сыт щыгъуи ныкъуэу фIэкIа унэм къэсыртэкъым. ИлъэситIкIэ апхуэдэу екIуэкIащ, дагъуэншэ кхъуэщыным зыхуэарэзыжу уардэу и щхьэр иIэтырт, мыдрей тхьэмыщкIэр укIытэурэ и щхьэ мыгъуагъэ хуихьыжырт, къызыхуигъэщIам и ныкъуэм фIэкIа зэрыхузэфIэмыкIыр и гуныкъуэгъуэт.
Апхуэдэурэ зэманыр екIуэкIыурэ, и дагъуэр фIыуэ къызыгурыIуэж кхъуэщыным, и сэбэпыншагъэр хуэмыхьыжу, махуэ гуэрым бзылъхугъэм зыхуегъазэ: «Си ныкъуэдыкъуагъым хуабжьу сытоукIытыхь, уэру къибгъэхъуа псыр унэм укъэсыжыхукIэ си ягъэкIэ йокIыкIыжри». Зи ныбжьыр хэкIуэта бзылъхугъэр мащIэу пыгуфIыкIри, жиIащ: «Уэ гу лъыптауэ къыщIэкIынкъым сыт щыгъуи уздэсхь лъэныкъуэмкIэ удз гъэгъа куэду къызэрыщыкIым. Уи ныкъусаныгъэм сыщыгъуазэти, сэ а лъэныкъуэмкIэ удз гъагъэм и жылэхэр щыхэссащ. Уэ махуэ къэс а цIыкIухэм псы ящIыбокIэри, гъащIэ ябот. А зэманым къриубыдэу сэ удз гъэгъахэр къыпызупщIурэ си унэм щIэзгъэувэрти, си гукъыдэжыр къаIэтырт, дэрэжэгъуэ къызатырт. Уэ а узэрыщытым хуэдэу ущымытамэ, апхуэдиз дахагъэри щыIэнутэкъым, си гукъыдэжри фIыуэ нэхъ мащIэнут».
Псоми щхьэхуэныгъэ яIэжщ, ахэращ зыми емыщхь, щIэщыгъуэ дызыщIыжыр. Дэтхэнэми фIагъыу бгъэдэлъыр хуэдгъэдахэрэ ар зэрыдгъэбэгъуэнум иужь диту дыкъызэдекIуэкIыпхъэщ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "762.txt"
} |
Зэи тщыгъупщэнукъым
Дэтхэнэ зыри и гъащIэ гъуэгуанэм щыхуозэ цIыху куэдым: фIыхэми Iейхэми, хьэлэлхэми къузгъунхэми, нэгу зэIухахэми гукъыдэжыншэхэми, гъащIэ и пIалъэ зыщIэу абы Iущ ищIахэми псэун щIэзыдзэгъащIэхэми. Языхэзри зыгуэркIэ къытхуэщхьэпэщ, зэхэщIыкI диIэнымкIэ, гъащIэр къыдгурыIуэнымкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуу. Я кIэн къикIащ цIыху губзыгъэм, Iущым, пэжым, дунеймрэ гъащIэмрэ хуэнабдзэгубдзаплъэм епсэлъэну Iэмал зиIахэм. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, абы и лъэныкъуэкIэ сынасыпыфIэу зыкъызолъытэж - цIыху цIэрыIуэ, телъыджэ куэд соцIыху. Абыхэм ящыщщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну си Iыхьлы, цIыху гъэщIэгъуэн Нало Заур Мыхьэмэт и къуэр.
Ар, зэрыфщIэщи, щIэныгъэлIщ, IуэрыIуатэджщ, жылагъуэ лэжьакIуэщ, Адыгэ Хасэм и къызэгъэпэщакIуэщ. Адыгэ лъэпкъым ехьэлIауэ абы хузэфIэкIам куэд тражыIыхьащ иджыри илъэс IэджэкIэ и гугъу ящIынущ. Ауэ сэ абы сызэрытепсэлъыхьынур унэкъуэщым, Iыхьлым ехьэлIауэ сщIэм, Налохэ я нэхъыжьыфIу, цIыху Iущу зэрыщытам ипкъ иткIэщ.
Си Iыхьлы гъунэгъу дыдэу щымытми (зэрыфщIэщи, Кавказым зэблагъэ гъунэгъу дыдэу къыщалъытэ зэшыпхъу, зэкъуэш бынхэр, абыхэм къащIэхъуэжахэр), Заур и гъащIэм, и гуащIэм сыщыгъуазэт. Си адэм къызжиIэрт абы сабийхэм папщIэ итха таурыхъхэр, ар зэрытхакIуэр, IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжхэм зэращыщыр. Ауэ и щхьэкIэ зэзгъэцIыхуну къыщысхуихуар студент сыхъуа иужьщ.
НыбжьыщIэхэм ар къызэрыдэпсалъэр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, дэтхэнэми абы зыкъытхуигъазэрт «си къуэш цIыкIу» гъэфIэн псалъэхэмкIэ. ЖиIэр гъэхуауэ, хэкъузауэ зэрыщытым плъэмыкIыу узыIэпишэрт, къыжьэдэкI псори уи псэм фIэфIт. Ауэ къызэрыгуэкIыу уедэIуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым Заур. Сэ сыкъапщтэмэ, сыумэзэхауэ сыщыст, абы зыгуэр щыжиIэжкIэ. Мыхьэнэншэ, купщIэншэ псалъэ тафэтелэу зы хэттэкъым, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыхищIыкIыр хьэкъыу уи фIэщ ищIыфырт. ЖьакIуагъэр и лъым хэту къызэралъхуам шэч къытрыуимыгъэхьэу узригъэдэIуэфырт, зы псалъэ гулъытэншэ пщIынкIэ ушынэми ярейуэ. Дэнэ щIыпIэ мыкIуэми, сыт хуэдэ гуп хэмыхуэми, ар зэрахыхьэр лъапэт, къазэрыхэкIыжыр напэт.
Ар сыт и лъэныкъуэкIи цIыху зэщIэкъуат: и теплъэкIэ зэкIужт, Iэчлъэчт, и IуэхущIафэкIэ пыплъхьэн щымыIэу и пщэ къыдэхуэ сыт хуэдэ Iуэхури зэфIигъэкIынут, и псалъэм зэрытебгъуэтэжынум шэч лъэпкъ хэлътэкъым. СызэрыцIыкIурэ тхыдэм сыдехьэх сэ, цIыхубэм ехьэлIами, къэралымрэ сыкъыщалъхуа лъахэмрэ ейхэрами. Ди лъэпкъым щыщхэм ящIэрт Налохэ ятеухуа тхылъ Заур зэритхыр, ауэ, етхри етх жыхуаIэу, зыми гулъытэ лей а Iуэхум хуищIыртэкъым. Ди гугъэт Заур ар и къалэну, абы ар имыщIынуи ди нэгу къытхущIэгъэхьэртэкъым.
СощIэж щабэ дыдэу ар къызэшхыдауэ зэрыщытар си адэм и сурэт зыщIэлъэIуар псынщIэу зэрыIэрызмыгъэхьам щхьэкIэ. Абы и псалъэхэр нэсу къыщыспкърыхьар, къыщызгурыIуар тхылъыр къызэрыдэкIынум щыхуигъэхьэзырым щыгъуэ сыдэIэпыкъун щIэздза иужьщ. Ди цIыхушхуэм ныбжьыр къытегуплIэ зэрыхъуар, и гуащIэр мащIэ-мащIэурэ зэрыкIуасэр слъэгъуа нэужь, сегупсысащ: Налохэ тщыщ дэтхэнэми теухуа тхылъыр дэнэ нэсауэ пIэрэ? Зэи тIэуи сыкъэкIуащ Заур деж, сэбэп сыткIэ сыхъуфынуми сеупщIащ. Сигъэлъэгъуащ илъэс зыбжанэ хъуауэ зэлэжь тхылъыр. Нэхъыбэр зэфIигъэкIат, къэхутэныгъэ лэжьыгъэмрэ цIэ-унэцIэхэр къыщыхьа напэкIуэцIхэмрэ компьютеркIэ тедзат. Иджы къытпэщылъыр таблицэу щIа лъэпкъ жыгыр электроннэ щIынырт. Ар Iэрытх напэкIуэцIу щэм щIигъурт. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт ар абы зэрелIэлIар: IэкIэ а псор иритхъэу, цIыху къэс щыпсэуа илъэсхэр, ахэр IыхьлагъкIэ зэрызэпыщIар игъэнаIуэу. Шэч хэлъкъым ахэр абы зыбжанэрэ къызэрыритхыкIыжами. Сыт хуэдиз зэман и гъащIэм щыщу Заур абы тригъэкIуэдар, сыт хуэдиз махуэ архивхэм щигъэкIуар, тхылъхэмрэ газетхэмрэ ит тхыгъэхэр зэригъапщэу, хъыбархэр зэхуихьэсыжу, цIэ-унэцIэу бжыгъэншэхэр зыкIэлъихьыжу, зэригъэзэхуэжу, гъунэгъу щIыналъэхэм щыщ къалэхэм, къуажэхэм щыщу Налохэ я гугъу зыщIыфынухэр къигъуэтрэ къигъэпсалъэу? Нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ.
Егъэлеяуэ сыхуэарэзыщ сэ ди нэхъыжьыфIым дзыхь къызэрысхуищIам папщIэ. Пэжыр жысIэнщи, сэрамэ си фIэщ хъуртэкъым апхуэдэу уасэншэ Iэрытхыр зыгуэрым естыфыну. Елэжьын щIэздза нэужьщ Заур и IэдакъэщIэкIым къарурэ зэфIэкIыу ирихьэлIар зыхуэдизыр нэсу къыщызгурыIуар. ЖыпIэнуракъэ, компьютеркIэ зыхуей хуэзгъэзэн фIэкIа сызэримыкъалэну а лэжьыгъэр сэ мазэ бжыгъэкIэ схуэщIа къудейщ (пэжщ, зэман щызиIэмрэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэт сыщелэжьыфыр).
Иджыри зы Iуэхугъуэ сфIэгъэщIэгъуэнащ. Нало лъэпкъыр къызытепщIыкIар осетинхэрщ - зэман жыжьэм Къэбэрдейм къэIэпхъуа дигорхэрщ. Илъэсхэм дыкъыпхыкIыху, дэ адыгэм дахэшыпсыхьащ, нобэ дыадыгэ нэсуи зыкъыдолъытэж, ди лъабжьэр тщIэми, ди тхыдэм фIыуэ дыщыгъуазэми. Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым щылэжьэху, цIыхубэ IуэрыIуатэр джыным, таурыхъхэмрэ Iуэтэжхэмрэ тхыным, анэдэлъхубзэм и мыхьэнэр зэрыиныр цIыхухэм я деж нихьэсыным яужь итащ Заур. ИкIи гурыIуэгъуэщ къызыхэкIа лъэпкъым теухуа и тхылъыр куэд щIауэ и анэдэлъхубзэ хъуа адыгэбзэмкIэ зэритхар. Адыгэбзэр фIыуэ зэрыдмыщIэм къыхэкIыу, сэри нэгъуэщIхэми тхылъыр нэгъэсауэ къазэрыгурымыIуэнур Заур щыжесIэм, жэуапу къызитащ: «Анэдэлъхубзэр зэвгъэщIэн хуейщ». Мис а псалъэхэм къагъэлъагъуэ Заур - зи хэкур, зи бзэр фIыуэ зылъагъу цIыхушхуэм - и дуней тетыкIари и Iуэху еплъыкIэри.
Сэ лъэпкъ куэдым теухуа тхылъхэр слъэгъуащи, и зэхэлъыкIэкIи, къызэщIиубыдэ IуэхугъуэкIи, пэжагъкIи дыдейм пэхъун срихьэлIакъым. Ди къежьапIэр, лъэпкъым и тхыдэр тщIэ къудейр мащIэщ, ар тхауэ уимыIэмэ, къикIIакъым, япэ къэсми абы зыгуэр хыжиIыхьыфынущ, зэрымыщIэкIэ пцIы гуэрхэри «хэпща» хъуныр зыхуэIуа щыIэкъым. Хуабжьу дыхуэарэзыщ, къытщIэхъуэ щIэблэми зэи ящыгъупщэ хъунукъым дэ Заур къытхуищIар. Егъэлеяуэ ди кIэн къикIат Налохэ Заур хуэдэ дызэриIамкIэ, апхуэдиз лэжьыгъэ и пщэ дилъхьэжрэ ар пщIэ пылъу и кIэм нигъэсыфу.
Си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым узыщрихьэлIэ дэтхэнэ зы унэцIэми апхуэдэ цIыхушхуэ иIэну, лъэпкъ тхылъ зэрагъэпэщыфыну, къащIэхъуэ щIэблэм абы итыр ящIэн, зэман-зэманкIэ абы дыщIагъун хуэдэу.
P.S. Налохэ Юрэ къызэрытцIыхуар зи фIыщIэр зи гугъу ищIа тхылъыр, Налохэ я лъэпкъым теухуар, урысыбзэкIэ зэрыригъэдзэкIыну къызэрырихьэжьарщ. ТфIэгъэщIэгъуэн хъуащ ар къызыхихар, сыту жыпIэмэ нобэрей зэман гугъум куэд урихьэлIэнукъым апхуэдэ гупыж ищIыну. КъызэрыщIэкIамкIэ, къызыхэкIа осетин лъэпкъым щыщхэми езым хуэдэу адыгэбзэр зымыгъэшэрыуэхэми къагурыIуэну, щIэныгъэлIым и гуащIэм и мыхьэнэр зыхащIэну зэрыхуейращ Iуэхум иужь изыгъэхьар. ФIэигъуэу кърихьэжьар псынщIэ щыхъуну ди гуапэщ
ПащIэ Бэчмырзэ и фэеплъ
Нартан къуажэм дэтым деж. 1979 гъэ. 1979 гъэ
НАЛО Юрэ, Техник ныбжьыщIэхэм я станцу Нарткъалэ дэтым, Нало Залым и цIэр зезыхьэм, и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "763.txt"
} |
Жыджэру хэтщ
Хабзэ хъуауэ, ди къэралым и щIалэгъуалэр дапщэщи жыджэру хэтщ «Донор ныбжьыщIэм и махуэ» дунейпсо псапащIэ акцэм. 2011 гъэ лъандэрэ къыхалъхьауэ екIуэкI а Iуэхугъуэм мы махуэхэм ди республикэми зыщиубгъуащ. Хуэныкъуэхэм папщIэ лъы ятыну хьэзыру къэуващ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм ящыщ куэд.
- Дэ къызэрытщыхъумкIэ, цIыхухэр зэрыхъукIэ зэдэIэпыкъужу, зыр адрейм сэбэп зэрыхуэхъуным хущIэкъуу щытын хуейщ. Абы хуэгъэпсащ дызыхэт Iуэхур, - жеIэ университетым и социально-гуманитар институтым и студсоветым и пашэ Хуторская Елизаветэ. - Сэ япэу стыуэ аращ лъы, абы къыхэкIыуи тIэкIу согузавэ. ИтIани, ар зи узыншагъэр къэтIэсхъауэ а дэ ттыну лъым хуэныкъуэхэм яхуэтщIэфыну зэрыщытым сригушхуэу Iуэхум сыхэтщ.
КъБКъУ-м и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм хъыбар къызэрыдагъэщIамкIэ, а махуэм студент 70-м щIигъу екIуэлIат Лъы щат станцу Налшык дэтым. Абыхэм яхэтт волонтёр-донорхэри япэу Iуэхум хыхьэхэри. Лъы ятын и пэ къихуэу, студентхэм захуигъэзащ станцым и къудамэхэм ящыщ зым и унафэщI Дудар Азэ. Абы зэрыжиIамкIэ, лъы птыну зэрыпсапэм нэмыщI, ар икIи узыншагъэр езыгъэфIакIуэ Iуэхугъуэщ. Лъы зыта цIыхум и Iэпкълъэпкъыр къощIэрэщIэж, нэхъ ефIэкIуа мэхъу гум, абы екIуалIэ лъынтхуэхэм, тхьэмщIыгъум, лъатэм, нэгъуэщI пкъыгъуэхэми я лэжьэкIэр.
- КъинэмыщIауэ, лъы зытыну къытхуэкIуэхэм къащIэфынущ я узыншагъэр зыхуэдэр. Псом япэу гемоглобиныр зыхуэдизыр къэтхутэнущи, абы къигъэлъэгъуэнущ цIыхум и узыншагъэм иIэ щытыкIэр, - къыхигъэщащ Дударым. - Апхуэдэу псапэшхуэщ лъы хуэныкъуэхэм фазэрыдэIэпыкъуфыр. И лъымкIэ къыбдэгуашэм къыпхуимыщIа щыIэкъым.
«Донор ныбжьыщIэм и махуэм» хэтхэм я бжыгъэм илъэс къэс хэхъуэ зэпытщ. Абы къегъэлъагъуэ гущIэгъу зыхэлъ щIалэгъуалэ куэд дызэриIэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "764.txt"
} |
ЖиIэмрэ ищIэмрэ зэтехуэрт
Нало Заур и гуащIэмрэ и дуней еплъыкIэмрэ адыгэ лъэпкъым и гъащIэм щаубыд увыпIэм и мыхьэнэм утегушхуэу утепсэлъыхьыну гугъущ. Абы и щхьэусыгъуэр лIы щэджащэм литературэми щIэныгъэми щыхузэфIэкIахэр зэрыинырщ.
НАЛОР энциклопедие щIэныгъэ бгъэдэлъщ жыхуаIэм хуэдэщ. Абы куууэ зыхимыщIыкI, тыншу зытемыпсэлъыхьыфын Iуэхугъуэ щыIэу си фIэщ хъуркъым.
Заур псэкIэ, щIэныгъэкIэ, къащIэкIэ (интуицэкIэ) лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэр зыхещIэ, адыгэм хуэфIыныр, и фейдэ зыхэлъыр и щхьэ Iуэхухэм япэ ирегъэщыф. Абы къыхэкIкIэ хузэфIокI нобэ мы дунейм къыщекIуэкI псори зэпилъыту, адыгэм абы щаубыдын хуей увыпIэр илъагъуну, икIи лъэпкъыр хъума хъун, адэкIэ зиужьын щхьэкIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу зэфIэхыпхъэхэр иубзыхуну. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, Налом ди лъэпкъым и псэ беягъым зригъэужьынымкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым.
Мыпхуэдэ зы щапхъэ къэсхьыну сыхуейт: нобэрей зэман гугъум ди щэнхабзэм псэемыблэжу хуэлажьэхэм, ар зэтезыIыгъэхэм ящыщхэщ Бещтокъуэ Хьэбас, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Пащты Герман, Сокъур Валерэ, Црым Руслан, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Гъут Iэдэм, ГъукIэ Замудин, и гъуэ нэмысу дунейм ехыжа Къып Мухьэмэд, тIэкIу нэхъ щIалэхэм ящыщу ЦIыпIынэ Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. АтIэ, Нало Заур и зэманми и щIэныгъэми щымысхьу илъэс куэд ятригъэкIуэдащ а щIалэхэр зытет гъуэгум хуиунэтIыным. Зи цIэ къисIуахэм къахэкIащ Заур и жагъуэ къэзыщIыжаи къыпэщIэуэжаи. Ауэ иужькIэ абыхэм я щыуагъэр къагурыIуэжри, езы Заури здэкъуэншауэ къилъытамкIэ икIуэтыжри, зэбгъэдэувэжащ. Ари зи фIыщIэр Заурщ. И жагъуэ къэзыщIахэр дапхуэдизу мыкъуэншами, и фэм дигъэхуащ, зишыIащ.
Нало Заур лIыгъэшхуэ зыхэлъ адыгэлIщ, жиIэмрэ ищIэмрэ зэтохуэ, зыхужаIэм хуэдэщ. Сэ Заур илъэс 22-рэ хъуауэ фIыуэ соцIыху (Хасэ Iуэхухэр къызэрежьэрэ). А зэманым къриубыдэу сэ зэи слъэгъуакъым яIуэтэжуи зэхэсхакъым ар зыгуэркIэ къикIуэтауэ, шынауэ е зыгуэр игъэжэкъуауэ. Сыт щыгъуи япэ итащ. Куэдрэ сигу къокIыж бгъущI гъэхэм жэщи махуи зэкIэлъыпыту екIуэкIа пэкIухэр. Ар нэху щыхукIэ и напIэ зэтримылъхьэу цIыхухэм яхэтт. А зэманым Заур щIалэжтэкъым, илъэс хыщIым щIигъуакIэт.
Нало Заур и гъащIэм, и лэжьыгъэм, и творчествэм ди щэнхабзэмкIэ иIэ мыхьэнэр сэ изогъэщхь илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуа академик Лихачев Дмитрий урыс лъэпкъым хуищIэфам. Ар псэухукIэ къэралым сыт и лъэныкъуэкIи и нэIэ къытригъэтащ: и улахуэкIи, и псэупIэкIи, и IэдакъэщIэкIхэр дунейм къытехьэнымкIи. КIэщIу жыпIэмэ, зыхуей хуигъэзащ, зыхуэныкъуэ щымыIэу урыс лъэпкъым хуэлэжьэн щхьэкIэ. Апхуэдэ пщIэрэ гулъытэрэ хуэфащэт Нало Заури.
Хьэтэжьыкъуэ Валерэ, КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыж и жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "765.txt"
} |
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
Сом 81970-рэ хъу хэщIыныгъэ
Мы гъэм шыщхьэуIум и 27-м Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм и плъыр частым зыхуигъэзащ илъэс 42-рэ зи ныбжь цIыхухъум. Щхьэусыгъуэр жэщым «Лада-Приора» и автомашинэм ахъшэрэ и тхылъхэмрэ, апхуэдэуи банк карточкэ зэрырадыгъукIарт. БзаджащIэм ар къигъэсэбэпри, сом 58470-рэ карточкэм кърихащ. Псори зэхэту сом 81790-рэ хъу хэщIыныгъэ игъуэтат зэдыгъуам.
Къалэ Управленэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм фокIадэм и 15-м яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар нэхъапэми суд зытращIыхьа, Бахъсэн къалэм щыпсэу щIалэщIэщ. Абы илэжьамкIэ зиумысыжащ, къищынэмыщIауэ, къыщIэщащ апхуэдэ щIэпхъаджагъэу щым зэрыпыщIар.
Уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
ЩIалэщIэхэм заумысыжащ
Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щыIэ и къудамэм зыхуэзыгъэза сэрмакъдэсым зэрыжиIамкIэ, и унагъуэр зэщIыгъуу гъунэгъу районым гуфIэгъуэ Iуэху хэтауэ къыщагъэзэжам, я унэм компьютеррэ хьэпшып гуэрхэмрэ, псори зэхэту сом мини 193-рэ и уасэ, щIадыгъукIауэ кърихьэлIэжащ.
Къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м и УР-м и оперативникхэмрэ мы гъэм фокIадэм и 14-м яубыдащ шэч зыхуащI дыгъуакIуэхэр. Ахэр илъэс 20 - 25-рэ зи ныбжьщ, лей зытехьам и къуажэгъу щIалищщ. Абыхэм заумысыжащ, унагъуэм зыри зэрыдэмысыр къагъэсэбэпу, зэрыдыгъуамкIэ.
Ядыгъуар къытрахыжащ. Уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
ДыгъуакIуэр хамэтэкъым
2019 гъэм фокIадэм и 11-м Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и плъыр частым зыкъыхуигъэзащ цIыхухэм я узыншагъэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэм я зым и унафэщIым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, жэщ-махуэм къриубыдэу абы и лэжьапIэ пэшым щIэкIуэдыкIащ сом мин 280-рэ.
Управленэм и полицэ къудамэ №1-м уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащI дыгъуакIуэр яубыдащ. Ар илъэс 24-рэ зи ныбжь налшыкдэсщ. Дыгъуар а IуэхущIапIэм и лэжьакIуэу щытащ икIи ар махуэм къэкIуат Iэмал имыIэу зыхуей тхылъхэр къищтэжыну. УнафэщIыр и пэшым къызэрыщIэкIар щилъагъум, цIыхубзым а дакъикъэхэр къигъэсэбэпри, ахъшэр къищтащ.
Идыгъуам щыщ Iыхьэр къыIэщIахыжащ. Уголовнэ Iуэху къаIэтащ.
Къэралым къыщалъыхъуэрт
ФокIадэм и 11-м къриубыдэу Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и УР-м и лэжьакIуэхэм яубыдащ къэралым къыщалъыхъуэ бахъсэндэсхэу цIыхухъуитIрэ зы цIыхубзрэ.
Абыхэм шэч хуащI нэгъуэщI щIыналъэхэм щыдыгъуауэ.
Урысей Федерацэм и УК-м и 158-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа щIэпхъаджагъэр (дыгъуэн) илэжьауэ яубыдащ мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа, илъэс 23-рэ зи ныбжь бахъсэндэсыр. ЩIалэщIэр къилъыхъуэрт Урысей МВД-м Москва къалэм щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм.
А махуэ дыдэм полицейхэм яубыдащ зэрыдыгъуам къыхэкIыу къэралым къыщалъыхъуэ, нэхъапэми мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа, илъэс 33-рэ зи ныбжь цIыхухъур. Ар къилъыхъуэрт Урысей МВД-м и Управленэу Красногорск къалэм щыIэм и Следственнэ управленэм.
ИужьыIуэкIэ яубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа, илъэс 48-рэ зи ныбжь цIыхубзыр, Урысей МВД-м и Управленэу Санкт-Петербург къалэм и Приморскэ районым щыIэм къилъыхъуэр.
Уэрдокъуэ Женя.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "766.txt"
} |
«Хахуагъэм папщIэ» медалхэр яритащ
Министрым медалхэр яритащ Урысей МВД-м Налшык къалэм щыIэ и Управленэм и ГИБДД-м и гъуэгу-плъыр къулыкъум и инспекторхэу, полицэм и лейтенантхэу Мыз Зауррэ Джаватханов Тимуррэ, - къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.
Дамыгъэ лъапIэхэр полицейхэм щаритым Ромашкин Игорь абыхэм фIыщIэшхуэ яхуищIащ икIи къыхигъэщхьэхукIащ зэрахьа лIыгъэм и фIыгъэкIэ цIыху мамырхэр зэрыхэмыкIуэдар.
Iуэху гуапэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м УнафэщIхэм ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и Iэтащхьэ, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Гуляев Алексей, Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Маргъущ Азрэт, КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и унафэщIым и къуэдзэ Кучмезов Дмитрий, Урысей МВД-м Налшык къалэм щыIэ и Управленэм и ОГИБДД-м и унафэщIхэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм щIышылэм и 24-м Налшык къалэ Гъуэгу плъыр къулыкъум и гупым къащытеуат бзаджащIэхэр. ДПС-м и лэжьакIуэхэр япэщIэуващ IэщэкIэ зэщIэузэда щIэпхъаджащIэхэм. Мыбдежым уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ полицэм и лейтенант Балъкъэр Аслъэн. Абы и гъащIэр къегъэлыным пэщIэтащ мэзкуу дохутырхэр, ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу ар дунейм ехыжащ.
2019 гъэм и мэкъуауэгъуэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УказкIэ абы «ЛIыгъэм и дамыгъэ» орденыр къыхуагъэфэщащ мыпсэужу.
Зыгъэхьэзырар Дыгулыбгъу Жантинэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "767.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
УФ-м и лIыкIуэхэм ящыщу цIыхуипщIым визэ къратакъым
Нью-Йорк щокIуэкI ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм и 74-нэ сессиер. ФокIадэм и 23 - 30-хэм зэлэжьыну яубзыхуахэм ящыщщ тхьэмыщкIагъэр гъэкIуэдыным, цIыхухэм щIэныгъэфI егъэгъуэтыным, щIыуэпсым уигъэгузавэу игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм зэрыпэщIэтыну щIыкIэхэр убзыхуным, цIыхухэм заужьынымкIэ зэхуэдэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэр.
Дуней псом дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэм зыщытепсэлъыхьыну зэхуэсышхуэм кIуэн хуея урысей лIыкIуэхэм ящыщу цIыхуипщIым США-м визэ къаритакъым. УФ-м НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэ Захаровэ Марие зэрыжиIамкIэ, зэIущIэм зэрыхэтыну дэфтэрхэр къызыхуамыгъэхьахэм ящыщщ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Къэрал Думэм дунейпсо IуэхухэмкIэ я комитетхэм я унафэщIхэу Косачёв Константинрэ Слуцкий Леонидрэ. Абыхэм нэмыщI сессием кIуэну хуит ящIакъым МИД-м и къулыкъущIэу блы, IуэхущIапIэм и секретариат нэхъыщхьэм и унафэщI Бутин Сергеи яхэту.
Щхьэусыгъуэ ящIа «техникэ зэфIэмыхьэныгъэхэр», дауи, зыми и фIэщ хъуакъым. «Ар ООН-м хэт къэралхэм США-м пщIэ зэрахуимыщIым, дунейпсо зэгухьэныгъэр зи къэралым щызыгъэлажьэм и пщэ дилъхьэж къалэнхэр зэримыгъэзащIэм и щыхьэтхэм ящыщ зыщ. Абы укъимыгъэгубжьынкIи Iэмал иIэкъым», - жиIащ Захаровэм. Къагъэлъэгъуа пIалъэм дэфтэрхэр зэрагъэхьари, апхуэдэу УФ-м и пщIэр ираудыхыу зэрыхуамыдэнури къыхигъэщащ абы.
УФ-м и закъуэкъым апхуэдэ «нэмыплъ» зратар. Псалъэм папщIэ, Ираным и лIыкIуэхэри, я къэралым и президент Роухани Хьэсэн я пашэу, хуит ящIакъым ООН-м и зэхуэсышхуэм я Iуэху еплъыкIэ къыщагъэлъэгъуэну.
«Вашингтон къызэпеуд дунейм къэралу щыIэм я пащхьэ къалэн зыщыщищIыжахэр. Ар США-мрэ Урысей Федерацэмрэ я лIыкIуэхэм я зэIущIэу аракъым, Америкэр хуэмеймэ иримыгъэблэгъэну хуиту. Iуэхур зытеухуар урысей лIыкIуэхэр ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм и зэIущIэм зэрыкIуэрщ, абы хэтыну зэрыхуитырщ. Къэхъуам Москваи ООН-ри икъукIэ ткIийуэ пэджэжыпхъэу къызолъытэ», - жиIащ УФ-м и Президентым и пресс-секретарь Песков Дмитрий.
УФ-м и лIыкIуэу Нью-Йорк кIуахэм я унафэщI Лавров Сергей зэхуэсым къыщыпсэлъэнущ фокIадэм и 27-м. Шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым абы и къэпсэлъэныгъэм а Iуэхум тегъэчыныхьауэ къызэрыщытеувыIэнум. Апхуэдэуи визэхэм ехьэлIауэ къэхъуа къаугъэр гутехуэгъуейуэ зэрыщытыр абы жриIэну и мурадщ ООН-м и Секретарь нэхъыщхьэ Гуттериш Антониу щыIущIэкIи.
«Жьы хъуауэ» къалъытащ IэщIагъэ 32-рэ
2021 гъэм къыщыщIэдзауэ ди къэралым щыхурагъэджэжынукъым «жьы хъуауэ» къалъыта IэщIагъэхэм. УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм апхуэдэ унафэ къыщащтащ.
Къэрал IуэхущIапIэхэр зыхуэмеижу ягъэува IэщIагъэхэр 32-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщщ фрезеровщик, токарь, промышленнэ Iэмэпсымэхэр зыгъэувхэр, ахэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм кIэлъыплъхэр, станочник, нэгъуэщIхэри.
ЩымыIэж IуэхущIапIэхэм, IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр гъэхьэзырыным мыхьэнэ имыIэу къалъытащ. Техникумхэмрэ колледжхэмрэ а IэщIагъэхэм щIыщыхурамыгъэджэжынур абыхэмкIэ курс кIэщIхэр къаухмэ, цIыхухэм зыхуеину щIэныгъэр зэрагъуэтынурщ. Министерствэм зэрыщыжаIамкIэ, а IэщIагъэхэм зэрыхурагъаджэ мардэхэр къалэнхэм япэхъужыркъым.
«Зэманым къигъэув технологиехэм щыгъуазэ, абыхэм шэрыуэу ирилэжьэфын IэщIагъэлIхэр, иджырей Iэмэпсымэхэр IэнатIэхэм къыщызыгъэсэбэпыфынухэр гъэхьэзырыным къэрал мылъкур тедгъэкIуадэмэ нэхъыфIщ», - щыжаIащ министерствэм.
Нобэ
♦Туризмэм и дунейпсо махуэщ
♦ГъэсакIуэхэмрэ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр щапI IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ я махуэщ. Ар трагъэхуащ Урысейм япэ сабий садым лэжьэн щыщIидза махуэм - 1863 гъэм фокIадэм и 27-м Санкт-Петербург къыщызэIуахащ апхуэдэ IуэхущIапIэ.
♦1130 гъэм Италие Ипщэмрэ Сицилиемрэ зэгухьэри, Сицилие пащтыхьыгъуэр къызэрагъэпэщащ.
♦1783 гъэм тенджыз ФIыцIэм техьащ Урысей флотым и япэ кхъухьыр - «Екатеринэ и щIыхьыр» зыфIащар.
♦1801 гъэм Александр Езанэр ирагъэплъащ япэ лъакъуэрыгъажэм. Дунейм щыяпэу ар зэпкърилъхьат Артамонов Ефим.
♦1821 гъэм Мексикэр Испанием къыхэкIри, къэрал щхьэхуит хъуащ
♦1825 гъэм дунейм щыяпэу Инджылызым гъущI гъуэгу лажьэу щаутIыпщащ.
♦1885 гъэм Харьков къалэм къыщызэIуахащ Урысей ипщэ технологие институтыр - Урысейм щыяпэ техническэ вузыр.
♦1912 гъэм Киев къалэм къыщызэIуахащ «Спортивное поле» стадионыр. Абы цIыху минищ ихуэрт.
♦1939 гъэм фашист Германием иубыдащ Польшэм и къалащхьэ Варшавэ.
♦1940 гъэм Германием, Италием, Японием я дзэхэм я зэгурыIуэныгъэм «Берлин пактым» Iэ традзащ.
♦1941 гъэм Франджым Сириер хуит ищIащ къэрал щхьэхуэу, зыми и унафэ щIэмыту псэуну.
♦1942 гъэм ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ къищтащ республикэм зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщын хуейуэ.
♦1960 гъэм Останкинэ телечэщанэр - Европэм щынэхъ лъагэ дыдэр - ухуэн щIадзащ.
♦1990 гъэм Совет Союзыр Интерполым - уголовнэ полицэм и дунейпсо зэгухьэныгъэм - хыхьащ.
♦1991 гъэм Москва щекIуэкIащ ВЛКСМ-м и зимычэзу ХХII съездыр. Зэгухьэныгъэр къыщызэрагъэпэщым абы къалэн щащIауэ щытахэр игъэзэщIауэ къалъытэри, а зэхуэсым унафэ къыщащтащ комсомолыр щымыгъэIэжыным теухуауэ.
♦1910 гъэм къалъхуащ совет актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист Лукьянов Сергей.
♦1933 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, литературовед, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэщхъуэжь Раисэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ Кипрым и президент Анастасиадис Никос.
♦1947 гъэм къалъхуащ къэрал куэдым щыцIэрыIуэ тренер, ди къэралым футболымкIэ и командэ къыхэхами Санкт-Петербург и «Зенит»-ми ядэлэжьа Адвокат Дик.
♦1955 гъэм къалъхуащ актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Галибин Александр.
♦1965 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Къущхьэбий Анзор.
♦1967 гъэм къалъхуащ модельер, адыгэ фащэхэр дыным хуэIэкIуэлъакIуэ, химие щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Мадинэ.
♦1972 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актрисэ, «Оскар» саугъэтыр зрата Пэлтроу Гвинет.
♦1977 гъэм къалъхуащ къаплъэнхэр зыгъасэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Запашный Аскольд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 18, жэщым градус 13 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Акъылыр щагуэшым шыпсыранэм хэсащ.
ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "768.txt"
} |
Махуэшхуэм и щIыхькIэ
Адыгэхэм я махуэ
Зэхуэсым къригъэхьэлIащ цIыхухэр егъэджэным илъэс куэдкIэ хьэлэлу хуэлэжьа Молэ Лиуан, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и щIалэгъуалэ центрым и къудамэм и унафэщI Къумыкъу Каринэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэм и дэIэпыкъуэгъу ДыщэкI Эльвирэ, Бахъсэн щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и методист АфэщIагъуэ Маритэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студент зэгухьэныгъэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэм и унафэщI ДыщэкI Раисэ, дыщэмрэ дыжьынымрэ елэжь КIэбышэ Алинэ, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэ Къущхьэ Iэсият сымэ, адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр.
ЕджапIэм и пщIантIэшхуэр екIуу ягъэщIэрэщIат, яубла Iуэхум пэджэжу. Лъэпкъ ныпыр жьым дэхуарзэу, лъэпкъ дамыгъэхэр дыгъэм пэлыду апхуэдэт гуфIэгъуэр щекIуэкI щIыпIэр. ЕджапIэм щIэс цIыкIухэм зэхыхьэр ирашэжьащ адыгэ хъуэхъу дахэкIэ. ИужькIэ абыхэм адыгэ уэрэдхэр жаIащ, езы еджапIэм и къэфакIуэ гупым - «Бгым и бынхэр» зи фIэщыгъэм - утыкур ягъэбжьыфIащ, ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм гъэхуауэ къеджащ.
ХьэщIэхэм гукъинэж ящыхъуащ еджапIэм щагъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэхэри. Адыгэхэм пасэм щыгъуэ зэрахьэу щыта хьэпшыпхэр, Iэмэпсымэхэр, цIыхубзхэм къагъэсэбэпу щыта цIуугъэнэхэр, шым, Iэщым кIэлъызэрахьэ Iэпслъэпсхэр, нэгъуэщI куэди зэхуахьэсыжат еджапIэм щеджэхэми щылажьэхэми.
Адэ-анэхэм яфIэфIу даIыгъ еджапIэм щрагъэкIуэкI Iуэхухэр. Абыхэм IэфIу япщэфIат адыгэ шхыныгъуэхэр.
Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ «Урысей зэкъуэтым и щIэблэщIэхэр» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Бахъсэн щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Iэпщэ Темырланрэ ХьэтIохъущыкъуей дэт 3-нэ курыт еджапIэм щIэс АфэщIагъуэ Арианэрэ.
ХьэщIэхэр къызэхуэсахэм дахэу ехъуэхъуащ икIи къыхагъэщащ апхуэдэ махуэ лъапIэ ди лъэпкъым зэриIэр зэрыигъуэр.
Мыпхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, къытщIэхъуэ щIэблэр ди тхыдэм щыгъуаузэу щытынымкIэ, ди лъэпкъ хабзэр ящIэнымкIэ, фIым, дахагъэм дегъэхьэхынымкIэ.
Зэхуэсыр адыгэ джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ.
ТАБЫЩ Динарэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "769.txt"
} |
Гу зылъытапхъэ
«Адыгэ псалъэ» газетым и къыкIэлъыкIуэ номерыр къыщыдэкIынур дыгъэгъазэм и 15-рщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "77.txt"
} |
Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр
Хэхэс адыгэхэм я Iуэху нэхъ щыдэкIыу, я бзэр нэхъ щахъумэфу къалъытэ Иорданиер. Абы куэдрэ тхутопсэлъыхь Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, Иордан Хьэшимит Пащтыхьыгъуэм и сенатор, а къэралым щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир, нэгъуэщIхэри. «Адыгэ псалъэ» редакцэм и хьэщIэщ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ Шыфэкъуж (ХьэфIыцIэ) Данэ.
Данэ къыщалъхуари къыщыхъуари Налшыкщ, КъБКъУ-р къиухащ, Амман щыщ адыгэ щIалэ дэкIуауэ абы щопсэу. Абы къэралитIыр зэрызэпищIар, е нэхъ пэжу жыпIэмэ, Урысеймрэ Иорданиемрэ адыгэ пщащэм и гъащIэм щаубыд увыпIэр гъэщIэгъуэнщ. Абы и адэр ди республикэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми фIыуэ къыщацIыху, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ.
Дызэрыщыгъуазэщи, абы Iуэхушхуэ ирегъэкIуэкI хэхэс адыгэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм дыщигъэгъуэзэным, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъри зэпыщIа хъуным теухуауэ. Мухьэмэд и щхьэ IуэхукIи хэхэс адыгэхэм япыщIа хъуат Иорданием щыпсэу Нэгуэрхэ малъхъэ щахуэхъуам. Мухьэмэдрэ абы и япэ щхьэгъусэу щыта Нансирэ япхъущ Данэ.
Данэ зыпIа и адэм и IэщIагъэр и гум дыхьэу къыщIэкIынти, филологие щIэныгъэ зригъэгъуэтащ, и насыпыр здэщыIэр арати, и анэр щыпсэу къэралым унагъуэ щихьащ. Данэ къэкIуэжауэ дыхуэзэри, депсэлъащ, езыми и гуапэу ди упщIэхэм жэуап къаритащ.
- БалигъыпIэ уиувэху ущыпсэуа щIыпIэр щыпхъуэжам гугъу уехьа?
- Къыщалъхуа щIыпIэр ихъуэжыныр зым и дежкIи тыншу къыщIэкIынукъым. Ауэ Амман сыкIуа нэужь, зэман гуэр дэкIри, цIыхухэми сесащ, бзэри зэзгъащIэри, си Iуэхур фIы хъуащ. Мазийм къриубыдэу хьэрыпыбзэр зэзгъэщIащ. АбыкIэ хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ занщIэу лэжьэн зэрыщIэздзар. БзэмкIэ си дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэ хъуар, дауи, езгъаджэ сабийхэрщ. А цIыкIухэм хьэрыпыбзэкIэ зыгуэр щажесIэкIэ, сыщыуамэ, гу лъызагъэтэжырт, сэри адыгэбзэр езгъэджу арати, яфIэгъэщIэгъуэну япхъуатэрт.
ИтIанэ щыуагъэншэу бзэм срипсэлъэф хъуа нэужь, тхэн, еджэн щIэздзащ. Хьэрыпыбзэр гугъущ, хьэрфыр здэщытым елъытауэ и къэпсэлъыкIэм зехъуэж, ауэ школым къыщыздэлажьэ егъэджакIуэхэри къыздэIэпыкъуурэ, япэщIыкIэ цIыкIухэм я цIэ-унэцIэхэм сыкъеджэфу, итIанэ псысэ сакъыхуеджэу щIэздзащ, ауэрэ газетхэм сыщIэджыкIыу сыхъуащ. Зы илъэс нэужьым бзэр тыншу схуэгъэшэрыуэрт.
- Уэ ущыпсэуну, ущылэжьэну укIуати, нэхъуеиншэу зэбгъащIэрт бзэр. Ебгъаджэ цIыкIухэм дауэ къащыхъурэт анэдэлъхубзэр?
- Зы псалъэухакIэ уи упщIэм жэуап ептмэ, 3-нэ классым нэса цIыкIухэм адыгэбзэкIэ диктант щезгъэтхкIэ, инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ нэхърэ нэхъыфIу ятх. Илъэс 17 хъуауэ сыщолажьэ школми, гу лъызотэ адыгэбзэр нэхъ псынщIэу къызэрапхъуатэм.
Сабийхэр школым къэкIуа нэужь, япэ класситIым дерсхэр джэгукIэ щIыкIэм тету едгъэкIуэкIыу аращ. Ещанэ классращ хьэрфхэр зэгъэщIэным иужь дыщихьэр. Сэ а цIыкIухэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэныну, къызэрыдэсхьэхыну, зэрытезгъэгушхуэну Iэмалхэр къэсщIа нэужь, тхылъитI къыдэзгъэкIауэ абыкIэ изогъаджэ. ПэщIэдзэ классхэм щIэсхэр зэреджэ тхылъыр къэрэндащ зэмыфэгъукIэ ялэхэм хуэдэщ. ПсалъэкIэ нэхъ гурыIуэгъуей хъунущи, а тхылъ цIыкIум ит сурэтхэр ялэурэ зрагъащIэ, ахэр зищIысыр, апхуэдэурэ адыгэбзэр къагурыIуэу, мащIэу ирипсэлъэфу йосэ. ЕтIуанэ классым кIуэ цIыкIухэр тхылъкIэ мэлажьэ, сурэт иту, ар зищIысыр кIэщIэтхауэ. Ещанэ класс хъуа нэужь хьэрфхэри зыдогъащIэ, псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпагъэувэ, ауэрэ школ программэм дытохьэри, я къэухьым зиужьурэ макIуэ. Япэ класситIым инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ ядж сабийхэми, къатемыхьэлъэн, зэхамыгъэзэрыхьын папщIэ дэ алыфбейм и гугъу тщIыркъым, ещанэм деж щыщIэдзауэ нэхъ тыншщи, абы дытетщ.
- Хамэ къэралхэм адыгэ лIакъуэхэр щызэхэпхъащ. Диалектхэр егъэцIыхуным щхьэхуэу иужь фит?
- Хьэуэ. ДызэгурыIуауэ зэредгъаджэр къэбэрдей-шэрджэсыбзэ жыхуэтIэращ. Мейкъуапэ никIауэ зы егъэджакIуэ диIэщи, абыи аращ зэрыригъаджэр. Арыншауи хъунукъым, зэхагъэзэрыхьынущ. ЛIакъуэхэр щызэхэпхъащ жыхуэпIэр пэжщ, языныкъуэхэм деж къэхъур пщIэрэ? Сэ адыгэбзэкIэ яжесIар е зрагъэщIэну естар етIуанэ махуэм къокIуэри, бжьэдыгъубзэкIэ къызжаIэ! Апхуэдэхэм сапэрыуэркъым, ныбжьыщIэм и адэ-анэр нэхъ зыхуэшэрыуэ бзэмкIэ ирагъащIэу аращ усэр.
- Школыр къэзыух адыгэ сабийм анэдэлъхубзэр ищIэрэ, ирипсэлъэфрэ? Уи гугъуехьым, уи лэжьыгъэм къыпэкIуэм арэзы укъищIрэ?
- Си жагъуэ зэрыхъущи, сыт хуэдизу семыгугъуми, сабийр адыгэбзэкIэ псэлъэныр зэлъытар сэракъым, атIэ ар къыщыхъу унагъуэрщ. Сэ хьэрфри, тхэкIэри, еджэкIэри язогъащIэ. Ауэ и унагъуэм щымыпсалъэмэ, и адэ-анэр абы емыгугъумэ, сабийр къэуву адыгэбзэкIэ къопсэлъэнукъым, дерсым тэмэму жэуап щит щхьэкIэ. Унэм адыгэбзэкIэ къыщемыпсалъэмэ, абыкIэ къэрал экзамен имытмэ, дэ дызыхуей гулъытэ анэдэлъхубзэм игъуэтыркъым. Сабийхэм зэи укъагъапцIэркъым, абыхэм къыщызжаIэ щыIэщ: «Сэ дыгъуэпшыхь унэм сыщеджэну сыхуеят, ауэ си анэм идакъым, хьэрыпыбзэм, есэпым е инджылызыбзэм нэхъ егугъу, ар нэхъыщхьэщ» жиIэри. Абыхэм быдэу яжызоIэ: «Псом нэхърэ нэхъыщхьэр фи анэдэлъхубзэращ, фи адэ-анэхэр иримыпсэлъэфмэ, сэ фэзгъащIэхэр фыкIуэжурэ абыхэми евгъэлъагъу».
КъищынэмыщIауэ, ди Iуэхур нэхъ гугъу зыщIхэм ящыщщ адыгэбзэмкIэ дерсхэм хухэха сыхьэт бжыгъэр зэрагъэмэщIар. Нэхъапэм адыгэбзэр тхьэмахуэм тхуэ хэту щытащ. ИужькIэ инджылызыбзэмкIэ иджыри зы предмет къыхагъэхьэри, ди дерсхэр ягъэмэщIащ. Иджы 1-7-нэ классхэм тхьэмахуэм дерси 3, 8-10-нэ классхэм сыхьэтитI яIэу аращ.
Дэтхэнэ адыгэ унагъуэми и быныр ди деж къигъэкIуэну пылъщ. Бзэр щызрагъащIэкIэ къохьэлъэкIхэр, адэ-анэхэри абы и лъэныкъуэкIэ сабийхэм гугъу ядохь, ауэ къызыхэкIар зищIысыр ищIэжу ныбжьыщIэр къэтэджын папщIэ, а школым Iэмал имыIэу кIуэн хуейуэ ягъэув.
Сэ цIыкIухэм сытым дежи яжызоIэ: «Фи курткэм, футболкэм «адыгэ» псалъэр тету, адыгэ бэракъыр фIыгъыу, хьэрыпыбзэкIэ «сыадыгэщ» жыфIэу фыдэмыт. Абы къикIыркъым фэ фызэрыадыгэр. Бзэр фщIэмэ, хабзэр зефхьэмэ - фыадыгэщ, занщIэу фыкъацIыхунущ, дакъикъипщIкIэ къывбгъэдэтым фи адыгагъэр здынэсыр игъэунэхунущ. Аращ нэхъыщхьэр».
- Адыгэ защIэ фи еджапIэм щIэсыр, хьэмэрэ хьэрыпи яхэт?
- НыбжьыщIэ миным щIигъу щIэсщи, проценти 3 хуэдизыр хьэрыпу къыщIэкIынщ. Зы классым зы-тIу щIэсынкIэ мэхъу. Апхуэдэхэм я нэхъыбэм я анэр урысщ, е адыгэщ, е кавказ лъэпкъхэм ящыщщ, ауэ я адэр хьэрыпщ. Ди школым зи адэри зи анэри хьэрып къыщыщIагъэтIысхьэ щыIэщ. Иорданием исхэм фIыуэ ящIэ адыгэхэм пащтыхьым деж къулыкъу зэрыщащIэр, абыхэм я пэжагъымрэ къабзагъымрэ, я дуней тетыкIэмрэ я цIыхугъэмрэ щытхъу зэраIэр. «Фэ фхуэдэу ди быныр вгъэсэну дыхуейщ», - жаIэурэ къыщытхуашэ щыIэщ хьэрып цIыкIухэр.
Зы лIы гуэр къэкIуат и къуитIыр къишэри, «сэ адыгэхэм куэдрэ сахуозэ, абыхэм хуэдэу акъыл гъэтIыса зиIэ, зи бын дахэу зыгъасэ срихьэлIакъым, си сабийхэри апхуэдэу къэхъуну сыхуейти, мы школым къэсшащ», - жиIэри.
- Псоми жаIэ Иорданием адыгэхэм пщIэшхуэ зэрыщыхуащIыр.
- Ар пэжщ. Иорданием сыщыкIуагъащIэм «дэнэ ущыщ» жаIэмэ, «Урысейм сыкъикIащ» жысIэрт. Ауэ Урысеймрэ урысхэмрэ нэхърэ нэхъыфIу шэрджэсхэр къыщацIыху абы икIи фIыуэ къыщалъагъу. Сыт хуэдэ зэхыхьэ сыкIуэми, хьэрып дапщэ ныбжьэгъу схуэхъуми, си щхьэр лъагэу сагъэлъагъуж, адыгэхэр яфIэщапхъэщи. Сыщылажьэ школым щыIэ гупыр къапщтэмэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, зыр зым ечэнджэщыжу, дэIэпыкъуу апхуэдэхэщ. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, адыгагъэ яхэлъщ, аращ хьэрыпхэри нэхъ къыдэзыхьэхыр. Щылажьэхэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, зи анэдэлъхубзэр зыхуэмыгъэшэрыуэми, Iэмал имыIэу адыгэ хабзэр зэрехьэ.
- Къэралхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм ящыщу нэхъ иныр Амман щыIэ ФIыщIэ Хасэращ. УкIуэрэ абы?
- Пэжщ, икIи инщ икIи лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI АФIХ-м. Абы и нэIэ щIэтщ сэ сыщылажьэ школри, абы къепхыжа сабий гъэсапIэри. Хасэм и лэжьакIуэхэм балигъхэми сабийхэми я нэIэ трагъэтщ, нэхъыбэу зытрагъащIэр бзэр хъумэнырщ, адыгэ щэнхабзэр зехьэнырщ, хабзэр яхэлъынырщ, зэрыадыгэр ящымыгъупщэу псэунырщ. КъищынэмыщIауэ, гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэри къызэщIиубыдэу къудамэ щхьэхуэхэр иIэщи, абы нэхъ тынш икIи куу ещI адыгэ гъащIэм теухуа лэжьыгъэр. Сэ щIэх-щIэхыурэ сахохьэ абыхэм, къызэрагъэпэщ махуэшхуэхэм сыхэтщ. ЩIысфIэфIри си адэм и ныбжьэгъу куэд щыIэщи, ахэр слъагъуну сыт щыгъуи си гуапэщ. Хэкум никIахэм абы сащыIуощIэ.
- МыбыкIэ щыпсэухэмрэ абыхэмрэ зэбгъапщэмэ… Дауэ къызэтена Иорданием ис адыгэхэр, уэ узэреплъымкIэ?
- ЩызэрыIыгъщ абы адыгэхэр, я зы хъугъуэфIыгъуи зэрамыгъэмэщIэным иужь иту. НэгъуэщI къэрал щымыпсэуам ищIэнукъым: хамэхэм уащыхэтым деж уи бзэр зыIурылъыр, уи хабзэр зезыхьэр уи шыпхъу, уи дэлъху пэлъытэщ. Хэкум апхуэдэу щызыхэпщIэркъым ар. Уи лъэпкъым ухэсщи, а зи гугъу сщIыхэм уегупсысыххэркъым. Адэжь лъахэм ущыпэIэщIэм дежщ ар зэрылъапIэр щызыхэпщIэр. Къалэнышхуэ ягъэзащIэ абы и лъэныкъуэкIэ Хасэхэм. Аращ хэхэсхэм адыгэ жьэгу яхуэхъур.
Налшык сыкъыщыкIуэжкIэ си гум зимыгъэнщIу хэкужьым и хьэуамкIэ собауэ, си адэм, си благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ гу ящызмыхуэу сабгъэдэсщ, дунейм и дахагъри аращи, къалэ жыг хадэм сокIуэ, абы ит дэтхэнэ жыгри мыбыкIэ сыкъыщыгупсысэкIэ си нэгу къыщIэзгъэхьэжыфын хуэдэу сигу изубыдэну сыхэтщ.
- Налшык укъэIэпхъуэжыну къыпщыхъурэ зэгуэр хьэмэрэ абы уигу щыбгъэтIылъа?
- Си IэщIагъэр, си лэжьыгъэр, сызыхэт гупыр сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ абы сигу щызгъэтIылъынымкIэ. Ауэ си гущIэм щэхуу илъ гуэрщ а укъызэрызэупщIар, ар нобэкъым, пщэдейкъым къыщыхъунур, ауэ дыпсэумэ…
- Уи пщащэ цIыкIур мащIэу къэдгъэцIыхут. Сытым нэхъ дихьэхрэ, сытхэр и мурад?
- Санэ ебгъуанэ классым макIуэ. IэщIагъэ хуэхъунур иджыри къыхихакъым, ауэ сурэт ищIыну хуабжьу фIэфIщ. Еджэным дехьэх, сэ сыщылажьэ школращ щеджэри, аращ Санэ сэрэ ди адыгэ дунейр щытлъагъур, адыгэбзэр щызэхэтхыр. КъищынэмыщIауэ, ныбжьэгъухэр, благъэхэр диIэщи, дакIэлъокIуэ, къытхуоблагъэ. Нэхъапэм хасэм кIуэурэ адыгэ къэфэкIэ зригъэщIащ, иджы баскетбол джэгуну фIэфIщ.
- ПIалъэ-пIалъэкIэрэ фIэкIа умылъагъу щIыпIэм зэрызихъуэжар уи нэгу нэхъ къыщIедзэ. СыткIэ нэхъ дахэ е нэхъ Iей хъуа Налшык?
- Сэ илъэсиблкIэ сыщымыIауэ сыкъэкIуэжати, псоми гупсэхугъуэ къызатырт. Сани апхуэдизкIэ итхьэкъуащ хэкуми, «си анэ, Иорданием щыдиIэ благъэхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ мыбы къэIэпхъуэжыну щытамэ, сыту фIыт Налшык ущыпсэуну» жиIэрт. Къэбэрдейм щыпсэу и адэшхуэмрэ и анэшхуэмрэ зыпищI щыIэкъым, мыбы дыщыIэху пщэдджыжь къэс и анэшхуэм и гъусэу паркым кIуэурэ къикIухьащ.
Налшык куэдкIэ нэхъ дахэ хъуащ. Уэрамхэм ущрикIуэкIэ, нэм илъагъу псоми гур хагъахъуэ. Ауэ цIыхухэр нэщхъейуэ къысщохъу, нэхъ нэжэгужэу саIуплъэну сыхуейт. КъурIэным итщ мыпхуэдэу: «ЦIыхум мылъкукIэ удэIэпыкъуфмэ, дэIэпыкъу, ар пхузэфIэмыкIмэ, псалъэ дахэ жеIэ, псалъэ дахэ пхужемыIэрэ - хуэгуфIэ». Гуапагъэщ ар, узэщыгуфIыкIмэ, уигухэри нэхъ зэгъунэгъу мэхъу. Сэ къызгуроIуэ: гуныкъуэгъуэ, гугъуехь гуэр зимыIэ щыIэкъым, ауэ а псор уи нэгум къищ зэпыту упсэу хъунукъым. УщыузыншэкIэ, пшхын щыбгъуэткIэ, адрейхэр псори хуэмурэ къыбдэхъунущ. Нэхъ гумащIэу, гупцIанэу дызэхущывгъэт цIыху псори.
Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "770.txt"
} |
ГущIагъщIэлъхэр макъамэм къезыгъэIущэщ
Урысейм и композиторхэм я зэхуэсым. Молэ Владимиррэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыррэ Армением и лIыкIуэхэм яхэту.
1970 гъэ.
УФ-ми КъБР-ми гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, композитор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Джэрмэншык къуажэм 1940 гъэм къыщалъхуа Молэ Владимир Лил и къуэм Саратов дэт къэрал консерваторэм щеджэу итхауэ щытащ Акъсырэ Залымхъан и пьесэр зи лъабжьэ «Дахэнагъуэ» оперэр. Абы и япэ актыр еджапIэр къыщиух илъэсым (1965 гъэм) ягъэлъэгъуат. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэр и лъабжьэу Шортэн Аскэрбий итха «Къамботрэ Лацэрэ» пьесэм къытращIыкIа оперэр зейри Молэращ. Абыхэм къакIэлъыкIуащ «Бгыхэм я хъыбар» балетыр (либреттэр Шортэн Аскэрбий ейщ), Антокольский Александр и пьесэмкIэ итха «Люсэ цIыкIу - аслъэным ипхъу» сабий оперэр, Шортэн Аскэрбий и пьесэр зи лъабжьэ «Лъыхъу къагъэпцIахэр» опереттэр, симфоние поэмэ инхэр, уэрэд куэд. Апхуэдэуи Молэм уэрэдхэр зэрыт тхылъу плIы къыдигъэкIащ, музыкэ пьесэ куэд итхащ. Абы макъамэ ящIилъхьащ КIыщокъуэ Алим, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис сымэ, нэгъуэщI лъэпкъ тхакIуэ куэдми я усэхэм.
Молэ Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и унафэщIу щытащ, илъэс 18-кIэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ къулыкъур ирихьэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ училищэм и тхьэмадэу лэжьащ. Дызэрыт мазэм композитор цIэрыIуэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъуащ.
Хэбгъэзыхьмэ, сеньор министр Бергилис Клаудио нэхърэ сынэхъ къулейщ
ЦIыхур зыхущIэкъур къехъулIэ хабзэщ, ерыщу, гугъу зыдригъэхьу, къару ирихьэлIэу абы еувалIэмэ. Молэ Владимир цIыху насыпыфIэщ хужыпIэну къезэгъ къыщIэкIынщ, адэ-анэм я лъагъуныгъэр, унагъуэм и IэфIагъыр, ныбжьэгъухэмрэ лэжьэгъухэмрэ я пэжагъыр нэсу зыхищIащи. Апхуэдэу зелъытэж абы.
… Молэр нэфIэгуфIэу къыспежьащ. НэгъуэщIуи си нэгу къыщIэзгъэхьэртэкъым. ТелефонкIэ къызжиIауэ щытми, иджыри зэ къытригъэзэжмэ зэрыфIэфIыр слъагъуу, Тэрч щIыналъэм щыщхэм ар къызэрымыкIуэу зэрахуэгуапэр къыхигъэщурэ унэм сыщIишащ. Пианинэ е нэгъуэщI макъамэ Iэмэпсымэ зэуэ сыIуплъэн хуейуэ къыщIысщыхъуар сщIэртэкъым, арщхьэкIэ слъэгъуар нэгъуэщIщ: «Мыхэр, къытхуэбгъэгъунщ, ауэ ди пхъурылъхум мыпхуэдэурэ и унафэм дыщIэтщ», - жиIэри Владимир и Iэр хуишиящ щыгъэ зэфIэблахэм ебгъэщхьыну мыIэрысэ гъэгъуахэм. Ахэри Владимир и гъуазджэм щыщт.
Композиторым и пэшым кIыхьу ущIытепсэлъыхьын щыIэу къыщIэкIынкъым, сыту жыпIэмэ, армырами гурыIуэгъуэщ - ар нотэхэрщ, тхылъхэрщ (езым къыдигъэкIахэри яхэту), зыIущIа цIыхушхуэхэм, унагъуэм я гъусэу зытригъэха сурэтхэрщ зэрыгъэнщIар, макъамэ къыщемыуэми, абы къыщIэIукI хуэдэщ музыкэ лъагэр. АбыкIэ езгъэлеями сщIэркъым, ауэ апхуэдэу къысщыхъуащ Молэм сызэрыбгъэдэса сыхьэт бжыгъэм…
ЦIыху къэс гъащIэ зырыз яIэщи, ар зэрекIуэкIыр, хуей-хуэмейми, абы и гум иреубыдэ. Зыкъом дэкIа нэужьщ абы къикIуа гъуэгуанэм и мыхьэнэуэ щытар щызэригъэзэхуэжыр, щызригъэпщэжыр, къыщыгурыIуэжыр. Шэч хэлъкъым Молэ Владимир хиша лъагъуэр зэрыбгъуфIэм, зэрыкупщIафIэм. А псом ар нобэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ щыхъуам, хуоплъэкIыж икIи и нэгу щIэкIар пычыгъуэ-пычыгъуэурэ, Iыхьэ-Iыхьэурэ и гум къредзэж:
- Сэ усэ, рассказ стхын щIэздзат 3 - 4-нэ классхэм сыщIэсу. Нэхъыщхьэу абы хэлърати, усэм макъамэ щIэслъхьэжырт. Абы и фIыгъэкIэ сэ къэсцIыхуат ди щэнхабзэр а зэманым зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша цIыхуфIхэр: КIуащ БетIал, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ. Япэ гъуэгуанэмкIэ сэбэп къысхуэхъуар Къашыргъэ ХьэпащIэт. Абы школым адыгэбзэмкIэ дыщригъаджэрти, дзыхь хуэсщIри, си тхыгъэхэм къезгъэджат. ХьэпащIэ къызжиIащ КIуащ БетIал зыхуэзгъазэрэ си IэдакъэщIэкIхэм хэзгъаплъэмэ нэхъ зэрыфIэкъабылыр. Арати, ди адэм (ар Япэ дунейпсо зауэм хэтат, генерал Корниловым и унафэм щIэт шуудзэми щыщащ, зэкъуэшищрэ зэшыпхъуиплIрэ дапIырти, дэтхэнэми и нэIэ къыттетащ, адыгэм жиIэну тIэкIу емыкIуми, фIы дыдэу абы сыкъилъагъурт, цIыху щэджащэт) выгукIэ сешэ КIуащым и деж. «Мы щIалэр е усакIуэ, е тхакIуэ хъуну къыдоныкъуэкъури, зыгуэр къыжефIамэ арат», - дыкъызытекIухьар БетIал хуиIуэтащ. «Сыт а жыпIэр? Абы нэхъыфI пщIэнкъым, сыту фIыт къызэрыпшар», - жиIэри си тхыгъэхэр зэрыстха тетрадь цIыкIуитIыр зэпиплъыхьащ. Еджэн иуха нэужь, КIуащыр къэтэджри, си дамэм къытеуIуэурэ: «НтIэ, Молэ и къуэ, Чеховым нэхърэ унэхъ Iэзэщ уэ», - жиIащ. Сэ абы и псалъэхэр гушыIэм зэрыхуэсхьар къыщилъагъум, абы дыщIигъужащ: «Пэжщ сэ жысIэр. Рассказ нэхъ кIэщI дыдэхэр зытхыфу щытар Чеховырщ. Уэ абы нэхърэ нэхъ кIэщIыжу уотхэ. Ауэ ар иджыри къупщхьэщ, лы телъхьэжын хуейщ».
БетIал и псалъэхэм куууэ сагъэгупсысами, ар иджыри си гъащIэ гъуэгуанэ зэхэгъэкIыпIэтэкъым. Сэ шыпхъуиплI сиIащ. ЗэрыжаIэу, сызыпIари ахэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, си шыпхъухэм ящыщу зы закъуэщ иджыпсту дунейм тетыжыр. Зэшыпхъухэм я етIуанэм жьы къыпиубыдырт. Ар щIэхъуэпсырт медицинэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэту згъэхъужыну. Абы и жыIэр си дежкIэ унафэти, медучилищэм сыщIэтIысхьэну сыкIуат а махуэм. Си къуэш нэхъыжь Щыхьэрбий «Кутузов» кхъухьым къулыкъу щищIэрти, матросхэм ящыгъ плIэм хуэдэ къысхуихьауэ сиIэт, ар сщыгът, мандолинэ къызитари си пщэм фIэдзауэ, зэрыжаIэу, «щIалэ зыкъизыхт». Е сэ апхуэдэу къысщыхъужрэт?! Япэ экзаменыр ттауэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм зыщыдгъэпсэхурт. Иджы хуэдэтэкъым ар. Абы цIыхур куэду итт, уеблэмэ нэху къыщекIи къэхъуу. АтIэ, ШащIэхэ ящыщу къысфIощIыж, зы хъыджэбз ди гъусэти, «Володя, уэ музыкэм удехьэх, мыр уфIэгъэщIэгъуэнкъэ?» - жиIэри хъыбарегъащIэ тхылъымпIэр сигъэлъэгъуащ. Абы итт Налшык Музыкэ училищэ къызэрыщызэIуахыр, щIалэгъуалэр абы зэрырагъэблагъэр. ГупсысапIи зэзмытыжу зисчащ, еджапIэ жыхуаIэм и Iуэхур зытетыр зэзгъэщIэну. ИкIэм-икIэжым, IуэрыIуатэдж, композитор, пианист цIэрыIуэ Шейблер Трувор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и унафэщIу щыта, тхакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, композитор Къардэн Хьэсэн сымэ я пащхьэм сыкъихутащ. «Сыт хуэдэ унэтIыныгъэм ухуеджэну ухуей? Сыт пхуэщIэрэ?» - къызэупщIащ ахэр псом япэу. Сэри зызмыIэжьэу: «Мес мо пшынэ фIыцIэшхуэм сеуэфу зезгъэсэну сыхуейщ», - жысIэри, си Iэпэр хуэсшиящ гъунэгъуу щыт фортепианэм. Нэхъ ипэкIэ зэи апхуэдэ дыдэу гъунэгъуу слъэгъуатэкъым фортепианэр, сымыщIэххэр абы зэреджэрт. КъэпщытакIуэхэр пыгуфIыкIащ си жэуапыр зэрызэхахыу. АрщхьэкIэ сэ ар къызыфIэзмыгъэIуэхуу си мандолинэм сеуэурэ уэрэд жысIэн щIэздзащ, абы щыгъуэми къэфэкIэ гуэрхэри згъэлъагъуэу. Къысщыхъурт сэр фIэкIа нэгъуэщIым апхуэдэу хуэмыщIэу. ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр укIытэри сыкъигъэувыIэжащ: «Умуслъымэнмэ, Молэ, зэ къызэтеувыIэж, хъунщ ар, укъыдощтэ, укъыдощтэ», - жиIэри. Шейблер абы щыгъуэм къыпищащ: «Флъагъуркъэ, щыIэщ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэр. Дэ къуажэхэм дыщолъыхъуэ, абы щыгъуэм мыбы хуэдэ цIыкIухэм уэрамым къыщакIухь».
- Абы щыгъуэ щыIа щэнхабзэр инт…
- ЗэрыжысIауэ, школым иджыри сыщIэсу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ сыдахьэхат. ФIыуэ слъагъурт ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ди Къэбэрдей къэрал драмэ театрым игъэлъагъуэхэр: «Дахэнагъуэ», «Къамботрэ Лацэрэ», «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» жыпIэми, адрейхэрами. Щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ абдежщ псоми къыщыщIидзэр. Училищэм сыщIэсу япэ дыдэу стхар «Налшык папщIэ» (псалъэхэр Щоджэн Хьэбас ейщ), «СыпхуэзэхукIэ щэхуу укъызоплъ» (Балъкъэр Фоусэт), итIанэ «Лэскэн хъыджэбз» уэрэдхэрщ. «Налшык папщIэ» уэрэдыр сIыгъыу (1957 гъэм) Къэбэрдей-Балъкъэрым Уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым сыкIуат. Абы щыгъуэм гупым я пшынауэ Iэзэхэр Къашыргъэ КIурацэрэ ТIэш ЛакIушкэрэт. КIурацэ, нобэ хуэдэу сощIэж, занщIэу къысщыгуфIыкIат: «НэгъуэщI мыхъуми, адыгэ щIалэ цIыкIум итхауэ макъамэ деуэнщ», - жиIэри. Абыи щхьэусыгъуэ иIэт, дауи. Урыс, журт лъэпкъхэм щыщхэм ятхахэм ахэр еуэн хуей хъурти арат.
Егъэлеяуэ щэнхабзэ къулей зыхэлъыр ди адыгэ уэрэдыжьхэрат. Псалъэм папщIэ, Ало ЛутIэ и «Купсэ» уэрэдыр сыт и уасэт?! Ахэр гукIэ тщIэрт. Щэнхабзэм и IуэхукIэ абы щыгъуэм Шейблер Трувор, Къардэн Хьэсэн, Балэ Мухьэдин, Блэнауэ Быцэ, Шэрий Иринэ, Къуэдзокъуэ Владимир, нэгъуэщIхэми ящIам уасэ иIэтэкъым.
… 1982 гъэм Бразилием и Сальвадор къалэм «Кабардинка»-м концертищ щитауэ (сэри сащIыгъут) пресс-конференц ирагъэкIуэкIырт. Къэрал 15-м къикIа лIыкIуэхэм сыт хуэдэ упщIи къуатыфынут. Хэти фIэхьэлэмэтт адыгэхэм ди щыIэкIэ-псэукIэр, нэгъуэщIхэр щIэупщIэрт адыгэ защIэ фIэкIа зыхэмыт ансамблыр абы нэс дауэ ягъэкIуами. «Трибуна да Байя» газетым и зы корреспондент къызэупщIащ: «Сеньор министр, сыт хуэдэ къулеягъ ущиIэ уи лъахэм? Уэ икIи укомпозитор цIэрыIуэщ», - жиIэри. Сэ занщIэу жысIащ ди республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ нэхъ къулей дыдэу сызэрыщытыр. «Хэбгъэзыхьмэ, щэнхабзэмкIэ фи министр Бергилис Клаудио нэхърэ сынэхъ къулейщ, хъыджэбзиплI сиIэщи. НэхъыщIэ дыдэ Линэ цIыкIу дыкъежьэн ипэ къытхэхъуа къудейщ», - жысIат. Бергилис пыгуфIыкIри жэуап къызитыжат: «Пэжу, унэхъ къулейщ, сэ пхъуищ сиIэу аращ икIи абыхэм иджыпсту саугъэт къуатынущ», - жиIэри, фэеплъ тыгъэхэр къысхуащIат. Ар сэ гуапэ сщыхъуат.
Си гукъэкIыжхэм напэкIуэцIыфIу хэтщ «Кабардинка» ансамблым и гъусэу сыздэщыIа щIыпIэхэр. Псом хуэмыдэу Бахрэ Бетховенрэ я лъахэр зэрыслъэгъуар, Лейпциг деж щIалэ цIыкIухэм я хор цIэрыIуэм Бах и лэжьыгъэ нэхъ инхэр игъэзащIэу зэрызэхэсхар си композитор лэжьыгъэм сэбэп хуэхъуащ. «Кабардинка» къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм лъэкIар Iуэхугъуэ щхьэхуэщ. «Нэмрэ тхьэкIумэмрэ псэм и гъуджэщ», - жаIащ зэгуэрым. Си дэтхэнэ гъуэгуанэми сэ зыщысIэтащ, зыщызужьащ.
- Ефэнды Джылахъстэнрэ уэрэ куэдрэ фызэдэлэжьащ. А зэманхэр сыт хуэдэт?
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру илъэс куэдкIэ щыта Ефэнды Джылахъстэн дэ сыт щыгъуи ди щIэгъэкъуэну, уеблэмэ ди ущиякIуэу къекIуэкIащ. Ди Iуэху зэхуэхъуми-зэхуэмыхъуми хэплъэну абы зэман къыхуигъуэтырт, емызэшыжу ди дерсхэм, концертхэм, спектаклхэм, нэгъуэщI щэнхабзэ Iуэхугъуэхэм къакIуэрт, къыдэплъырт, ди лэжьыгъэр къыддиIыгъырт. Чайковский Пётр жиIащ: «Музыкэр къызэрыбгъэщIын хуейр ипэкIэ уплъауэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубэм ар илъэс куэдкIэ ягу къинэжын хуэдэущ». Абы ещхьу дигъэлажьэрт Ефэнды Джылахъстэни. Абы дзыхь къысхуищIурэ махуэшхуэхэр, зэIущIэхэр зэрекIуэкIынур сигъэгъэхьэзырырт, ди литературэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэм я зэфIэкIыр гъунэгъу щIыналъэхэм щыщагъэлъэгъуэну зэхуэсхэм сигъакIуэрт. ЦIыху цIэрыIуэхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, композиторхэм зэпымыууэ уащыхэткIэ, сэри си лэжьыгъэ ехьэлIауэ нэхъыбэжым зеспщытыфырт. Апхуэдэурэ 1966 гъэм СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм сыхагъэхьат. Абы щыгъуэм РСФСР-м и Композиторхэм я союзым и секретариа-тым и зэIущIэм Кавказ Ищхъэрэм и композиторхэм я лэжьыгъэхэр хагъэхьат. Программэм хэтт си «Дахэнагъуэ» оперэри. Абы гулъытэ хъарзынэ къыхуащIат Урысейми Кавказ Ищхъэрэми щыщ композитор цIэрыIуэхэм.
1967 гъэм си жылагъуэ гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и художественнэ унафэщI сащIри. Гъуазджэм къыщысхуащIа дзыхьыр си дежкIэ нобэми лъапIэщ, гуапэу сигу къызогъэкIыж. «Володя, - зыкъысхуигъэзащ абы щыгъуэм Джылахъстэн. - Уэ щIэныгъэфI уиIэщ, икIэм-икIэжым, укомпозиторщ. Уи зэфIэкIыу хъуар иджы епхьэлIэн хуейщ оркестрым и программэщIэми филармонием нэгъуэщI и гупхэм я лэжьыгъэми. КуэдкIэ дыпщогугъ. Псом хуэмыдэу сыхуейт симфоние оркестрым хэтхэм я бжыгъэр блыщIым нэблагъэ тщIыну. Ар, сощIэ, къалэн тыншкъым. Ауэ ди оркестрыр Iэмал имыIэу Кавказ Ищхъэрэм, уеблэмэ Урысей Ипщэ псом щынэхъыфI дыдэ хъун хуейщ. Егупсыс. ДыбдэIэпыкъунщ». Ефэндым уиущия нэужь, пхузэфIэмыкIын щымыIэу къыпщыхъуу гурыщIэ гуэр къыпхыхьэрт. Сэ сфIэгъэщIэгъуэну а лэжьыгъэр згъэзэщIэну иужь сихьащ. ГъуазджэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм я Iуэху нэхъыщхьэхэм, я репертуархэм, программэщIэхэм, пьесэхэм, уэрэдхэм, оркестрым игъэзащIэ макъамэхэм - псоми кIэлъыплъын хунэсырт Джылахъстэн. Художественнэ, музыкэ, драматургие лэжьыгъэщIэхэр къэрал заказкIэ къэунэхуа зэрыхъуным нэгъуэщI зы республикэ, область елэжьу щытакъым а зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым хуэдэу. Ар и фIыгъэт Ефэнды Джылахъстэн зэгъэкIуауэ лэжьыгъэр зэрызэтриублэм.
Гугъэшхуэхэр къызипхыу, 1970 гъэм Тбилиси къэрал консерваторэм и аспирантурэм сыщеджэну сызыгъэкIуари аращ, Ефэндырщ. Си насып кърихьэкIри, си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуэну Iэмал сиIащ СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, куржы, дунейпсо классикэм фIыуэ хэзыщIыкIыу щыта Баланчивадзе Андрей и деж. Шортэн Аскэрбий и тхыгъэм къытестхыкIа «Бгырысхэм я хъыбар» балетым ар си унафэщIу елэжьын щIэздзауэ щытащ. А еджапIэ дыдэм «Лъыхъу къэгъэпцIахэр» опереттэр щыстхащ.
БлэкIам зыщыхуэзгъэзэжкIэ, Ефэнды Джылахъстэн фIыщIэ куэд хуэсщIыну къыстохуэ. Иджыпсту согупсысыжри, къызгуроIуэж 1976 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэ сыхъуным езыр зэрыхэлIыфIыхьар. Министерствэм сызэрыщылэжьам щхьэхуэу нэху щыху утепсэлъыхьыфынущ, ауэ къыхэзгъэщынурат: а зэманым гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ гулъытэшхуэ хуэтщIырт. Музыкэ школ къудейуэ 39-рэ республикэ псом къыщызэIутхауэ щытащ. Джылахъстэн и Iуэху зехьэкIэкIэ, гурэ псэкIэ лэжьыгъэм етауэ зэрыщытымкIэ псоми къахэщырт. Щхьэх иIэтэкъым, зыгуэр зэфIэгъэкIын хуеймэ, ар зи къалэнхэр зэхуишэсырти, щIэн хуейм зырызыххэу къытеувыIэурэ яхузэпкърихырт, итIанэ я лэжьыгъэм жыджэру еувэлIэну пщэрылъ ящищIыжырт.
Зэи къэхъуакъым республикэм зы гуфIэгъуэ гуэр щаIэту сэ а Iуэхум теухуауэ уэрэд сымытхыу. Абыи сыхуэзыгъэсар Джылахъстэнт. Дызэдэлажьэм и мызакъуэу, дызэныбжьэгъут, куэдрэ си хьэщIэт, унагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэрт. Мы зыри сигу къокIыж: Комсомолым и комитет нэхъыщхьэм щылажьэу, ар ягъэкIуат Азие Курыт псом и республикэхэм я прессэр иунэтIыну. А Iуэхум хэт псори Джылахъстэн ицIыхурт, и лэжьыгъэр фIыуэ къехъулIэрт. Мэлбахъуэ Тимборэ игъэлъапIэрт апхуэдэ цIыхухэр икIи партым и къалэ комитетым и япэ секретару къишэжауэ щытащ, Москва къришыжри. Зэпымыууэ и нэIэ къыстетащ Джылахъстэн, си мызакъуэу, псоми я лэжьыгъэр ефIэкIуа зэрыхъуным хущIэкъурт. Сыт и лъэныкъуэкIи сыхуэарэзыщ абы.
- Владимир, шэч къытесхьэркъым ноби гъэщIэгъуэну узэлэжь гуэр узэриIэм…
- СыкъэпщIащ (мэдыхьэшх). ТхакIуэ Къэжэр Хьэмид и редактору тхылъ згъэхьэзыращ. Абы ихуащ нобэр къыздэсым сызэлэжьахэри (радиом сыщыIутам Iуэху къыщесхьэкIахэри хиубыдэу), сэ стеухуауэ зэман зэмылIэужьыгъуэхэм си ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм схуатхахэри.
Нэхъапэм стха уэрэдхэм щегъэжьауэ «Къамботрэ Лацэрэ», «Дахэнагъуэ», «Люсэ цIыкIу - аслъэным ипхъу» (Антокольский Александр ейуэ) оперэхэр, ораториехэр - сэ зы лэжьыгъи сиIэкъым адыгэ IуэрыIуатэр и лъабжьэу къэзмыщтауэ. Макъамэ IуэрыIуатэм къыщыщIэдзауэ япэ лъэпкъ оперэм деж щыщIэкIыжу къызэщIиубыдэнущ тхылъыщIэм. Абы гулъытэ щахузощI Темыркъан зэкъуэшхэм я творчествэми.
- Уи анэри пшынауэ IэкIуэлъакIуэу щытауэ жаIэж. Уэ уи щIэблэми яхэт сфIощI гъуазджэм дихьэха…
- Си пхъуитIри пианисткэщ. Нэхъыжь Мадинэ диплом плъыжькIэ Налшык Музыкэ училищэр къиухащ, Майе Москва консерваторэм пианисткэу щеджащ, и щхьэгъусэри баянист цIэрыIуэщ. Лианэ дохутырщ, нэхъыщIэ Линэ КъБКъУ-м сервисымрэ туризмэмкIэ и факультетыр къиухащ, и IэщIагъэм иролажьэ.
- Тхьэр арэзы къыпхухъу, Владимир. ДяпэкIи уи щхьэгъусэмрэ уэрэ фехъулIэу, унагъуэр фыузыншэу фызэдэпсэуну ди гуапэщ.
Молэ Владимир
Молэ Владимиррэ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыррэ. Москва, 1982 гъэ
Зэдэлъхузэшыпхъухэр. Щысхэр: Барэсбий, Щыхьэрбий, Сэфарбий (Владимир), щытхэр: Кулижан, Жанпагуэ, Жангуащэ, Жангулэз. 1962 гъэ
Владимир и унагъуэр. 1970 гъэ
Адыгей композитор Бэсыдж Муратрэ Бэрэгъун Владимиррэ я гъусэу. 1965 гъэ
Лъэпкъым и налкъут
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ, зэрыпагэ компози- тор щэджащэщ Молэ Владимир. Шэч хэмылъу, псэ мызагъэу, цIыхухэм яхуэпэжу, пщIэшхуэ къэзылэжьу дунейм тета и адэ Молэ Лил и хьэл- щэным фIы куэд къыхихащ Владимир. Макъамэр фIыуэ лъагъуныр, ар псэм къыбгъэдэкIыу къэгъэщIыныр и анэ СэIихьэт, пшынауэ Iэзэу щытам, къыбгъэдихащ.
Молэ Владимир и творчествэм щымыгъуазэ къэгъуэтыгъуейщ. Макъамэр куууэ къызыгурымыIуэ цIыхухэми абы и уэрэдхэр фIыуэ ялъагъу, я гуапэу зэпадзыжу жаIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Лэскэн хъыджэбз», «Бланэ щалъху мэкIуэж», «Мазэгъуэ жэщ» уэрэдхэр.
И лъэпкъ щэнхабзэр егъэфIэкIуэным, профессиональнэ макъамэм зегъэужьыным лэжьыгъэшхуэ тригъэкIуэдащ композиторым. Илъэс зыбжанэ ипэ дэ ар Нарткъалэ дэт курыт школ №3-м къедгъэблэгъат. Пэжыр жыпIэмэ, абы хущIыхьэгъуэ зэримыIэр тщIэрти, къэмыкIуэфынкIэ зэрыхъунум дыщыгъуазэт. АрщхьэкIэ сабийхэр абы IущIэну хуабжьу пэплъэрт, и уэрэдхэри зэрыжаIэнум хуэдэу зыгъэхьэзырат. ДыкъигъэщIэхъуатэкъым Владимир, нэфIэгуфIэу, куэд щIауэ дыкъицIыхум хуэдэу къытхыхьат. Сабийхэм гуапэу зэрепсэлъам, и уэрэдхэр зэрызэхэтхам псоми дэрэжэгъуэ къыдитат. Псом хуэмыдэу сэ згъэщIагъуэрт Владимир лъэпкъ литературэм куууэ зэрыхищIыкIыр…
Ди лъэпкъ макъамэр оперэм нэзыгъэсыфар, дауи, лIыгъэшхуэрэ зэфIэкIрэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Ди унагъуэр дрихьэлIэри деплъат «Къамботрэ Лацэрэ» оперэм щыщ пычыгъуэ. Асыхьэтым сызэгупсысар зыт: урысей композиторхэм зыкIи къакIэрыхуркъым, уеблэмэ нэхъ лъэрызехьэщ Молэ Владимир. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIалэгъуалэм апхуэдэ макъамэ куухэр зыхащIэркъым. Ахэр зэдаIуэр утригъэууэ къежьа уэрэд мыхьэнэншэхэрщ. Сыт атIэ цIууэ ягъэщIэрэщIа, ауэ жыжьэ нэмыс уэрэдхэм налкъутналмэсыр щIыпеддзыхыр. Дыхуейт Молэ Владимир и оперэхэр телевизоркIэ къатыну. Абыхэм ди щIэблэр щыгъуазэ тщIыну щхьэпэт, гъэсэныгъэрэ купщIэрэ зыхэлъ защIэщи.
ШЫПШ Марие,
Нарткъалэ дэт курыт школ №3-м и егъэджакIуэ.
Епсэлъар БАГЪЭТЫР Луизэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "771.txt"
} |
АдэкIэ пэлъэщыжакъым
(Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2011 гъэ)
Премьер-лигэм щригъэкIуэкI зэхьэзэхуэм и 2011-2012 гъэ джэгугъуэм «Спартак-Налшыкыр» хыхьащ илъэс зыбжанэ хъуауэ командэм и тренер нэхъыщхьэу щыта, налшыкдэсхэр премьер-лигэм хэзыша Красножан Юрэ ящIымыгъуу. ЩIымахуэм ар ирагъэблэгъат Мэзкуу и «Локомотив»-м. Абы и пIэкIэ гупыр IэщIалъхьащ Ещтрэч Владимир. Ар Налшык къыщалъхуат икIи и футболист гъащIэм ди деж щыщIидзат. Нэхъапэм абы игъэхьэзырат Мейкъуапэ и «Дружба»-р.
2011 гъэм иужь дыдэу зэхаублащ гъатхэм щIидзэрэ бжьыхьэм иухыу щыта Урысей Федерацэм и премьер-лигэм и зэхьэзэхуэр. Унафэ къащтат дяпэкIэ зэпеуэм гъэмахуэм ирагъажьэрэ къыкIэлъыкIуэ гъатхэм зэфIагъэкIыну. Апхуэдэут европэ къэралхэм я футбол чемпионатхэр зэрагъэпсар икIи абы дызэрытемыхуэм тралъхьэрт Урысейм и командэхэм ехъулIэныгъэшхуэ дунейпсо зэпеуэхэм зэрыщамыIэр. Ящыгъупщэжат совет лъэхъэнэм апхуэдэуи зэреплъар икIи Iуэхум зыри къызэримыкIар.
Ещтрэч Владимир «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу зэрагъэувар, шэч хэмылъу, куэдым я гуапэ хъуащ. Ар икIи гурыIуэгъуэт - псоми ящIэжырт ар къэралым и футболист, тренер нэхъ Iэзэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытар, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм зэрыщыджэгуар, ар зэригъэсар.
Ещтрэчым и япэ лъэбакъуэхэми гугъэфIхэр уагъэщIырт. Абы Налшык къришэлIэжащ топджэгум хэкIыжа иужькIи зи гъэсэныгъэ зэфIэкI инхэр хамэ щIыпIэхэм хэIущIыIу щыхъуахэу Хьэпэ Зауррэ Биджий Хьэсэнбийрэ. Ущыгугъ хъунут а щIалищым ди командэм къищта лъагапIэр яIыгъыфыну. Сыти жыIи «Спартак-Налшыкыр» япэ дыдэу премьер-лигэм гъэ кIуам еханэ щыхъуат икIи абы куэд къигъэбырсеят.
Апхуэдэу щыт пэтми, нэрылъагъут ди командэм къыпэщылъ гъэр зэрымытыншынур. Япэрауэ, илъэс зыбжанэкIэ абы и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ зэрытекIар зэхамыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы и Iэзагъым и гугъу тщIыхэнкъыми, гупыр нэгъуэщI зыгъэсэкIэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэм хэзэгъэн хуейт - ар сыт щыгъуэми хьэлъэщ. ЕтIуанэрауэ, Красножан щыIукIым лъабжьэ быдэ къигъэнатэкъым. Илъэс къэс щIэрыщIэу зэхагъэувэж «Спартак-Налшыкым» а щIэиныр къыхузэнэкIакъым. Арати, ди командэм хэкIыжащ абы и джэгукIэр зэтезыухуэ гупышхуэ. Нэхъ хэщIыныгъэшхуэхэм ящыщт гъэ джэгугъуэ блэкIам топи 10 дэзыгъэкIыу ди гъуащхьауэ нэхъыфI хъуа Дядюн Владимир Къэзан и «Рубин»-м зэригъэзэжар. КъищынэмыщIауэ, налшыкдэсхэм яхэкIыжат премьер-лигэм хыхьагъащIэ Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-м кIуа Гогуэ Гогитэрэ «Жемчужина-Сочи»-м дихьэха Джатэрывэ Къазбэчрэ. Апхуэдэу Сочэ кIуат гъуащхьэхъумэ Васянович Андрей. Илъэсищрэ ныкъуэкIэ ЦСКА-м зэгурыIуэныгъэ ирищIылIат къэралым и командэ къыхэхам а гъэм ирагъэблэгъа гъуащхьэхъумэ щIалэщIэ Васин Виктор. Калининград и «Балтика»-м и гъуащхьэр адэкIэ ихъумэнут хъарзынэу къытхэзэгъа Колинько Александр. НэгъуэщI командэ къилъыхъуэн хуей хъуат гъуащхьауэ ДыщэкI Аслъэн. Фэбжь игъуэтам къыхэкIкIэ зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр дагъэхунут гъуащхьэхъумэхэу Филатов Валентинрэ Голич Йованрэ. Абыхэм къищынэмыщIауэ «Спартак-Налшыкым» хэкIыжат гъуащхьэхъумэ Амирхановыр, Деяк, Маркович, Мочалиныр, Хохловыр, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Рыловыр, Шалаевыр, гъуащхьауэ Рикардэ Жезус сымэ.
Дауэ ищIми, Ещтрэч Владимир хэкIыжахэм я пIэ иувэн къигъуэтащ. Дядюн зыхъуэжынур «Спартак-Налшыкым» иджыри къыщилъыхъуар «Рубин»-рщ, налшыкдэсхэм бэджэнду къащтащ Портягин Игорь. КъищынэмыщIауэ Къэзан къикIащ гъуащхьэхъумэныкъуэ Куликов Александр. КуэдкIэ дыщыгугъырт нэхъапэм ди командэм фIыуэ зыкъыщызыгъэлъагъуауэ къэзыгъэзэжа Къэжэр Назир. Гупыр ягъэлъэщынут «Нижний Новгород»-м бэджэнду щыIэу къэкIуэжа Бырхьэм Къантемыр, «Волга»-м хэта Пилипчук Сергей, Боснием щыщ Захирович Аднан сымэ. «Иртыш»-м гу щылъатэри, кърагъэблэгъат гъуащхьэхъумэ Овсиенкэ Евгений, «Краснодар»-м и деж къыщащтат Багаев Михаил, ЦСКА-м бэджэнду къыIрахат гъуащхьэтет Помазан Евгений. Абыхэм къищынэмыщIауэ ди тренерхэм къащтат куэдрэ зыкIэлъыплъа Кхъуэныхь Залым, Гриднев Даниил, Луканченков Андрей, Милич Богдан, Лебедев Юрэ сымэ.
Аргуэрыжьти, псори щIэуэ къыщIэдзэжын хуей хъуащ. Абы хуэмыхьэзырыщэу къыщIэкIащ «Спартак-Налшыкым» и тренерыщIэхэри къыхыхьахэри. Уеблэмэ, «Спартак» стадион къудейр ар зи пщэ илъхэм пэщIэдзэ зэIущIэм ирихьэлIэу зыхуей хуагъэзакъым икIи Самарэ и «Крылья Советов»-р Грознэ къалэм къыщрагъэблэгъащ. Абы и кIэух дакъикъэхэм Портнягиным къилэжьу Леандру дигъэкIа пенальтим и фIыгъэкIэ ди командэм текIуэныгъэкIэ зэхьэзэхуэм къыщIидзащ.
АрщхьэкIэ а зыращ Ещтрэчым дызэригъэгуфIэфар. Абы и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкым» иджыри иригъэкIуэкIа зэIущIэ 12-м ди щIалэхэр афIэкIа зэи щытекIуэфакъым икIи турнир таблицэм и кIэух увыпIэм, дауи, къыщыхутащ. Нэрылъагъут Ещтрэч Владимир ди командэр щытыкIэ гугъум къызэрыримышыфынур икIи ар хъуэжын зэрыхуейр.
«Спартак-Налшыкым» мэкъуауэгъуэм (июным) и 18-м ЦСКА-р къригъэблэгъащ, махуищ и пэкIэ къыхуагъэкIуа тренер нэхъыщхьэ Ташуев Сергей и унафэм щIэту. Ар нэхъапэм зэи премьер-лигэм щылэжьатэкъым, ауэ Красножан Юрэ къахуигъэлъагъуэри, къаригъэщтат.
Дауи, махуитI-щым командэм и джэгукIэм хэплъхьэфын щыIэкъым. ХузэфIэкIакъым ар Ташуевми. Абы щыгъуэми нэрылъагъут гупым «псэщIэ» къызэрыхыхьар, я Iэзагъыр иримыкъуми ерыщагъкIэ зэрыныкъуакъуэр. АрщхьэкIэ апхуэдэу зэрекIуэкIыр зэман кIэщIкIэщ. АдэкIэ зэфIэкI къэгъэлъэгъуэн хуейт. А лъэхъэнэм ар ябгъэдэмылъу къыщIэкIащ «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэм.
Псом хуэмыдэу гутехуэгъуейр ди командэр и стадионым зэрыщытемыкIуэфырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэр абы илъэсрэ зы махуэкIэ пэплъэн хуей хъуащ (я унэ хуэдэу «Крылья Советов»-р Грознэм къыщрагъэблэгъар хэдбжэнкъым) икIи Урысей Федерацэм и премьер-лигэм и япэ Iыхьэр щиух щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 6-ращ къыдэщIхэр щагъэгуфIэфар. Дауи, апщIондэхукIэ стадионым екIуалIэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу кIэрыхуащ икIи мин пщыкIутхукIэ къежьар зыщыплIым щIимыгъуж хъуащ.
Арати, зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр «Спартак-Налшыкым» епщыкIутхуанэ увыпIэм щыту иухащ. Ди яужь къинар, зи Iуэхухэр прокуратурэм иIыгъ икIи зэпеуэр и кIэм нигъэсыфынкIэ фIэщщIыгъуей, «Томь»-м и закъуэт. Насып яIэти, адрей гъэхэм хуэдэу зэхьэзэхуэр абдежым щиухакъым, армыхъумэ гуп нэхъыфIыр дыбгынат. Иджы Iэмал къахуэнат гъатхэм адэкIи бэнэныгъэм щыпащэну.
Ташуев Сергей и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкым» зэIущIэ 19 иригъэкIуэкIати, очко 57-м ящыщу зыIэригъэхьар 18-т. Ар куэду пхужыIэнукъым. Псом хуэмыдэу къэплъытэмэ, абыхэм я Iыхьэ щанэр иужьрей джэгугъуищым зэрыхуэзэр.
Мис а иужьрей Iуэхугъуэм гуитIщхьитI дищIащ. «Ярэби, иджы джэгукIэфIыр зэтеувауэ пIэрэ?» - жытIэрт. «Армырауэ, тренерымрэ футболистхэмрэ контрактыщIэхэм щIэбэнауэ къыщIэкIамэ-щэ?» - гурыщхъуэми диутIыпщыртэкъым. Дэ тщIэрт Ташуев Сергей 2011 гъэм и етIуанэ Iыхьэм игъэджэгуа футболист зыбжанэм дращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм я пIалъэр дыгъэгъазэм (декабрым) и пэщIэдзэм зэриухар. Абыхэм къыпрагъэщэну щIэхъуэпсу зыкъызэкъуахауэ армырауэ пIэрэ? Хэт ар абы щыгъуэм къыбжиIэфынт?!
Хьэкъыр зыт - «Спартак-Налшыкым» и тренерынуми абы хэтынухэми ехьэлIауэ щыуэнкIэ Iэмал щыIэжтэкъым. Зэпеуэр иухыным къэнэжар гъатхэм екIуэкIыну джэгугъуэ 12-рат. Ахэрат зэлъытар Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым адэкIэ и натIэ хъунур. Абы щыгъуэми, гур хигъэщIырт ди командэр премьер-лигэм зэрыхэта илъэсихым къриубыдэу ди щIыпIэм къыщалъхуа, щагъэса куэдым «Спартак-Налшыкым» гъуэгу зэрыщамыгъуэтам. 2011 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу абы щыджэгуар Гъуэщокъуэ Арсен и закъуэт. Адрейхэр-щэ?
2011 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр
(япэ Iыхьэ)
1. 12.03. «Спартак-Налшык» - «Крылья Советов» - 1:0 (Леандру)
2. 19.03. «Краснодар» - «Спартак-Налшык» - 2:0
3. 03.04. «Спартак-Налшык» - «Зенит» - 2:2 (Захирович, Концедалов)
4. 10.04. «Рубин» - «Спартак-Налшык» - 0:0
5. 18.04. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 1:2 (Портнягин)
6. 24.04. «Спартак» - «Спартак-Налшык» - 1:0
7. 02.05. «Спартак-Налшык» - «Динамо» - 2:3 (Милич, Бырхьэм)
8. 07.05. «Ростов» - «Спартак-Налшык» - 0:0
9. 14.05. «Спартак-Налшык» - «Волга» - 1:1 (Милич)
10. 20.05. «Кубань» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Леандру)
11. 27.05. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» - 2:2 (Захирович, Концедалов)
12. 10.06. «Анжи» - «Спартак-Налшык» - 2:0
13. 14.06. «Локомотив» - «Спартак-Налшык» - 3:1(Захирович)
14. 18.06. «Спартак-Налшык» - ЦСКА - 0:2
15. 22.06. «Амкар» - «Спартак-Налшык» - 1:0
16. 26.06. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Захирович, Гъуэщокъуэ)
17. 24.07. «Спартак-Налшык» - «Краснодар» - 2:2 (Куликов, Гъуэщокъуэ)
18. 31.07 «Зенит» - «Спартак-Налшык» - 1:0
19. 07.08. «Спартак-Налшык» - «Рубин» - 0:1
20. 13.08. «Томь» - «Спартак-Налшык» - 0:2 (Щаницын, Сирадзе)
21. 21.08. «Спартак-Налшык» - «Спартак» - 1:1 (Гъуэщокъуэ)
22. 28.08. «Динамо» - «Спартак-Налшык» - 2:0
23. 11.09. «Спартак-Налшык» - «Ростов» - 0:1
24. 17.09. «Волга» - «Спартак-Налшык» - 1:0
25. 25.09. «Спартак-Налшык» - «Кубань» - 0:1
26. 01.10. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» - 0:1 (Митришев)
27. 16.10. «Спартак-Налшык» - «Анжи» - 1:1 (Митришев)
28. 24.10. «Спартак-Налшык» - «Локомотив» - 1:2 (Гриднев)
29. 28.10. ЦСКА - «Спартак-Налшык» - 4:0
30. 06.11. «Спартак-Налшык» - «Амкар» - 2:1 (Концедалов, Сираков - езым и гъуэм)
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "772.txt"
} |
Нэхъапэм зэи щымыIа лъагапIэ ин
Катарым и къалащхьэ Дохэ щекIуэкI атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым лъагапIэм дэлъеинымкIэ зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр фокIадэм и 30-м къыщихьащ ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие. Нэхъапэм ди пщащэр щытекIуащ 2015 гъэм Пекин щыIа, 2017 гъэм Лондон щекIуэкIа апхуэдэ зэпеуэхэм. Иджы прохладнэдэс хъыджэбзыр щэнейрэ дунейпсо чемпионщ – лъагапIэ дэлъей цIыхухъухэми цIыхубзхэми игъащIэм яхэтакъым ар зыхузэфIэкIа. КъищынэмыщIауэ, щхьэ зытелъ стадионхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм тIэунейрэ ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщащ.
1993 гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа Кучинэ Марие и ныбжьыр илъэсипщI хъуа къудейуэ арат Прохладнэ дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэу лажьэ Габрилян Геннадий и нэIэм щыщIэхуам. Сабийхэм ядригъэкIуэкI урокхэм абы псынщIэу гу щылъитащ адрейхэм и инагъкIи зэфIэкIкIи къахэщ хъыджэбз псыгъуэ цIыкIум. КъыщызэдэжэкIи, лъагэу щыдэлъейкIи, нэгъуэщI дерсхэмкIи ар псоми фIыкIэ къахэщырт. Нэрылъагъут Марие спорт зэфIэкI лъагэ къызэрыкъуэкIыфынур. Абы папщIэ ерыщу дэлэжьэн хуейт. А Iуэхугъуэ мытыншыр и пщэ дилъхьэжащ физкультурэмкIэ егъэджакIуэ къызэрыгуэкI Габрилян Геннадий икIи, зэман дэкIри, щыгуфIыкIыжащ: тренерми абы и гъэсэнми дунейпсо цIэрыIуагъ ягъуэтащ. Иджы Ласицкене (Кучинэ) Марие дуней псом тхуэнейрэ и чемпионщ (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуащ, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьащ, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм и дыщэ медалыр къэзыхьащ, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIащ, нэгъуэщI лъагапIэ куэдри къызэхъулIа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ.
Допинг Iуэхум бэлыхь зэрыхидзам къыхэкIыу Урысей Федерацэм и спортсменхэр Дохэ щекIуэкI атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатми я щхьэ щыхущытыжу аращ икIи зыщыщ къэралым и цIэкIэ утыку къихьэну, абы и ныпыр ягъэлъэгъуэну, текIуа иужькIэ Хэкум и гимныр къеуэну хуиткъым. А псори къытехьэлъэ пэтми, Ласицкене Марие зэфIэкI лъагэ къигъэлъэгъуащ икIи метри 2-рэ сантиметри 4-м щхьэпрылъри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ дыдэ лъагапIэр къищтащ Украинэм щыщ Могучих Ярославэ, ауэ абы папщIэ бгъэдыхьэгъуищ къигъэсэбэпын хуей хъуащ. Марие япэ елъэгъуэм метри 2-рэ сантиметри 4-м пэлъэщащ икIи адэкIэ дунейпсо рекордым зрипщытат. АрщхьэкIэ зэкIэ къехъулIакъым - Олимп Джэгухэм а Iуэхугъуэ дахэр пигъаплъэу къыщIэкIынщ.
Сурэтхэм: Ласицкене (Кучинэ) Марие и ещанэ дунейпсо чемпионыгъэр Катарым щегъэлъапIэ; метри 2-рэ сантиметри 4-м щхьэпролъ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "773.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Апхуэдэ закон куэд къащтащ…
Жэпуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ Урысейм къару щагъуэтащ закон зыбжанэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм. Псалъэм папщIэ, цIыхухэр шордакъым (балконым) тету тутын ефэу хуадэжынукъым, кинотеатрхэмрэ сымаджэщхэмрэ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным теухуа хабзэхэр нэхъ щIакъузэнущ, бюджет IэнатIэм и лэжьакIуэ гуп щхьэхуэхэм я улахуэм хухагъэхъуэнущ.
Иужьрейхэр цIыхухэм махуэ къэс зыIууэ Iуэхуу щыткъым, езыхэм емылъытауэ екIуэкIыну лэжьыгъэщи, абыхэм мыхьэнэшхуэ щратакъым жылагъуэм. Псалъэмакъ нэхъ зращIэкIар мафIэс къэмыгъэхъуным ехьэлIауэ МЧС-м къыхилъхьа зэхъуэкIыныгъэхэрщ. Абыхэм ящыщщ къат куэду зэтет унэхэм я шордакъхэм, дзасэкIэ лы щагъэжьэн папщIэ, мафIэ щащIу зэрыхуамыдэнур. А хабзэм цIыхухэр къигъэуIэбжьащ - балконхэм мафIэ щащIрэ лы щагъажьэу куэдрэ урихьэлIэрэ?! Апхуэдэ къыщыхъу къалэ гуэрхэр щыIэми, ар къэрал псом ехьэлIа хабзэу щыткъым икIи апхуэдэ дэщIыгъужыныгъэ законым хамылъхьами хъунут. Ар мардэ гуэркIэ щIэбгъэбыдэми зэфIэкIыну къыщIэкIынт. Аращ а Iуэхур куэдым къащIыфIэмыIуэхущар. Ягъэвур тутыным теухуа мардэхэрщ - балконхэм утету тутын уефэ мыхъуну зэрагъэувырщ. А хабзэм ебакъуэм сом минищым къыщыщIэдзауэ минитхум нэскIэ етхьэкъунущ. Тутын ныкъуэфым и зэранкIэ мафIэс къэхъумэ, ар зымыгъэункIыфIу хыфIэзыдзар уголовнэ жэуапым ирашэлIэнущ.
ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къатхэм къызэрыхэщымкIэ, законыр мыгурыIуэгъуэу зэхэлъхьа хъуащи, абы зэгъунэгъухэр зэщигъэхьэжынкIэ хъунущ. Шордакъыр цIыхум налог щIит и мылъкум хабжэри, абы сыт щищIэнуми хуиту къалъытэ зыгуэрхэм, уеблэмэ мафIэ щищIынри абы хэту. Хэти жеIэ законым къыппиубыдыр шордакъхэм мафIэ щыщIынырауэ, абы тутын ефэным и Iуэху зэримыхуэу. А хьэл мыгъуэр IэщIыб зыхуэмыщIхэр езыхэм я фейдэ зэрыхэлъым хуэдэу йоплъ законым - тутыныр я фэтэрым щыпагъанэу шордакъым ихьэну хуиту ягъэув. Аращи, щхьэж езыр зыхуейр кърех законым, «Хабзэр здэпшэмкIэ макIуэ» жыхуаIэм тету.
Зэныкъуэкъухэм ущедаIуэкIэ уогупсыс: «Ярэби, цIыхухэм я жьэр ягъэузу абы темыпсэлъыхьами мыхъуну пIэрэт? Апхуэдэ закон куэд къащтащ нэхъапэми. Псалъэм папщIэ, рулым удэсу телефонкIэ упсалъэ мыхъуну, е къат куэду зэтет унэхэм я щIыхьэпIэхэми, жылагъуэ транспорт къэувыIэпIэхэми тутын ущефэ мыхъуну ягъэуватэкъэ? Дэтхэнэра ягъэзащIэр?! КъэувыIэпIэм утету тутын Iугъуэр къыбжьэхрагъахуэ, рулым дэсхэми щыхуей дыдэм деж я телефонхэр къагъэсэбэп. Аращи, мы мазэм щегъэжьауэ дызытетын хуей зэхъуэкIыныгъэхэми я къарур жыжьэ нэсыну фIэщщIыгъуейщ».
Дыщэ тонн 13-рэ ныкъуэрэ зиIэ цIыху флъэгъуа?!
Дызэплъу щыта «Али-Бабарэ хъунщIакIуэ плIыщIымрэ» таурыхъ цIэрыIуэм хэт бзаджащIэхэм хъунщIэтеуэкIэрэ къаугъуея хъугъуэфIыгъуэ Iуащхьэхэр уигу къагъэкIыж иджыблагъэ Китайм къыщыхъуам. Хайкоу къалэм щыщ Чжан Ци и щIыунэм къыщагъуэтащ банкхэр зэхъуэпсэн мылъку - абы дыщэ тонн 13-рэ ныкъуэрэ къыщIахащ.
Абы и унэм апхуэдэуи щIэлът юань мелард 268-рэ, США-м и долларуи, еврэуи куэд дыдэ. КъимыдэкIэ, мывэ лъапIэхэр, сурэт лъапсейхэр - зэ еплъыгъуэкIэ къыпхуэмылъытэн мылъку щихъумэрт абы и унэм. Чжан ахъшэмрэ дыщэмрэ я закъуэкъым игъэтIылъар - метр зэбгъузэнатIэ миным щIигъу зыубыд уардэунэхэри иIэу къыщIэкIащ абы. А псори дзэ хьэлъэзешэ машинэ зыбжанэкIэ яхуIушауэ аращ.
Илъэс 57-рэ зи ныбжь цIыхухъум апхуэдиз мылъку зэрызэригъэпэщыфа щIыкIэр къагурыIуэркъым хабзэхъумэхэм. Езыми абы теухуа упщIэм жэуап тэмэм къритыфакъым. IэщIагъэлIхэм къызэралъытамкIэ, а унэм къыщагъуэта мылъкур ирикъунут Алыджым хуэдэ къэралитI экономикэ кризисым къегъэлыным.
Къата хъыбархэм къызэрыхэщымкIэ, Чжан Ци «къулыкъу пкIэлъейм» псынщIэ дыдэурэ дэкIуейуэрэ къекIуэкIащ. Партым и щIыпIэ комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, къалэ Iэтащхьэм и къуэдзэ, туризмэмкIэ бюром и унафэщI къулыкъухэр зэблихъуащ абы, иужькIэ Чжанчжоу къалэм и унафэщIу лэжьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а къулыкъухэм апхуэдиз мылъку къыщилэжьыфынкIэ Iэмал иIакъым.
Китайм икъукIэ щыткIийщ Iулъхьэ зэIэпыхыным теухуа хабзэхэр. 2013 гъэм и гъатхэпэм и 14-м Цзиньпинь Си КНР-м и унафэщIу ягъэува нэужьи къэрал хабзэхэр нэхъри щIигъэткIиящ. Iулъхьэм бэнэныгъэ гуащIэ ещIэкIыным теухуа унафэхэр къищтащ абы икIи ахэр зэрагъэзащIэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ. Iулъхьэ Iуэхухэм хэпщIауэ къалъытэри, къэрал къулыкъущIэ 254-рэ я IэнатIэхэм IуагъэкIащ абы лъандэрэ.
И гъащIэ псокIэ зэхуихьэса фIыгъуэ псори къэралым къызэритхьэкъуамкIэ зэфIэкIынукъым Чжан и Iуэхури - и мылъкур коррупцэм и IэмалхэмкIэ зэригъэпэщауэ къыщIагъэщмэ, абы и судыр укIкIэ ящIэнкIэ хъунущ. Иужьрей илъэс 15-м Iулъхьэ къыIахауэ ягъэкъуаншэ цIыху минипщIым и хьэкумыр апхуэдэу ящIащ.
Нобэ
♦Залымыгъэ мылэжьыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2007 гъэм къищта унафэмкIэ ягъэуващ, Индием и лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и пашэу щыта Ганди Махатмэ къыщалъхуа махуэм трагъахуэри.
♦СНГ-м хыхьэ къэралхэм щагъэлъапIэ цIыхухэм профтехщIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэр
♦1552 гъэм Иван Грознэм и дзэм Къэзан къалэр къащтащ икIи Къэзан хъаныгъуэр Урысейм къыгуагъэхьащ.
♦1870 гъэм Рим къалэр Италие зэгуагъэхьэжам и щыхьэр хъуащ.
♦1936 гъэм зи судыр ящIам нэхъыбэ дыдэу тралъхьэ илъэс бжыгъэр хъуэжыным теухуа унафэ къыщащтащ СССР-м. ЩIэпхъаджагъэ хьэлъэ зылэжьам илъэси 10-м и пIэкIэ илъэс 25-рэ тутнакъэщым щигъэкIуэну ягъэуващ.
♦1942 гъэм Краснодон къалэм къыщызэрагъэпэщащ «ЩIэблэщIэ гвардие» щэхурылажьэ комсомол зэгухьэныгъэр.
♦1945 гъэм Къэбэрдей пединститутым школ-интернат къыщызэIуахащ.
♦1987 гъэм япэу телевиденэм игъэлъэгъуащ «Взгляд» нэтыныр. Ар къызэрагъэпэщащ икIи илъэс куэдкIэ ирагъэкIуэкIащ Малкин Анатолий, Лысенкэ Анатолий, Любимов Александр, Листьев Владислав, Политковский Александр, Эрнст Константин, Демидов Иван, Хангэ Еленэ, хьэрычэтыщIэ Довгань Владимир сымэ, нэгъуэщIхэми. А нэтынырщ япэу утыку къыщихьар иужькIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щыта Цой Виктор и «Кино» гупыр, нэгъуэщI куэди.
♦1452 гъэм къалъхуащ Инджылызым и пащтыхьу щыта Ричард Ещанэр.
♦1869 гъэм къалъхуащ Индием и лъэпкъ-щхьэхуищIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм и пашэхэм ящыщ зыуэ щыта Ганди Махатмэ.
♦1882 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал Шапошников Борис.
♦1904 гъэм къалъхуащ союзпсо радиом и диктор, СССР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэм и зэманым «Совинформбюро»-м и хъыбарыщIэхэм къеджэу щыта Левитан Юрий. Аращ Берлин къызэращтамрэ Хэку зауэшхуэр СССР-м и текIуэныгъэкIэ зэриухамкIэ совет цIыхубэм хъыбар яригъэщIэну пщIэ зыхуащIауэ щытари.
♦1951 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, КъБР-м, АР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист Тут Заур.
♦1954 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец Ерчэн Исуф.
♦1966 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Вележевэ Лидие.
♦1970 гъэм къалъхуащ пауэрлифтинг спорт лIэужьыгъуэмкIэ плIэнейрэ (1996 - 1999 гъэхэм) дунейм и чемпион хъуа Хъуажь Юрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 – 24-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жэм пыджэрей къуагуэ мэхъу.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "774.txt"
} |
Коррупцэм пэщIэтыным теухуауэ аргуэру зэ
Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм иджыблагъэ щекIуэкIащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэхэр къызэрызэгъэпэщыпхъэм, а Iуэхур щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм зэрыщагъэувам теухуа зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат Бахъсэн муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, администрацэм и управленэхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэр, муниципальнэ къулыкъущIэхэр, районым хиубыдэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым я IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр. ЗэIущIэм апхуэдэу щIэсащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым тхыдэмрэ философиемкIэ и кафедрэм и профессор Дадашев Алий, Бахъсэн районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь Къардэн Валерэ, нэгъуэщIхэри.
Бахъсэн муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм коррупцэм пэщIэтыным ехьэлIа IуэхухэмкIэ и лэжьакIуэ гупым зэфIагъэкIхэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ район администрацэм хабзэхъумэ органхэм ядэлэжьэнымрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и унафэщI Тохъутэмыщ Мухьэмэд.
Iулъхьэ къеIызыххэр къыщIэгъэщынымкIэ нэгъуэщI къэралхэм щыIэ щапхъэхэр къихьащ профессор Дадашев Алий. «ГъащIэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, мы хабзэншагъэм папщIэ ягъэува жэуаплыныгъэр гъэткIииным имызакъуэу, мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхухэм хабзэхъумэ органхэм хуащI дзыхьым хэгъэхъуэнми», - жиIащ абы.
Апхуэдэу коррупцэр гъэмэщIэным ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэу къалъытэхэр утыку кърахьащ Бахъсэн районым и прокурорым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь Къардэн Валерэ, Урысейм и МВД-м и Бахъсэн район IуэхущIапIэм жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ и унафэщIым и къуэдзэ Хьэлэкъул Армед, нэгъуэщIхэри.
Чылар Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "775.txt"
} |
Бахъсэн и жыг хадэхэм мыIэрысэ къыщрахьэлIэж
Бахъсэн районым и хозяйствэхэм мыIэрысэ къыщыпачыжу хуежьащ. Ар къызэрыгуэкI жыг хадэхэми пасэу къызыпыкIэ иджырей хадэхэми щыбэгъуащ. Иджырей жыг хадэу гектар 293-м нэхъыбэу щагъэкIыр щIэупщIэшхуэ зиIэ «Гала», «Редчиф». «Джеромини» лIэужьыгъуэхэрщ.
«Бахъсэн и жыг хадэхэр» ООО-м иджыпсту махуэ къэс цIыху миным нэблагъэм мыIэрысэр къыщыпачыж. Ар пластикым къыхэщIыкIауэ районым къыщыщIагъэкI контейнерхэм иралъхьэри тонн мин 25-рэ зыщIэхуэ хъумапIэм ирашалIэ. А IуэхущIапIэм мыIэрысэр щызэхадзри щIыIэлъэу щым щIалъхьэ. И фIагъри и IэфIри фIэмыкIуэду мыIэрысэр абы зы илъэскIэ хъума щыхъунущ.
Пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэм зы гектарым хуэзэу мыIэрысэ тонн 32-35-рэ къыщрахьэлIэж.
Чылар Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "776.txt"
} |
Къуажэм и махуэшхуэр ягъэлъапIэ
Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Белокаменскэ къуажэм иджыблагъэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ а жылагъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъур. А гуфIэгъуэм кърихьэлIат мы къуажэм къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, апхуэдэу хьэщIэ куэд: Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Р., КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн М., КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я ассоциацэм и гъэзэщIакIуэ унафэщI Маслов Н., Шэрэдж муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Муртазов Б., зи пашэ гупыр, Ставрополь крайм хыхьэ Предгорнэ районым хыхьэ ЯтIэкъуэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Скляров Г., Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и институтым и унафэщI ЖьакIэмыхъу М., нэгъуэщIхэри.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъахэм къыхагъэщхьэхукIащ мы къуажэм хьэщIэкIэ фIы, гуапагъэ зыхэлъ цIыху куэд зэрыдэсыр, ахэр зэрылэжьакIуэшхуэр икIи езыхэм я гуащIэкIэ Белокаменскэ жылагъуэм и цIэр зэрагъэIуар.
Юбилейм ирихьэлIэу къуажэдэсхэм ящыщ куэдым тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхуагъэфэщащ. ЩIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Абыдэ Хь. къратащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр.
Щокъуий Аминэ, Дзэлыкъуэ район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "777.txt"
} |
ХьэтIохъущыкъуей къуажэм хиубыдэ щIыналъэ автомобиль гъуэгур зэрагъэпэщыжащ
Гъуэгум километри 5 хъу и Iыхьэр иджырей мардэхэм къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ. Абы телъар къытрахри захуэ ящIащ икIи асфальтыщIэр тIэунейрэ тралъхьэжащ. Гъуэгум а и Iыхьэм и лъэныкъуитIри иращIэкIащ, дамыгъэщIэхэр щагъэуващ.
Лэжьыгъэ псори ирагъэкIуэкIащ «Шынагъуэншэу щыт икIи фIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.
Улымбащ Лерэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "778.txt"
} |
Марем пшыхь
Псом нэхърэ
Ноблелэ (Noblella pygmaea) - хьэндыркъуакъуэхэм я нэхъ цIыкIу дыдэщ. Абы и кIыхьагъыр миллиметри 10-13 хъууэ аращ.
* * *
Терафозэ Блондэ бэджыр Гиннесс и тхылъым иратхащ, дуней псом нэхъ ин дыдэу къыщалъытэри. Абы «птицеед-голиафкIэ» йоджэ. Бразилием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ, Венесуэлэм, Суринам, Франджым, Гвианэ, Гайанэ щыIэ тропик мэзхэм щопсэу.
* * *
Willkom япон операторым телефон нэхъ цIыкIу дыдэр къыдигъэкIащ. Phone Strap 2 WX06A телефоным грамм 32-рэ и хьэлъагъыу аращ, и инагъыр миллиметр 32х70х10,7-рэ мэхъу.
* * *
Малай мыщэр дуней псом щынэхъ цIыкIу дыдэщ. Балигъ хъуа мыщэм и хьэлъагъыр килограмм 65-рэ хъууэ аращ, езым и лъагагъыр метр 1,5-м фIэкIыркъым. И инагъым емылъытауэ лъэщщ икIи нэхъ къэгубжьыгъуафIэу къалъытэ.
* * *
Хорватием щыIэ Хум къалэр псоми я нэхъ цIыкIущ. Абы цIыху 17 щыпсэууэ аращ икIи Гиннесс и тхылъым иратхащ. Ар Бузетэ жылэм километри 9-кIэ пэжыжьэу щысщ.
* * *
Джэду нэхъ ин дыдэм, Гиннесс и тхылъым иратхам, зэреджэр Геркулесщ. И хьэлъагъыр килограмм 410-рэ, и кIыхьагъыр метри 3,6-рэ, и лъагагъыр сантиметри 186-рэ мэхъу. Абы махуэ къэс кхъуэл килограмм 45-рэ ешх.
* * *
Торт нэхъ ин дыдэр америкэ къалэ Лас-Вегас 2005 гъэм накъыгъэм и 15-м щащIауэ щытащ. Ар тонн 59-рэ хъурт. Тортыр ягъэхьэзыращ пщафIэ 600-м.
ЖыIэгъуэхэр
Гум и лIыгъэ
ГурыщIэращ акъылыр зыунэтIыр.
* * *
Сабийхэм ябгъэдэлъ зэчийм къэралым и къэкIуэнур еубзыху, абыхэм я дахагъым наIуэ къищIыр лъэпкъым и фIэрэфIагъырщ.
* * *
IэштIым пщIауэ гупсысэ убзыхуа уи щхьэм къихьэнукъым. Лъагъумыхъуныгъэм акъылыр егъэутхъуэ.
* * *
ЦIыхур апхуэдэщ - и гъащIэ псор зытригъэкIуадэр зыгуэр зыIэригъэхьэнырщ, армыхъумэ а къыIэрыхьам иринасыпыфIэфыркъым.
* * *
Гум имылъагъур нэми илъагъуркъым, нэм пэIэщIэр гуми пэжыжьэщ.
* * *
Жылагъуэ зэхэтыкIэр, щэнхабзэр, хабзэр зыхуэдэм къегъэлъагъуэ ар зезыхьэ лъэпкъым и дунейр.
* * *
Гум лIыгъэ къыщызыкъуихым деж, Iэри хахуэщ.
* * *
Дэтхэнэ адэ-анэми езым я сабийм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу къащохъу.
* * *
Губзыгъэр нэгъуэщIым я щыуагъэм егъэIущ, делэм дерс къызыхихыр езыр лъэпэрапэмэщ.
Хъурей Феликс.
Унэгуащэхэм папщIэ
Шэ, шху дэпшхреймэ…
♦Холестерин зи куэдым нартыхум къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд ишхыреймэ, холестериныр мащIэ ещI, Iэпкълъэпкъым хэлъ лейр къыхеху.
♦Лы цIынэм мэ къимыщтэн щхьэкIэ шэрджэсхэм фо щахуэу щытащ.
♦Мыващхъуэр къущхьэхъу кърахырт. Езы мывэр папцIэ цIыкIуу щытщ. Ар сапэкIэ ятхъунщIырт, сабэм хуэдэу къытекIар уIэгъэм трагъэщащэрти, уIэгъэр хъужырт.
♦КIэртIофым къыхэщIыкIа ерыскъы куэд зышхыр пшэр мэхъу.
♦Iэщышхуэм, Iэщ цIыкIухэм ял гъэвар щашхкIэ адыгэхэм бжьыныху шыпсым пIастэ ирагъэпщIыркъым, ирагъэпщIыр лыращ.
♦ЩIалэ къыхуалъхуамэ, фокIэ пщауэ хугу хьэжыгъэ яшхырт, щIалэр гъур мэхъу жаIэрти.
♦ХьэлIамэ кIупIинэм хуабэу шэ, шху дэщIыгъуу щIэх-щIэхыурэ пшхымэ, абы Iэпкълъэпкъыр егъэкъабзэ, напIэ зэлъахэри егъэхъуж.
♦Лъыр зи мащIэ цIыхум щынэ цIыкIу хуаукIырти, щынэм и тхьэмщIыгъур хуабэу кърахырт, тыкъыр цIыкIуу яупщIатэрти, имыгъэныщкIуу сымаджэм ирырагъэгъэлъэтэхырт. ЦIынэу хуэмышхмэ, ягъэвэпхъырт.
Къубатий Борис.
ГушыIэ
ДжэгуакIуэхэм я пцIы упсыкIэр
Еуэщ-еIэри, джэгуакIуэ гуп КIахэм къикIыу Къэбэрдейм къэкIуэну къожьэ. Апхуэдэ зы гуп Къэбэрдейм икIыу КIахэм кIуэнуи йожьэ. Куэд якIуа, мащIэ якIуа - сытми зы махуэ гуэрым а гупитIыр губгъуэм щызэIуощIэ. ЩызэIуощIэри, сэлам зэрах:
- Дэнэ фыкъикIрэ?
- Къэбэрдейм дыкъокI, КIахэм докIуэ.
- Дэри КIахэм дыкъокI, Къэбэрдейм докIуэ.
Арати, хьэщIагъэ зэрамыхыу хъунт? Я гъуэмылэр зэхалъхьэ, я махъсымэр зэхакIэри, тхьэрыкъуэф Iэнэ пэротIысхьэ. Йошхэ-йофэ.
- АтIэ, Къэбэрдейм сыт щыхъыбар? - жи КIахэм я тхьэмадэм.
- Уэлэхьэ, ди хэку хъыбарышхуэ илъмэ, - жи Къэбэрдейм я джэгуакIуэ тхьэмадэм. - Еуэри, зы выщIэ мылъхуэс дгъашхэрт зэрыкъэбэрдейуэ, и кIэбдз лъакъуитIыр Джылахъстэнейм итрэ и кIэ бацэмкIэ Нэгъуейм бадзэ яхуеуэу, и фIалъэ лъакъуитIыр къурш лъабжьэм щIэтрэ езыр Дзэлыкъуэ щехъуу. Бжьыхьэр къэсмэ, дукIыжын ди гугъэу, къыздикIари-къыздихуари дымыщIэу зы бгъэжь къытеуэри выщIэр ихьащ.
Куэдрэ уэгум уфэразэу итаи ар, выщIэр щишхын тIысыпIэ имыгъуэту, сытми зызэман зэ къыр папцIитI къигъуэтри, а тIум яку дэтIысхьащ, зэран къысхуэмыхъуIауэ сшхынщ, жыхуиIэу. ЗыдэтIысхьар бжэным яхэт ажэжь гуэрым и бжьакъуэ зэхуакурауэ къыщIокI. А дакъикъэм уэшх къешхыу къыщIэкIынти, бжэныхъуэ Къуиижь ЦIыкIу, ажэм и жьакIэ щIагъыр гъущапIэщ жиIэри, щIэтIысхьауэ щIэсти, Iэуэлъауэ гуэр зэхихри, къыдэплъеящ. Ажэ жьакIэр зэгуихри, жьакIитI зэхуакум къыщыдэплъым, бгъэжьым выщIэ блэгъур къыщIитхъауэ ишхырти, Къуиижь ЦIыкIу щыщтэри, лъэтэжащ. Щылъэтэжым, блэгъур къыIэпохури, бжэныхъуэм и нэм къыщIохуэ.
Блэгъур и нэм щIэлъу Къуиижь ЦIыкIу жэщ хъуху бжэныр игъэхъури къыдихуэжащ. Пщэдджыжьым аргуэру бжэныхъуэ кIуэну къыдокI. Бжэн къыдэзыхуахэм гу лъатэ Къуиижь ЦIыкIу нэкIэпсыжэ зэрыхъуам.
- Сыт уи лажьэ, Къуиижь ЦIыкIу? - къоупщI и къуажэгъухэр.
- Си нэм аргъуей къыщIэхуащ.
- ДэнщыIэ? - жаIэу щIэплъэмэ, зыгуэр къалъагъу, аргъуейми емыщхьу, зэщхьри къыпхуэмыщIэу.
Церпышхуэ щагъэлъадэ, вышхуищэ щIащIэжри, выщIэ блэгъур къыщIалъэф, хьэблэр ежауэ Шэчэр Iуфэ ялъэфри, абы къыщагъанэ.
Абдежыр куэншыб идзыпIэ мэхъури, щIы пшэр трещIэ, удзыпцIэ дахэ мэхъуж. АдкIэ къиIэпхъукI, мыдкIэ иIэпхъукIыурэ зы жылэ цIыкIу къытотIысхьэ абдеж. ХъуэпсакIуэу къакIуэм къахэтIысхьэм, загъэпщкIуну къакIуэм къапытIысхьэурэ, къуажэшхуэ мэхъу. Блэгъум и кIапэр зыщIыпIэ деж къыщыщIэщырти, ар зы бажэжь цIыкIу къигъэунэхури, мэжэлIэху къакIуэурэ къегъуу щIидзащ. Блэгъум бажэр къегъуху, жылэм щIыр мэхъей жаIэурэ тыхь тхьэлъэIу ящI. Бажэри етащи, блэгъур кърелъэфэкI, егъэкIэрахъуэ-къегъэкIэрэхъуэж. Мэгузавэ жылэр: зэм дыгъэр къуажэ гупэм къыщыщIокI, зэм къуажэ щIыбым къыщыщIокI; зэм я псыр къуажапщэмкIэ блэж мэхъу, зэм къуажэ щIыбымкIэ щежэхыу къыщIедзыж. Гужьеиху тхьэлъэIу ящIурэ жылэшхуэр къулейсыз мэхъу.
ИтIанэ жылэ унафэкIэ уд гуэр ягъаплъэри, бажэр блэгъум зэрегъур абы къехутэ. ЩакIуибл кIуэри, бажэжь цIыкIур гъуэм къыщикIым еуэщ аби, къаукIащ. Жылэр дэкIри, бажэм и джабэ къыдэгъэзеям фэр трахри, адрей лъэныкъуэр къахудэмыгъэзейуэ къагъэнащ. Зы джабэм къытраха фэр къуажэм цIыхухъуу дэсым джэдыгурэ пыIэу яхурикъуащ.
Къуажэжьымрэ къуажэщIэмрэ яку псы дэжырти, къуажэжьым щыщу зэнысэзэгуащэ псыхьэ макIуэ, лэгъупым бжэгъу щIаури. Бажафэ щIэлъэныкъуэр темыхыу къызэрынар щалъагъум, нысэр гуащэм йолъэIу:
- Мо бажафэ къэнэжар къытезгъэх! - жери.
Гуащэм хуит къищIри, къуажэ псом яхузэмыдзэкIа бажэр лъапэкIэ къызэридзэкIщ аби, фэм и кIапэр иубыдри, къытрилъэфащ. А бажафэ ныкъуэр къыздихьри, илъэс мыхъуа и къуэм пыIэпхъэ хурикъуакъым. Залэ закъуэ хуэчэмти, тIыфибгъурэ ныкъуэрэ хилъхьэжри, пыIэ хъурей хуищIащ.
Ар зи нэгу щIэкIа Къэбэрдейм хьэIусыпэ зрату исыр зэхуэсауэ мазибл мэхъури зэхэсщ, зэныкъуэкъуу, дэтхэнэра абыхэм нэхъ иныр, жаIэри. ВыщIэра? Бгъэжьра? Ажэжьра? Къуиижь ЦIыкIу? Бажэра? Нысэра? И къуэра?
- Аращ ди хэку щыхъыбарыр, - жи Къэбэрдейм я джэгуакIуэ тхьэмадэм. - Иджы уэри къыджеIэ фи дежкIэ щыхъер-щыхъыбарыр.
- Ди дежкIэ щыхъер-щыхъыбарыращ, - жи КIахэм я джэгуакIуэ тхьэмадэм. - КIахэр зэрыкIахэу дызэхыхьауэ лэгъуп цIыкIу идогъэщI. А лэгъуп цIыкIум гъуаплъащIэ щий йолэжь, хъурейуэ къетIысэкIауэ. Абы къетIысэкIа щийр зым и уадэ макъыр адрейм зэхимыхыу зэпэIэщIэщ…
Ар щызэхихым, къэбэрдейм я накъырапщэр къэуIэбжьри и жьэр къыIурыхуащ:
- А гъуэгу махуэ ежьэн, апхуэдиз зи инагъ лэгъупымкIэ сыт фщIэнур? - жиIэри.
КIахэм я къамылапщэр къэпсалъэри:
- Къэбэрдейм я выщIэ мылъхуэсыр иридгъэвэну арат! - щыжиIэм, мы дунейр икъутэжу дыхьэшх макъ къэIуащ.
ДжэгуакIуэхэр къызэплъэкIмэ, жылагъуэр къызэхуэсауэ къэдаIуэрт… Къэбэрдейм я пцIы кIыхьыр кIахэм я пцIы кIэщIым щIиIубауэ арат.
Гупсысэр - псалъэкIэ
Зэмыгупсысыжхэр
ЦIыхур къэувынщи, нэгъуэщI зыгуэрым тепсэлъыхьу щIидзэнщ, абы нэхърэ нэхъ нэпсей, нэхъ къузгъун щымыIэу жиIэу. Абы жыхуиIам ухуэзамэ, абыи къыпхуиубынщ япэу къопсэлъауэ щытар, езым къыхужиIауэ щытар хужиIэжу. Езы тIур зэхуэзамэ, «зэхуэарэзыщ», я псэр зы чысэ илъ хуэдэ. ЦIыхум уигу хуилъыр езым жумыIэу, и щIыбагъкIэ ухуэпсэлъэныр зэрыикIагъэр ягу къэкIыркъым апхуэдэхэм. Делагъэщ нэгъуэщIым ухуэпсалъэкIэрэ уи щхьэр бгъэлъэпIэну. ЛъапIэ ухъуну абыкIэ? Уи дагъуэри пщIэжын хуейщ, уи щхьэ хуумыгъэфащэми. ИтIанэщ уи щхьэр лъапIэ щыхъунур.
Къэгъазэ зимыIэ
Щысабийм къыщыщIэдзауэ и щIалэгъуэр кIуэху, къыпэплъэ гъащIэм цIыхум и гугъэр епхауэ, къэкIуэнум щыгугъыу мэпсэу. ЖьыхуегъэзэкI хъуамэ, гуфIэгъуэу къыхуэнэжыр зыщ: гъащIэ къэзгъэщIам фIырэ гуапагъэу сыт хуэдиз щызлэжьа? ЩIедзэ гъащIэм егупсысын.
МыкIасэIуэу пIэрэ? Абы щыгъуэ хуэгъэзэкIуэжыркъым щыхузэфIэкIым щыуагъэу IэщIэкIар..
Нэхущ Хьэжпагуэ.
ГъэщIэгъуэнщ
Индиер шахматым и хэкущ
1. Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу.
2. Индием диным ехьэлIа махуэшхуэ яIэщ, илъэс 12-м зэ ягъэлъапIэу. Зи чэзу Кумбха-мела махуэшхуэр 2013 гъэм щIышылэм и 14-м ягъэлъэпIащ. А махуэм индуист щихъым я щхьэр хуагъэщхъыну Аллахабад щызэхуэсат цIыху мелуани 100-м щIигъу.
3. Индие унагъуэм и унэгуащэм и щхьэгъусэм и цIэр ину жиIэ хабзэкъым.
4. Индиер шахматым и хэкущ. Абыхэм нэхъапэм зэреджэу щытар «чатцранга»-щ, гупиплI ищIыкIа дзэ къикIыу аращ. Шахмат фигурэхэри плIыуэ гуэшащ.
5. Щыгъыным и щIыкIэми и плъыфэми куэд къыбжаIэ. Уеблэмэ индие бзылъхугъэм и щхьэцыр зэрызэщIэкъуам къуегъащIэ абы и дуней тетыкIэр зыхуэдэр.
6. Индусхэм я процент 80-м зэрахьэр индуизмырщ. Муслъымэнхэм етIуанэ увыпIэр щаубыд къэралым, абыхэм я бжыгъэр процент 13-м ноблагъэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, муслъымэн нэхъыбэ дыдэ щыпсэу къэралхэм я ещанэщ Индиер, ар къакIэлъокIуэ Индонезиемрэ Пакистанымрэ.
7. Дуней псом щынэхъ ин дыдэ кино - индустриер Болливудщ - ар Мумбаи щыIэщ. Болливуд щытраха фильм псори, фэ зэрыфщIэщи, мюзиклщ.
8. Къэралым зэрихьэ цIэр къызытекIар Индус псырщ. Ар санскритыбзэкIэ «синдху»-щ, «псы» къикIыу аращ.
9. Индием щынэхъ пашэ спорт лIэужьыгъуэр крикетщ, ар британхэм къабгъэдэкIауэ аращ.
10. Индием къэралыбзитI щызокIуэ: хинди, инджылыз. КъищынэмыщIауэ, Правительствэм бзэ 17 къегъэлъагъуэ. Апхуэдэуи диалект 1650-кIэ щопсалъэ мы къэралым.
11. Я нэхъыбэ индусхэм шхэн и пэ къихуэу я Iэр, я напэр, я лъакъуэр ятхьэщI. Зэрышхэр, Iэмал имыIэу, я Iэ ижьымкIэщ. Бзылъхугъэхэр Iэнэм щыпэрытIысхьэр цIыхухъухэр къэтэджыжа нэужькIэщ.
12. Гузэвэгъуэ зиIэ цIыхухэм IэлъэщI, щыгъын фIыцIэкъым къагъэсэбэпыр, атIэ хужьщ. Зи щхьэгъусэр дунейм ехыжа бзылъхугъэм хужьыбзэу зехуапэ.
13. Къэрал псом сыхьэт бжыгъэр щызэтохуэ.
14. ШыщхьэуIум и 15-р Щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. А махуэм 1947 гъэм Индиемрэ Пакистанымрэ къэрал зырызу зэхэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэм цIыху мелуан 1,2-р Iэпхъуауэ щытащ, къэхъуа зэрыхьзэрийм цIыху мелуаным нэблагъэ хэкIуэдащ.
15. ИнджылызыбзэкIэ псалъэ лъэпкъ нэхъ ин дыдэу дуней псом къыщалъытэ индусхэр.
16. 1986 гъэ пщIондэ Индием фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ налкъут щумыгъуэту щытащ.
17. Хэплъэгъуэ Iуэхуи яIэщ индусхэм: индие штати 8-м къулейсыз нэхъыбэ щопсэу, африкэ къэрал 26-м тхьэмыщкIэу яIэм нэхърэ.
18. ХХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжьыр 13 зэрырикъуу лIы иратырт.
19. Турист куэдым фIыуэ ялъагъу Гоа штатыр Индием ей щыхъуар 1961 гъэращ. Ар Португалием хыхьэу щытащ, къазэуауэ аращ.
Къэбарт Мирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "779.txt"
} |
Зыхуадар дэрати, дэ къытхуэнэжащ
Дэнэ щыпсэу адыгэри зыгъэгуфIэн Iуэху къэхъуащ - дуней псор «Черкеска»-кIэ зэджэ ди лъэпкъ фащэр (цIыхухъу цейри, бзылъхугъэ саери) адыгэм дызэрейм и щыхьэт тхылъ иджыблагъэ къытIэрыхьэжащ.
«Ар зыхуадар сэрауэ щытми, зэрыКавказу яхуэхъуащ», - МэшбащIэ Исхьэкъ и уэрэдым къыхэщ мы псалъэхэм нэхъ пэжи дэнэ щыбгъуэтын?! XIII лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ адыгэхэм къадекIуэкI фащэм ехъуапсэурэ нэгъуэщI лъэпкъ куэдым япкъ иралъхьэри къинауэ, иджы езыхэм ейуэ фIэкIа къалъытэркъым. Лъэпкъым и махуэфIи махуаи дэзыгуэша адыгэ фащэр пкъыр зыгъэдахэ фэилъхьэгъуэ къудейкъым. Ар ди адэжьхэм я Iэужьыр къызытещ щIэин мылъкущ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьэу Дунейпсо Артийскэ комитетым къищта унафэм мыпхуэдэу итщ: «Шэрджэс-адыгэ фащэр (цIыхухъу фащэри бзылъхугъэ саери) игъащIэкIэ адыгэ лъэпкъым ейуэ къэлъытэн».
А унафэм и Iэ щIэлъщ Дунейпсо Артийскэ комитетым и Президент Тарбоков Валерий.
Гушхуэныгъэ къыпхэзылъхьэ мыпхуэдэ Iуэхухэр адыгэм ифI зэримыгъэпудым иджыри зэ щыхьэт тохъуэ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "78.txt"
} |
Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым
- Тимур, къызэрыщIэкIамкIэ, уэ икIи ууэрэдусщ, икIи умакъамэтх Iэзэщ…
- Пшынэм пшыналъэ гуэр къибгъэкIыуи щрет, псалъэ гуэр къыпхуэкIуауэ зэбгъэзахуэуи ирехъу, гупсысэ гуэр уи щхьэм къиджэрэзауэ зэрыпIуэтэну щIыкIэм узэрихьэуи къыхрекI, ахэр гъуэрыгъуэурэ Тхьэм уи гум, уи щхьэм кърелъхьэ. Тхьэм иухати, пшынэ еуэныр си гум япэ щIыкIэ кърилъхьащ, итIанэ макъамэ, пшыналъэ гуэрхэм си гур хузэIуихащ, иужькIэ псалъэри къакIуэу хуежьащ. Ныбжьыр щыкIуэкIэ, хуэмурэ зыбужьурэ, уи зэфIэкIым хэхъуэурэ йокIуэкI. «ЛIыпIэ уоувэ» жыхуиIэрати, пшыналъэм теухуауэ зы лIыпIэ гуэр диувауэ къыщIэкIынущ. Пшынэ еуэнри, макъамэ тхынри, уэрэд усынри зэуIу щыхъум, утыку дихьащ.
- Апхуэдэурэ кIуэмэ, Лосэн Тимур уэрэджыIакIуэщ, жаIэу зэхэтхыну къыщIэкIынщ.
- Пэжым ухуеймэ, еджапIэм сыщыщIэтIысхьэм уэрэджыIакIуэ IэщIагъэрат къыхэсхар, апхуэдизкIэ уэрэдыр сфIэфIти. ИужькIэ пшынэр нэхъ текIуащ. Ауэ си гъащIэм щыщу илъэс 27 - 28-р уэрэдым пыщIауэ есхьэкIащ.
Пшынауэхэри зэщхьэщедз: зым и IэщIагъэм нэгъуэщIхэр хуегъасэ, адрейр къэфакIуэхэм ядолажьэ, уэрэдымрэ къафэмрэ зэзыпх пшынауи щыIэщ. Сэ сызыхиубыдэр а ещанэ лIэужьыгъуэрщ. Адыгэ пшынэр уэрэдым дэщIызгъуным хуабжьу селIэлIащ. Си япэ итахэм ящыщу уэрэдыр пшынэм Iэзэу езыгъэкIуфауэ зи цIэ къисIуэнур ЛIыцIэрыIуэ Кимщ. Апхуэдэу илъэс бжыгъэкIэ си пшыналъэр уэрэдхэм дэщIыгъуу къекIуэкIащ. Апхуэдиз илъэскIэ абы ущыхэткIэ, уэрэдым ущыдежьуи къэхъунтэкъэ?! Абыи сеплъащи, Тхьэм жиIэмэ, ари къызэхъулIэну согугъэ.
- Нэхущ Чэримрэ уэрэ илъэс куэдкIэ утыку фызэдитащ. Куэд щIоупщIэ фи гъуэгур щIызэхэкIам и щхьэусыгъуэм.
- Жыжьэ дыкъыщежьа щхьэкIэ, мы узыщIэупщIэм дыкъемыкIуэлIэну Iэмал иIэтэкъым. Илъэс 25-рэ ипэкIэ, дыщIалэ цIынэу, утыку дыкъихьащ. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм дыкъыдэкIри, Чэримрэ Тимуррэ жаIэу, утыкум илъэс 25-кIэ дызэдитащ. Лэжьыгъэ хъарзыни зэдетхьэкIащ. Ауэ гъащIэр адэкIэ макIуэ, нэхъыжь ущыхъукIи, гупсысэ куэд уи щхьэм зэригъэзахуэу, нэхъыбэжым ущIэхъуэпсу уохъури, абыхэм уакIэлъыпхъэру ухуожьэ. Пшынауэми езым и пшыналъэ зэхилъхьэн хуейуэ щытыкIэ гуэр йохуэ. Ар проект пщIыну, утыку ипхьэну ущIэхъуэпсу ухуожьэ. Сэ апхуэдэ зыгуэрхэр си гум илъмэ, си ныбжьэгъуу сызыдэлэжьам и мурадхэр щынэгъуэщIкIэ, Iэмал имыIэу гъуэгуанэ зырыз адэкIэ утеувэн хуей мэхъу.
- Пшынэмрэ уэрэ фызэрызэрыгъуэтам утезгъэпсэлъыхьынут.
- Уэлей, си шынэхъыщIэ, а Iуэхум уэри фIы дыдэу хыбощIыкIмэ. СыщIалэжь цIыкIуу топ къехуэкIыныр япэ щизгъэщым, ар къысфIэIуэхуакъым. ИужькIэ, тIэкIу сыкъыдэкIуэтейуэ зыгуэрхэр зэзгъэзахуэ щыхъум, си анэшхуэр, си адэм и анэр, пшынауэ Iэзэу зэрыщытар къызжаIащ. Мис абдеж псори къыщежьащ.
«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ» жыхуаIэращи, ахьей, абы и лъым щыщ сэри сщIэт. Насып сиIэти, си нанэр пшынэ зэреуэр слъагъуну къысхуихуащ. Зы махуэ гуэрым си анэшхуэм сигъэтIысри къызжиIащ: «Тимур, уэ пшынауэ ухъункIи хъунщ, ауэ бжесIэнухэр зыхыумылъхьэмэ, адэкIэ укIуэфынукъым». Япэ дыдэ пшынэм Iэпэр зэрытеплъхьэнур си нанэм сигъэлъэгъуащ. ИтIанэ адыгэ пшынауэм хэлъын хуей хьэл-щэныр зыхуэдэм сригъэдэIуащ. Езы нанэ сыт и лъэныкъуэкIи адыгэ бзылъхугъэ щэныфIэм и щапхъэт. Ди нанэр пшынэ щеуэкIэ и напщIэми зимыIэту, и Iэпэм фIэкIа и Iэпкълъэпкъри мыхъейуэ апхуэдэт. Абы сигъэлъэгъуа пшынэ еуэ-кIэмрэ пшынауэ щэнымрэ сытемыкIарэт жысIэу куэдрэ сигу къокI.
Нанэ сигъэлъэгъуат пасэрей адыгэ пшынэ еуэкIэр икIи сызригъэдэIуа къафэхэм ящыщ зым «Нанэ и къафэ» жиIэу фIэсщыжри стхыжащ.
- Езы пшынэр сыт уэркIэ зищIысыр? Пшынэм зы мыхьэнэ гуэр иIэу пIэрэ адыгэ щIалэгъуалэм я гупсысэр къызэщIэгъэушэнымкIэ?
- Уемыплъ нобэ тIыгъ пшынэм. Адыгэ пшынэм лIэщIыгъуэ куэд къызэринэкIащ икIи лIэужьыгъуэ куэдым иуващ. Илъэсищэ ипэкIэ пшынэр тIэкIу нэгъуэщIу щытауэ къыщIэкIынщ, нобэр къыздэсым абы зихъуэжурэ къогъуэгурыкIуэ. «Сыадыгэщ» жызыIэ цIыхум дежкIэ адыгэ пшынэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Пшынэм ущытепсэлъыхькIэ, ди лъэпкъыр куэдым къыхэзыгъэщ джэгу щэнхабзэр уи нэгу къыщIегъэувэ. Абы къещIэкIащ хъуэхъужьри, къафэри, щIалэгъуалэ гушыIэри, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди.
Джэгум деж къыщекIуэкIыу къысфIощI зы щхьэл гуэр. А щхьэлым щIэкIа щIалэр абы адэкIэ гъуэгу захуэм тетынущ. Джэгум псэ хэзылъхьэр пшынэращ. «Уэрэдым и ежьур щIопщщ» зэрыжаIэм ещхьу, джэгум и щIопщыр пшынэращ, жысIэнщ. Адыгэ пшынэ едаIуэ цIыхум и гум фIыщ илъынур.
- «Къэфэнрэ уджынрэ нэхъ зыхуэфI щIалэгъуалэр щыIэжкъым», - жызыIэ нэхъыжьхэм уахуозэ…
- Захуэщ. Ар а нэхъыжьым щIыжиIам егупсысыпхъэщ. «Хабзэр Iэтэу къосри, Iэмбатэу зэхахыж», - жаIэрт ди нэхъыжьхэм. Егупсысыт, Iэтэущ къызэрысыр… Куэду зэхэлъу, щIызэхэлъым щхьэусыгъуэшхуэ иIэу. Псори я пIэ иту, псоми чэзу яIэу. Iэмбатэр езыр нэрынэ-нэрынэу мис а хабзэр зэрызэхэлъращи, и зэкIэлъыгъэкIуэкIэ мыукъуэу зэрыщытыныр къиIуа-тэу аращ. Къафэми уджми чэзу яIэщ. Псори зытеухуар мардэращ, зэпэшачэращ. Адыгэм егъэлеяр фIэфIу зэрыщымытар мо нэхъыжьхэм къыдаIуэкIыу аращ. ДэзмыIыгъынкIэ Iэмал иIэкъым.
- Пшынэм уи губампIэ щыдиха къэхъуа, Тимур?
- Мыдрейхэм жаIэ псом емыщхьу сэ зыгуэр бжесIэнщ. Сэ пшынэр зэи губампIэдэх схуэхъуакъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ си еплъыкIэр аращи, пшынэм уи губампIэр дихын хуейкъым. Пшынэр псэлъэнуращ, бзэрэбзэнуращ. Абы жиIэр зэхэпхрэ уи гум зэрыпэджэжым елъытауэ е уигъагъынщ, е уигъэгуфIэнщ.
Ауэ… Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди лъэпкъкIэ гукъеуэшхуэ диIащ, гуауэшхуэ и щхьэ кърикIуащ. Нэпс куэди адыгэм щIигъэкIащ, гукъеуэ куэди игъэващ, а псом ищIыIужкIэ нэхъыбэм хэкур ябгынэри, хэхэсу дуней псом щызэбгрыдза хъуащ.
И губампIэр игъэтIысыну хэхэсым пшынэм фIэкIа тегъэщIапIэ имыIэжу куэдрэ къыхуихуащ.. «Си пшыналъэр къыфхузогъанэ, сигу къеуэу си хэкур собгынэ» жиIэу кхъухьым итIысхьэу хамэщI кIуа Чэбэхъан пшынэр губампIэдэх ищIакъэ, жыпIэмэ, ищIащ. Хьэмэрэ хэкужь хуэлIэу лIэжа, зи пшынэми а хэкужь имыIэр езыгъэгъея Умар Хьэбидэт дауэ зэрыпщыгъупщэнур? Я цIэ къизмыIуэми, мащIэкъым пшынэр зыгъэгъар, абыкIэ зи гущхьэ бампIэр зыгъэтIыса тхьэмыщкIэхэр. ЦIыхум и гъащIэм къыхохуэ, и гу бампIэр зэригъэтIысын Iэмал лъыхъуэу. Мыбдеж пшынэри псэхэлъхьэж зэрыхъуам шэч хэлъкъым….
Нобэ тIэкIу зыкъэтщIэжми, ди щхьэр къэтIэтыж хуэдэу дыхъуами, ди Iуэхум иджыри мыхъумыщIэу зыкъом хэлъми, гугъэм зыкъиIэтащ. Тхьэм и шыкуркIэ, адыгэр дызэрыщIэ, дызэлъэIэс хъуащ. Иджы пшынэм губампIэдэхыу языныкъуэхэм деж деплъыркъым. Мы иужьрей илъэсхэм ар хуэмурэ къэдгъэпсэлъэжащ. ИпэкIэ гъыуэ щытами, къыпыдгъэгуфIыкIыфащ, иджы гур хэзыгъахъуэ пшыналъэхэрщ абы къикIын хуейр. Сыту ирехъуи, пшынэм ищIэнур зы фIы гуэру къыщIэкIынщ.
- Тимур, уи усыгъэмрэ макъамэмрэ зэхэзыхахэм гъэщIэгъуэну зыгуэрым гу лъатэ. Уи уэрэдхэм хэт псалъэхэр «тIорысэу», макъамэхэми ущедаIуэкIэ, пасэрей пшыналъэжьхэр бгъэджэгу хуэдэу, къэбгъэщIэрэщIэжу къыпфIощI. Мыр щэху зыхэлъ Iуэху гуэру пIэрэ хьэмэрэ уи зэчийм къигъэпкI гуэр?
- Дауи, къизгъэкI пшыналъэхэм уащыщIэдэIукIэ, пасэрей еуэкIэр къыумыцIыхункIэ Iэмал имыIэу и лъабжьэм щIэтщ. Пасэрей пшынэ еуэкIэр фIыуэ къэзубыда нэужьщ, сэ иджырей еуэкIэхэм щыгъуазэ сащыхуэхъужар.
Псалъэхэм ятеухуауэ жысIэмэ, сэри уэри дезыгъэджар Жылау Нурбийщ. Мыр лIы щэджащэу диIащ адыгэм. Нэгъэсауэ егъэджакIуэт. Куэдым дригъэдэIуащ, дыщигъэгъуэзащ. Псалъэм папщIэ, хьэщIэщ уэршэрыкIэм, лIыжь хъыбар IуэтэкIэм, нэхъыжь зэхэсыкIэм, адыгэ зэхущытыкIэм, зэпсэлъэкIэ хабзэхэм ехьэлIауэ абы къыдбгъэдилъхьам, хъыбару къытхуиIуэтам щIэи гъуни иIэкъым. Абы къызигъэщIар балигъ гъащIэм лъабжьэ быдэ щысхуэхъуащ. Пшыналъэхэр щыстхми, къызыхэсхын сиIэу срихьэлIащ. ФIыщIэр зейр Нурбийуэ къызолъытэ, адыгэбзэм и лъахэм дизышар аращ.
- Уи уэрэдхэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал имыIэу богъэпс, Тимур. А уэрэдыр щыбускIэ, сыт нэхъ узыгъэпIейтейр, нэхъ зытебгъащIэр?
- Псэращ псори зэлъытыжар. УзыгъэпIейтейр умыщIэу, уи псэр зыгуэрым зэрихуэу хуожьэ. Абы щыгъуэм жьэгум деж сотIыс, пшынэр, хьэзырыххэщи, къызощтэри, а къэпIэжьажьэр къизгъэкIыу сыхуожьэ. Тхьэм къызитар къыIызох, жысIэнщ (погуфIыкI). Абы къуитар пшынэ Iэпэм тыболъхьэ, итIанэ нотэм тептхэнущ. НотэкIэ занщIэу зэхуэбгъэкIуэну иужь уихьэмэ, нэхъ гугъущ.
- Уи гур пIэжьажьэрэ уи Iэпэр щымыдаIуэ къыхэкIрэ?
- Я нэхъыбапIэм апхуэдэщ (погуфIыкI). Гу зэрылъыстамкIэ, зэрыщытыр пщIэрэ? Зыгуэрым ущигъэгузавэм деж, уи гур сыт хуэдизу мыпIэжьэжьами, пшынэ Iэпэм зыри къыпхуигъэкIынукъым. Уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу, узэхурикъужу, нэгъуэщI гупсысэ уимыIэу уэр-уэру укъыщынэм дежщ къыщызэрыIэтыр псори. Апхуэдэу гупсэгъэIэсэу сэ сиIэр жэщырщ.
- Уэрэдыр сыт хуэдизу гурыхьу умыусми, сыт хуэдэу дахэу макъамэр зэхыумыгъэувэми, ар цIыхум деж нэзыхьэсын уиIэн хуейщ. А IуэхумкIэ лъэныкъуитIри фызэхуэарэзыуэ зыгуэрым удэлажьэу къыщIэкIынщ.
- Пшыналъэм ехьэлIамэ, сэ езым утыкум къисхьэжынущ, абы хуэныкъуэу къысщыхъу макъамэ Iэмэпсымэхэр къесшэлIэжурэ сызэрыхуейм хуэдэуи сщIынущ.
Ауэ уэрэдмэ, сфIэгъэщIэгъуэнщ дэтхэнэ адыгэ уэрэджыIакIуэми сыдэлэжьэну. Макъыр абыхэм Тхьэшхуэм къаритащ, сэ мы пшынэ Iэпэр къызэрызитам хуэдэу. УэрэджыIакIуэ къэс зыр зым къыщхьэщызыгъэкI зэчий ябгъэдэлъыжщ. Зы хэубыдыкIауэ мыхъуу, нэхъыбэм садэлажьэмэ нэхъ къызощтэ. Абы теухуауэ ди уэрэджыIакIуэхэм яхэту къыщIэкIынкъым зызыхуэзгъэзауэ сыкъэзыгъэщIэхъуа. Иджыблагъэ ди лэжьыгъэ кIапэ гуэр дунейм къытехьащи, абыи къигъэлъэгъуащ ар.
- Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, цIыхухэр щIоупщIэ ТхьэкIумащIэ Аслъэнрэ Хьэкъул Оксанэрэ ягъэзащIэ уэрэдхэм. Мы уэрэдитIыр къытрагъэзэжурэ едаIуэу куэдрэ зэхэпхынущ…
- «Хъуапсэ и псэ кIуэдыркъым», - жиIащ пасэрейм. Хъуапсэр дэтхэнэ зыми хэлъмэ, дапщэщми зэ къехъулIэнущ и хъуэпсапIэр. Уэрэдыр щхьэ ТхьэкIумащIэ Аслъэн жебгъэIэн хуей хъуа жыпIэмэ, ар езыр къаруушхуэ зыбгъэдэлъ цIыхущ. Ар сэ занщIэу зыхэсщIащ икIи сызэрыщымыуари иужькIэ си фIэщ хъужащ. Езы Ас-лъэн къыгурыIуэжу си гугъэкъым а уэрэдым хилъхьар зыхуэдизыр икIи ар абы къызэрехъулIар. ДяпэкIи апхуэдэу лажьэу Iуэхур игъэкIуатэмэ, адыгэ макъамэ гъуазджэм и дунейм куэдрэ хэтыну щIалэщ Аслъэн.
«Абедэ и фIыгъуэ» жыхуиIэ уэрэдым теухуауэ жыпIэмэ, Чэбэхъан-пшынауэм иужькIэ Абедэщ (Хьэбидэтщ) сэркIэ щапхъэр. Чэбэхъан и цIэр IуэрыIуэтэжу зэхэсхыжауэ аращ, ауэ Хьэбидэт къэсцIыхуащ. Хьэбидэт жиIэну зыхуеяр уэрэдымкIэ езыр къыдэпсалъэ хуэдэущ зэрыстхар. «Сэ мыбы нэсщ схуэхьар, адэкIэ фэ къыпыфщэ», - жиIэу къысщохъу абы и гъащIэм сыщыпхрыплъкIэ. Хьэбидэт дыщэ пхъуантэ ирокъу, илъэсищэм къриубыдэу апхуэдэ цIыху зэ къалъхуми аращ. Ди насыпщ адыгэм апхуэдэ цIыху къызэрытхэкIар. Сэ хуэсщIэжыфынурати, си гуапэу уэрэд хуэзгъэпсри, цIыхум и пащхьэ ислъхьащ абы и цIэр. Гум и къуэпсым нэсыфыну къысщыхъуар Хьэкъул Оксанэщ. Уэрэдыр зыгъэзэщIэнур къыщыхэсхми куэдрэ сегупсысакъым, занщIэу зыхуэзгъэфэщар Оксанэщ. Хьэбидэт и щIалэгъуэмрэ Оксанэ и щытыкIэмрэ зэ плъэгъуэкIэ зэтохуэ. Мор пшынауэ Iэзэу, мыдрейр уэрэджыIакIуэ Iэзэу щытми. Си гугъэщ уэрэдым гъащIэ иIэну…
- Уи уэрэдхэм я гъэпсыкIэр зыми ещхькъым. Сыт абы лъабжьэ хуэхъур?
- Хэкур зрагъэбгына адыгэхэм дахэ-дахэу уэрэд яусыжакъым. Абыхэм здрахар жаIащ, я къафэхэм еуэжащ. Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ яхъума уэрэдыжьхэр щыIэщ, псом хуэмыдэу Узун-Яйла щахъумащ. Къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ я тхыдэр ящIэжу апхуэдэщ. Уэ ущыIащ абы, щыплъэгъуащ, щызэхэпхащ. Хэкум исхэри къэбэдзэуэжу хуежьащ. УэрэдыжьхэмкIэ хуеплъэкI, абы и IэфIыр зыщIашэ хъуащ. Езыхэм уэрэдхэр яусыжу хуежьащ.
Ауэ сигу иримыхь щыIэщ. «Сэ сыноплъри, уэри укъызэплъыжри дигу зрихьат» жыхуиIэхэм хуэдэхэр сэ къасщтэркъым. Ауэ апхуэдэхэр уигу иримыхькIэ зэфIэкIыркъым. Ар щумыдэкIэ, блэкIа, иджырей адыгэ пшыналъэ и щIэбзэу, пщэдейм и щапхъэу къэгъэщI, утыкум пхуэщIэр щыщIэ. ПхузэфIэкIынумэ… Апхуэдэущ сызэрегупсысар. Сэ нобэрей адыгэ эстрадэр зэрыслъагъур къэзгъэнэхуащ.
- Уи цIэм епхауэ йокIуэкI пшынауэ пшыхьхэр, Тимур…
- ЯпэщIыкIэ «пшынауэ удж» фIэсщри, апхуэдэу илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIащ. ИтIанэ «пшынауэ пшыхь» хъуащ. Апхуэдэу а концерт зэIущIэр Думэн Мурадинрэ сэрэ зэгъусэу къызэдгъэпэщащ. Думэн Мурадинт къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэр, сэ сридэIэпыкъуэгъут. «Пшынауэ уджым» и щытыкIэм ещхьу, «пшынауэ джэгу» езгъэжьащ иужькIэ. Мы «пшынауэ джэгур» «пшынауэ шоум» хуэзгъэкIуэну мурадхэр сиIэщ, гупсысэ гуэрхэр нобэкIэ зопцI. Тхьэм жиIэмэ, утыкуми ихьэнщ. ДызыхуэкIуэ бжьыхьэм дгъэлъэгъуэну согупсыс.
- Тимур, ищхьэкIэ къыхэбгъэщащ уэрэджыIакIуэхэм ядебгъэкIуэкI лэжьыгъэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ уи гуащIэдэкI иджыблагъэ дунейм къызэрытехьар. Зи гугъу пщIыр Тыркум къыщыдэкIа уи альбомитIыр арагъэнщ. Ар щхьэ хамэщIым дунейм къыщытехьа?
- Дуней псом щызэбгрыдза хъуа ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр здэщыIэр Тырку щIыналъэрщ. Дызыщыгъуазэ тхыдэ Iуэхухэм адыгэр хэхэсрэ хэкурысу зэкъуачащ. Абы лъэныкъуитIыр «ментальность» жыхуаIэ лъэпкъ гупсысэкIэмкIэ зэщхьэщичащ. Зы пшыналъэ ищIэн хуэдизкIэ мыбы исымрэ хамэщI щыIэмрэ зэспхыну сыхуеящ а альбомхэмкIэ. ХуэIэтын хуэдизкIэ пшыналъэмрэ уэрэдымрэ къатехуэрщ жыхуэсIэр. Адыгэхэр зэпызыщIэ лъэмыж хъуну сыщыгугъащ абы. Альбомхэр Тыркум, дунейр щызэблэкI Истамбыл, къыщыдэкIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуари аращ.
- АльбомитIри зиIэхэм сурэт зытрагъэхыурэ интернетым къызэрырагъэувэм къегъэлъагъуэ абы щIэупщIэ зэриIэр…
- Ар иреныбжьыщIэ, иренэхъыжь, Тыркум и тыкуэнхэм адыгэ макъамэрэ уэрэдрэ зытет диск къызэрыщащэхуар ягъэлъэгъуэжу Интернетым сурэткIэ къыщрагъэувэжкIэ, къызэрызгурыIуэр абыкIэ си гуапэ ящIыну хэт къудейуэ аракъым, атIэ зэрылъэпкъыр, хэку зэраIэр адрейхэми нэрылъагъу щащIуращ. Ари зы Iэмалщ я адыгагъэр нэхъ лейуэ къыхагъэщынымкIэ. Мыбы и IуэхукIэ а зи гугъу сщIа лъэмыжыр зекIуапIэ хъуа хуэдэу соплъ…
- Уигу илъым уи лъэкIэ унэсу, уузыншэу, уи лъэпкъ щIэбгъэгушхуэн гуащIэрэ зэфIэкIрэ куэду къыпкъуэкIыу Тхьэм уигъэпсэу, Тимур!
Епсэлъар Табыщ Муратщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "780.txt"
} |
ПроектыщIэ утыку къыдохьэ
Адыгэ Академием и жэрдэм
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Си гуапэу хъыбар фызогъащIэ фокIадэм и 1-м ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием псапэхуэщIэу щIэныгъэ проектыщIэ си нэIэ щIэту утыку къызэрырихьэмкIэ. Ар бизнесымрэ бжыгъэр зи тегъэщIапIэ Iэмэпсымэхэмрэ щыхурагъаджэ, дунейм пщIэ нэхъ зиIэу тет еджапIэхэм щIэтIысхьэну ныбжьыщIэхэр абы зэрыхуагъэхьэзыр программэщ.
Программэм и плъапIэщ ехъулIэныгъэ къэзыгъэлъагъуэ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм щIэныгъэ щхьэпэ, Iэзагъ, IэкIуэлъакIуагъ зрагъэгъуэтынымкIэ ядэIэпыкъуныр, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ и лъэныкъуэкIэ заузэщIыну Iэмал етыныр. Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэщащ экономикэр бжыгъэхэр зи тегъэщIапIэ Iэмэпсымэхэм зэрыхуэкIуэрэ, ди къэралыр щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, лэжьыгъэ и пIалъэ фIыуэ зыщIэ IэщIагъэлI губзыгъэхэм егъэлеяуэ зэрыхуэныкъуэр. «А Iуэхур Урысейр хъумэным, технологие и лъэныкъуэкIэ нэгъуэщIым щымыгугъыу и Iуэху дигъэкIыжыфыным и лъабжьэщ», - щыжиIащ абы къэралым и унафэщIым.
Iуэху зехьэкIэм и мардэхэм щIэх-щIэхыурэ захъуэж, илъэсипщI къэс IэщIагъэщIэхэр къоунэху. XXI лIэщIыгъуэм IэщIагъэ и лъэныкъуэкIэ щIэупщIэ уиIэн папщIэ, экономикэр зыхуэныкъуэм елъытауэ, зэхъуэкIыныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу уакIэлъыплъыфу, щIэуэ къежьэм ухэзэгъэн папщIэ уи щIэныгъэр здынэсыр къыупщытэжрейуэ ущытын хуейщ.
Си щхьэкIэ, зэманым сызэрыдекIуным яужь сит зэпыту сопсэу, дэтхэнэ зыри и гупсысэкIэм зригъэузэщIу, щIэм тегушхуэу, къежьам щымыщтэу, ар зыужьыныгъэм и щIэдзапIэу къилъытэу абы зэрыпэлъэщыным егугъун хуейуэ къызолъытэ.
КъБР-м и унафэщIу сыщылэжьа лъэхъэнэм республикэм и экономикэм папщIэ IэщIагъэлIхэр зэрыдгъэхьэзырын программэ къыхэтлъхьауэ щытащ. Абы ипкъ иткIэ цIыху 200-м нэс Инджылызым, Сингапурым, Индием щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэм щыхагъэхъуащ. А еджапIэхэр къэзыухахэр нобэ республикэм и министерствэхэм, ведомствэхэм, Мэзкуурэ хамэ къэралхэмрэ щыIэ компание цIэрыIуэхэм щолажьэ. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а проектым адэкIи зезгъэужьыныр си хъуэпсапIэщ.
Сэ шэч къытесхьэркъым щIэныгъэм хэтлъхьэ мылъкум, гува-щIэхами, гъавэ бэв къызэрыдитыжынум, еджапIэхэр къэзыухахэм кIуэ пэтми IэнатIэ нэхъыбэ къэрал IуэхущIапIэхэм, хьэрычэт щIэн IэнатIэм щаубыдурэ лэжьыгъэр зэрырагъэфIэкIуэнум. Зэманым лъэщIыхьэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, гупсысэкIэ убгъуарэ хэлъэтрэ зиIэ, плъапIэ куэдым зыхуэзыунэтIыф, Iуэху зэрызэфIах акъыл зэгущ къызыкъуэзыхыф IэщIагъэлIхэр нэхъыбэ хъуху, ди щIыналъэри зэрыкъэралуи зыхуей хуэзэнущ.
КЪАНОКЪУЭ Арсен,
сенатор, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым
Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и комитетым
и унафэщIым и къуэдзэ,
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и унафэщI.
Зыщыгъуэзапхъэ
Программэм хэтыну хуитщ илъэс 35-рэ иримыкъуа, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ (бакалавриат, специалитет е магистратурэ), хуиту инджылызыбзэкIэ псэлъэф (Iэмал зэриIэкIэ адыгэбзэ е абхъазыбзэ ящIэныр нэхъыфIыжщ, адрей псомкIи зэхуэдэмэ, - анэдэлъхубзэ зыщIэхэр япэ ирагъэщынущ), Программэм къигъэув адрей мардэхэми хуэкIуэхэр (езы Программэр, абы къигъэув мардэхэмрэ хабзэхэмрэ илъабжьэкIэ къыщыхьащ).
Программэм хэту къалъытэнущ Программэм къигъэув япэ Iыхьищым пхыкIахэр;
Программэр щагъэзащIэ япэ илъэсым абы хэтынухэм я бжыгъэр цIыхуи 10 мэхъу.
Программэм хэтыну хуитщ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэмрэ Абхъаз Республикэмрэ щыщхэр. ЩIыналъэхэм цIыху бжыгъэхэр зэратегуэшар:
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм - цIыхуи 5;
- Адыгэ Республикэм - цIыхуи 2;
- Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм - цIыхуи 2;
- Абхъаз Республикэм - 1 цIыху.
Программэм хагъэхьэнухэр къызэрыхах зэпеуэм хэтыну хуиткъым:
- Программэм нэхъ пасэу хыхьахэр;
- БлэкIа илъэсхэм Программэм хэтахэр;
- Программэм хагъэхьэнухэр къыхэзых комиссэм щыщхэр;
- Зи дэфтэрхэр ирикъуу зымыгъэхьэзырахэр;
- Зи дэфтэрхэм нэгъуэщIым и IэдакъэщIэкI (плагиат) къыщызыгъэщхьэпахэр;
- Зи дэфтэрхэм нэгъуэщIым ейм техуэ тхыгъэ - ар зэпеуэм зэрыхэтыфынумкIэ шэсыпIэ ихьэхэм ятха, е езыхэм я мурадхэр къыщагъэлъагъуэ тхыгъэ ирехъу - къыщызыгъэщхьэпахэр.
Программэм хыхьэну зызыгъэхьэзырхэм езы Программэм, абы къигъэув мардэхэмрэ хабзэхэмрэ щыгъуазэ зыхуащIу, зэпеуэм хэтынухэр къыхэзых комиссэм и адресымкIэ - (amanp[email protected]) ирагъэхьын хуейщ мы дэфтэрхэр:
Скан-копиехэр:
- паспортым;
- щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэм и щыхьэт дипломым;
- инджылызыбзэр зэрищIэм щыхьэт техъуэ сертификатым;
- хейщIапIэм и тезыр зэрытемылъымкIэ справкэ;
- наркодиспансерым къыбгъэдэкI справкэ;
- психоневрологие диспансерым къыбгъэдэкI справкэ;
- цIыхур зэпеуэм зэрыхэтыфыну зэфIэкI зэриIэм щыхьэт техъуэм къыбгъэдэкI тхыгъэ, ар къэзыт IуэхущIапIэр къызэрацIыху тхылъымпIэм тедзауэ, IуэхущIапIэм и мыхъур, е абы и унафэм щIэт къудамэм и мыхъур тету;
- и мурадыр къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ;
- и дэфтэрхэм къыщигъэлъагъуэр пэжрэ пцIырэ зэхагъэкIыну зэрыарэзым и щыхьэт.
Программэм хэтынухэр хэхыгъуищым пхагъэкIынущ:
1) Япэ хэхыгъуэм кандидатхэм Программэм папщIэ щхьэхуэу зэрагъэпэща электрон адресым зыхуэныкъуэ дэфтэрхэм я скан-копиехэр ирагъэхь: паспорт, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэм и щыхьэт диплом; инджылызыбзэ зэрищIэм и щыхьэт сертификат; хейщIапIэм и тезыр зэрытемылъымкIэ справкэ; наркодиспансерымрэ психоневрологие диспансерымрэ къабгъэдэкI справкэ. Кандидатым апхуэдэу игъэхьыпхъэщ зэпеуэм зэрыхэтыфыну зэфIэкI зэриIэм щыхьэт техъуэм къыбгъэдэкI тхыгъэрэ езым и мурадхэр къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэрэ. Кандидат къэс хуитщ зэпеуэм хэтынухэр къыхэзых комиссэм и адресымкIэ нэгъуэщI зэхьэзэхуэхэм къыщигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэхэм я щыхьэт щIыхь тхылъхэр, сертификатхэр, къинэмыщI дэфтэрхэр иригъэхьыну;
2) ЕтIуанэ хэхыгъуэм кандидатхэр къепсэлъэн папщIэ ирагъэблэгъэнущ, дэфтэр ягъэхьахэм, зэпеуэм зэрыхэтыфыну зэфIэкI зэриIэм щыхьэт техъуэхэм къабгъэдэкI, езыхэм я мурадхэр къыщагъэлъагъуэ тхыгъэхэм комиссэр хэплъэу, абыхэм я пэжыпIэр зэхагъэкIыу псори зэпалъыта нэужь;
3) Ещанэ хэхыгъуэм кандидатхэр хуэфэщэн щIэныгъэ къудамэм епха IэщIагъэлIхэм хуагъэзэн папщIэ ирагъэблэгъэнущ, ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ здынэсыр зрагъэщIэн мурадкIэ.
Хэхыгъуищым къигъэлъагъуэм елъытауэ, комиссэм Программэм хагъэхьэхэм ятеухуауэ унафэ къищтэнущ. Зэпеуэм хэтахэр тхьэмахуитIым и кIуэцIкIэ щыгъуазэ ящIынущ комиссэм къищта унафэм. Программэм хагъэхьахэм магистратурэм и программэмкIэ хамэ къэрал еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщеджэн ахъшэ къратынущ.
ЛъэIу тхылъхэр 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ ягъэхьыну хуитщ.
Программэм теухуауэ зыщыгъуэзапхъэхэм, абы къигъэув мардэхэмрэ хабзэхэмрэ ятеухуауэ сенаторым и сайтым щыгъуазэ зыщыпщIыфынущ - https://arsenkanokov.ru/
ЩIэупщIэнухэм папщIэ телефон: 8-495-69-21-469
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "781.txt"
} |
КъыщIагъуа илъэс ныкъуэри къахуэгъэсэбэпакъым
Премьер-лигэм дыщыхэта гуимыхуж илъэсхэр. 2012 гъэ
«Спартак-Налшыкыр» ди къэралым и командэ нэхъыфIхэм зэрахэта илъэсихрэ ныкъуэм и кIэух хъуащ 2012 гъэм и япэ Iыхьэм щыIа зэхьэзэхуэр. Адрей зэпеуэхэм ар хэпщIыкIыу къащхьэщыкIащ икIи европей лъэхъэнэм трагъэхуэн папщIэ илъэсрэ ныкъуэкIэ ирагъэкIуэкIащ: 2011 гъэм щыIам ипкъ иткIэ, къахьа увыпIэхэм елъытауэ, премьер-лигэр гупитIу ягуэшащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсым и ныкъуэм нэхъыфIийм зэхагъэкIащ медалхэр зыIэрыхьахэр, адрейхэр гуп нэхъыщхьэм къыхэнэным щIэбэнащ.
ЕпщыкIутхуанэ увыпIэм щыту зэпеуэм и япэ Iыхьэр зыуха «Спартак-Налшыкыр», дауи, зыхэхуар премьер-лигэм щIэбэныну къызыпэщылъ гупращ. Хьэрхуэрэгъу абы щызэхуэхъуахэм къахуэнэжат 2011 гъэм зыIэрагъэхьар. Налшыкдэсхэм нэхърэ очко бжыгъэ нэхъ мащIэ зиIэр зи финанс Iуэхухэр Iей дыдэ Томск и «Томь»-м и закъуэт. Апхуэдэу щыт пэтми, текIуэныгъэ зы-тIу къахьамэ, ди щIалэхэр щытыкIэ гугъум къикIыфынут, сыту жыпIэмэ, къезыгъэл епщыкIуплIанэ увыпIэм зы очкокIэ фIэкIа пэмыжыжьэж хъуауэ гъатхэм техьат: зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэм хыхьэу щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 19-мрэ 26-мрэ зэхэта джэгугъуитIым я зым «Спартак-Налшыкым» зы текIуэныгъэ къыщихьат. ИужькIэ, наIуэ зэрыхъуамкIэ, абы щыгъуэм къыхагъэщIамэ нэхъыфIынут. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, трагъэкIын гъунэгъу хъуа Ташуев Сергей, гъэм и кIэух зэIущIэм бжыгъэшхуэкIэ «Тэрчым» щефIэкIым, куэдым къащыхъуащ и унафэм щIэту налшыкдэсхэр щытыкIэ гугъум къикIыфыну. Абы къыхэкIыу, гъатхэм щыIэну мыхьэнэшхуэ зиIэ джэгугъуэхэм командэр хуигъэхьэзырыну къагъэнащ. Ар щыуагъэшхуэт, икIи я къарур зэщIагъэуIуэну яIа мазищрэ ныкъуэр «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм пщIэншэу ягъэкIуэдащ. Щыхьэту ирикъунщ 2012 гъэм и пэщIэдзэ джэгугъуихри зэкIэлъхьэужьу фIахьу зэрыкIуэцIрыхупар.
2011 - 2012 гъэхэм щыIа зэпеуэм и япэ Iыхьэм ди гур хигъэщIами, нэхъыфIым дыщIэхъуэпсырт, Iей блэкIари псынщIэ дыдэу зыщыдгъэгъупщэжыфынут. Зэхьэзэхуэр зэпагъэуным и пэ къихуэу, щэкIуэгъуэ мазэм и 26-м Грознэ и «Тэрчыр» бжыгъэшхуэкIэ ди щIалэхэм зэрыхагъэщIам ди гур игъэфIу щIымахуэр етхьэкIащ. ДыпIейтейуэ дыкIэлъыплъащ «Спартак-Налшыкым» зэрызигъасэм, къыхыхьэхэм, хэкIыжхэм, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм къарикIуэхэм.
Зэхьэзэхуэр щызэпагъэум ирихьэлIэу, «Спартак-Налшыкым» турнир таблицэм щиIыгъар епщыкIутхуанэ увыпIэрат. Абы къыщынэмэ, премьер-лигэм ар къыхагъэкIынут. АрщхьэкIэ, ди щIалэхэр щытыкIэ гугъум къикIыфынут. Абы папщIэ дэтхэнэ зы зэIущIэми я къару, зэфIэкI псори ирахьэлIэу, джэгупIэ губгъуэм щыныкъуэкъуэн хуейт, адэкIэ къикIуэтыпIэ зэрамыIэр ящIэу. Дазэрыщыгугъри арат.
ФIыуэ зыкъагъэлъэгъуэн папщIэ налшыкдэсхэм Iэмал псори яIэ хуэдэт. АрщхьэкIэ, Тыркум щрагъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «Спартак-Налшыкыр» гуп зэкъуэту щытыжтэкъым. Пэжщ, абы яхуэфэщэн увыпIэ щаубыд хъуат ди щIыпIэм къыщалъхуа, топ джэгуным зыщезыгъэса щIалэщIэхэм. ИкIэм-икIэжым, ди командэм и унафэщIхэм къагурыIуауэ къыпщыхъурт хамэ защIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр хъума зэрымыхъунур. Абыхэм я лъэдакъэр пачу адыгэ, балъкъэр футболистхэр къэралпсо утыку ихьэн хуейт. Апхуэдэхэр иджыри къэс щымыIауэ аратэкъым, атIэ гъуэгу ирамытауэ арат. Абы щыгъуэми, къыдгурымыIуэу щыттэкъым ди щIыпIэм къыщалъхуа защIэкIэ зэхьэзэхуэшхуэхэм узэрыхэмытыфынур. Дызыхуейр хамэ къэрал къраша футболист лъэщхэм дыдейхэр ягъэсэну, ядэплъеину арат, Iуэхум трагъэгушхуэрэ я зэфIэкIыр къызыкъурагъэхыу. Абы и лъэныкъуэкIэ лъэбакъуэ гуэрхэр ячын щIадзэу тлъагъурти, гуапэ тщыхъурт. Къапщтэмэ, «Спартак-Налшыкым» а щIымахуэм хэкIыжа Гридневым, Пилипчук, Милич, Сигурдссон, Луканчиковым я пIэкIэ утыкур яубыду хуежьат республикэм и футбол школхэм я гъэсэнхэу Щоджэным, Хъанийм, Абазэм, Соблырым, Болэм, Балэм… Фэбжь ягъуэтахэм яужькIэ, зыкъаужьыжри, гуп нэхъыщхьэм къыхыхьэжат Бырхьэмымрэ Шэриймрэ. 2011 гъэми хуэдэу, жыджэрт Гъуэщокъуэмрэ Митришевымрэ. Ахэрат Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым, «Спартак-Налшыкым» и къэкIуэнур. Апхуэдэ дапщэ иджыри диIэт! Хэти хамэ щIыпIэхэм щыджэгурт, хэти ди деж гъуэгу щигъуэтыртэкъым. КIэ етыпхъэт апхуэдэ щытыкIэм.
НэгъуэщI щIыпIэхэм кърашауэ «Спартак-Налшыкым» иджы къыхагъэхьахэм ящыщу куэдкIэ уащыгугъ хъунут Колумбием щыщ гъуащхьауэ Даниэль, Армениемрэ Молдавиемрэ я командэ къыхэхахэм щыджэгухэу Мкоянрэ Чеботарурэ, абхъаз щIалэ Хьэгъуш, «Кубань»-м къраша Будаковым. Ахэр псори ди гупыр зыгъэлъэщыфынут, щIалэгъуалэр зыдэплъеифынут.
Гъатхэр къихьащ. Абы дэщIыгъуу футболышхуэри къытхуэкIуэжащ. Гъатхэпэм и 3-м щIадзэжащ 2011 - 2012 гъэхэм Урысей Федерацэм и премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм. Ар иухыным къэнэжар джэгугъуэ 12-т. Ахэр мазитIрэ ныкъуэм къриубыдэу ирагъэкIуэкIынут. ГурыIуэгъуэт а зэман кIэщI дыдэм дэтхэнэ зы щыуагъэми очкоми я уасэр зэрылъапIэ дыдэр. Арат япэ зэIущIэм щегъэжьауэ ди щIалэхэм зэфIэкI лъагэ къагъэлъагъуэу нэгъабэрей щIэину къахуэна щытыкIэ гугъум къызэрикIынум я зэфIэкI псори ирахьэлIэн щIыхуейр. АрщхьэкIэ, ди пащхьэ къиувэжа «Спартак-Налшыкым» хэтхэр хамэ защIэт - Ташуевым ахэрат тегъэщIапIэ ищIар.
И къэкIуэнур щызэхэкIыну джэгугъуэхэр ди командэм фIахьащ. Налшык щыIэми хамэ щIыпIэ зыкъыщагъэлъагъуэми ар къыхагъащIэ зэпытт. Уеблэмэ зи сомитI зэтезымыгъэхуэжыф «Томь»-ри Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къыщытекIуэри, зэхьэзэхуэм и иужь дыдэ увыпIэм къыщыхутащ. Абы къыкIэлъыкIуэу «Тэрчри» къыщефIэкIым, икIи еханэу зэкIэлъхьэужьу къыщыхагъащIэм, премьер-лигэр зэрытфIэкIуэдыпар наIуэ хъуащ. ИтIанэщ Ташуев Сергей «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ къулыкъум щытрагъэкIар.
Апхуэдизрэ зэкIэлъхьэужьу къыхагъэщIа налшыкдэсхэм я гур иха хъуат икIи турнир таблицэм и иужьрей дыдэ увыпIэм къыщыхутат, нэхъ япэгъунэгъу я хьэрхуэрэгъум очкоипщIкIэ къыкIэрыхуу. Нэрылъагъут къэнэжа джэгугъуихым «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхэмынэнур. АдэкIэ зытелэжьэн хуейр гъэ къакIуэм абы зыгъэзэжыфын командэ къызэгъэпэщынырт. Апхуэдэ къалэн хьэлъэр пщэрылъ щащIащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хэта ди командэм и тренер нэхъыщхьэ, псоми иджыри къэс «тренер нэхъыжь» цIэр зэрихьэу я дэIэпыкъуэгъуу щыта, илъэс пщыкIущкIэ ди командэм щыджэгуа Шыпш Тимур.
Нарткъалэ щыщ адыгэ щIалэм гъэхутапIэ нэс хуэхъуащ 2012 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIа зэIущIэр. Премьер-лигэм щыIэ зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, Шыпшым япэу и унафэм щIэту ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнут Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-р.
«Спартак-Налшыкыр» а махуэм къыпхуэцIыхужынтэкъым. Ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэ зыбжанэ зэуэ зыхигъэхьа гупым дамэ къатекIам хуэдэт икIи щхьэкъэIэтыпIэ ирамыту я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у хагъэщIащ. ДжэгугъуихкIэ зэкIэлъхьэужьу абы ипэкIэ къызытекIуа налшыкдэсхэм я гугъэхэр къэщIэрэщIэжат. АрщхьэкIэ, бетэмал, кIасэIуэ хъуат. КъыкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуитхум зэ фIэкIа къыщыхамыгъэщIами, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къыхагъэкIащ - абы хуригъэкъужакъым гъэм и пэщIэдзэм ягъэкIуэдауэ иджы апхуэдизу зыхуэныкъуэ очко бжыгъэр.
Апхуэдэу щыт пэтми, къэралым и командэ нэхъ лъэщхэм яхэту иужьрей зэIущIэхэм псыхьа щыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым и къэкIуэнур куэдкIэ зэпха щIалэщIэхэу, къэралым и командэ лъэщхэм итIанэ ирагъэблэгъахэу Абазэ Руслан, Балэ Рустам, Болэ Руслан, Гъуэщокъуэ Арсен сымэ. ИужькIэ абыхэм яхыхьащ Щауей Алихъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ди щIыпIэм къыщыхъуа нэгъуэщI щIалэхэри Iэмал щагъуэтынум пэплъэрт.
Шыпш Тимур и къалэн гугъум пэлъэщащ - Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым 2012 - 2013 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухыным иджыри зы джэгугъуэ иIэжу, «Спартак-Налшыкым» жэз медалхэр зыIэригъэхьащ. АдэкIэ налшыкдэсхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ зэпэщIэуэ джэгугъуитI накъыгъэм (майм) и 30-мрэ мэкъуауэгъуэм (июным) и 4-мрэ къапэплъэрт. Абы хьэрхуэрэгъу къащыхуэхъуащ премьер-лигэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм епщыкIуплIанэ увыпIэр къыщызыхьа Самарэ и «Крылья Советов»-р. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «Спартак-Налшыкыр» абыхэм къыщыхагъэщIащ икIи къэралым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм занщIэу ягъэзэжыфакъым.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсми Шыпш Тимур зи пашэ налшыкдэсхэм япэ дивизионым еплIанэ увыпIэр щаубыдащ икIи премьер-лигэм щIэбэныну Iэмал аргуэру ягъуэтащ. Аргуэрыжьти, къайхъулIакъым. Абы и ужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэри яхъуэжри, республикэр хуэмеиж хъуащ «Спартак-Налшыкым» икIи, яхуэмыпшыныжын щIыхуэм щIигъанэри, пIалъэкIэ ар щызэхуащIыжаи къэхъуащ. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, урысей футболым и лъащIэ дыдэм (етIуанэ дивизионым) курыт зэфIэкIхэр щызиIэхэм ящыщщ.
Илъэс 46-кIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр хуэкIуащ къэралым и гуп нэхъыщхьэм щыджэгуным. Абы щыхэта илъэсхэм «Спартак-Налшыкым» ди республикэм и пщIэр иIэтащ, топджэгум дихьэххэм дэрэжэгъуэ ин яритащ. Хэт ищIэн иджы апхуэдэ Iэмал щыдиIэжынур дапщэщми?!
2011 - 2012 гъэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр
(зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэ)
2011 гъэ
31. 19.11. «Краснодар» - «Спартак-Налшык» - 3:2 (Джудович, Гъуэщокъуэ)
32. 26.11. «Спартак-Налшык» - «Тэрч» - 3:0 (Голич, Митришев - 2)
2012 гъэ
33. 03.03. «Волга» - «Спартак-Налшык» - 1:0
34. 12.03. «Спартак-Налшык» - «Амкар» - 1:2 (Голич)
35. 18.03. «Крылья Советов» - «Спартак-Налшык» - 1:0
36. 25.03. «Ростов» - «Спартак-Налшык» - 2:1 (Захирович)
37. 30.03. «Спартак-Налшык» - «Томь» - 0:2
38. 06.04. «Тэрч» - «Спартак-Налшык» - 2:0
39. 14.04. «Спартак-Налшык» - «Волга» - 3:0 (Концедалов, Митришев, Буйтрагэ)
40. 21.04. «Амкар» - «Спартак-Налшык» - 1:0
41. 27.04. «Спартак-Налшык» - «Крылья Советов» - 0:0
42. 02.05. «Спартак-Налшык» - «Ростов» - 2:2 (Фомин, Концедалов)
43. 07.05. «Томь» - «Спартак-Налшык» - 1:1 (Рухайя)
44. 13.05. «Спартак-Налшык» - «Краснодар» - 3:3 (Концедалов - 2, Болэ)
УФ-м и премьер-лигэм зэрыхэта илъэсихрэ ныкъуэм (2006 - 2012 гъэхэм) «Спартак-Налшыкым» командэ 23-м зэIущIи 199-рэ щадригъэкIуэкIащ. Ди щIалэхэр 54-м щынэхъ лъэщащ, 57-м щызэрытегъэкIуакъым, 83-м щыфIахьащ. Я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм топ 207-рэ дагъэкIащ, 239-рэ къыхудагъэкIащ.
Премьер-лигэм къытхузэIуиха адыгэ щIалэ Бырхьэм Къантемыр (№88)
Къэжэр Назир (№5)
Балэ Рустам
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "782.txt"
} |
«Сыадыгэщ» жызыIэр куэдщ, ауэ бзэр зыщIэр мащIэщ
ТУМЭ Рэхьми:
Ди хьэщIэщым
Тенджыз ФIыцIэм и адрыщI лъэныкъуэмкIэ къыщыс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжщ адэжь щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ къакIуэ, адыгэ Iуэхум телажьэ, зи хэкур зрагъэбгына ди адэшхуэхэм я фэеплъым хуэпэж цIыхухэр. Тыркум къыщалъхуауэ щыпсэу, зи IэщIагъэкIэ уэчыл, адыгэм и тхыдэм, и псэукIэм, и натIэ хъуам теухуауэ тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Тумэ Рэхьми Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжати, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къеблэгъащ. Сыт щыгъуи ди гуапэщ лъэпкъым и къуэ пажэхэр, километр мин бжыгъэкIэ дызэпэIэщIэми, адэжь хэкум зи псэр быдэу пыщIа ди лъэпкъэгъухэр фэдгъэцIыхуну. Рэхьми и къежьапIэм пэщIэдзэ хуищIыр и адэшхуэм и адэр хэкум икIауэ зэрыщытарщ, абы къыдалъхуахэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэщ.
- 1867 гъэм си адэшхуэм и адэм хэгъэгу унафэщIым тхылъ хущIилъхьат: «Си быныр си гъусэу Мэккэ сыкIуэу Бегъымбарым щхьэщэ хуэсщIыну, и кхъащхьэм Iэ дэслъэну хуит сыкъэщI», - жиIэу. А лъэIу тхылъыр сэ архивым къыщызгъуэтыжауэ сиIэщ. Исхьэкът си адэшхуэм и адэм зэреджэр, абы и щхьэгъусэр Борийхэ япхъут, пхъуитхурэ илъэс 12-м ит си адэшхуэмрэ яIэт абы щыгъуэ. ПхъуитIыр - Ащхъуэтхэ, зыр - УнащIэхэ, адрейр - Ендырхэ, етхуанэр Тохъухэ яшащ. Абыхэм я дэлъху закъуэ Исуф и къуэ Хьэлым срикъуэщ сэ, - къыддогуашэ Рэхьми.
Си анэм и цIэр Зухьрэщ. 1917 гъэм школыр къиухат абы. А лъэхъэнэм апхуэдэ щIэныгъэ зиIэ цIыхубз исакъым Тыркум, тыркубзэри хьэрыпыбзэри дэгъуэу ищIэрт. Ар шым тетIысхьэрт, къалэм кIуэрти, адыгэм сыт хуэдэ Iуэху яIэми яхузэфIигъэкIырт. Тыркум щыщу нэчыхь зимыIэ цIыхубз Мэккэм ягъакIуэу щытакъым. Ди анэращ япэ дыдэу Тыркум щыщу, нэчыхь имыIэу хьэжыщI кIуа фызыр. Еуэри, си анэр Тумэ Исмэхьил къигъэкIуэсащ. Абыхэм къуитIрэ зыпхъурэ къахэхъуауэ Исмэхьил яукIащ. Ди адэм щхьэгъусэ иIэт, ауэ сабий къащIэхъуатэкъыми, и щхьэгъусэр ирагъэкIыжри, и къуэшым и фызыр кърагъэшэжащ. Ди адэми щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ къыхуилъхуащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр Рэхьмэтщ, си къуэшыр Фикрищ. Фикри диным хуеджащ, ефэндышхуэщ.
- Бынунагъуэшхуэр сыт хуэдэ жылэ фыдэса?
- Мараш къалэм епха Гёксун щIыпIэм хиубыдэ жылэ цIыкIухэм ящыщщ Къаншуейр. Мис аращ дыкъыщалъхуари дыщапIари. Курыт школыр къэзуха нэужь, къалэшхуэм еджакIуэ сыкIуащ, зызгъэадыгэ щIалэу, си бзэр сщIэуэ, сызэрыадыгэм срипагэу. Зы гъэщIэгъуэн сыщрихьэлIащ абы. Ататюрк къэралыр зэриухуам къытхутепсэлъыхьу тхыдэмкIэ зы егъэджакIуэ гуэр диIэт. Ар зэгуэрым лекцэ къытхуеджэу жиIащ адыгэхэм лIыгъэ яхэмылъу, щхьэфIэчу. Ар щызэхэсхым, схуэмышэчу сыкъэгъащ.
- Сыт ущIэгъыр? - къызоупщI егъэджакIуэр.
- Сэ сыадыгэщ. Уэ адыгэхэр хэбутащ, - жысIащ.
ЕтIуанэ сыхьэтым къыщIыхьэри, адыгэхэм хуэдэ щымыIэу жиIэурэ псалъэрт. Аргуэру си нэщхъыр зэхэукIауэ сыздэщысым, къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Узыхуейр сыт? Адыгэр доубри - уогъ, дыщотхъури - уогъ». Хуэфэщэн жэуап естыжащ абы, иужькIэ сыщыщIэупщIэм ар адыгэу къыщIэкIащ. Арат а лъэхъэнэм къэралым щыхабзэри, лъэпкъ цIыкIу къыхэкIам зищIысыр ибзыщIырт, си егъэджакIуэр дзэм хэтати, къаригъащIэ хъуххэнутэкъым зэрыадыгэр.
ЕтIуанэу мыр къысщыщIащ: еджапIэм сыщIэтIысхьа къудейуэ, тыркубзэкIэ семыджэфу, библиотекэм сыкIуащ. Зы тырку хьэрф сцIыхуртэкъым. Библиотекэм зы лIыжь щIэтти, сыбгъэдохьэри адыгэбзэкIэ жызоIэ: «Адыгэхэм ятеухуауэ тхылъ къызэт».
ТыркубзэкIэ къыщIоупщIэж лIыжьыр. Сэ адыгэбзэкIэ жэуап изотыж аргуэру: «Адыгэхэм ятеухуа тхылъ къызэт». Сытми, лIыжьым зи Iуэху зесхуэр къыгурымыIуащэу, IуокIри, зы тхылъ иIыгъыу къегъэзэж: «Дэ адыгэхэм ятеухуа тхылъ диIэкъым, ауэ мы тхылъым «Кавказ» жиIэу тетщи, ухуеймэ, къащти еплъ». Тхылъыр къеIысхащ, ауэ щIагъуэу къызгурыIуакъым абы итхэр, илъэс 13 - 14-м ситу арат. ИужькIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм я тхыдэр япэ дыдэу зытхыжа Беркъукъу Исмэхьил и IэдакъэщIэкIрат лIыжьым къызитар. КъызгурыIуар мащIэми, тхылъым седжащ. Мис абдеж щегъэжьауэ адыгэ Iуэхум сыдихьэхащ, абы и тхыдэр зэи IэщIыб сымыщIауэ, иджыри къыздэсым содж, солэжь.
- УкъызыхэкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и щIыбагъ къыдэлъа гуауэр нэхъуеиншэу зэбгъащIэу упсэуащ, уэри куэдым утетхыхьащ. Лъапсэрыхым ирихужьэу Тырку щIыналъэм ипхъа щыхъуа адыгэм и Iуэхур гузэвэгъуэт, икIагъэшхуэт абыхэм къащыщIар. Уэ бджа, бгъэунэхуа псом къахэпха гупсысэмкIэ укъыддэгуэшэну сыхуейт: сыт хуэдэу щыта хэхэс гъащIэр адыгэм дежкIэ, и гур щигъэтIылъа къыхуихуа ди лъэпкъым зэгуэр, хьэмэрэ гуныкъуэгъуэм ихь зэпыту псэуа?
- Ар кIыхьу къебгъэкIуэкIыфынущ. Ауэ нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, мыращ Iуэхур зытетыр е сэ сызэреплъыр. Адыгэр и хэкум щIикIам и щхьэусыгъуэр зыбжанэу зэтопщIыкI. Ирахуаи, къагъапцIэу ирашаи, зыфIэфIу зыбгынаи щыIэщ. Ауэ Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм и щIыгум нэхъыбэу щIашами щIэкIуами щхьэусыгъуэ хуэхъуар дин Iуэхуращ.
Адыгэм гугъуехь куэд ишэчащ. Зэ зым ягъэтIысу, итIанэ абдеж щрахужьэжрэ нэгъуэщI щIыпIэ тIысыпIэ ищIын хуей хъууэ. Гугъуехьыр и натIэу псэууэрэ, Ататюрк пашэ хъуа нэужь, Джумхьуриет (Республикэ) иухуэри, къэралыр зэрыпсэун хабзэ зэхалъхьащ. 1921 гъэм Конституцэ къащтащ, къэралым лъэпкъыу исыр къыщыгъэлъэгъуауэ. АрщхьэкIэ 1924 гъэм Конституцэр зэрахъуэкIри, Тыркум ису хъуар тыркуу ятхыу щIадзащ.
Апхуэдэу ящIа нэужь, адыгэбзэкIэ упсалъэуи, «сыадыгэщ» жыпIэуи ядэртэкъым. Абы щыгъуэм сэ япэ классым сыкIуати, си анэдэлъхубзэрат сщIэр. Хуэмурэ тыркубзэр зэзгъащIэрт, ауэ адыгэбзэ къысфIыхэхуэрти, егъэджакIуэм тезыр къыстрилъхьэрт - пэшыр зэрагъэплъыр собэти, абы иралъхьэн пхъэр унэм сихужурэ къызигъэхьырт. Гъэмахуэ хъумэ, ди вакъэр лъыдигъэхырти, ди лъэгум къыщIэуэрт. Куэдрэ къыстехуащ ар.
Мис апхуэдэ Iуэхухэрщ нобэрей ассимиляцэр къэзышар, лъэпкъыр зыхэсхэм яхэшыпсыхь щIэхъуар. Бзэр зымыщIэр, тыркум ират адыгэ хъыджэбзхэр куэд хъуащ.
Къуажэм дыдэсу, сыщIалэ цIыкIуу, ди адэшхуэм деж молэри, динымкIэ егъэджакIуэри къэкIуауэ зэхэсхат. Сэ шей яхущIэсхьэну сылъаIуэри, сыщIыхьащ нэхъыжьхэр зыщIэсым. Адыгэ хъыджэбз гуэр тырку щIалэм иратыну унафэ ящIу арат. Молэр псалъэрт: «Хэт сыт жимыIэми зыри къикIыркъым, хэт хэт дэкIуэнуми къурIэным итщ, я натIэм къритхащ». Ар щызэхэсхым, зы псалъэ къызатыну сылъэIуащ: «Ярэби, Алыхьыр тыркуу пIэрэ?» - сыщIэупщIащ сэ. Ар щIыжысIари? Адыгэ къуажэ 17 ист абдежи, сэ сщIэуэ хъыджэбз 23-рэ тыркум иратат, ауэ зы тырку хъыджэбзи къуажэм къыдашатэкъым.
Нэхъ иужькIэ цIыхухэр еджащ, лэжьапIэ къагъуэтащ, къалэхэм Iэпхъуахэщ. Нобэ «сыадыгэщ» жызыIэр куэдщ, ауэ бзэр зыщIэр мащIэщ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, адыгэр лIыгъэкIэ зэрыхагъэшыпсыхьам нэхърэ нэхъыбэу езыхэр интеграцэм ихьащ.
- Къэрал Iуэхуми хабзэми куууэ хыбощIыкI, куэд бджащ. КIэщIу жэуап къетыт: адыгэхэр я хэкум зэрырахуам лъэпкъгъэкIуэдкIэ (геноцидкIэ) уеджэ хъуну?
- ПсалъитхукIэ зэзгъэзэхуащ мы Iуэхум сызэреплъыр. Адыгэр зытекIуэдар сыт жысIэри сызэупщIыжащ сэр-сэру: зэгурымыIуэныгъэ, щIэныгъэншагъэ, урыс лъагъумыхъуныгъэ, уэсмэн лъагъуныгъэ, къагурымыIуэ муслъымэныгъэ. ЯгъэкIуэдащ адыгэр мис абыхэм. Дэр-дэруи дызэгурыIуакъым, къэралри къыдгурыIуакъым. Ди хабзэри и кIэм нэсу къыдгурыIуэжыртэкъым дэ. Хабзэ жыпIэмэ, Iэнэм щызэрахьэрауэ, жэнэзы хуэIухуэщIэрауэ, хьэщIэ гъэхьэщIэкIэрауэ ягугъэщ языныкъуэхэм. Хабзэм псори итт, ауэ къагурыIуакъым.
- Уэ абыхэм ятеухуа тхылъ узэриIэм сыщыгъуазэщ. НэгъуэщI сытым утетхыхьа, конференцхэм жыджэру ухэтщ, сытым теухуауэ укъэпсалъэрэ?
- Истамбыл дэт Хасэм и тхьэмадэу илъэсипщIкIэ сылэжьащ. Абы щыгъуэми, иджыри зи яужь ситыр лъэпкъ Iуэхур дэгъэкIынырщ, абы и пэжыр къыщIэгъэщынырщ, ди псэукIэм хъуауэ хэлъымрэ мыхъумыщIэмрэ зэпкърыхынырщ. Кавказым, тхыдэм, Кавказ зауэм, абы и къежьэкIамрэ щхьэусыгъуэмрэ, нэгъуэщI куэдми сытетхыхьащ, тхылъ щхьэхуэхэр дунейм къытехьащ. Ахэр сэбэп мэхъу хэхэс адыгэхэм къащIэхъуэ щIэблэм я блэкIар ящIэнымкIэ, я гупсысэр унэтIынымкIэ, ди тхыдэм еплъыкIэ гуэр хуаIэнымкIэ.
- Уи унагъуэкIэ нэхъ гъунэгъуу укъэтцIыхуну сыхуейт, Рэхьми…
- Си щхьэгъусэр абхъаз бзылъхугъэщ. Зи лъэпкъ, зи лъахэ фIыуэ зылъагъу щыIэмэ, ар етIуанэщ. Хэкупсэщ хуабжьу. Езыр профессорщ, университетым щолажьэ.
Махьинуррэ сэрэ бын дгъуэтакъым. Ауэ абы и дэлъхум лIы иукIыу лъэхъуэщым щихуэм, илъэси 3-м иту хъыджэбз цIыкIу къыхуэнати, дэ къэтшащ тпIыну.
ДэкIуэн хуей щыхъум, «псэлъыхъу пхуэхъур си деж къэгъакIуэ» жысIащ. Адыгэ фIэкIа естынутэкъым. Зэгуэрым къэкIуащ зы щIалэ, адыгэу жиIэу, ауэ и фэмкIэ зэрытыркур къэсщIащ. ЩIалэр згъэшынэри, зыкъезгъэумысащ икIи афIэкIа хъыджэбзым къыбгъэдэмыхьэну унафэ хуэсщIри, сутIыпщыжащ. Абы иужь абхъазыпщ гуэрым къытехъукIа щIалэм лъыхъу къигъэкIуащ. АрщхьэкIэ, си мурадым сытетти, згъэщIэхъуащ. Бурджы (си пхъум) еджэн къиухри, лэжьэн щIидза нэужь, зы къэбэрдей щIалэ зригъэцIыхуащ. Абы и хъыбар щызэхэсхым, «си деж кърекIуэ» жысIащ. Уи фIэщ хъункъым, ауэ щIалэр ди унэ къыщыщIэбэкъуам и зыIыгъыкIэкIэ, и теплъэкIэ зэрыадыгэр къыумыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым.
- Дэнэ ущыщ? - сеупщIащ тыркубзэкIэ.
- Уэлэхьи, Узун-Яйла сыщыщым, сыкъэбэрдейм, Мэрзейхэ сращIалэм, - къызитащ жэуап адыгэбзэ къабзэкIэ.
ЩIалэм сепсалъэри, сигу ирихьащ, и адэ къуэшхэр лъыхъу къигъэкIуэну хуит сщIащ. Адыгэ пщащэ нэсу згъэсат хъыджэбзыр, адыгэ унагъуэ ихьэну сыхуейт. Езыри си жьауэм щIэкIакъым, жысIэм къедэIуащ, къыхихари игу дыхьэ щIалэщ. Бурджы адыгэ анэ гумащIэ хъуащ, пхъу гумащIэуи къысхущIэкIауэ, дызэхуэгуапэу дызэкIэлъокIуэ. Сигу хэзыгъахъуэри? А зи гугъу сщIы хъыджэбзым зэтIолъхуэныкъуэу пхъуитI иIэщ - Гужанрэ Нэжанрэ. Гужан зымахуэ къэтIысауэ къызжеIэ: «Уэ адыгэ хъыджэбзыр зэрыщытыр пщIэрэ?».
- ЩIагъуэу сщIэркъыми, кхъыIэ, къызжеIэ.
- Адыгэ хъыджэбзыр ину Iэгу еуэркъым, уэрамым щрикIуэкIэ лъэбакъуэхъуу бакъуэркъым, тутын ефэркъым, ину псалъэркъым.
- НэгъуэщI сыт хуэдэ хьэл хэлъ? - сыщIоупщIэ.
- Иджыри зы щыIэщ, ауэ бжесIэнукъым.
- Ди яку къыдэнэжынщ, щэхуу къызжеIэ, - щыжысIэм, си тхьэкIумэм къекIуэталIэри: «Адыгэ хъыджэбзыр адыгэ щIалэ дэкIуэн хуейщ», - жиIащ. Мис апхуэдэу адыгэпсэ яIуту игъэсащ ахэр Бурджы. А цIыкIухэр адыгэбзэкIэ мэпсалъэ, пшынэ йоуэ. Зыр пшынэ щеуэкIэ, адрейм сэ сыкъыдофэ.
- Тхьэм куэдрэ уакIэлъигъэплъ гъащIэм и IэфIыр зыхозыгъэщIахэм!
«Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI НэщIэпыджэ Замирэ Тумэ Рэхьми йопсалъэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "783.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Щхьэусыгъуэр нэрылъагъущ
Илъэс зыбжанэ хъуауэ топсэлъыхь УФ-м и дзэ базэхэр Белоруссием и щIыналъэм игъэувэным теухуа Iуэхум.
«А Iуэхур пIалъэ-пIалъэкIэрэ къаIэт, я нэхъ мащIэрамэ, 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ. А зэманым наIуэ къищIащ апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ зэтщIылIэным Белоруссиер зэрытемыгушхуэм къэралитIым ди зэхущытыкIэхэр зэрызэIимыгъэхьэм, - жиIащ белорус политолог Шевцов Юрий. - Ди зэпыщIэныгъэхэр зыгуэркIэ екIакIуэкIуэми, абы щхьэусыгъуэ хуэхъур нэгъуэщI зэхуэмыхъуныгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, Урысейм гъэсыныпхъэхэр лъапIэу къызэрыдищэрщ. Аращи, IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэр ди къэралым къредмыгъэгъэувэ щхьэкIэ зэгъунэгъухэр бий дызэхуэхъуну къыслъытэркъым».
Апхуэдэуи политологым къыхигъэщащ УФ-м и дзэ базэхэр я къэралым щIрамыгъэгъэувэр Минск КъухьэпIэм зэрыфIэлIыкIырщ, апхуэдэ лъэбакъуэр Европэ къэралхэм ягу иримыхьыным зэрытегузэвыхьырщ. КъухьэпIэм хуиIэ пыщIэныгъэхэр абы зэрызэIигъэхьэнум шэч къытрихьэркъым Шевцовым. Абы Белоруссием и фейдэ лъэпкъ зэрыхэмылъри ибзыщIыркъым.
«Дзэхэр ди къэралым кърагъэувэным арэзы дыщIытемыхъуэр гъэсыныпхъэ уасэхэр апхуэдэ IэмалкIэ нэхъ пуд едгъэщIыну, абы щхьэкIэ деныкъуэкъууи аракъым, атIэ ЕС-м хэт къэралхэм дазэрыфIэлIыкIырщ», - зиумысыжащ абы.
Белоруссием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Макей Владимир нэхъ пасэу жиIауэ щытар аракъым. «УФ-м и дзэ базэр ди къэралым кърагъэувэным мыхьэнэ гуэри иIэнукъым, ар зыкIи сэбэп хъунукъым къэралитIым я дежкIи. А Iуэхум дыщIемыувалIэр елъытакъым абы Европэ зэгухьэныгъэм хэт къэралхэр зэреплъым, атIэ Белоруссием а лъэбакъуэр еч езым и Iуэху еплъыр и лъабжьэу, абы дызэрыхуэмейм тещIыхьауэ».
Мыбдежым пэжыр зэхэгъэкIыгъуейуи къыщIэкIынкъым - Белоруссиер КъухьэпIэмкIэ зэреплъэкIыр нэрылъагъущ, ищIэхэр абы къызэрыщыхъунур къримыдзэуи щыткъым.
КIэух зэIущIэхэр щызэхэтыну щIыпIэхэр яубзыху
Чемпионхэм я Лигэм и 2020 - 2021 лъэхъэнэм и кIэух зэIущIэр Санкт-Петербург щекIуэкIынущ. Апхуэдэ унафэ къыщащтащ Европэм и футбол зэгухьэныгъэхэм я союзым (УЕФА) иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
Европэм футболымкIэ и зэпеуэ нэхъыщхьэм и Кубокыр зылъысынур щызэхэкIынур «Газпром Арена» стадионырщ. Ар «Зенит»-м и стадион нэхъыщхьэщ, цIыху мин 68-рэ йохуэ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щаубзыхуащ Чемпионхэм я Лигэм 2021 - 2022, 2022 - 2023 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм я кIэух зэIущIэр щызэхэтынури. Япэр Германием и Мюнхен къалэм и «Альянц-Арена»-м, етIуанэр Инджылызым и къалащхьэ Лондон и «Уэмбли» стадионхэм щызэхэтыну унафэ ящIащ.
Футболым дихьэх урысейхэр, дауи, щыгуфIыкIащ Европэм и зэпеуэ нэхъ удэзыхьэххэм ящыщым еплъыну Iэмал зэраIэнум.
Нобэ
♦Архитектурэм и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и ОМОН-м и махуэщ
♦ФРГ-м и лъэпкъ махуэшхуэщ - зэкъуэтыныгъэм и махуэщ. 1990 гъэм Германиер зы къэрал хъужащ - ГДР-мрэ КъухьэпIэ Берлинрэ ФРГ-м хыхьэжащ.
♦Корее Республикэр къыщызэрагъэпэща махуэщ
♦1878 гъэм Петербург къыщызэIуахащ цIыхубзхэр щрагъэджэну курс нэхъыщхьэхэр.
♦1891 гъэм Абхъазым щIыр лъэщу зэрыщыхъеям къыдэунэхуащ Амткел гуэлыр.
♦1924 гъэм дунейм къытехьащ «Учительская» газета»-м и япэ къыдэкIыгъуэр.
♦1929 гъэм сербхэм, хорватхэм, словенцхэм я пащтыхьыгъуэм Югославие цIэр фIащащ.
♦1932 гъэм Иракым щхьэхуитыныгъэ игъуэтащ - Инджылыз къэралыгъуэм къыхэкIащ.
♦1933 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къызэрагъэпэщащ.
♦1938 гъэм Пермскэ область къызэрагъэпэщащ (иджы - Пермскэ крайщ).
♦1945 гъэм Профсоюзхэм я дунейпсо федерацэр къызэрагъэпэщащ.
♦1645 гъэм къалъхуащ япэ урысей генералиссимус Черкасский Михаил (Алей).
♦1895 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ щэджащэ Есенин Сергей.
♦1927 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, генерал-майор Къатхъэн Мухьэмэд.
♦1935 гъэм къалъхуащ совет актёр, СССР-м и цIыхубэ артист Джигарханян Армен.
♦1936 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Къэбэрдей ФатIимэ.
♦1953 гъэм къалъхуащ къэрал къулыкъущIэ, Урысей Федерацэм и Президентым сату-экономикэ IуэхухэмкIэ и лIыкIуэ хэхауэ Украинэм щыIэ Зурабов Михаил.
♦1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Щоджэн ФатIимэ.
♦1965 гъэм къалъхуащ журналист, усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщIу щыта ГъущIо Зариф.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 24-рэ, жэщым градус 12 - 13 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ИлъэскIэ щысар пIастэпсым пэплъэжакъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "784.txt"
} |
КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ
КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и зэIущIэ.
Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор Мэкъуауэ Т. Э., республикэм и министерствэхэм, IуэхущIапIэхэм, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Демография», «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектхэм щыщ Iыхьэхэу щIыналъэм къехьэлIахэм. Абыхэм хохьэ сабий къызыхэхъуа унагъуэм зыщIэгъэкъуэныр, цIыхубзхэм лэжьэну Iэмал яIэн папщIэ илъэсищ иримыкъуа я сабийхэм щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэхэмкIэ ахэр къызэгъэпэщыныр, цIыхухэр спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ дегъэхьэхыным хуэунэтIа Iуэхухэр къыхэлъхьэныр, зи ныбжь хэкIуэтахэм гулъытэ яхуэщIыныр, медико-санитарнэ дэIэпыкъуныгъэ IэнатIэм республикэм зыщегъэужьыныр, гу-лъынтэ, лышх узыфэхэм япэщIэтыныр, сабийхэм иджырей медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтыныр, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэщыныр.
Илъэсым и ещанэ мазищым а зытепсэлъыхь унэтIыныгъэхэмкIэ зэфIагъэкIахэр щызэхилъхьэжым щIыналъэм и УнафэщIым Iуэхур зэхьэлIа министерствэхэм гу лъаригъэтащ Iуэхухэм хухаха мылъкур сэбэпынагъ къихьу къэгъэсэбэпын зэрыхуейм: «Ахъшэхэр зыхуэгъэза Iуэхухэм ягъэува пIалъэм къриубыдэу трагъэкIуэдэн хуейщ, нэхъыщхьэращи, сэбэпынагъ нэхъыбэ къихьу. Ахъшэр ибгъэкI къудейкIэ зэфIэкIынукъым, атIэ программэм щыубзыхуа мурад хэхахэр зэгъэхъулIэным хуэунэтIын хуейщ ахэр», - къыхигъэщащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм.
Зытепсэлъыхь Iуэхухэм ятеухуауэ зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ацкъан Р. Р., КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ И. М., республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий М. Б. сымэ
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "785.txt"
} |
Нобэ КъБР-м и Парламентым хех Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр
Нобэ КъБР-м и Парламентым хех Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "786.txt"
} |
КъалэкIыхьым щыщ лъакъуэ кIыхьхэр
Ди лъахэгъу Ласицкене (Кучинэ) Марие Катарым и къалащхьэ Дохэ иджыблагъэ щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым тхыдэм щыхыхьащ. ЛъагапIэ дэлъеинымкIэ зэхьэзэхуэм абы дыщэ медалыр фокIадэм и 30-м къыщихьащ. Прохладнэдэс хъыджэбзыр иджы щэнейрэ дунейпсо чемпионщ - лъагапIэ дэлъей цIыхухъухэми цIыхубзхэми игъащIэм яхэтакъым апхуэдэ зыхузэфIэкIа. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэхъапэм ар щытекIуащ 2015 гъэм Пекин щыIа, 2017 гъэм Лондон щекIуэкIа ЩIы хъурейм и зэпеуэхэм. КъищынэмыщIауэ, лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ дуней псом и вице-чемпион Катарым щыхъуащ КъалэкIыхьым (Прохладнэ) щыщ Акименкэ Михаил. Къыхэдгъэщыну дыхуейт а тIуми спортым япэ лъэбакъуэхэр щачар а къалэм и зы секцэу зэрыщытыр. Иджы ахэр ящыщщ гъэ къакIуэ Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм ягъэкIуэну зыхуагъэфащэхэм. Нобэрей ди къыдэкIыгъуэр Ласицкене тедухуэнщ, къыкIэлъыкIуэр Акименкэ хухэтхынщ.
Кучинэ Марие и къежьэкIар телъыджэщ. 1993 гъэм и пэщIэдзэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуа хъыджэбз цIыкIум и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуа къудейуэ арат Прохладнэ дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэу лажьэ Габрилян Геннадий и нэIэм щыщIэхуам. Сабийхэм ядригъэкIуэкI урокхэм абы псынщIэу гу щылъитащ адрейхэм и инагъкIи зэфIэкIкIи къахэщ хъыджэбз псыгъуэ цIыкIум. КъыщызэдэжэкIи, лъагэу щыдэлъейкIи, нэгъуэщI дерсхэмкIи ар псоми фIыкIэ къахэщырт.
Нэрылъагъут Марие спорт зэфIэкI лъагэ къызэрыкъуэкIыфынур. Абы папщIэ ерыщу дэлэжьэн хуейт. А Iуэхугъуэ мытыншыр и пщэ дилъхьэжащ физкультурэмкIэ егъэджакIуэ къызэрыгуэкI Габрилян Геннадий икIи, зэман дэкIри, щыгуфIыкIыжащ: тренерми абы и гъэсэнми дунейпсо цIэрыIуагъ ягъуэтащ. Иджы Ласицкене (Кучинэ) Марие дуней псом тхуэнейрэ и чемпионщ (тIур щхьэ зытелъ стадионхэм къыщихьащ), Европэм щэнейрэ щытекIуащ, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ зыIэрыхьащ, НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм я дыщэ медалыр къэзыхьащ, «Налкъутналмэс лигэм» щэнейрэ щынэхъыфIащ, нэгъуэщI лъагапIэ куэди къызэхъулIа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ.
Ар адрейхэм сыт щыгъуи фIыкIэ къахэщырт. 2010 гъэм НыбжьыщIэхэм я Гъэмахуэ Олимп джэгухэм щытекIуащ. КъыкIэлъыкIуэ щIымахуэм метр 1,97-м щхьэпрылъащ. Ар ныбжьыщIэхэм я дунейпсо рекордт. И ныбжьыр илъэс тIощIрэ зырэ щрикъум метри 2,01-р къызэринэкIащ. А лъэхъэнэ дыдэм «Налкъутналмэс лигэм» япэу щытекIуащ. Аргуэру илъэс дэкIри, дунейпсо чемпион хъуащ. Абы иужькIэ зыхэта зэхьэзэхуэ 45-м зэкIэлъхьэужьу щытекIуащ - апхуэди зыхузэфIэкIа ЩIы хъурейм иджыри къэс Ласицкене Марие фIэкIа къытехъуакъым.
Допинг Iуэхум бэлыхь зэрыхидзам къыхэкIыу Урысей Федерацэм и спортсменхэр Дохэ щекIуэкI атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатми я щхьэ щыхущытыжу аращ икIи зыщыщ къэралым и цIэкIэ утыку къихьэну, абы и ныпыр ягъэлъэгъуэну, текIуа иужькIэ Хэкум и гимныр къеуэну хуиткъым. А псори къытехьэлъэ пэтми, Ласицкене Марие зэфIэкI лъагэ къигъэлъэгъуащ икIи метри 2-рэ сантиметри 4-м щхьэпрылъри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ дыдэ лъагапIэр къищтащ Украинэм щыщ Могучих Ярославэ, ауэ абы папщIэ бгъэдыхьэгъуищ къигъэсэбэпын хуей хъуащ. Марие япэ елъэгъуэм метри 2-рэ сантиметри 4-м пэлъэщащ икIи адэкIэ дунейпсо рекордым зрипщытат. АрщхьэкIэ зэкIэ къехъулIакъым - Олимп Джэгухэм а Iуэхугъуэ дахэр пигъаплъэу къыщIэкIынщ.
Ласицкене иджыри къэс къищта лъагапIэ нэхъ ин дыдэр метри 2-рэ сантиметри 6-рэщ. Болгарием щыщ Кастадиновэ Стефкэ зыкъом щIауэ игъэува иджыпстурей дунейпсо рекордыр абы зэрыщхьэщыкIыр сантиметрищ къудейщ. Марие и ныбжьыр илъэс тIощIрэ хырэ хъууэ аращ икIи спортсменхэм я зэфIэкI нэсыр къыщызыкъуах лъэхъэнэм итщ. Шэч хэлъкъым дунейпсо рекордри абы къызэрехъулIэнум.
Ди къэралым нэхъ лъагэ дыдэу зэгуэрым щыдэлъеяр Чичеровэ Аннэщ. Ар метри 2-рэ сантиметри 8-м щхьэпрылъыфащ. Абы и рекордыр Катарым щикъутэну хущIэкъуащ Ласицкене Марие. ЛъагапIэр апхуэдизкIэ къригъэIэта, щэнейрэ ебгъэрыкIуа пэтми, зэкIэ ари къехъулIакъым. IэщIагъэлIхэм абы и щхьэусыгъуэу къалъытэр ди лъахэгъум ныкъуэкъуэгъу зэримыIэжаращ - дунейпсо зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуар наIуэ хъууэ и хьэрхуэрэгъу псори екIуэтэкIа иужькIэщ ЩIы хъурейми Урысей Федерацэми лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ я рекордхэм щызрипщытар. Къэзыгъэгузэвэнрэ къеныкъуэкъунрэ щимыIэжым, хьэлэмэтагъри фIэкIуэдагъэнущ. Рекордхэр бгъэувын папщIэ абыхэм уесэн, ерыщу уебгъэрыкIуэн хуейщ. Марие аращ иджыпсту ищIэр.
Зэхьэзэхуэр иуха иужькIэ, ди лъахэгъур журналистхэм къаухъуреихьащ.
- Узыщыщ къэралым и щIыхьыр умыхъумэу, атIэ уи щхьэ закъуэ ухущытыжу текIуэныгъэ инхэр зыIэрыбгъэхьэныр бужэгъуакъэ? - арат япэу абы къызэреупщIар.
- Пэж дыдэу, сужэгъуащ, - ибзыщIакъым Марие. - КIуэ пэтми, ар нэхъ къыстохьэлъэ. Адрейхэм къадэщIхэр дэнэ къэралым къикIами, езыхэр дэнэ щыщми наIуэу ягъэлъагъуэ. Дэ апхуэдэ Iэмал зыкъом щIауэ диIэкъым.
- Уэ тхыдэм ухыхьащ щэнейрэ дунейпсо чемпион узэрыхъуамкIэ. Нэхъапэм апхуэдэ зэфIэкI зыми иIакъым. Дауэ къыпщыхъурэ?
- Пэжуи?! Сыту фIыщэт! Сэ апхуэдэ ехъулIэныгъэм сыщIэхъуэпсынуи сышынэрт, сыхуэпабгъэ пэтми. Си текIуэныгъэр зи фIыщIэр сызэрысабийрэ сызыгъасэ Габрилян Геннадийщ. Абы зэгуэрым къызжиIат: «Ушынэну ухуеймэ, шынэ, ауэ зэгъащIэ псори фIыуэ зэрызэфIэкIынур».
Журналистхэм упщIэ куэд хуаIэт Габрилян Геннадии икIи я мурадхэм щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ: «Дэ дыщогугъ етIанэгъэ Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм дыкIуэну икIи ди хъуэпсапIэр зэдгъэхъулIэфыну. Пэжкъым икIи захуагъэкъым Ласицкене хуэдэ спортсмен къабзэхэр Олимпиадэм пэIэщIэ зэрыхуащIыр. Илъэсищ ипэкIэ апхуэдэу къыдащIащ, иджыри зыкъытхуагъэдалъэ. Ар щIэпхъаджагъэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, дэ хамэ къэрал гуэрым и щIыхьыр тхъумэну яужь диткъым, Машэ хэкупсэ нэсщ. Зыщыдгъэхьэзырынур - нэгъуэщI Iуэхугъуэщ. Языныкъуэхэм зэращIым хуэдэу, хамэ щIыпIэ къыхэтхыну ди мурадщ, дзыхь зыхуащI допинг-офицерхэм я нэIэ дыщIэтыфын икIи иужькIэ гурыщхъуэ къытхуамыщIын папщIэ. Урысей Федерацэм апхуэдэ Iэмал щыIэкъым».
Ди лъахэгъум и гъащIэм 2017 гъэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ къыщыхъуащ - ар лIы дэкIуащ. «Евроспорт» телеканалым и комментатор, урысей спорт журналист Ласицкас Владас щхьэгъусэ ищIащ икIи абы и унэцIэр къищтэри, Марие Ласицкене хъуащ (цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я унэцIэм я кIэухыр Латвием щызэщхьэщокI).
Прохладнэдэс бзылъхугъэм иужь мазиплIым и ехъулIэныгъэхэр телъыджэщ. Феплъыт фэри: мэкъуауэгъуэм и 13-м - метри 2,01-рэ (Ослэ, Норвегие), мэкъуауэгъуэм и 16-м - метри 2,02-рэ (Хожув, Польшэ), мэкъуауэгъуэм и 20-м - метри 2,06-рэ (Остравэ, Чехие), мэкъуауэгъуэм и 30-м - метри 2,04-рэ (Стэнфорд, США), бадзэуэгъуэм и 5-м - метри 2,02-рэ (Лозаннэ, Швейцарие), фокIадэм и 30-м (Дохэ, Катар) - метри 2,04-рэ. Лъагэу дэлъеинымкIэ апхуэдэу зэкIэлъхьэужьу лъэщу зыкъэзыгъэлъагъуэ спортсменкэ зэи щыIакъым. 2015 гъэм Пекин щызэхэта дунейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуэрэ блэкIа илъэсиплIым абы бжьыпэр щимыубыда зэхьэзэхуэ къэщIэжыгъуейщ. Зэ закъуэщ зыгуэр япэ щригъэщар - ари мыхьэнэ щIагъуэ зимыIэ Европэ - США зэхьэзэхуэм, Катарым щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и пэ къихуам.
МетритI лъагагъыр Ласицкене зыкъом щIауэ къыфIэмыIуэхуж хъуащ. Зэхьэзэхуэхэм зэрыхэтрэ ар абы 75-рэ (!) щхьэпрыкIащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа нэгъуэщI спортсмен цIыхубз ЩIы хъурейм теткъым. Мы гъэм Чехием и Остравэ къалэм щызэхэта зи чэзу дунейпсо зэпеуэм, цIыху мин 12-м щIигъу къыщыкIэлъыплъу, ди лъахэгъу цIэрыIуэм метри 2-рэ сантиметри 6-рэ зи лъагагъыр къигъэIурыщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Европэми дуней псоми я чемпион цIэр зезыхьэ прохладнэдэс бзылъхугъэм къыдэщIхэм аргуэру дэрэжэгъуэ ин яритащ. Ар мы гъэм зыри зыпэмылъэща лъагагъщ.
Сыт щыгъуи текIуэу щытауэ къыпщохъу Ласицкене (Кучинэ) Марие. АрщхьэкIэ абы и ныбжьыр илъэс 26-рэ хъууэ аращ икIи дяпэкIэщ и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэхэр щыщыIэну хуагъэфащэр. Апхуэдэу езым къилъытэр Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм я дыщэ медалырщ. 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ щыIам Дунейпсо Олимп Комитетымрэ ИААФ-мрэ (атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо федерацэ) ягъэкIуакъым, ди къэралым и допинг Iуэхухэм я гуащIэгъуэти. Токио етIанэгъэ щекIуэкIынум Iэмал имыIэу хыхьэну хуейщ, иджыпсту зэрыт зы къэралми имей (нейтральнэ) статусым фIэкIа имыIэми.
Дэтхэнэ зы спортсменым и дежкIи Олимп Джэгухэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абы щытекIуэм и пщIэр и гъащIэ псокIэ Iэта зэрыхъум къищынэмыщIауэ, и псэукIэм и зэIузэпэщагъри куэдкIэ елъытащ. Аращи, Ласицкене (Кучинэ) Мариерэ и тренер Габрилян Геннадийрэ иджыпсту я гупсысэр нэхъыбэу, дауи, зытеухуар 2020 гъэм Японием щыIэну Олимпиадэращ. Абы ягъакIуэ къудеймэ, ди лъахэгъум аргуэру дэрэжэгъуэ къызэрыдитынум шэч хэлъкъым.
И щхьэгъусэ Ласицкас Владасрэ тренер Габрилян Геннадийрэ текIуэныгъэр ядегуэш.
Удехьэх дыщэм и IэфIагъым.
ЛъагапIэр къищтэну зегъэхьэзыр.
Марие апхуэдэущ зэрелъэр.
ЗэпIэзэрытыныгъэм и щапхъэ.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "787.txt"
} |
Къэбэрдей театрым и гуащэ ЖьакIэмыхъу КIунэ
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ лъэпкъ театрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, куэд щIауэ утыкур зыгъэбжьыфIэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ.
Пшыхь гуапэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алимрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. Абыхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ КIунэ и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ.
- КIунэ и гъащIэр триухуащ театр гъуазджэм, цIыхухэм яхуэлэжьэным. Артисткэ зэчиифIэм, пажэм, бзылъхугъэ дахэм, цIыху гъэщIэгъуэным гъащIэ гъусэ хуэхъуащ щалъхуа щIыналъэм и дахагъымрэ къызыхэкIа лъэпкъым и Iущагъымрэ. Ростов ГъуазджэхэмкIэ дэт училищэм щыщIэса зэманым КIунэ актёр IэщIагъэм и щэхухэм зыхигъэгъуэзащ. 1964 гъэм Налшык къигъэзэжа нэужь, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ. Тхьэр зэчиишхуэкIэ зыхуэупса КIунэ нобэр къыздэсым хуэпэжщ фIыуэ илъагъу, илъэс 51-кIэ зыхуэлэжьа адыгэ театрым. А зэманым къриубыдэу игъэзэщIащ роли 120-м щIигъу. Республикэм и телевиденэмрэ театрымрэ къыщигъэщIа образхэр абы хэплъхьэжмэ, КIунэ роль щитIым нэблагъэ къехъулIащ. И щхьэгъусэ Мысостышхуэ Пщызэбий щIыгъуу ар спектакль куэдым щыджэгуащ.
«Гуащэ ябгэ» спектаклым щыщ пычыгъуэ зэхуэсахэр ирагъэплъащ а пщыхьэщхьэм. Гуащэмрэ нысэмрэ, анэмрэ къуэмрэ я зэхущытыкIэхэр гъащIэм зэрыщыщыт дыдэм хуэдэу дыкIэлъагъэплъащ. КIунэ а ролыр зэригъэзащIэр зылъэгъуахэм ящIэ ар къызэрехъулIар къэпIуэтэжын къудейри зэрыгугъур…
КIунэ и лэжьэгъухэм хъуэхъукIэ зыкъыщыхуагъазэм, и ныбжьэгъухэм, республикэм и щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, музыкантхэм артисткэ Iэзэм къыхужаIа псалъэ дахэхэр ягу къагъэкIыжащ. Апхуэдэу Къэжэр Борис КIунэ хужиIауэ щытащ мы псалъэхэр: «ЩыIэщ насыпкIэ зыхуэхъуапсэу, Дэ ди Тхьэм фIыгъуэ зыхуищIа, «Вагъуэщ» щIыжаIэм и зы хъуаскIэ ЖьакIэмыхъу КIунэ химына». «Москва апхуэдэ актрисэ ягъуэтамэ, IэплIэкIэ кърахьэкIынт» (КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, усакIуэ, щIэныгъэлI Нало Заур). «Ди лъэпкъ сценэм КIунэ щилэжьыр ди щэнхабзэм и налкъутналмэсщ» (тхакIуэ, журналист, артист Къуэдзокъуэ Хьэсэн).
КIунэ и лэжьэгъухэм зы теплъэгъуэ кIэщIи къагъэлъэгъуащ, абы и лэжьэкIэр уи нэгу къыщIагъэхьэу. Артисткэм хузэхалъхьа гушыIэ усэхэм, тхакIуэ, усакIуэ IутIыж Борис хуитхари хыхьэу, къеджащ, уэрэдхэр жаIащ. КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Мэшыкъуэ Феня хъуэхъуу гъэпса усэ къеджащ, зэлэжьэгъухэм къабгъэдэкIыу.
Республикэм исхэр зэрыгушхуэ, пщIэшхуэ зыхуащI КIунэ утыкум ирагъэблагъэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Битокъу Владимир жиIащ пшыхьым щагъэлъапIэ артисткэ пашэ, цIыху гуапэ ЖьакIэмыхъу КIунэ республикэм нэхъ ину щыблэ «вагъуэхэм» зэращыщыр. Битокъур КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм къеджащ икIи щIыхь зыпылъ къалэн и пщэ къызэрыдэхуам иригушхуэу жиIащ «КъБР-м и цIыхубэ артисткэ» цIэ лъапIэр ЖьакIэмыхъум къызэрыфIащам теухуа хъыбар гуапэр.
- ЖьакIэмыхъу КIунэ адыгэ театрым зэрыщылажьэ зэманыр республикэм и лъэпкъ гъуазджэм и дыщэ лъэхъэнэу къызолъытэ. Ббгъэдэлъ дахагъымкIэ цIыхухэм уадэгуашэу, уи гуфIэгъуэ куэд тлъагъуу Тхьэм ди япэ уригъэт, узыншагъэ быдэ, гъащIэ кIыхь уиIэну сынохъуэхъу, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
Апхуэдэу пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат, Лэскэн, Шэджэм районхэм, Бахъсэн къалэ, Шытхьэлэ къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэу АфIэунэ Аслъэн, Ахъуэхъу Къанщобий, Мамхэгъ Хьэчим, Унэжокъуэ Аслъэн, Налшык и Музыкэ театрым и унафэщI Бэрэгъун Руслан, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и унафэщI Жангуразов Мэжид, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и къудамэм и унафэщI Балъкъэр Тамарэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ Куэтэншы Хьэлимэт, Налшык къалэ, Шэджэм, Шэрэдж, Дзэлыкъуэ район администрацэхэм щэнхабзэмкIэ я управленэхэм я унафэщIхэу Токъуий Мадинэ, Вэрокъуэ Ларисэ, Казиев Рэмэзан, Къалэ Хъызыр, Эстетикэ гъэсэныгъэмкIэ IуэхущIапIэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм, и унафэщI Къуныжь ХьэIишэт, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Атмурзаев Магомед сымэ.
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид КIунэ иритащ Лермонтов Михаил и цIэр зезыхьэ урысейпсо комитетым и медалымрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ ягъэува дамыгъэмрэ.
Къэпсэлъахэм нэхъыщхьэу жаIар къэбгъэлъагъуэмэ, КIунэ республикэм исхэм я нэщ, я псэщ, я набдзэщ, я щапхъэщ, артисткэ Iэзэщ, егъэджакIуэ нэсщ. КIунэ зэрыджэгум, адыгэбзэр зэригъэбзэрабзэм кърит гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ цIыхухэр мазэ зыбжанэкIэ «кърехьэкI», нэхъыщхьэращи, зэрыадыгэм ирогушхуэхэр, я щхьэр лъагэу ярегъэлъагъуж. Къэпсэлъахэр КIунэ ехъуэхъуащ узыншэну, гъащIэ кIыхь иIэну, и щIэблэм я гуфIэгъуэ щымыщIэну, дуней дахэм гу щихуэну, утыкур иджыри илъэс куэдкIэ игъэбжьыфIэну.
- Мысостышхуэхэ къабгъэдэкIыу КIунэ сохъуэхъу узыншагъэ щымыщIэу и лэжьэгъухэм я гъусэу лъэпкъ театрыр иригъэфIэкIуэну. Хэбгъахъуэ фIэкIа хыумыгъэщIу Тхьэм уигъэпсэу! - жиIащ Мысостышхуэ Хьэсэн.
КIунэрэ и дэлъху ЖьакIэмыхъу Борисрэ фIыщIэ хуащIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэм, абы кърихьэлIахэм, и лэжьэгъухэм, и IуэхущIафэр къызэралъытам, зэрагъэлъэпIам папщIэ. Артисткэ зэчиифIэм театреплъхэми псалъэ гуапэ куэд яхужиIащ, къызэхуэсахэм хъуэхъу-усэ къахуеджащ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым, «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие ансамблым, КъБКъУ-м къафэмкIэ и «Амикс» театрым, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Гуазэ Тимур, Кърым Иринэ, КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Мамбэт Мадинэ сымэ. КIунэ и пхъурылъху Айдэмыр, и гъэсэнхэу Настаевэ Марьянэрэ Думэн Азидэрэ усэ къеджащ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и псалъэ гуапэхэр.
Битокъу Владимир КIунэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артисткэ» цIэ лъапIэр къызэрыфIащамкIэ йохъуэхъу.
«Гуащэ ябгэ» спектаклым КIунэ (ижьырабгъумкIэ щысщ) щоджэгу.
КIунэ и лэжьыгъэм дихьэххэр.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "788.txt"
} |
Кэнжэдэсхэр жыжьэ маплъэ
Лъэпкъ Iуэху
Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ди республикэм щыIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщ зыт Кэнжэ щекIуэкIар. Пшыналъэ дахэр къыдэIукIрэ щIалэгъуалэр адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пщIантIэм жылэдэс нэхъыжьхэр, нэгъуэщI щIыналъэ къикIа хьэщIэхэр щрагъэблагъэрт.
Уардэунэм и пэIущIэ пэшым Къаскъул Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэр щыфIэдзат, хьэщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуа гъэлъэгъуэныгъэ ин хъуат ар. ГуфIэгъуэ пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Къанкъул Ислъамрэ Къуэныкъуей Залинэрэ.
Адыгэхэм я махуэр лъэпкъым и щхьэр лъагэу щилъагъуж махуэшхуэу, гугъуехь куэд зышэча, гуныкъуэгъуэ куэд зи нэгу щIэкIа адыгэм мыпхуэдэ махуэ иIэну куэд щIауэ игъуэу къызэрилъытэр къыхэщу къэпсэлъащ Кэнжэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Пщынокъуэ Олег. Къуажэдэс нэхъыжьыфI, Кэнжэм и Ветеранхэм я советым и унафэщI ЖьэкIэмыхъу Борис жиIащ я жылэр зэрыдахэр, мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэрыдэлъыр, зыхэпсэукIын зэраIэр, адэкIэ абы и къэкIуэнур езы цIыхухэм зэрелъытар. Апхуэдэ псалъэ гуапэхэмкIэ жылэдэсхэм зыхуагъэзащ Джэрыджэ Арсен, Къаскъул Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Адыгэр сыт щыгъуи лъэпкъ щIагъуэу, уардэу щытащ, - жиIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Людмилэ. - Ар дэ дызыщытхъужу жытIэ къудейкъым, хамэ лъэпкъ къыхэкIа куэдым къытхужаIащ апхуэдэхэр. Нобэ дэнэ дынэса жыпIэмэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ди блэкIам зридгъэщIэгъуэжу дыкъызэхэнащ. Апхуэдэу емыкIуэкIын щхьэкIэ лъэпкъым ухуэлэжьэн хуейщ. Дауэ? Унагъуэм щIэс нысащIэ цIыкIухэм я деж щегъэжьауэ, сабий гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я пщэ дэлъ къалэныр зыхащIэн хуейщ щIэблэр къызыхэкIар ищIэжу, и анэдэлъхубзэр Iурылъу къэхъун папщIэ. Аращ дэ нэхъыщхьэ дыдэу дызытелэжьапхъэр.
Курыт школхэм сабийр бзэм дихьэхыу щрагъэджапхъэщ. Ауэ унагъуэм ущемыгугъумэ, а дакъикъэ 40-м зыри къикIынукъым. Адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр мащIэщ жыпIэу псалъэмакъ пщIынри къезэгъыркъым, сыту жыпIэмэ, физикэмрэ математикэмрэ иратри нэхъыбэкъым. Адыгэбзэр еджапIэхэм зэрыщаджыр щIэныгъэ къудейуэщ, гъэсэныгъэ тIэкIу и гъусэу. Аращ унагъуэри абы дэIэпыкъун щIыхуейр. Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм проектыщIэ щедгъэжьэнущ. «Анэбзэ» аращ а Iуэху дахэм фIэтщар. Сабий гъэсапIэм дыгурыIуэнурэ, абы щыIэ цIыкIухэри, зи сад кIуэгъуэ мыхъуахэри къекIуалIэу дерсхэр къызэIутхынущ. Адыгэ джэгукIэ, псэлъэкIэ, дуней тетыкIэ и цIыкIугъуэм щегъэжьауэ едгъэщIэну ди мурадщ.
Утыкум щыжаIащ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр адрей лъэпкъхэм къахэзыгъэщ хабзэ, псэукIэ, зэхэтыкIэ зэраIэр, ар зыплъыхьакIуэ куэдым ягъэщIагъуэу зэратхыжар. Кавказым къэкIуа куэд тетхыхьыжащ адыгэ нэмысым, адыгэ напэм, адыгэшым, адыгэлIым, псоми къыхагъэщу гуапэу зи гугъу ящIхэм ящыщщ адыгэ пщащэр. Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэм и мыхьэнэмрэ абы жылагъуэм и пащхьэ щигъэзащIэ къалэнымрэ и гугъу ящIри, махуэшхуэр а пщащэхэм зэхьэзэхуэм щагъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыфIхэмкIэ зэрагъэдэхэнур жаIащ Ислъамрэ Залинэрэ.
Адыгэ пщащэ нэсым и теплъэр, и фащэр, и Iэдэбагъыр, и IэкIуэлъэкIуагъыр, и зэфIэкIыр, Iурылъ адыгэбзэмрэ зыхуэIэзэ Iуэхухэмрэ ягъэлъагъуэу утыку къихьащ ЖьэкIэмыхъу Даринэ, Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, Шокъум Iэминэ, ПIаз ФатIимэ, Борсэ Саидэ, Дыгъужь Сарэ, Гъуэт Миланэ, Молэ Миланэ сымэ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Кумыщ Атмир, Хъуп Марианнэ, Вындыжь Аскэр, Иуаз Азэмэт сымэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "789.txt"
} |
Темыркъан Юрэ илъэс 80 ирокъу Макъамэр зи гъащIэ гъусэ
Зи гугъу фхуэсщIыну лIы щэджащэм папщIэ псалъэ зытIущ стхынщ жысIэу сыщытIысым, си гум къэкIар зыщ - си анэ дыщэу СэIихьэт гущэкъу уэрэдрэ пшыналъэ дахэу сызыщIипIыкIарщ. Ар анэ быдзышэм дэщIыгъуу си гъащIэм къызэрыхыхьарщ. Си адэм жиIэу щытащ: «АдыгэлIым Тхьэм и натIэм къритха насыпым дэщIыгъуу гъущI гуахъуэмрэ шэмэджымрэ и мыIэпэгъумэ, ар адыгэлIу убж хъунукъым». Абы дыщIипIыкIащ, абы дыхуиущийуэ дыкъэхъуащ быниблри. Ауэ Алыхьым иухам уфIэкIынукъым.
Адыгэлъ зыщIэт дэтхэнэ зыри зэрыгушхуэ Темыркъан Юрэ и зэфIэкIым къызэрымыкIуэу сропагэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар фIыуэ сцIыхуу щытащ, цIэрыIуэ хъуну игу къыщымыкIми. А зытет гъуэгушхуэм темыувэ щIыкIэ щIалэ щэхуу, гъэсауэ, гуапэу къызэрыхъуар си нэгу щIэкIащ. Сыт хуэдиз хьэзаб ямышэчами, Блинэ и бынхэм яхилъхьа гурыщIэ къабзэр лъагъуэ дахэ яхуэхъуащ. Иджы Къэбэрдей-Балъкъэрми, Урысейми, нэгъуэщI къэрал куэдми фIыуэ къыщацIыху ди къуэшыр. ИкIи ар нэхъыбэу зи фIыгъэр и анэ Блинэщ, и къуэшхэу Борисщ, Володящ, я шыпхъу закъуэ Женящ. Ахэр абы дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуэхъуащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, а унагъуэм ягури я псэри адыгэ щэнхабзэм пыщIауэ щытт. Я зэфIэкIым и кууагъыр зэхуэмыдэми, ахэр псэ хьэлэлкIэ абы хуэлажьэу къекIуэкIащ. Сэри пцIы супсыну къыщIэкIынкъым, музыкэм сыхуэлэжьэну къаруи гукъыдэжи къызэзытар си анэрщ, си адэрщ, си къуажэжьырщ, Джэрмэншык Iуащхьэжьри абы яхэту, жысIэмэ. АтIэ, фызабэу къэна Блинэ дауэ хузэфIэкIа и бын дэтхэнэми и гур щэнхабзэм и жанр нэхъ гугъу дыдэхэм хипщэн? ИпэжыпIэкIэ анэхэм сыт хуэдиз бэлыхьри я фэм дагъэхуэф, Блини арат.
ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэну къыщIэкIынщ, Бориси Юрэ музыкэ жанр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ зыр IэщIагъэ зэрахуэхъуар. Оркестрым и дирижёр ухъун щхьэкIэ оркестрым игъэIу макъамэр, гущэкъу уэрэд жыхуаIэм хуэдэу, къыбдэгъуэгурыкIуэн хуейщ. ГурыIуэгъуэщ апхуэдэ зэфIэкI Темыркъанхэ я унагъуэм зэрамыIар. Ауэ Алыхьым насып къуитамэ, зыми птрихыфынукъым, жыхуаIэрати, Володи, Бориси, Юрэ Iэмал ягъуэтащ музыкэмрэ сурэт щIынымрэ хуеджэну.
Борисрэ Юрэрэ Налшык дэт музыкэ школыр къауха нэужь, Борис Владикавказ макIуэ, Юрэ Ленинград музыкэмкIэ училищэм щIотIысхьэри йоджэ.
Санкт-ПетербургкIэ иджы дызэджэ къалэшхуэм мыкIуэдыжын вагъуэу къыщыблащ Юрэ и цIэр. Ауэ апхуэдэу хъун и пэкIэ абы гугъу зригъэхьу музыкэм и щэхур къищIэн мурадкIэ, оркестрым игъэIу макъамэхэм куэдрэ едэIуащ, и Iэпкълъэпкъым хэпща хъухукIэ. Ди республикэм къыщыкIуэжми арат. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу нэс къыхуэхъуащ а зэманым филармонием и унафэщIу щыта ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Хьэжбэчыр фIы дыдэу къыгурыIуэрт япэ лъэбакъуэхэр музыкэм хэзыча щIалэм удэIэпыкъумэ, куэд зэрыхузэфIэкIынур. Юрэ щыгъупщакъым нэхъыжьыфIым къыхуищIа гулъытэр. Хэкум къихьэжмэ, Хьэжбэчырхэ я деж япэу дыхьэт ар.
Юрэ япэ лъэбакъуэ зэричар ди симфоническэ оркестрым и гъусэущ. СощIэж ар оркестрым и дирижёру щыслъэгъуар. Ар ещхьт зи дамитIыр шэщIауэ уафэ къащхъуэм ит бгъэ дахэшхуэм. Сехъуэпсат апхуэдэу оркестрым си IэдакъэщIэкI игъэзащIэу слъагъуну. Пэжщ, абы щыгъуэ ар си дежкIэ пщIыхь дахэт. Зэман докI, сэ композитор IэщIагъэм сыхуеджэн мурадкIэ училищэр къызоухри, Саратов гупышхуэ сщIыгъуу докIуэ. ДыздэкIуа консерваторэм Темыркъан Борис щеджэрт. Иужь илъэсти, виолончелым дэгъуэу еуэу къеухри, лэжьэн щIедзэ. Сэри къэзуха иужь республикэм къызогъэзэжри, Борисрэ сэрэ зэдэлэжьэн идогъажьэ.
Юрэ и япэ ехъулIэныгъэу къэплъытэ хъунущ Урысейпсо зэпеуэм япэ увыпIэр къыщыщихьар. Москва радиомкIэ къату зэхызох: «Осетин щIалэ Темыркъан Юрэ япэ увыпIэр зэпеуэм къыщихьащ», - жиIэу. Унэм тIысыпIэ щызгъуэтыжыртэкъым, апхуэдизкIэ сызэгуэпати. ЕтIуанэ хъыбарыщIэ къэтыгъуэм «Адыгэ щIалэ Темыркъан Юрэщ япэ увыпIэр зыубыдар», - щыжиIэм, си гум псэхугъуэ игъуэтыжат. Ещанэ махуэм обкомым и япэ секретарь Мэлбахъуэм и деж къулыкъукIэ къыкIэлъыкIуэ зы унафэщI къыщIыхьащ. Арати, Тимборэ къыщIыхьам жреIэ: «Мыр дэ куэдкIэ дызыщыгугъ композитор Молэ Владимирщ икIи а зырщ нобэкIэ апхуэдэу диIэр». КъыщIыхьам занщIэу жеIэ: «Дауэ зэризакъуэр - Темыркъан Юрэ-щэ?» - жеIэри. Темыркъаныр лауреат зэрыхъуар абыи радиокIэ зэхихати, аргуэру къытригъэзэжри жиIащ: «Молэм и закъуэкъым дэ диIэр, Темыркъан Юрэ диIэщ, ар Урысейпсо зэпеуэм призёр щыхъуащ». ЛIы Iущ, лIы губзыгъэ Тимборэ и нэгъуджэр и натIэм дрихьейри, жиIэгъат: «Си къуэш, призёр хъухэр шыхэрщ, спортсменхэрщ, ар лауреатщ зэрыхъуар». Мыпхуэдэуи пищэжащ: «А щIалэр икIэщIыпIэкIэ мыбы къэшэжауэ пщIэ хуэщIын хуейщ». Арати, зы мазэ нэхъ дэмыкIыу Кировым и цIэр зезыхьэ опернэ театрышхуэм и оркестрым и гъусэу Юрэ Налшык къыдогъэблагъэ, профессорышхуэ, дирижёр цIэрыIуэ Грикуровыр щIыгъуу. Музыкэ театрым щита концертиплIым, зым и щхьэм зыр тесу жыхуаIэм хуэдэу, цIыхухэр къекIуэлIат. Билет къызылъымысахэр щIэсхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт. ГъэщIэгъуэнракъэ, музыкэр фIыуэ зылъагъуи зымылъагъуи хьэщыкъ хъуауэ, едаIуэрт оркестрым и макъамэхэм. Юрэ и Iэзагъэм хэлъ а щэхурауэ къыщIэкIынущ Голландием, Швецием, Инджылызым я Iэтащхьэхэм концерт нэужьым псалъэ дахэ бжыгъэншэхэр къыщIыжраIар. Композиторышхуэхэу Чайковскэм, Прокофьевым, нэгъуэщIхэми я макъамэхэр щигъэIукIэ, абыхэм Юрэ хегъэхьэф езым и «мафIэ». Аращ сыт хуэдэ къэрали щыпсэу цIыхухэм я гум лъагъуэ къыщIыхуигъуэтыфыр, и оркестрым зыщамыгъэнщIауэ къыщIэкIуэжыр.
Сыхуейт Темыркъан Юрэ илъэс куэдкIэ тхуэпсэуну, адыгэм ди пщIэр дуней псом щиIэтрэ ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужу.
Молэ Владимир, композитор.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "79.txt"
} |
Адыгэ мамлюкхэр
Абыхэм ятеухуауэ къыдэкIащ икIи къыдокI тхыгъэшхуэхэр, романхэр, повестхэр. Курыт лIэщIыгъуэм щыIа мамлюкхэм я къэралыгъуэм и лъэщагъым, и ехъулIэныгъэ инхэм тетхыхькIэрэ, КъуэкIыпIэм и щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, къэхутакIуэхэр, тхыдэм елэжьхэр, географхэр мызэ-мытIэу къытеувыIахэщ икIи къытоувыIэ Мысырымрэ (Египет) Сириемрэ мамлюкхэм щаIэщIэлъам экономикэ псэуныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм я лъэныкъуэкIэ абыхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтауэ зэрыщытам.
Хэт-тIэ а мамлюкхэр? Ахэр къэрал жыжьэм дауэ къыщыхутат? Сыту щыта ахэр икIи илъэс 737-рэ лъандэрэ абыхэм я нэIэ щхьэ трагъэт?
Мысырым, апхуэдэу абы и гъунэгъу Сириемрэ Палестинэмрэ я политикэ гъащIэр XI - XIII лIэщIыгъуэхэм икъукIэ гурыIуэгъуейт. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм и япэ илъэсипщIым Мысырым бжьыпэр щаубыдат фатIимидхэм. Абыхэм хъалиф Алий «пэжырытелъхьэмрэ» абы и щхьэгъусэ Мухьэмэд бегъымбарым ипхъу ФатIимэтрэ къызэралъхуам къыхэкIкIэ унафэ зыщI лIэужьу къэгъуэгурыкIуэрт. Я къэрал щыхьэру фатIимидхэм хах Нил Iуфэ 969 гъэм щаухуа Каирыр (хьэрыпыбзэкIэ аль-Къахьирэщ - «удэзыхьэх» къокI), иужькIэ щIэх дыдэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ къалэхэм я нэхъ ин дыдэ хъуар. ЕпщIанэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм фатIимидхэм къазэу Палестинэмрэ Сирием и щIыналъэ Iыхьэшхуэрэ. ФатIимидхэм (910 - 1171) я хъалифэт къохъу.
Курыт лIэщIыгъуэм щыIа муслъымэн лIакъуэ куэдым ещхьу, зауэ хуэIухуэщIэ и лъэныкъуэкIэ фатIимидхэм я щIэгъэкъуэнт езыхэм я щхьэхъумэ гвардиер. Абы хагъэхьэхэр къыхахырт лIыщIэу къащта магърибхэм, тыркухэм, апхуэдэу Суданым щыщ негр гъэр нэхъ щIалэхэу бэзэрхэм къыщащэхуу Мысырым къашахэр, иужькIэ зауэ Iуэхухэм хурагъаджэхэм. ИкIэм-икIэжым фатIимид хъалифыр хуэм-хуэмурэ щхьэхуимыту епха мэхъу гвардием бжьыпэр щызыIыгъхэм.
1171 гъэм мысырыдзэм и унафэщI Сэлэдин (и лъэпкъкIэ хьэмшэрийт) гвардиер щIэгъэкъуэн ещIри, иужьрей фатIимид хъалиф аль-Адидэ тредз икIи езыр сулътIану мэув. ФатIимидхэм я тепщэныгъэр апхуэдэу еух икIи бжьыпэр илъэс 79-кIэ зыIыгъа айюбидхэм я лIакъуэр Мысырым щоув.
Айюбидхэр текIуа иужь фатIимидхэм я щIыналъэм суннизмэм лъэ быдэ щегъуэт. Пэжщ, диным итхьэкъуа фидаIинхэр (губгъуэрысхэр) Сэлэдин тIэунейрэ IэмыкIуэлъэмыкIуэу тоуэ, икIэм-икIэжым сулътIаныр хъумакIуэншэу мыпсэужыф мэхъу, жэщкIэ нэху къыщекIри и щхьэм хуригъэщIа чэщанэрт. Сэлэдин къигъэшын хузэфIокI щхьэзыфIэфI хъуа, зи пIэм имызэгъэж Суданым щыщ негрхэм къыхаха фатIимид гвардиер икIи къэралым и къару нэхъыщхьэ ещI пщIэкIэ яIыгъ хьэмшэрий, тырку зауэлIхэр. Ахэр къигъэсэбэпурэ, зауэ ярещIылIэ Сириемрэ Палестинэмрэ щыIэ франджыхэм.
ЕпщыкIузанэ лIэщIыгъуэм и кIэухым ЩIыкурытых (Средиземнэ) тенджызым и къуэкIыпIэм щыIэ къэралхэм жорзехьэхэр къыщоунэху. Абыхэм Сириемрэ Палестинэмрэ фIаубыда щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщ Къудус (Иерусалим) пащтыхьыгъуэр икIи абы и блыгущIэту къэралыгъуищ - Триполи, Эдессэ графствэхэр, Антиохий пщыгъуэр. А къэралыгъуэхэр феод цIыкIухэу игуэшыжырт, абыхэм я тепщэхэр баронхэмрэ лIыхъусэжьхэмрэт. Жорзехьэхэм я щIыналъэр ищхъэрэкIэ къыщыщIидзэрти, псыгъуэ кIыхьу къаблэмкIэ кIуэрт километр 1200-кIэ.
Жорзехьэхэм Сириер зэрыщыту къазэун яхузэфIэкIакъым: абы и къуэкIыпIэ лъэныкъуэр - Хьэлэб, Хьамэ, Хьэмус, Щам (Дамаск) къалэхэр зингид тырку лIакъуэм, жорзехьэхэм я бийуэ фатIимидхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр мызэ-мытIэу дэзыIыгъым, и IэмыщIэ йохуэ.
Жорзехьэхэм я бийуэ фатIимидхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм Сэлэдин къыпещэ. Щам къеубыд, япэм зингидхэм яIэщIэлъу щыта Сирием и щIыналъэхэр абы гуегъэхьэжри, Сэлэдин «къэзэуат зауэм» щIедзэ. 1187 гъэм Тивериад гуэлым деж абы франджыхэр къыщеухъуреихь икIи Иерусалимым и пащтыхьыр, и дзэр зэригъусэу, гъэр ещI. Жорзехьэхэм къахуэнэжар Триполи графствэмрэ Антиохий пщыгъуэмрэт, хуабжьу къагъэбыдыхьа къалэ-быдапIэ Тирыр щIыгъуу. Ауэ Сэлэдин хузэфIокI Мысырри, Сириери, Месопотамием и зы Iыхьи зэман кIэщIкIэ зэгуигъэхьэну. АрщхьэкIэ езыр дунейм йохыжри, IэщIэлъа щIыналъэхэр зэкIэщIолъэлъыж. Сэлэдин иужь къинахэр зыхэтар франджыхэм мамыру ядэпсэунырт, уеблэмэ пащтыхь Фридрих ЕтIуанэм Иерусалим иратыж.
Айюбидхэм яку къыдэхъуа зэгурымыIуэныгъэхэм лIакъуэр къигъэтIасхъэрт. Жорзехьэхэр тIэунейрэ хущIэкъуащ езы Мысыр дыдэм щитIысыкIыну. Къапщтэмэ, 1219 гъэм абыхэм зэман кIэщIкIэ яIыгъащ Дамиеттэ. Апхуэдэу иужьрей айюбид сулътIан МуIэззэм Туран-шах и зэманым, 1249 гъэм Дамиеттэ деж Людовик ЕпщыкIузанэр зи пашэ франджыдзэр щотIысыкI, арщхьэкIэ 1250 гъэм и пэщIэдзэм Мансурэ деж щекIуэкIа зауэм а дзэр зэтракъутэ, франджы пащтыхьри гъэр ящI.
Туран-шах иужькIэ тепщэныгъэр зыIыгъа Сэлихь Нажмудин и зэманыгъуэм (1240 - 1249) мысырыдзэм нэхъ лъы пщтыр зыщIэту хэтар мамлюкхэрт, къащэхуу зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъэса цIыху щхьэхуимытхэрт. Ахэр нэхъыбэу къахэкIат Псыжь Iуфэ lyca адыгэхэмрэ къыпчакъхэмрэ, хы ФIыцIэм Iулъ губгъуэхэм монголхэм гъэр къыщащIри Италием къикIа сондэджэрхэм иращахэт, аргуэру нэхъ лъапIэжу Мысырым и сулътIаным ищэхужахэт. Гъэр ящIахэр муслъымэн диным ирагъэхьэрти, хьэрыпыцIэ фIащырт, зауэ хуэIухуэщIэхэм хуагъасэрти, пащтыхьым и гвардием хагъэхьэрт.
Зыщыпсэу хэкум щыхэхэсми, зэкIэ къыпщыхъурт ахэр тепщэхэм я щIэгъэкъуэну. Мамлюкхэм я къарур къызэрыгъуэтыжа иужь, езы сулътIан дыдэр IумпIафIэ къащI. Къэралым нэгъуэщI дэIэпыкъуныгъэ щимыIэу, ар мамлюк дзэ унафэщIхэм я бжьым щIохьэ, езыхэр хуеймэ, ар абыхэм трахуфынут е нэгъуэщIкIэ зэрахъуэкIыфынут.
Ар къыщощI иужьрей тепщэу щыта айюбид сулътIан МуIэззэм Туран-шахым. 1250 гъэм и накъыгъэм Мансурэ деж жорзехьэхэр щыхагуа иужь, мамлюкхэм ар яукI икIи абы и пIэм Шэджэрэт ад-Дурр сулътIану ягъэув. АрщхьэкIэ мазищ нэхъ дэмыкIыу а цIыхубзыр традз, бжьыпэр еубыд мамлюкхэм я дзэзешэ Айбек (1250-1257). Абдеж щыщIедзэ бахъритхэм я тырку мамлюк лIакъуэм. Абы игъуэта цIэр къежьэныр къызыхэкIар мамлюкхэм я казармэр япэщIыкIэ Нил хэт хытIыгухэм ящыщ зым - ар-Рэудэм - зэрыщыIарт. «Бахър» псалъэм «тенджыз» жиIэу къокI. «ЩIэныгъэ» тедзапIэм 1971 гъэм къыщыдэкIа «Муслъымэн лIакъуэхэр» тхылъым (зэзыдзэкIар П. А. Грязневичщ) Манчестер дэт университетым и профессор Клиффорд Босуорт щетх: «Мамлюкхэм я унафэ щIыкIэр гъэщIэгъуэнт, абыхэм езыхэм яхэтыжт езы сулътIаным и «уней дыдэхэр». Зи щхьэ хуимытыж мамлюкхэрт лъагэу дэкIуеифынухэр. Мамлюк щхьэхуитхэм, я бынхэри ящIыгъуу, дзэми къэралми къулыкъу нэхъ лъахъшэхэрт щаIыгъыну зыхуитыр».
Бжьыпэр яубыда нэужь, тырку мамлюкхэм хьэмшэрийхэр лъэныкъуэ ирагъэз икIи къэралым и тепщэхэм яхохьэ. Илъэси 130-кIэ зыми я блыгу ахэр щIэтакъым. А зэманым къриубыдэу Iэтащхьэу мамлюк 25-рэ зэблахъуащ, абыхэм яхэтащ адыгэхэри.
Сыт хуэдэ зэфIэкI бахъритхэм ямыIами, ахэр адыгэ мамлюкхэм япэщIэувэфакъым. 1382 гъэм бурджитхэм я тепщэныгъэр ягъэув. К. Босуорт къызэрилъытэмкIэ, а цIэр Каир дэт быдапIэ аль-Бурджым, Къэлэун сулътIаным и гвардиер здэщыIам, къытокI. Иужьрей къэхутэныгъэхэр тегъэщIапIэ тщIыкIэрэ, языныкъуэ Iуэхугъуэхэр дубзыхуну дыхуейт. Пэжу, Бурдж цIэр Къэлэун и цIэм епхащ. «Аль-Бурдж» быдапIэр «Бэдж» адыгэ унэцIэм къытокIыж. Ар зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ хьэрып тхыдэтх Бадрэддин Элайни (1361 - 1451), къулыкъу IэщIэлъу сулътIан зыбжанэм Каир щадэлэжьар. «Чингиз-хъан и IуэхущIафэхэр мазаем и 25-м 1221 - мазаем и 14-м 1222 гъэхэм)» лэжьыгъэм абы щетх: «Абы и тепщэныгъэм зиужьа нэужь, и къуэхэр хэку зэмылIэужьыгъуэхэм игъэкIуащ, яхузэфIэкIыр къаубыдыну, зыпэлъэщыр ягъэкIуэдыну...
Абыхэм лъэгущIэт ящIащ тырку лъэпкъхэр, аланхэр, ассхэр, адыгэхэр, урысхэр, а къэралхэм щыпсэу нэгъуэщIхэри; ахэр къагъэIурыщIащ ятеуэкIэрэ, яхъунщIэкIэрэ, гъэру яубыдкIэрэ, я щIыналъэхэр нэщI ящIкIэрэ. Гъэр хъуа лъэпкъхэр Сириемрэ Мысырымрэ яшащ. Ахэрщ мамлюкхэр къызытехъукIыжари»...
К. Босуорти абы щыхьэт тохъуэ: бахъритхэр нэхъыбэу къызытехъукIар монголхэмрэ хьэмшэрийхэмрэ яхэзэрыхьыжа, къаблэ лъэныкъуэмкIэ урыс губгъуэхэм щыпсэуа къыпчакъхэрамэ, бурджитхэм я нэхъыбэр зыщыщар Кавказым щыпсэу адыгэхэращ. Мамлюкхэм я тепщэныгъэр иухыным нэблэгъэху (XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм), зауэлIхэм я нэхъыбэр адыгэхэм къыхашу щытащ»...
Головин Иван итха «Кавказ цIыхухэр» тхылъым, 1854 гъэм Лондон къыщыдэкIам, итщ: «ХIII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ Бэгъдад и бэзэрхэм щащэрт зэуэкIэм хуэIэзэ адыгэхэм я сабийхэр». Абыхэм ящыщ щIалэ цIыкIу гуэрым зэреджэр Мыхьмуд Бейбэрст. ЯпэщIыкIэ ар Бэгъдад щащэ, иужькIэ Хьэлэб къыщащэхуж Сэлихь Нажмудин и гвардием щхьэкIэ.
Бейбэрс - еплIанэ мамлюк сулътIаным - и къекIуэкIыкIар гъэщIэгъуэнщ, лъэпощхьэпои и куэдщ. ЗэуэкIэм щыхурагъаджэ курсыр къиуха нэужь, ар мамлюкыдзэм хагъэхьэ, псынщIэуи докIуей. Мансурэ деж щекIуэкIа зэхэуэшхуэм акъыл зыхэлъ дзэзешэу зыкъыщегъэлъагъуэ. Жорзехьэхэр зэрызэхакъутэу, Туран-шах сулътIаным и бийхэм я унафэщI щэхуу мэхъу икIи ар зыукIахэм ящыщ зыт. Апхуэдэу къэгъазэ имыIэу абы и гъуэгум трегъэкIуэт Къутызи.
1260 гъэм, муслъымэнхэр монголхэм ятекIуа иужь, абы сулътIан тахътэр еубыд. Мысырымрэ Сириемрэ я унафэщIым цIэщIэ - аз-Захир Рукн ад-Дин Бейбэрс Езанэ аль-Бундукдари - зыфIещыж. И лъэр къэралым щегъэбыдэри, и гъунапкъэхэм хигъахъуэу щIедзэ. ТекIуэныгъэ щIэмычэу къызэрихьым, къихъунщIэхэр щымысхьыжу и дзэм зэрахуигуэшым къыхэкIкIэ, мамлюк хъыжьэхэм деж ар цIэрыIуэ щохъу икIи илъэс пщыкIублкIэ къыхэмыщтыкIыу сулътIан унафэр еIыгъ.
МысырыщIым къит хъерыр къиIэтын мурадкIэ, абы унафэ ещI псы зэрыщIагъэлъадэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыжыну, IущIапIэхэр, кIэнауэхэр яухуэну. Абы и тетыгъуэм Мысырымрэ Сириемрэ я щIыналъэхэр щIэрыщIэу ягуэшыж.
Бэгъдад монголхэм зэраIэрыхьар, хъалифэтым и къуэкIыпIэ щIыпIэхэм дежкIэ нэщхъеягъуэшхуэу щытар, сэбэп мэхъу Мысырым и къэрал щIыб сатум зиужьынымкIэ.
ЕпщыкIущанэ лIэщIыгъуэм и кум къыщыщIэдзауэ Мысырым кIуэцIрыкIт Индием, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Африкэм, ЩIыкурытыхым и Iуфэм Iyc къэралхэм къикI гъуэгу нэхъыщхьэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, Бейбэрс и тетыгъуэм щыгъуэ Каиррэ Александриерэ КъуэкIыпIэр КъухьэпIэм щещахуэ щIыпIэм и кум кIуэцIрыкI къалэ мэхъухэр. СулътIаным сату IуэхухэмкIэ зэгурыIуэныгъэ зыбжанэ ярещIылIэ Генуи, Сицилиеми, Испаниеми.
Мысырым и тхыдэтх цIэрыIуэ аль-Макризи (1364 - 1442) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Бейбэрс къыщалъхуар къыпчакъ губгъуэхэрт, абы и нэхэр щхъуантIэт, езыр къамылыфэт, макъ лъэщ иIэт, гуащIэт. Инджылыз къэхутакIуэ Уильям Моер зэритхымкIэ, а сулътIаныр тыркут. «Аль-Мазарэт аль-исламие уэл асар ал-Арабие» («Хьэрып муслъымэн мавзолейхэмрэ кхъэлэгъунэхэмрэ», 4-нэ том, 406-нэ нап.) тхылъым дэ къыщыдогъуэт Бейбэрс сулътIаныр къызыхэкIар адыгэу. «Аз-Захир Бейбэрс сулътIаным и гъащIэм и къекIуэкIыкIар» лъэпкъ романым («Художественнэ литературэ» тхылъ тедзапIэм 1975 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ) дыкъыщоджэ: «ИтIанэ сулътIаным унафэ ищIащ и блыгущIэт Шахин улемхэм кърата чэнджэщыр игъэзэщIэн хуейуэ. Шахин и пщылIхэм ящыщ зы гъэрхэр зыщэм я нэхъыжьым деж игъэкIуащ. ЗэкIуэлIэнум и пащхьэ къиувэри, ежьам жиIащ: «СулътIаным щхьэхъумэ нэс къыхуэхъуну мамлюк къищэхунут. Ар хуейщ гъэр 75-рэ - абы щыщу 25-р адыгэу, 25-р абхъазу, 25-р куржыуэ».
СулътIаным къыхуагъуэт мамлюкхэр. Абыхэм яхэтт адыгэ щIалэ Бейбэрс, нэгъуэщIу жыпIэмэ «бий пэрыс» - бийм япэ лъэщIыхьэ. Абы теухуа хьэрып лъэпкъ романыр илъэсищэ зыбжанэкIэ зэхалъхьащ. А тхыгъэм и цIэр япэ дыдэу къызыхэщар Мысырым и тхыдэтх Ибн Ийас (1448 - 1524) и лэжьыгъэрщ.
(ПэщIэдзэр 3-нэ нап.)
Европэм щыщ кIэлъыплъакIуэ, Мысырым и медицинэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI франджы Клот-бей 1840 гъэм томитI хъууэ къыдигъэкIат а къэралым щыгъуазэ узыщI тхылъ икIи абы къыщегъэлъагъуэ Бейбэрс теухуа романыр зэрыцIэрыIуэр.
Абы лъабжьэ хуэхъуащ адыгэ сулътIан Iущым и къуэдзэу щыта Мухьэдин ибн Абд аз-Захир (1223-1293) итхахэр, тхыдэтххэу аль-Макризирэ Ибн ТIэхьри-Бырдирэ (1409 - 1470), нэгъуэщIхэм я лэжьыгъэхэр. Иджырей хьэрып тхакIуэ Тахьэ Хъусейн и сабиигъуэри къуажэм щигъэкIуащ, «Махуэхэр» зыфIища и гукъэкIыжхэм Бейбэрс теухуа романыр къуажэдэсхэм фIы дыдэу зэралъагъум, абы щIэх-щIэхыурэ къахуеджэу зэрыщытам и гугъу щещI.
Дунейпсо Ленин саугъэтым и лауреат инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ Олдридж Джеймс и «Каир» тхылъым зэрыщитхымкIэ, Бейбэрс и пщIантIэр, таурыхъхэм зэрыщыжаIам хуэдэу, гъэщIэгъуэнт, къулейт, и дэтхэнэ зы блэгущIэтми IэнатIэ гъэщIэрэщIа иIэт, къапщтэмэ, мыпхуэдэхэу: Шыхэм я тет, Хьэкъущыкъузехьэ, Шхыным и IэфIагъыр зэхэзыгъэкI, Жэщ вакъэхэр зыхъумэ, нэгъуэщIхэри. Ахэри мамлюкхэт, пщы хьэкъ къахьырт, быдапIэм щрагъэкIуэкI зэIущIэхэми хэтт.
Дэтхэнэ зы эмирми езым фIэфIыпсу Бейбэрс и тахътэр иубыдынут. АрщхьэкIэ аль-Макризи «псори зылъагъу» аз-Захир и гъащIэ къекIуэкIыкIам зэрыщитхыжымкIэ, сулътIаныр Iэмал хуекIуэрти щIыпIэ куэдым къыщыхутэрт. Зыми ищIэртэкъым дэтхэнэ дакъикъэм ар дэнэ деж щытынуми, абы щигъауэрт зыукIыну къещэхэр. Бейбэрс тутыни шагъыри Каир зыри щригъафэртэкъым, къалэр «игъэкъэбзэн» щхьэкIэ, ефапIэ псори зэхуищIыжат, жорзехьэхэм къыздрашэкIыу щыта, Европэм къраша цIыхубз къэхьпэхэри хэкум ирихужат. И быдапIэм и гъунэгъуу абы Пэжым и телъхьэ чэщанэ щеухуэ, тхьэмахуэмрэ мэремымрэ зэIущIэхэр щригъэкIуэкIын папщIэ, лIыкIуэхэр къригъэблагъэрт. 1264 гъэм Бейбэрс унафэ къыдегъэкI цIыхубзхэм щхьэтепхъуэ, цIыхухъу щыгъын зэрахьэну хуимыту. А илъэсым Каир гъаблэ къыщохъу икIи сулътIаным уэркъ псоми къалэн ящещI езыхэм я хьэкъкIэ щыхьэрым щыпсэу къулейсыз унагъуэ пыухыкIахэр ягъэшхэну.
Мамлюкхэм ятеухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэр дэ къыщыдогъуэтыж Мысырым щыщ тхыдэтх икIи бзэ щIэныгъэхэм елэжьа Амин аль-Хьэули деж. Абы и тхылъ «Нилрэ Индылрэ я зэпыщIэныгъэхэм» (КъуэкIыпIэ литературэм и тхылъ тедзапIэ, Мэзкуу, 1962) дыкъыщоджэ: «Мысыр сулътIанхэм мамлюк минхэр яIащ», икIи абыхэм я бжыгъэм зэпымычу хэхъуэрт, сыту жыпIэмэ, «мамлюк зылъэкIхэм я Iыхьлыхэмрэ я гъунэгъухэмрэ зрашалIэрт, зэрахузэфIэкIкIэ къулыкъушхуэ къаубыдынымкIэ абыхэм ядэIэпыкъурт».
Мамлюкхэм хьэрыпхэм ирагъэцIыхуащ къымызыр - шышэм къыхэщIыкIа фадэр. Аз-Захир Бейбэрс уеблэмэ къымыз щраф Iэнэхэр къызэригъэпэщырт.
Мамлюкхэм ядоплъейри, Мысырым щыпсэу цIыхубэм я нэхъыбэм адыгэ пыIэ щхьэратIагъэу щIадзэ. Нобэ Нил Iуфэ щыпсэухэм щIыхь зыпылъу къалъытэ Кавказ лIыхъужьхэм зегъэпщэныр.
Бейбэрс зэрымыщIэкIэ хэкIуэдащ. Езым и ныкъуэкъуэгъу Къахьер иригъафэу IуипIэн мурадкIэ щхъухь зыхэлъ фадэбжьэ игъэхьэзырат. АрщхьэкIэ Къахьер Iэмал хуокIуэри, бжьэр зэрехъуэкI. Бейбэрс а щхъухьыр ирифа иужь махуэ щэщIщ зэрыпсэужар. Абы щыгъуэ ар илъэс 50-м зэрыщхьэдэха щыIэтэкъым.
Монголхэм щезэуа лIэщIыгъуэм муслъымэнхэм я зыгъэпщкIупIэ нэхъыщхьэу щытар Каирщ. КъэхутакIуэ Димышкъи 1300 гъэм итхыгъат: «зэи мыкIуэдыжыну» къалэм щыпсэухэр абы щыгъуэ зы мелуаным нэст, сыту жыпIэмэ, муслъымэн къэралхэм щыпсэухэр монголхэм яIэрымыхьэн папщIэ мыбы щызэхуэсырт.
Адыгэ мамлюк сулътIанхэм ягъэпажэрт щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлIхэр, егъэджакIуэхэр. Илъэс 200-кIэ ахэр сэбэпышхуэ хуэхъуащ щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм Каир и щэнхабзэ гъащIэм зрагъэIэтынымкIэ. Къалэм мамлюкхэм щаухуащ мэжджыти 150-рэ, еджапIэхэр, мавзолейхэр. А псори архитектурэ гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщт. Олдридж Джеймс и «Каирым» щетх: «А лъэхъэнэм унэщIэ хьэлэмэт куэд яухуащ, адыгэ мамлюкхэм я IэдакъэщIэкIыу Каир къыщагъэнащ архитектурэ фэеплъу плIыщI».
Бахърит сулътIан Къэлэуни (къызыхэкIар адыгэщ), нэхъ иужьыIуэкIэ абы и къуэ Ан-Насири Каир ухуэныгъэ хьэлэмэтыщэхэр щрегъэкIуэкI. 1284 - 1285 гъэхэм МуIIиз уэрамым Къэлэун щрегъэухуэ къалэм и псэуалъэ дахэ зэхэт. Ар Iыхьищу игуэшырт: мавзолейр, сымаджэщыр, еджапIэр. Мавзолейри еджапIэри нобэр къыздэсым я дахагъэр яфIэмыкIуэдауэ щытщ, ауэ сымаджэщым щыщу къэнар абы и блынхэрщ. Ар 1284 гъэм къыщыщIэдзауэ 1850 пщIондэ лэжьащ, сымаджэхэм щеIэзэн папщIэ абы Iэмал псори щыщыIэт.
Къэлэун езым ухуакIуэхэр кърихулIэрт. Танжер щыщ къэхутакIуэ Ибн БатIутIэ, 1326 гъэм сымаджэщыр зылъэгъуам, зэритхымкIэ, «абы и дахагъэр къызэрыбгъэлъэгъуэн псалъэ къэгъуэтыгъуейт».
Къэлэунрэ абы и къуэ, монгол принцессэ Аслъун Хьэтун къилъхуа ан-Насир ад-дин Мухьэмэдрэ Мысырыр илъэс 52-кIэ яIыгъащ. Каир и тхыдэм пхуэмыIуэтэн хуэдизу къулеягъ щигъуэта, абы щIэныгъэмрэ гъуазджэмрэ лъагэу зыщиIэта лъэхъэнэм щыIа унафэщI IэкIуэлъакIуэхэм я сатырым ан-Насир хоувэ. Ар адрейхэм къащхьэщыкIырт фIэщхъуныгъэ ин хэлъу, зыхуейр пхигъэкIыфу, зыми емыпха унафэщIу зэрыщытамкIэ, уеблэмэ езым къехьэкъехуэ мамлюкхэм сулътIаныр щыту я макъ зрагъэIэтыфыртэкъым. Ибн-БатIутIи игъэщIагъуэрт ан-Насир и цIыхуфIагъыр, и напэ къабзагъэр, апхуэдэу абы и гугъу ищIыжырт сулътIаным пщIэкIэ лIыукIхэр къищтэурэ и ныкъуэкъуэгъухэм зэребэнар.
Феодализмэм хабзэ хуэхъуа и зэныкъуэкъуныгъэхэр хыумыбжэмэ, мамлюк дзэзешэхэм фIэщхъуныгъэ яхэлъу Мысырым я лъэр щагъэбыдэрт. Ар къызыхэкIым и щхьэусыгъуэр мырат: ахэр Нил Iуфэ къэкIуатэкъым хамэщI къаубыдын мурадкIэ дзэ къашэу, хьэмэ абы ис лъэпкъхэр Кавказ жыжьэм щыпсэу адыгэхэм я фейдэ папщIэ яхъунщIэну. Ахэр къэкIуатэкъым мыбы Камбиз зи пашэ къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм, Македонский Александр зи Iэтащхьэ алыджхэм, Сэлим Шынагъуэр зи дзэзешэ тыркухэм, хьэмэ Наполеон зи унафэщI франджыхэм ещхьу... Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ ахэр Мысырым къыщыхутакъым. Кавказым пызыщIэ псори абыхэм трахат.
Мамлюкхэм я уэркъ псэукIэр сэбэп хъурт къэралыр зэгуэгъэхьэнымкIэ. Апхуэдэу сату гъуэгухэр, псом хуэмыдэу ЩIыкIурытыхыр, монголхэми жорзехьэхэми зауэ драгъэкIуэкI пэтми, адыгэ сулътIанхэм я зэманым нэхъ шынагъуэншэт. Зэманым кIуэцIрыплъыфа ан-Насир езым и фейдэ зыхэлъ зэгурыIуэныгъэхэр нэгъуэщI къэралхэм ярищIылIэрт. Апхуэдэт, псалъэм папщIэ, Дыщэ Ордам, къуэкIыпIэмкIэ щыIэ монголхэм я бийм, ириухылIар. Ар дыдэмкIэ абы и гъунапкъэхэр егъэбыдэ. КъимыдэкIэ, ан-Насир Константинополь мамырыгъэ щытыкIэ диIыгът. Апхуэдэ щытыкIэкIэ Мысырыр, экономикэ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и курых къэралхэм ящыщу нэхъ зызыужьар, къухьэпIэм е къуэкIыпIэм къикIа къэзэуакIуэхэм я къебгъэрыкIуэныгъэхэм пэлъэщырт. Хабзэ ткIий зыхэлъ, сыт и лъэныкъуэкIи зи IуэхущIафэхэр даIыгъ мамлюкхэм я дзэ лъэщым хузэфIэкIащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр, щэнхабзэр, зыужьыныгъэр ихъумэжыну.
Мыбдеж гу лъытапхъэт мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэм. XIII - XV лIэщIыгъуэхэм щыIа европей тхыдэтххэр мамлюкхэм я зэманыгъуэм мыIупщI дыдэу тепсэлъыхьырт. Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: мамлюк сулътIанхэм мызэ-мытIэу жорзехьэхэм удын ирадзащ. Мысырымрэ Сириемрэ ахэр щытепща илъэсхэм ЩIыкурытыхым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэхэм нэхъапэм къыщаубыдауэ щыта щIыналъэ куэди абыхэм яIэщIэкIыжат. Абы гъэщIэгъуэн хэлъкъым, курыт лIэщIыгъуэм псэуа Европэм щыщ тхыдэтххэм, зыплъыхьакIуэхэм Нил Iуфэ къэрал зэгуэт щыухуэнымкIэ мамлюкхэм я фIыщIэр зэхъуэкIауэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ.
Ан-Насир и ужькIэ абы и къуибгъум Мысырыр зэрахьащ. Ауэ абыхэм ящыщ дэтхэнэри куэдрэ тетакъым. Бахърит мамлюкхэм я тепщэныгъэр и кIэм нэблэгъат.
1382 гъэм сулътIан ящIащ аз-Захир Сейфеддин Беркъукъуэ. Абдеж щыщIедзэ адыгэ мамлюкхэм я лIакъуэм. Абыхэм бжьыпэр илъэси 135-кIэ яIыгъащ. Мамлюкхэм я къарумрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ адыгэхэм я деж псом хуэмыдэу нэхъри IупщI щохъу. Муслъымэн дунейм абыхэм къыщахь пщIэшхуэ, монгол мажусийхэмрэ чыристан жорзехьэхэмрэ я зэхэкъутакIуэ щIыхьыр. Адыгэхэм я IэмыщIэ илът къухьэпIэмкIэ Киренаики нэс, къаблэмкIэ Нубиерэ Массавэрэ, бещтокIэ Тавр бгыхэм нэс. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ мамлюк пащтыхьыгъуэм нэхъ империе абрагъуи, нэхъ лъэщи а лъэхъэнэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIакъым. Абыхэм яхъумэрт Аравием и щихъ-къалэхэр. ЕпщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм адыгэ мамлюкхэм я бий нэхъыщхьэр уэсмэн сулътIанхэрат. Я къэрал кIэрыдзэну абыхэм къухьэпIэм щаIыгът Дийарбакррэ Зулгадыр-огуллары тыркумэн пщыгъуэмрэ.
К. Босуорт зэритхымкIэ, адыгэ мамлюкхэр Мысырымрэ Сириемрэ я тепщэу щыщытам абыхэм я экономикэ псэукIэм лъагэу зиIэтат, щэнхабзэм, гъуазджэм заузэщIат, псом хуэмыдэу архитектурэм, кхъуэщын гъэжьэным, гъущIым елэжьыным заужьат. Абыхэм я зэманым къыщыщIедзэ дамыгъэм и къежьапIэм. ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и къыщIэдзапIэрщ адыгэхэм ныкъуэкъуэгъу щагъуэтар. Ахэр португалхэт, Васкэ да Гамэ и фIыщIэкIэ, Африкэм и хъуреягъкIэ гъуэгу щыпхызышу мамлюкхэм я щIыналъэм кIуэцIрыкI КъухьэпIэ Гъунэгъум кIуэрыкIуэм тету щрагъэкIуэкI сатур къэзыгъэмэщIахэр.
Бахъритхэмрэ бурджитхэмрэ я лIэщIыгъуэм Мысырым щыпсэухэт а зэманым и тхыдэтх ин дыдэу тIу - аль-Макризирэ ибн-Хъалдунрэ. Ибн-Хъалдун Беркъукъуэ щытепщэм щыгъуэ хеящIэт. Абы итха «Пролегоменэ» лэжьыгъэ цIэрыIуэм цIыху псэуныгъэм теухуауэ къыщиIэта Iуэхугъуэ куэдым нобэр къыздэсым я мыхьэнэр кIуэдакъым. «Ибн-Хъалдун и тхылъыр, - етх Олдридж Джеймс, - Макиавелли и лэжьыгъэхэм, илъэсищэ дэкIа иужь дунейм къытехьа пэтми, я щхьэкIэ мэув. Ибн-Хъалдун Маркс ипэ илъэсищэ бжыгъэкIэ гу лъитат зэрылажьэ Iэмэпсымэхэмрэ IуэхущIапIэ мылъкумрэ тхыдэ зыужьыныгъэм зэрепхам». Беркъукъуэ и тепщэгъуэм ар щыхьэт зытехъуэр умыгъэщIэгъуэну пхузэфIэкIыркъым: «Къэрал унафэм и хэкIыпIэ нэхъыфI дыдэр фIагъырщ.
ЦIыхубэр дэзыхьэх сулътIаныр - дэтхэнэ хьэпшыпми и уасэр фIыуэ зыщIэмрэ къэралым губзыгъэу унафэ щызыщIхэмрэщ».
Беркъукъуэ бжьыпэр щиубыдам, адыгэ мамлюкхэм я бжыгъэр минитIым нэблагъэрт. Абы и тепщэгъуэм и кIэхэм (1399 гъэм) а бжыгъэр, тхыдэтх Ал-Бэдр ал-Айни къызэригъэлъагъуэмкIэ, зауэлI минитхум щIигъуат. В. Тизенгаузен и «Дыщэ Ордам и тхыдэм щыщ» тхылъым (Бытырбыху, 1884, езанэ том) дыкъыщоджэ: 1394 гъэм гъатхэпэм и 23-м Беркъукъуэ сулътIаныр Щам къэкIуащ, икIи абы къыпчакъ хъан Тохъутэмыщ и хъыбарзехьэр къригъэблагъэри езыхэм я зэхуэдэ бийуэ къалъытэ Тамерлан зэгъусэу ебэныну елъэIуат. Абдежым адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэм Самаркандым и эмир шынагъуэм тхыгъэ хуегъэхь, Мысырымрэ Сириемрэ къагуэтхэм я Iуэху химылъхьэну. Тамерлан бжьыбжьу Беркъукъуэ жэуап къретыж: «Дэ дыбжыгъэншэщ. Дэ датокIуэ зыри зыпэмылъэщхэм. Дэ къытпэщIэмыувэр псэууэ къонэ. Дэ и Iэр къытхуэзыIэтыр иужькIэ щIогъуэж»...
Ауэ абы Беркъукъуэ игъэшынакъым. Абы и дзэр Самаркандым и тепщэхэм я бийуэ еунэтI. АрщхьэкIэ Тамерлан, «адыгэ мамлюкхэр щымышхэм щригъэтIэхъун» гурылъыр зэрехъуэкIри, Тохъутэмыщ хъаным и дежкIэ зегъазэ. Тхыдэтх ибн-Хьэджарэ Эласкалани мыпхуэдэу етх: 1395 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къыпчакъхэр зэрыщыту зэхакъутауэ щытащ. Мысырым и сулътIаныр хунэсакъым абыхэм ядэIэпыкъуну.
Захир Сейфеддин Беркъукъуэрэ абы и къуэ Фэрэджрэ ирагъэкIуэкIа IуэхугъуэфIхэм ятеухуауэ дэ дыкъыщоджэ епщыкIубланэ лIэщIыгъуэм псэуа тырку къэкIухьакIуэ Эвлие Челеби къыдигъэкIа «ЗекIуэлIым и тхылъым» («ЩIэныгъэ» тедзапIэ, Мэзкуу, 1983): «Тамерлан и дзэ фIыцIэр Иылдырым Бэезид-хъан, Къарэ-Исуф сымэ щебгъэрыкIуам Ахьмэд Джелаир сулътIаныр (Бэгъдад и унафэщIыр - Хь. М.) кхъухьым итIысхьэу Анталье къикIыу Мысырым щыкIуэжам Беркъукъуэ сулътIаным деж гъэпщкIупIэ къыщигъуэтат».
КъыкIэлъыкIуэнущ.
Бейбэрс Зэхьир сулътIаныр
Инал сулътIаныр
Наполеон адыгэ мамлюкхэм я тхьэмадэхэр и деж къригъэблэгъащ. 1800 гъэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "790.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Къэрал Думэр гъэIэпхъуэным
теухуа унафэ
Путин Владимир Iэ тридзащ Къэрал Думэм и унэр зэрагъэпэщыжын папщIэ абы щIэсхэр Союзхэм я Унэм гъэIэпхъуэным теухуа унафэм. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ягъэIэпхъуэнур Думэм щылажьэхэрщ, абы щIэт унэлъащIэхэмрэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэмрэщ. Союзхэм я унэр къыщIыхахам и щхьэусыгъуэр ар къэралым и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм зэрыпэгъунэгъурщ.
Зэхуэсхэр щрагъэкIуэкI пэшым жьы тэмэму зэрыщызэпримыхум, абы нэмыщI уэшхышхуэ къешха нэужь унащхьэм псы къызэрыпхыкIым игъэтхьэусыхэрт депутатхэр икIи а ныкъусаныгъэхэр гъэзэкIуэжын зэрыхуейм илъэс зыбжанэ хъуауэ и гугъу ящIырт. Лэжьыгъэхэм щIадзэн хуеящ мы гъэмахуэм – депутатхэм зыщагъэпсэху зэманым трагъахуэу, арщхьэкIэ абыхэм яужь ихьэ хъуакъым. Щхьэусыгъуэр Думэм зэIущIэхэр щригъэкIуэкI пэшым и лъабжьэм хуэзэу унэ лъабжьэм щIыпIэ нэщIхэр иIэу накъыгъэ кIуам къызэрахутарщ. Иджы IэщIагъэлIхэм къапщытэ унэм ущылажьэ хъунрэ мыхъунрэ. Иджыри апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр къагъуэтмэ, унэр кхъахэ хъуауэ къалъытэнкIэ хъунущ.
«Экспертизэм унэ лъабжьэр гъэбыдэн хуейуэ икIи абы ехьэлIа лэжьыгъэхэр икIэщIыпIэкIэ егъэкIуэкIыпхъэу къигъэлъагъуэмэ, зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI пэшышхуэр зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэри иджыри пIалъэ гуэркIэ ягъэIэпхъуэн хуей хъунущ», - жиIащ УФ-м и Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеслав.
Союзхэм я Унэм Думэр пIалъэкIэ щIэсыным мылъкушхуэ зэрытекIуэдэнури къалъытэ. 2020 - 2021 гъэхэм бэджэндыпщIэу мазэ къэс сом мелуан 32-рэ ятын хуей хъунущ. Абы япэ илъэсым сом мелуан 389-м, 2021 гъэм - мелуан 388-м нэблагъэ текIуэдэнущ.
Iэпхъуэным, дауи, гугъуехь куэд пыщIащ - зэ уIэпхъуэныр мафIэситI къэхъуным ауэ сытми хуагъадэркъым. Абы къыхэкIыу депутатхэр зэкIэ щIэсщ иджыри къэс щылэжьа унэм. Дауэ мыхъуми, Путиным Iэ зыщIидза унафэр махуэ гъунэгъухэм гъэзэщIэным щIадзэнущ икIи Къэрал Думэр и унэм къыщIэIэпхъукIа зэрыхъунум ехьэлIа Iуэхухэм топсэлъыхь. Думэм и Аппаратыр унэм къыщIэнэу адрейхэр гъэIэпхъуэным нэхъ трагъащIэ IэщIагъэлIхэм, сыту жыпIэмэ, цIыху куэд зэуэ абы щызэхуэсыныр шынагъуэншэкъым.
Я дзэхэр Сирием кърашыжыну
хэIущIыIу ящI щхьэкIэ…
США-м и президент Трамп Дональд жиIащ я къэралыр «кIэ зимыIэ зауэхэм» къыхэкIыжын хуейуэ. Апхуэдэу абы мы зэманым къилъытэр Сирием щекIуэкI зауэрщ.
«Зэраубзыхуауэ щытамкIэ, США-р Сирием махуэ 30-кIэщ зэрыщыIэн хуеяр. Ауэ дэ абы дыкъинащ, апхуэдэуи, Iуэхур кIуэ пэтми нэхъ куу хъууэрэ, зыри къызэрымыкI зауэм дыхэпщIащ. Ауэ иджы и чэзу хъуащ дэ кIэ зимыIэ зауэ мыхьэнэншэхэм дыкъыхэкIыжыну икIи ди сэлэтхэр я унэхэм къэкIуэжыну хуит тщIыну», - жиIащ Трамп.
Абы къызэрыхигъэщамкIэ, иджы Тыркум, Европэм, Сирием, Ираным, Иракым, Урысейм, курдхэм я Iуэхущ «щытыкIэр зэтеухуэжыныр».
Америкэм и дзэхэр Сирием иришыжыну зэримурадыр мызэ-мытIэу хэIущIыIу ищIауэ щытащ нэхъ пасэуи. Псалъэм папщIэ, илъэс кIуам и дыгъэгъазэм Трамп жиIат США-м и дзэхэм я къалэнхэр Сирием щагъэзэщIауэ икIи ахэр а къэралым кърашыжын зэрыщIадзэнур. Апхуэдэуи Пентагон абы щыгъуэ къызыпхигъэIукIат, я дзэхэр а къэралым кърашыжмэ, «Ислъам къэралыгъуэ» зэгухьэныгъэм и щхьэр аргуэру къиIэтыжыным зэрытегузэвыхьыр. «Апхуэдэу къэхъумэ, США-р хьэзырщ «Ислъам къэралыгъуэр» аргуэру зэтракъутэну», - жиIат США-м и президентым.
Абыхэм жаIэхэм уедаIуэмэ, Сирием щытыкIэр зэтес щыщIыжыным хэтар США-м и дзэхэм я закъуэу фIэкIа пщIэнкъым. Я щхьэ темылъ зэрытралъхьэри, къамылэжьа фIыщIэм зэрырилIыфIри Iуэхутэкъым, щIыналъэм щытыкIэр щызэIыгъэхьэным ахэр яужь имыттэмэ. Тыркум и Президент Эрдоган Тайип жиIащ США-м и дзэхэр Сирием и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм зэригъэIэпхъуэр. Анкара абдежым шынагъуэншагъэм и щIыпIэ щищIыну зэримурадым пэщIэуэу американхэм яча лъэбакъуэу шэч ящI ар тырку политикхэм.
Нобэ
♦Пощтым и дунейпсо махуэщ. 1874 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м дунейпсо пощт зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦Урысейм и МЧС-м къегъэщIылIауэ къызэрагъэпэщащ мафIэсым зыщыхъумэным елэжь IэнатIэ щхьэхуэ
♦1943 гъэм Тамань хытIыгуныкъуэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1975 гъэм Сахаров Андрей Нобель саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
♦1989 гъэм СССР-м къыщащтащ лэжьакIуэ гупхэм я улахуэкIэ е нэгъуэщI щIэмыарэзы гуэрхэр къагъэлъагъуэу я IэнатIэхэм пIалъэкIэ къыпэрыкIыну зэрыхуитым теухуа унафэ.
♦2002 гъэм щIадзащ 10-нэ Урысейпсо къыхэтхыкIыныгъэм.
♦2004 гъэм Афганистаным а къэралым щыяпэу президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ. А къулыкъур хуагъэфэщауэ щытащ Карзай Хьэмид.
♦2009 гъэм США-м и президент Обамэ Барак Нобель и саугъэтыр хуагъэфэщащ.
♦1909 гъэм къалъхуащ убых тхакIуэ, журналист Щхьэплъы Зубейдэ.
♦1926 гъэм къалъхуащ театрымрэ киномрэ я актёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Евстигнеев Евгений.
♦1940 гъэм къалъхуащ Инджылызым щыщ рок-музыкант, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ, композитор цIэрыIуэ, «The Beatles» гупым и къызэгъэпэщакIуэ Леннон Джон.
♦1955 гъэм къалъхуащ ухуакIуэ, хьэрычэтыщIэ, «ААА» фирмэм и унафэщI Къуршэ Валерэ.
♦1959 гъэм къалъхуащ Урысей къэрал къулыкъущIэу, политикыу, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта Немцов Борис.
♦1966 гъэм къалъхуащ Инджылызым и премьер-министру щыта Кэмерон Дэвид.
♦1977 гъэм къалъхуащ урысей актёр Бероев Егор.
♦1966 гъэм къалъхуащ актрисэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и журналист Мысостышхуэ Маринэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 12 - 13, жэщым градуси 9 - щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЛIым я нэхъ мыгъуэм Iуэхугъуибгъу зэпеч.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "791.txt"
} |
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр ягъэлъапIэ
КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэ ЕгъэджакIуэм и махуэм ирихьэлIэу «Гум и щIалэгъуэ» фIэщыгъэр зиIа пшыхь Налшык къалэ щрагъэкIуэкIащ. Ар щызэхэтащ Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм.
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ зи дуней, ар зи гъащIэ Iыхьэу щыт егъэджакIуэхэм гулъытэ хэха яхуэщIыныр хабзэ хуэхъуащ Адыгэбзэ Хасэм. ЦIыху щитхум нэс щызэхуэса зэIущIэм хэтащ ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министерствэм и лэжьакIуэ Мыз Маринэ, щIыналъэхэм щыIэ щIэныгъэ управленэхэм я лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, республикэм щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр къыдэкIуэтей щIэблэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным и мызакъуэу, ахэр хэкупсэ нэсу гъэсэныр зи пщэрылъ, лъэпкъым и къэкIуэнур зэлъыта цIыхухэщ.
ЗэIущIэм и пэщIэдзэм деж къэпсэлъа Мыз Маринэ ехъуэхъуащ пшыхьыр зыхуэгъэпсахэм: - Фызыпэрыт IэнатIэр махуэ къэс вгъэзащIэ къалэн мыхъуу, фи гум, фи псэм щыщ Iыхьэ цIыкIу зыхэфлъхьэ лэжьыгъэу зэрыщытыр нэрылъагъу ящI зыIэрывгъэхьэ ехъулIэныгъэхэм, фи Iуэху зехьэкIэ екIум. Фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжыр, щIэблэр гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм фи къару фемыблэжу хуэфщI хэлъхьэныгъэр республикэм и унафэщIхэм гулъытэншэ ящIыркъым. Зи цIэр фIыкIэ Iун щIэблэ гъэса куэд къыфщIэхъуэу, ехъулIэныгъэхэр фиIэу илъэс куэдкIэ узыншэу фылэжьэну сынывохъуэхъу!
Дызэрыщыгъуазэщи, Адыгэбзэ Хасэм зэпеуэ ирегъэкIуэкI анэдэлъхубзэр езыгъэджхэр, абыхэм я гъэсэнхэр хэту. Абы къыхэжаныкIхэр илъэс етIуанэ хъуауэ хамэ къэрал зыгъэпсэхуакIуэ ягъакIуэ. Мы гъэм апхуэдэ «зекIуэ» щыIахэри кърихьэлIат пшыхьым. Абы къыщыпсэлъащ гупым хэта егъэджакIуэхэу Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Багъ Светланэ, Урыху дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Мэрзей Зое, Анзорей дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ КъарэцIыкIу Анжелэ сымэ. Абыхэм пэшым щIэсхэм жраIэжащ гъуэгу зэрытехьа, зэрытета щIыкIэхэр, гъэщIэгъуэну, гукъинэжу зекIуэм халъэгъуахэр, апхуэдэу ирашэжьа сабийхэм я дуней еплъыкIэм, адыгагъэм хуаIэ щытыкIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэм.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр щыз хъунтэкъым, егъэджакIуэхэм гукъыдэж езыт концерт абы хэмытамэ. Гъэ къэси хуэдэу, хуабжьу хуэнэжэгужэу махуэшхуэр къыддагъэлъэпIащ ди республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Мэремкъул Ибрэхьим, Теркъул Астемыр, ГъукIэ Ислъам, Дэгу Каринэ, «Бзэрабзэ» гупым, пшынауэ Жыгун Эдуард, «Шагъдий» къэфакIуэ гупым.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и гуращэхэр къехъулIауэ жыпIэ хъунущ: пшыхьыр нэгузыужьу сыхьэтищым нэскIэ зэхэтащ.
ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "792.txt"
} |
Хъуэхъу
Ди нэхъыжьыфI Къагъырмэс Црай
Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профес-сор, ЩIДАА-мрэ РАЕН-мрэ я академик, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэшыр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къагъырмэс Црай и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
Хуабжьу лэжьыгъэшхуэщ, уеблэмэ, гъунапкъэншэщ нобэ дгъэлъапIэ ди нэхъыжьыфIым зэфIигъэкIахэр, псом хуэмыдэжу, адыгэш лъэпкъым зегъэужьыным, абы и пщIэр къэIэтыжыным яхуэгъэзауэ зи яужь итахэр.
ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм, егъэджакIуэ Iэзэм, ущиякIуэ Iущым, лъэпкъми къэралми хьэлэлу яхуэлажьэ Къагъырмэсым дохъуэхъу дяпэкIи узыншэрэ лъэрытету, и къэхутэныгъэхэмкIэ дигъэгуфIэу илъэс куэд къигъэщIэну!
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "793.txt"
} |
Дунейпсо утыкум уардэу балигъхэм щахохьэ
КъалэкIыхьыр (Прохладнэ) лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ спортсмен Iэзэхэр гъэхьэзырыным и кIыщ хъуа хуэдэщ. А гугъэфIхэр дигъэщIащ иджыблагъэ Катарым и къалащхьэ Дохэ щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым. Зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр нэхъапэIуэкIэ зыIэрызыгъэхьа Ласицкене (Кучинэ) Марие къыкIэлъыкIуэу цIыхухъухэр лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ зэпеуэм етIуанэ увыпIэр щиубыдащ а къалэ дыдэм щыщ Акименкэ Михаил. Ар зэи къэмыхъуа телъыджэщ.
Акименкэ Михаил и ныбжьыр илъэс тIощIрэ щырэ хъууэ аращ икIи иджыри къэс зыхэтар ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэпеуэхэращ. Мы гъэращ балигъхэм щыхагъэхьар икIи щIымахуэм пэшхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм къэралым къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Гъэмахуэми ар щытекIуащ Жуковскэм щыIа «Подмосковьем и кубок» зэпеуэ иным. Абы щыгъуэм зэ бгъэдыхьэгъуэм къызэринэкIащ метри 2-рэ сантиметр 31-рэ хъу лъагагъыр. ЗэфIэкI ин зэрыбгъэдэлъыр наIуэу зыгъэлъэгъуа Акименкэ балигъхэм яхэту хамэ щIыпIэ утыку иджы япэу ирагъэхьауэ аращ икIи занщIэу хэхуащ атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатым. Ди щIалэщIэр Катарым кIуат адрейхэм еплъыну, езыми зыкъигъэлъэгъуэну. Ар апхуэдизу фIыуэ къехъулIащи, дунейпсо зэпеуэм вице-чемпиону къикIыжащ, нэхъапэм къищта лъагапIэр сантиметриплIкIэ иригъэфIэкIуарэ дыжьын медалыр IэщIэлъу.
Дэ тщIэрт Акименкэ Михаил 1995 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м Прохладнэ къалэм къызэрыщалъхуар икIи спортым япэ лъэбакъуэхэр абы зэрыщыхуичар. Дыщыгъуазэт лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ цIыхухъухэм я деж Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщ дыдэу иджыпсту зэрыщытым. КъищынэмыщIауэ, 2014 гъэм щIалэгъуалэм я дунейпсо чемпионатым щытекIуат, абы ипэжкIэ Европэм жэз медалыр а ныбжьым къыщихьат. Арат «спортым и мастер» цIэр къыщIыфIащари. НобэкIэ Мэзкуу щопсэу икIи Олимп резервхэр гъэхьэзырынымкIэ «Юность Москвы» сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и цIэкIэ утыку къохьэ.
ДыщыгуфIыкIат иджыблагъэ Акименкэ Михаил теухуауэ къытIэрыхьа хъыбарыфIми. Ар яхэхуат дунейпсо зэхьэзэхуэхэм хэтыну Атлетикэ псынщIэмкIэ федерацэхэм я зэгухьэныгъэм (IAAF) зи цIэ къраIуа Урысей Федерацэм и спортсмен пщыкIузым. Ди къэралыр илъэс зыбжанэ хъуауэ бэлыхь хэзыгъэт допингыр къигъэсэбэпу шэч зыхуамыщIхэм ящыщт ар. Абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыбгурегъаIуэ Урысейм и нэгъуэщI спортсмен цIэрыIуэ пщыкIуий, ар я щхьэусыгъуэу, а унафэ дыдэмкIэ лъэныкъуэ зэрырагъэзар къэплъытэмэ.
Кърата Iэмалыр Акименкэ фIы дыдэу къигъэсэбэпащ. Иджы ар дуней псом щыцIэрыIуэщ. АрщхьэкIэ абы хуэзыша лъагъуэр тыншу икIи бгъуфIэу щытауэ пхужыIэнукъым. Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м и пщыхьэщхьэр.
Атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо чемпионатыр щекIуэкI Дохэ и «Хьэлифэ» стадион дахащэм IэпэдэIупIэ имыIэу цIыхур изщ. Уеблэмэ, хуей псори ирагъэхуэн папщIэ, тIысыпIэ щхьэхуэхэр пIэщIэгъуэкIэ зэфIагъэуващ. Аращ зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэхэр щекIуэкIыр. Апхуэдиз цIыху абы иджы япэу къекIуэлIауэ арат икIи щхьэусыгъуэр я хэкуэгъу, лъагапIэм щхьэпрылъынымкIэ дунейпсо чемпион Баршим Мутаз Эссэ трагъэгушхуэу аргуэру ЩIы хъурейм щынэхъ лъэщ ягъэхъунырт. Уеблэмэ, зышыIэныгъэрэ щэныфIагъкIэ псоми къацIыху хьэрып муслъымэн цIыхубзхэм, я зэпIэзэрытыныгъэр лъэныкъуэ ирагъэзауэ, къыщыщылъэт, щызэрыгъэкIий куэдрэ къэхъурт. ЯщIэрт Баршим текIуэ закъуэмэ, ахэр зыми емыкIу къызэримыщIынур. И хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэм къыхуаIэ апхуэдэ цIыхубэ фIылъагъуныгъэмрэ абы бгъэдэлъ Iэзагъымрэ Акименкэ Михаил и щIалагъэр пэмылъэщынкIэ дышынэрт. Сыти жыIи, ар япэу апхуэдэ зэхьэзэхуэ инхэм хэту арат.
КъыдэщIхэм дамэ къытрагъэкIам хуэдэу Баршим Мутаз Эссэ, къыфIэмыIуэху хуэдэурэ, метри 2-рэ сантиметр 33-м щригъажьэри, лъагапIэхэр къищтэу хуежьащ. Къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыж хуэдэт абы и дежкIэ ахэр зэрымыхьэнэншэр икIи дунейпсо рекордыр зэрыIэщIэлъыр, метри 2-рэ сантиметр 43-р къызэринэкIауэ. Арат езыгъэфIэкIуар илъэс тIощIрэ хырэ ипэкIэ Кубэм щыщ Сотомайор Хавьер къиIэтауэ зыри зыпэмылъэщыну куэдым къалъытэ лъагапIэр.
Гушхуэныгъэ ин зыгъуэта Баршим а пщыхьэщхьэм къэзыгъэувыIэфын щыIэтэкъым. Фэбжь иIар зэригъэхъужрэ куэд мыщIами, ар тыншу щхьэпрылъащ метри 2-рэ сантиметр 37-м. Хуеямэ, адэкIи зиIэтыфыну фэ тетт.
Иджыри къэс метри 2-рэ сантиметр 31-м фIэмыкIа Акименкэ Михаил «Катарым и вагъуэм» зэкIэ зэрыпэмылъэщыфынур наIуэт. Абы щыгъуэми и щхьэзакъуэ рекордыр Дохэ тIэунейрэ щригъэфIэкIуащ. Ар къыщыувыIа метри 2-рэ сантиметр 35-р хурикъуащ, дуней псом и вице-чемпион хъун папщIэ. ИужькIэ дыщэри къызэрыпэплъэм шэч къытетхьэркъым. Зэманри зыхуэлажьэр къалэкIыхь щIалэращ, Баршим нэхърэ илъэситхукIэ зэрынэхъыщIэр къэплъытэмэ.
- Баршим метри 2-рэ сантиметр 37-м елъа иужькIэ, сэ зыхэсщIащ си гъэсакIуэм къызэрызжиIам хуэдэу псори тэмэму сщIэмэ, абыи сызэрыпэлъэщынур. АрщхьэкIэ сыщыуащ. Пэжщ, сэ нэхъ лъагэжми селъэфынут, - жиIащ зэпеуэ нэужьым Акименкэ Михаил, - ауэ абы щхьэкIэ тренерым и чэнджэщхэм сыхуейт. Нобэ сэ хуабжьу сыхуэныкъуащ си гъэсакIуэм. Бетэмал, ар си гъусатэмэ, куэдым сыпэлъэщынут.
Метри 2-рэ сантиметр 37-рэ зи лъагагъыр япэ бгъэдыхьэгъуэкIэ къищтами, Акименкэ Михаил дунейпсо чемпион хъунутэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ Баршим Мутаз Эссэ абы занщIэу пэлъэщат икIи зэныкъуэкъуныгъэм адэкIи пащэн къудейуэ арат. ФIэщщIыгъуейт ди щIалэм и щхьэзакъуэ рекордыр зэуэ сантиметри 7-8-кIэ иригъэфIэкIуэфыну. Абы щыгъуэми и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэр нэхъапэм зыпэлъэщам нэсыным апхуэдиз иIэжт.
Акименкэ Михаил дунейпсо чемпионатым кIуэн папщIэ ишэча бэлыхь къомыр хэплъхьэжмэ, и дыжьын медалыр сыт хуэдэ текIуэныгъэ инми пэхъунущ. Зэхьэзэхуэм щIидзэным мазэ иIэжущ Дохэ кIуэну хуит къызэращIар къыщищIар. Абы щыгъуэми зэса и тренерыр, массаж зыщIыр, дохутырыр кIэщIачауэ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысей Федерацэм щыщ спортсменхэр атлетикэ псынщIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэхэм зэрыхагъэтыр я щхьэ хущытыжущ. Ахэр хуиткъым къыздикIа къэралым и дамыгъэхэр ягъэлъэгъуэну, абы и цIэкIэ утыку ихьэну. Аращ къызыхэкIар дыжьын медалыр къратыжа иужькIэ и джанэр щихыу зэриIэтар.
Дамыгъэ лъапIэр къыщыхуагъэфэща зэIущIэри ягъэIэпхъуэн хуей хъуащ – я жьэр мыувыIэу зи хэкуэгъур тезыгъэгушхуа хьэрыпхэм, Баршим зэрытекIуам къарита дэрэжэгъуэр я унагъуэхэм нахьэсыну епIэщIэкIыу, псынщIэу стадион абрагъуэр ябгынащ. ЦIыху минхэм ямылъагъуу, Iэгуауэр хуамыIэту дамыгъэхэр иратыжынт? Псом хуэмыдэу текIуар хэгъэрейхэм ящыщмэ?! Арати, пэплъэн хуей хъуащ къыкIэлъыкIуэ махуэм.
- Абы и зэранкIэ дызэрыкIуэжыну билетхэр тхъуэжыну къытхукъуэкIащ, - пыгуфIыкIыурэ мащIэу тхьэусыхэрт Михаил. – Дэри псынщIэу ди унэ декIуэлIэжу Iыхьлыхэмрэ къыддэщIхэмрэ дахыхьэжыну дыщIохъуэпс. ТIэкIуи зыдгъэпсэхупхъэщ, мыгувэу зи чэзу зыгъэсэныгъэхэм щIэддзэнущ.
Атлетикэ псынщIэмкIэ урысейпсо федерацэм и Iэтащхьэ Шляхтин Дмитрий пщIэшхуэ хуищIащ ди лъахэгъум и ехъулIэныгъэм.
- Япэ дыдэу балигъхэм япеуа Акименкэ Михаил лIыгъэ нэс къигъэлъэгъуащ, - жиIащ абы. – Ар дунейпсо утыку зэримыхьэрэ илъэсиплI дэкIащ, ауэ а Iуэхугъуэри зэран къыхуэхъуакъым и щхьэзакъуэ рекорд Катарым щигъэуву, дыжьын медалыр зыIэригъэхьэнымкIэ. Стадионым ис цIыху минипщIхэр уи хьэрхуэрэгъум увыIэгъуэ имыIэу дэщIу абы упэщIэтыну хуабжьу гугъущ, псом хуэмыдэу ар дунейпсо чемпион икIи ЩIы хъурейм и рекордыр зыIэщIэлъ Баршиму щыту. Мишэ а псоми къигъэдзыхакъым икIи а щIалэм сропагэ. Шэч хэлъкъым абы къэкIуэну дахэ зэриIэм.
Катарым щекIуэкIа атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэм ди къэралым икIа спортсменхэм медаль лIэужьыгъуэ псоми я тIурытI къахьауэ аращ. Абыхэм ящыщу зы дыщэрэ дыжьынрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прохладнэ къалэм къыщалъхуахэм икIи зыщызыгъэсахэм яIэрыхьащ. Ар хуабжьу ехъулIэныгъэшхуэщ. Къыхэдгъэщыну дыхуейт Ласицкене (Кучинэ) Марии Акименкэ Михаили лъагапIэм щхьэпрылъыным зыщыхуагъэсар а къалэм и зы спорт секцэу зэрыщытыр. Иджы ахэр ящыщщ гъэ къакIуэ Токио щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм ягъэкIуэну япэу зыхуагъэфащэхэм. АрщхьэкIэ допинг Iуэхум ар къызэпиудынкIэ ахэр мэшынэ. Абы къыхэкIыу Олимпиадэм щIидзэным къэнэжа зэманым хамэ къэрал гуэрым Iэпхъуэу, зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIыну я мурадщ.
КъалэкIыхьым щыщ, лъагапIэ щхьэпрылъынымкIэ ди спортсмен цIэрыIуэхэм а къалэм и зы секцэм зыщагъэсам и мызакъуэу, зэныбжьэгъу пэжщ икIи я Iэзагъымрэ къагъэсэбэп IэмалхэмкIэ зэдогуашэ. Аращ ехъулIэныгъэфIхэр щIызыIэрагъэхьэфри.
- Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ зэпеуэм сэ ещанэ сыщыхъуам, Кучинэ Марие НыбжьыщIэхэм я Олимп Джэгухэм щытекIуауэ щытащ, - гуапэу игу къегъэкIыж Акименкэ Михаил. – Прохладнэм ар псоми къыщацIыху икIи фIыуэ къыщалъагъу.
Ласицкене (Кучинэ) Марие къыщацIыхури фIыуэ къыщалъагъури Прохладнэм и закъуэкъым. Абы и зэфIэкIымрэ цIыхугъэ дахэмрэ итхьэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрми, Урысей Федерацэми, уеблэмэ дуней псоми щыпсэухэр. Иджы апхуэдэ пщIэ игъуэтащ Акименкэ Михаили.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "794.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Хабзэм щыщщ
Хъытех
Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэлъапэу къэплъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыж, езы псалъэ «хъытехри» къыщехь. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, нысащIэм и щхьэтепхъуэр шабзэшэкIэ псынщIэу къытрапхъуэтыкIын хуейт. Ар къалэн щащIауэ къытезыпхъуэтыкIым хъытехкIэ еджэрт.
Нэгумэ Шорэ и фIыщIэкIэ хъытех жыхуаIэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм деупщIу къэдублат, икIи абы теухуауэ ди жьыщхьэ махуэхэм ящIэжыр мащIэтэкъым. Дауи, ар нобэрей нэхъыжьхэртэкъым, атIэ хыщI-блыщI гъэхэм илъэсищэм нэса, абы щхьэпрыбэкъукIахэрт, адыгэ хабзэм щIапIыкIахэрт. Хъытехыу ущытыныр, ар къыпхуагъэфэщэныр щIыхьышхуэт икIи дзыхь щхьэхуэт. Абы къищынэмыщIауэ, шынагъуэ гуэрхэри пылъу къалъытэрт. Ар ящIэу, хьэгъуэлIыгъуэ зиIэ унагъуэм я нэхъыжьыр мыр хъытех тхуэхъуащэрэт, жиIэу зэхъуапсэм я деж кIуэрти, абы и адэ-анэм елъэIурт, ямыгъэщIэхъуу а хабзэр я щIалэм ирырагъэзэщIэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэхъапэм хъытехыу щытар цIыхухъущ, щIалэ е лIы. ИужькIэ, унэишэм щыгъуэ ар бзылъхугъэхэм къапехуэтэкIыжащ. Ар Нэгумэ Шорэ и зэманым ирихьэлIауэ къыщIэкIынущ, сыту жыпIэмэ, абы зи гугъу ищI хъытехыр цIыхубзщ.
Щхьэтепхъуэр щхьэкум и деж къыщыфIагъанэрти, шабзэмкIэ, нэхъ тэмэму, шабзэшэмкIэ псынщIэу къытрапхъуэтырт. ИужькIэ ар башкIэ къытрах хъуащ. Шэрджэсхэм апхуэдэ башыр ямыгъэкIуэду зэрахьэрт, нысащIэм сабий игъуэтмэ, гущэпс баш ящIыну.
ЦIыхухъухэр хъытехыу щыщытам щыгъуэ абы къагъэсэбэпыр къамэт е сэшхуэт. НысащIэм и щхьэтепхъуэр трапхъуэтын ипэкIэ ар бгыкъу гуэрым и лъабжьэм щIагъэувэрт. Бгыкъу щымыIэмэ, щIалитIым бжэгъу къащтэрти, абы щхьэщаIыгъэт. АбыкIи зэфIэкIыртэкъым. Щхьэтепхъуэр сэшхуэпэкIэ е къамэпэкIэ къытрипхъуэтыным ипэ къихуэу, щIалэр нысащIэм елъэIурт, зимыхъунщIэну, Iэдэб цIыкIуу щытыну. Абы нысащIэм тепхъуа щхьэтепхъуэм и кум деж Iэщэ иIыгъым и пэр къыщыфIигъэнэну зищIырт, зэи, тIэуи. Апхуэдэхэм и деж ар шынауэ къыIулъэтыным ещхьу зищIырт, итIанэ аргуэру къытригъазэурэ щхьэтепхъуэм щIэтым елъэIурт, ар губзыгъэ цIыкIуу щытыну, зишыIэну, зимыхъунщIэну.
А псори зы джэгукIэ гъэщIэгъуэн гуэрым ещхь хъурт - щIалэм и лъэIухэр, къауIэ, къаукI зэрыпэтар, къыIумылъэтамэ. Щэнейрэ къытрагъазэрти, еплIанэм щыгъуэ, пэж дыдэу, щхьэтепхъуэр нысащIэм и щхьэм къытрипхъуэтырти, къамэмкIэ е сэшхуэмкIэ щэ еуэгъуэ еуэрт нысащIэр зи лъабжьэ щIэт бгыкъум е абы щхьэщаIыгъэ бжэгъум.
Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм, унэишэм хэкIуэдыкIыжа мы хабзэр гъэщIэгъуэныщэщ. Абы узригъэгупсысыр щхьэтепхъуэм щIэт бзылъхугъэм Iэщэ иIыгъыу е абы пэшэгъу иIэу, ар бзаджэ гуэрхэм пыщIауэ, цIыхур абы щышынэу зэрыщытырщ. ИужькIэ нэгузыужь джэгукIэу къытщыхъуу къэна щхьэкIэ, абыхэм лъабжьэ куу яIэщ, лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм и нэпкъыжьэ хэмыгъуэщэжу къэнауэ.
МАФIЭДЗ Сэрэбий.
Лакербай Михаил
ЩIы IэмыщIэ
- Хамэм къыпхуишия хьэлур егъэхыгъуейщи, хамэщI ухуэзышэ гъуэгуанэр хьэлъэщ, - жиIэри и хъыбарыр къригъэжьащ си ныбжьэгъушхуэ КIэву Аайсэ. - Си ныбжьыр илъэсипщIым нэса къудейуэ арат, дэ - си адэ-анэр, сэрэ си шыпхъу цIыкIумрэ - фелюгэкIэ зэджэ кхъухь цIыкIухэу Тыркум кIуэхэм щыщ зым драгъэтIысхьэу дыщежьам. Дэ истамбылакIуэ дыхъуати, ди гум къыщIитхъыу къызэднэкIат дыщалъхуа Апсны - Абхъаз щIыналъэр.
Кхъухьыр IукIыу и гъуэгу теува къудейуэ, тенджызыр къэукъубеящ. АпхуэдизкIэ дызэридзэрти, си анэмрэ си шыпхъу цIыкIумрэ хуабжьу гуауэщхьэуэ хъуат, я фэр пихуауэ. Абыхэм тиф къеуэлIауэ гурыщхъуэ ящIри, тырку матросхэм а тIури тенджызым хадзащ. Тщыщу сымаджэ хъу псоми арат а гущIэгъуншэхэм иращIэр. Дыдейхэм, ар ямыдэу, ткIийуэ зыкъратIэрти, матросхэм япэувырт, арщхьэкIэ сыт иращIэфынт абыхэм цы Iув зи гум къытекIэжа, зи ныбэр из лIыукIхэу Iэщэм щIигъэнахэм?.. Си адэ тхьэмыщкIэу гуауэм делэ ищIыным нэсам и мурадащ езыми тенджызым зыхидзэжыну, арщхьэкIэ цIыхухэм яубыдри кърагъэлащ.
Дэ, унагъуищэм щIигъу дыхъуу, тырку щIыналъэм дыщрагъэтIысыкIащ, Трапезунд къалэм пэмыжыжьэу. ПщыIэ тщIыщ, чэтэн унэхэр дгъэуври, абдеж щыпсэун щIэддзащ, дышхыныншэу, щIыIэм диукIыу, сымаджэри ди куэду.
Пщэдджыжьым къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэр хэкIуэтэху ди цIыхухэм къалэ уэрамхэм къыщаущыхьырт, хьэлу IыхьэкIэ зыгъэлэжьэн лъыхъуэрэ пщIантIэ къэс дэплъэу. Ауэ мо фейцейуэ хуэпахэм, куэд щIауэ зэрышхыныншэм зи фэр ирихахэм къалэдэсхэр къащымэхъашэрт, лэжьыгъэ гуэри къратыртэкъым, дзыхь къыхуащIу. Тщыщхэр гъунэгъу къуажэхэми кIуэрт, ауэ зыри къикIыртэкъым, пщIэншэрыкIуэ хъуауэ къагъэзэжырт.
Арати, зы махуи дэкIыртэкъым мэжэщIалIагъэм зи къарур щIиха, сымаджэ ирихъукIа цIыхухэм щыщу зы е зыбжанэ тхэмылIыкIыу. Жэщ хъуамэ, псэупIэ гъуэмбырэщу ихъуреягъкIэ щызэхэтхэм къыщIэIукIырт гур зыкъутэ цIыхубз бжэ макърэ жьыкIэфэкIэхэм я гыз макърэ.
Зыри тхэмылъыжу хьэлэч дыхъуат си адэмрэ сэрэ.
Арати, махуэ гуэрым, сыкъеIэ пэтми, зыкъысхуэIэтакъым, сыкъыхэкIыфакъым тепIэнщIэлъын папщIэу сызыхэлъ хъыданыжьхэм. ЛIауэ Iэджэ слъэгъуати, къызгурыIуащ сэри щIэх сызэрылIэнур.
Апхуэдэурэ махуитI е махуищ дэкIа, нэхущым си нэр къызэтесхмэ, солъагъу зыкъысхуишияуэ къызэплъу къысщхьэщыс си адэм нурыншэ хъуа и нэгур. Зыри жимыIэу, зыкъомрэ къызэплъат ар, итIанэ зэуэ сыкъипхъуатэщ, пIэм сыкъыхихри сыкъигъэуващ.
- ЗыIыгъ, дад! ЗыIыгъ, си щIалэ! - жиIащ. - ЛIы хуэдэу щыт, къарууэ уиIэж тIэкIур зэхуэхьэс! Къалэм дыкIуэнщи, къоIэзэн дохутыр гуэр згъуэтмэ, урегъэхъуж, еш сымыщIэу сыхуэлэжьэнщ. ИкIи ухъужынкъэ, умыгузавэ. Уэ плъагъужынущ ди Апсны адэжь щIыналъэр. Аращи, упсэун хуейщ, дад - си щIалэ…
Сызеджалэу, си адэм и ужьым ситу сежьащ, сымыджэлэн щхьэкIэ абы и щыгъын кIапэ гуэр сIыгъыу. Гузэвэгъуэ защIэу махуэ куэд си нэгу щIэкIат сэ къэзгъэщIа илъэсипщIым къриубыдэу, ауэ а гъуэгуанэм хуэдэу хьэлъэу щыта сщIэжыркъым. Куэдрэ дыкIуащ дэ. Сыджалэмэ, си адэм сыкъиIэтыжырти зыкъомрэ IэплIэкIэ сихьырт.
Шэджагъуэ хъуауэ дынэсыфа къудейщ къалэм. Ауэ си адэм къехъулIакъым зыщыгугъар: игъуэтакъым дохутыри лэжьыгъи…
СощIэж, унэшхуэ гуэрым и дэкIуеипIэм зыдгъэпсэхуу дыздытесым, си адэм макъ гущIыхьэкIэ жеIэ, и щхьэ хуэпсэлъэж щIыкIэу:
- Сыт сщIэну-тIэ, гузэвэгъуэшхуи си Iуэхур! Уэ ущIэсымаджэр ушхыныншэщи аращ…
Псэлъэн щигъэтри и пIэм ижыхьащ хэгупсысыхьауэ, итIанэ, нэщхъейуэ и Iэхэр ищIурэ, и щхьэ щэхуу зыгуэр хужиIэжу щIидзащ. Абдежщ япэ дыдэу абы и нитIым нэпс щыщIэслъэгъуар. Егупсысыт абы: абхъаз цIыхухъум и нэпс къекIуат, и нитIым щIэзу! Ерагъыу къызэхэсхащ мы псалъэхэр: «Хьэуэ, хьэуэ… Сэ ар схузэфIэкIынкъым…» И щхьэр лъахъшэу ирихьэхауэ, си адэр зыгуэрым егупсысырт. ИтIанэ занщIэу си Iэр иубыдри сришэжьащ уэрам дэкIыпIэ гуэркIэ. ЗыщIыпIэ деж сигъэтIысри ткIийуэ, сигъэшынэу, тIэкIуи къысщIэкIиеу къызжиIащ:
- КъэдаIуэ, дад! Щыс мыбдеж, си щIалэ! Укъэмытэдж икIи си дежкIэ унэмыплъэ! КъыбгурыIуа? Унэмыплъэ! Сэ езым къэзгъэзэжынщ уи деж.
Арати, си адэр IукIри еуэкIыпIэм къухьащ.
Зыкъомрэ сыщысащ, блэкIхэм сеплъу. Ауэ кIуэ пэтми нэхъ пIейтей сыхъурт, сыту пIэрэ си адэм ищIэну и мурадыр, жысIэу. Сыт щыIукIым щыгъуэ, «си дежкIэ унэмыплъэ!» жиIэу, ткIийуэ, и мыхабзэу тIэкIуи къысщIэкIиеу къыщIызжиIар? Си закъуэу щхьэ сыкъигъэна мыбдеж? Къимыгъэзэжыххэну IукIамэ-щэ?..
Сыгузавэу сыкъэтэджри еуэкIыпIэм нэс сыкIуащи, сыкъуоплъ. ИкIи къызолъагъу зи дэкIуеипIэм дытеса унэшхуэм и щIыхьэпIэм деж щыт си адэр. Ар яхэплъэрт гъунэгъуу блэкI цIыхухэм, зэм пудыгъэ зыхэлъ гуфIэкIэ нэпцI и нэгум къищу, зэми ткIийуэ и нэщхъыр зэхиукIэрэ и Iупэхэр игъэпIэжьажьэу.
Сыздэплъэм, солъагъу си адэм хуэмурэ гъунэгъу къыхуэхъу цIыхубз лъагэр. Абы и ужьым итт шхын зэрылъ сумкэшхуэ зыIыгъ и IуэхутхьэбзащIэ бзылъхугъэри. Ахэр щIыхьэпIэм къызэрысу, си адэр хуежьат и Iэр къиIэту яхуишиину, зыгуэр къратын папщIэ, арщхьэкIэ и Iэр къыхуэIэтыркъым, бдзапцIэу хьэлъэ хъуащи.
ЦIыхубз лъагэм си адэм и дежкIэ зыкъигъэзат, къыбгъэдыхьэу зыгуэр къыIэщIилъхьэну, арщхьэкIэ мыдрейм гужьеяуэ, псынщIэу зригъэзэкIащ. ЦIыхубзыр IукIыжащ, и дамащхьэр дригъэуейри.
Иджы сэ къызгурыIуат Iуэхур зыIутыр: си адэм сэ сымылъагъуу факъырэ Iус къыхихыну мурад ищIауэ арат. Сыт хуэдизу сыцIыкIуу щымытми, си гум зихузри сымыбэуэжыфу, си бгъэм зыгуэр тенат…
Слъагъуурэ си адэм цIыху зыбжанэ блигъэкIат, и Iэр яхуишиину хуежьэми, ахэр къызэрысу, нетIэ хуэдэу, къемыдаIуэу, къыфIехуэхыжырт. И натIэр къэпщIэнтIат, и нэкIу фагъуэри зыгуэрурэ хъурт, тхьэмыщкIафэ дыдэ къытригъауэу. Сэ сыкъэшынащ. Зэм сыкъэхъурт абы деж сыжэну, зэми сыхуейт, ар апхуэдэу сымылъагъун щхьэкIэ, сыIужу си лъакъуитIым сыздахьым нэс сыжэну, арщхьэкIэ си нэр абы къытесхыфыртэкъым, зызгъэхъеинуи слъэкIыртэкъым.
Асыхьэтым си адэм деж къэсри къэувыIащ ар къызыкъуэмыщ тырку лIышхуэ гуэр, къулейуэ хуэпауэ, фескIэ плъыжьи щхьэрыгъыу. Тыркум си адэр зыкъомрэ зэпиплъыхьащ, и Iэпхъуамбэ пIащэхэмкIэ щыгъэ игъажэу. Иджы щытт ар, си адэм къеплъу, зыгуэр къэхъуну пэплъэ нэхъей. Си адэм и щхьэр ирихьэхри и Iэр игъэхъеящ, гу лъыптэ къудейуэ, арщхьэкIэ Iэр асыхьэту мэзэгъэж, зэфIэжыхьами ярейуэ.
Тыркум мыпIащIэурэ и жыпым кърихащ ахъшэ зэрылъ и къэдабэ хъуржын цIыкIур, ар щигъэсысым, къэIуащ ахъшэ жьгъей макъ. Сэ къэслъэгъуащ си адэм и нэкIур зэблэша зэрыхъуар икIи, мафIэ къыщIэнауэ, къызэрызэщIэплъар. Абы и Iэм, зы хьэлъэ гуэрым зыкъыIэпих нэхъей, хуэмурэ зыкъиIэтри, лIым дежкIэ зишиину хуежьат, арщхьэкIэ ехуэхыжащ, путищэ хъу хьэлъэ гуэрым иришэхыжа хуэдэ.
И нитIыр си адэм къытримыгъэкIыу къеплъурэ, тыркум и хъуржын цIыкIум дыщэ ахъшэ жьгъей зыбжанэ кърихащи, и Iэгум щегъэджэгу, и дзэ хужь пIащэхэр къыIупсу, пыгуфIыкIыурэ.
Си адэм и нэкIур хужьыбзэ хъуат, хьэжыгъэ щахуам хуэдэу. Абдеж мащIэу хэкIиикIщ, и гум епхъуэжри тхьэмыщкIэр щIым хэхуат мыхъеижу.
Тыркур ежьэжащ. Полицай гуэр къэсри си адэм и хьэдэр блэкIхэм зэран яхуэмыхъун папщIэ, гъуэгум трилъэфри къуэкIийм дидзащ…
Тщыщ гуэрхэм хьэдэр къахьыжри, кхъэ бгынэжа гуэрым щыщIалъхьэжащ. Зэгъэжащ факъырэ Iус къилъэIухуну зи Iэр зыхуэмышия дадэ. ЩIалъхьэн и пэ абы и пщэм кърахат быдэу да хъуржын цIыкIу. Зэгуагъэжрэ еплъмэ - илъыр щIы IэмыщIэт, дыщалъхуа Апсны здриха щIы IэмыщIэ…
Аайсэ лIыжьым и псалъэр фIызэпыуащ. Дакъикъэ зыбжанэкIэ щыма нэужьщ абы къиIуэтэж хъыбар гущIыхьэр и кIэм щыхунэгъэсар:
- Ди лъэпкъэгъухэм дыщалъхуа щIыналъэр щабгынэкIэ, я псэм хуэдэу ялъагъу псори къагъанэ пэтми, Iэмал имыIэу зэдащтэрт нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэ хъугъуэфIыгъуэу тIу икIи мы дунейм теттэкъым ахэр ятезыхыфын - я щIыхьымрэ я Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэмрэ.
ЗэзыдзэкIар КЪАГЪЫРМЭС Борисщ.
Гупсысэр - псалъэкIэ
ГъащIэр чэзущ
ЦIыхум и гъащIэр, сыт хуэдиз и кIыхьагъми, къомэщIэкI и IуэхущIафэкIэ, илэжьыну зыхуеямкIэ хуримыкъуу. ГъэщIэгъуэнкъэ, сыт хуэдиз илъэс бжыгъи ет къигъэщIэну - къыIэщIэмэщIэнущ. И дуней тетыкIэми елъытакъым ар - Iуэху щхьэпэ зэфIигъэкIыу псэуари мыхьэнэ имыIэу гъащIэр къызыIэщIэухари зэхуэдэщ абыкIэ. ГъащIэ нэхъ кIыхь дыдэ зылъысри зэрыпсэур илъэсищэщ е абы тIэкIу щIигъущ. Нэхъ мащIэ къэзыгъащIэми, нэхъыбэ зылъысми къахуиухар ярокъу IейкIэ е фIыкIэ цIыхум зыкърагъэцIыхуну. Дунейм теткъым тIум язымкIэ къамыцIыхун. Дунейм Iейрэ фIыуэ щекIуэкIри зи IэрыкIыр цIыхуращ. И унагъуэ Iуэхум щыщIэдзауэ, дуней къэхъукъащIэм нэс и лэжьыгъэщ. ЗэрыжаIэщи, дунейр зэIещIэфри икIи еузэщIыф. ЦIыхум езым къегъэлъагъуэ хузэфIэкIыр.
Япэ къалъхуамрэ иужь итымрэ я зэманыр зэкIэлъыкIуэми, зэрызэтемыхуэращ «дуней гъащIэ» жыхуаIэжыр. Абы щхьэкIэ къанэркъым дэтхэнэми езым и Iыхьэ къыхинэн. Дунейм зыужьыныгъэ иIэнутэкъым, гъащIи щыIэнутэкъым, илъэсищэ къэзыгъащIэри абы нэмысри - цIыхуу щыIэр зы зэманым щыпсэуамэ. Зи ныбжь нэсыр, езым и дуней цIыкIур здехьри, псоми я зэхуэдэ дунеишхуэм йохыж, псоми зэдай, зэдагуэш гъащIэри къегъанэ. Къыхуегъанэ езым къыкIэлъыкIуэнум. Дунейм тетхэм езым я зэман, чэзу зэраIэжращ, «дуней гъащIэ» жыхуаIэжыр. Быныр къалъху, къалъхуар балигъ мэхъу, къэзылъхуам и ныбжьыр жьыгъэм хуокIуэ, жьы хъуар дунейм йохыж. ГъащIэ зиIэм къыпэщылъ, зыри зыхэмызэгъэн чэзущ. Ар псоми ящIэ. ЯщIэ езым я пIэм нэгъуэщI къызэриувэнур. Аращ дунейр япэкIэ зыгъэкIуатэр. Ауэ псори егупсысу пIэрэ япэ итым иужь итыр зыужьыныгъэкIэ зэрефIэкIым, япэ итахэм я нэгу къахущIэмыгъэхьар яужь итхэм зэрызрагъэхъулIэнум? ЯужькIэ щыIэну дуней зыужьыныгъэм хэплъэну дэтхэнэ зыри хуейми, зыхалъхуа зэманым къриубыдэращ и Iуэху зыхэлъыр. Ауэ дэтхэнэ цIыхуми хузэфIэкIынущ къыкIэлъыкIуэну и щIэблэм и Iейр щигъэпщкIун, и фIым хуиущиин, и къэкIуэну гъащIэ гъуэгур хухишын. ЦIыхуу дунейм тетыр я щхьэ фIэкIа емыгупсысамэ, дунейр и пIэ имыкIыурэ жьы хъунт, я гъащIэм и тхыдэр къызыхуагъэнэн къащIэмыхъуэу. Я ужь къиувэнухэращ япэ итхэр щIэпсэур.
Нэхущ Хьэжпагуэ.
Фэ фщIэрэ?
Псэлъафэхэм къарыкIыр
♦Псым хэмыхьэу бдзэжьей ишхын фIэфIщ.
Гугъу зрамыгъэхьу - «мыпщIантIэу тхъэн хьилагъэр дин зыхуэхъуахэм» ятеухуащ.
♦Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ.
Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
♦Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым.
ЦIыхур и щхьэ къыщхьэщыпсэлъыкIыну, къызыщхьэщыжыжыну, зыхуэуэчылыжыну хуитщ.
♦Щхьэ къуийм и лажьэр щхьэ псом ищIэркъым.
НэгъуэщIым и щхьэ къылъысар, игъэвыр - и Iуэху зыIутыр зэхэзымыщIыкIхэм яхуэгъэза псэлъафэщ.
♦Пхъэ щакъутэм къуэщIий щолъей.
Щыуагъи ныкъусаныгъи къыхэмыкIыу, зыгуэри хэмыкIуадэу мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ Iуэху зэфIэкIыркъым. Щыуагъэ, ныкъусаныгъэ, н. къ. Iуэхум и мыхьэнэм и гугъу зэрамыщIыр я фIэщ щыхъум деж къапсэлъ.
ЩАУЭ Къэлидар.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "795.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Аргуэру зауэ щокIуэкI
Дунейпсо хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр мы махуэхэм нэхъыбэрэ зытепсэлъыхьхэм ящыщщ Сирием щыIэ щытыкIэр. А къэралым зауэр аргуэру къыщызэщIэстыжащ икIи ар хъыбарыщIэхэм я япэ сатырхэм хэтщ.
Тыркум и президент Эрдоган Тайип жэпуэгъуэм и 9-м хэIущIыIу ищIащ и къэралым и дзэхэр СХьР-м зэригъакIуэр. Зауэм щIыхыхьэр Курдистаным и лэжьакIуэ партымрэ «Ислъам къэралыгъуэ» зэгухьэныгъэмрэ япэувын щхьэкIэу жиIащ абы.
«Дэ ди мурадщ ди гъунапкъэхэм къращIылIэ террорист кIэлындорыр зэтеткъутэну. «Мамырыгъэр къызэзыгъэпэщыр» зыфIэтща операцэр Евфрат псым и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щедгъэкIуэкIынущ. Ди дзэхэм ящIыгъуу абы хэтщ Сирием и лъэпкъ армэр», - жиIащ Эрдоган. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, япэрауэ, Iуэхур зытращIыхьыр Тыркум и шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщынырщ, я къэралым террористхэр имыхьэфын хуэдэу гъунапкъэхэр гъэкъэбзэнырщ. ЕтIуанэрауэ, я мурадхэр къайхъулIэмэ, ар сэбэп хъунущ Сирием щыщу щтапIэ ихьэжауэ тыркухэм яхэсхэр я псэупIэхэм ягъэзэжынымкIэ.
«Дэ Сирием и щIыналъэр зыуэ щытынми дытолажьэ, апхуэдэуи абы щыпсэу цIыхубэр террористхэм теIэпхъэ едмыгъэщIынми яужь дитщ», - къыхигъэщащ къэралым и президентым.
Абы зэрыжиIамкIэ, тыркухэм къатехьэлъэ хъуащ Сирием къиIэпхъукIауэ я къэралым щыпсэухэр зыхуей хуэгъэзэныр. КъызэрабжамкIэ, а къэралым щхьэегъэзыпIэ яритащ Сирием иIэпхъукIа цIыху мин 600-м щIигъум. Абыхэм ящыщу мин 200-р къыхузэрагъэпэща лагерхэм щопсэу, адрейхэр къэралым и нэгъуэщI къалэхэм хэгуэшащ. Шэч хэмылъу, апхуэдиз цIыху зыхуей хуэбгъэзэныр сыт хуэдэ къэралми дежкIэ хьэлъэщ.
Ауэ, зауэм щIыхыхьэр арауэ щытмэ, абы нэгъуэщI хэкIыпIэ къыхуигъуэтын хуеяуэ къалъытэ хамэ къэрал политикхэм икIи Эрдоган Тыркум и дзэхэр Сирием зэрыришар куэдым даIыгъыркъым. Псалъэм папщIэ, Инджылызым и МИД-м и унафэщI Рааб Доминик дыгъуасэ жиIащ Тыркум Сирием щызэхищIыхьхэм зэригъэпIейтейр икIи Iэпхъуэшапхъуэхэр я унэхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ игъэкIуэжынри икъукIэ ягу зэрыримыхьыр.
Эрдоган УФ-м и Президент Путин Владимир телефонкIэ къыщепсалъэм ди къэралым и УнафэщIми къыхигъэщащ зауэм щIидзэн ипэкIэ абы икъукIэ зэпэшэчауэ бгъэдыхьэн зэрыхуейр. А къэралым щыIэ щытыкIэр зэтес щIыжыным хуэунэтIауэ илъэс куэд хъуауэ зяужь ит зэпсэлъэныгъэхэр, абыхэм щача лъэбакъуэхэр къызэпызыудын Iуэху имылэжьынуи къыхуриджащ.
Тыркум зэрыжиIэмкIэ, абы хуабжьу къоныкъуэкъу Сирием щыпсэу курдхэр икIи IэщэкIэ абыхэм япэувыным фIэкIа хэкIыпIэ къыхуэмынэжауи къилъытащ икIи и кхъухьлъатэхэм удынхэр ирадзакIэщ Хасакэ провинцэм хыхьэ Рас эль-Айн къалэм, апхуэдэуи Раккэ щIыналъэм щыщ къуажитIым.
СХьР-м и телевиденэм къызэритамкIэ, а щIыпIэхэр зэхакъутам и мызакъуэу, цIыхухэри хэкIуэдащ абы. Апхуэдэхэм деж къызэрыхъу хабзэм хуэдэу, лей зытехьар лажьэ зимыIэхэрщ - сабиищрэ зы цIыхубзрэ хэкIуэдауэ къатащ. Дауи, ар зэкIэ хэIущIыIу хъуа бжыгъэу аращ. Шэч хэлъкъым топкIэ зэуа жылэхэм гузэвэгъуэшхуэ къызэрыщыхъуам.
Зи псэукIэр хуэмурэ зэтеувэжу хуежьа, гъащIэм гугъапIэ гуэрхэр зритыжа цIыхухэр аргуэрыжьу бэлыхь хэхуащ. ЦIыхухэр щызэгурымыIуэ, зым адрейм и деж псалъэ щыщимыгъуэт, къарурэ IэщэкIэ сыт хуэдэ зэныкъуэкъури щызэфIагъэкI дунейм ущыпсэуну шынагъуэ зэрыхъуар псом хуэмыдэу гуащIэу зыхащIащ, я щхьэкIэ ягъэунэхуащ Сирие къэралым и цIыхухэм. Иджы, аргуэрыжьти, зауэм къахуигъэзэжащ цIыхухэм…
Пластикым къыпыкIыну я мурадщ
Индием и къэрал унафэщIхэм я мурадщ пластикым къыхэщIыкIа хьэкъущыкъухэм дызыхуэкIуэ илъэситху гъунэгъум къыпыкIыну. Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэхуэсым апхуэдэу щыжиIащ Индием и правительствэм и унафэщI Моди Нарендрэ.
«И чэзу хъуащ, Индием и щапхъэм ирикIуэу, зэрыдунейуэ пластикыр къэгъэсэбэпыным къыпыкIыным», - жиIащ Моди.
Зэ фIэкIа къамыгъэсэбэп пластикхэкIхэр я къэралым ирагъэкъэбзыкIыну зэрамурадым мазэ ипэкIэ и гугъу ищIауэ щытащ Индием и президент Ковинд Рам Натхи. Абыи къызэрыхигъэщамкIэ, 2022 гъэм ирихьэлIэу пластик я къэралым щыIэжынукъым. Абы хуэкIуэ япэ лъэбакъуэу увар Моди Индием и цIыхубэм захуигъазэу щэбэт щIыхьэхухэр зэрырагъэкIуэкIарщ. ЦIыхухэр къыдэкIри, я уэрамхэм щызэтрихьа пластик кIэрыхубжьэрыхухэр зэхуахьэсащ.
Правительствэм и унафэщIу иджы етIуанэ пIалъэу хахыжа Моди Нарендрэ фIыуэ щыгъуазэщ пластикым я къэралыр зэрызэщIищтар, абы я щIыуэпсыр зыхуишэ шынагъуэр. Индийцхэм я лъэпкъ лIыхъужь Ганди Махатмэ къыщалъхуа махуэр щагъэлъапIэ жэпуэгъуэм и 2-ми цIыхухэм зэщIэгъэуIуауэ щIыхьэху ирагъэкIуэкIащ. А махуэм къыщыщIэдзауэ Индием щылэжьэну хуиткъым пластик къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэр. Езыхэм къыщIамыгъэкIыным и мызакъуэу, хъуржынхэр, стэчанхэр, тепщэчхэр, птулъкIэ цIыкIухэр я къэралым кърашэуи щащэуи ядэнукъым.
КъызэрабжамкIэ, Индием илъэс къэс щIыуэпсым хедзэ пластик тонн мин 20 хуэдиз, абы щыщу тонн мин 13 - 14 хуэдизырщ етIуанэу зэлэжьыжыр, адрейхэр щIым къыхонэ, абы икъукIэ егуауэу.
Пластикыр апхуэдизкIэ куууэ ди гъащIэм къыхыхьащи, гугъущ абы занщIэу укъыпыкIыныр, ауэ зэгурыIуэ здэщыIэм я Iуэху мэкIуатэ, жаIэ. Уи фIэщ мэхъу апхуэдэу зэдэарэзыуэ зи ужь ихьа Iуэхушхуэр абыхэм зэрахузэфIэкIынур.
Нобэ
Хъыджэбз цIыкIухэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхум лы лей зытрилъхьэным ебэныным и дунейпсо махуэщ
Абхъазым IэщэкIэ зэщIэузэда я къарухэм я махуэщ
Башкортостан Республикэм и къэралыгъуэм и махуэщ
ДжэдыкIэм и дунейпсо махуэщ
1138 гъэм Алеппэ къалэм щIыр щыхъеящ. АпхуэдизкIэ лъэщу щIыр иутхыпщIати, ар цIыхухэм ялъэгъуа къэхъукъащIэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм хабжащ. Абы щыгъуэ цIыху мин 230-м щIигъу хэкIуэдауэ щытащ.
1552 гъэм Грозный Иван и дзэхэм Къэзан къалэр къащтащ, апхуэдэ щIыкIэкIи Къэзан хъаныгъуэр Урысейм къыхагъэхьащ.
1653 гъэм Москва унафэ къыщащтащ Украинэр Урысей пащтыхьыгъуэм къыхэгъэхьэным теухуауэ.
1783 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академиер къызэрагъэпэщащ. Абы и президенту ягъэуват Дашковэ Екатеринэ.
1852 гъэм Австралием япэ университетым лэжьэн щыщIидзащ - ар Сидней дэт еджапIэ нэхъыщхьэрт.
1881 гъэм Америкэм щыщ Хьюстон Дэвид сурэттехым иралъхьэ пленкэр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патент иратащ.
1887 гъэм Америкэм щыщ къэхутакIуэ Эдисон Томас хэхыныгъэхэм Iэуэ щаIэтар къызэрабж, электрокъарукIэ лажьэ аппарат къигупсысащ.
1922 гъэм Урысейм и цIыхубэ комиссархэм я советым и унафэкIэ къащтащ ахъшэщIэ - червонец - зыфIащар.
1931 гъэм СССР-м къыщащтащ цIыхум езым ей хьэпшыпхэмкIэ, ерыскъыпхъэхэмкIэ сату ищIыну хуит зымыщI унафэ.
1936 гъэм Уралым вагонхэр щащI и заводым япэ продукцэр къыщIигъэкIащ. Хэку зауэшхуэм и зэманым абы къыщыщIагъэкIащ танкхэр, къухьлъатэхэм кърадзых бомбэхэр. Совет зауэлIхэм къагъэсэбэпа «Т-34» танк псоми я зэхуэдитIыр щащIар а заводырщ.
1941 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ республикэм и усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыт «Iэщэр къафщтэ» тхылъыр.
1961 гъэм Семипалатинск полигоным и щIы щIагъым япэу щагъэунэхуащ абы къыщагъэуа ядернэ бомбэм и къарур.
1991 гъэм Урысейм сомым и пщIэр долларым елъытауэ хуабжьу щехуэхащ. Тхыдэм «гъубж фIыцIэ» цIэр иIэу хыхьащ а махуэр.
1783 гъэм къалъхуащ нэмыцэ щIэныгъэлI, зыплъыхьакIуэ, бзэ куэд зыщIэу щыта, адыгэхэм я псэукIэм мызэ-мытIэу тетхыхьа Клапрот Юлиус.
1884 гъэм къалъхуащ США-м и президент Рузвельт Франклин и щхьэгъусэу щыта, жылагъуэ лэжьакIуэ Рузвельт Элеонорэ.
1956 гъэм къалъхуащ полицэм и генерал-майор, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Кумыщ Мухьэрбий.
1963 гъэм къалъхуащ урысей актёр, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI, УФ-м и цIыхубэ артист Верник Игорь.
1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIу 2004 - 2010 гъэхэм лэжьа ПщыхьэщIэ Iэнас.
1977 гъэм къалъхуащ урысей фигуристкэ, Олимп чемпионкэ, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Бережная Еленэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 21-рэ, жэщым градуси 12 - 14 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыгъушхуэри дыгъущ, дыгъy цIыкIури дыгъущ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "796.txt"
} |
Аушыджэр псы хущхъуэхэр хабжащ къэралым и цIыху нэхъыбэм яфIэфIу зыщагъэпсэхухэм
ТурСтат сайтым наIуэ къищIащ псы хущхъуэхэмкIэ, ятIэхэмкIэ щеIэзэурэ Урысейм и цIыхухэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, зыщагъэхъуж и щIыпIэ нэхъыфIхэр.
Абыхэм хабжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIэж Аушыджэр псы хущхъуэхэр. ЦIыху нэхъыбэ зэкIуалIэ щIыпIэхэр, нэхъ ягу ирихьхэр, хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр щызэпалъытым наIуэ къэхъуауэ аращ ар.
ТурСтатым къызэрыщыхагъэщамкIэ, лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэхэм дежщ - гъатхэмрэ бжьыхьэмрэщ - цIыхухэр псом хуэмыдэу нэхъыбэу псы хущхъуэхэм къыщыкIуэр, ятIэкIэ щызэIэзэр гъэмахуэрщ. Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм, хабзэ зэрыхъуащи, зыгъэпсэхуакIуэхэр зы тхьэмахуэм къыщыщIэдзауэ тхьэмахуитIкIэ щыIэщ, жэщ-махуэм сом минищ цIыху къэс хуэзэу текIуадэу, къет сайтым.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "797.txt"
} |
Дунейпсо кином и тхьэмахуэ Налшык щекIуэкIынущ
Жэпуэгъуэм и 14-м Налшык и Музыкэ театрым къыщызэIуахынущ «FEST-хиты» фIэщыгъэм щIэт, дунейпсо кином и тхьэмахуэ.
Налшык дэт Киноконцерт гъэлъэгъуапIэм махуитхукIэ цIыхухэр щеплъыфынущ Урысейм, хамэ къэралхэм щыщ режиссёрхэм траха фильмхэм. Утыку кърахьэнущ Швейцарием, Японием, Сербием, Швецием, Китайм, Латвием, Армением, Къыргъызым къраша фильмхэр. Сабийхэм папщIэ триха и лэжьыгъэхэр игъэлъэгъуэнущ «Союзмультфильм»-м.
«FEST-хиты»-м хыхьэу цIыхухэм актёр, продюсер цIэрыIуэхэм яIущIэну Iэмал яIэнущ. Абыхэм ящыщщ Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ Варлей Наталье, «Евразия» дунейпсо фестивалым и унафэщI Масуямэ Ренэ, кинематографист Новожилов Сергей сымэ.
Фестивалым и программэр КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и сайтым къыщывгъуэтынщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "798.txt"
} |
Спорт утыкущIэу 8 илъэсым и кIэ пщIондэ къыщызэIуахынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм
Утыкухэр къызыхащIыкIынухэр, абыхэм щагъэувыну Iэмэпсымэхэр, апхуэдэуи футбол губгъуэм иралъхьэнухэр къащэхунущ «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэ «Спортыр гъащIэм и мардэщ» щIыналъэ Iыхьэм хухаха мылъкумкIэ.
Программэм ипкъ иткIэ апхуэдэуи я мурадщ командэ къыхэхахэр гъэхьэзырыным яужь ит спорт зэгухьэныгъэхэм мылъкукIэ зыщIагъэкъуэну.
«Демография» лъэпкъ проектыр тещIыхьащ 2019 - 2024 гъэхэм икIи абы федеральнэ проектитху хеубыдэ: «Сабий къызыхэхъуа унагъуэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэныр», «ЦIыхубзхэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыныр», «Нэхъыжьхэр», «ЦIыхубэм я узыншагъэр гъэбыдэныр», «Спортыр гъащIэм и мардэщ» жыхуиIэхэр. Абыхэм япкъ иткIэ, 2024 гъэм и кIэм ирихьэлIэу республикэм и жылэхэм спорт губгъуэ цIыкIуи 120-рэ, псыгуэнхэр зыхэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэу 5 щащIынущ, апхуэдэуи Iуэху щхьэхуэхэм хухэха ФОК нэхъ цIыкIуу 25-рэ къызэрагъэпэщынущ. А псоми республикэм щыпсэухэм спортымрэ физкультурэмрэ дегъэхьэхынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэнущ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "799.txt"
} |
Былым тхьэмщIыгъуныбэ
КIэтIий гъумыр хуабэ щIыкIэ зэрагъэдзэкIри, псы хуабэкIэ ялъэс. ИтIанэ псывэм шыгъу хадзэри, кIэтIийр абы халъхьэ, къыхахыжри сэкIэ ятхъунщIурэ къабзэ хъуху ялъэс.
ТхьэмщIыгъур ятхьэщI, псыр кIэрагъэж, тIэкIу ягъэжэпхъ е хъыдан къабзэкIэ псыр кIэралъэщIыкI. ИтIанэ тхьэмщIыгъу гъэкъэбзар сэкIэ Iыхьэ-Iыхьэурэ, пIащэшхуэурэ зэтрагъэж (г 200 - 300), ар бэлагъкIэ яущэб, хуэпIащIэ хъухукIэ.
Щэ тхъурымбэри ятхьэщIа нэужь бэлагъкIэ яущэб, щэ кIанэ хэлъмэ, Iыхьэурэ зэпаупщIыж. ТхьэмщIыгъу, щэ тхъурымбэ къагъэхьэзырар тепщэчышхуэм иралъхьэ, абы бжьын упщIэта, бжьыныху уба, шыгъу, бурш, шыбжий плъыжь, джэдгын хьэжа халъхьэ. Псори фIыуэ зэIащIэри, кIэтIий лъэсар абыкIэ якудэ, ирамыубащэурэ, кIэтIий кIапэр зэрыхыгъуафIэу папхыкI. Ар шыуаным иралъхьэ, псы хуабэ щIакIэ, кIэтIий кудар щIигъанэу, хьэкум трагъэувэри, мафIэр ину дэшеяуэ зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр чымчыркIэ къытрахыурэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, шыуаныщхьэр трапIэри, мафIэ щабэм тету ягъавэ. КIэтIий кудар къыщывэм и деж къэуэным хуэдэу къопщ. Апхуэдэу зэрыхъуу тхьэмщIыгъуныбэр шыуаным бэлагъкIэ къыхахри Iэнэм тралъхьэ, кIэтIий пыпхыкIар къагъэлалэри, бэлагъкIэ телъэщIыхьурэ бахъэр кърагъэкI, папхыкIыжри, шыуаным иралъхьэж. Апхуэдэурэ тIэу, щэ щащI щыIэщ. ТхьэмщIыгъуныбэр къэпща нэужь гугъу здрамыгъэхьу сапэкIэ е дзасэкIэ зыугъуэни щыIэщ. Ауэ апхуэдэу зыщIхэм я тхьэмщIыгъуныбэр ва нэужь гъущэ мэхъу. ИщхьэкIэ зэрыттхам хуэдэу пщIымэ, тхьэмщIыгъуныбэр щызэпыбгъэжкIэ щабэу, дагъэри къыщIэжу щытщ, мэ гуакIуи къыхех.
ТхьэмщIыгъуныбэ вар бэлагъкIэ лэпсым къыхахыж, хъурейуэ, мыIув дыдэу сэкIэ зэпаупщI, тепщэчым иралъхьэри пщтыру яшх - бжьыныху шыпс текIауэ, е ар фалъэ цIыкIум щхьэхуэу иту. Дашх пIастэ, мырамысэ хуабэ, чыржын.
Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ):
КIэтIий гъуму - узыхуейм хуэдиз
ТхьэмщIыгъуу - г 1200-рэ
Щэ тхъурымбэу - г 600
Бжьын укъэбзауэ - г 100
Бжьыныху укъэбзауэ - г 120-рэ
Буршу - г 5
Шыбжий плъыжь хьэжауэ - г 5
Джэдгыну - г 10
Шыгъуу - узыхуейм хуэдиз
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "8.txt"
} |
Адыгэ мамлюкхэр
Беркъукъуэ Мысырымрэ Сириемрэ я сулътIан тахътэр тIэу иубыдат: 1382 - 1389 икIи 1390 - 1399 гъэхэм. Тыркумэнхэу Диярбакыррэ Къарэмамидхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэхэр къигъэсэбэпурэ, уэсмэнхэм щезэуам, абы и гъунапкъэхэр зыкъомкIэ егъэбыдэ.
Беркъукъуэ и мавзолейр абы и къуэ ан-Насир Фэрэдж еухуэ, и адэм иужькIэ ар илъэс 13-кIэ сулътIанащ. 1405 гъэм ар зэрехъуэкI аль-Мэнсур Издин Абдул-Хьэзиз, ауэ мазэ бжыгъэ нэхъ димыгъэкIыу Фэрэдж тепщэгъуэр еубыдыж. 1411 гъэм дунейм япэ дыдэу Фэрэдж пщылIыпIэ цIыхухэр ирамыгъэтыну хабзэ къыдегъэкI.
Аргуэру зы илъэс докIри, Беркъукъуэ и къуэр зэрехъуэкI МуIэед Щихъ сулътIаным. Ар хабзэ дахэ зыхэлът, усакIуэт, музыкантт. Езыр хьэпсым щрагъэса щIыпIэм деж МуIэед щрегъэухуэ Каир нэхъ къекIуу иджы дэт мэжджытыр.
Адыгэ мамлюк лIакъуэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Ашраф Сейфеддин Барысбий сулътIаныр. Каир и Iэгъуэблагъэхэм абы флот ин щеухуэ икIи 1426 гъэм Кипрыр къеубыд. ХытIыгум и унафэщIыр Барысбий гъэр ещIри, Iэхъулъэхъу илъу Мысырым къешэ. Илъэс 16-кIэ ар сулътIанащ, а зэманым къэралым и гъунапкъэхэр Азие ЦIыкIум къыщыщIидзэрти, Евфрат и Iуфэхэм нэсырт. Мысырым и къэзэуныгъэр а лъэхъэнэм и щыгу дыдэм нэсат икIи щIэныгъэхэм я доктор Ибрэхьим Алий ТIэрхьэн «Адыгэ мамлюкхэм я къэралыгъуэр» тхыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, ар муслъымэн дунейми, муслъымэн щэнхабзэми я курыкупсэ хъуат.
Барысбий 1438 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м емынэм ихьащ. Абы иужькIэ екIуэкIа илъэс 30-м бжьыпэр яIыгъащ адыгэ Iэтащхьэхэу Исуф, Джэкъмакъ, Инал ЕтIуанэм, Хъущкъуэдэм, Былбей сымэ...
Къулеягъри тхьэмыщкIагъэри Каир щызэгъусэт, дыгъуэныр псори зэсэжат, абы щхьэкIэ тезыр хьэлъэ тралъхьэми. Сатум пыщIахэр къулей зэрыхъум къишэрт абыхэм я егъэлеиныгъэр. ХущIыхьэгъуэ зэрагъуэтыр пыщIат зэрагъэщIэращIэ ислъам гъуазджэм зэрызиужьым, тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр щыплъагъурт мэжджытхэмрэ дин Iуэхум щыхуеджэ еджапIэхэмрэ я мызакъуэу, мамлюк къулейхэмрэ сатуущIхэмрэ я унэхэм. Ауэ къызэрыгуэкI цIыхухэри щIэкъухэрт я псэупIэхэр ягъэщIэрэщIэну. «Каир зы уни дэткъым жэзым къыхэщIыкIа хьэпшып гъэщIэрэщIа гуэр щумыгъуэтыну», - епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм етх ал-Макризи. Мамлюк къулейхэм я унафэкIэ ислъам гъуазджэм и тхыпхъэщIыпхъэхэм IэщIагъэлIхэм адыгэ дамыгъэхэм ящыщ гуэрхэр халъхьэрт. Ноби ахэр щыплъагъунущ курыт лIэщIыгъуэм яухуа чэщанэхэу, унэхэу, быдапIэхэу Сирием (Щам, Хьэлэб, Хьэмус), Ливаным, Палестинэм, Мысырым (Каир, Александрие, Дамиеттэ) щыхъума хъуахэм. Джеймс Олдридж и «Каирым» щыжеIэ: «Нобэр къыздэсым щытщ абыхэм (адыгэхэм - Хь. М.) яухуа фэеплъ инхэр. Ахэр куэд мэхъу, ауэ фэеплъитIыр нэхъ дахэщ, адрейхэм ямыщхьу нэхъ хьэлэмэтщ, нэр пIэпихыу архитектурэм ущыдэзыхьэхщ».
1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа Iэшрэф Сэфудин Къеит-бей. ЗылъэкI гуэрым ар щIалэ цIыкIуу къищэхуат. Адрей мамлюкхэм хуэмыдэу, Къеит-бей и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи сыт щыгъуи игу ихуртэкъым зыщалъхуа адэжь хэкур - Кавказыр. ЗэхэщIыкI нэс зэриIэм и щыхьэту, абы гъуэгу, еджапIэ, быдапIэ, лъэмыж куэд ирегъэухуэ. Бекпэши Абрэхьмэн Зэкий и «Илъэс мин япэкIэ Каир и щытыкIар» тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Къеит-бей лэжьыгъэм дэни щынэсырт. И гулъытэкIэ цIэрыIуэт, абы и зэманым щыIа фэеплъхэр джыным удимыхьэхыу къанэркъым, ахэр умыгъэщIэгъуэни пхузэфIэкIыркъым. Къеит-бей щыпсэуа лъэхъэнэр архитектурэ ухуэныгъэ гъуэзэджэ куэд зэрищIамкIэ ещхьыркъабзэщ ан-Насир ад-дин Мухьэмэд щыпсэуа зэманым. Адыгэ мэжджытхэм зэпымычу зыIэпашэ дуней псом и щIыпIэ Iэджэхэм къикIа архитекторхэр, сурэтыщIхэр, туристхэр».
Къеит-бей унафэщI Iущ къудейм къыщымынэу, дзэзешэ лIыхъужьт. Зыхэта къэзэуныгъэ куэдым «Зыри зытемыкIуэж мамлюк Iэтащхьэ» цIэр абы къыщехь.
Закиров Сэлихь и тхылъ «Дыщэ Ордамрэ Мысырымрэ я дипломат зэхущытыкIэхэр» жыхуи-Iэм (Мэзкуу, 1966) щетх: «Дзэ лъэщ зиIа мамлюкхэм я къэралыгъуэ зэгуэтым, экономикэ зыужьыныгъэ лъагэ зыгъуэтам, мызэ-мытIэу удын иридзащ жорзехьэхэм, монголхэм, уэсмэн тыркухэм».
Уэсмэн сулътIаныр къызэрытеуэнум Къеит-бей нэхъ пасэу гу лъетэ. 1485 гъэм махуэ зыбжанэм къриубыдэу Сирием и гъунапкъэм щыIэ Аданэ, Таре къалэхэм йобгъэрыкIуэри къеубыд. Тырку сулътIаным и малъхъэмрэ пэщэ зыбжанэрэ гъэр ещI. Уэсмэн тепщэ губжьам игу ирелъхьэ Мысырыр къизэуну. Мамырыгъэ зэщIылIэным теухуауэ Къеит-бей къыхилъхьа псори лъэныкъуэ ирегъэзри, тырку сулътIаным 1488 гъэм аргуэру дзэщIэ зэхуешэс икIи Азие ЦIыкIум и щIыналъэм зауэщIэм щыщIедзэ. Адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэ езы Къеит-бей аргуэру тыркухэм ятокIуэ.
Къеит-бей къыгурыIуэрт Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм упэщIэт зэрымыхъужынур икIи мамырыгъэ зэрырищIылIэным щIэкъуу хуожьэ. Мамырыгъэ къращIылIэн папщIэ тыркухэм къыпаубыд Азие ЦIыкIум щыфIаубыда щIыналъэ псори иратыжын хуейуэ. ИкIэм-икIэжым адыгэ сулътIаным 1491 гъэм абыхэм яретыж Тарерэ Аданэрэ. Апхуэдэу еух епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм екIуэкIа тырку-мысыр зауэр. Еух зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ нэхъ къэрал къарууншэм бий нэхъ лъэрызехьэхэм удын лъэщхэр щридза зауэр.
Къеит-бей лIа иужь, Къанщауэ Гъур къытемыувэ щIыкIэ, илъэситху иримыкъум унафэщIиплI зэрахъуэкI - ан-Насир Мухьэмэд, Къансыхъу аз-Захир, Джэмболэт ал-Iэшрэф икIи Тумэн-бей Адыл сымэ. А илъэсхэм Мысырым и сатур йохуэх. Мамлюкхэм къахуэнэжар зыт - Индием и муслъымэн унафэщIхэм елъэIунырт къеныкъуэкъу щымыIэу тенджыз Плъыжьым къыщызыкIухь португал кхъухьхэм ебэнынымкIэ къадэIэпыкъуну. ДэIэпыкъуныгъэ абыхэм ягъуэтакъым. ЗэгурымыIуэныгъэр тенджызым щеух. Суэц флот щаухуэн папщIэ къаша пхъэхэкIхэмкIэ венецианхэр мамлюкхэм къадоIэпыкъу. КхъухьыщIэхэм ярысу адыгэхэр Индием макIуэ икIи 1508 гъэм Бомбей и гъунэгъуу португалхэм удын гуащIэ щрадз. Зы илъэс дэкIа иужь мамлюк тенджыз зауэлIхэм я Iуэхум зехъуэж. Абыхэм я флотыр Диу хытIыгум деж щызэтракъутэ.
Къанщауэ Гъур 1501 гъэм сулътIан мэхъу. А зэманым абы илъэс 60 и ныбжьт. Зи унафэр къыIэрыхьа къэралым тхьэмыщкIагъэ ин ишэча пэтми, зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыхум пIалъэ кIэщIкIэ хэкум зэIумыбзу илъ Iуэхухэр зэпкърех. Мысырым и финанс щытыкIэр ирегъэфIакIуэ.
Унафэ зэрищIа илъэс 15-м къриубыдэу абы Каир кIэнауэ куэд щрегъэтI, еджапIэ-мэжджытрэ школрэ щрегъэухуэ. Адыгэ тхьэмадэм и щIыхькIэ школым «ал-Гъури» цIэр фIащ. Къанщауэ Гъур библиотекэ хьэлэмэт ар-Рамилэ деж щрегъэщI, Каир и Къалэжь хьэблэм щхьэл зыбжанэ къыщызэIуех. Зи ныбжьыр хэкIуэта сулътIаныр усакIуэхэм, макъамэр фIыуэ зылъагъухэм, музыкантхэм сыт щыгъуи яхуэжумартт. Адыгэ хэкум къикIыу ар Мысырым къыщыкIуам балигъ ныбжьым итти, и цIэ дыдэ Къанщауэ Гъурыр ихъуэжакъым.
1516 гъэм уэсмэнлыхэм мамлюкхэм я къэралым зауэ иращIылIэ. Езы сулътIаныр я пашэу мысырыдзэм СириемкIэ еунэтI, тырку зэрыпхъуакIуэхэм яхуэкIуэу. 1516 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м, Мэрдж-Дэбикъ деж, Хьэлэб и бещто лъэныкъуэмкIэ, ахэр щызэхуозэ. Тыркухэр бжыгъэкIэ адыгэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт, абы нэмыщI топ куэд яIэт. Бийм и къарур мамлюкхэм къалъытакъым. Къанщауэ Гъур яукI, и дзэри зэтракъутэ.
1517 гъэм щIышылэм и 22-м сулътIан Сэлим Шынагъуэр Каир дохьэ икIи мазэ бжыгъэ фIэкIа темыта иужьрей мамлюк сулътIан Iэшрэф Тумэн-бей и щхьэр пелъэ. Абдежым Мысырри Сириери Уэсмэн империем и блыгу щIохуэ.
Моер Уильям «Мамлюкхэм я тхыдэм» къыщыхегъэщ:
«Философие, политикэ и лъэныкъуэкIэ адыгэ мамлюкхэр лъэщт, апхуэдэу абыхэм Iэщэр дэгъуэу ягъабзэрт, шы тесынкIи IэкIуэлъакIуэт». Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэ мамлюкхэм къагъэнащ уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм зи инагъым, зи дэгъуагъэм, дахагъэм зыри ирамыщIэфа щэнхабзэ телъыджэм и фэеплъышхуэхэр».
Мысырым и щхьэхуитыныгъэр трахами, уэсмэнлыхэм езы мамлюкхэр дунейм трахужакъым, атIэ илъэс 297-кIэ абыхэм къэралым щаIэ пщIэр яIыгъащ. А зэманым мамлюкхэр етIуанэу Iэтащхьэу щыщыта лъэхъэнэу мэув. Уэсмэн империем и щIыналъэхэм хабжати, Мысырым нэпцIу унафэ щызыщIыр тырку сулътIаным къигъэкIуа пэщэрт. Пэж дыдэу къэралым и мухьэфэзэ щIыналъэ псоми унафэр щызейр «бек» зыфIаща мамлюк эмирхэрт. Абыхэм щIыхэм я нэхъыфIхэр яIэщIэлът. Мухьэфэзэ къэс бек щхьэхуэ иIэжт, тыркухэр зыхуейр абыхэм къратырт.
Сэлим сулътIаным уэркъ бейхэм я зэпеуэныгъэр наIуэу диIыгъырт. АрдыдэмкIэ абы «ахэр игуэшырт икIи унафэ яхуищIырт». Мызэ-мытIэу пэщэхэми, мамлюкхэми, бейгуэлхэми яку зэныкъуэкъуныгъэхэр къыдэхъуэрт. Уэсмэн Iэтащхьэм мурад гуэркIэ и зауэлIхэр игуэшырт, адыгэ мамлюкхэмрэ (къэссемитхэмрэ) тырку бейгуэлхэмрэ (фикэритхэмрэ) зэригъэныкъуэкъурт.
Адыгэ мамлюкхэм я етIуанэрей хьэмтетыгъуэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд итщ франджы еджагъэшхуэ Константин Франсуа Вольней и «1783, 1784, 1785 гъэхэм Сириемрэ Мысырымрэ къызэрыткIухьар» тхылъым. УрысыбзэкIэ ар зэрадзэкIри 1791 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. А тхыгъэм (еянэ Iыхьэ) уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ ирагъэкIуэкIа зэщIэхъееныгъэм и унафэм щIэту щыта адыгэ пэщэ Алий-бек (1728 - 1772) и гъащIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Илъэс 22-рэ щыхъуам ар Мысырым и зы мухьэфэзэм и унафэщIт. Илъэс 13 дэкIа иужьщ адыгэлIыр аль-Бэлэд щихъ - адрей мухьэфэзэ псоми я унафэщI - щыхъуар. А гъэм абы «ал-Кэбир» («Телъыджэ») цIэ лъапIэу щIыхь ин зиIэр къыфIащ. Мазэ зыбжанэ докIри, Каир щыIэ тырку гарнизоныр зэтрекъутэри, къалэр къеубыд, итIанэ Аравиемрэ Сириемрэ мамлюкыдзэм я пашэу макIуэри, текIуэныгъэ зыбжанэ къехь. Алий-бек Меккэ и хъалифу хах. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мысырыр Уэсмэн империем къыIэщIокIыжри, зыми IэщIэмылъ къэрал аргуэру мэхъуж.
Уэсмэнхэм я зэман хьэлъэхэми Мысырым щыщ бекхэм хуитыныгъэ нэс яIащ мамлюкыдзэр, армие псор гъэбыдэнымкIэ. А хуитыныгъэр абыхэм къагъэсэбэпащ: зауэлI ящIыну щIалэщIэ куэд Кавказым кърашащ, я нэхъыбэр адыгэхэу, абазэхэу е мингрелхэу. Абыхэм ящыщт илъэс 13 зи ныбжь абэзэхэ Исуф, Псыжь Iуфэ lyca Щоджэн Даут и къуэр. ИужькIэ ар мамлюк нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм яхыхьащ. Аращ Алий-бек ал-Кэбир зыфIищыжу лIыхъужьыгъэрэ акъылкIэ и цIэр жыжьэу зыгъэIуар. Ауэ ар гъащIэ кIэщIт. Алий-бек мамлюкитIым, Мурад-бекрэ Ибрэхьим-бекрэ, тепщэныгъэр зэдэзыгуэшахэм, зэрахъуэкI. Наполеон Каир къытеуэху а тIур Мысырым и унафэщIу щытащ. Мамлюкхэмрэ франджыхэмрэ щызэзэуащ 1791 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Нил адэкIэ, Эмбабэ деж, Джэзирэ пэмыжыжьэу. А зэхэуэр зи нэкIэ зылъэгъуа, адыгэхэм къахэкIа тхыдэтх Абдел-Рэхьман аль-Джэбэрти и «Биографие, тхыдэ гъэщIэгъуэнхэр» тхылъым щыжеIэ адыгэхэр шыщхьэмыгъазэу Наполеон и дзэм зэребгъэрыкIуар.
МахуиплI нэхъ дэмыкIыу Наполеон Каир дохьэ икIи езым и тепщэ абы щегъэув. Ал-Джэбэрти щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, къыщIедзэ «зауэшхуэхэм, щхьэфэцыр зыгъэхъей къэхъукъащIэхэм, насыпыншагъэ шынагъуэхэм, хьэзаб шэчыным, къехуэкIыным, зэхэзэрыхьам, залымыгъэм, зэкIэлъымыкIуагъэм, зэхэкъутэныгъэм, кIэщIу жыпIэмэ, зэхъуэкIыныгъэ инхэм» я лъэхъэнэм.
... Франджым и консулу Тифлис дэса Гальбэ 1824 гъэм генерал Вельяминовым письмо хуигъэхьащ. Консулым итхырт Бонапарт и «мысыр зекIуэр» зэфIэкIауэ Франджым къыщигъэзэжым, езым щIыгъуу мамлюк Хьэзешэ Алий къызэрыздишар. ИужькIэ илъэс 12-кIэ ар Фонтенебль быдапIэм Iуэхузехьэу щылэжьащ.
Беркъукъуэ Мысырымрэ Сириемрэ я сулътIан тахътэр тIэу иубыдат: 1382 - 1389 икIи 1390 - 1399 гъэхэм. Тыркумэнхэу Диярбакыррэ Къарэмамидхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэхэр къигъэсэбэпурэ, уэсмэнхэм щезэуам, абы и гъунапкъэхэр зыкъомкIэ егъэбыдэ.
Беркъукъуэ и мавзолейр абы и къуэ ан-Насир Фэрэдж еухуэ, и адэм иужькIэ ар илъэс 13-кIэ сулътIанащ. 1405 гъэм ар зэрехъуэкI аль-Мэнсур Издин Абдул-Хьэзиз, ауэ мазэ бжыгъэ нэхъ димыгъэкIыу Фэрэдж тепщэгъуэр еубыдыж. 1411 гъэм дунейм япэ дыдэу Фэрэдж пщылIыпIэ цIыхухэр ирамыгъэтыну хабзэ къыдегъэкI.
Аргуэру зы илъэс докIри, Беркъукъуэ и къуэр зэрехъуэкI МуIэед Щихъ сулътIаным. Ар хабзэ дахэ зыхэлът, усакIуэт, музыкантт. Езыр хьэпсым щрагъэса щIыпIэм деж МуIэед щрегъэухуэ Каир нэхъ къекIуу иджы дэт мэжджытыр.
Адыгэ мамлюк лIакъуэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Ашраф Сейфеддин Барысбий сулътIаныр. Каир и Iэгъуэблагъэхэм абы флот ин щеухуэ икIи 1426 гъэм Кипрыр къеубыд. ХытIыгум и унафэщIыр Барысбий гъэр ещIри, Iэхъулъэхъу илъу Мысырым къешэ. Илъэс 16-кIэ ар сулътIанащ, а зэманым къэралым и гъунапкъэхэр Азие ЦIыкIум къыщыщIидзэрти, Евфрат и Iуфэхэм нэсырт. Мысырым и къэзэуныгъэр а лъэхъэнэм и щыгу дыдэм нэсат икIи щIэныгъэхэм я доктор Ибрэхьим Алий ТIэрхьэн «Адыгэ мамлюкхэм я къэралыгъуэр» тхыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, ар муслъымэн дунейми, муслъымэн щэнхабзэми я курыкупсэ хъуат.
Барысбий 1438 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м емынэм ихьащ. Абы иужькIэ екIуэкIа илъэс 30-м бжьыпэр яIыгъащ адыгэ Iэтащхьэхэу Исуф, Джэкъмакъ, Инал ЕтIуанэм, Хъущкъуэдэм, Былбей сымэ...
Къулеягъри тхьэмыщкIагъэри Каир щызэгъусэт, дыгъуэныр псори зэсэжат, абы щхьэкIэ тезыр хьэлъэ тралъхьэми. Сатум пыщIахэр къулей зэрыхъум къишэрт абыхэм я егъэлеиныгъэр. ХущIыхьэгъуэ зэрагъуэтыр пыщIат зэрагъэщIэращIэ ислъам гъуазджэм зэрызиужьым, тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр щыплъагъурт мэжджытхэмрэ дин Iуэхум щыхуеджэ еджапIэхэмрэ я мызакъуэу, мамлюк къулейхэмрэ сатуущIхэмрэ я унэхэм. Ауэ къызэрыгуэкI цIыхухэри щIэкъухэрт я псэупIэхэр ягъэщIэрэщIэну. «Каир зы уни дэткъым жэзым къыхэщIыкIа хьэпшып гъэщIэрэщIа гуэр щумыгъуэтыну», - епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм етх ал-Макризи. Мамлюк къулейхэм я унафэкIэ ислъам гъуазджэм и тхыпхъэщIыпхъэхэм IэщIагъэлIхэм адыгэ дамыгъэхэм ящыщ гуэрхэр халъхьэрт. Ноби ахэр щыплъагъунущ курыт лIэщIыгъуэм яухуа чэщанэхэу, унэхэу, быдапIэхэу Сирием (Щам, Хьэлэб, Хьэмус), Ливаным, Палестинэм, Мысырым (Каир, Александрие, Дамиеттэ) щыхъума хъуахэм. Джеймс Олдридж и «Каирым» щыжеIэ: «Нобэр къыздэсым щытщ абыхэм (адыгэхэм - Хь. М.) яухуа фэеплъ инхэр. Ахэр куэд мэхъу, ауэ фэеплъитIыр нэхъ дахэщ, адрейхэм ямыщхьу нэхъ хьэлэмэтщ, нэр пIэпихыу архитектурэм ущыдэзыхьэхщ».
1468 гъэм сулътIан тахътэр еубыд къэралыр илъэс 28-кIэ зезыхьа Iэшрэф Сэфудин Къеит-бей. ЗылъэкI гуэрым ар щIалэ цIыкIуу къищэхуат. Адрей мамлюкхэм хуэмыдэу, Къеит-бей и анэдэлъхубзэр ищIэжырт икIи сыт щыгъуи игу ихуртэкъым зыщалъхуа адэжь хэкур - Кавказыр. ЗэхэщIыкI нэс зэриIэм и щыхьэту, абы гъуэгу, еджапIэ, быдапIэ, лъэмыж куэд ирегъэухуэ. Бекпэши Абрэхьмэн Зэкий и «Илъэс мин япэкIэ Каир и щытыкIар» тхыгъэм дыкъыщоджэ: «Къеит-бей лэжьыгъэм дэни щынэсырт. И гулъытэкIэ цIэрыIуэт, абы и зэманым щыIа фэеплъхэр джыным удимыхьэхыу къанэркъым, ахэр умыгъэщIэгъуэни пхузэфIэкIыркъым. Къеит-бей щыпсэуа лъэхъэнэр архитектурэ ухуэныгъэ гъуэзэджэ куэд зэрищIамкIэ ещхьыркъабзэщ ан-Насир ад-дин Мухьэмэд щыпсэуа зэманым. Адыгэ мэжджытхэм зэпымычу зыIэпашэ дуней псом и щIыпIэ Iэджэхэм къикIа архитекторхэр, сурэтыщIхэр, туристхэр».
Къеит-бей унафэщI Iущ къудейм къыщымынэу, дзэзешэ лIыхъужьт. Зыхэта къэзэуныгъэ куэдым «Зыри зытемыкIуэж мамлюк Iэтащхьэ» цIэр абы къыщехь.
Закиров Сэлихь и тхылъ «Дыщэ Ордамрэ Мысырымрэ я дипломат зэхущытыкIэхэр» жыхуи-Iэм (Мэзкуу, 1966) щетх: «Дзэ лъэщ зиIа мамлюкхэм я къэралыгъуэ зэгуэтым, экономикэ зыужьыныгъэ лъагэ зыгъуэтам, мызэ-мытIэу удын иридзащ жорзехьэхэм, монголхэм, уэсмэн тыркухэм».
Уэсмэн сулътIаныр къызэрытеуэнум Къеит-бей нэхъ пасэу гу лъетэ. 1485 гъэм махуэ зыбжанэм къриубыдэу Сирием и гъунапкъэм щыIэ Аданэ, Таре къалэхэм йобгъэрыкIуэри къеубыд. Тырку сулътIаным и малъхъэмрэ пэщэ зыбжанэрэ гъэр ещI. Уэсмэн тепщэ губжьам игу ирелъхьэ Мысырыр къизэуну. Мамырыгъэ зэщIылIэным теухуауэ Къеит-бей къыхилъхьа псори лъэныкъуэ ирегъэзри, тырку сулътIаным 1488 гъэм аргуэру дзэщIэ зэхуешэс икIи Азие ЦIыкIум и щIыналъэм зауэщIэм щыщIедзэ. Адыгэ мамлюкхэм я Iэтащхьэ езы Къеит-бей аргуэру тыркухэм ятокIуэ.
Къеит-бей къыгурыIуэрт Уэсмэн къэралыгъуэшхуэм упэщIэт зэрымыхъужынур икIи мамырыгъэ зэрырищIылIэным щIэкъуу хуожьэ. Мамырыгъэ къращIылIэн папщIэ тыркухэм къыпаубыд Азие ЦIыкIум щыфIаубыда щIыналъэ псори иратыжын хуейуэ. ИкIэм-икIэжым адыгэ сулътIаным 1491 гъэм абыхэм яретыж Тарерэ Аданэрэ. Апхуэдэу еух епщыкIутхуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм екIуэкIа тырку-мысыр зауэр. Еух зауэ хуэIухуэщIэхэмкIэ нэхъ къэрал къарууншэм бий нэхъ лъэрызехьэхэм удын лъэщхэр щридза зауэр.
Къеит-бей лIа иужь, Къанщауэ Гъур къытемыувэ щIыкIэ, илъэситху иримыкъум унафэщIиплI зэрахъуэкI - ан-Насир Мухьэмэд, Къансыхъу аз-Захир, Джэмболэт ал-Iэшрэф икIи Тумэн-бей Адыл сымэ. А илъэсхэм Мысырым и сатур йохуэх. Мамлюкхэм къахуэнэжар зыт - Индием и муслъымэн унафэщIхэм елъэIунырт къеныкъуэкъу щымыIэу тенджыз Плъыжьым къыщызыкIухь португал кхъухьхэм ебэнынымкIэ къадэIэпыкъуну. ДэIэпыкъуныгъэ абыхэм ягъуэтакъым. ЗэгурымыIуэныгъэр тенджызым щеух. Суэц флот щаухуэн папщIэ къаша пхъэхэкIхэмкIэ венецианхэр мамлюкхэм къадоIэпыкъу. КхъухьыщIэхэм ярысу адыгэхэр Индием макIуэ икIи 1508 гъэм Бомбей и гъунэгъуу португалхэм удын гуащIэ щрадз. Зы илъэс дэкIа иужь мамлюк тенджыз зауэлIхэм я Iуэхум зехъуэж. Абыхэм я флотыр Диу хытIыгум деж щызэтракъутэ.
Къанщауэ Гъур 1501 гъэм сулътIан мэхъу. А зэманым абы илъэс 60 и ныбжьт. Зи унафэр къыIэрыхьа къэралым тхьэмыщкIагъэ ин ишэча пэтми, зэфIэкIышхуэ зиIэ цIыхум пIалъэ кIэщIкIэ хэкум зэIумыбзу илъ Iуэхухэр зэпкърех. Мысырым и финанс щытыкIэр ирегъэфIакIуэ.
Унафэ зэрищIа илъэс 15-м къриубыдэу абы Каир кIэнауэ куэд щрегъэтI, еджапIэ-мэжджытрэ школрэ щрегъэухуэ. Адыгэ тхьэмадэм и щIыхькIэ школым «ал-Гъури» цIэр фIащ. Къанщауэ Гъур библиотекэ хьэлэмэт ар-Рамилэ деж щрегъэщI, Каир и Къалэжь хьэблэм щхьэл зыбжанэ къыщызэIуех. Зи ныбжьыр хэкIуэта сулътIаныр усакIуэхэм, макъамэр фIыуэ зылъагъухэм, музыкантхэм сыт щыгъуи яхуэжумартт. Адыгэ хэкум къикIыу ар Мысырым къыщыкIуам балигъ ныбжьым итти, и цIэ дыдэ Къанщауэ Гъурыр ихъуэжакъым.
1516 гъэм уэсмэнлыхэм мамлюкхэм я къэралым зауэ иращIылIэ. Езы сулътIаныр я пашэу мысырыдзэм СириемкIэ еунэтI, тырку зэрыпхъуакIуэхэм яхуэкIуэу. 1516 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м, Мэрдж-Дэбикъ деж, Хьэлэб и бещто лъэныкъуэмкIэ, ахэр щызэхуозэ. Тыркухэр бжыгъэкIэ адыгэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэт, абы нэмыщI топ куэд яIэт. Бийм и къарур мамлюкхэм къалъытакъым. Къанщауэ Гъур яукI, и дзэри зэтракъутэ.
1517 гъэм щIышылэм и 22-м сулътIан Сэлим Шынагъуэр Каир дохьэ икIи мазэ бжыгъэ фIэкIа темыта иужьрей мамлюк сулътIан Iэшрэф Тумэн-бей и щхьэр пелъэ. Абдежым Мысырри Сириери Уэсмэн империем и блыгу щIохуэ.
Моер Уильям «Мамлюкхэм я тхыдэм» къыщыхегъэщ:
«Философие, политикэ и лъэныкъуэкIэ адыгэ мамлюкхэр лъэщт, апхуэдэу абыхэм Iэщэр дэгъуэу ягъабзэрт, шы тесынкIи IэкIуэлъакIуэт». Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэ мамлюкхэм къагъэнащ уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм зи инагъым, зи дэгъуагъэм, дахагъэм зыри ирамыщIэфа щэнхабзэ телъыджэм и фэеплъышхуэхэр».
Мысырым и щхьэхуитыныгъэр трахами, уэсмэнлыхэм езы мамлюкхэр дунейм трахужакъым, атIэ илъэс 297-кIэ абыхэм къэралым щаIэ пщIэр яIыгъащ. А зэманым мамлюкхэр етIуанэу Iэтащхьэу щыщыта лъэхъэнэу мэув. Уэсмэн империем и щIыналъэхэм хабжати, Мысырым нэпцIу унафэ щызыщIыр тырку сулътIаным къигъэкIуа пэщэрт. Пэж дыдэу къэралым и мухьэфэзэ щIыналъэ псоми унафэр щызейр «бек» зыфIаща мамлюк эмирхэрт. Абыхэм щIыхэм я нэхъыфIхэр яIэщIэлът. Мухьэфэзэ къэс бек щхьэхуэ иIэжт, тыркухэр зыхуейр абыхэм къратырт.
Сэлим сулътIаным уэркъ бейхэм я зэпеуэныгъэр наIуэу диIыгъырт. АрдыдэмкIэ абы «ахэр игуэшырт икIи унафэ яхуищIырт». Мызэ-мытIэу пэщэхэми, мамлюкхэми, бейгуэлхэми яку зэныкъуэкъуныгъэхэр къыдэхъуэрт. Уэсмэн Iэтащхьэм мурад гуэркIэ и зауэлIхэр игуэшырт, адыгэ мамлюкхэмрэ (къэссемитхэмрэ) тырку бейгуэлхэмрэ (фикэритхэмрэ) зэригъэныкъуэкъурт.
Адыгэ мамлюкхэм я етIуанэрей хьэмтетыгъуэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд итщ франджы еджагъэшхуэ Константин Франсуа Вольней и «1783, 1784, 1785 гъэхэм Сириемрэ Мысырымрэ къызэрыткIухьар» тхылъым. УрысыбзэкIэ ар зэрадзэкIри 1791 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. А тхыгъэм (еянэ Iыхьэ) уэсмэн зэрыпхъуакIуэхэм я бийуэ ирагъэкIуэкIа зэщIэхъееныгъэм и унафэм щIэту щыта адыгэ пэщэ Алий-бек (1728 - 1772) и гъащIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Илъэс 22-рэ щыхъуам ар Мысырым и зы мухьэфэзэм и унафэщIт. Илъэс 13 дэкIа иужьщ адыгэлIыр аль-Бэлэд щихъ - адрей мухьэфэзэ псоми я унафэщI - щыхъуар. А гъэм абы «ал-Кэбир» («Телъыджэ») цIэ лъапIэу щIыхь ин зиIэр къыфIащ. Мазэ зыбжанэ докIри, Каир щыIэ тырку гарнизоныр зэтрекъутэри, къалэр къеубыд, итIанэ Аравиемрэ Сириемрэ мамлюкыдзэм я пашэу макIуэри, текIуэныгъэ зыбжанэ къехь. Алий-бек Меккэ и хъалифу хах. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мысырыр Уэсмэн империем къыIэщIокIыжри, зыми IэщIэмылъ къэрал аргуэру мэхъуж.
Уэсмэнхэм я зэман хьэлъэхэми Мысырым щыщ бекхэм хуитыныгъэ нэс яIащ мамлюкыдзэр, армие псор гъэбыдэнымкIэ. А хуитыныгъэр абыхэм къагъэсэбэпащ: зауэлI ящIыну щIалэщIэ куэд Кавказым кърашащ, я нэхъыбэр адыгэхэу, абазэхэу е мингрелхэу. Абыхэм ящыщт илъэс 13 зи ныбжь абэзэхэ Исуф, Псыжь Iуфэ lyca Щоджэн Даут и къуэр. ИужькIэ ар мамлюк нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм яхыхьащ. Аращ Алий-бек ал-Кэбир зыфIищыжу лIыхъужьыгъэрэ акъылкIэ и цIэр жыжьэу зыгъэIуар. Ауэ ар гъащIэ кIэщIт. Алий-бек мамлюкитIым, Мурад-бекрэ Ибрэхьим-бекрэ, тепщэныгъэр зэдэзыгуэшахэм, зэрахъуэкI. Наполеон Каир къытеуэху а тIур Мысырым и унафэщIу щытащ. Мамлюкхэмрэ франджыхэмрэ щызэзэуащ 1791 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м Нил адэкIэ, Эмбабэ деж, Джэзирэ пэмыжыжьэу. А зэхэуэр зи нэкIэ зылъэгъуа, адыгэхэм къахэкIа тхыдэтх Абдел-Рэхьман аль-Джэбэрти и «Биографие, тхыдэ гъэщIэгъуэнхэр» тхылъым щыжеIэ адыгэхэр шыщхьэмыгъазэу Наполеон и дзэм зэребгъэрыкIуар.
МахуиплI нэхъ дэмыкIыу Наполеон Каир дохьэ икIи езым и тепщэ абы щегъэув. Ал-Джэбэрти щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, къыщIедзэ «зауэшхуэхэм, щхьэфэцыр зыгъэхъей къэхъукъащIэхэм, насыпыншагъэ шынагъуэхэм, хьэзаб шэчыным, къехуэкIыным, зэхэзэрыхьам, залымыгъэм, зэкIэлъымыкIуагъэм, зэхэкъутэныгъэм, кIэщIу жыпIэмэ, зэхъуэкIыныгъэ инхэм» я лъэхъэнэм.
... Франджым и консулу Тифлис дэса Гальбэ 1824 гъэм генерал Вельяминовым письмо хуигъэхьащ. Консулым итхырт Бонапарт и «мысыр зекIуэр» зэфIэкIауэ Франджым къыщигъэзэжым, езым щIыгъуу мамлюк Хьэзешэ Алий къызэрыздишар. ИужькIэ илъэс 12-кIэ ар Фонтенебль быдапIэм Iуэхузехьэу щылэжьащ.
ИужькIэ къызэрыщIэкIамкIэ, а мамлюкыр Псейкупс и Iуфэм щыпсэуа абэзэхэ унагъуэм щыщт. Илъэс 14-м иту ар гъэру яубыдри, Анапэ къашащ икIи тырку гуэрым иращэгъащ. ИужькIи тыркум Алий нэгъуэщI гуэрым ирищэжащ. Сытми, ныбжьыщIэр Мысырым къыщыхутащ икIи мамлюкхэм хагъэхьащ.
И адэжь хэку къэкIуэжыну щIалэм мурад ищIащ икIи къилъыхъуэу хуежьащ и Iыхьлыхэр. ИтIанэ ар щIэупщIэрт мылъку гуэр къылъысыжынкIэ хъунуми. КъызэрыщIэкIамкIэ, жьы дыдэ хъуа и адэри, и адэ къуэшхэри псэут, нэгъуэщI и Iыхьлы гъунэгъухэри щыIэт. Ауэ, дэ дызэрыщыгъуазэмкIэ, абы и хэку къигъэзэжакъым. Сыт щхьэкIи къигъэзэжынт, Кавказым икIыу мыпхуэдэ жэуап Iэрыхьэжамэ: «Мылъку лей лъэпкъ диIэкъым, ди щхьэ зэрыдгъэпсэужын фIэкIа» - жиIэу.
Апхуэдэ щIэщхъу Iейхэри адыгэ мамлюкхэм къащыщIырт.
Адыгэ мамлюк сулътIанхэр, игъащIэ лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ адрей уэркъ псоми хуэдэу гъэпщылIакIуэу щыт пэтми, езы къэралым щыпсэухэм я деж абыхэм пщIэшхуэ щаIэт. ИлъэсиблкIэ Iэтащхьэу щыта Беркъукъуэ ас-Сэлихь Хьэжым тридза иужь, цIыхубэм псэлъафэу жаIэрт: «Беркъукъуэ и щыхьхэм я гъусэу кIуэжащ, Хьэжыр ивхэм я гъусэу къэкIуащ». НэгъуэщI зы щапхъи. Сэлим сулътIаныр Къанщауэ Гъур, итIанэ Тумэн-бей ятекIуа нэужь, етIуанэу зи цIэ къитIуар щхьэпылъэ щищIым, Каир щыпсэухэр къызэрыIэтат тырку зэрыпхъуакIуэхэм я къанлыгъэр ямыдэу. Къалэдэс къызэрыгуэкIхэм ягъэщIагъуэрт Тумэн-бей лIыгъэ хэлъу, и щхьэр зыкIи имыгъэщхъыу лIэныгъэр къызэрищтар.
1801 гъэм франджыхэм Мысырыр ябгынэ, абыхэм я пIэ къиува инджылызхэм, тыркухэм Мысырым щаIа тепщэгъуэр зэфIагъэувэж.
Албанием щыщ Мухьэмэд Алий илъэситхукIэ бэнэныгъэ гуащIэ ядригъэкIуэкIащ адыгэ мамлюкхэмрэ тыркухэмрэ, текIуэныгъи къихьащ. Мамлюк бекхэр дикъузэ щыхъум инджылызыдзэм КаиркIэ иунэтIащ. ЛIыхъужьыгъэрэ цIыхугъэрэ зыдалъагъу адыгэхэм инджылызхэр яхуэарэзыт, иджыкIи ахэр хущIэкъурт Кавказым къикIа лIыпхъэхэм я щIэблэм бжьыпэр ирагъэубыдыжыну. АрщхьэкIэ, гъэпцIагъэ кIэлъызэрахьэри, инджылызхэр зэхакъутащ. Гъэр къащIахэр пщылIу ящэрт, Британием и зауэлI 450-м я щхьэхэр бжэгъухэм фIаIури Каир уэрамыщхьэхэм къытрагъэуват.
Мамлюк бекхэм Мухьэмэд Алий иджыри ягъэлъэщатэкъым. Абыхэм я къарум, пщIэшхуэ зэраIэм абы пыIэгъуэ къритыртэкъым. Арати, Мухьэмэд Алий мурад ещI адыгэхэр хьилагъэкIэ зэтриукIэну. ФIыуэ илъагъу и къуэ Турсун-пэщэр Хъиджаз зэрыкIуэм и щIыхькIэ гуфIэгъуэ ефэ-ешхэ ищIу игъэIури, 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-м адыгэ бек 500 къригъэблэгъащ. Абы щыгъуэми зыпхигъэIукIат дахэкIэ ягурыIуэн мурад иIэу.
Мамлюкхэр арэзы хъури, Шэхъинбек я пашэу, къеблэгъахэщ. Пэщэм дзэхэм я еплъыныгъэр иригъэкIуэкIа нэужь, адыгэ бекхэр, дэкIыпIэ зэвым дэтхэу, чэщанэм къыдэкIыжхэрт. ЗанщIэу гъущI куэбжэ хьэлъэхэр абыхэм я гупэмкIэ щызэхуащIыж икIи блын лъагитIым я зэхуаку бэнзэвым ахэр къыдонэ. ЦIыхуу 500-м щыщу псэууэ къэнар зы закъуэщ, адрейхэр къызэтраукIащ лъагэу къытес Iэрнэутхэм, Мухьэмэд Алий и цIыхухэм.
А IуэхущIафэ шынагъуэм и хъыбарыр дуней псом щызэлъащIысат. Ягу къагъэкIыжырт урыс пащтыхь Петр Езанэр, абы шабзауэхэр зэрызэтриукIар. Бонапарт Наполеон зауэшхуэ иригъэкIуэкIахэр игъэлъапIэу зи сурэтхэм къыщызыгъэлъэгъуа франджы сурэтыщI-баталист цIэрыIуэ Верне Орас а къэхъугъэр зэрекIуэкIар къызыфIигъэщIыжри, «Мамлюкхэр зэрызэтраукIар» сурэтыр ищIауэ щытащ. Тхыдэм теухуа романхэр иджырей хьэрып литературэм япэу къыхэзыхьа Зейдан Джорджи (1861 - 1914) адыгэ мамлюкхэм ятритхыхьащ роман зыбжанэ - «Уэсмэнхэм тахътэр яубыд», «ГъэрыпIэм ихуа Мэхьди», «Мамлюкхэм я IуэхущIафэр», «Мамлюк щIэпхъуэжар» жыхуиIэхэр. Ардыдэм теухуащ Абу Хъадид Мухьэмэд 1926 гъэм къыдигъэкIа «Мамлюкым и пхъур», Дэлил Ибрэхьим «Амир Хъайдар» (1945) зыфIаща романхэр, Рамзи Ибрэхьим и «Мансурэм и лIыхъужьхэр» пьесэр (1915), нэгъуэщI тхыгъэ куэдхэри.
Инджылыз еджагъэшхуэ Дж. Камерон къызэрибжамкIэ, Наполеон къытеуэн и пэкIэ Мысырым адыгэ мамлюк мин 40 исащ. Инджылызхэр щиIэпхъукIыжа 1803 гъэм къэралым мамлюкыу щыпсэужар мин 20 къудейщ. Бекхэр зэтраукIэу унагъуэ Iэджи Iисраф ящIа нэужь, мамлюк минитIым нэст къэнэжар.
Мухьэмэд Алий и къуэрылъху Исмэхьил и тетыгъуэм ирихьэлIэу Урыс-Кавказ зауэр иухат. Псыжь Iусауэ хэкум иIэпхъукIахэм ящыщу адыгэ минищым Мысырыр екIуэлIапIэ ящI. Абыхэми, псэууэ къэна мамлюкхэм къатехъукIыжа щIэблэми я цIэр фIыкIэ ягъэIуащ. Куэдым зратат дзэ къулыкъум, адрейхэм къахэкIащ «уей-уей» жезыгъэIэ еджагъэшхуэхэр, сурэтыщIхэр, архитекторхэр, тхакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, артистхэр.
«Мамлюкхэм я етIуанэ къэралыгъуэр къызэрыхъуар» лэжьыгъэм хьэрып тхыдэтх Хьэким Амин Абдел-Сайед мыпхуэдэу щетх: «Курыт лIэщIыгъуэхэм Мысырым иIа тхыдэм адыгэхэм увыпIэшхуэ щаубыд, ахэр я псэ емыблэжу Iуэхум зэрыхуэпэжым зэщIигъэстащ икIи зэщIиIэтащ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ XX лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIымрэ екIуэкIа хьэрып революцэхэр».
А лъэхъэнэхэм Мысырым щыпсэуа адыгэхэм фIыуэ ялъагъу я хэкум апхуэдизкIэ пэмыIэщIэми, я лъэпкъ напэр ягъэпудакъым - щэнхабзэ, щIэныгъэрэ литературэкIэ, зауэ хуэIухуэщIэрэ къэрал зехьэнкIэ зэфIэкIышхуэ яIэу зыкъыщагъэлъэгъуа къэралым, хэку етIуанэ яхуэхъуам, и пщIэр лъагэу яIэту, хуэпэжу къулыкъу хуащIащ.
ДЖАТЭМРЭ КЪАЛЭМЫМРЭ ЗИ IЭЩЭ
Ди япэ хъыбарыр теухуащ Мысырым и къэрал лэжьакIуэшхуэ, щIэныгъэм цIыхухэр ешэлIэным теухуауэ куэд зылэжьа, усакIуэ цIэрыIуэ Мыхьмуд Сэми аль-Баруди (6.Х. 1838-12.XII. 1904). Абы и адэ Хьэсэн Хъусний-бек адыгэ мамлюкхэм къахэкIат. Мысырым и топыдзэхэм я унафэщIу щытащ. Мыхьмуд Сэми и ныбжьыр илъэсиблым иту, и адэ-анэр лIэри, зеиншэу къэнат.
ЯпэщIыкIэ ар зришэлIэжащ и адэшхуэ Абдулэхь аль-Шаркасие («Шаркасием» «адыгэ» жиIэу къокI- Хь. М.), иужькIэ сабий зеиншэр зыхуей хуэзэу пIыныр, егъэджэныр я пщэм далъхьэжащ Iыхьлыхэм. Илъэс пщыкIутIым иту ныбжьыщIэр щIотIысхьэ дзэзешэхэр щрагъаджэ еджапIэм, ар 1855 гъэм офицеру къеух.
Зауэ хуэIухуэщIэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм къыдэкIуэу, мо щIалэ гурыхуэр литературэми дихьэхырт, куэд еджэрт. Абы иджащ курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа къэжэр-хьэрып тхакIуэхэм я къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэр, и лъэхъэнэгъухэм ятхахэр. Хуэмурэ езыри бзэм хуэIэрыхуэ мэхъу. Абы гукIэ ищIэрт хьэрып усыгъэ нэхъыфIхэр, тхэкIэм и щапхъэу къэгъуэгурыкIуэхэр. ЩIэчэ имыIэу и щIэныгъэм хигъахъуэрти, тхыбзэми хуэшэрыуэ хъуат.
Баруди фIыуэ ищIэрт къызыхэкIа адыгэ лъэпкъми хьэрыпхэми я тхыдэр. Абы куууэ щыгъуазэ зищIащ инджылыз, урыс, къэжэр, франджы, тырку щэнхабзэхэм. А псоми и зэхэщIыкIым хагъахъуэрт, фIымрэ Iеймрэ зэхигъэкIыфу ягъасэт, тхэным къыхуигъэушырт.
Истамбыл щыдэсым, зэман кIэщIым къриубыдэу, абы фIы дыдэу зригъэщIат къэжэрыбзэмрэ тыркубзэмрэ. И насып кърехьэкIри Баруди мыбы цIыхугъэ щыхуохъу тырку прозэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хьэгъур Ахьмэд (1844-1913). Абы дежи къыщещIэ и хэку жыжьэр, Кавказыр, зэрыдахащэр, Кавказ къуршхэм я дахагъым хуэдэ щыплъагъун зэрыщымыIэр, хуитыныгъэр фIыуэ зылъагъу адыгэхэм лIыгъэшхуэ зэрахэлъыр, урыс пащтыхьым и бийуэ абыхэм бэнэныгъэ гуащIэ зэрырагъэкIуэкIыр. ГущIыхьи гухэхъуи хэлът а хъыбархэм. Кавказым щыпсэу и лъэпкъэгъухэр усакIуэм и нэгум къыщIыхьэрт таурыхъхэм хэт лIыхъужь бланэхэм ящхьу - шу щхьэмыгъазэхэу, бийм екIурабгъу зыхуимыгъуэтхэу. Ар псэкIэ зыхищIэми, и акъылкIэ къыгурыIуэрт урысыдзэр зэрыбжыгъэншэр, абыхэм япэщIэт адыгэхэр зэрымащIэIуэр икIи зи хэкум шапэIудз зыхуэзыщIхэм иригушхуэми, абыхэм я щхьэм кърикIуэнум игъэгулэзырт.
Баруди Истамбыл щрагъэцIыху Мысырым и тет Исмэхьил. Каир къэкIуэжа нэужь, тетым и дзэм хегъэхьэ адыгэ офицерыр. Зауэ хуэIухуэщIэхэр иджу Мыхьмуд Сэми Инджылызымрэ Франджымрэ щыIащ. Офицер хахуэу Баруди зыкъыщигъэлъэгъуащ Крит хыхъуанэм (1866 гъэ) зыкъыщызыIэтахэр «щагъэсабырыжми» Урыс-Тырку зауэми (1877 гъэ). Зыбжанэрэ абы къыхуагъэфэщащ Тырку сулътIанми Мысырым и тетми я дамыгъэ нэхъ лъапIэхэр.
Куэд дэмыкIыу Баруди и къулыкъукIи драгъэ-кIуэтей, ар полковник мэхъу, итIанэ генерал ящI. ИужькIэ аш-Шэркъийе щIыпIэм и губернатору ягъэув. Зэман мащIэ дыдэ докIри, ар Каир къашэж къалэм и унафэщIу. 1879 гъэм щIэныгъэхэмкIэ министр къулыкъур кърат.
Мис а лъэхъэнэм Мыхьмуд Сэми иужь йохьэ къызыхэкIа лъэпкъым и лIакъуэр зэфIэгъэувэжыным. Абы папщIэ Каир дэт музейм фунт стерлинг 3000 ирет. А зэманым ар ахъшэшхуэт.
Куэдрэ лъыхъуа нэужь, музей лэжьакIуэхэм къахутэн яхузэфIэкIащ Баруди и лIакъуэр къыщежьэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар къыщежьэрт Барысбей унэцIэм - адыгэ мамлюкхэм я пащтыхьыгъуэм и лъэхъэнэм Мысырымрэ Сириемрэ и епщIанэ сулътIану илъэс пщыкIухкIэ (1422-1438) тетыгъуэр зыIыгъам деж.
АдэкIэ Баруди и гъащIэр пещIэ 1879 - 1882 гъэхэм екIуэкIа лъэпкъ- щхьэхуитщIыжакIуэ зэщIэхъееныгъэм. АтIэ а зэщIэхъееныгъэм сытыт къежьапIэ хуэхъуар? Ар гурыIуэгъуэ тщIын папщIэ тхыдэм къыхэтха зы щапхъэ къэтхьынщ.
«Дэ, чыристанкIэ зэджэжхэр, - итхыгъащ Дж. Камерон 1898 гъэм, - дриукIытэж хъунущ илъэс щэщIкIэ (1849 - 1882 гъгъ.) чыристан щхьэхуещэхэм муслъымэн Мысырыр дакъузэу зэрыщытам. Хьэуэ, ахэр IэщэкIэ зэтраукIакъым, абыхэм лей кIэлъызэрахьэу гущIэгъуншэуи яхущытакъым, ауэ узижагъуэну ягъэпудащ мобыхэм зыкъызэратамрэ езыхэм унафэр зэраIэщIэлъымрэ къакъуэгушхукIыурэ, ищхъэрэ лъэпкъхэм зыхамыщIыкI я хабзэхэр зэрыхуейуэ къагъэсэбэпурэ».
Мыбдежым Камерон зи гугъу ищIыр мыращ: Инджылызымрэ Франджымрэ я ахъшэ гъэтIылъыпIэ инхэм - банк абрагъуэхэм - къэралым и мылъкур зралъэфэлIат. Суэц кIэнауэмрэ нэгъуэщI ухуэныгъэ инхэмрэ зэфIигъэкIын папщIэ Мысырым щIыхуэшхуэ къаIихат хамэ къэралхэм. Банкхэм я фейдэшхуэ хэлъут а щIыхуэр къызэрыратари, абы и пшыныжыным Мысырыр къулейсыз ищIырт. Къэралыр ягъэунэхъурт тепщэгъуэр зыIыгъ пэщэхэми. Мылъкушхуэ Iисраф ящIу абыхэм я гъащIэр нэгузыужьыгъуэу яхьырт икIи я гугъэт къэралымрэ цIыхубэмрэ зэикI факъырэ мыхъуну. Мухьэмэд Алий 1848 гъэм делэ хъуауэ лIэжащ. Абы и ужькIэ къэралым и тепщэ мэхъухэр: и къуэрылъху Аббас (1848 - 1854), и къуэхэм ящыщ зы - Сэхьид (1854 - 1863), и адрей къуэрылъху Исмэхьил (1863 - 1879), и быным и быныж Тауфикъ (1879 - 1892). Абыхэм Мысырыр Европэм ещхьу псэуным хуаузэщI. 1875 гъэм къэралым щIыхуэу къытехуа псом пэкIуэу зы илъэсым проценткIэ итын хуейт фунт стерлинг мелуанийм нэблагъэ. Апхуэдэурэ щIыхуэр зытригъэкIыжын папщIэ хедив (къэжэрыбзэкIэ «зиусхьэн», «тепщэ» жиIэу къокI) Исмэхьил илъэс къэс налогыу цIыхухэм ятрилъхьэм хигъахъуэрт. Зэман кIэщIым къриубыдэу щIым папщIэ ят налогым хуэдиплIкIэ хэхъуат.
Хедивым, къэралыр зэрыт щытыкIэ гугъум къришын мурадкIэ, 1875 гъэм ещэ Суэц кIэнауэм и акцэу Мысырым иIар. «Мысырыр кIэнауэм ейуэ щытыжынкъым, атIэ кIэнауэр Мысырым ей хъужынщ» жыхуиIэ Iуэху еплъыкIэр пхригъэкIын мурадкIэт апхуэдэу щIищIари, ари къехъулIакъым. Инджылыз лIыщхьэхэр Мысырыр яубыдынымкIэ Суэц кIэнауэм и акцэхэр зэрыIэрыхьам къигъэбырсеяуэ плъытэ хъунущ.
1876 гъэм Исмэхьил щегъэт щIыхуэ къытехуар ипшыныжыныр, апхуэдэ лъэкIыныгъэ зэримыIэжри хэIущIыIу ещI. Зи щIыхуэ телъхэр хуит мэхъу Мысырым и мылъкур зыIэщIалъхьэжыпэнымкIэ. Я щIыхуэр кърагъэпшыныжынымкIэ ахэр зыщыятэр цIыхубэращ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1877 гъэм къыхахын хуей налогыр къыхрагъэхат мазибгъу и пэ къихуэу. Ар зрагъэхъулIащ лей зезыхьэ дзэ пакIэхэр къэралым хаутIыпщхьэри.
Къейт-бей сулътIаныр
Мысыр тхыдэтх Ийас Мухьэмэд
Къанщауэ Гъур сулътIаным Каир дригъэщIыхьа мэжджытыр.
Къанщауэ Гъур сулътIаныр
Алий-бек ал-Кэбир сулътIаныр
Адыгэ мамлюк зауэлI
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "800.txt"
} |
Адэжь макъамэ, сытхэр уи щэху?
«Тыркум щыпсэу абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я макъамэ IуэрыIуатэр» фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ Истамбыл къыщыдэкIащ ди лъэпкъэгъу пщащэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Абхъаз къэрал университетым и доцент, Гулиа Дмитрий и цIэр зезыхьэ институтым IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Чурей Дыжьын и тхылъ.
Чурейм и щIэныгъэ къэхутэныгъэхэр бзищкIэ (адыгэбзэ, абхъазыбзэ, урысыбзэ) гъэпсащ. Мыр пщащэм и доктор диссертацэр зэрыпхигъэкIыну лэжьыгъэщ.
Дыжьын ди республикэм фIыуэ къыщалъагъу, и Iуэху дахэхэмкIэ къыщацIыху бзылъхугъэщ. Ар куэд щIауэ IуэрыIуатэм дехьэх, езыри пасэрей адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм ящыщу бжьамийм Iэзэ дыдэу зэрепщэм куэд щыгъуазэщ.
ЗэрытщIэщи, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэм тхыдэшхуэ яIэщ. Тхылъым и псалъэпэм щыжыIащ сыт хуэдэ лъэпкъми и дунеймрэ и хьэлымрэ къэзыIуатэ Iэмалхэр абы зэриIэр. Адыгэ макъамэхэм я зэхэлъыкIэ дахащэр къэзыгъэщIыр Iэмэпсымэ хьэлэмэтхэрщ, адрей лъэпкъхэм яйм емыщхьщ. Ахэр я ныбжькIи, зэфIэкIкIи, щIыкIэкIи зэхуэдэкъым. Аращ ди макъамэхэр псоми къахэзыгъэщхьэхукIыр.
XIX лIэщIыгъуэм Хъан-Джэрий иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм ятепщIыхьмэ, Iэпэпшынэмрэ пшынэтIаркъымрэ къэзыгъэсэбэпыну хуиту щытар пщыхэмрэ уэркъхэмрэт. Абыхэм я хьэщIэщым къыщIэIукIыу куэдрэ зэхэпхынут а Iэмэпсымэ хьэлэмэтхэмкIэ езыхэм ягъэзащIэ макъамэ удэзыхьэххэр. ГуфIэгъуэ Iуэхухэм деж джэгуакIуэхэр шыкIэпшынэ ирагъауэрт.
Чурей Дыжьын и тхылъыщIэм зэрыщитхымкIэ, адыгэхэм ящыщ куэд Уэсмэн къэралыгъуэм ягъэIэпхъуа иужькIэ, абыхэм я гъусэу щэнхабзэм и зы IыхьэфIи здрахащ. Хэкум пэIэщIэу къэна ди лъэпкъэгъухэм зэрахузэфIэкIкIэ захъумэжащ, щэнхабзэ, бзэ и лъэныкъуэкIэ емыфIэкIуами, яIэщIэлъыр егугъуу яхъумащ. Иджыри къэсыху хэхэс адыгэхэм я макъамэ IуэрыIуатэр и кIэм нэсу джа, къэхута мыхъуауэ йокIуэкI. Къыхэгъэщыпхъэщ мы тхылъым лъабжьэ хуэхъуа макъамэхэмрэ уэрэдхэмрэ езы Дыжьын 2008 - 2012 гъэхэм Тыркум щызэхуихьэсыжахэр арауэ зэрыщытыр.
Лъэпкъ тхыдэр нэхъ нэIурыту, пэжу, анэдэлъхубзэр лей кIэрымылъу къабзэу къыщызэтенэхэм ящыщщ лъэпкъ макъамэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ. Дуней телъыджэ къыпхузэIуах Дыжьын и къэхутэныгъэхэм.
Тхылъым и теплъэри ит сурэтхэри екIуу зыщIар Иорданием щыщ ди лъэпкъэгъу пщащэ Къэрэгъул Зейнэщ.
«Тыркум щыпсэу абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я макъамэ IуэрыIуатэр» къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьэнымкIэ мылъкукIэ, чэнджэщ щхьэпэкIэ Дыжьын къыдэIэпыкъуар и адэ, адыгэгу зиIэ нэхъыжьыфI Чурей Алийщ. Апхуэдэуи абы фIыщIэ лей хуещI и тхылъыр къыщыдэкIа тедзапIэм и унафэщI Ардзинбэ Алпай, Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ, тхыдэдж Гожбэ Руслан, АКъУ-м филологиемкIэ и факультетым и егъэджакIуэ, доцент Хиббэ Людмилэ, и доктор лэжьыгъэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къудей Зинаидэ сымэ.
Макъамэ IуэрыIуатэм теухуауэ Чурей Дыжьын и еплIанэ тхылъым и лъэтеувэ Абхъазымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щащIыну я мурадщ. Абыхэм хуейхэм ар щызыIэрагъэхьэфынущ.
Щомахуэ Залинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "801.txt"
} |
Зи IэщIагъэм хуэIэижь къегъэлакIуэхэр
Абы хэтащ Урысей МЧС-м, УФ-м ТранспортымкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэхэм, «Газпром» ПАО-м я гупхэр, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэхэу Урысейм и щIыналъэхэм щыIэхэм я гупи 10.
Гупу, зи закъуэу увыпIэ пэрытхэм хущIэкъуа спортсменхэр ерыщу щызэпеуащ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэу 4-м.
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къуэдзэ (ГПС-мкIэ) Борисов Вячеслав зэхьэзэхуэхэм кърикIуахэр зэхилъхьэжу къыщыпсалъэм, спортсменхэм фIыщIэ яхуищIащ зэпеуэхэм екIуу зэрыхэтам, къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм папщIэ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ мафIэсгъэункIыфI-лIыхъужь Максимчук В. М. и щIыхькIэ илъэс къэс ирагъэкIуэкI урысейпсо зэпеуэхэр я лэжьакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэижьыр, цIыхухэр къегъэлын Iуэхум зэрыхуэпэжыр щIэблэщIэм зыхащIэнымкIэ щапхъэу зэрыщытыр.
Зэхьэзэхуэхэм я судья нэхъыщхьэ, Урысей МЧС-м и спорт клуб нэхъыщхьэм и унафэщI Филиппов Владислав жиIащ зэхьэзэхуэхэр екIуу зэрекIуэкIар икIи абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ.
Зэпеуэм щытекIуахэмрэ ехъулIэныгъэфI къэзыгъэлъэгъуахэмрэ иратащ щIыхь тхылъхэр, медалхэмрэ кубокхэмрэ, саугъэт лъапIэхэр.
Гуп зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Санкт-Петербург къалэм щыIэм, етIуанэ хъуащ Мэзкуу къалэмщыIэ Управленэ нэхъыщхьэр, ХМАО-Югра щыIэ Управленэр ещанэщ.
Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "802.txt"
} |
Сом мелуан 790-рэ
«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2019 гъэм цIыхухэм щIыхуэу яритащ сом мелуан 790-м щIигъу. БлэкIа мазибгъум къриубыдэу - мелуан 94-рэ къызэщIэзыубыдэ кредит 53-рэ.
Банкым щIыхуэ тыкIэр ирегъэфIакIуэ, цIыхухэм ар тыншу къагъэсэбэпын хуэдэу.
Банкым и къудамэм и унафэщI Атакуев Заур зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм нэхъыбэу щIыхуэ къыщIащтэр фэтэр къащэхун папщIэщ.
Пенсэ тIысыжахэм
ядолажьэ
«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм 2019 гъэм пенсионерхэм кредит 600-м щIигъу яритащ сом мелуани 155-рэ хуэзэу.
Иджыпсту банкым къегъэсэбэп пенсэ ныбжьым итхэм папщIэ игъэбелджыла Iуэху щхьэхуэ. ЩIыхуэ ират лажьэхэм, апхуэдэуи щIыхуэр ипшыныжыныр щиухым зи ныбжьыр илъэс 75-м щхьэдэмыхыну мылажьэ пенсионерхэм. Зи пенсэр филиалым и счётым зыгъакIуэхэм щIыхуэм щхьэщатыкIыр нэхъ мащIэщ.
«Урысей мэкъумэшбанк» АО-м зэфIих Iуэхутхьэбзэхэм щыгъуазэ зыщыфщIыфынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ IуэхущIапIэхэм, апхуэдэуи езым и сайтым: www.rshb.ru.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "803.txt"
} |
IэнатIэ гугъум пэрытхэр
Дауэдапщэм хэтащ Управленэм и унафэщIхэр, лэжьакIуэхэм я Iыхьлыхэр, ОМОН-м и къулыкъкур щезыхьэкIхэр, я къалэн ягъэзащIэу зэхэуэм хэкIуэдахэм я благъэхэр.
- Фи IэнатIэр тыншкъым, шынагъуэ куэд пыщIащ. Арами, фи пщэ дэлъ лэжьыгъэм и мыхьэнэр къывгурыIуэжу, мамырыгъэр фхъумэн папщIэ фи къарум фемыблэжу къулыкъур ивохьэкIри, фэри фыкъызыхэкIа унагъуэхэми фIыщIэ ин фхуэсщIыну сыхуейт, - жиIащ гупым и командир, полицэм и полковник Шэпар Руслан, ОМОН-м и лэжьакIуэхэм захуигъазэу.
ЛэжьакIуэ пашэхэм цIэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ, щIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр иратащ.
Фырэ Анфисэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "804.txt"
} |
ЦIыху щэджащэхэр
IутIыж Борис
Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борис 1940 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Абы IэщIагъэ щызригъэгъуэтащ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэм. Еджэным щыпищащ Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием хыхьэу Бзэ щIэныгъэхэмкIэ Тбилиси дэт институтым и аспирантурэм.
IутIыжым лъэпкъ литературэм хуилэжьам ущытепсэлъыхькIэ, усэ купщIафIэхэр, новеллэ гьэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхыгъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр къыхэгъэщыпхъэщ. Апхуэдэу анэдэлъхубзэм, литературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгьэхэмкIэ, сабий усэхэмкIэ къытхуэупсащ. Арами, IутIыж Борис нэхъ къызэрацIыхуу щытар, драматургыущ, цIэрыIуэ нэхъ зыщIари и пьесэ купщIафIэхэрщ. Едзыгъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс усэбзэкIэ итхащ IутIыжым. Псалъэм папщIэ, «Тыргъэтауэ», «Дамэлей», «Эдип», «Мазэгъуэ», «Лъыгъажэ жэщ» «Кушыкупщ», «Кхъужьеибэ», «Нартхэ я дыгъэ», «Шамхьун и фызышэ», «Гуащэмыдэхьэблэ», «Хьэцацэ дахэ», «Хьэпэщыпхэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», «Дунейр - театрщ», нэгъуэщIхэри. IутIыжым и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэр щагъэлъэгьуащ Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Абхъазми, Дагъыстэнми, Осетие-Ищхъэрэми, Къалмыкъми, Москва къалэми.
Мысостышхуэ Пщызэбий
Москва дэт ГИТИС-р къэзыуха, иужькIэ режиссёр IэщIагъэри а еджапIэм щызэзыгъэгъуэтыжа актёр цIэрыIуэ, Абхъаз Республикэм и цIыхубэ, УФ-м щIыхь зиIэ я артист, Къэбэрдей-Балъкъэрми Адыгейми я къэрал саугъэтхэм я лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий 1935 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м къалъхуащ. Абы и гъащIэ псор адыгэ театрым хуэлэжьэным триухуат.
Пщызэбий Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и режиссёру, режиссёр нэхъыщхьэу илъэс зыбжанэкIэ лэжьащ. Абы хузэфIэкIащ режиссёрым и къалэнри актёр лэжьыгъэри щIыхь пылъу зэдихьыну.
Актёр лэжьыгъэм къыдэкIуэу, тхэным дихьэхырт Мысостышхуэр. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр щызэхуэхьэсауэ усакIуэ Лыкъуэжь Нелли къыдигъэкIащ «Дунейр чэзущ» зыфIища тхылъыр. Пщызэбий, цIыху-хэм заригъэщIэжыфынкIэ гугъэу тетхыхьырт зыгъэгузавэ, и гур хэзыгъэщI Iуэхухэм. Аращ гушыIэ зыхэлъ, тхыгъэ тынш цIыкIухэр иIэми, я нэхъыбэр щIэткIийр, щIэнэщхъейр.
Лермонтов Михаил
1814 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м дунейм къытехьащ усакIуэ, тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ, драматург, сурэтыщI Лермонтов Михаил. Зыхалъхуа лъэхъэнэм урыс лъэпкъым къыдекIуэкIа гурыгъу-гурыщIэхэр къэзыгъэнаIуэ тхакIуэм, усакIуэм лъэпкъ литературэм и напэкIуэцIыщIэ къызэIуихауэ жыпIэ хъунущ. Лермонтовым и IэдакъэщIэкIхэм къадэушащ, абы щапхъэ тезыхыу утыку къихьа усакIуэщIэхэмрэ тхакIуэхэмрэ. Нобэр къыздэсым и тхыгъэхэмкIэ трах кинофильмхэр, спектаклхэр. Лермонтовым и усэхэр уэрэд ящIыжауэ, симфониемрэ романсымрэ зыгъэзащIэхэм я дыщэ пхъуантэу къалъытэ.
Кавказыр и псэм хэлъу, ди щIыналъэр фIыуэ зылъагъуу щыта усакIуэмрэ майор Мартынов Николайрэ гъуэгу здытету, усыгъэм теухуауэ я зэхуаку къыдэхъуа зэныкъуэкъум къыхэкIыу, щIакIуэкIапэ зэдытеувэри, Лермонтовыр Мэшыкъуэ Iуащхьэм деж 1841 гъэм щаукIауэ щытащ.
УсакIуэр псэуху дунейм къытехьауэ илъагъужар и зы тхылъ закъуэщ - «Лермонтов М. и усэхэр» жыхуиIэу, 1840 гъэм къыдагъэкIауэ щытарщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "805.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Жэпуэгъуэм и 31 пщIондэ зэхэкIынущ
Европэ Зэгухьэныгъэм къыхэкIыжыным теухуа Iуэхур Инджылызым иджыри зэрехуэ. Уеблэмэ, къэралым мы зэманым къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къагъэув ар.
Къэралым и премьер-министр Джонсон Борис жиIауэ зэрыщытам тету, ар жэпуэгъуэм и кIэ пщIондэ зэфIагъэкIыну я мурадщ. Пащтыхьыгъуэм и парламентым и зи чэзу сессиер къыщызэIуахым депутатхэм защыхуигъазэм, Инджылызым и пащтыхь гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм къыхигъэщащ а Iуэхур зэрыдиIыгъыр.
«Правительствэм къэрал Iуэхухэм я нэхъыщхьэу сыт щыгъуи къилъытэхэм ящыщщ жэпуэгъуэм и 31-м и пэ къихуэу ЕС-м къыхэкIыжыныр», - гу лъаригъэтащ абы. - Европэ Зэгухьэныгъэм къыхэкIыжа нэужь, Министрхэм я кабинетым парламентым къыщыхилъхьэнущ сатум, Iэпхъуэшапхъуэ Iуэхум, мэкъумэш IэнатIэм, бдзэжьей къэубыдыным, щIэпхъаджагъэхэм ебэныным хуэунэтIа законопроект 26-рэ. ЕС-м Инджылызыр декIуэкIынущ зэгъунэгъуфIхэм, зэлэжьэгъуфIхэм яку дэлъ хабзэхэм тету.
Брюссель щригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэхэм яужькIэ, Инджылызым дичыхащ ЕС-м нэхъ пасэу хуигъэувауэ щыта мардэ гуэрхэмкIэ. Апхуэдэу щытми, Европэ Зэгухьэныгъэмрэ Пащтыхьыгъуэ Зэгуэтымрэ зэкIэ зэгурыIуэфыркъым таможням ехьэлIа IуэхухэмкIэ.
Дигу къэдгъэкIыжынщи, Инджылызыр ЕС-м афIэкIа хэмытыным теухуа Iуэху къыхалъхьэри, абыкIэ референдум а къэралым щрагъэкIуэкIауэ щытащ 2016 гъэм и гъэмахуэм. Абы хэтахэм Iэ зэраIэтам къызэригъэлъэгъуамкIэ, процент 51,9-р и телъхьэщ апхуэдэ лъэбакъуэ ячыным. Мы гъэм гъатхэпэм и 26-м къыщыщIэдзауэ къэралыр а зэгухьэныгъэм хэмытыжыну траухуауэ щытат, ауэ Инджылызым и премьер-министру щыта Мэй Терезэ хузэфIэкIакъым зэгухьэныгъэм къыхэкIыжыным теухуа Iуэхухэу Брюссель арэзы зытехъуахэр парламентым щыпхигъэкIын.
Иджырей премьер-министр Джонсон Борис мызэ-мытIэу жиIащ я къэралыр а зэгухьэныгъэм къыхэкIыжыным щхьэусыгъуэ лъэпкъ иIэ зэрымыхъунур, ядэ-ямыдэми ар абы афIэкIа зэрыхэмытынур. Ауэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр я парламентым къыщыдаIыгъакъым. ФокIадэм и 6-м депутатхэм къащтащ Инджылызым ЕС-р апхуэдэ щIыкIэкIэ ибгынэныр зымыдэ унафэ.
Европарламентым и унафэщI Сассоли Дэвид жэпуэгъуэм и 8-м хэIущIыIу ищIащ Инджылызыр а Iуэхум иджыри зэ егупсысыжын щхьэкIэ, пIалъэр аргуэру хуагъэIэпхъуэну зэрыхьэзырыр. Пащтыхьыгъуэм и премьер-министрым епсэлъа нэужьщ апхуэдэу щыжиIар. Абы къикIыр сыт? Джонсон жиIам темытыжу хьэмэрэ зэпсэлъахэм зым и Iуэху еплъыкIэр адрейм къыгурымыIуауэ ара?
Дауэ щымытми, мы мазэм и кIэ пщIондэ Инджылызыр а зэгухьэныгъэм къызэрыхэкIыжыну хабзэм теухуа зэгурыIуэныгъэхэр къыхимылъхьэмэ, а къэралыр ЕС-м хэмытыжу къалъытэнущ.
Москвадэс щIалэ цIыкIу 26-м
Хьэбиб фIащащ
Мы гъэм зэрыщIидзэрэ Москва къыщалъхуа сабийхэм фIаща цIэхэм щыхэплъэм гъэщIэгъуэн пщыхъун хъыбархэр наIуэ къэхъуащ.
Дызэсэжа къызэрыгуэкI цIэхэм къадэкIуэу, сабийхэм, зэрыжаIэу, махуэ къэс узримыхьэлIэхэри фIащауэ къыщIэкIащ. Псалъэм папщIэ, щIалэ цIыкIухэм фIащахэм ящыщу цIыхухэм нэхъ телъыджэ къащыхъуар Добрыня, Хьэбиб цIэхэрщ. Хъыбархэм къыхэщыж пелуаным зэреджэр сабий 34-м, спортсмен цIэрыIуэ Хьэбиб ейр 26-м фIащащ.
Мыри яфIэгъэщIэгъуэну къыхагъэщащ а къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм - Хьэбиб теухуа тхыгъэщ интернетым «Яндекс»-мкIэ илъэс кIуам нэхъыбэ дыдэрэ къыщалъыхъуар. Абы кIэлъыкIуэр Урысейм футболымкIэ и командэ къыхэхам и гъуащхьэтет Акинфеев Игорщ.
Къалащхьэм къыщалъхуа хъыджэбз цIыкIухэм я нэхъыбэм София цIэрщ фIащар - сабий 2400-м я адэ-анэхэм аращ нэхъ яфIэдахэр. ЩIалэхэм я деж Александрырщ бжьыпэр щызыубыдар – москвадэс цIыкIу 2200-м апхуэдэу еджэнущ.
Нобэ
♦ЩIакхъуэм и дунейпсо махуэщ
♦Ерыскъым и дунейпсо махуэщ
♦Анестезием и дунейпсо махуэщ
♦IуэхущIапIэм и унафэщIым и махуэщ
♦Армением и прессэм и махуэщ
♦1853 гъэм Тыркум Урысейм зауэ кърищIылIащ.
♦1929 гъэм Таджик ССР-р къызэрагъэпэщащ.
♦1941 гъэм советыдзэхэм Одессэ къалэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыхуагъанэу икIуэтын хуей хъуащ.
♦1946 гъэм, Нюрнберг судым и унафэкIэ, нацист щIэпхъаджащIипщIым я щхьэхэр палъауэ щытащ. Ахэр Гитлер нэхъ гъунэгъу дыдэу бгъэдэтахэу Риббентроп Иоахим, Кейтель Йохан Густав, Кальтенбруннер Эрнст, Розенберг Альфред, Франк Ганс, Фрик Вильгельм, Штрейхер Юлиус, Заукель Фриц, Йодль Альфред, Зейсс-Инкварт Артур сымэт.
♦1962 гъэм лэжьэн щIидзащ «Юность» радиостанцым.
♦1964 гъэм Китайм япэ атом бомбэр щагъэунэхуауэ щытащ. Ар къыщагъэуащ Лобнор гуэлым пэмыжыжьэу иIэ полигоным.
♦1968 гъэм СССР-мрэ Чехославакиемрэ Iэ традзащ Совет Союзым и дзэ гуп ЧССР-м зэрыщыIэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.
♦1991 гъэм Налшык щызэхэтащ КъБР-м ис лъэпкъхэм я нэхъыжьыфIхэм я съезд.
♦2002 гъэм зэфIэкIащ УФ-м цIыхуу исыр бжыным теухуауэ а илъэсым ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр.
♦1868 гъэм къалъхуащ Каир щыщ адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ, «хьэрып усакIуэхэм я пащтыхьу» къалъытэ Шэукъий Ахьмэд.
♦1888 гъэм къалъхуащ США-м щыщ драматург цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Юджин О’Нил.
♦1917 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Къардэн Бубэ.
♦1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, литературэдж, критик, публицист ТIымыжь Хьэмыщэ.
♦1961 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик ШэджыхьэщIэ Юрий.
♦1962 гъэм къалъхуащ оперэ уэрэджыIакIуэ, УФ-м и цIыхубэ артист Хворостовский Дмитрий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 24-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зэзри зи хущхъуэ щыIэщ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "806.txt"
} |
ТекIуэныгъэм къыхалъхуа Багъэтыр Леонид
Фашист Германием и къалащхьэ Берлин советыдзэхэм къыщащта 1945 гъэм накъыгъэм (майм) и 2-м абы километр мин бжыгъэкIэ пэжыжьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Курп Ищхъэрэ къуажэ цIыкIум щыпсэу Багъэтыр Маулэ и унагъуэм щIалэ цIыкIу къралъхуащ. ГуфIэгъуэ тIуащIэм зэщIищтащ илъэсиплIым нэблэгъауэ екIуэкI зауэм игъэгулэз, гуауэ куэд къыхуэзыхьа лъэпкъыр. Леонид зыфIаща сабийр пIащэтэкъым, апхуэдэуи Iэбыдэлъэбыдэтэкъым икIи пелуан нэс зэгуэр къыхэкIыну хуэгъэфэщэгъуейт.
Зауэ нэужь зэманым зи сабиигъуэр хиубыда дэтхэнэми хуэдэу, Леонид гугъу ехьу къэхъуащ. ШхынкIи, щыгъынкIи, гулъытэкIи зыхуей хуэзахэм ар ящыщкъым. Арауэ къыщIэкIынщ жырым хуэдэу гъащIэм щIипсыхьари.
Леонид адрей и ныбжьэгъухэм къахэщырт зэрыIэмащIэлъэмащIэм, хыхьэхэкI щIагъуэ зэримыIэм къыхэкIыу. И анэм и кIэкъуащIэм къуэсу къэхъухэм хуагъадэрт икIи Курп Ищхъэрэ къуажэм щыщу къэзыцIыхухэм зэи хуагъэфэщэнтэкъым, абы зэгуэр спортсмен цIэрыIуэ къыхэкIыу жылэми, лъэпкъми, уеблэмэ къэралми я пщIэр лъагэу иIэтыну. АрщхьэкIэ Алыхьым и къарур инщ.
И щыщIэныгъэхэр зищIысыр къыгурыIуэн хуэдэу къэжэпхъа иужькIэ, Леонид ерыщу елэжьу щIидзащ и узыншагъэр егъэфIэкIуэным. Мылъкуи, щIыпIэ хэхаи зыхуэмей бэнэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дахьэхащ - узэрыхуэпа дыдэм хуэдэу уи ныбжьэгъухэм дэнэ дежи ущебэн хъунут.
Хуэм-хуэмурэ спортым итхьэкъупащ икIи курыт еджапIэр щалъхуа щIыпIэм къыщиуха иужькIэ, Орджоникидзе (иджы Владикавказ) къалэм дэт Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым физическэ гъэсэныгъэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. Абы Iэмал щигъуэтащ осетинхэми хуабжьу фIыуэ ялъагъу икIи ехъулIэныгъэ инхэр щаIэ бэнэкIэ хуитым зыщыхуигъэIэзэну. Мыщхьэх къудеймэ, егъэджакIуэ телъыджэхэр и гъунэжт.
Багъэтырым и насып къикIри, пэщIэхуащ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Суменов Кармен. А гъэсакIуэ гъуэзэджэм и цIэр фIыкIэ Iуат икIи игъэхьэзырыну хузэфIэкIат СССР-м спортымкIэ и мастер, зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуа бэнакIуэ лъэрызехьэхэр. ЗэпIэзэрыт, псалъабэу щымыт адыгэ щIалэм тренер губзыгъэм дилъэгъуащ зэфIэкI лъагэ зэриIэр. Ар къызэкъуихыфын папщIэ щхьэкъэIэт имыщIэу зигъэсэн хуейт. Лэжьыгъэмрэ гугъуехьхэмрэ зэрысабийрэ щIапIыкIа Леонид абыкIэ къикIуэтынутэкъым.
Псом япэу къакIуэрти зыщагъасэ пэшым иужь дыдэу щIэкIыжырт Багъэтырыр. Тренерым залымыгъэкIэ ар щыщIихужаи куэдрэ къэхъуащ, апхуэдиз гугъуехьым ирищIыкIынкIэ шынэу. АрщхьэкIэ, бэнакIуэ цIэрыIуэ хъуну мурад зыщIа щIалэр къизыгъэкIуэтын щыIэтэкъым. Уеблэмэ общежитым щиIэ пэшыр зыгъэсапIэ ищIат. Абы щIэлът и узыншагъэмрэ къарумрэ зезыгъэужь Iэмэпсымэ куэд икIи ахэр увыIэгъуэ имыIэу къигъэсэбэпырт. Апхуэдэу щыт пэтми, фIы дыдэу еджэну хузэфIэкIырт.
А гугъуехь, ерыщагъ псори пщIэншэу кIуэдакъым. «Буревестник» ДСО-м и Совет Нэхъыщхьэм Пензэ щригъэкIуэкIа чемпионатым Багъэтыр Леонид къыщыхэжаныкIащ икIи СССР-м спортымкIэ и мастерым и мардэхэр япэу щигъэзэщIащ. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм жэз медалыр абы щыгъуэм къихьащ. Ар и япэ ехъулIэныгъэ инт.
Осетие Ищхъэрэ къэрал университетым физическэ гъэсэныгъэмкIэ и факультетыр къиуха иужькIэ, Багъэтырыр Мэзкуу ирагъэблэгъащ. Дауи, къэралым и къалащхьэрат щызэхуашэсыр спортми, нэгъуэщI IэнатIэхэми къыщыхэжаныкIа щIалэгъуалэр. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Барбэ Виталий и деж мыгувэу зыщигъэсэн щIидзащ. АбыкIэ къыпыща хъуащ джылахъстэней щIалэм и мурадхэр зэгъэхъулIэным ерыщу телэжьэным.
Зыгъэсэныгъэхэр махуэ къэс гуащIэу екIуэкIырт. Иджы абыхэм бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэхэр, Iэмал зыщымыгъуазэхэр къыхыхьат. А псори Леонид зэщIишэрт. КърикIуари псынщIэ дыдэу наIуэ хъуащ - Мэзкуу и чемпионатым дыжьын медалыр къыщихьащ. Къалащхьэм и командэ къыхэхам и тренерхэм, дауи, гу къылъамытэу къэнакъым зэфIэкI лъагэ къызэкъуэзых щIалэщIэм.
1973 гъэр Багъэтырым и спорт гъащIэм зыщиузэщIа илъэсщ. Абы и пэкIэ и ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэр куржы бэнакIуэ Доборджгенидзе Романт. Зэхьэзэхуэхэм ахэр тIэу щызэхуэзати, зэрызэ текIуэныгъэр яхьат. А илъэсым и вагъуэр къэлындащ совет бэнакIуэ гъуэзэджэ Юмин Владимир. Абы и Iэзагъым куэду тепсэлъыхьырт тренерхэр, IэщIагъэлIхэр, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр. ИужькIэ Юминым зыIэригъэхьащ спортсменыр зыщIэхъуэпс лъагапIэ псори: дуней псом и чемпион тхуэнейрэ хъуащ, Монреаль щыIа Олимп Джэгухэм щытекIуащ. Абы зэреджэр «бэнэкIэ хуитым и профессорт». Пэж дыдэуи, а спорт лIэужьыгъуэм и щэху псори ищIэу къыпщыхъурт. Юминым и текIуэныгъэ инхэм къежьапIэ хуэхъуащ 1973 гъэр. А илъэсым абы тIэунейрэ ебэнащ ди лъахэгъу Багъэтыр Леонид.
«Труд» ДСО-м и чемпионатым килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бэнакIуэ 24-рэ кърихьэлIат, 14-р спортым и мастеру, 2-р дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру. Абыхэм яхэтт Багъэтыр Леонидрэ Юмин Владимиррэ.
МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэм а тIуми текIуэныгъэ хырых дахэ защIэу къахьат. Абыхэм яхуэфэщэн гулъытэ ирагъэгъуэтат зэхьэзэхуэр къыщызэрагъэпэща Осетие Ищхъэрэм спортым щыдихьэх цIыху минхэм. Осетинхэр дихьэхат Юминым алэрыбгъум къыщигъэлъагъуэ Iэзагъымрэ Багъэтырым и зэфIэкI лъагэмрэ. Я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIэри, ахэр кIэух зэIущIэм щызэпэщIэуващ.
ДакъикъийкIэ екIуэкIа зэIущIэм итхьэкъупат абы еплъыну къэкIуа цIыху минхэр, тренерхэр, IэщIагъэлIхэр, зэхьэзэхуэм кърихьэлIа адрей бэнакIуэхэр. Ебгъуанэ дакъикъэращ, къару псори зэпэщIэтыныгъэм трагъэкIуэдауэ, Юминыр зы баллкIэ япэ щищыфар. Апхуэдэу иухащ а зэIущIэр - дунейпсо Олимп чемпион хъуну къызыпэщылъым нэм имылъагъу и текIуэныгъэкIэ. Багъэтырым дыжьын медалыр лъысащ.
ИужькIэ а тIур щызэпэщIэуващ ВЦСПС-м (Профсоюзхэм я Совет Нэхъыщхьэм и Союзпсо Советым) и зэхьэзэхуэм. Абы «СССР-м и чемпионат цIыкIу»-кIэ еджэрт. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм цIыху 33-рэ кърихьэлIат, 22-р Совет Союзым спортымкIэ и мастеру, 6-р дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру. Абы къыщытригъэзэжащ Осетие Ищхъэрэм и къалащхьэм къыщыхъуам. Юминымрэ Багъэтырымрэ текIуэныгъэ хырых къахьри, аргуэру финалым щызэхуэзащ.
ЗэфIэкI лъагэ зиIэ щIалитIым я зэпэщIэтыныгъэр, зэрихабзэу, гуащIэт. Зыри къикIуэтынутэкъым икIи текIуэныгъэ зыIэригъэхьэн папщIэ дэтхэнэри зыщысхьыжынутэкъым. Зэм зыр, зэм адрейр япэ йощ. Зэманыр псынщIэу макIуэ. ЗэIущIэ хьэлъэр щиухам, бэнакIуэхэр я лъэм иIыгъыжтэкъым. ЗэпэщIэтыныгъэ телъыджэр зэрытемыгъэкIуауэ зэфIэкIащ. АрщхьэкIэ иужьу зи балл бжыгъэм хэзыгъэхъуар Юминрати, абы аргуэру дыщэ медалыр лъысащ. Багъэтырыр дыжьынымкIэ арэзы хъун хуей хъуащ.
АдэкIэ гъэм и зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэр къапэщылът. Красноярск къалэм щекIуэкIынут Совет Союзым и чемпионат. ВЦСПС-м и командэ къыхэхам Украинэм хыхьэ Запорожье къалэм зыгъэсэн щыщIидзащ, итIанэ, Мэзкуу пэмыжыжьэу къэIэпхъуэжри, Подольск къалэм зыгъэхьэзырыныгъэм щыпищащ. Гупым хагъэхьат Багъэтырри Юминри.
Зыгъэсэныгъэхэр щекIуэкIа лъэхъэнэм тхьэмахуэ къэс зэ тренерхэм зрагъэбэнырт зи хьэлъагъыр зэхуэдэхэр, хэт нэхъ лъэщми яубзыхуу, утыку кърагъэхьэнур ящIэн папщIэ. Багъэтырымрэ Юминымрэ я зэпэщIэтыныгъэр щэнейрэ зэрытемыгъэкIуауэ иухащ. Абы щыгъуэми иужьым нэхъ жыджэрар ди лъахэгъурат. Апхуэдэу щыхъум, тренер советым унафэ ищIащ, тIури зэхьэзэхуэм хагъэхьэну.
БэнакIуэ тIощIым щIигъу кърихьэлIат килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм. Аргуэрыжьти, я хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, финалым щызэхуэзащ Юмин Владимиррэ Багъэтыр Леонидрэ.
Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрейр къыкIэлъокIуэ. Зэхуэфащэ, къарурэ зэфIэкIкIэ зэрагъэхь щымыIэ бэнакIуэхэр, сыт щыгъуи хуэдэу, зыр адрейм къыпикIуэтыркъым. ТIуми я плъапIэр дыщэращ.
ЗэIущIэ телъыджэм темыплъэкъукIыу кIэлъоплъ пэшым щIэхуа цIыху минхэр, IэщIагъэлIхэр, тренерхэр. Абыхэм яхэтщ Совет Союзым и командэ къыхэхар зыгъасэхэр, тренер нэхъыщхьэ Шахмурадов Юрэ я пашэу.
Иужь дыдэ секундхэм Багъэтырыр зымащIэкIэ щоуэ. Ар Iэзэу и хьэрхуэрэгъум къегъэсэбэпри, текIуэныгъэр аргуэру ехь.
Леонид и бэнэкIэм СССР-м и тренерхэр апхуэдизу дихьэхати, гупым ар ирагъэблэгъащ. Апхуэдэу адыгэ щIалэм, Совет Союзым и чемпионатым и дыжьын медалышхуэм дэщIыгъуу, 1973 гъэм лъагъуэ щыпхишащ дунейпсо зэхьэзэхуэ инхэм. А Iэмалыр къритащ къэралым и гуп къыхэхам зэрыхагъэхьам.
ХуэнэсыпыфIащ Багъэтырым къыкIэлъыкIуа 1974 гъэри. Мэзкуу и командэ къыхэхам дэщIыгъуу Венгрием и къалащхьэ Будапешт дунейпсо зэхьэзэхуэ иным щытекIуащ. Абы кърихьэлIат Чехословакием, Болгарием, Тыркум, ГДР-м, Франджым, нэгъуэщI къэралхэми къикIа бэнакIуэ лъэщхэр. Леонид текIуэныгъитху Будапешт къыщихьащ, плIыр хухаха зэманыр имыухыу. Венгрием къыщыдэкI газетхэм абы къыщыфIащат «текIуэныгъэ къабзэхэмкIэ Iэзэ» цIэр икIи ятхат бэнакIуэ лъэщ дыдэ дунейпсо утыкум къызэрихьар.
ИужькIи зэхьэзэхуэ ин зыбжанэм джылахъстэней щIалэр щытекIуащ. Ауэ мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIар Лас-Пальмас щыIаращ. Канар хытIыгухэм хиубыдэ Испанием и щIыпIэ дахэхэм ящыщ зым щызэныкъуэкъуащ Дунейпсо кубокыр зыхуэфащэр зэхагъэкIын папщIэ. Совет Союзым и бэнакIуэхэм къищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэм кърихьэлIат Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Болгарием, Ираным, нэгъуэщI къэралхэм я спортсмен нэхъ лъэщ дыдэхэр. Зэпеуэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну спортымкIэ «Олимп» уардэунэм къекIуэлIа цIыху минипщIым щIигъум яхэтт БэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо федерацэм и тхьэмадэ Эрцеган.
Болгарием и цIэкIэ килограмм 57-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэрт Европэм и вице-чемпион Лютвиев Стефан. Ар хуабжьу жыджэрт, Iэзэт, къикIуэт зымыщIэт. Пхъэидзэм къикIат зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ дыдэм Багъэтырыр Лютвиевым ебэныну.
ЗэIущIэм къыщIидзащ болгар щIалэм и ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэмкIэ. Леонид япэщIыкIэ Iэзэу зихъумащ, итIанэ тIэунейрэ зэкIэлъхьэужьу контратакэ иригъэкIуэкIри, баллитI къилэжьащ. Япэ Iыхьэр апхуэдэу иухащ.
МащIэу загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, Лютвиевыр нэхъ ерыщыжу ебгъэрыкIуэ хъуащ. Абы и зэфIэкI псори къызэкъуихат. ЯпэщIыкIэ Багъэтырым и лъакъуэм зыщIидзэри, ириудащ. Апхуэдэу баллитI зыIэригъэхьэри, бжыгъэр зэхуэдэ ищIыжащ.
Судьям бэнакIуэхэр къиIэтыжри, щыту зригъэныкъуэкъуу щIидзащ. Болгарым и лъакъуэпэщIэдзыр пхыкIщ, аргуэру зы балл къихьри япэ ищащ. Ауэрэ бжыгъэр 5:2-м нэсащ.
Зыри къэмыхъуам хуэдэу, Леонид зэпIэзэрытщ. Шахмурадов Юрэ зи пашэ Совет Союзым и командэ къыхэхам и тренерхэр гужьеяуэ, адыгэ щIалэм чэнджэщ зэмылIэужьыгъуэхэр кърат, трагъэгушхуэ. Абыхэм трагъэчыныхь Багъэтырыр зыхуэIэзэ Iэмалыр - и хьэрхуэрэгъум и лъакъуитIыр зэщIиубыдэу тридзэныр - къигъэсэбэпыну. АрщхьэкIэ дакъикъих хъуауэ екIуэкI зэпэщIэтыныгъэ хьэлъэм къару куэдыIуэ тригъэкIуэдащ. КъищынэмыщIауэ, и хьэлъагъым щIригъэгъуати, зэпеуэм и пэ къихуэу килограммиплI зэрыкIэригъэхуам и лъэр щIигъэхуащ. Леонид апхуэдизу ешаифэ тети, совет бэнакIуэхэм я зэIущIэ псоми итхьэкъуауэ кIэлъыплъ Эрцеган уеблэмэ къыщыхъуащ болгар щIалэм текIуэныгъэр и Iэрылъхьэу.
Арати, зэпэщIэтыныгъэм и ещанэ Iыхьэм ирагъажьэ. НапIэзыпIэм и лъакъуэхэм зэщIедзэри, къэхъуар къызыгурымыIуэща Лютвиевыр Багъэтырым алэрыбгъум къытреч. «УмыпIащIэ!», - мэкIий СССР-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэр. Леониди ищIэнур езым ещIэж: и хьэрхуэрэгъур егъэкIэрахъуэри, абы и блыпкъитIри зэуэ щIым лъегъэIэс. ТекIуэныгъэ телъыджэ!
КъызэщIэплъа Багъэтырым адэкIэ къыпэлъэщын щыIэжтэкъым. США-м щыщ Стиврой, Ираным къикIа Салемани сымэ яхэту къыпэщIэува псори хигъащIэри, Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ зыхузэфIэкIа абы ипэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI зыри щыIакъым. Ар япэт, ауэ иужьтэкъым. Багъэтыр Леонид пхиша лъагъуэ дахэм ирикIуащ адыгэ бэнакIуэ зыбжанэ, Олимп чемпионхэмрэ дуней псом щытекIуахэмрэ яхэту.
СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Багъэтыр Леонид бэнэныр щигъэта иужькIэ, Иорданием и командэ къыхэхар илъэс зыбжанэкIэ игъасащ. ИтIанэ щылэжьащ «Спартак» ДСО-м и Урысей Советым Мэзкуу щиIэ хэщIапIэм. БэнэкIэ хуитым и тхыдэм ар къыхэнащ текIуэныгъэ къабзэхэм хуэIэзэу, гъащIэми зэхьэзэхуэр щекIуэкI алэрыбгъуми щыщапхъэу.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "807.txt"
} |
ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж
Жэпуэгъуэм и 13-м КъБР-м и хабзэхъумэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм республикэм и щыхьэрым и курыт еджапIэ №8-м и школакIуэхэмрэ Налшык къалэ администрацэм дэлажьэ ЩIалэгъуалэ советым и волонтёрхэмрэ щахуэзащ полицэм и къудамэ №1-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ Яковлевэ Галинэрэ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Хьэмырзэ Хьэзэрталийрэ. ЗэIущIэм хэтащ къалэ администрацэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI пэрыт ГъукIапщэ Линэ.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа гуауэр ягу къыщагъэкIыжа зэIущIэр хуэгъэпсат сабийхэр цIыхугъэм и дерсым щIэгъэдэIуным, ахэр гущIэгъуншагъэмрэ залымыгъэмрэ пэIэщIэу къэгъэтэджыным.
Налшык къалэм бзаджащIэхэхэр къыщытеуам хэкIуэда хабзэхъумэхэмрэ цIыху мамырхэмрэ я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымри, зэIущIэм щIидзащ. Лъэпкъ библиотекэм и къудамэм и унафэщI Харенкэ Светланэ 2005 гъэм хэкIуэдахэм я цIэхэр зырызу къриIуащ, итIанэ тепсэлъыхьащ хуитыныгъэмрэ хабзэмрэ ущыгъуэзэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ягу къигъэкIыжащ хабзэм къемызэгъ зылэжьхэм яхь уголовнэ, административнэ жэуапхэр зыхуэдэр.
«Сэ сощIэж а махуэ гуауэхэр. Нобэ дэ дызэщIыгъуу ди къалэнщ апхуэдэ шынагъуэ къэдмыгъэхъужыну. Си фIэщ мэхъу 2005 гъэм республикэм и цIыхухэм псэкIэ ягъэвар зэрызыхэфщIэр. Фэри зыфхъумэ, фи Iыхьлыхэми фахуэсакъ,- жиIащ Хьэмырзэ Хьэзрэталий.
ЗэIущIэм и кIэухыу япэу ягъэлъэгъуащ «Будущее без терроризма, терроризм без будущего» фильмыр, «Нападение на Нальчик. 13 октябрь 2005» документальнэ видеороликым ирагъэплъащ.
.
Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и пресс-IуэхущIапIэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "808.txt"
} |
Терроризмэм пэщIэтынымкIэ цIыхубэр къаруушхуэщ
Бахъсэн къалэм и жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ терроризмэм пэщIэтынымкIэ граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэфIагъэкI Iуэхухэм. Псалъэмакъым и пэщIэдзэм абы кърихьэлIахэр еплъащ террористхэм ягъэжэкъуа ди цIыхухэм ятеухуауэ Суановэ Залинэ триха фильмым.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Бахъсэн къалэм и жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Нэгъуей В., къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къардэн Ф., къалэ жылагъуэ палатэм цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ, коррупцэм пэщIэтынымкIэ и комиссэм и тхьэмадэ Теммоев Т., нэгъуэщIхэри.
Зыхэплъа Iуэхухэм япкъ иткIэ къызэхуэсахэм къащтащ гъэзэщIакIуэ, хабзэхъумэ органхэм, егъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэр.
Балъкъыз Iэминэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "809.txt"
} |
Я фIэщ ухъумэ
Темыркъан Юрэ и гупсысэхэр
Сэ фIыуэ къызгуроIуэ: зэпеуэм япэ саугъэтыр къыщыпхьыныр пщIэшхуэщ - гъуазджэр къысхуэупсауэ аращ абыкIэ. Абы и щIыхуэ стелъщ сэ: япэ саугъэтым къысхуихьар гуфIэгъуэм и закъуэкъым - си пщэм къалэнышхуэ къызэрыдэхуари зыхэсщIащ абы щыгъуэ. Япэ саугъэтыр къысхуагъэфэщауэ щызэхэсхам, щтэIэщтаблэ сыхъуауэ щытат, уеблэмэ сыкъэшынат. СигукIэ жысIащ: «ДяпэкIэщ лэжьыгъэ хьэлъэ къыщысщIэлъыр». Абдежым къызгурыIуащ къызагъэза дзыхьыр згъэпэжын папщIэ дяпэкIэ си дэтхэнэ лъэбакъуэми сыкIэлъыплъын зэрыхуейр. ЗыщIезгъэхи сыщхьэхи хъунукъым, арыншамэ гъуазджэм щысщIэн щыIэкъым, ар си IэнатIэкъым.
* * *
Дирижёрыр къызэгъэпэщакIуэ лъэрызехьэу щытынкIи мэхъу, нэгъуэщI зэфIэкIхэри бгъэдэлъынри хэлъщ, ауэ оркестрым и пащхьэ иува нэужь, ныкъусаныгъэ далъагъумэ, ар дирижёрым зэи къыщIэкIуэнукъым. НэгъуэщI гуэри хэлъщ мы Iуэхум: музыкант Iэзэ дыдэри оркестрым щыдэмылэжьэф къохъу. Сыт ар къызыхэкIыр? Абы щхьэусыгъуэ хуэхъур оркестрымрэ езымрэ зэрыщIэркъым, я акъыл зэтехуэркъыми аращ. Оркестрым бзэ къыхуэзымыгъуэтыфыр, зэрыхабзэщи, дирижёр щIалэхэрщ. Сэ ар къызэрысщымыщIам сыщогуфIыкI: оркестрым и пащхьэ сиувэн и пэ абы щыджэгухэм бзэ къахуэзгъуэтын схузэфIэкIакIэт сэ - япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ди акъыл зэтехуащ, гурэ псэкIэ дызэрыщIащ.
Я пащхьэ ущиува япэ дакъикъэм щегъэжьауэ оркестрым хэтхэм хьэкъ ящыпщIыфын хуейщ ар уэ зэрыпхуэфащэр, уи къаруми уи зэфIэкIми къызэритIэсэнур. КъыпщыгуфIыкIынущ, къабыл уащIауэ фэ зытрагъэуэнущ япэ махуэхэм - аращ зэрыхъу хабзэр, ауэ ар уи фIэщ хъумэ, уи щхьэр къэбгъэпцIэжауэ аращ. Уэ уи къалэныр оркестрым и пащхьэ уитыну хуитыныгъэ узэриIэр хьэкъ ящыпщIынырщ. Дауэ зэрыпщIынур? Уи лэжьыгъэкIэ, уи щIэныгъэкIэ, уи цIыху хэтыкIэкIэ - нэгъуэщI Iэмал щыIэкъым. Ар пхузэфIэкIакъэ - оркестрым хэсхэм уахэзэгъэнущ, бзэи къахуэбгъуэтынущ. Уадэлажьэмэ, езыхэри къыбдэлэжьэнущ, я гуащIэ еблэжынукъым, уэри уи гуащIэ узэремыблэжыр ялъагъумэ. ИтIанэщ я гум ущыдыхьэнури къабыл ущащIынури.
* * *
Оркестрым музыкант куэд хэсщ, дэтхэнэми езым и хьэлрэ и щэнрэ иIэжщ, ауэ псоми ящIэ зэдэлэжьэн зэрыхуейр. Абы и лэжьыгъэр зыунэтIыр дирижёрырщ, аращ оркестрым и пашэр, абы щытепщэр. Дирижёрым зригъэдэIуэфын хуейщ оркестрыр, абы хэс дэтхэнэ музыкантми хузэфIэкIынур ищIэн хуейщ дирижёрым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар куэдым къехъулIэркъым, ауэ къызэхъулIэри мащIэкъым. Я цIэ къисIуэфынущ, псалъэм папщIэ, Тосканини, Фуртвенглер сымэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ: шахтэм щIэт цIыхум игъэкIуэд къарум хуэдитI зы пщыхьэщхьэм егъэкIуэд дирижёрым - абы шэч къытесхьэркъым, си щхьэкIэ Iэджэрэ згъэунэхуащи.
Дирижёр IэнатIэр нэхъ къызэхьэлъэкIыр цIыху щIалэрщ - абы гу лъытэгъуафIэщ. Кондрашин Кирилл зэгуэр жиIэгъащ: дирижёр IэщIагъэм зыщептын хуейр илъэс 35-м ущхьэдэха нэужьщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, уи гъащIэм и зэхуэдитIыр къызэбнэкIыху, дирижёр лэжьыгъэм ухэзэгъэнрэ ухэмызэгъэнрэ пщIэнукъым…
Дирижёр IэнатIэм сыщыпэрыувам, сызэрыщIалэм къыхэкIкIэ, къалэн пыухыкIа гуэри си пщэ дэслъхьэжауэ щытакъым. ИужькIэ гу лъыстащ: дирижёрыр къызэгъэпэщакIуэ, артист къудейкъым, ар икIи къалэнышхуэщ: концертым щIэса цIыхур нэхъыфI хъуауэ щIэкIыжын хуейщ театрым - ар хузэфIэкIын хуейщ оркестрым и пащхьэ ита дирижёрым.
КъыщызэупщI щыIэщ: хэт сымэ щапхъэ зытепхар, хэт удэплъея, хэт гъуазэ пхуэхъуа? Дирижёр гуэр щапхъэ схуэхъун щхьэкIэ, си ныбжьыр нэсын хуей хъунт - сыщIалэху, абы сегупсысакъым, оркестрым и пащхьэ итым и къалэныр сэркIэ IупщI дыдэтэкъым абы щыгъуэ. Нэхъыбэ жысIэнщи, оркестрым куэд лъандэрэ хэс музыкантми къыщыгурымыIуэ щыIэщ дирижёрым и къалэныр. ГъэщIэгъуэныракъэ: дирижёрым и жыIэм фIэкI хъунукъым оркестрым щыджэгу музыкантыр, абы и «унафэм» ебакъуэркъым, и пщэ къыдалъхьэ псори зэригъэзэщIэным и ужь итщ икIи егъэзащIэ, къыгурымыIуэр а псор дирижёрым зэрыригъащIэ щIыкIэрщ - дауэ хузэфIэкIрэ, щхьэ зригъэдэIуэфрэ? Химыгъэзыхьи хуэдэщ, итIани, абы ар зрегъэдэIуэф. Апхуэдэ дирижёрхэрщ сэ щапхъэ зытесхыр.
Дирижёрхэм я къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъ си куэдщ. Седжэху къэс, гу лъызотэ абыхэм жаIэр зэрызэтемыхуэм. Зым жеIэ а IэщIагъэр цIыхум къыдалъхуауэ щытын хуейуэ (абы шэч хэлъкъым), аркъудейкъым - щIэныгъэшхуи узыншагъи иIэн хуейщ (абыи шэч хэлъкъым).
* * *
Гъуазджэм урилэжьакIуэмэ, ар IэщIагъэ пхуэхъуамэ, къэпмахуэл пщIы зэрымыхъунур гурыIуэгъуэщ. Ар къызыгурымыIуэм гъуазджэм щищIэн щыIэкъым - и насып хэлъкъым абы, нэгъуэщI IэнатIэ бгъэдреувэ. Гъуазджэм и Iуэхур нэгъуэщIщ: абы зы лъэбакъуэ щыпчамэ, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэм уегупсысын хуейуэ уи пщэ къыдохуэ. Ар псалъэ дыгъэлкъым - аращ зытетын хуейр гъуазджэр IэнатIэ зыхуэхъуа дэтхэнэри. Зэпеуэм къыщысхьа саугъэтым и ужькIэщ сэ дирижёр сыхъуауэ щыслъытар. Саугъэтыр къысхуагъэфэща щхьэкIэ, нэхъ Iэзэ сыхъуауэ аратэкъым, хьэуэ. Абы къысхуихьар зыщ - си къарур къригъэблащ, зыгуэр зэрысхузэфIэкIынур си фIэщ ищIащ. ИтIанэщ зыщисчар - си щхьэ сыщытхъужынщи, нэр темыпыIэу. Зыгуэр зэрыпхузэфIэкIынур уи фIэщ мыхъумэ, уи къарумрэ уи зэфIэкIымрэ шэч хуэпщIмэ, оркестрым и пащхьэ ущIиувэн щыIэкъым - уи насып хэлъкъым дирижёр IэщIагъэм.
* * *
Куэд къохъулIауэ, куэд блэжьауэ, бгыщхьэм уихьауэ къэплъытэмэ, кIэ бгъуэтауэ аращ - ар сыт хуэдэ IэнатIэми. Уи щхьэм куэд теплъхьэмэ, псоми уефIэкIауэ къыпщыхъужмэ, уи гуащIэм уасэ лъэпкъ зэримыIэм шэч къытумыхьэж. Псоми япэ ища щыIэкъым - ар щхьэгъэпцIэжщ. ЦIэ лъапIи къыпфIащынщ, саугъэт лъапIэхэри къыплъысынщ, пхуэфащэмэ. Ауэ ар псори щIыхуэщ, зэрыжаIэщи, хьэхущ. ЦIэ къыщIыпфIащри саугъэт къущIатри дяпэкIэ нэхъыбэ блэжьын щхьэкIэщ - аращ цIыхур къызэрыпщыгугъыр. Ар пщыгъупщэмэ, иджыри зэ жызоIэри, зыми уриуасэкъым, блэжьари пхузэфIэкIари псыхэкIуадэ хъуащ. Ар къызыгурыIуэ цIыхур, зэрыхабзэщи, гумызагъэщ, илэжьам нэхърэ нэхъыбэ зэрищIэным пылъщ. ЩIэ гуэрхэм лъыхъуэн щигъэтамэ, гъуазджэм и лэжьакIуэм ищIэнур ищIащ, и пIэ иуджыхьын фIэкIа, абы хузэфIэкIыжын щыIэкъым. Театр гуэрхэм я цIэ къисIуэфынущ нэхъапэм зыIэрагъэхьауэ щыта лъагапIэхэм ириуэркъыурэ гупкIэм къыпыхужауэ - сэ сыщыгъуазэщ апхуэдэ театрхэм. ЖыпIэнурамэ, гъуазджэм и лъагапIэхэм зэи унэсынукъым. УщыщIалэм деж къыпфIэщIынкIэ мэхъу бгыщхьэм унэсын пхузэфIэкIауэ. Уи ныбжь щынэскIэ, Iуэхум нэгъуэщIу уеплъ уохъу.
Уи ныбжь нэсрэ пхуэфащэмэ, пщIэи бгъуэтынщ - ар зи мыгуапэ щыIэ хъункъым. Зыгуэр къыщызэхъулIэкIэ, ар къызэрысфIэIуэхущэ щыIэкъым, си пэр дэзгъэзейркъым абы щхьэкIэ. Хъуэхъум игъэплъакъуэхэм сащыщкъым, апхуэдэм деж си щхьэм илъыр нэгъуэщIщ: сыт къыспэщылъ пщэдей, сыт хуэдэ къалэн къыдэхуэрэ си пщэ? Абы сыздегупсысым, сигу къызогъэкIыж зи чэнджэщ сыщымыщIа шынэхъыжьхэр - гъуазджэм и лэжьакIуэ щэджащэхэр, си егъэджакIуэхэр - Мусин И. А., Рабинович Н. С. сымэ - мащIэкъым ахэр. Сигу къокIыж, си нэгу щIэкIыркъым сызрихьэлIауэ щыта цIыхушхуэхэр - Шостакович Д., Товстоногов Г., Вознесенский А., Щедрин Р., Набоков В., Бродский И., Армстронг Л., Фитцджеральд Э., Барышников М. сымэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "81.txt"
} |
«Арыншауэ Кавказыр щызкъым»
Мэхъэчкъалэ щызэхуащIыжащ Дагъыстэным и «Тарки-Тау 2019» еянэ тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы утыку къыщрахьащ Кавказ Ищхъэрэм, Москва, Урысейм и нэгъуэщI къалэхэм я къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр.
Налшык къалэм щыIэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм къыхуагъэфэщащ зэпеуэм зэрыщытекIуам щыхьэт техъуэ щIыхь тхылъыр, «Адыгэ идэ. Золотое шитьё черкесов» къыдэкIыгъуэм папщIэ. Сурэтылъэ щхъуэкIэплъыкIэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Иуаныкъуэ (Дохъушокъуэ) Мадинэ лэжьыгъэм илъэс пщIы бжыгъэкIэ пэрытащ. Ар хагъэхьащ Урысей Федерацэм и къыдэкIыгъуэ нэхъыфI дыдэу къалъытахэм икIи «Лучшие книги года-2018» 28-нэ зэпеуэм и щIыхь тхылъыр къратащ.
КъыдэкIыгъуэм и ехъулIэныгъэхэр абдежым щиухыркъым. Дагъыстэным щекIуэкIа тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм щIэупщIэ ин щиIащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм. Ар икIи гурыIуэгъуэщ - Урысей Федерацэм тхылъ тедзапIэ щызиIэхэм ящыщу щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, этнографием, орографием телажьэу щыIэр абы и закъуэщ. Дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ Котляровхэ къыдагъэкI «Кавказ» серием том пщIы бжыгъэхэр, революцэм и пэкIэ псэуа, иджырей тхакIуэхэм я тхыгъэ купщIафIэхэр къызэщIеубыдэ, адыгэхэм, балъкъэрхэм, дагъыстэнхэм, ингушхэм, осетинхэм, шэшэнхэм я псэукIам ухагъэгъуазэу, лъэпкъ, щэнхабзэ цIыкIу зэрыщымыIэм и щыхьэту.
Публицист цIэрыIуэ, «Дагестанский писатель» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ахмедов Мурад къелъытэ Котляров зэщхьэгъусэхэм щIэныгъэ ябгъэдэлъу, зэфIэкI ин яIэу икIи абыхэм я лэжьыгъэхэр куэдым щIэщыгъуэ, щхьэпэ ящыхъуу. «Налшыкдэсхэм я тхылъхэр дэтхэнэ зы щIэныгъэлIми и библиотекэм щехъумэ; арыншауэ Кавказыр щызкъым».
БжьыхьэлI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "810.txt"
} |
Къурш гъуэгуанэхэм мы гъэм турист мин 17-м щIигъум къыщакIухьащ
Туристхэмрэ альпинистхэмрэ я зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр Iуащхьэмахуэ лъапэ щеух. Иджыпсту дунейм и дахэгъуэщи, зыплъыхьакIуэхэр нэхъ мащIэ хъуакъым. Ауэ Iуащхьэмахуэ курортым иджы щыщIэдзауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI бгы лыжэр фIыуэ зылъагъухэр тэмэму къызэрырагъэблэгъэным хуэгъэзауэ.
2019 гъэм и япэ мазибгъум Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхь туристхэр 450-рэ мэхъу. Абыхэм ящыщу 17500-р Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIащ икIи абы и щIыпIэ дахэхэм я нэгу зыщрагъэужьащ, Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэм дэкIащ. Илъэсыр къызэрыунэхурэ апхуэдэ мурадкIэ къэкIуа гуп 2613-рэ МЧС-м и лэжьакIуэхэм ятхащ. ХьэщIэхэм ящыщу мини 6-м нэблагъэр Великобританием, Испанием, Канадэм, Къэзахъстаным, Китайм, Польшэм, США-м, Германием, Белоруссием, Швейцарием, Франджым къикIащ.
«Iуащхьэмахуэ» курорт» акционер зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "811.txt"
} |
Мысыр усыгъэм и неоклассик аль-Баруди Мыхьмуд (Наурзокъуэ)
(ПэщIэдзэр №68-м итщ).
1878 гъэм банкирхэм къытракъузэри, хедив Исмэхьил къызэрегъэпэщ Мысырым и мылъкур зыхуэдэр къэзыпщытэну комиссэ. Комиссэм нэмыукIытагъэ хэлъу Исмэхьилрэ абы и министрхэмрэ игъэкъуаншэрт, я суд ищIэми ярейуэ, иужькIэ яхуегъэув я къулыкъухэм текIыну, мохэри комиссэм йодаIуэ. Хамэ къэрал къулыкъущIэхэр яхэту министрхэм я Хасэ щIэуэ къызэрагъэпэщ. 1878 гъэм шыщхьэуIум и 28-м абы лэжьэн щIедзэ. Ермэлы Нубар-пэщэ а министр гупым и Iэтащхьэу ягъэув. «Европэм и кабинет» зыфIаща а къэрал унафэщIхэм цIыхубэр ятеплъэ хъуртэкъым. Иджы хэхэс къулыкъущIэхэм, Мысыр мылъкум унафэ тращIыхь къудей мыхъуу, езы къэралри зэрахьэрт. Мис а зэманым ирихьэлIэу къызэщIэстащ лъэпкъ щхьэхуитыныгъэ зэщIэхъееныгъэр. Абы и сэбэпкIэ хамэ къэрал къикIа къулыкъущIэхэр традз, хедив Исмэхьили нэхъ иужьыIуэкIэ траху. 1879 гъэм фокIадэм и 21-м лъэпкъ правительствэр зэбграхури, Мысырым и премьер-министру инджылызхэм ягъэув Рийаз-пэщэр. Дзэзешэ министр къулыкъур хуагъэфащэ адыгэ щIалэ Уэсмэн Рыфкъий-пэщэм. Хьэрып тхыдэтх Сабри Мыхьмуд къызэригъэлъэгъуэжамкIэ, а лъэхъэнэм къэралым гущIэгъуншагъэр щытепщэ мэхъу - цIыхухэр ягъэтIысырт, яукIырт. Псом хуэмыдэжу зи фэр ирахыр мэкъумэшыщIэхэрат - фэллахькIэ зэджэжхэр. Аргуэрыжьти, хьэрып офицерхэм улахуэу иратыр ягъэмэщIат. Къызыщхьэщыжын зиIэхэм дзэм къулыкъуфI щаубыдырт, дзэзешэ ящIу хъуар адыгэхэт. Зауэ хуэIухуэщIэкIэ абыхэм зэфIэкI зэраIэр, зи унафэ щIэтым зэремыпцIыжыр, лIыгъэ зэрахэлъыр къалъытэрт.
Аргуэру къэралым къыщызэщIост лъэпкъыр хуит щIыжынымкIэ бэнэныгъэр. Хуитыныгъэм и бэнакIуэхэм я къызэгъэпэщакIуэу мэув полковник Ахьмэд Араби (1839 - 1911 гъгъ.). Абы Мысырым и сэбэп зыхэлът къилъыхъуэр, езыр жьакIуэт, цIыхухэр зригъэдэIуэфырт.
Араби и телъхьэхэр «уэтIэнийкIэ» («и лъэпкъым и сэбэп къэзылъыхъуэ» жиIэу аращ) зэджэжхэрт. Абыхэм ягъэIуащ Мысырым и цIыхубэр къэралыгъуэ щхьэхуэ зиIэн хуей лъэпкъыу зэфIэувауэ икIи ар зрагъэхъулIэнымкIэ ялъэкI къагъэнакъым. А бэнэныгъэм куэду къыхашэрт дзэм хэтхэр, мэкъумэшыщIэ цIыхубэр.
Араби и телъхьэхэмрэ нэхъ зэхэщIыкI яIэу дзэм хэт офицерхэмрэ 1881 гъэм къызэрагъэпэщ Лъэпкъ парт.
УэтIэнийхэм я Iэтащхьэм премьер-министр Рийаз зыхуегъазэ дзэзешэ министр Уэсмэн Рыфкъий-пэщэр и къулыкъум трагъэкIын хуейуэ. Абы дагъуэри мырат: адрейхэм я нэхейкIэ а министрым а зэманым къулыкъушхуэ яритат адыгэхэмрэ тыркухэмрэ къахэкIа офицер зыбжанэм, хьэрып офицерхэр къигъанэри. АрщхьэкIэ Араби зыхуейр премьер-министрым къыхуищIакъым. Апхуэдэу щыхъум, минитI хъу дзэр щIыгъуу хедив Тауфикъ деж ар кIуэри дзэм зэхэгъэж щамыщIыну, зэхэгъэж зыщI министрри трагъэкIыну хуигъэуващ. Мысырым и тепщэр шынэри, Арабирэ абы и блыгущIэтхэмрэ жаIауэ хъуар яхуищIащ.
Дзэзешэ министрыр занщIэу и къулыкъум токI. Хедивым абы и пIэм ирегъэувэ уэтIэнийхэм яхэт, конституцэми и телъхьэ Мыхьмуд Сэми аль-Баруди. Офицер-уэтIэнийхэр я гуапэу IущIат ар министру зэрагъэувам. Езыри кърагъэза дзыхьым хуэфащэ лIыуэ къыщIэкIащ. Ар Ахьмэд Араби и дарэгъу мэхъу.
Тауфикъи сыт ищIэжынт? И гум къыщIитхъыу мыпхуэдэу жеIэ: «ДяпэкIэ офицер псори - ар тырку, адыгэ, хьэрып ирехъу - я хуитыныгъэкIэ зэхуэдэу щытынущ».
Офицер-уэтIэнийхэм я гугъэт текIуэныгъэ нэс къахьауэ, ауэ ахэр щыуат. Абыхэм зрагъэхъулIар мащIэт, къэралым Iуэхур щахъуэжын хуэдэу зы Iуэхугъуэшхуи ялэжьатэкъым. Иджыри къэрал унафэр яIэщIэлът премьер-министр Рийазрэ абы и блыгущIэт цIыхугъэншэхэмрэ. УэтIэнийхэм кIэ иратыну абыхэм загъэхьэзырат. Псом япэу Мыхьмуд Сэми трагъэкIащ и къулыкъум. Адрей уэтIэний унафэщIхэми кIэ иратыну Iуэхухэр ялэжьырт. Ауэ мызыгъуэгум уэтIэнийхэр мобыхэм ебзэджэкIащ. ЗыкъызэщIаIэтэри зауэлI миниплIрэ топ пщыкIуийкIэ Абдин быдапIэм и уэрамыщхьэхэр яубыдащ икIи Тауфикъ къраджащ. Хедивыр абыхэм еупщIащ я мурадымкIэ. Ахьмэд Араби абы хуигъэуващ мы Iуэхугъуэхэр игъэзэщIэну: япэу, икIэщIыпIэкIэ Рийаз и кабинетыр къутэжын; етIуанэу, конституцэ цIыхухэм етын; ещанэу, дзэм и бжыгъэм хэгъэхъуэн.
А псоми къагъэлъагъуэт уэтIэнийхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхугъуэхэр къызэрыхалъхьар.
Хедив Тауфикъ арэзы хъуащ Рийаз тригъэкIыну, дзэзешэ министр къулыкъур Баруди иритыжыну. Арабирэ Барудирэ арэзы техъуащ адрей Iуэхугъуэхэр къызэрыхуамыщIэм. Ари текIуэныгъэшхуэтэкъым. Премьер-министру ягъэува Шериф-пэщэр цIыхубэ зэщIэхъееныгъэм и бийт. Ар наIуэ къыщыхъум, уэтIэнийхэм абы и бийуэ Iуэху къаIэтащ, ар трагъэкIыхуи увыIахэкъым. 1882 гъэм мазаем и 5-м уэтIэнийхэр нэхъыбэу зыхэт кабинет къызэрагъэпэщ. Премьер-министру ягъэув Мыхьмуд Сэми аль-Баруди, дзэзешэ министр къулыкъур хуагъэфащэ Ахьмэд Араби.
Къэрал унафэщIу уври, махуитI нэхъ дэмыкIыу, Баруди дунейм къытригъэхьащ депутатхэм я палатэ къызэрызэIуахымкIэ хабзэщIэ. Абы и революционнэ правительствэм IуэхугъуэфI куэд иубзыхуащ захуагъэм тету хуитыныгъэхэр егъэкIуэкIыным, зыр адрейм хуэлIыщIэу зэрыщытар гъэкIуэдыным, суд зэращIэ щIыкIэр егъэфIэкIуэным, мэкъумэш Iуэхум епха банк къызэIухыным, нэгъуэщI-къинэмыщIхэми ятеухуауэ. Къэрал мылъкур зэхэзыдыгъуэж, гъэпцIагъэкIэ цIыхухэр зыгъэшынэ, Iулъхьэ къеIызых къулыкъущIэхэм я бийуэ абы къыдигъэкIа унафэхэр гъэзэщIа хъурт. Псом хуэмыдэу а унафэхэр шэуэ ятехуэрт хамэ къэрал къикIауэ Мысырым мылъку щызыугъуей къулыкъущIэхэм.
А лъэхъэнэм езы Баруди цIыхубэр зыгъэпщылIхэм я бийуэ итхащ мы сатырхэр:
Лъэхъэнэ кIыфIхэм къагъэщIа залым,
Тепщэгъуэр пIыгъти, ущыкIащ.
Ем и IэщакIуэу ухьэрэмщ -
Уахътыншэу зыкъыпщыхъужащ.
Арщхьэ захуагъэм къиIэтащ и джатэр!
ЗэгъащIэ, уэ абы укъемылын,
Иджыри лей зыбохьэ уетауэ,
Пщэдейр ди махуэщ - кIэ уэттынщ!
Мысыр цIыхубэр къызэщIэушэрт. Фэллахьхэр, губгъуэрысхэр, IэщIагъэлIхэр гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэфIхэм я телъхьэт, апхуэдэу зыкъиIэтырт мэкъумэшыщIэхэм я зэщIэхъееныгъэм. Фэллахьхэр гуп-гуп зэрыгъэхъуауэ щIыр зыIэщIэлъ уэркъхэм ятеуэт, я псэукIэр нэхъыфI зыщIыну Iуэхугъуэхэр ягъэзэщIэну къэрал унафэщIхэм хуагъэувырт.
Апхуэдэу цIыхубэр зэрызэщIэхъеям игъэщтащ уэтIэний хъуа либерал уэркъхэу лъэпкъ кабинетым хыхьахэр икIи ахэр я бийхэм я дежкIэ «екIуэкIыжахэщ». Лъэпкъ партым и Iэтащхьэ СулътIан-пэщэ 1882 гъэм и накъыгъэм инджылыз консулым мыпхуэдэу зыхуигъэзащ: «Шериф-пэщэр традза нэужь, нотаблхэм я палатэр Араби залымыгъэкIэ зригъэдаIуэрт икIи абы щыгъуэ езы депутат дыдэхэм къащта Iуэхугъуэхэр ядэжыркъым, къагъэпцIауэ жаIэри, абы къыхэкIыуи Мыхьмуд Сэми и правительствэр традзыну хуейщ».
1882 гъэм накъыгъэм и 20-м Александрие къыбгъэдыхьащ Инджылызымрэ Франджымрэ я эскадрэр. Махуитху дэкIри а къэралитIым хедив Тауфикъ хуагъэуващ Ахьмэд Араби Мысырым ирагъэкIыу Мыхьмуд Сэми аль-Баруди и правительствэри зэрахъуэкIыну.
Мысырым ис цIыхухэр Iэджэуи иризэгуэпырт Инджылызымрэ Франджымрэ къэралыр зэраубыдам, ауэ зэкIэ къару яIэтэкъым абыхэм япэщIэувэну. МыдэкIэ хамэщI къикIахэм зэрыхуейуэ унафэ ящI: хедивыр Iуахури, абы и пIэкIэ «Къэралыр зезыхьэ комитет» фIащри унафэщI гуп зэщIагъэуIуэ. Мысырым революцэр хьэзыр щыхъуат, Тыркуми Европэми я бжьым къэралыр къыщIигъэкIыжын хуэдэу. Мис а зэманым Баруди етх «ЗэщIэхъееныгъэм къыхуезыджэ» зыфIища мы усэр:
Дэ Iэджэ дохъу... Захуагъэр ди мураду,
Дыщалъхуа щIым къытокIэ гъавэр куэду.
Ди бийхэм я щхьэхэр, ухуеймэ пэжым,
Удз кIыру къыхуэкIащ дэ ди шэмэджым.
АтIэ дыщIыдэмыкIыр сыт мэкъуауэ,
Ди джатэ жанхэр ди шэмэдж пэлъытэу?
Арыншэм ди Хэку щIасэм и шыгъуэгум
Щаубэж удзу дытокIыжыр щIыгум.
Аращи, хуитыныгъэр ди Iумэту,
Дэ зытеддзынщ лIэщIыгъуэм и нэлатыр!
Ауэ хуитыныгъэм и дыгъэр къахуепсакъым цIыхубэм. Сыт щыгъуи хуэдэу хамэ къарукIэ ираудыхащ бэм я зэщIэхъееныгъэр. 1882 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м щегъэжьауэ фокIадэм и 14 пщIондэ екIуэкIа зауэм хамэщI зэрыпхъуакIуэхэм текIуэныгъэр къыщахьащ. Абыхэм яутIыпщыжащ Мысырым и дзэр, абы щыщу къэныкъуэкъуэну хуежьахэр зэтраукIащ. Ар удынышхуэу техуат лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм, езы Мысыр цIыхубэм контрибуцэу къытралъхьащ фунт стерлинг мелуанибгъу.
1882 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм Мыхьмуд Сэми аль-Баруди, Ахьмэд Араби, абыхэм нэхъ япэгъунэгъуа цIыхуитхури, игъащIэкIэ каторгэ щыIэну я суд ящIэри, Сарандиб (Цейлон) хыхъуанэм ягъакIуэ. Революцэ зэщIэхъееныгъэм хэта нэгъуэщI куэди, зэраныгъэ зыщIа бзаджащIэхэу ягъэIури, ягъэтIыс. Инджылыз Iужажэхэм абыхэм хьэзаб Iэджэ ирагъэшэчырт. Дзэм я судхэм апхуэдэхэм укIкIэ я унафэр ящIэрт е ущыпсэуну гугъу къум щIыпIэхэм егъэзыпIэ къыщыхуагъуэтырт.
Баруди илъэс 17-кIэ Мысырым кърагъэхьэжакъым. БэмпIэгъуэу екIуэкIа а илъэс хьэлъэхэм абы нэхъ куууэ едж инджылызыбзэр; хьэрып, инджылыз, франджы тхакIуэ куэдым яхуотхэ. И гуауи, и гупсыси къыщиIуатэ усэ хьэлэмэт куэди а лъэхъэнэм етх. Езым дежкIэ ахэр и зэш зэрытригъэут, и лъэхъэнэгъухэм я дежкIэ а усэхэр Iут хьэрып усыгъэр къэзыгъэщIэрэщIэжхэу, я гурыгъу-гурыщIэхэр, я хъуэпсапIэхэр къэзыIуатэ тхыгъэфIхэу.
Тауфикъ и къуэ хедив Аббас II Хьилмий арэзы хъури, 1900 гъэм Баруди хуит ящIащ Каир къэкIуэжыну. «Сыту фIыуэ нэф сыхъуа, зи мыхъуми слъагъуркъым хамэ къэрал зэрыпхъуакIуэхэм си къэралым трагъэлъ хьэзабыр», - аращ Мыхьмуд Сэми япэу къыжьэдэкIар Мысырым и щIыналъэм щытеувэжам.
УсакIуэм и фIэщ хъурт езыр зыщIэбэныр и хэкум къызэрехъулIэнур. Илъэситху зэрыпсэужам итха усэ щэджащэхэми къахощ а фIэщхъуныгъэр. Революционер цIэрыIуэр, усакIуэр, щIэныгъэлIыр псэуху и хэкум, и ныбжьэгъухэм, и мурадхэм яхуэпэжащ.
Иджы дыкъытеувыIэнщ Баруди и усыгъэхэм. Абы увыпIэшхуэ щеубыд хьэрып поэзием. Баруди и поэзиер нэхъ зэпкърыха щыхъуащ Омар ад-Дасукъи и «Мыхьмуд Сэми аль-Баруди» тхыгъэм (Каир, 1958 гъэ). Пэжщ, Баруди и творчествэр абы къелъытэ курыт лIэщIыгъуэхэм поэзиер къызэралъытэу щыта Iуэху еплъыкIэхэр и щапхъэу. Ар щыуагъэщ.
«ЩIэуэ къэунэху поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъар Барудищ» зыфIища и лэжьыгъэм литературовед икIи критик Шэукъи Дайф щытопсэлъыхь Мыхьмуд Сэми и гъащIэмрэ и творчествэмрэ. А лэжьыгъэр дунейм къытехьащ 1977 гъэм. УсакIуэ цIэрыIуэм и гъащIэмрэ и усыгъэхэмрэ ятеухуауэ куэд къыщыбгъуэтынущ КъуэкIыпIэ къэралыгъуэхэм я псэукIэр зыджыж ди урыс щIэныгъэлIхэм я къалэмым къыщIэкIа тхыгъэхэм. Нэхъыбэу ар щызэпкърыхащ А. Б. Куделин, Н. К Коцарев, В. В. Сафронов, академикхэу И. Ю. Крачковскэмрэ А. Б. Крымскэмрэ, нэгъуэщIхэми я лэжьыгъэхэм.
Мыбдежым щыжыIэн хуейщ курыт лIэщIыгъуэхэм, адыгэ пащтыхьыгъуэм и лъэхъэнэм, хьэрып литературэм къызэригъэщIар дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа тхыгъэ гъуэзэджэхэр - «Жэщ минрэ зырэ» жыхуиIэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ адыгэ мамлюк сулътIанхэм Мысырым, Сирием, Палестинэм тепщэгъуэр щаIэщIэкIа нэужь, зэманышхуэкIэ хьэрып литературэм зыужьын щегъэт. Хьэрып къэралхэм я щэнхабзэми гъуазджэми заужьынымкIэ гулъэфт тыркухэр тепщэ зэрыхъуар.
ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ епщыкIуиянэр икIыху хьэрып литературэм «мыр сыту фIыт» хужыпIэну зы тхыгъэ къыхэхъуакъым. А лъэхъэнэхэм псэуа усакIуэ псоми я усыгъэхэр зэщхьщ, муслъымэн диныр къэунэхуным и пэкIэ щыIа поэзием «зыпащIыжа» къудейщ. Губгъуэрысхэм я гъащIэр зыхуэдэр ямыщIэу, езыхэр къалэхэм щыпсэухэу абыхэм ягъэлъапIэрт «бедуинхэр хуиту дунейм зэрытетыр», «къумым щыпсэу лIыхъужьхэм батэр зэрагъэшыр». Бедуинхэмрэ лIыхъусэжьхэмрэ (рыцархэмрэ) щагъахъэу щыта лъэхъэнэр зэрыщымыIэжым а усакIуэ пцIыупсхэр егупсысыххэртэкъым.
ХамэщI къикIа зэрыпхъуакIуэхэм ебэнын щыщIадза епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм хьэрыпхэм я акъылым зеузэщI, я зэхэщIыкIым хохъуэ. АбыкIэ сэбэп хъуащ Наполеон Бонапарт и дзэр Мысырым зэрытеуар.
Къэралым зыщаIыгъын мурадкIэ франджыхэм хьэрыпыбзэкIэ газетхэр Каир къыщыдагъэкIыу щIадзэ.
Мухьэмэд Алий къэрал унафэщI хъуа нэужь, Мысырымрэ КъухьэпIэ Европэмрэ зэхуаIэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъыби, нэхъ зэмылIэужьыгъуи мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, усакIуэхэр щыгъуазэ мэхъу поэзием и «щапхъэщIэхэм».
Поэзиемрэ публицистикэмрэ заужьынымкIэ псом хуэмыдэжу сэбэп хъуащ 1879 - 1882 гъэхэм Мысырым щекIуэкIа лъэпкъ щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэр. Инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм къэралыр яубыда нэужь, Iэджэ хьилагъэ зэрахьащ къэралым и культурэм зэрызиужьыр зэтеIыгъэным теухуауэ. Ахьмэд Араби бэр къыщиIэтам щыгъуэ еджапIэ Iэджэ зэхуащIыжат, газетхэмрэ журналхэмрэ хуиту къыдрагъэгъэкIыжыртэкъым. Инджылызхэр Iуэхум зэреплъу щытар IупщIу къыщыхощыж ипэжыпIэкIэ Мысырыр зыIэщIэлъа лорд Кромер мыр жиIэу зэрыщытам: «Сэ къэслъытэркъым щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ курыт щIэныгъэрэ цIыхухэм ядгъэгъуэткIэ Мысырым къэрал хуэIухуэщIэкIэ автономие игъуэтын хуэдэу зыгуэркIэ зыхуэужьыну. А Iуэхум ухуэпIащIэ хъунукъым, езы Мысырым щыпсэухэм я хьэл-щэнкIэ, я акъылкIэ захъуэжыху».
АрщхьэкIэ зэрыпхъуакIуэхэм яхузэтеIыгъакъым хэкур зейхэм я щхьэхуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэри, ахэр щIэныгъэм, нэхугъэм, я акъылкIэ псэуж хъуным зэрыщIэкъуари. Хьэрып литературэм и лIэужьыгъуэщIэу япэу къэунэхуащ тхыдэм теухуа романхэр. Ар щыхьэт техъуэрт лъэпкъым зыкъызэрищIэжым, хамэ къэрал зэрыпхъуакIуэхэр я хэку ирахужынымкIэ хьэрыпхэр зыгъэгушхуэ Iуэхугъуэхэр я блэкIам къызэрыщагъуэтым.
Лъэпкъыр гъащIэщIэм, щIэныгъэм къыхуэзыгъэуш къару къылъыкъуэкIырт прозэм, ауэ Баруди и пэкIэ хьэрып поэзиер а псоми хуэдэгут икIи хуэнэфт. Дахэу гъэпса мыхъумэ, гупсысэ щIагъуэ зыхэмылъ усыгъэхэр цIыхубэм къазэрыхуэсэбэп щыIэтэкъым, я бзэкIи, я гъэпсыкIэкIи илъэс щищ ипэкIэ ятхахэм ящхьт.
Апхуэдэ усэ гъэпсыкIэр, апхуэдэ тхэкIэр лъэныкъуэ егъэзын, XVI - XVII лIэщIыгъуэхэм щыIа усэ узэщIыкIэр къутэн - арат зытеухуар щIэуэ къэунэху хьэрып поэзием и унэтIыныгъэр. Усэм и «пкъымрэ» абы хэлъ гупсысэмрэ зэгуэгъуу, зэхуэкIуэу гъэпсыкIэщIэхэр, я зэхэлъыкIэкIэ нэхъ гугъуу, къэунэхухэрт.
Езы Баруди пасэрей тхэкIэм, пасэрей усэ гъэпсыкIэм къытекIынымкIэ сэбэп къыхуэхъуащ и пэкIэ псэуа усакIуэхэм я тхыгъэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Курыт лIэщIыгъуэхэм нэхъыбэу аббасид лъэхъэнэм псэуахэу усакIуэ щэщIым я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса антологие абы къыдигъэкIащ. УсакIуэ цIэрыIуэхэу абы ихуат аль-БахътIури, Абу Нууэс, Ибн ар-Руми, Абу Таммам, Ибн аль-МуIтэз, аль-МутIэнаби, аль-Маарри, нэгъуэщI куэди. Цейлоным щыщыIам игъэхьэзыра антологием бейт 39.593-рэ ихуат. Ахэр Iыхьиблу гуэшыжат, зэрытха щIыкIэм елъытауэ. Мис а усыгъэхэм я лIэужьыгъуэхэр: адаб, мадихь, риcal, сыфат, насиб, хьиджэ, зухьд. Зытхар дунейм ехыжауэ 1909 - 1911 гъэхэм антологиер Каир къыщыдэкIащ. «Баруди и Мухътэрат» фIащащ тхылъиплIу къыдэкIа а антологием. Абы нэхъыфIыIуи дунейм къытехьэжакъым хьэрып классикэр зыхуэдэр къыщыгъэлъэгъуауэ. ЖыIэни хуейщ хьэрып литературэм зыкъиужьыжынымкIэ ар сэбэпышхуэ зэрыхъуар.
Езы Мыхьмуд Сэми и усэхэр зэхуихьэсыжащ и щхьэгъусэ Аминэ (ар 1879 - 1882 гъэхэм екIуэкIа зэщIэхъееныгъэм жыджэру хэта Баруди Екъуб ипхъут). Екъуби хэкум ирагъэкIыу Цейлон щыIахэм языхэзт. Мыхьмуд Мэнсури пэщIэдзэ псалъэр хуитхауэ 1904 гъэм Каир къыщыдэкIащ Баруди и япэ тхылъыр. Ауэ абы имыхуауэ усакIуэм и Iэрытх куэд къэнат. Мэнсури щIыгъуу Баруди и щхьэгъусэ фызабэм 1915 гъэм и усэ диван къыдегъэкI. Абы ихуа псалъэхэр итхат езы Баруди щыпсэум щыгъуэ. А тхыгъэм гурыIуэгъуэ къещI поэзием ар зэреплъу щытар. Абы къыхощыж хьэрып тхакIуэхэм гъащIэм пэгъунэгъу защIыну мурад щащIам, курыт лIэщIыгъуэм щыIа тхакIуэхэм зыкъыпагъэщхьэхукIыурэ, Iуэху еплъыкIэ яузэщIахэр.
Иджырей тхэкIэр зи фащэ, езым и Iэзагъ зрихьэлIа щапхъэщIэ къызыхуигупсыса усыгъэхэр абы и куэдщ. А псоми къагъэлъагъуэ ар талантышхуэ зиIэ усакIуэу зэрыщытар.
Тезыр тралъхьэу Цейлон ягъэкIуэн и пэ къихуэу усакIуэм и къалэмым къыщIэкIащ «политическэ лирикэ» зыфIэпщ хъуну усыгъэ куэд. Апхуэдэ усэхэри хьэрып поэзием къыхэзыхьар Барудищ.
1875 гъэм дунейм къытехьащ Хъусейн аль-Марсаф и тхыгъэ «Хьэрып щIэныгъэхэм литературэм и Iэмалыр къызэрыщагъэсэбэпыр» зыфIищар. Аращ Баруди и творчествэм щытепсэлъыхь тхыгъэу япэ дыдэу ятхауэ дэ дызыщыгъуазэр. Баруди усакIуэ цIэрыIуэу зэрыщытар къыщыгъэлъэгъуащ инджылыз тхыдэтх икIи усакIуэ Уильфрид Блант и тхылъхэм ящыщ зым. Езы Блант 1880 гъэм Мысырым кIуащ, Iэмали игъуэтащ 1881-1882 гъэхэм абы къыщыхъуахэм кIэлъыплъыну. «Инджылызым Мысырыр зэриубыдам и тхыдэ щэхур» и тхыгъэм къыщегъэлъагъуэ Мыхьмуд Сэми зэрыусакIуэшхуэр.
АтIэ Баруди и политическэ лирикэр и лъэхъэнэгъухэм щхьэ фIыуэ ялъэгъуа? Абы и усэхэм апхуэдэ ехъулIэныгъэ щIаIар сыт?
Ар цIыхухэм я гъащIэм, Мысырым къыщыхъу-къыщыщIэхэм япэджэжырт, хуитыныгъэм и пшыналъэ лъэщу Iурт. НэгъуэщIу, адрей усакIуэхэр, гъащIэм пэжыжьэ усыгъэ дахэхэр зэрахьэурэ, IэзагъэкIэ зэпеуэхэрт. Абыхэм зыри ягъэпIейтеякъым. АтIэ Баруди и усэхэр 1879-1882 гъэхэм екIуэкIа зэщIэхъееныгъэм и джакIуэ хъуахэщ.
ЛIыхъужьыгъэр щигъэлъапIэ и усэхэм Баруди къыщигъэлъэгъуащ хьэрып лъэпкъыр зыщIэхъуэпсыр, ар хуитыныгъэм зэрыщIэбэныр; захуагъэм, цIыхухэр зэхуэгъэдэным и телъхьэу зэрыпсэемыблэжыр. ЦIыхубэм зыкъыщIиIэтам и щхьэусыгъуэр абы мыпхуэдэу къиIуэтащ:
Жэщ кIыфIхэм я пшапэ нэхухэм
Къагъэнэхур бэнэныгъэм и махуэхэр.
ЗызышыIэу есахэм - тегушхуэн ялъэкIынщ,
МэжэщIалIэу есахэм - заIэтын ялъэкIынщ,
Бэм нэхугъэр къыхуазэуну…
Гугъущ, сощIэ, хьэзабыр пшэчыну,
ЦIыхухэм хъуащ яхуэмышэчыж.
Мы махуэ хьэлъэхэм, бэмпIэгъуэхэм,
Гуауэр, ныбжьэгъухэ, дэ тхуэмыгъэвыж.
Дэ насыпыншэ гъащIэм дыкъезыгъэлынур зыщ -
Бэм къиIэта а джатэ жанырщ.
Мыхьмуд Сэми гъащIэр зэрыщытым хуэдэу къигъэлъагъуэ къудейкъым. Езыр зыщыпсэу дунейм къыщыхъу мыхъумыщIагъэр, щалэжь емыкIухэр ди нэгу щIегъэкI, абыхэм гущыкI яхудегъэщI. Аращ япэу социальнэ щIэнэкIалъэр хьэрып поэзием и лIэужьыгъуэщIэу зыубзыхуар. Шэрыуэу гъэпса и щIэнэкIалъэ усэхэм абы щысхьрабгъу имыIэу хэутэн щещI тепщэ хъуа цIыху щыкIахэр, къыщыщIегъэщ ем къежьапIэ хуэхъур, залымыгъэмрэ цIыхугъэншагъэмрэ гъэкIуэдынми дакъыщыхуреджэ.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Наурзокъуэ Мыхьмуд
Мысыр адыгэ щIэныгъэлI, тхакIуэ цIэрыIуэ Макъдиси Абу-Хъалид (1416-1483)
Адыгэ мамлюк сулътIан Къейт-бей
Адыгэ мамлюк шууей
Адыгэ мамлюкыр зауэм Iутщ
Шейхъ МуIэед (Къэрмокъуэ) и мавзолей
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "812.txt"
} |
Хъупсырджэн Албэч: Ди анэращ макъамэр фIыуэ дэзыгъэлъэгъуар
КъБР-м и Музыкэ театрым и утыкур зыгъэбжьыфIэ, классикэ макъамэхэр зи псэм хэлъ Хъупсырджэн Албэч зыхуэдгъэзащ и лэжьыгъэм, и унагъуэм ятеухуа упщIэ зыбжанэкIэ.
- Албэч, къуажэдэс щIалэм уэрэд жыIэныр IэщIагъэу къыхэпха зэрыхъуар сфIэгъэщIэгъуэнщ.
- Си Iуэхур гъэщIэгъуэн дыдэу къекIуэкIащ. СызэрыцIыкIурэ футболрат нэкууи напIэуи сиIэр. Школым сыщыщIэс зэманым спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщу топ джэгумрэ атлетикэ псынщIэмрэ хуабжьу сыдахьэхат. Бахъсэн къалэм дэс ныбжьыщIэхэм я «Автомобилист» футбол клубым, иужькIэ ди республикэм и «Спартак» футбол клубым пIалъэ кIэщIкIэ сыщыджэгуащ. КъыздэгушыIэми я фIэщми сымыщIэу, си ныбжьэгъухэм куэдрэ къызаIуэкIырт, топ сыщыджэгукIэ хуабжьу сызэрыкIийр. Зэгуэрым, гупитI дыздэджэгурти, ди хьэрхуэрэгъухэм цыплъ хъужауэ зы лIышхуэ яхэтт, сыпэмылъэщу. Гъунэгъу дызэхуэхъуху, дызэжьэхэуэрт, апщIондэхукIи сыкъыIуидзырт. Арати, Iэмал гуэр абы къыхуэзгупсысыну иужь сихьащ, моуэ гъунэгъу къыщысхуэхъу дыдэм, сызэрифIэщкIэ сыкIиящ. Ар къащтэри, занщIэу джэлащ, удзым нэкIукIэ хэхуэу. Ар зылъэгъуахэм къадыхьэшхар пхужыIэнкъым. Абы щыгъуэм къызжаIат: «Уэ ущыджэгун хуейр футбол губгъуэракъым, атIэ театрым и утыкурщ!»
Школ-интернатым сыщыщеджэм макъамэр фIыуэ слъагъурт икIи духовой оркестрым сыхэтт, кларнетымрэ трубамрэ сеуэу. КъищынэмыщIауэ, хорым уэрэд щыжысIэрт, ауэ зэгуэр уэрэджыIакIуэ сыхъуну зэи сигу къэкIыртэкъым, си макъым езгъэдэIуэну къызжаIэми. Зэхыхьэ гуэрым уэрэд жысIэну сыщрагъэблагъэм, «Сэрмахуэ» адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьым езгъэдэIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Ленинград консерваторэр къэзыуха Къуэдзокъуэ Владимир къызбгъэдыхьэри къызжиIащ: «Иджыри къыздэсым дэнэ уздэщыIар? Уэ пхуэдэщ дэ къэтлъыхъуэр. Макъ дахэ уиIэщи, Iэмал имыIэу уэрэджыIакIуэ ухъун хуейщ. Музыкэ училищэм пщэдей сыныщыппоплъэ». Футболыр зэрысфIэфIыр, Налшык и «Спартак» клубым сыщыджэгуну сызэрыщIэхъуэпсыр къыгурызгъэIуэну сыхэта щхьэкIэ, ар къызэдэIуакъым. АпхуэдизкIэ жиIэм шэч къытумыхьэну псалъэрти, сегупсысащ: «Пэж дыдэу, макъамэрауэ къыщIэкIынщ къыхэсхын хуейр». Си анэм и дэлъху Дыкъынэ Хьэмид абы щыгъуэм радиом щылажьэрт. Къуэдзокъуэ Владимиррэ абырэ фIыуэ зэрыцIыхурти, абы и деж сишащ. Музыкэ училищэм и унафэщI Хьэсанэ Мусэ егъэджакIуэхэр и гъусэу зэхуэсащ къызэдэIуэну. Фортепианэм деж сытIысщ, адыгэ уэрэд зыбжанэ жысIэри, экзаменыншэу училищэм сыкъащтащ. ИлъэситIкIэ абы сыщIэса нэужь, Астрахань къалэм дэт консерваторэм еджакIуэ сагъэкIуащ. Абы илъэсищкIэ сыщыIауэ, Воронеж къалэм и консерваторэм щыпысщащ си еджэным. А къалэм оперэ театр бэлыхь дэтти, зэман сызэриIэу абы сыкIуэрт. Еджэныр къэзухри, а театрым лэжьэн щыщIэздзащ. А зэманым КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и унафэкIэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и дирижёр нэхъыщхьэ Супер Анатолий Воронеж къалэм накIуэри, Налшык сыкъишэжащ. Абы лъандэрэ Музыкэ театрым сыщолажьэ.
- Макъамэм удезыгъэхьэхыпа, узыдэплъея цIыху уиIащ, дауи, Албэч.
- Ди анэ Хуту Iэпэпшынэм дахэ дыдэу еуэу щытащ. Аращ зэкъуэшиплIри макъамэм дыщIэзыпIыкIар, щIэдзапIэ, гъуазэ тхуэхъуар, макъамэр фIыуэ дэзыгъэлъэгъуар. ЗэкъуэшиплIри макъамэ Iэмэпсымэ гуэр (балалайкэ, мандолинэ, Iэпэпшынэ) доуэ, уэрэди жыдоIэ. Си къуэшищми макъ яIэщ. Сэ схуэдэу ахэри макъамэм хуеджауэ щытамэ, къыскIэрымыхуу уэрэджыIакIуэ хъуну къыщIэкIынт. Ауэ абыхэм гъуазджэр IэщIагъэ яхуэхъуакъым.
Си ныбжьэгъу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд ди деж щыхьэщIэу, си анэм сурэтхэр трихауэ щытащ Iэпэпшы- нэ еуэу. Абы щыгъуэм Мухьэмэд къызжиIат: «Уи анэр мыпхуэдэу Iэзэу Iэпэпшынэ еуэу, уэ дауэ уэрэд зэрыжумыIэнур?!»
- Музыкэ театрым щагъэува оперэхэмрэ опереттэхэмрэ уэ нэхъ гукъинэж пщыхъуар сыт хуэдэра?
- Верди Джузеппе и «Риголетто» оперэрщ. КъызэмыхьэлъэкIыщэу згъэзэщIащ си партиер. Зыри къыщымыщIу и кIэм нэсу ар жызыIэф баритоным зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъу къалъытэ. Иджыри къыздэсым си макъым зыри къыщыщIакъым, дяпэкIи схужыIэнуи сыкъегъэгугъэ. Апхуэдэу нэхъ сигу дыхьэу згъэзэщIа партие нэхъыщхьэхэм ящыщщ Верди и «Травиата», Кальман Имре и «Сильва», Чайковский Пётр и «Евгений Онегин», Рахманинов Сергей и «Алеко» классикэ оперэхэмрэ Штраус Иоганн и «Цыганский барон», «Летучая мышь» опереттэхэмрэ. Зэрыгугъум къыхэкIыу сапэмылъэщыну къысщыхъуами, ахэр къызэхъулIащ. НэхъыфIу слъагъу лэжьыгъэхэм, нэхъ дахэхэм яхызобжэ а оперэхэмрэ опереттэхэмрэ.
- БгъэзэщIэну узэхъуапсэ щыIэ, Албэч?
- Дэтхэнэ зы уэрэджыIакIуэми иIэ къыщIэкIынщ зэхъуапсэ лэжьыгъэ. Си дежкIэ апхуэдэщ Бородин Александр и «Князь Игорь» оперэм Игорь и партиер. Ар ди театрым щагъэувынрэ щамыгъэувынрэ сщIэркъым, ауэ сфIэфI дыдэу селэжьынут абы. Къищы-
нэмыщIауэ, Чайковский Пётр и «Пиковая дама» оперэм баритоным щигъэзащIэ партиер куэд мыхъуми, сфIэфIщ. ЗгъэзэщIэну сызэхъуапсэ нэгъуэщI лэжьыгъэхэри щыIэщ. Си насып текIуэрэ ахэр къызэхъулIамэ, гуапэ дыдэ сщыхъунут.
- Оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Хъупсырджэн Албэч и лэжьэгъухэм ящыщу хэт нэхъ и ныбжьэгъу?
- Апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ ущызэдэлажьэкIэ, ныбжьэгъу узэрымыгъэхъункIэ Iэмал иIэкъым. ЗэрыжаIэу, гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри зэдэдгуэшу, дызэкIэлъыкIуэу дыхъуащ. Ахэр Емкъуж Лиуан, Сокъур Руслан, Батыр Мухьэдин, Ташло Алий, Къумыкъу Мухьэдин сымэщ. Лэжьыгъэм дыкъыщыдэхуэкIэ нэгъуэщI Iуэхухэри зэдэтщIэу, дызэрылъытэу дызэрыIыгъщ. Апхуэдэ ныбжьэгъу пэжхэр сызэриIэм сринасыпыфIэщ.
- Макъамэ гъуазджэм цIыхухэм заригъэузэщIу къэплъытэрэ?
- Адыгэ хабзэм къыдэкIуэу, щIэблэр щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм щIэппIыкIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди лэжьыгъэр зыхуэгъэпсари аращ. Уи уэрэдхэм къедэIуэну зэхуэсахэр бгъэгуфIэмэ е я нэпс къебгъакIуэмэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ ептмэ, ягу удыхьэмэ - макъамэ гъуазджэм и къалэныр бгъэзэщIауэ аращ. Апхуэдэхэм деж цIыхухэм я гуныкъуэгъуэр, пIалъэкIэ нэхъ мыхъуми, ящхьэщыбох. Аращ нэхъыбэм загъэпсэхуну ди концертхэм къыщIекIуалIэр.
- Апхуэдиз илъэсым ди къэралым и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым зыкъыщывгъэлъэгъуэну, концертхэр щыфтыну фи насып къихьа хъунщ, Албэч.
- Бекъул Леонид зи художественнэ унафэщIу щыта «Бжьамий» ансамблым сыщыхэтым щIыналъэ куэдым зыкъыщыдгъэлъэгъуащ - Сирием, Иорданием, Франджым, Европэм и нэгъуэщI къэрал куэдми. Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ екIуэкIа зэпеуэ, фестиваль куэдым япэ увыпIэхэр къыщытхьащ. ДыздэкIуа щIыналъэхэм щыпсэухэм гуапэу драгъэблагъэрт икIи дыкърагъэжьэжырт. Ди лъэпкъ хабзэхэр, фащэхэр, къафэхэр, уэрэдхэр ягу зэрыдыхьэр тлъагъурт, арат ди дежкIэ нэхъыщхьэр.
- Уи Iуэхухэр къыбдэзыIыгъ, лэжьыгъэм утезыгъэгушхуэ щхьэгъусэ пэж, унагъуэ дахэ уи щIыбагъ къызэрыдэтым дамэ къыптригъакIэ къыщIэкIынщ.
- Си щхьэгъусэ Людмилэрэ сэрэ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм зэгъунэгъуу дыщыпсэуащ, дыкъызэдэхъуащ. Пхъуищ - Равидэ, Марьянэ, Альбинэ - диIэщ. Щыми щIэныгъэ нэхъыщхьэ едгъэгъуэтащ, ахэр унагъуэ хъуахэщ. Зыр ди республикэм щопсэу, адрей тIур - Истамбылрэ Лондонрэ. ЩIэх-щIэхыурэ къэкIуэжурэ дагъэгуфIэ, дагъэгушхуэ. ЗэрысхузэфIэкIкIэ, си пхъурылъхухэм гулъытэ яхузощI.
- Упсэу, Албэч!
Епсэлъар ТекIужь Заретэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "813.txt"
} |
Си чэнджэщым тетщ
«Къамботрэ Лацэрэ» спектаклым Махъэшокъуэ и ролыр щегъэзащIэ.
КъызэрыгуэкI цIыхухэм къащхьэщыкIыу, щэнхабзэм, гъуазджэм и лэжьакIуэхэм зы къару щэху гуэр яхэлъщ, езым я дуней лъагъукIэ, Iуэху еплъыкIэ яIэжщ.
Албэчрэ сэрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ дызэдолажьэ. Куэд дэзыхьэх макъ жьгъыру иIэщ. Спектакль зыбжанэм зэгъусэу дыщыджэгуащ, образ гъэщIэгъуэнхэр къызэдэдгъэщIащ. Ар зыхурагъэджар уэрэд жыIэнрат, актёр Iэзагъэм, псэлъэкIэм хуэхамэт. Ар къэслъытэри, дызэдэлэжьэн щыщIэддзагъащIэм чэнджэщ естауэ щытащ, уэрэд зэрыжиIэм хуэдэу спектаклхэми зэхэщIыкIыгъуэу, гурыIуэгъуэу щыпсэлъэну. ИкIи си чэнджэщыр къищтауэ нобэр къыздэсым абы тетщ.
ПщIэшхуэ хузощI. Ди Музыкэ театрыр зыгъэбжьыфIэ артист нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ. Уэрэдхэри оперэхэри зэхуэдэу удихьэхыу дахэ дыдэу жеIэ. Тхьэм макъыфI, зэчий къритауэ бгъэдэлъщи, сыт хуэдэ жанрми полъэщ. Хуэфащэ дыдэу къыфIащащ «УФ-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр.
Албэч цIыху хъарзынэщ, хьэл-щэн дахэ хэлъщ. Зыгуэрым щыхуэпсэлъа срихьэлIауэ къысхуэщIэжыркъым. И щхьэгъусэ Людмилэрэ абырэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Я пхъуищми гъэсэныгъэрэ щIэныгъэрэ иратащ. Ахэри унагъуэ хъужащи, и пхъурылъхухэм ягъэгуфIэ, ягъэгушхуэ. И щхьэкIи, унагъуэкIи, лэжьыгъэкIи гукъеуэ имыIэу, ехъулIэныгъэр и бэу Музыкэ театрым и утыкур иджыри илъэс куэдкIэ игъэбжьыфIэну си гуапэщ.
И ныбжьэгъу Къуныжь Алим и гъусэу.
«Мистер Икс» спектаклым Жырыкъ Ланэ и гъусэу щоджэгу.
Мэршэнкъул Iэдэм, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист. 2012 гъэ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "814.txt"
} |
Мысыр усыгъэм и неоклассик аль-Баруди Мыхьмуд (Наурзокъуэ)
(ПэщIэдзэр №68, 69-хэм итщ).
Хэти хуэмыдэу, абы щхьэжэ щыхъуат революцэр къазэремыхъулIap. А Iуэхугъуэм теухуауэ усэ куэд абы щитхащ Цейлоным. ЯгъэтIысауэ хыхъуанэм здэщыIэми усакIуэм и фIэщ хъурт и хэкур хуит зэрыхъужынури, дунеифI къызэрыунэхунури. Революционер нэсти, а псомкIи игурэ и щхьэрэ зэтелът икIи дзыхэртэкъым. А псори щыболъагъу а лъэхъэнэм Баруди итхахэм. Сыт хуэдиз фIэщхъуныгъэ яхэлъ мы сатырхэм:
ЛIыгъэр зи бащэращ текIуэнур -
Гугъуехьи шэи щымышынэр.
Гугъуехьи пцIыри спэмылъэщу
СкIунщ текIуэныгъэм и гъуэгуанэр.
Сыхуэпэжынщ сэ си мурадым,
Ныбжьэгъу щIэгуфIэу, бийр щIызэгуэудым.
ЗыкъэзыIэтхэм япэIэщIэ хъуахэм
Я гуауэр щагъэвыжыр ягухэм.
БзаджащIэм ар зэ щIэбгъэкIуауэ щытмэ,
Си Iуэхущ зэгуэр щхьэхуит уэ ухъумэ.
Баруди игъэлъапIэрт къызыхэкIа и адэшхуэхэм, мамлюкхэм яхэлъа лIыхъужьыгъэр, Мысырыр лIэщIыгъуэкIэрэ зыхъума а лIыхъужьхэм ягъэхъахэм фIыуэ щыгъуазэт, зэгуэрым Кавказым къиIэпхъукIыу Мысырым къэIэпхъуа и лъэпкъэгъухэм я къекIуэкIыкIам и тхыдэр иджыжырт. Усэ зыбжанэм абы къыщегъэлъагъуэ мамлюкхэр цIыху пэжхэу, псэемыблэжу, лIыгъэшхуэ яхэлъу зэрыщытар.
Сыт хуэдэ бийри хагъащIэу
ЛIыгъэр я бащэу нартыжьхэт...
Фызыхуэзгъадэ щымыIэу
Фи щIыхьыр лъагэу соIэт.
Фэ фыхуэпэжти фи псалъэм,
ДзитI зыIулъ къамэу вгъэдалъэ!..
Фи шы лъэ макъым бийр дэгулэзу
Фэ фыпсэуащи, сэ фызинабдзэщ.
И адыгэ лъэпкъым хуигъэпса сатырхэр-щэ?! Ахэр псэм и щIасэщ, гум и гуапэщ:
Сызыщыщ лъэпкъым и нэхъыжьым
И къамэр къыщрихкIэ, дунейр зэтоувыIэ.
Тхыдэжьри къызоплъэкI, псоми ящIэнур ямыщIэу,
Поплъэ адэкIэ къэхъунур зищIысым...
Иджырей мысыр тхакIуэ бзылъхугъэ ЛатIифэ аз-Зийат мыр къыхегъэщхьэхукI: «Классикэ поэзием къызыхэхъукIын щIы игъэхьэзыру касыдэм и тхыкIэр Имру-ль-Къейс иузэщIамэ, мыдэкIэ Башшар ахэр иригъэфIэкIуэн хузэфIэкIамэ, Баруди нэхъыбэж зригъэхъулIащ - а поэзиер щIэращIэу дунейм къызэрытехьэжар абы и фIыщIэщ».
Апхуэдэу щIыжиIэми щхьэусыгъуэ иIэщ. Мыхьмуд Сэми усэбзэр къабзэ ищIащ, иIущIащ, хьэрып литературэ дэхуэхар къиIэтыжри, лъэкIыныгъэшхуэ абы иригъэгъуэтащ. ЖыпIэ хъунущ Баруди иджырей мысыр поэзием и лъабжьэр игъэтIылъауэ. ИужькIэ къэунэхуа хьэрып усакIуэшхуэ Ахьмэд Шэукъий, Хьэфиз Ибрэхьим сымэ я гъуэгур Баруди яхуиузэщIащ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
НАУРЗОКЪУЭ Мыхьмуд
СИ ПАСЭРЕЙ АДЫГЭ
Сыт хуэдэ бийри хагъащIэу
ЛIыгъэр я бащэу нартыжьхэт…
Фызыхуэзгъадэ щымыIэу,
Фи щIыхьыр лъагэу соIэт.
Фэ фыхуэпэжти фи псалъэм,
ДзитI зыIулъ къамэу вгъэдалъэт…
Фи шылъэмакъым бийр дэгулэзу
Фэ фыпсэуащи, сэ фызинабдзэщ.
* * *
Сызыщыщ лъэпкъым и нэхъыжьым
И къамэр къыщрихкIэ, дунейр зэтоувыIэр.
Тхыдэжьри къызоплъэкI,
Псоми ящIэнур ямыщIэу -
Поплъэ адэкIэ къэхъунур зищIысым.
ЛЪАГЪУНЫГЪЭ
ЖэщкIэрэ си нэр зэтеспIэм,
ПщIыхьэпIэ дахэу къыспежьэу,
Гъунэгъу къысхуищIу спэжыжьэр,
КъыщотIысэх си гъуэлъыпIэм.
ФIыщэурэ-фIыщэу сэ слъагъум
Ныжэбэ сыкъыумыбгынэ.
Ажалыжь бзаджэр Iэпэгъуу
СыкъыщIумынэ мы унэм.
Нэхэм я плъэкIэ гуакIуэхэм
Бэлыхь хамыгъэкIыу псэхэр,
Къохъури, уи нэ мэракIуэхэм
Къегъэлыт си псэр, си дахэ.
Псэ лъащIэм щысхъумэ уи псэр
Си нэпсхэм ямыгъэпскIамэ,
Сигу мафIэ лыгъэм хисхьэри,
И яжьэр япхъэнкIыжакIэт.
ИтIани гущIэгъу къысхуэпщIкъым.
ИгъэудэIуну мы си псэр,
ЗыхулъэкIынур пIащIэркъым,
ХэпщIащи си гум и къуэпсым.
Ныбжь фагъуэу, псэ схэмытыжу
Къыщохъу тхьэрыкъуэ степыхьэм.
И нэпсхэр хуэмыубыдыжу,
Къогъыхыр уэсэпскIэ бжьыхьэр.
Акъужьыр къыстопсэлъыхьыр,
Жыг тхьэмпэм си щэху хуиIуатэу.
Тхьэрыкъуэ къэзылъэтыхьым
А щэхур псынщIэу епхъуатэ.
Гухэлъым и хъыбар пэжыр
Дамэншэу щIым щегъэлъатэ.
УсакIуэр къегъэушыжыр,
Сатырхэр къыхуигъэбатэу.
ЩегъэпщкIур и гум и лъащIэм
А щэхур щауэ къуданым,
ГъэпщкIуауэ щиIыгъщ щхьэлъащIэм
Псэм щыукъубей архъуанэм.
Узыфэ къысхуумылъыхъуэ,
СощIэж сэ езым си узыр.
НэгъуэщIи щымыIэ хущхъуэ, -
Схуэхъунур сэбэп уэ зырщи.
Узыфэу си фэр изыхыр
Щхьэ апхуэдизу си гуапэ?
Щхьэр лъахъшэу изогъэзыхыр
Узыфэу схуэхъуам тхьэнапэ.
Аслъэным и макъ шынагъуэм
Щышынэу къыпимыкIухьу,
Сигу пцIанэм мэз абрагъуэр
Щыхь пагэу къызэхекIухьыр.
Зибг псыгъуэр лантIэ щхьэлъащIэ,
Шылэджэдыр зыщIэфэгъуэкI,
Уи плъэкIэм есщIэнщ сымыщIэр, -
НэкIэ си гум лъагъуэ ходыкI.
Уи гур мывэми къигъэчэну,
Нэ ладитIым мафIэ къащIех.
Хэт Iэхъулъэхъур хузэпычыну,
ТхьэIухудым уищIам Iэпхлъэпх?!
Си дахэ, симыIэу лажьэ,
Уи губжьыр сыт щхьа къыстихуэт?
Дыкъигъэнэну щхьэлажьэу,
Хэт бзэгукIэ ди Iуэху зезыхуэр?
Жагъуэгъум, щIилъыкIыу и бзэр,
Ди Iуфэр къекIухьыр щэхуу.
Ди Iуэхур щызэхэмыбзыр
Бзэгузехьэм и IутIыж махуэщ.
ЦIыху хейхэм я кум Iужажэу
Бзэгузехьэр дэмытыгъамэ,
И къуэшым и къуэш еижу
КъэхъункIэ хъунут мы гъащIэм?!
Мо уэгум ит дыгъэр мазэм
Сыт щыгъуэ щыхуэзэфынур?
Дэ тIури дызэхуишэну
Зы лъагъуэ дэнэ къитхыну?
КъыщIэкIыжынуми пцIыуэ,
Зэ закъуэ сыгъэщIыт гугъэ.
Си гугъэ-си щхьэгъэпцIэжым
ХэлъынкIэ хъунщ си хущхъуэгъуэ.
Уи щэхури, зым къезмыгъащIэу,
Схъумэнщ, къызэгъэзи уи дзыхь.
Псэм щысхъумэнщ игъащIэкIэ,
Сигу къабзэри уи щхьэузыхьщ.
Дащымышынэу бзэгузехьэм,
Гухэлъхэр къэдгъэгъэнаIуэ.
Ди якум пцIы къыдэзыхьэр
Къремыбакъуэ бжэщхьэIум.
КIыфIыгъэр пэлъэщкъым нэхум,
Уэ дыгъэм упэслъытакъэ!
Ди бийхэм схуаIуатэ «щэхум»
И сахуэр псым хэскIутакъэ!
Зи гущхьэм фIы лъэпкъ къэмыкIыр
Зэижыр и псэр аракъэ?!
КъимыкIыу абы и кIэныр,
Псэуну къыхуиухакъэ!
Сыт ущIэшынэр уэ? КъакIуэ
Умыгузавэу си дежкIэ,
Жагъуэгъу плъэIуакIуэ-дэIуакIуэр
Жэщ гъуэгум хэту щыжейкIэ.
Жагъуэгъухэу фIы зигу къэмыкIхэм
Я гыбзэр тохуэжыр я щхьэм.
Я гугъэм я Iэр хуэкIэщIу
Гъэпсэухэ ахэр, дэ ди тхьэ!
Къабзагъэрщ, нахуагъэрщ ди псэр
Игъэдэхэн зылъэкIынур.
Гурыщхъуэр пхуэхъуамэ щIасэ,
Уэ гузэрыдзэрщ къыпхуэнэр...
Гъуэжькуий кIэрахъуэм и щIагъым
Жьуджалэ къыщумылъыхъуэ.
Къэбубыдыну уи гугъэу
Жьым зэи укIэлъымыпхъуэ.
Мысыр, Каир
ХЬЭРЫП УСАКIУЭХЭМ Я ЭМИРЫР
«Мысыр литературэм щыбгъуэтынущ, зи цIэр фIыкIэ къипIуэ хъуну куэд, ауэ а псом япэ игъэщын хуейщ етIощIанэ лIэщIыгъуэм псэуа Ахьмэд Шэукъий, Мысырым я усакIуэ нэхъ ин дыдэр», - апхуэдэу щитхащ Луговской Владимир «Мысырым и усакIуэхэм я усэхэр» тхылъым хуищIа хэзыгъэгъуазэм. Тхылъыр 1956 гъэм Мэзкуу къыщыдэкIащ. Ар къызэIуех Шэукъий и поэзиемкIэ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа нэгъуэщI усакIуитIми - Мыхьмуд Сэми аль-Барудирэ Исмэхьил Сабрирэ - я усыгъэхэр ихуащ а тхылъым.
Мысырым и поэзием классицизмэм щигъуэта зыужьыныгъэм Ахьмэд Шэукъий и усыгъэхэр и лъагапIэщ икIи и дахапIэщ. Общественнэ гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр къигъэлъагъуэурэ, цIыхухэр зыщIэхъуэпси, зыхунэсаи, абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэри зыубгъуауэ и тхыгъэхэм къыщиIуэтащ, иджырей цивилизацэм и мыхьэнэр япэ дыдэу къэзыгъэлъэгъуэфа хьэрып усакIуэхэми ар ящыщ зыщ.
Хьэрып поэзием и гъэфIэныр, и шу пашэр 1868 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м Каир дэс адыгэ унагъуэ хуэщIам къыщалъхуащ. ЩIэныгъэфI зригъэгъуэтынымкIи зыщыщIэ щыIакъым. Ахьмэд и адэшхуэр Кавказым икIри Мысырым Iэпхъуат Мухьэмэд Алий щытепщэ лъэхъэнэм. Аббас Езанэм и зэманым таможнэу Мысырым иIам и унафэщI къулыкъур абы кърат.
ИлъэсиплIым иту Ахьмэд пэщIэдзэ еджапIэм щIагъэтIысхьэ, и ныбжьыр илъэс пщIыкIутхум нэсауэ курыт еджапIэр къеух.
«Си къуэм юристу къулыкъу ищIащэрэт», - жызыIэ и адэм йодаIуэри, ар щIотIысхьэ Мадрасат-аль-хукъукъым - хабзэм хуэлэжьэнухэм я лицейм. Шэукъий студенту усэ тхын щIедзэ, яфIэмыIейуэ абы и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм традзэ.
Тауфикъ хедивым и мылъкукIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну 1887 гъэм ар Франджым ягъакIуэ. УсакIуэ ныбжьыщIэм хабзэхэр щедж Марсель, Монпелье, Париж къалэхэм, гъунэгъуу нэIуасэ захуещI франджы литературэмрэ театрымрэ, музейхэр зрегъэлъагъу, Инджылызым макIуэ. Адыгэ мамлюкхэм я псэукIам теухуауэ Париж абы щетх «Алий-бек ЦIыхушхуэр» драмэр. Франджы гъащIэм теухуауэ усэ Iэрамэрэ шыпсэхэмрэ мыбы къыщыдегъэкI.
ИужькIи абы куэдрэ къыхуихуащ Европэм кIуэну. Мысырым и щIэныгъэлIхэм я лIыкIуэу «КъуэкIыпIэ къэралхэр зыджхэм» я дунейпсо конгрессхэм Шэукъий тIэунейрэ хэтащ - зэм Женевэ щыщекIуэкIам (1894 гъэм), етIуанэм - Афинхэм щызэхэтам (1912 гъэм).
1892 гъэм Тауфикъ хедивыр дунейм ехыжри, тахътэм тетIысхьащ Аббас ЕтIуанэ Хьилмийр. ИпэкIэ тетахэм заригъэщхьу, абы Шэукъий зрешалIэ, пщIантIэдэт усакIуэ ещI. «Хьэрып литературэщIэм и тхыдэ» зыфIища и лэжьыгъэм академик А. Е. Крымскэм къыщыхегъэщ а гъэхэм Шэукъий муслъымэн диныр гъэлъэпIэным куэду зэрытетхыхьыр. УсакIуэм зэриукъуэдиймкIэ, а диным лъэпкъ Iэджэхэр зэкъуэш зэхуищIырт икIи муслъымэнхэм я жэнэт щIыналъэм хуэдэ щымыIэу хедивыр зи тет Мысырыр къигъэлъагъуэрт. Урыс академикыр адэкIэ щытопсэлъыхь хабзэншэу Мысырым тепщэгъуэр щызыубыда инджылызхэми, тырку сулътIан Абдул-Хьэмид ЕтIуанэми Ахьмэд Шэукъий щытхъу «пшыналъэхэр» яхуигъэшу зэрыщытам. Ауэ иужькIэ а щытхъу нэпцIхэр Шэукъий и тхыгъэщIэхэм нэхъ мащIэ щохъу. ЕпщыкIубгъуанэ, етIощIанэ лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм адыгэ щIалэм и усыгъэ лIэужьыгъуэхэр одэрэ элегиерэт. Зым зэфIэкI зиIэ цIыхушхуэхэм щытхъу щахуигъэшырт, адрейм, зэрыхабзэти, нэщхъеягъуэхэр гущIыхьэу къыщигъэлъагъуэрт. Абы и диван «Аш-Шэукъийятыр» 1898 гъэм Каир къыщыдэкIащ. А тхылъым ихуат 1888 - 1889 гъэхэм итхахэр. И пэщIэдзэ псалъэм усакIуэр щытепсэлъыхьырт поэзиер къызэрыщыхъум, къыщиIуэтэжырт и гъащIэр къызэрекIуэкIари.
1890 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Шэукъий и къалэмым къыщIокI хьэрып пасэрей гъащIэм теухуа сюжетхэмкIэ итхыжауэ повестхэр, хъыбархэр. Гу лъыботэ «Жэщ минрэ зым» ижь абыхэм къазэрыщIихуами, классицизмэм и хабзэхэм тету ахэр зэрыузэщIами.
ЕкIуэкI политикэм зыдезыгъэкIуф цIыхуу зыкъилъытэж пэтми, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Ахьмэд Шэукъий итха усэхэм яхыболъагъуэ империализмэм и бий Iуэху еплъыкIэхэри, мысыр цIыхубэр и щхьэхуитыныгъэм зэрыщIэбэнри. И лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къызыщыгъэлъэгъуа, гупсысэ куухэр къыщиIуатэ и усэхэм ящыщу тхылъеджэхэр нэхъ егъэпIейтей «Данышуай теухуа гукъэкIыжхэр» жыхуиIэм. Абы усакIуэм гуузу къыщеIуэтэж 1906 гъэм инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм Данышуай жылэ цIыкIур Iисраф зэращIар. Империализмэм и бийуэ гъэпсащ «Мустэфа Камал», «Нил», «Кромер деж», «Хэкур сфIэгуэныхьу» усэхэр. Иужьрейм усакIуэм щитхырт:
Загъэбэлыхьми а зылъэкIхэм
Ер къыщытлъихьэм дыхыфIадзэ.
Сахэткъым ахэм я сатырхэм -
ЗапыIузодзыр хьэIуцыдзхэм.
Аргуэру соIуэ си фIэщ хъууэ:
МафIэсым щIы исар
Зывэжхэм бжьыр зытрадзауэ
Мылъку лейкIэ удэфар
Хагуэну ялъэкIыну.
1914 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м Британием хъыбар игъэIуащ Мысырыр и унафэм зэрыщIэувэмкIэ. Хедивыр ягъэкIуэдыжат. Инджылызым и бий тхыгъэхэр зэрытригъэдзам къыхэкIыу Ахьмэд Шэукъий къэралым ирагъэкIащ. ИлъэсихкIэ ар ирагъэхьэжакъым и хэкум. Андалусиер зи хэщIапIэ усакIуэр Iэджэуи хуэзышырт фIыуэ илъагъу и лъахэм. Ар къыщеIуатэ а лъэхъэнэм итха усэ куэдым.
Мысырым къигъэзэжа нэужь, Шэукъий тепщэгъуэр зыIэщIэлъхэм запищIэжакъым. УсакIуэр Iущ хъуат. Абы и нэгу щIэкIырт цIыхубэм и дуней еплъыкIэм икъукIэ зэрызихъуэжар, лъэпкъыр щхьэхуит щIыжыныр псоми я гухэлъу бэнэныгъэм зэрызыхуагъэхьэзырыр.
Иджы, и напэр къемыдэуэжу, усакIуэм зыхуейр, и псэм фIэIэфIыр итх хъунут. И усыгъэ нэхъыфIхэри а зэманращ къыщигъэщIар. «Бэрэдэ псым теухуа уэрэд», «Властыр цIыхубэм етын!», «ЩIалэгъуалэм зыфхузогъазэ», «Хэку», «Нил аузыр зыщ» усэхэм, «Хуитыныгъэ плъыжь» поэмэм усакIуэм къыщеIуатэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ къэралхэм зэрахьэ лейр, ялэжь мыхъумыщIагъэхэр, хьэрып къэралхэр зэкъуэувэу абыхэм я бжьыр зытрадзын зэрыхуейр.
ЖызоIэ сэ: цIыхубэм властыр хуейщ къищтэн,
ИтIанэ пщылIыпIэм дэ дыкъикIыжынщ, -
щыжеIэ усакIуэм «Властыр цIыхубэм етын!» зыфIища усэм.
Шэукъий и пщIэм зиIэтырт, усакIуэшхуэу и хъыбарыр щIыпIэ жыжьэхэм щыIуат. Каир и «Пащтыхь оперэм» 1927 гъэм абы и щIыхькIэ къыщызэIуаха гуфIэгъуэ зэIущIэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэрал псоми я лIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ ар хахащ «Хьэрып усакIуэхэм я эмиру».
ТхакIуэ цIэрыIуэ икIи критик Тахьэ Хъусейн, иужькIэ (1933 гъэм) «Хьэфизрэ Шэукъийрэ» лэжьыгъэр зытхам, а пщыхьэщхьэ гуимыхужым адыгэ щIалэм щхьэкIэ жиIат ар «муслъымэн Мысырым игъащIэ лъандэрэ къыщалъхуахэм я нэхъ акъылыфIэ дыдэу икIи Абу-ль-Ала Маари и зэманым къыщыщIэдзауэ хьэрып литературэм апхуэдэ усакIуэ къыщымыунэхуауэ». Абы ипэжкIи, 1925 гъэм, хьэрып IуэхухэмкIэ IэщIагъэлI нэмыцэ Г. Кампсмейр Мысырым щыIа нэужь, мыпхуэдэу итхыжат:«Мысырым щыпсэууэ хъуам я бзэгупэм телъщ Шэукъийрэ Хьэфиз Ибрэхьимрэ я цIэхэр»... Ардыдэр щыжеIэ «Мысырым и ныбжьхэр» зыфIища и тхылъым Америкэм щыщ еджагъэшхуэ Т. Холл. 1928 гъэм Нью-Йорк къыщыдэкIа а тхылъым иужьрей едзыгъуэм а усакIуитIым фIыкIэ щатопсэлъыхь, инджылызыбзэкIэ езым зэридзэкIауэ я усэхэри тредзэ.
Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ нэхъ къэмынэжауэ Ахьмэд Шэукъий драматургием зрет. Пэжщ, псэуху абы усэ тхыни щигъэтакъым. 1932 гъэм фокIадэм къызэIуаха «Аполлон» литературэ хасэм ар и тхьэмадэу хах. УсакIуэ романтикхэр зэзышэлIа а хасэр сэбэпышхуэ хъуащ хьэрып поэзием зиужьынымкIэ. Ауэ а IэнатIэм ар пэрытакъым. 1932 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м дунейм ехыжащ «хьэрып усакIуэхэм я эмирыр».
И псэр пытыху Шэукъий къалэмыр игъэтIылъакъым. Езыми гъащIэшхуэ къыхуэнэжатэкъым, мазищ къудейт зэрыпсэужынур, фIыуэ илъагъу и ныбжьэгъуфI, усакIуэшхуэ Хьэфиз Ибрэхьим дунейм щехыжам. Ар и гум щIыхьауэ Шэукъий етх «Хьэфиз Ибрэхьим и лIэныгъэм теухуауэ» усэр, гъыбзэ щIыкIэу гъэпсар.
Езыр щымыIэжми, Шэукъий и поэзие телъыджэр уахътыншэщ. Талантышхуэ зыбгъэдэлъа а усакIуэм и гъащIэмрэ и псэукIамрэ хъыбар Iэджэ теIукIащ. Хъаннэ аль-Фахьури зэрыжиIэмкIэ, къару иниплI бгъэдэлъати, а цIыхур адрейхэм яхуэмыдэ хъуащ. Япэ къарум къежьапIэ хуэхъурт ар хуабжьу зэрыгурыхуэр, абы и фIыщIэкIэ тхэным хуэIэзэ хъуащ. ЕтIуанэ къарууэ бгъэдэлъащ зэ зэхихар, зэджар щымыгъупщэжу игу ириубыдэфу зэрыщытар. Абы и щхьэм усэрэ уэрэду Iэджэ щихъумэрт.
Ещанэу, Ахьмэд щыпсэуа лъэхъэнэм и цIыхут, и усакIуэт. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэр куууэ зыхищIэрт. ЕплIанэ къарут зэрыгумызагъэр, зыри япэ иригъэщыну зэримыгугъэр. Фыгъуэтэкъым, ауэ хьэрхуэрагъ хэлът, зы усакIуи зытримыгъэкIуэну. Арагъэнщ абы щIыхузэфIэкIар мы дунейр къызэрыхъурэ сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ лъэпкъми къыщыунэхуа усакIуэшхуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъуну.
ЗэфIэкIышхуэ зиIэ а адыгэ щIалэр тхэн щыщIидза япэ зэманхэм ахъшэ хуримыкъущэу псэуащ. Абы къыхэкIкIэ хъер къызыпих усэхэр - щытхъукIэ лIыщхьэхэр «щIигъанэу», куэду итхащ. Ауэ абы куэдрэ жиIакъым зи гупкIэ исым и уэрэд. И акъылыр тIыса нэужь, лъэпкъым, хэкум, цIыхубэм яхуэлэжьэныр къалэн зыщищIыжауэ, и къалэмым тхыгъэ щэджащэхэр къыщIэкIащ.
Шэукъий, хьэрып литературэм къыдэкIуэу, Европэм ейри фIыуэ ищIэрт. Псом хуэмыдэу ар дихьэхырт франджы литературэм. Хьэзабым хэту гъащIэм и пэжыр къэлъыхъуэныр къызыхэщ и тхыгъэхэр къапщтэмэ, ахэр зыкъомкIэ ящхьщ Мюссе пэжыр къызэрилъыхъуэм. И лирикэр Ламартин ейм нэхъ хуокIуэ, псалъэ шэрыуэхэр къызэригъэсэбэпымкIэ Лафонтен нэхъ ещхьщ, и драмэхэм Корнель и пьесэ тхыкIэр уигу къагъэкIыж. Ауэ псом хуэмыдэжу Шэукъий нэхъ пэгъунэгъущ Виктор Гюго. Франджы цIыхубэр хуитыныгъэм къэмыланджэжу зэрыхуриджэм, хъыжьагъэ хэлъу ем зэрыпэщIэувэфым, и лъэпкъыр зыгъэин образ мыкIуэдыжынухэр къызэригъэщIым къадэкIуэу, а франджы тхакIуэм бзэри Iэзэу игъэшэрыуэрт, и усэхэр гъащIэм къыщыхъу псоми пэджэжырт. А псоми дихьэхат Шэукъий. Шэч хэмылъуи, тхакIуэр зэрыщытын хуейм и щапхъэр абы щилъагъурт Виктор Гюго деж.
ЗэхъуэкIыныгъэшхуэхэр дунейм къыщыхъу лъэхъэнэм псэуащ Ахьмэд Шэукъий. И хэкум ирагъэкIын и пэкIэ зэрыпсэуа зэманыр, ирагъэкIа нэужь хузэфIэкIар, хэкум къигъэзэжа нэужь и Iуэху еплъыкIэхэм зэрызахъуэжар - а псори зэпэплъыта, зэбгъэпща нэужь, усакIуэм и IуэхущIафэр Iыхьищу зэпыбгъэщхьэхукI хъунущ: адрей усакIуэхэм запищIыжу щыщытар - зыуэ, тхэкIэщIэм щыхуэкIуар - етIуанэу, и поэзием щIэщыгъуэу зыщиузэщIар - ещанэу.
ГъащIэм и Iейри ифIри, цIыхухэм я псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ къэхъугъэхэмрэ Iуэхугъуэхэмрэ къэгъэсэбэпауэ, къэгъэлъэгъуэныр Шэукъий нэрыгъ ещI тхэкIэщIэм щыхуэкIуа, и усыгъэм зыщиузэщIа лъэхъэнэхэм. Ущие зыхэлъ, романтикэкIэ гъэнщIа, гумрэ псэмрэ зыхуэпабгъэхэм зыщаузэщIа усэхэм цIыхухэм къыхахын акъыл щагъуэтырт. Апхуэдэ зы усэм, «ЩIэныгъэм хущIэкъум», щыщу мы сатырхэр ищхьэкIэ щыжыIахэм я щапхъэщ:
Къэплъыхъуэжу уи пэжыр - утехьамэ уэ гъуэгу,
Къаруушхуэ уимыIэм укъинэнущ утыку.
«ЛIыгъэ зиIэр мурадым лъокI лъэIэсын,
Мис апхуэдэм цIыхубэм и щытхъур лъысынщ.
Псэм фIэфI псори бгъэзащIэу дунейм утемыт,
Уохъу ухыгъэм и гъэр, Iэнэ шхын зытемыт.
УлIэжынущ зэгуэр, ущымыщтэ абы...
Абы хэт щышынами, мэхъу ажалым и пщылI.
(КъыкIэлъыкIуэнущ)
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "815.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Эмиратхэм зыщагъэпсэхуным ди цIыхухэм трагъэкIуэдащ
доллар мелард 1,3-рэ
УФ-м и Президент Путин Владимир Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм иджыблагъэ щыщыIам лъэныкъуитIми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэпыщIэныгъэхэр кIуэ пэтми нэхъ быдэ зэрыхъур къыхагъэщащ езыми Эмиратхэм я унафэщI Мухьэммэд Аль Нахайяни. Къэралхэр унэтIыныгъэ куэдкIэ зэдолажьэ икIи мы зэIущIэм ирихьэлIэу ягъэхьэзырат доллар мелардрэ ныкъуэрэ и уасэ Iуэху зэдащIэну.
Нэхъ быдэу щызэпыщIа IэнатIэхэм ящыщщ туризмэр. Псалъэм къыдэкIуэу, Путиным къыхигъэщащ къэралитIым сату зэрызэдащIым къыпэкIуэм хуэдиз ахъшэ ди цIыхухэм а къэралым зыщагъэпсэхуэным илъэс кIуам зэрытрагъэкIуэдар.
«Урысей Федерацэм и цIыхухэм яфIэфIщ Хьэрып Эмиратхэм зыщагъэпсэхун, илъэс кIуам туристхэм я бжыгъэр процент 23-кIэ нэхъыбэ хъуащ», - щыжиIащ Урысейм и УнафэщIым урысей-хьэрып зэпсэлъэныгъэхэм. Абы къихьащ УФ-м и Банк Нэхъыщхьэм къита бжыгъэхэр. «Ди туристхэм Эмиратхэм я нэгу зыщрагъэужьыным илъэс кIуам трагъэкIуэдащ доллар мелард 1,3-рэ - ар къэралитIым сатууэ зэдэтщIам хуэдиз мэхъу», - къыхигъэщащ Путиным.
Урысеймрэ Эмиратхэмрэ щыпсэухэр нэхъри ныбжьэгъу зэхуэхъунымкIэ сэбэпщ визэ хэмыту цIыхухэр зэкIэлъыкIуэным теухуауэ яча лъэбакъуэхэр. Путиным зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ Эмиратхэм абы теухуа жэрдэм къыхалъхьэу, апхуэдэ зэгурыIуэныгъэм лъэныкъуитIми мазае кIуам Iэ традзауэ зэрыщытар. «А унэтIыныгъэмкIэ адэкIи дызэдэлэжьэнщ», - жиIащ Урысейм и УнафэщIым.
Бжыгъэ дахэу зэхэлъ номерхэр хэти къищэхуфын хуэдэу
Машинэ къэзыщэху дэтхэнэри щIохъуэпс и «гъущIышым» номер дахэ телъыным. Псом хуэмыдэу ар машинэ лъапIэ дыдэхэм ящыщмэ, абы «бжыгъэ дахэ» имыIэныр зи щхьэ хуэзымыгъэфащэхэри мымащIэу щыIэщ ди зэманым.
«Бжыгъэ дахэр» цIыхур хуэщIауэ зэрыпсэум и нэщэнэ хъуащ. ЗэрагъэхъыбарымкIэ, апхуэдэхэр зыIэрыбгъэхьэным ахъшэ хъарзынэ токIуадэ.
Къэрал автоинспекцэхэм я унафэщIхэм папщIэ жэпуэгъуэм и 15-м Екатеринбург къалэм щызэхаша семинар-зэIущIэм УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм жэрдэм къыщыхилъхьащ апхуэдэ номерхэр цIыхухэм къэрал Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэм дяпэкIэ ирагъэщэну.
УФ-м и МВД-м Гъуэгум шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымкIэ и управленэ нэхъыщхьэм и къудамэм и унафэщI Мишуров Роман а зэIущIэм зэрыщыжиIамкIэ, апхуэдэу ящIынущ къэрал пошлинэр зыхуэдизынур ябзыхуу ягъэува нэужь. ЩIыналъэхэм Iэмал яIэнущ абы и уасэр зэрыхъун хуейуэ къалъытэ мардэхэр езыхэм ягъэувыжыну. Абы жиIащ номерхэр къэрал Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ сайтымкIэ къащэхуфу зэтеухуэн хуейуэ. Апхуэдэуи а сайтым къыщыхэпх хъунущ цIыхухэм нэхъ яфIэфI «номер дахэхэр» - бжыгъэ, хьэрф зэщхьхэу зэхэтхэр.
Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министерствэм апхуэдэ номерхэр аукционкIэ щэн хуейуэ къыхелъхьэ, ауэ МВД-м ар фIэтэмэмкъым, мазэ хуэдизкIэ екIуэкI апхуэдэ сату щIыкIэм сэбэпынагъ гуэри хэмылъу къелъытэри.
«ЩэхуакIуэхэм я дежкIэ нэхъыфIри нэхъ шынагъуэншэри къэрал Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ порталымкIэ ахэр зыIэрагъэхьэмэщ», - жиIащ Мишуровым.
Нобэ
♦Азербайджаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦США-м Аляскэм и махуэр щагъэлъапIэ. 1867 гъэм Урысейм Аляскэмрэ Алеут хытIыгухэмрэ США-м зэрырищам теухуа дэфтэрхэмрэ абы хуагъэза доллар мелуани 7,2-р къызэрыратыжыну чекымрэ зэIэпахащ. ЩIыналъэр щэным теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ традзауэ щытащ нэхъ пасэу - 1867 гъэм гъатхэпэм и 30-м. Гвоздев Михаилрэ Фёдоров Иванрэ зи унафэщI экспедицэм 1732 гъэм Америкэ Ищхъэрэм къыщахута а щIыналъэр цIыху щыпсэу хъун хуэдэу зэгъэпэщыным 1799 гъэм яужь ихьат урысей-американ компаниер, ауэ илъэс куэдкIэ абы елIэлIа нэужь, хэхъуэу къыхуихьым нэхърэ трагъэкIуадэр зэрынэхъыбэр яхуэмыгъэкъарууэ, урысей империем унафэ щащIауэ щытащ ар Штат Зэгуэтхэм иращэну.
♦Перуджэ (Италие) щагъэлъапIэ шоколадым и махуэр
♦1723 гъэм Пётр Езанэм Кронштадт быдапIэм и лъабжьэр игъэтIылъащ.
♦1918 гъэм Чехословакие республикэр къызэрагъэпэщащ.
♦1921 гъэм Кърым АССР-р Урысейм хыхьэу къызэрызэрагъэпэщым теухуа декретыр къыдэкIащ. 1945 гъэм автономиер Кърым область хъуащ, 1954 гъэм Кърымыр Украинэм хагъэхьащ. Абы и автономиер 1991 гъэм зэфIагъэувэжащ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыщыщIэдзауэ УФ-м и щIыналъэ хъужащ.
♦1922 гъэм Инджылызым и «Би-Би-Си» радиокомпаниер къызэрагъэпэщащ.
♦1924 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ Комиссархэм я Советым унафэ ищIащ къэралым ис псоми фэрэкIым зэребэн мастэ халъхьэным теухуауэ.
♦1942 гъэм нэмыцэдзэхэм къаувыхьауэ дыхьэпIи дэкIыпIи зимыIэ Ленинград къыщызэIуахащ Комиссаржевская Верэ и цIэр зезыхьэ театрыр.
♦1944 гъэм советыдзэхэр Чехословакием ихьащ, къэралыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжыну.
♦1967 гъэм «Венера-4» совет хьэрш аппаратыр ЩIым нэхъ пэгъунэгъу дыдэ Венерэ планетэм тетIысхьащ.
♦1978 гъэм иухащ дуней псом шахматымкIэ и чемпион хъунур наIуэ къэщIыным теухуа зэхьэзэхуэр, Карпов Анатолийрэ Корчной Викторрэ щызэпэщIэтар. МазищкIэ екIуэкIа зэпеуэм чемпионыгъэр Карповым зыIэщIимыгъэкIыным абдеж мыхьэнэшхуэ щIыщиIэр спорт щхьэусыгъуэм и закъуэтэкъым, уеблэмэ аратэкъым нэхъыщхьэри. Карповыр Iэмал имыIэу пэлъэщын хуейт къэралым епцIыжауэ къалъытэ Корчнойм - ар 1976 гъэм Амстердам щекIуэкI зэпеуэм кIуэри, СССР-м къигъэзэжын идатэкъым. ЗэпэщIэтыныгъэр гуащIэ дыдэу екIуэкIыурэ, бжыгъэри зэхуэдэ ящIауэ - 5:5-уэ, сытми, Карповым хузэфIэкIауэ щытащ текIуэныгъэр къыхуэзыхьа еханэ очкори зыIэригъэхьэн.
♦1990 гъэм Ямало-Ненецкэ автоном округыр Тюмень областым къызэрыхэкIым теухуа унафэ къищтащ.
♦1991 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и иужьрей зэIущIэр екIуэкIащ.
♦1991 гъэм РСФСР-м и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ «Политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм щIэбгъэкъуэншэн хабзэншагъэ зэрамылэжьар къэлъытэным и IуэхукIэ» законым.
♦2011 гъэм Урысейм, Украинэм, Белоруссием, Къэзахъстаным, Армением, Къыргъызым, Молдавием, Таджикистаным СНГ-м хуиту сату щыщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ.
♦1901 гъэм къалъхуащ совет композитор, СССР-м и цIыхубэ артист Захаров Владимир.
♦1908 гъэм къалъхуащ совет кхъухьлъатэзехуэ, авиацэм и генерал-полковник, Совет Союзым и ЛIыхъужь Каманин Николай.
♦1934 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ-фантаст, фильм куэдым я сценарийхэр зытха, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Булычёв Кир (и цIэ-унэцIэ дыдэр Можейкэ Игорщ).
♦1941 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик Iэзэ, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий.
♦1942 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис.
♦1959 гъэм къалъхуащ урысей журналист, теленэтынхэр езыгъэкIуэкIыу щыта Доренкэ Сергей.
♦1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емкъуж Лиуан.
♦1960 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ, кинорежиссёр, сценарийхэр зытх Жан-Клод Ван Дамм.
♦1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару щыта, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ.
♦1973 гъэм къалъхуащ урысей актёр цIэрыIуэ, режиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр зрата Безруков Сергей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 - 23-рэ, жэщым градус 11 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Iуащхьэм япэ дэкIар япэ къохыж.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "816.txt"
} |
Зэпеуэм хэтынухэм я тхылъхэр къыIах
Къафэ, сурэтыщI гъуазджэхэм зегъэужьынымкIэ «Илзе Лиепа» псапащIэ фондым хъыбар фегъащIэ сабий, ныбжьыщIэ къафэхэм хухаха Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэм хэтынухэм я тхылъхэр къыIахын зэрырагъэжьар. КъызэгъэпэщакIуэхэм я дэIэпыкъуэгъущ Президент грантым и фондыр.
Къафэм зэфIэкI щызиIэ щIалэгъуалэр къыхэхыным, абыхэм ядэIэпыкъуным, сабий, ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ къэфакIуэ творчествэхэм УФ-м и щIыналъэхэм зыщегъэужьыным хуэунэтIа щэнхабзэ-узэщIыныгъэ, егъэджэныгъэ проектщ ар.
Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэр Iыхьищу ирагъэкIуэкIыну яубзыхуащ: заочнэ щIыналъэ Iыхьэ, очнэ щIыналъэ Iыхьэ, зэхьэзэхуэм кърикIуахэр щызэхалъхьэж иужьрей Iыхьэу Москва къыщызэрагъэпэщынур.
Урысейпсо зэпеуэм и очнэ Iыхьэр УФ-м и щIыналъэ псоми фокIадэм и 20-м щыщIэдзауэ щокIуэкI икIи ар жэпуэгъуэм и 31-м зэхуащIыжынущ.
Зэхьэзэхуэм хэтынухэр къыхахын папщIэ щIыналъэ экспертхэр щылажьэ центрхэр къызэрагъэпэщынущ:
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ Мэхъэчкъалэ, Ставрополь, Грознэ, Налшык, Владикавказ къалэхэм.
Сыбыр федеральнэ щIыналъэм и Красноярск, Кемеровэ, Новосибирск, Иркутск, Омск къалэхэм.
КъуэкIыпIэ Жыжьэ федеральнэ щIыналъэм щыщ Владивосток, Хабаровск, Улан-Удэ, Якутск, Южно-Сахалинск къалэхэм.
Ищхъэрэ-КъухьэпIэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ Санкт-Петербург, Петрозаводск, Архангельск, Мурманск, Псков къалэхэм.
Урал федеральнэ щIыналъэм и Екатеринбург, Тюмень, Ханты-Мансийск, Челябинск, Курган къалэхэм.
Приволжскэ федеральнэ щIыналъэм щыщ Самарэ, Новгород Ищхъэрэ, Уфа, Къэзан, Пермь къалэхэм.
Курыт федеральнэ щIыналъэм хыхьэ Воронеж, Владимир, Тулэ, Тверь, Ярославль къалэхэм.
Ипщэ федеральнэ щIыналъэм и Астрэхъан, Волгоград, Краснодар, Севастополь, Дон Iус Ростов къалэхэм.
Зэхьэзэхуэм хэтынухэм фи тхылъхэр къызэгъэпэщакIуэ комитетым и [email protected] электрон пощтым евгъэхь хъунущ, тхыгъэм и темэм федеральнэ округым и фIэщыгъэмрэ щIыналъэ къэпщытакIуэхэр щылажьэ гъунэгъу къалэмрэ Iэмал имыIэу къыщыхьауэ. Ахэр зыщIымыгъу тхылъхэм и ужь дыдэущ щыхэплъэнур.
Лъэпкъ саугъэтыр къэхьынымкIэ «Весна священная» урысейпсо зэпеуэм и Iыхьэхэр зэрагъэзэщIэну пIалъэм, зэпеуэм и положенэм, абы и Iыхьэхэм я положенэхэм, евгъэхьыну тхылъыр зыхуэдэм теухуа хъыбархэм зыщыхэвгъэгъуазэ хъунущ зэпеуэм и напэкIуэцIым - vk.com/ vesnakonkurs2010, «Илзе Лиепа» псапащIэ фондым и сайтым – www.ilzeliepafund.ru сайтым, фондым и напэкIуэцIхэу социальнэ сайтхэм щылажьэхэм.
БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "817.txt"
} |
ХЬЭШЫР ЧЫЛАР ТЕУХУА ТХЫЛЪЫЩIЭ
Пэжымрэ пцIымрэ
«Япэу Iуащхьэмахуэ дэкIар: къэхъуамрэ къагупсысамрэ» («Первовосходитель на Эльбрус: факты и вымысел») - ар и фIэщIыгъэу Налшык дэт «Принт-Центр» IуэхущIапIэм Хьэшыр Аскэр и IэдакъэщIэкIыу тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.
ТХЫЛЪЫР дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар япэу Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэ щIалэ Хьэшыр Чылар къызыхэкIа лъэпкъым иризэдауэр куэд зэрыхъуарщ. Губзыгъэу Iуэхум бгъэдыхьа Аскэр 1829 гъэм екIуэкIа генерал Эммануэль и экспедицэм теухуауэ щыIэ дэфтэрыжьи дэфтэрыщIи зэхуихьэсыжри, псори зэуIуу зы тхылъым иригъэзэгъащ. Абы нэхъыфIи пхуэщIыну къыщIэкIынкъым. Кавказ лъэпкъ псоми ягъэлъапIэ Iуащхьэмахуэ ехьэлIа тхыдэ къудамэ екIум лъэпкъхэр щIызэпэщIэувэжын щхьэусыгъуэ къыхэмыгъэкIынращ къохъулIэным я нэхъыфIыр.
УрысыбзэкIэ, франджыбзэкIэ, куржыбзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ къыдэкIа дэфтэрхэм ущрохьэлIэ тхылъым. Абы ихуащ экспедицэм япэу тепсэлъыхьа газетыжьхэм я сурэтхэри, нэхъ кIасэу абы и гугъу зыщIа щIэныгъэлIхэм я тхыгъэхэри, тхылъеджэм зыхуейр къабыл ищIыну хуиту. Акъыл зиIэм къыгурыIуапхъэщ цIыху цIыкIум къехъулIа дэтхэнэ зы Iуэхушхуэри, - псалъэм папщIэ, бгым дэкIыныр, - ущIызыкъуэувэн щхьэусыгъуэу къэбгъэщхьэпэным и псапэр куэдкIэ зэрынэхъ иныр. НэгъуэщI бгъэдыхьэкIэм Хьэшыр Чылари ар къызыхэкIа лъэпкъри игъэлъапIэркъым.
НапэкIуэцI 700-м щигъу тхылъым тхыдэм пщIэ хуэзыщI дэтхэнэ зыри щыгуфIыкIынущ, къызэрыдэкIар урысыбзэщ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "818.txt"
} |
ЛъагапIэ инхэм къахуигъэщIа Жаным Аслъэн
БлэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм дуней псор иригушхуэрт ди лъахэгъу Жаным Аслъэн и бэнэкIэ екIум. Ар Совет Союзым и чемпионт, Европэм щытекIуат, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлът, спортым щIыхь зиIэ и мастерт.
Спорт IэщIагъэлIхэмрэ алыдж-урым бэнэкIэм дихьэххэмрэ быдэу я фIэщ хъурт Жаным Аслъэн дуней псоми Олимп Джэгухэми зэрыщытекIуэфынур. Ар икIи лъабжьэншэтэкъым - ди лъахэгъур Совет Союзым алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и командэ къыхэхам щыпашэт икIи килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щытепщэт.
- Си ныбжьыр илъэс пщыкIуз щыхъум щыщIэдзауэ спортым сыхэтщ, - жеIэ Аслъэн. - Налшык СпортымкIэ и уардэунэм сыкIуэри, бэнакIуэхэм захезгъэтхащ. Абы щыгъуэм сщIэртэкъым ар лIэужьыгъуэ зыбжанэ зэрыхъур. Сыбэнэну хуабжьу сыхуейти, япэу къыспэщIэхуа бжэм сытеуIуэри, сыщIыхьащ. Апхуэдэу сыкъыщыхутащ Лобжанидзе Владимир алыдж-урым бэнэкIэм щыхуигъасэ секцэм - арат си натIэм къритхауэ къыщIэкIынур. Хьэлэмэтращи, зэи сыхущIегъуэжакъым а спорт лIэужьыгъуэр зэрымыщIэкIэ къызэрысхэсхам.
IэщIагъэлI гъуэзэджэ Лобжанидзе Владимир псынщIэу гу лъитащ Жаным Аслъэн бэнакIуэ лъэщ къызэрыхэкIынум. Абы игу ирихьырт щIалэщIэм ерыщу зэрызигъасэр, жыпIэр зэрызыхилъхьэр, хьэл-щэн зэпIэзэрыт зэриIэр. Зы илъэсым къриубыдэу Аслъэн бэнакIуэ бэлыхь къыхищIыкIащ - ар республикэм и ныбжьыщIэ зэпеуэм щытекIуащ. А япэ ехъулIэныгъэм тренерыр зэрыщыгуфIыкIар къэIуэтэжыгъуейщ. КъыгурыIуат Жанымыр лъагапIэ инхэм къызэрыхуигъэщIар.
И ныбжьыр нэсу дзэм къулыкъу щищIэну щыдашам Дон Iус Ростов щыIэ спорт ротэм хэхуащ. Абы Iэмал щигъуэтащ и Iэзагъым хэпщIыкIыу щыхигъэхъуэну. Аслъэн зи IэмыщIэ ихуа Яковенкэ Николай СССР-м щIыхь зиIэ и тренерт, нэхъапэм Совет Союзым, Европэм, дунейм щытекIуат икIи алыдж-урым бэнэкIэ лIэужьыгъуэм химыщIыкI щыIэтэкъым. IэщIагъэлI гъуэзэджэм занщIэу къыгурыIуащ Жанымым утелажьэ зэрыхъунур икIи абы тебгъэкIуадэ зэманымрэ къарумрэ пщIэншэ зэрымыхъунур.
Яковенкэ адыгэ щIалэр егугъуу игъасэрт икIи куэдыр зыщымыгъуазэ Iэмал гъуэзэджэхэр иригъащIэрт. Ахэр зэрызэхилъхьар къипщытэн папщIэ хьэрхуэрэгъу нэхъ лъэщ дыдэхэри къыхухихырт, нэхъыбэм - хьэлъагъкIэ къебэкI защIэу. Апхуэдэ зыгъэсэныгъэхэр хьэлъэт, ауэ укъэзыгъэпэжынт.
Къэралпсо утыкум япэу ехъулIэныгъэ ин Жанымым щиIар 1975 гъэращ. СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэм щытекIуэри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Аслъэн иужь къинащ Совет Союзым и командэ къыхэхам хагъэхьэну ягъэлъэгъуахэу Корбан Геннадий, Чебоксаров Владимир, Халилов Камил, Назаренкэ Анатолий, Курбанов Хьэзрит сымэ, нэгъуэщIхэри.
Псоми къащIащ алыдж-урым бэнэкIэм вагъуэщIэ къызэрыщыунэхуар. Куэдым къыхагъэщырт Жаным Аслъэн и зэпIэзэрытагъыр. Дауи, къахэкIащ ар зэрымыщIэкIэ зэхьэзэхуэм щытекIуауэ къэзылъытахэри. АрщхьэкIэ апхуэдэ псалъэмакъ мышухэм адыгэ щIалэми и тренерми я фIэщхъуныгъэр къагъэтIэсхъэфакъым. Абыхэм егупсысынуи зэман яIэтэкъым - апхуэдизу егугъуу загъасэрти, зы махуэм къриубыдэу Аслъэн килограммитI-щы щыхигъэщI къэхъурт.
Дзэм къулыкъу щищIэну пIалъэр щиухым ирихьэлIэу, Жанымыр СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я чемпион хъуащ. Абы иужькIэ езыри и гъэсакIуэри, къэралым и дзэ спорт клуб нэхъыщхьэм - Мэзкуу и ЦСКА-м - ирагъэблэгъащ. Дунейпсо утыку къихьэну, и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну ар Iэмал гъуэзэджэт.
Апхуэдэхэм я щIэдзапIэ хъуащ 1976 гъэм дзэ клубхэм ирагъэкIуэкIа европэ зэхьэзэхуэр. Абы хыхьэ зэIущIитхум ящыщу плIым Жанымыр щытекIуащ. Зыпэмылъэщар Монреаль щекIуэкIагъащIэ Олимп Джэгухэм дыжьын медалыр къыщызыхьа, дуней псом и чемпион Колев Иванщ. Болгар щIалэмрэ ди лъахэгъумрэ зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Аслъэн бжьыпэр щиубыдащ Мэзкуу щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэ иным. И насып къыщикIащ I978 гъэм Чехословакием и Остравэ къалэм щыIа зэпеуэми. Абы кърихьэлIат бэнакIуэ лъэщ дыдэхэу хэгъэрейхэм ящыщ Европэм, дунейм, Олимп Джэгухэм я чемпион Мах Вячеслав, Румынием къикIа Олимп чемпион Драйкэ Ион, Польшэм, Франджым, нэгъуэщI къэралхэм я лIыкIуэхэр. Жаным Аслъэн и хьэрхуэрэгъу цIэрыIуэхэм къагъэдзыхакъым. Ар хуейт къигъэлъэгъуэну абыхэм къазэрыпимыкIуэтынур. ИкIи хъарзынэу къехъулIащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэх хъуат хэгъэрейхэм ящыщ Янотэ дригъэкIуэкIа зэIущIэр. И ныкъуэкъуэгъу лъэщыр адыгэ щIалэм нэрылъагъуу хигъэщIащ. ЕфIэкIащ адрей къыпэщIэтахэми. Финалым щыхигъэщIащ Олимп чемпион Драйкэ Ион. Дыщэ медалым дэщIыгъуу «ТекIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэнам папщIэ» саугъэт щхьэхуэри къыщыхуагъэфэщам, зэхьэзэхуэм еплъыну къекIуэлIахэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтат, ар абы зэрыхуэфащэ дыдэм щыхьэт техъуэжхэу.
Остравэ щекIуэкIа зэпеуэм кърикIуам ипкъ иткIэ Жаным Аслъэн къыфIащауэ щытащ «дунейпсо класс зиIэ мастер» цIэ лъапIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу алыдж-урым бэнэкIэм хэтхэм апхуэдэ пщIэ нэхъапэм зэи яIатэкъым.
Гугъущ дэтхэнэ спортсменми и гъащIэ гъуэгур. Абы куэд щелъытащ и насыпыр къызэрикI щIыкIэм. И тренерхэмкIэ Аслъэн Тхьэр къыхуэупсат икIи Лобжанидзе Владимири Яковенкэ Николаи куэдым хуагъэсащ. АрщхьэкIэ ныкъуэкъуэгъухэри и мэщIакъым, щэхууи нахуэуи - сыт пщIэн, спортым и хабзэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ ар. АбыкIэ щапхъэу урикъунщ Жаным Аслъэнрэ Корбан Геннадийрэ илъэс куэдкIэ зэрызэпэщIагъэтар, иужьыр япэ ирагъэщ зэпыту. Ар захуагъэтэкъым, сыту жыпIэмэ, 1975 гъэм щыщIэдзауэ ахэр мызэ-мытIэу зэбэнати, зэ закъуэ фIэкIа къэмынэу адрей псоми ди лъахэгъур щытекIуат. Абы щхьэкIэ къэмынэу Корбант зэхьэзэхуэ нэхъ ин дыдэхэм къэралым и щIыхьыр щихъумэну утыку кърагъэхьэ.
Щыбанэ алэрыбгъум и хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэр Аслъэн къыщефIэкIар Совет Союзым и чемпионату 1979 гъэм екIуэкIаращ. Япэ дыдэу апхуэдэ зэхьэзэхуэ иным дыщэм пэгъунэгъу щыхъуа ди щIалэм жэуаплыныгъэр къытехьэлъагъэнущ икIи кIэух зэIущIэм пэж дыдэу и хьэрхуэрэгъу лъэщ Корбан Геннадий къыщытекIуащ.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ахэр мызэ-мытIэу зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэпэщIэтащ икIи сыт щыгъуи нэхъыфIар адыгэ щIалэрат. Апхуэдэу щыт пэтми, 1980 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп Джэгухэм ди къэралым и щIыхьыр ихъумэну дзыхь зыхуащIар Корбанщ. Пэжщ, абы дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ, ауэ Жанымми ардыдэр нэхъыфIыжу хузэфIэкIынут. Абы щыхьэт техъуащ къыкIэлъыкIуэ илъэсым екIуэкIа Совет Союзым и чемпионатыр. Алыдж-урым бэнэкIэм лъэбакъуэ лъэщхэр щыхича Дон Iус Ростов щекIуэкIа зэпеуэм Аслъэн къыщыпэлъэщын къахэкIакъым.
Воронеж щыщ и япэ хьэрхуэрэгъум Жанымым гу зэрылъита щыIэкъым икIи напIэзыпIэм ар тридзащ. ЕтIуанэр узытеплъэкъукI мыхъунт - ар сыт щыгъуи и хьэрхуэрэгъу Корбан Геннадийт. Олимп чемпионыщIэр адыгэ щIалэм иригъэкIуэтэхащ икIи, зыми шэч къытрамыхьэн хуэдэу, ар дахэу хигъащIэри, медалыншэу къигъэнащ. Езыхэм ящыщ зыуэ къэзыбж ростовдэсхэм абы щыгъуэм ди лъахэгъум хуаIэта Iэгуауэр куэдрэ щыщыужьыхыжакъым зэхьэзэхуэр щекIуэкI спорт уардэунэ абрагъуэм.
АрщхьэкIэ ар дыщэм хуэзышэ щIэдзапIэ къудейт. АдэкIэ иджыри зэIущIэ хьэлъищ къыщыпэщылът. Абыхэми щытекIуащ ди лъахэгъур. ХигъэщIахэм яхэтащ финалым къыщыпэщIэхуа спортымкIэ дунейпсо класс зиIэ Мкрытчевыр. Арати, япэ дыдэу къэралым и чемпион 1981 гъэм хъуащ.
- А лъэхъэнэм Совет Союзым и чемпионатым ущытекIуэну куэдкIэ нэхъ гугъут Европэм бжьыпэр щыбубыдын е Дунейм и кубокыр зыIэрыбгъэхьэн нэхърэ, - игу къегъэкIыж Жаным Аслъэн. - Совет бэнакIуэхэрат дэни щытепщэр. Къэралым и цIэкIэ утыку укърагъэхьэ къудеймэ, текIуэныгъэр уи Iэрылъхьэу убж хъунут. ИужькIэ Кубэм и бэнакIуэ лъэщхэр дыдейхэм ягъэсащ, тыркухэри зэрылъэрызехьэти, ерыщу къыдэныкъуэкъу хъуащ. 1981 гъэм СССР-м и чемпион сыщыхъуам хуабжьу сагъэлъэпIащ икIи къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым езым къыбгъэдэкIыу офицер дамэтелъхэр къысхуигъэхьащ.
АрщхьэкIэ а гъэм зэхэта дунейпсо чемпионатым аргуэру ягъэкIуар Корбан Геннадийщ. Абы гурыщхъуэ уигъэщIырт Жаным Аслъэн гъуэгу ирамыту. Ауэ а Iуэхугъуэми ар ирищIыкIакъым. А илъэс дыдэм, 1981 гъэм и кIэухым, Iэмал къратащ Совет Союзым и командэм къыхэхам дэщIыгъуу Дунейм и кубокым щIэбэныну. Ар Аслъэн гъуэзэджэу къигъэсэбэпащ икIи иджыри зэ наIуэ псоми ящищIащ килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къыпэлъэщын ЩIы хъурейм зэрыщымыIэр.
Хэт ищIэнт къыкIэлъыкIуа 1982 гъэр Жаным Аслъэн иужьу спортым щыхэта илъэсу къыщIидзыну? Дэ абы иджыри текIуэныгъэ куэдкIэ дыщыгугъырт.
1982 гъэм и пэщIэдзэм Запорожье щекIуэкIа Совет Союзым и чемпионатым и кIэух зэIущIэм аргуэру щызэхуэзащ Жанымымрэ Корбанрэ. Пэжщ, ар, адрейхэм хуэдэу, зэпэщIэтыныгъэ гуащIэ хъуакъым. Аслъэн и тепщэныгъэр апхуэдизу инти, гугъу емыхьыщэу къэралым и чемпионыгъэр аргуэру зыIэригъэхьащ. КъыкIэлъыкIуэу СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я зэхьэзэхуэм дыщэр къыщихьащ.
Болгарием и Варнэ къалэм иужькIэ щекIуэкIа Европэм и чемпионатым къыщызэхуэсат бэнакIуэ лъэщ дыдэхэр. Жаным Аслъэн зыхэт гупым щызэныкъуэкъунут Югославием, Алыджым, Польшэм, Данием, Финляндием, нэгъуэщI къэралхэми я бэнакIуэ лъэрызехьэ пщыкIуплI. АрщхьэкIэ абыхэм къахэкIакъым адыгэ щIалэм къыпэхъун. Арати, Европэм и чемпион хъуауэ Аслъэн къигъэзэжащ.
Венгрием и Толидэ къалэм щызэхэта Дунейм и кубокым щыщIэбэна зэхьэзэхуэми Жанымыр а илъэсым щытекIуащ. Щытхъури щIыхьри абы къелъэлъэхырт икIи къыкIэлъыкIуэ зэпеуэхэм сыт щыгъуи хуэдэу ерыщу зыхуигъэхьэзырт.
- СССР-м и Лъэпкъхэм я спартакиадэм Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам дэщIыгъуу 1983 гъэм сыкIуащ. Абы ипэ ита зыгъэсэныгъэхэм хуабжьу къыщыттрагъэхьэлъати, ди Iэпкълъэпкъыр зэрызэщIэнар лъэужьыншэ хъуакъым: Грузием щыщ Кубусидзе финал ныкъуэм сыщебэну си шхулъэр къутащ. Ар фэбжь хьэлъэ дыдэт. КъызгурыIуащ, си ныбжьыр илъэс 30-м нэсауэ абы иужькIэ спортым къэзгъэзэжыну гугъу зэрыхъунур. Арати, сыкъыхэкIыжын хуей хъуащ. Пэжщ, 1990 гъэм, тренеру къалащхьэм сыщылажьэу, сыкъытрагъэхьэри Мэзкуу и чемпионатым сыщыбэнащ икIи бжьыпэр щызубыдащ.
Бэнэныр щигъэта иужькIэ, Жаным Аслъэн къалащхьэм къагъанэри, ЦСКА-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и тренер нэхъыщхьэу лэжьащ. Абы и гъэсэнхэм ящыщщ Олимп чемпион Олейников Вячеслав, дуней псом щытекIуахэу Велиниченкэ Александррэ Мнацакян Искандеррэ, Европэм щынэхъ лъэща Гришин Евгений сымэ, нэгъуэщIхэри.
Олимп резервхэр щагъэхьэзыр Спорт Iэзагъ лъагэм и республикэ школ Налшык къыщызэIуахым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм я лъэIукIэ Жаным Аслъэн адэжь лъахэм къигъэзэжри, абы и унафэщI хъуащ.
- Школыр къызэIуахащ икIи ехъулIэныгъэфIхэр спортым щыдиIэ хъуащ. адэкIи зыдужьын хуейти, - жеIэ Жанымым, - нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщIар, дауи, олимп спорт лIэужьыгъуэхэращ: алыдж-урым бэнэкIэм, бэнэкIэ хуитым, дзюдом, атлетикэ хьэлъэм, атлетикэ псынщIэм… Иджы ди гъэсэн куэд къэралым и командэ къыхэха зэмылIэужьыгъуэхэм ираджэ икIи ехъулIэныгъэ инхэр зыIэрагъэхьэ. Ахэр хуейщ ди лъахэгъухэу Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн сымэ хуэдэу Олимп лъагапIэм къыщыхутэну икIи а хъуэпсапIэр къайхъулIэн папщIэ тлъэкI къэдгъанэркъым.
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Совет Союзым и чемпион, Европэм щытекIуа, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъ, спортым щIыхь зиIэ и мастер Жаным Аслъэн хуэдэ цIыху, спортсмен гъуэзэджэхэращ щIэблэм я щапхъэр. ИIэщ абы ахэр зыхуигъэсэнрэ зыхуигъэIущынрэ.
Совет Союзым и чемпион, Европэм щытекIуа, Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъ, спортым щIыхь зиIэ и мастер Жаным Аслъэн и щIалэгъуэмрэ иджырэ.
Сыт щыгъуи и хьэрхуэрэгъу Корбан Геннадий тредзэ.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "819.txt"
} |
Кавказ шуудзэм хэта офицерхэмрэ Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща адыгэ лIыхъужьхэмрэ
XVI лIэщIыгъуэм икухэм, адыгэ-урыс зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъым къыхэкIа куэдым урысыдзэм къулыкъу щащIэу, Урысей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увыным я зэфIэкIи я гуащIи халъхьэу щытащ. Абыхэм мымащIэу къахэкIащ къулыкъушхуэ зыIыгъахэр. Апхуэдэхэщ Идар Темрыкъуэ и лIакъуэхэу Сэнджэлей, Къамбулэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
Къэзакъ Аслъэн и «Черкесы на российской государственной военной службе. (Середина XVI - начало XX в.)» тхылъым зэрыщыжиIэмкIэ, Идар Темрыкъуэ къытепщIыкIахэм Урысейм къулыкъу хуащIэрт икIи абыхэм Черкасскэ унэцIэр зэрахьэрт. Черкасскэхэр а зэманым нэхъ зэфIэкI зиIа цIыхушхуэхэм ящыщащ, къэралым щызэрахьэ политикэ Iуэху псоми хэлIыфIыхьу, я псалъэм пщIэ иIэу. Абыхэм къахэкIащ дзэзешэ пашэхэр, къэрал лэжьакIуэ пажэхэр, генералиссимус, Правительствэм и унафэщIхэр, губернатор цIэрыIуэхэр.
Къэбэрдеймрэ Джылахъстэнеймрэ щыщ пщы-уэркъхэм я лIыкIуэ нэхъыфIхэр, зауэлI минитху хуэдиз хъур, 1787 - 1788 гъэхэм урыс-тырку зауэм хэтащ. Абыхэм ящыщ куэд дзэзешэ цIэрыIуэ хъуащ.
Урысейм Кавказыр къыщизэу зэманым, 1828 гъэм Петербург къыщызэрагъэпэщ пащтыхьым егъэщIылIа лейб-гвардием и Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэр. Абы хагъэхьэрт пщы-уэркъхэм я бынхэр. Эскадрон ныкъуэм Iэщэзехьэут къызэращтэр, ауэ япэ илъэситI-щым нэхъ къыхэжаныкIахэм юнкер (урядник), илъэсиплI нэужьым офицер цIэр къыфIащырт. Лейб-гвардиер къежьапIэ зыхуэхъуа адыгэхэм урысыдзэм къулыкъу нэхъыщхьэхэр щызыIэрагъэхьэрт.
Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм нэмыщIкIи, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм къызэрагъэпэщат урыс пащтыхьым и нэIэм щIэт Кавказ-бгырыс шуудзэр. Абы хэта шууейхэмрэ офицерхэмрэ щыIащ Лыхьым (Польшэм), Мэжэрым (Венгрием), Трансильванием, Кърымым щекIуэкIа зауэхэм.
1853 - 1856 гъэхэм Кърымым щекIуэкIа урыс-тырку зауэм щэ бжыгъэкIэ адыгэ шууейхэмрэ офицерхэмрэ шыщхьэмыгъазэу хэтащ. 1877 - 1878 гъэхэм тыркудзэм пэщIэтыну къызэрагъэпэщат Тэрч къэзакъыдзэм и Къэбэрдей-къумыкъу, Къэбэрдей-бгырыс, Псыжь-бгырыс шууей полкхэр.
Урыс-япон зауэм щIидза нэужь, 1904 гъэм и накъыгъэ мазэм адыгэхэр зыхэта Тэрч-Псыжь шууей полкыр къызэрагъэпэщри, КъуэкIыпIэ Жыжьэм ягъэкIуат.
Грозный Иван и зэманым къыщыщIэдзауэ шууейуэ, Iэщэзехьэу, хабзэм и лэжьакIуэу, офицеру дзэм хэтар мин бжыгъэкIэ къабж. Абыхэм я нэхъыбэр зауэхэм хэкIуэдащ, псом я цIэри архивхэм къыхэнакъым. Тхыдэм уриплъэжмэ, идеологие зэмылIэужьыгъуэхэм я зэранкIэ нэмыплъ зратаи, уеблэмэ IэщIыб ящIыжыпаи щыIащ. Ди тхыгъэм зи гугъу щытщIынухэр абыхэм ящыщ зыбжанэщ.
Мы лэжьыгъэр щыдгъэхьэзырым тегъэщIапIэ тщIащ Опрышкэ Олег и Iэдакъэм къыщIэкIа «Кавказская конная дивизия», «По тропам истории», «Бывают странные сближения», Къэзакъ Аслъэн итха «Черкесы на российской государственной и военной службе. (Середина XVI - начало XX в.)», Толстой Илья «Мои воспоминания» зыфIища тхылъхэр. Апхуэдэуи къэдгъэсэбэпащ «Википедия» интернет сайтым ит тхыгъэхэр.
Жанхъуэт и къуэ Тембот (Федор Николаевич Бекович-Черкасский) 1870 гъэм Джылахъстэнейм хыхьэ Бэчыжьей къуажэм къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр щыкIуари а жылэрщ.
Тембот щIотIысхьэ Ставрополь гимназием. Абы зэрыщеджэн хуей илъэсийм щыщу блыр къиухауэ, дзэм къулыкъу щищIэну хохьэ. А щIыкIэм тету зауэ хуэIухуэщIэхэм Тембот и гъащIэр ирепх. 1891 гъэм шыщхьэуIум и 14-м Кавказ шуудзэ дивизэм къыдигъэкIа унафэм къыщокIуэ илъэс 21-рэ зи ныбжь Жанхъуэт и къуэ Тембот 46-нэ драгун полкым хагъэхьауэ щытауэ. ИужькIэ, 1892 - 1894 гъэхэм, ар щIэсщ Елизаветград шуудзэ еджапIэм. 1984 гъэм Тембот хохьэ Псыхуабэ дэт 45-нэ драгун полкым. Ар полкым и гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэдзэщ, нэхъ иужькIэ гуп хэхам и командирщ.
Бекович-Черкасскэ Федор Кавказ шуудзэ дивизэм щыхэтым и цIэр жыжьэ Iуащ, шыгъажэхэми япэ увыпIэхэр къыщихьащ.
1901 гъэм фокIадэм и 29-м Кавказ дзэ округым и штабым Тембот Бытырбыху дэт офицерхэр щагъэхьэзыр еджапIэм ягъакIуэ. А еджапIэм и унафэщI Брусилов Алексей и унафэкIэ 1903 гъэм ди лъахэгъум къыхуагъэфащэ штабс-ротмистр дамэтелъыр.
45-нэ Ищхъэрэ драгун полкым къигъэзэжа нэужь, Тембот эскадроным и унафэщIу ягъэув. Илъэс нэхъ дэмыкIыуи Станислав щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэр къыхуагъэфащэ. Абы иужькIэ Урыс-япон зауэр къэхъеящ. Кавказ дзэ округым и штабым и унафэкIэ штабс-ротмистр Черкасскэ Тембот Налшык къыщызэрагъэпэща шууищэм и пашэу ягъэув. Абы къыпэщылът Урыс-япон зауэм ягъэкIуэнухэр къыхихыну. Адыгэ, бгырыс къуажэхэм къикIырт гъуэгуанэ теувэнухэр. Тембот шууей нэхъ лъэрызехьэхэр къыхихырт. Зэман кIэщIкIэ абы къызэщIигъэуIуащ цIыхуи 128-рэ.
1904 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м къыдэкIа «Терские ведомости» газетым къытехуауэ щытащ Тэрч-Псыжь полкым хэтхэу къэбэрдей, осетин, мышкъыш, шэшэн, къэзакъ шууейхэр КъалэкIыхь станицэм зэрыщрагъэжьар.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къэбэрдей шууищэм теухуа дэфтэру хъума хъуар мащIэ дыдэщ. Ауэ щыIэхэм къазэрыхэщымкIэ, ди хэкуэгъухэм лIыгъэ яхэлърэ къикIуэт ямыщIэу бийм ебгъэрыкIуэу щытащ. Абы и щыхьэт наIуэщ шууищэм щыщу 42-м японхэм зэрезэуам папщIэ Георгий щихъым и дамыгъэхэр къызэрыхуагъэфэщар. И гугъу щIыпхъэщ 1913 гъэр къэсыху Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэм Зауэ орденкIэ еджэу зэрыщытар. Нэхъыбэу Урыс-япон зауэм хэта ди хэкуэгъухэми къыхуагъэфэщар зи гугъу тщIы жорым и 4-нэ нагъыщэрт.
Тембот зи пашэ шууищэм нэхъ зауэ хьэлъэ дыдэр щригъэкIуэкIар Анпилинск щхьэдэхыпIэм дежщ. Тэрч-Псыжь шыууей полкым хэта зауэлIхэм топышэр къателъалъэу махуэ псом лъэсырыкIуэдзэм пэщIэтащ. А махуэм Бекович-Черкасскэр уIэгъэ хъуами, ар иригъапхэри, зи пашэ гупым яхэувэжащ. Анпилинск щхьэдэхыпIэр къызэранэкIа нэужь, Тембот нэхъ хьэлъэ къэхъуащ. Мысост Кушыку я командирыр псэзэпылъхьэпIэм кърихри, зауэлIхэр щитIысыкIа щIыпIэм къигъэIэпхъуащ. А махуэм шуууищэм фIэкIуэдащ зауэлI ахъырзэману тху.
Анпилинск щхьэдэхыпIэм щызэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Тембот къыхуагъэфэщауэ щытащ Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэр. Абы и ужькIи Урыс-япон зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ зы илъэсым и кIуэцIкIэ адыгэлI хъыжьэм къратащ зэуэ ордениплI.
КъуэкIыпIэ Жыжьэм къокIыжри, Тембот и къулыкъум Куржым щыпещэ. А зэманым Тифлис къыщыдэкIыу щыта «Кавказский вестник» журналым къытехуащ абы теухуа тхыгъэ зыбжанэ. 1911 гъэм, езыр щIолъэIури, ар хохьэ Сыбырым щыIэ Удинск къэзакъ полкым. ИкIи тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Тембот здагъэкIуа полкым и унафэщI ящI. Абы мазитху фIэкIа щымыIауэ Иркутск ягъакIуэри, а щIыпIэм щыIэ къэзакъ полкым и пашэу ягъэув.
1913 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м Бекович-Черкасскэм Иркутск къалэм и комендант къулыкъур къыхуагъэфащэ. Илъэс 43-рэ и ныбжьт абы. Бын, мылъку, унэ лъапсэ иIауэ дэфтэрхэм ущрихьэлIэркъым.
Тембот къыхуагъэфэщащ Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр, Аннэ щихъым и орденым и 2-нэ нагъыщэр, Георгий щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.
1916 гъэм Тембот полковник мэхъу.
1917 гъэм абы къишащ къумыкъу гуащэ Каплановэ Надживат, абы щыгъуэм къищтэжащ муслъымэн динри.
Бекович-Черкасскэр щытащ Кавказ шуудзэ дивизэм и гуп хэхам и пашэу, Шэрджэс шуудзэ дивизэм и 2-нэ гупым и унафэщIу. 1919 гъэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей шуудзэ хужь дивизэм и нэхъыщхьэщ. 1920 гъэм и бжьыхьэм абы хэкур ебгынэри, Врангель и дзэм хэту Кърымым макIуэ.
Тыркум къыщыхута нэужь, большевикхэм япэщIэт зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэм хохьэ. Ауэ ахэр зэрызэгурымыIуэм къыхэкIыу, куэдрэ яхэтакъым. Мыпхуэдэ хъыбари щыIащ: 1919 гъэм Налшык округым пIалъэкIэ къыщызэрагъэпэща правительствэм и комиссару щыта Чыжьокъуэ Хьэмидрэ пщы Темботрэ Истамбыл тхьэмыщкIэ дыдэ щыхъуауэ, я шхын зэрамыIэм къыхэкIыу, лэжьыгъэ хьэлъэм пэрытын хуей хъуауэ.
Пэжщ, Тембот и благъэ гуэрхэм зыкъыщIагъакъуэурэ екIуэкIащ. Псом хуэмыдэу сэбэп къахуэхъуащ Кавказ шуудзэ дивизэм хэта, Бгырыс правительствэм и унафэщIу лэжьа, Шэшэным щыщ, щIыдагъэ къыщIэшыпIэхэр зиIа Чермоев Меджид.
1924 гъэм ирихьэлIэу, Кавказ Ищхъэрэр зыбгына адрей хэхэсхэми хуэдэу, генерал-майор Бекович-Черкасскэр Франджым мэIэпхъуэ икIи абы сэбэп къыхуохъу Хьэгъундокъуэ Едыдж, дохутыр ЩакIуэ Исмел, юрист Шэкъмэн Талъостэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
1953 гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м Тембот дунейм ехыжащ. Ар щыщIалъхьэжащ Париж пэмыжыжьэу щыIэ Бобини къалэм дэт муслъымэныкхъэм.
Анзор Мудар Къесын и къуэр 1883 гъэм Анзорей (Анзор Къесын и къуажэм) къыщалъхуащ. 1903 гъэм Санкт-Петербург шуудзэ училищэр къыщиухащ. 1904 гъэм 18-нэ драгун полкым и корнету щытащ.
Тембот къызэригъэпэща адыгэ шууищэр илъэс нэхъ дэмыкIыу, 1904 гъэм и кIэм, офицер Анзор Мудар къыIэщIалъхьащ. Ар зыхэт Тэрч-Псыжь шууей полкыр 1905 гъэм Китайм и Сандепу къуажэм японхэм махуиплIкIэ щапэщIэтащ. Урыс зауэлIхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр японхэм къыщызэтрагъэувыIэм, къикIуэтыжын хуей хъуащ. Сандепу деж щекIуэкIа зауэм къэбэрдейхэм хахуагъэрэ лIыгъэрэ къыщагъэлъэгъуащ.
1905 гъэм шыщхьэуIум и 23-м Портсмут (США) къалэм Урысеймрэ Японымрэ мамыр зэгурыIуэныгъэр щызэращIылIа нэужь, эшелонхэм ирагуэша Тэрч-Псыжь шууей полкыр къежьэжащ. Харбин къыщыщIэдзауэ Кавказ Ищхъэрэм нэс дэлъ гъуэгуанэр мазэм щIигъукIэ шуудзэм къызэринэкIащ. Маньчжурие жыжьэм къикIыжа зауэлI 74-р Налшык Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжат.
Зэхэуэ гуащIэхэм хэта къэбэрдей шууищэм хэщIыныгъэшхуи игъуэтащ. Налшык гарнизоным кърагъэблэгъэжа офицерхэмрэ сэлэтхэмрэ я бгъэгухэм къахэлыдыкIыу яхэлъа орденхэмрэ медалхэмрэ и щыхьэтт ди хэкуэгъу щIалэхэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу зэрызэуам.
Тэрч-Псыжь полкым и флигель-адъютант, граф Шуваловым къэбэрдей шууищэм и пашэ Анзор Мудар къыхуригъэхьа телеграммэм щыжиIэрт Сандепурэ Мукденрэ адыгэ зауэлIхэм къыщагъэлъэгъуа хахуагъэр абы зэи зэрыщымыгъупщэнур, икIи абыхэм я фIыгъэкIэ полкым и тхыдэр хэмыгъуэщэжын зэрыхъур. Ар унэм екIуэлIэжахэм ехъуэхъурт пщIэрэ щIыхьрэ яIэну, хэкум папщIэ зи псэр зытахэр ящымыгъупщэну. Урыс-япон зауэм щызэрихьа лIыгъэшхуэм папщIэ, Анзор Мудар Георгий щихъым и орденыр къратащ.
«Высочайшим приказом от 25 февраля 1907 г. награжден орденом Св. Георгия 4-й ст. за самоотверженный подвиг, выказанный им 14 января 1905 г. около деревни Ляндикоу, когда, узнав о наступающей японской роте, он по собственной инициациве стремительно бросился в атаку, причем было зарублено до 100 человек противника, 17 взято в плен и захвачено 25 винтовок, 19 ручных гранат и 5 лошадей с полными вьюками. В числе пленных был ротный командир, во вьюке которого были найдены карты и важные документы», - говорится в наградном листе. За отличия в боях на Русско-японской войне 1904 - 1905 гг. он также награжден орденами Св. Анны 4-й ст. с надписью «За храбрость»; Св. Анны 3-й ст. с мечами и бантом; Св. Анны 2-й ст. с мечами; Св. Станислава 2-й ст. с мечами; Золотым оружием с надписью «За храбрость» (12.03.1906 г.) Кавалер Золотого оружия за 1906 год Мудар Анзоров, хорунжий Терско-Кубанского конного полка».
Тэрч-Псыжь полкыр зэбграутIыпщыкIыжа нэужь, къэбэрдей шууищэм и унафэщI Анзор Мудар урысыдзэм къулыкъу щещIэ. 1913 гъэм дзэм къыхокIыжри, Бытырбыху мэIэпхъуэ.
Япэ дунейпсо зауэм 1914 гъэм щIедзэ икIи езыр хуейуэ Кавказ шуудзэ къызэрагъэпэщым хыхьэну мэлъаIуэ, ауэ штабс-ротмистр Анзор Мудар Къэбэрдей полкым хэхуакъым. Ар драгун полкым, иужькIэ Тэтэр (азербайджан) шууей полкым хэту зэуащ. Владимир щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэри абы къыщихьащ.
1918 гъэм и мазае мазэм къыщыщIэдзауэ Тэтэр шууей полкым и подполковник Анзор Мудар Къэбэрдей шуудзэ дивизэм и командирщ, 1919 гъэм и мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ генерал-майорщ. 1922 гъэм илъэс 45-м иту абы адэжь щIыналъэр ибгынащ. 1927 гъэм Сирием дунейм щехыжащ.
* * *
1914 гъэр къихьащ. КъуэкIыпIэ Жыжьэм щекIуэкIа Урыс-япон зауэр зэриухрэ илъэсибгъум нэблэгъат. Ауэ а зауэм хэщIыныгъэу къритамрэ, цIыхухэр бжыгъэншэу зэрыхэкIуэдамрэ къэралым зыкъригъэужьыжатэкъым. Абы къыхыхьэжат 1905 - 1907 гъэхэм щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщежьа зэщIэхъееиныгъэхэр.
1914 гъэм и бадзэуэгъуэм Германием Урысейм зауэ кърищIылIат. Абы кIэщIу иужь иту австр-мэжэрхэр урысхэм къызэрезэуэнур наIуэ къэхъуащ.
Къэхъея зауэм занщIэу хыхьахэм ящыщщ къэбэрдейхэр.
Иркутск къалэм и комендант Жанхъуэт Тембот Къэбэрдейм къашэж. Абы и пщэм къыдалъхьэ адыгэ шууей полк къызэригъэпэщыну, икIи абы и унафэщIым и къуэдзэу ягъэув.
Шууей 615-м нэблагъэ полкым хэтт, пщы, уэркъ унэцIэ цIэрыIуэхэр зезыхьэхэу: Наурызхэ, Къугъулъкъуэхэ, Дохъущокъуэхэ, Тамбийхэ, Анзорхэ, Астемырхэ, Инэрокъуэхэ, Шыпшхэ, Абыкъухэ, Лафыщхэ къахэкIахэр.
Дзэзешэ нэхъыщхьэм и унафэкIэ шэрджэс, мышкъыш, шэшэн, дагъыстэн, тэтэр полкхэм я гъусэу къэбэрдей полкри хагъэхьат Кавказ шууей дивизэм.
А зэманым Галицие жыжьэм урыс зауэлIхэмрэ Кавказ шууей дивизэмрэ австр-мэжэр гарнизоныр зыдэс Перемышль быдапIэр къащтащ.
ШыщхьэуIум и 26-м Кавказ шууей дивизэр ЛьвовкIэ кIуэцIрыкIырт, Самбору къалэм хуэкIуэу. Галицием и къалащхьэ Львов дыхьа бгырыс шууейхэм я зекIуэр и нэгу щIэкIащ тхакIуэ цIэрыIуэ Толстой Лев и къуэ Илья. Ар езыр журналистт, урысхэм хуит къызэращIыжрэ мазэ фIэкIа мыхъуа къалэм къэкIуат тхэну. Толстойм и нэгу щIэкIахэр, гъэщIэгъуэну ядилъэгъуахэр щитхыжащ «Алые башлыки» зыфIища, 1915 гъэм и пэщIэдзэм Москва къыщыдэкIыу щыта «Печатым и махуэ» журналым. ИужькIэ а гъуэгуанэ тхыгъэхэр «Терские ведомости» газетми къытрадзэжащ.
«Япэ дыдэу Кавказ шууей дивизэр сэ къыщысцIыхуар Львовщ, корпусым и командирым дивизэм и Iуэхур зытетым зыщигъэгъуэзэну къыщыкIуа махуэрщ, - етх Толстой Илья. - Ар къыщыхъуар къалэку дыдэрщ, цIыхухэр уэрамхэм дэзт, псори хуейт мы щIыпIэм къэкIуа зауэлI телъыджэхэр зрагъэлъагъуну. Бжьамийхэм макъамэ дахэхэр кърагъэкIрэ, я макъ жьгъырухэмкIэ я лъэпкъ уэрэдыжьхэр кърашу адыгэ фащэр зыщыгъ, дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщIыкIа къамэхэр, сэшхуэхэр, фокIэщIхэр зыкIэрыщIа зауэлIхэр блэкIырт. ЩIакIуэхэр екIуу зи плIэм теубгъуа шууейхэм я нэгум иплъагъуэри, я теплъэм къиIуатэри бэшэчу, хахуагъэ яхэлъу зэрыщытырт»…
Толстой Илья и гум къигъэкIыжырт тхыдэм и напэкIуэцIхэм къахэщыж, Урысейм Кавказым щригъэкIуэкIа лъапсэрых зауэр. «Илъэс 60 и пэкIэ щхьэмыгъазэу къыдэзэуа мы цIыхухэр Урысейм апхуэдизкIэ хэпщIати, къыддэзэуэну, ди зэхуэдэ хъуа бийр хэдгъэщIэну ахэр къыткъуэуват».
АдэкIэ Толстой и тхыгъэм щытопсэлъыхь Кавказ полкым хэт шууейхэмрэ офицерхэмрэ уэрамхэм япэу зэрыщилъагъу лъандэрэ абыхэм игури и псэри зэракIэрыпщIам. «Алъандэрэ дэкIа мазэрэ ныкъуэм сэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ саIууащ, шууейхэмрэ я пашэхэмрэ зэзгъэцIыхунуи сыхунэсащ. Сэ абыхэм, фIыуэ слъэгъуам и мызакъуэу, пщIэшхуи яхуэсщIи хъуащ. Мызэ-мытIэу къысхуихуащ абыхэм я зэуэкIэри я зэхэтыкIэри слъагъуну.
Абыхэм «мыгъасэт» («дикая») зэреджэр, сыту жыпIэмэ цым къыхэщIыкIа пыIэ шынагъуэхэр ящхьэрыгът, я щхьэр бащлыкъкIэ фIэпхыкIат, абы нэмыщIауи, куэду яхэтт абрэджхэр. Абыхэм я хъыбархэр жыжьэ Iурт.
Мазэм щIигъукIэ «мыгъасэхэм» я гъунэгъуу сызэрыпсэуам и фIыгъэкIэ сэ куэд къэсщIат, - къеIуэтэж Толстойм - си нэIуасэхэм сагъэлъэгъуат лъыщIэжым къыхэкIкIэ цIыху зыбжанэ зыукIыу Кавказым цIэрыIуэ щыхъуахэр. Сыт сэ абыхэм ядэслъэгъуар?
Сэ слъагъурт «а цIыхуукIхэр» я лыгъур IыхьэхэмкIэ хамэ сабийхэм ядэгуашэу, абыхэм гу пцIанэу ядэджэгуу, ядэслъэгъуащ ахэр къыщыувыIа бысымхэм фэтэрыпщIэ зэрыратым нэмыщI, нэIуасэ яхуэхъуахэм зэралъэкIкIэ зыщIагъакъуэу, слъэгъуащ ахэр щежьэжым езыгъэжьэж хамэ цIыхухэм я нэпсхэм къызэпажыхьауэ, сэ слъэгъуащ ахэр зауэлI хахуэу, щхьэмыгъазэу, слъэгъуащ абы я пщэм далъхьа Iуэхур, я щхьэр халъхьэнуми, ягъэзэщIэну хьэзыру.
А зэманым нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу си гъащIэм къыщыхъуар бгырыс шууейхэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ, а псори гукIи псэкIи сохъумэ, шэч хэлъкъым зэгуэр а гум щысхъумэ дэтхэнэми психологие лъабжьэ зиIэ тхыгъэ къазэрыхэсщIыкIыжыфынум.
Си жагъуэ зэрыхъущи, ныбжьэгъу схуэхъуа бгырысхэм ящыщ куэд псэужкъым. Абыхэм ящыщхэр лIыгъэ яхэлъу зэрыхэкIуэдар сэри си нэгу щIэкIащ, иныкъуэхэри зэрымыпсэужыр къыщысщIар Мэзкуу сыкъэкIуэжа нэужьщ».
* * *
Дивизэр зауэм япэу Iухьащ 1914 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м и жэщым. Галицием и гъунэгъу Ветлинэ къуажэ цIыкIум щекIуэкIа зауэм къэбэрдей полкым хахуагъэ къыщигъэлъэгъуащ. Абы и щыхьэтщ полковник Воронцов-Дашковым Къэбэрдейм и тет Къылышбий СулътIанбэч хуигъэхьауэ щыта телеграммэр: «Си гуапэу хъыбар узогъащIэ ныжэбэ екIуэкIа зауэр къызэрыдэхъулIамкIэ. Бийм хэщIыныгъэ еттащ, гъэрхэр, апхуэдэуи мымащIэу Iэщэ-фащэхэри къуентхъ къэтщIащ».
А тхыгъэм иужь кIэщIу иту еплIанэ шууищэм и командир штабс-ротмистр Соколовский Вальдемар и телеграммэ къэкIуащ: «Дыгъэгъазэм и 18-нэ жэщым екIуэкIа сыхьэтибгъу зауэм Къэбэрдей полкым къытпэщIэта, бжыгъэкIэ къыдэбэкI лъэсыдзэм, апхуэдэуи щIытIхэм зыщызыудыгъуа бий ерум хэщIыныгъэшхуэ еттащ».
ЛIыхъужьыгъэ зэрахьэу я псэр ятащ Анзор Хьэту, Уэркъ Исмэхьил, Махъсидэ Ибрэхьим, Тумэ ЛутIэ, Хъуэдхэ Дыгъэ, Шагъыр Хьэгурэ. УIэгъэ хъуахэщ: Елъыхъу Исхьэкъ, ТIэрло ТIытIэ, Мэремкъул Бемырзэ, Ансокъуэ Мухьэжид, Цырхъуо Мысхьуд, Iухъу Исмэхьил, Сэхъу Хьэсанш, БетIрожь Иналыкъуэ, АфIэунэ Талъостэн, Ислъам Аслъэнбэч сымэ.
Ветлинэ къуажэ цIыкIум и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIа зауэм иужькIэ 2-нэ шууей дзэ корпусым и унафэщI генерал Нахичеванский-Хъан унафэ ищIащ къэбэрдей шууейхэмрэ юнкерхэмрэ зэрахьа хахуагъэм папщIэ ягъэпэжэну. Къэбэрдей полкым и шууейхэм щыщу 12-м Георгий щихъым и жорым и нагъыщэхэр, 14-м «Зэрихьа хахуагъэм папщIэ» медалыр иратащ.
Дыгъэгъазэм и 26-м къэбэрдей шууей полкымрэ 2-нэ дагъыстэн полкымрэ зэгъусэу зэхэуэ гуащIэ щрагъэкIуэкIащ Ветлинэ пэмыжыжьэу щыIэ Береги-Горне къуажэм и Iэгъуэблагъэм икIи ар яубыдащ. Ауэ бийм гъэпщкIуауэ ихъумэ пулемётым лъагапIэм къеухыу ди щIалэхэм биишэр къащытригъэлъалъэм, сыхьэтиплIкIэ фIэкIа ямыIыгъа щIыпIэр къагъэнэн хуей хъуащ.
Къэбэрдей шууей полкым и унафэщI, полковник граф Воронцов-Дашковым дыгъэгъазэм ирагъэкIуэкIа зауэм къыхэжаныкIа офицерхэу дамыгъэхэр зратыпхъэхэм ящыщу пщы Бекович-Черкасскэ Тембот, Тыгъуэн Аслъэнбэч (осетинщ), Дэхъущокъуэ ХьэкIашэ, дохутыр Щоджэн Бэчмырзэ сымэ къигъэлъэгъуащ.
1915 гъэм Къэбэрдей шу полкыр зыхэт дивизэм и зауэ гъуэгуанэм щыпищэрт Карпатым и бгылъэ щIыпIэхэм. ЩIышылэм и 10-м пщэдджыжьым ротмистр Нефёдовым тIасхъэщIэхыу шууей взводитI иутIыпщащ. Абыхэм мэзылъэ-бгылъэ щIыпIэхэр къызэранэкIа нэужь, гъущI гъуэгу здыкIуэцIрыкI Бережки жылагъуэ цIыкIум Iууащ. А щIыпIэм щIытIым зыщызыгъэбыда австрхэм ди шууейхэм фочышэхэр къытрагъэлъалъэу хуежьащ. Зэхэуэр зэхаублэ. Куэд дэкIатэкъым бийм и фочауэхэм дыдейхэр къаухъуреихьу щыщIадзам.
Шууейхэр къикIуэту щыхуежьэм, взводым и пашэ мэздэгу адыгэ Серебряков Георгий Никифор и къуэр (Даутокъуэ Аслъэнбэч и къуэ Хьэсэнбий) шым къызэреукIуриехар ялъэгъуащ. Фочышэр къытелъалъэми, урядник нэхъыщIэ Хъурзан Темыркъан абы и лъэныкъуэмкIэ щIэпхъуащ.
Полкым и дэфтэр къэнахэм къахощыж мыпхуэдэ зы тхыгъэ: 1915 гъэм щIышылэм и 10-м Бережки деж щекIуэкIа зауэм метр 668-рэ зи лъагагъ бгылъэм щащIа щIытIым метр 20 нэхъ пэмыжыжьэу щаукIа Серебряковым и хьэдэр Хъурзан Темыркъан а щIыпIэм кърихащ.
Ротмистр Нефёдов Андрейрэ взводым и унтер-офицер Диву Александррэ я хьэдэхэр губгъуэм къинащ. Пулемётышэр апхуэдизкIэ куэду зауэлIхэм къателъалъэрти, ахэр а щIыпIэм кърахыжыну Iэмал ягъуэтакъым.
Серебряковым и хьэдэр Даутокъуэхэ зыдэс Мэздэгу ирагъэшэжащ. Мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу полкым къэсат дыгъэгъазэм екIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэща Аннэ щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр. А мазэ дыдэм Тэрч къэзакъ зауэлIхэм яхэту Ищхъэрэ-КъухьэпIэ фронтым Iуту нэмыцэхэм езэуа Серебряковым и къуэш нэхъыжь Даутокъуэ Заурбэч къыхуагъэфащэ Владимир щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.
1915 гъэм щIышылэм и 19-м Черкасскэ Тембот унафэ къыIэрыхьащ и дивизэр Къэбэрдей полкым гуигъэхьэу, метр 663-рэ лъагапIэр къащтэн хуейуэ. Адыгэ шууейхэмрэ абы гъусэ къахуэхъужа Тэтэр полкымрэ абы я унафэщI полковникхэу Черкасскэмрэ Половцевымрэ зауэлIхэр фронтым Iуашащ. Зэхэуэ гуащIэхэм хэтурэ ди шууейхэм Кривкэ къуажэр къащтащ.
ЩIышылэм и 30-м къыщыщIэдзауэ мазаем и 5 хъуху Къэбэрдей, 2-нэ Дагъыстэн, Шэрджэс полкхэм Журовин щIыпIэм щыIэ метр 771-рэ, 871-рэ хъу лъагапIэхэр къащтащ.
1915 гъэм мазаем и 25-м етIуанэ шуудзэ корпусым и унафэщI Нахичеванский-Хъан Гусейн Iэ зыщIидза унафэ №21-мкIэ къигъэлъэгъуащ Къэбэрдей шууей полкым хэт зауэлIхэу Береги-Горне къуажэм, апхуэдэуи щIышылэ, мазае мазэхэм екIуэкIа зэхэуэхэм къыщыхэжаныкIахэм Георгий щихъым и орденымрэ медалхэмрэ зыхуагъэфэщахэр.
* * *
ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIар Урыс-япон зауэм хэта Къэбэрдей шууищэмрэ ар зэрызэфIэувамрэщ, адэкIэ Герман зауэжьым адыгэ полкхэр зэрыхэтамрэщ. Урыс-герман зауэм адыгэ шууей полкыу тIу хэтащ: Къэбэрдей, Шэрджэс полкхэр. ЛIыгъэ зезыхьа офицерхэм, зауэлI къызэрыгуэкIыу Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зратахэмрэ Георгий щихьым и орденыр зыхуагъэфэща адыгэ дзэзешэхэмрэ я гугъу щIыпхъэщ…
Хьэгъундокъуэ Исмэхьил и къуэ Едыдж (1871 - 1960).
Хьэгъундокъуэр къэбэрдей уэркъхэм къахэкIащ. И адэр Псыжь къэзакъ зауэлIхэм старшинэу яхэтащ. 1891 гъэм Константиновскэ топгъауэ училищэр, 1906 гъэм академиер къиухащ. А гъэм Китай КъуэкIыпIэ гъущI гъуэгум къулыкъу зэрыщищIам папщIэ, «Китай зекIуэ» медалыр къратащ. 1900 - 1901 гъэхэм Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ, Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. 1906 гъэм Георгий щихъым и орденым 4-нэ нагъыщэ дыщэпс зытегъэлъэдамрэ дыщэ сэшхуэрэ къратащ. 1907 гъэм Хьэгъундокъуэр полковникщ. 1911 гъэм къыхуагъэфэщащ Владимир щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.
Хъэгъундокъуэр 1913 гъэм къэзакъ полкым и унафэщIу щытащ. А гъэ дыдэм Къэбэрдейм и лIыкIуэхэм яхэту щыIащ Романовхэ я пащтыхьыгъуэр илъэс 300 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхуэсхэм.
Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и 2-нэ бригадэм и командиру, 2-нэ шуудзэ корпусым и штабым и нэхъыщхьэу щытащ. 1914 гъэм къыхуагъэфэщащ Владимир щихъым и орденым и 3-нэ, Аннэ щихъым и орденым и 1-нэ, Станислав щихъым и орденым 1-нэ нагъыщэхэр. 1915 гъэм пащтыхь Николай II и унафэкIэ Амур областым и губернатору, а щIыналъэм и къэзакъ зауэлIхэм я атаману ягъэув. 1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIа правительствэм дзэмрэ хы флотымкIэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм, Амур, Камчаткэ, Сахалин щIыналъэхэм я унафэщIу щытащ. А гъэм и кIэуххэм, и IэнатIэм къыIукIа нэужь, Нартсанэрэ Къармэхьэблэрэ щыпсэуащ. ЩIалищрэ: Едыдж, Iэдэмей, Исмэхьил, хъыджэбзитхурэ: Нинэ, Галя (Елмэсхъан), Артемия, Александрэ, Тамарэ иIащ. 1919 гъэм Франджым Iэпхъуащ, и унагъуэр и гъусэу. 1960 гъэм дунейм ехыжащ, Париж и гъунэгъуу щыIэ Сент-Женевьев-де-Буа дэт урысыкхъэм щыщIалъхьэжащ.
Дэхъущокъуэ Кушыку и къуэ ХьэкIашэ. 1883 гъэм Дохъушыкъуей къэбэрдей къуажэм щыпсэу уэркъ-дыжьыныгъуэ унагъуэм къыщалъхуащ. И сабийгъуэр щыкIуари а жылэрщ. Налшык дэта бгырыс еджапIэр къиухри, егъэджакIуэуи лэжьащ. Урыс-япон зауэр къэхъея нэужь, ар фронтым кIуащ къэбэрдей шууищэм хэту. 1904 гъэм къратащ Зауэ орденым и 4-нэ нагъыщэр. Милицэм и юнкер къулыкъури къыхуагъэфэщащ. ХьэкIашэ яхэтащ Тэрч щыIа хабзэхъумэ лэжьакIуэхэм. 1911 гъэм прапорщик мэхъу. 1914 гъэм Кавказ шуудзэ дивизэм хагъэхьащ.
1917 - 1918 гъэхэм абы къратауэ щытащ Владимир щихъым и орденым и 4-нэ, Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ, «ЛIыгъэ зэрихьам папщIэ» жиIэу зытет Аннэ щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэхэр (сэшхуэ). Станислав щихъым и орденым и 2-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр. Граждан зауэм щыгъуэ ар хужьыдзэм и Къэбэрдей шуудзэ дивизэм хэтащ. Штабс-ротмистр хъуауэ ар зауэм хэкIуэдащ.
Анзор Исмэхьил и къуэ Пщымахуэ. 1870 гъэм Анзор Аслъэмырзэ и къуажэм, лIакъуэлIэш унагъуэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Данием и пащтыхь Христиан Ебгъуанэм и цIэр зезыхьэ 18-нэ драгун Северскэ полкым (Буденнэ Семен и гъусэу) хэтащ. ЛIыгъэ зэрихьам папщIэ, Георгий щихъым и медалым и 4-нэ нагъыщэр, Георгий щихъым и жорым и нагъыщиплIри къыхуагъэфэщащ. 1917 гъэм и пэщIэдзэхэм Анзорыр прапорщик хъуащ, щэкIуэгъуэ мазэм ар шуудзэм и корнетщ. А гъэм и кIэм Кавказ шуудзэ корпусым хэт Къэбэрдей шууей полкым хагъэхьэ. Граждан зауэм щыгъуэ поручик дамэтелъыр къыхуагъэфащэ.
1920 гъэм хэкум икIыжащ. Зы къуэрэ зыпхъурэ иIащ.
Астемыр Ислъамджэрий и къуэ Дохъушыкъуэ. 1870 гъэм Джылахъстэнейм хыхьэ Астемырей къуажэм щыщ уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ. 1904 - 1905 гъэхэм екIуэкIа Урыс-япон зауэм къэбэрдей шууищэм и гъусэу хэтащ. А зауэм къыщигъэлъэгъуа хахуагъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэмрэ юнкер цIэмрэ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм хэта Къэбэрдей шууей полкым и юнкерым къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и жорым и 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр, икIи 1915 гъэм Дохъушыкъуэ иIэ хъуащ Георгий щихъым и жориплIым и нагъыщэ псори. А гъэм офицер-прапорщик, мазэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу подпорудчик дамэтелъхэр кърат. Зы махуэм къыхуагъэфэщащ «Хахуагъэм папщIэ» Аннэ щихъым и орденым и 4-нэ (18.11.1915), Станислав щихъым и орденым и 3-нэ (18.11.1915), иужькIэ Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ (21.08.1916), Станислав щихъым и орденым и 2-нэ (07.02.1917) нагъыщэхэр. Щхьэгъусэрэ зыпхъурэ иIащ, 1920 гъэм ар иIэпхъукIащ Хэкум.
Ахъуэхъу Джэрий и къуэ Кушбий. Къундэтей 2-нэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы къиухащ Налшык дэта бгырыс школыр. 1914 гъэм Кавказ шууей дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэтащ. Георгий щихъым и жорым и 4-нэ (23.02.1915), 3-нэ (04. 10.1915), 2-нэ, 1-нэ (05.08.1915) нагъыщэхэр абы иIэт, 1917 гъэм юнкер щыхъуам. Граждан зауэм щыгъуэ хужьыдзэхэм ядэзэуа Къэбэрдей шууей дивизэм хэтащ. 1920 гъэм и бжьыхьэм Хэкур ибгынащ, Врангель и дзэм хэтахэм ящIыгъуу. 1928 гъэм Ахъуэхъум Рашид-Бей, Ахъуэхъу Задэ, Брат Исуф цIэхэр зэрихьэу Тыркум щыпсэуащ. ИужькIэ США-м Iэпхъуащ, аращ дунейм щехыжари.
Баждыгъу КIагуэ и къуэ ТIытIэ. 1884 гъэм Джылахъстэней щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей къуажэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм хэта Къэбэрдей шууей полкым и 4-нэ шууищэм къулыкъу щищIащ. Георгий щихъым «Хахуагъэм папщIэ» и медалым и 4-нэ (23.02.1915), 3-нэ нагъыщэхэр (23.02.1915), Георгий щихъым и жорым и нагъыщиплIыр къратащ абы. 1916 гъэм ар прапорщикт. Хужьыдзэм хэтащ, щхьэгъусэ, къуэ иIащ. 1920 гъэм Хэкум икIыжри, Ираным (Къэжэр къэралыгъуэм) щыпсэуащ.
Джэтауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлий. 1872 гъэм ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм къыщалъхуащ. Кавказ шууей гупым и Тэрч-Псыжь полкым и Къэбэрдей шууищэм хэту Урыс-япон зауэм щыIати, Георгий щихъым и жорым и нагъыщищри къыщихьащ. Георгий жорым и япэ нагъыщэр 1915 гъэм и мазаем къыхуагъэфэщащ. А гъэ дыдэм, уIэгъэ хьэлъэ щыхъум, дзэм къыхэкIыжри, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэм (Зеикъуэ) щыпсэуащ.
Дыкъуэ Увжыкъуэ и къуэ Хьэзешэ. 1881 гъэм Джылахъстэнейм хыхьэ Астемырей (иджы Акъбащ Ипщэ) къуажэм къыщалъхуащ. Ар хэтащ Урыс-япон зауэм. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и Тэтэр, иужькIэ Къэбэрдей полкхэм хэтащ. Георгий и жорым и нагъыщиплIри къыхуагъэфэщащ. «Барбатия си Кредица» сэшхуэ зытет, етIуанэ класс зиIэ румын медалыр кърата нэужь, урядник нэхъыжьу щыта Дыкъуэ Хьэзешэ подпрапорщик ящIащ 1917 гъэм. Граждан зауэм хужьыдзэм ядэзэуа Къэбэрдей шууей полкым хэтащ. 1919 гъэм прапорщик хъуащ. Зэшхэу Кушыку, Къейсынрэ Хьэжкъасымрэ я гъусэу хэкум икIащ 1920 гъэм.
Инэрокъуэ Жанхъуэт и къуэ Алий. 1893 гъэм шыщхьэуIум и 16-м Джылахъстэнейм хыхьэ Къаншыуей (Алъхъо, иджы Курп Ищхъэрэ) къуажэм къыщалъхуащ. 1907 гъэм абы къиухащ Налшык дэта Бгырыс школыр. Япэ дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, Кавказ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым урядник нэхъыщIэу, иужькIэ юнкеру хэтащ. 1914 гъэм абы къратащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр, 1915 гъэм 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр. Илъэс 22-м иту Георгий щихъым и жорым и нагъыщэ псори къыхуагъэфэщащ абы. 1915 гъэм фокIадэм и 10-м къыщыщIэдзауэ 1916 гъэм и накъыгъэм пщIондэ ар щоджэ прапорщикхэм я еджапIэу Тифлис дэтым. Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ, Станислав щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэхэр къратащ. 1917 гъэм корнет дамэтелъыр, Станислав щихъым и орденым и 2-нэ нагъыщэмрэ Аннэ щихъым и «Хахуагъэм папщIэ» орденымрэ къыхуагъэфэщащ. Апхуэдэуи абы иIащ Румынием и орден. Хужьыдзэм хэту зэуа Инэрокъуэр Граждан зауэм хэкIуэдащ. ТIэу къишауэ щытащ, ауэ бын иIауэ дыщыгъуазэкъым. Къуэшитху иIащ - СулътIан, Iэубэчыр, Аслъэмбэч, Рашид, Шырэ сымэ.
Къуэгъулъкъуэ Талъостэн и къуэ Мысост (1874 - 1933). Къуэгъулъыкъуей (иджы Урыху) къуажэм лIакъуэлIэш унагъуэм къыщалъхуащ. 1904 - 1905 гъэхэм Урыс-япон зауэм щыIащ Къэбэрдей шууей полкым хэту. Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэр 1904 гъэм къратащ. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ ар хэтащ Кавказ шуудзэ дивизэм. 1914 гъэм Георгий щихъым и жорым и 3-нэр, 1915 гъэм 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр къратащ. Офицер-прапорщик ящIащ. А гъэ дыдэм Станислав щихъым и орденым и 2-нэ нагъыщэр, 1916 гъэм Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэхэр къыхуагъэфэщащ. Граждан зауэм щIидза нэужь, 1-нэ Къэбэрдей шууей полкым, иужькIэ 1919 гъэм Къэбэрдей шуудзэ дивизэм хэту зэуащ. 1930 гъэм ягъэтIысри, 1933 гъэм накъыгъэм и 1-м илIыхьащ тутнакъэщым. 1989 гъэм ягъэзэхуэжащ, лей къытехьауэ къалъытэри. И щхьэгъусэр осетинхэм къахэкIащ. Къуищрэ пхъуитIрэ иIащ - Нахъуэ, Анфокъуэ, Умар, Замилэт, Зарьят.
Тамбий Мыхьэмэт и къуэ Исмэхьил (1876 - 1918). ЛIакъуэлIэш адыгэ унагъуэм къыхэкIащ. Тамбий ЕтIуанэ къуажэм (иджы АлътудкIэ зэджэм) къыщалъхуащ. Урыс-япон зауэм къыщратащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэр. Япэ дунейпсо зауэм Къэбэрдей шуудзэ полкым и 2-нэ шууищэм хэтащ. Георгий щихъым и жорым и 3-нэ нагъыщэр 1914 гъэм, 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр 1915 гъэм къратащ. Ар хэтащ Даутокъуэ-Серебряков зэщIигъэуIуа дзэм. Милицэм и прапорщик Тамбийр 1918 гъэм яукIащ.
Тхьэзэплъ Умар и къуэ Исмэхьил. Къуэжьыкъуей Ищхъэрэм (Шэрэдж Ищхъэрэ) щыщ адыгэ мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Ар хэтащ Кавказ шуудзэ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым. 1916 гъэм Георгий щихъым и нагъыщэ псори къыхуагъэфэщауэ щытащ. Инджылыз зауэ медалыр, Румыным и «Барбатия си Кредица» медалыр къратат. 1917 гъэм офицер - прапорщик хъуащ. Граждан зауэр къэхъея нэужь, Къэбэрдей хужьыдзэ шууей дивизэм и 1-нэ шууей полкым корнету хэтащ. Абы иIащ щхьэгъусэ, къуэш. 1920 гъэм Хэкум икIащ. Исмэхьил Америкэм щылIэжащ.
ХьэпцIэ Жамболэт и къуэ Берд. 1896 гъэм Джылахъстэней уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ ар хэтащ Кавказ шуудзэ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым и еплIанэ шууищэм. Георгий щихъым «Хахуагъэм папщIэ» и медалыр 1914 гъэм къыхуагъэфэщащ. 1915 гъэм Георгий щихъым и жорым и 4-нэ, 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр, 1916 гъэм 1-нэ нагъыщэр къратащ. 1917 гъэм уIэгъэ хьэлъэ мэхъу. Граждан зауэм и мафIэ лыгъэм Къэбэрдей шуудзэ дивизэм хэту къелахэм ящыщ зыуэ, ХьэпцIэм 1920 гъэм Хэкур Кърымым щебгынэ. 1923 гъэм хьэрып къэралхэм щыIа Франджым и дзэхэм хэтащ. ТыркумкIэ къокIыжри, абы СССР-м къегъэзэж. Ар Джылахъстэнейм хыхьэ ХьэпцIей къуажэм щыпсэууэ, 1928 гъэм ягъэтIысри ягъэкIуэдащ. Щхьэгъуси быни иIакъым.
БицIу ТIурэ и къуэ Ахьмэд. 1878 гъэм Дыгъужьыкъуей (Аушыджэр) къуажэм щыпсэу мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Урыс-япон зауэм шууейуэ, урядникыу Къэбэрдей шууищэм хэтащ. Зауэ орденым и 4-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ абы. Япэ дунейпсо зауэм щIидза нэужь, Кавказ шуудзэ дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэта БицIум къыхуагъэфащэ Георгий щихъым и жорым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр. Къэбэрдей шуудзэ дивизэм и 2-нэ полкым и 4-нэ шууищэм хэтащ. Ар щыпсэуащ Дыгъужьыкъуей къуажэм. Щхьэгъусэ, къуитIрэ зыпхъурэ иIащ.
Джарым Мусэ. 1876 гъэм къалъхуащ, бжьэдыгъухэрщ къызыхэкIар. Къыщалъхуари къыщыхъуари Псыжь областым хыхьэ Аскъэлей къуажэрщ. ЩIэныгъэ куу иIащ. Ар хэтащ Урыс-япон зауэм. Езым и фIэфIыныгъэкIэ Тэрч-Псыжь шууей полкым хыхьащ. Урыс-япон зауэм урядник нэхъыщIэу хэту, Джарымым 1904 гъэм къыхуагъэфэщащ Георгий щихъым и жорым и 4-нэ нагъыщэр, 1905 гъэм 3-нэр. 1915 гъэм Георгий щихъым и жорым и 2-нэ, 1-нэ нагъыщэхэр къратащ. Щхьэгъусэ бгъэдэсащ, бын иIауэ дыщыгъуазэкъым.
КIэблахъуэ Джэмалбий. Абазэхэ лIакъуэлIэшхэм къахэкIащ. Мыбы теухуауэ тхыдэм къыхэнар мащIэ дыдэщ. Милицэм и юнкерщ. Япэ дунейпсо зауэм урядникыу Шэрджэс полкым хэтащ. Георгий щихъым и жорым и нагъыщиплIри иIащ абы. Псыжь областым и Баталпашин щIыналъэм щыпсэуащ. Тыркум щылIэжауэ жаIэ.
ПащIэшхуэ Амэрзан и къуэ Учыжыкъуэ (1881 - 1938). КIэмыргуейм щыщ Хьэтэжьыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и Шэрджэс шууей полкым хэтащ. Псыжь областым щыщ Мейкъуапэ щIыналъэм щыпсэуащ. Абы къратащ Георгий щихъым и жорым и нагъыщэ псори. 1938 гъэм лажьэ имыIэу ягъэтIысри, тутнакъэщым илIыхьащ. 2001 гъэм ягъэзэхуэжащ, лей къытехьауэ къалъытэри.
Хьэмыкъуэ Еражым и къуэ Зэчырей. Шэрджэсым щыщ Къэсейхьэблэ къэбэрдей унагъуэм къыщалъхуащ. Герман зауэшхуэм Шэрджэс шууей полкым хэтащ. Георгий щихъым «Хахуагъэм папщIэ» и медалым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр 1914 - 1915 гъэхэм къыхуагъэфэщащ. Граждан зауэр къэхъея нэужь, хужьыдзэм ядэзэуа Шэрджэс шуудзэ дивизэм хэтащ, офицер-корнет къыфIащауэ. И лIэкIам дыщыгъуазэкъым.
Щхьэлахъуэ Алий и къуэ Рэмэзан. 1885 гъэм Тохъутэмыщей шапсыгъ къуажэм къыщалъхуащ. Япэ дунейпсо зауэм Кавказ шуудзэ дивизэм и Шэрджэс шууей полкым щыщ абхъаз шууищэм хэту зэуащ. Георгий щихъым и орденым и нагъыщэ псори зрата Рэмэзан Граждан зауэр къэхъея нэужь, хужьыдзэм ядэзэуа Шэрджэс шуудзэ дивизэм хэтащ. 1920 гъэм Хэкум икIащ. 1922 гъэм СССР-м къигъэзэжри, Мейкъуапэрэ Псыхуабэрэ щыпсэуащ.
Зыгъэхьэзырар НафIэдз Мухьэмэдщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "82.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
Псалъэ Iущхэр
♦Къэзыщэхум фIэлъапIэщ, зыщэм фIэпудщ
♦Шхыныр хуэмышууэ ящIамэ, зыщIам ещхьыжу жаIэ.
♦Гуащэр щытепщэм, пщыр щеудыхащ.
♦Лъагъуныгъэм и нэр нэгъуджэ зэи хуэныкъуэкъым.
♦Ахъшэр щытемыпщэу пщыгъуэ зэи щыIакъым.
♦Насыпыр сыт хуэдизкIэ жыжьэ щымыIами, абы псори дыкIэлъожэ.
♦ЦIыху гъэсэным гъащIэ псо токIуадэ.
♦Сыт хуэдэ псалъэри и жыIэгъуэр къэмысауэ умыутIыпщи нэхъыфIщ.
♦Псори ебгъэджэну ухуежьэмэ, емыкIу куэд къэпхьынщи, псом я деж ущеджэмэ, акъыл куэд къыхэпхынщ.
♦ЦIыхур дапхуэдэу дунейм тетынуми зэлъытар гъэса зэрыхъуаращ.
♦ГъащIэ гъуэгум утезышэр уи мурадращ.
♦Щхьэмыузым боз къепшэкIмэ, мис итIанэщ ар щыузыр.
♦Иджырей зэманым пIэщIэкIам хуэдизщ къыпIэщIалъхьэжынур.
♦Акъыл зиIэми, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъми, къулыкъушхуэ зыIэщIэлъми адыгагъэ ябгъэдэмылъмэ, мыхьэнэ иIэкъым.
♦Мыщэм щыхьым къыкIэлъейущыхь къиубыдын и гугъэу.
♦Зэман блэкIам нэхъыфI зэманым яхэткъым.
♦Уи кхъухьым и инагъыр зэлъытар уи псым и куууагъырщ.
♦Хъарбызым и теплъэмкIэ и кум илъыр зыхуэдэр къыпхуэщIэнукъым.
♦Хэгъэрейр къыбдэмышхэмэ, уэри умышхэ.
♦Къэзыщэхум псори фIэлъапIэщ, зыщэм псори фIэпудщ.
♦Уи мыIуэху зепхуэн нэхъ Iуэху тынш щыIэкъым.
КIурашын Алий.
Гуртуев Эльдар
Хьэсэн и сурэтхэр
Япэ классым зэрыщIэс лъандэрэ Хьэсэн сурэт щIыным дихьэхырт. ЯпэщIыкIэ абы трактор зэмылIэужьыгъуэхэм я теплъэр ищIу къыщIидзащ: цIыкIуу ухуей, ину ухуей, ауэ трактор дыдэм ещхьыркъабзэу.
ИужькIэ нэгъуэщIхэми зритащ. Жыгхэр, бгыхэр, адакъэжьыр, жэмыр, тхьэкIумэкIыхьыр, дыгъужьыр... Уеблэмэ зэгуэрым и къуэш Алим и сурэти ищIащ. Пэжу, езы Алим игу ирихьатэкъым.
ИтIанэ Хьэсэн и ныбжьэгъу Асхьэт и сурэтыр ракетэм ису ищIащ.
- Сэщхьщ, - жиIащ Асхьэт, щхьэгъубжэм къищым щхьэрыгъ шлемым и нэ лъэныкъуэмрэ и пэмрэ фIэкIа къыщIэмыщми.
Асхьэт сурэтыр игу ирихьащ, Хьэсэни и ныбжьэгъур къызэрыщытхъуар гуапэ щыхъуащ.
КIэлъыкIуэу Мэхьмутрэ Тамарэрэ я сурэтхэри къыщIригъэдзащ. Тамарэ и Iупэхэр зэтежу гуфIэу сурэтым къищырт, ауэ и щхьэц ухуэнар бжьакъуэ цIыкIухэм нэхъ ещхь хъуат. Тамарэ къелъэIури, Хьэсэн сурэтыр тыгъэ хуищIыжащ. Хъыджэбз цIыкIум и лъэIур абы гуфIэжут зэригъэзэщIар.
Гъатхэпэм и 8-р къэсыным махуищ фIэкIа къэмынэжауэ Хьэсэн гукъэкI ищIар езым игу ирихьыжащ. «Сеуэнщи, мамэ и сурэтыр сщIынщи, езым тыгъэу естыжынщ. ЗыкIэ и гуапэ хъунущи ар абы!»
Унэм къызэрысыжу Хьэсэн и Iэр егугъупэу къабзэу итхьэщIщ, шхэри и Iуэху иужь ихьащ. Альбом щIэрыпсыр къызэгуихри, и анэм и сурэтыр ищIу щIидзащ. ЯпэщIыкIэ и нэ къуэлэнхэр, итIанэ и пэр, и Iупэхэр. И Iупэхэр къэрэндащ плъыжькIэ илащ. Мамэ и щхьэцыр папэ ейм хуэдэу фIыцIэкъым. Фом и плъыфэщ. Езым жиIащ. Апхуэдэ плъыфэр зэхэплъхьэну тыншкъым. Ауэ Хьэсэн егугъурт. Ар зэрищIри гъэпщкIуауэт.
Сурэтыр щиухам мамэ гуфIэу сурэтым къитт. Ар сыт щыгъуи дахэщ, ауэ щыгуфIэм деж нэхъ дахэж мэхъу. Хьэзыр ищIа сурэтым еплъыжри, нэхэм нэбжьыц тIурытI къахуэту къыщыхъури, ари япищIыхьыжащ. И щIагъым кIэщIитхэжащ: «ФIыуэ слъагъу мамэ хуэсщIа тыгъэщ». Игу мызагъэу аргуэру питхэжащ: «Гъатхэпэм и 8-мкIэ сынохъуэхъу!».
Нэху къекIмэ махуэшхуэу, Хьэсэн нэхъ жьыуэ гъуэлъыжащ. Телевизор дыдэми пщыхьэщхьэм еплъу щысакъым. Ар нэхъыжьхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ:
- Сыту жьыуэ угъуэлъыжрэ? - щIэупщIащ гузавэу мамэ. - Умысымаджэу пIэрэ?
- Хь-хьэуэ. Пщэдджыжь нэхъ жьыуэ сыкъэтэджыну сыхуейщи аращ. Iуэху сиIэщ.
- Арамэ, хъунщ, - жиIащ мамэ, ауэ игу мызагъэу и Iэр и къуэм и натIэм трилъхьащ, мыпщтыру пIэрэ, жыхуиIэу. ИтIанэ игу зэгъауэ щIэкIыжащ.
«СыкъимыщIамэ арат, - здыIурихым егупсысащ Хьэсэн. - Пэмыплъагъэххэу тыгъэ хуэсщIмэ, …»
Ауэ пщэдджыжьым Хьэсэн къыщыушам, мамэ щIэкIат. Ар фермэм жэмыш дэкIат. «Махуэшхуэми зыгъэпсэхупIэ щхьэ имыIэрэ мамэ?» - балигъ хуэдэ Хьэсэн игукIэ шхыдащ. Ауэ иужьым къыгурыIуэжащ жэмхэр махуэ къэс къэшын зэрыхуейр.
«Уеблэмэ ар нэхъыфIыххэщ. Сурэтыр адрейхэми ялъагъуу фермэм деж щестмэ зэфIэкIакъэ».
Фермэр жыжьэтэкъым. Жэмышхэр зыщIэс унэм нэжэгужэу цIыхубзхэр щIэтт. СтIолыщхьэм удз гъэгъа тетт. Псори гуфIэрт. Хьэсэн къыщалъагъум нэхъ щэху хъуахэщ.
- А-а-а, мыр Назифэ и къуэ нэхъыжьырщ! - жиIащ жэмышхэм ящыщ зым. - КъакIуэ, Хьэсэн, къакIуэ, си псэ. Сытуи инышхуэ ухъуа! Нэгъэсауэ улIщ!
- Фи махуэшхуэмкIэ псоми сынывохъуэхъу! - жиIащ Хьэсэн зэпIэзэрыту.
- Упсэу! - къэгуфIащ хъыджэбзыр, пэшым щIэт адрейхэри нэжэгужэ къэхъуащ.
- Дэнэ щыIэ мамэ?
- Иджыпсту къэкIуэжынущ уи анэр. Жэмхэр зикI игу пыкIыркъым. Ар жэмыш пашэщ. Зыри дылъэщIыхьэркъым абы. Иджыри зы медаль къихьыну къыщIэкIынщ.
- ВгъэукIытащ щIалэр. Зыгуэр евгъэшхи нэхъыфIщ абы нэхърэ, - жиIащ жэмыш нэхъыжьхэм ящыщ зым.
Шэ хуабэмрэ бранычымрэ Хьэсэн игу ирихьауэ ишхырт Назифэ къыщыщIыхьэжам. И къуэр къыщилъагъум ар къэгузэващ:
- Сыт къэхъуар, щхьэ укъэкIуа?..
Хьэсэн и пIэкIэ хъыджэбз-жэмышым жэуап къитащ:
- Умыгузавэ. МахуэшхуэмкIэ къыдэхъуэхъуну къэкIуауэ аращ. Ар нэгъэсауэ лIыщ!
- Мыри сыт зэкIуэцIылъ? - щIэупщIащ мамэ.
- Мыри? Мыр … саугъэтщ. Уэ къыпхуэсхьащ.
Сурэтыр къыщалъагъум, жэмышхэр зэщIэщымащ. Хъыджэбзхэм ящыщ зыр зэ сурэтым, зэ Хьэсэн и анэм еплъырт.
- Назифэ-э! Уэщхьыркъэпсщ! Уи набдзэр нэхъ кIыхьщ, итIанэ уэ унэхъ нэкIущхьэплъщ, армыхъумэ уэщхьщ…
Хьэсэн кIэщIитхам къыщеджам, анэм и нэпсхэр къекIуат. Пэжу ахэр гуфIэгъуэ нэпст. ЦIыхубзхэр аращ сытым щыгъуи. Ауэ ар гъакъым. И къуэр быдэу зрикъузылIэри, щэху цIыкIуу къиIущэщащ:
- Упсэу…
ЗэзыдзэкIар Мэлей ФатIимэщ.
ЦIэрыIуэхэр
Франджы гъуазджэм и вагъуэ
Тхыдэм хэтауэ къыщIэкIынкъым зи творчествэм апхуэдизрэ тепсэлъыхьа сурэтыщI. Пикассо Пабло теухуауэ зэи зыри псэлъакъым шыIэныгъэ хэлъу: хэти абы и цIэр уэгум нэс еIэт, хэти хужимыIэ къигъанэркъым. Бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдэкIащ Пикассо теухуа тхылъ куэд. Абы тетхыхьащ Аполлинеррэ Элюаррэ, Маяковскэмрэ Арагонрэ, нэгъуэщIхэри.
Дуней псом тет къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм - Парижрэ Прагэрэ, Токиорэ Риммрэ, Нью-Йоркрэ Стокгольмрэ, Мехикэрэ Цюрихрэ, Сан-Паулурэ Амстердамрэ, Москварэ Берлинрэ - щекIуэкIа абы и гъэлъэгъуэныгъэхэр къэхъукъащIэ телъыджэ гуэрым хуагъадэрт. Пабло и лэжьыгъэм дихьэхыр сурэтыщIхэм я закъуэтэкъым, атIэ абы и IэдакъэщIэкIхэм щытепсэлъыхьырт уэрамхэм, клубхэм, шхапIэхэм, метрохэм.
Франджым щыIэ Гримальди Уардэунэр Пикассо и музей ящIащ. КъищынэмыщIауэ, къэрал псоми я къалащхьэхэм дэт музейхэм пэш хэха щаIэщ сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм.
Пикассо и творчествэр, абы и гъуазджэр куэдым къагурымыIуэу жаIэ. Ауэ щыхъукIи, абы и цIэр цIыху мелуан бжыгъэм ящIэ. Ныбжьэгъу куэд иIэщ Пикассо, абы нэхърэ нэхъ мащIэкъым жагъуэгъуу иIэри. Абы ипкъ иткIэ, зи гугъу тщIы сурэтыщIым цIыхухэр зэрыхущытыр тIууэ зэщхьэщокI.
Пикассо Пабло Испанием и Ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Малаг къалэм 1881 гъэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Руис Хуани сурэтыщIт, уеблэмэ сурэт щIынымкIэ егъэджакIуэт. ЩIалэ цIыкIур и адэм дэIэпыкъуурэ дихьэхащ гъащIэм IэщIагъэ нэхъыщхьэ щыхуэхъуа Iуэхум. Хуан щыхунэмысхэм и деж сурэтыр и кIэм нигъэсыну Пабло къыхуигъанэрт. ЩIалэми ар фIэхьэлэмэту нитхысыжырт. ИужькIэ езы Пабло сурэт ищIу хуежьащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм «Руис-Пикассо» жиIэу кIэщIитхэрт, иужькIэ и анэ Пикассо Марие и унэцIэр къищтащ.
Пабло и сабиигъуэр щигъэкIуар Коруньерэ Барселонэрэщ, абы художествэмкIэ школым щеджащ. ИужькIэ художествэмкIэ училищэ нэхъыщхьэ Мадрид щыщIэтIысхьащ. Абдеж щегъэжьауи мурадышхуэхэр зыхуигъэувыжат. Париж зыбжанэрэ кIуащ, живописым зэрызригъэужьыну Iэмалхэм егупсысу щIидзащ, художественнэ журнал къыдигъэкIыу хуежьащ.
В 1904 гъэм Париж Iэпхъуэну мурад ещI, а къалэр Европэм и художественнэ центру къалъытэри. «Париж сыщыщхьэхуиту къысщыхъурт», - жиIэжырт абы. А лъэхъэнэм ар ныбжьэгъу хуэхъуащ тхакIуэ цIэрыIуэу щыта Аполлинер, Жакобо Макс, сурэтыщI Брак Матисс сымэ, Франджым щыпсэунуи къэнащ.
Дуней псом ягу дыхьа абы и япэ лэжьыгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм итхауэ аращ. Иджы ахэр - «Арлекин» е «Портрет поэта» - классикэм щыщ Iыхьэ хъуауэ ялъытэ.
Пикассо и гъуазджэр зэманым игъэунэхуну хунэсащ. Хэт иджыпсту Бёклин и IэдакъэщIэкIхэм дахьэхыжыр? Футурист Маринетти зыцIыхужыр хэт? Дадаистхэм я усэ еджэжыр хэт сымэ? Ауэ щыхъукIи, 1909 - 1959 гъэхэм Пикассо и цIэр жамыIэу екIуэкIакъым.
Языныкъуэхэр иризодауэ - Пабло испан сурэтыщI хьэмэрэ франджы? Ди деж, Урысей Федерацэм, абы и унэцIэр франджыбзэкIэ щыжаIэ - иужьрей пычыгъуэм ударенэр техуэу, адрейхэм «Пикассо» жаIэ. Дауи, Пикассо испану щытащ икIи щытщ. Абы и хэкур фIыщэу илъагъурт, къищынэмыщIауэ, и теплъэкIи, и хьэлкIи, и дуней тетыкIэкIи испанхэм ещхьыркъабзэщ. Абы зыми шэч къытрихьэркъым. Ауэ цIыхухэм зэдэуэн щыщIадзэр абы гъуазджэм щиубыд увыпIэм деж нэса нэужьщ. Иныкъуэхэм къалъытэ абы и живописым испан Iуэху лъэпкъ хэмыту, и IэдакъэщIэкIхэр Италиемрэ Франджымрэ епхауэ. Езыр испан дыдэщ, ауэ и творчествэр нэхъыбэу зэпхар франджы гъуазджэрщ. Дауэ мыхъуми, Париж и художественнэ гъащIэм хэмытамэ, ар Пикассо хъурэт?!
КъэщIэрэщIэжыгъуэ лъэхъэнэм псэуа IэщIагъэлIхэми хуэдэу, Пабло куэдым дихьэхырт икIи зрипщытырт. Ар сурэтыщIщ икIи скульпторщ. Пабло тхылъ куэдым сурэт яхуитхащ, балет куэдым декорацэхэр яхуищIащ.
ЗэзыдзэкIар НэщIэпыджэ Замирэщ.
ГъэщIэгъуэнщ
ФIэщхъуныгъэ
Зэгуэрым дыгъэм и бзийм къыжреIэ:
- Махуэ къэс щIылъэмкIэ зызогъазэри согъэхуабэ, согъэнэху. Иджы сыхуейт цIыхум игу згъэхуэбэну!
- Хъунщ,- жиIащ дыгъэм, - цIыхугум бзий хъуаскIэ ептыну ухуитщ. АбыкIэ узыхуэупсэр телъыджэ зыхузэфIэкI цIыху хъунущ. Ауэ, тыгъэ хуэпщIын папщIэ, цIыхухэм я нэхъыфIыр къыхэх.
Дыгъэ бзийм щIылъэм зыкъидзри егупсысащ: «Дауэ къэсхутэну цIыхум я нэхъыфIыр?» Абы хэту зэхихащ цIыху гуэрым и макъ нэщхъей:
- Мы гъащIэм къыщызэхъулIэркъым зыри… СурэтыщI сыхъуну сехъуапсэурэ, пхъащIэ сыхъуащ. ФIыуэ слъэгъуа хъыджэбзыр си лъэныкъуэкIэ къэплъэххэркъым.
- Ар дауэ! Уэ зэфIэкI уиIэщ - ущIалэщ, уIэпщIэлъапщIэщ! - егупсысащ дыгъэ бзийр, икIи и нурым щыщ цIыхугум иритащ.
ЩIалэм и гум къыщылыда хъуаскIэм къигъэуIэбжьауэ и щхьэр къиIэтащ. ФIыуэ илъагъум удз гъэгъа Iэрамэ сурэту хуищIащ. «Мыр сыту телъыджэ!» - итхьэкъуащ сурэтым хъыджэбзыр.
Абы иужькIэ зыгуэрым и унэ хуилати, ари игъэгуфIащ.
- Уэ упхъащIэ си гугъэу укъезгъэблэгъат, ауэ усурэтыщI Iэзэщ. Си унэр хьэлэмэту схуэбгъэдэхащ! - къыжриIащ абы.
Дыгъэм и бзийр къекIуэлIэжа нэужь зигъэкъуэншэжу жиIащ:
- ЦIыхухэм я нэхъыфIыр къыхэсхыну къызжепIат. АрщхьэкIэ, уи чэнджэщыр сщыгъупщэжри, япэу сызыхуэзам си тыгъэр естащ.
- Уэ уи фIэщ хъуащ а цIыхум зэфIэкI зэриIэр. Уи фIэщхъуныгъэм ар псом нэхъыфI ищIащ! - гуфIащ дыгъэр.
Гъуэт Зарэ.
Интернетым дыкъыщоджэ
Нэхъ лъапIэр
ЩIалэ цIыкIу гуэрым я гъунэгъу лIыжьыр ныбжьэгъу хуэхъуауэ, сыт щыгъуи абы и деж кIуэрт, хъыбархэр жригъэIэжырт. Зэманыр кIуэурэ щIалэр къыдэкIуэтеящ, еджапIэ, лэжьапIэ, и щхьэ Iуэхум хущIамыгъэхьэурэ, гъунэгъу лIыжьым гулъытэ хуимыщIыж, ауэрэ кIэлъымыкIуэжыххи хъуащ. Зэгуэрым абы зэхихащ лIыжьыр дунейм зэрехыжар. Игу къэкIыжащ абы бгъэдэсу игъэкIуауэ щыта зэманыр. ЛIыжьым ар куэдым хуиущият. И сабиигъуэр IэфI къыщызыщIа цIыхур къызэрыфIэмыIуэхужам хущIегъуэжауэ, ар псэууэ зэримылъагъужынум иринэщхъейуэ щIалэр лIыжьым и унэм кIуащ. Зэман куэд ипэ зэрыщытам хуэдэ дыдэт унэ кIуэцIыр. Ауэ стIолыщхьэм сыт щыгъуи тету щыта пхъуантэ цIыкIур илъагъужыртэкъым. ЛIыжьым къыжриIауэ щытат а пхъуантэ цIыкIум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр зэрыщихъумэр. Ар благъэхэм ящыщ гуэрым къищтауэ хуигъэфащэри къыщIэкIыжащ.
ТхьэмахуитI дэкIауэ щIалэм гъунэгъу лIыжьым и цIэр тету тхыгъэ къыхуокIуэ. Абы щIыгъут пхъуантэ цIыкIур. Къызэтрихмэ, дыщэ сыхьэт дэлъщ. «Упсэу бжызоIэ, къыздэбгъэкIуа зэманым папщIэ»,- къыхэбзыкIат сыхьэтым. ЩIалэм къыгурыIуащ: лIыжьым и гъащIэм нэхъ лъапIэу хэтар ныбжьэгъу къыхуэхъуа щIалэ цIыкIум дигъэкIуа зэманырт.
ГуIэт Риммэ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "820.txt"
} |
Я лэжьэгъуу щытахэр ящыгъупщэркъым
Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и пщIантIэм дэтщ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьакIуэхэм я фэеплъ. Абдеж пэкIу щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 13-м. Абы хэтащ щIыналъэ УФСИН-м и унафэщIхэр, КъБР-м и УИС-м и ветеранхэр, я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм ящыщхэр, дин лэжьакIуэхэр.
Фэеплъ пэкIур къызэIуихащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Лыхь Аслъэн.
- Нобэ дэ дызэхуэсащ республикэм и мамырыгъэр зыхъумэу зи гъащIэр зыта ди ныбжьэгъухэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIу. Зыри зыпэмыплъа гузэвэгъуэшхуэм абыхэм къыщагъэлъэгъуащ лIыгъэ,- жиIащ Лыхьым. Ягу къагъэкIыжхэм я Iыхьлыхэм яжриIащ я лэжьэгъуу щытахэр зэи зэращымыгъупщэнур, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIхэм абыхэм я унагъуэхэм сыт щыгъуи зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр.
Дин лэжьакIуэхэр хэкIуэдахэм тхьэ яхуелъэIуащ. Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
АдэкIэ УФСИН-м и унафэщIыр хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ ветеранхэмрэ ядэуэршэращ шей Iэнэм пэрысу. Лыхь Аслъэн Iыхьлыхэм щепсалъэм щIэупщIащ я унагъуэхэр нэхъ зыгъэпIейтей гугъуехьхэм, ядэIэпыкъун папщIэ.
- УФСИН-м и унафэщIхэмрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ ди къалэнщ республикэм и зэIузэпэщыгъэм зи гъащIэр щIэзыта адэхэм, щхьэгъусэхэм, бынхэм я Iыхьлыхэм защIэдкъэкъуэну. Фэ зыкъытхуэвгъазэ хъунущ дэIэпыкъуэгъу фыхуейуэ,- яжриIащ Лыхь Аслъэн.
Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм и нэIэ ятетщ хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэ 13-м. Абыхэм зыщIагъакъуэ яхузэфIэкIымкIэ, хэкIуэдахэм я фэеплъу спорт зэхьэзэхуэхэр илъэс, къэс ирагъэкIуэкI. УФСИН-м и лэжьакIуэ хэкIуэдахэр щеджа школхэм щагъэуващ я цIэр къызытещ фэеплъ пгъэбгъухэр.
КъБР-м щыIэ УФСИН-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "821.txt"
} |
ГъэщIэгъуэну, удихьэхыу екIуэкIащ
Урысей МВД-м IэпщэрызауэмкIэ и урысейпсо чемпионат махуищкIэ, жэпуэгъуэм и 11-13-хэм, Налшык къалэ и «Гладиатор» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, Урысей МВД-м и еджапIэхэм щIэсхэр.
Командэ зэпеуэм и япэ гупым щытекIуащ Урысей МВД-м Краснодар краймкIэ и Управленэ нэхъыщхьэм и гупыр. Урысей МВД-м Мэзкуу областым щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм и гупыр етIуанэщ. Ещанэ увыпIэр лъысащ Тэтэрстан Республикэм и МВД-м и лIыкIуэхэм.
ЕтIуанэ гупым бжьыпэр щиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и командэм. ЕтIуанэ, ещанэ увыпIэхэр Урысей МВД-м и управленэу Тулэ, Вологдскэ областхэм щыIэм я гупхэм ялъысащ.
Урысей МВД-м и еджапIэхэм я гупхэм я зэпеуэм щытекIуащ Урысей МВД-м и Краснодар университетым и лIыкIуэхэр. Кикоти В. Я. и цIэр зезыхьэ Мэзкуу университетым и гупыр етIуанэщ, Урысей МВД-м и Волгоград академием и спортсменхэр - ещанэщ.
Килограмм 65-рэ зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Абрамов Ярослав (Кикоти В. Я. и цIэр зезыхьэ Мэзкуу университет). Килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм - Якушев Эдуард (Урысей МВД-м и КъуэкIыпIэ - Сыбыр институт).
Зи закъуэу зэхьэзэхуахэм, я хьэлъагъ елъытауэ, чемпион хъуахэщ Абрамян Роман (кг 55-м нэс, Урысей МВД-м Ставрополь краймкIэ и Управленэ нэхъыщхьэ), КIэщт Александр (кг 65-м нэс, Урысей МВД-м Краснодар краймкIэ и Управленэ нэхъыщхьэ), килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм Пщыбыхь Аслъэн (КъБР-м щыIэ МВД), Баший Альберт (кг 75-м нэс), Мырзэкъан Азэмэт (кг 90-м щIигъу), Алибулатов Артур (кг 85-м нэблагъэ, Тэтэрстан Республикэм щыIэ МВД).
Апхуэдэуи чемпионатым ещанэ увыпIэр къыщахьащ Тлъэкъущей Альберт (кг. 55-рэ хьэлъагъым нэс), Къамгъуэт Рустам (кг. 60-м нэс).
МахуищкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэр щызэхуащIыжым кърихьэлIащ икIи текIуахэмрэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьахэмрэ ягъэлъэпIащ Урысей МВД-м и УГОЗ-м и унафэщI Баев Алексей, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм и ОРЛС-мрэ КГУ-мрэ я унафэщIым и дэIэпыкъуэгъум и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Лавров Александр, КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь Тату Къазбэч, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир, IэпщэрызауэмкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер, Къэбэрдей-Балъкъэрым IэпщэрызауэмкIэ и федерацэр къызэзыгъэпэща Мамхэгъ Хьэчим, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Лыхь Аслъэн, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, олимп чемпион Къардэн Мурат, Iэпщэрызауэ спортымкIэ дунейпсо федерацэм и президент Астахов Сергей сымэ.
Полицэм и полковник Баев Алексей къыхигъэщащ мы зэхьэзэхуэм зэфIэкIышхуэ зиIэ спортсмен лъэщхэр къызэрызэхуишэсар.
Министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полицэм и полковник Мамхэгъ Назир жиIащ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм я ехъулIэныгъэхэр ерыщу зэрызыIэрагъэхьар, мыпхуэдэ чемпионатхэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я пщIэр зэригъэбыдэр.
.
Зыгъэхьэзырар Бахъсэн Азэмэтщ
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "822.txt"
} |
КъБКъУ-м лъэпкъ Iуэхухэм щытопсэлъыхь
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым жэпуэгъуэм и 16 - 18-хэм щызэхэтащ «УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм къэрал лъэпкъ политикэр зэрыщагъэзащIэ щIыкIэр» семинарыр. Ар щыщщ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ Ломоносов М. В. и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетымрэ къыхалъхьа проектым.
Зэхуэсым хэтащ къэрал властым и федеральнэ, щIыналъэ, муниципальнэ органхэм, лъэпкъ Iуэхухэр зегъэкIуэным епха жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я IэщIагъэлIу 150-м нэблагъэ.
Проектым и къалэнхэм, и мурадхэм я гугъу ищIу къэпсэлъащ МКъУ-м къэрал Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ и факультетым жэрдэмыщIэхэр къыхэлъхьэнымкIэ и Центрым и унафэщI Воронов Александр.
Зи щIыналъэ 85-м лъэпкъи 190-м щIигъум къыхэкIахэр щызэдэпсэу Урысейм къэрал лъэпкъ политикэ тэмэм щыубзыхуным, зэи хуэмыдэжу иджыпсту, зыр адрейм зэрелъытар гъэмэщIэныр тепщэ щыхъу ди зэманым, мыхьэнэшхуэ иIэ мэхъу. Дин зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурыIуэу зэдэгъэлэжьэн, лъэпкъ, дин зэпэщIэувэныгъэхэр къэмыгъэхъун мурадым къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм, граждан жылагъуэм и нэгъуэщI институтхэм я пащхьэм къалэныщIэхэр кърегъэувэ. Абыхэм я Iулыджым хэгъэхъуэн папщIэ, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм, Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-м щIыгъуу, 2018 гъэм иублащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм ехьэлIа къэрал политикэр Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм щыгъэзэщIэным хуэгъэза, а Iуэхум теухуа щIэныгъэ щрагъэгъуэт семинархэр егъэкIуэкIыныр.
КъБР-м граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор къыщыпсалъэм Москва щыщ IэщIагъэлIхэу проектым хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ, апхуэдэуи жиIащ семинарыр Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм сыт и лъэныкъуэкIи зэпэшэча лъэпкъ политикэ щегъэкIуэкIынымкIэ сэбэп зэрыхъунум шэч къызэрытримыхьэр.
Семинарым хэтхэм я лэжьыгъэм IуэхуфIхэр къыдэкIуэну ехъуэхъуащ КъБКъУ-м и проректор Къэжэр Артур.
- Ди еджапIэ нэхъыщхьэр икъукIэ пIейтейуэ кIэлъоплъ мы семинарыр зытеухуа Iуэхум, сыту жыпIэмэ КъБКъУ-м мы зэманым щоджэ лъэпкъ 70-м щIигъум щыщ щIалэгъуалэ. Абыхэм ящыщу зы мин хуэдизыр хамэ къэрал 40-м къикIащ. Дэ набдзэгубдзаплъэу дыхущытщ лъэпкъ Iуэхум икIи икъукIэ ди гуапэ хъуащ семинарыр ди еджапIэм щрагъэкIуэкIыну къызэрыхахар. Ди гуапэщ а унэтIыныгъэм Iуэхур щезыгъэфIэкIуэн хэкIыпIэхэр зэхуэсым хэтхэм къагъуэтыныр, - жиIащ Къэжэрым.
Къыхэгъэщыпхъэщ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэу, зызэхащIыкIыу зэдэпсэуным хуэгъэпса семинарыр КИФЩI-м иджы етIуанэрэ зэрыщекIуэкIыр. Апхуэдэ еджэныгъэхэр щызэхэтакIэщ Москва, Псков, Чебоксары, Тюмень, Якутск, Омск къалэхэм. Налшык и ужькIэ семинарым и кIэух Iыхьэр Волгоград щызэхашэнущ. МКъУ-м мы Iуэхум къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ 1200-рэ къызэщIригъэубыдэну и мурадщ, еджэныгъэхэм абыхэм я лэжьыгъэм къащыхуэщхьэпэну чэнджэщхэр зэрыщагъуэтынуми шэч къытрихьэркъым.
Урысей политик, къэрал къулыкъущIэ цIэрыIуэхэми IуагъэщIэнущ семинарым хэтхэр. Лекцэхэр ятынущ МКъУ-м и щIэныгъэлI, эксперт цIэрыIуэхэм, профессорхэм. Абыхэм ящыщщ Сидоров Александр, Халуторных Ольгэ, Пронкин Сергей, Лившин Александр, Мартыновэ Маринэ, Старостин Владислав, Соловьев Константин, Григорьев Николай сымэ.
Семинарыр зэфIэкIмэ, абы хэтахэм иратыжынущ Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МКъУ-м и курсхэр къызэраухам щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр.
КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "823.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Гузэвэгъуэр къэзышар зэхагъэкI
Красноярскэ крайм хиубыдэ Курагинскэ щIыналъэм, Щетинкинэ къуажэм пэмыжыжьэу, жэпуэгъуэм и 19-м къыщеха псыдзэм цIыху 15 хэкIуэдащ, 40-м щIигъум фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэтащ, тхур здэщыIэр ямыщIэу къалъыхъуэ.
ЗэрыIуащIа щIы лъагэ зэтекIутар Iуиуду къеха псым ирихащ псыхъуэм хуэзанщIэу яухуауэ щыта общежититIыр. Сейба псыр IузыщIэ ухуэныгъэр зыухуар дыщэ къыщIэхыным а щIыпIэм щелэжь «Симсим» IуэхущIапIэрщ. Абы и лэжьакIуэхэрщ къэхъукъащIэм и зэран зэкIахэр.
Къэхъу хабзэращи, иджы зыми ищIэркъым гузэвэгъуэр къэзышар - къэрал къулыкъущIапIэхэр щыгъуазэтэкъым а щIыпIэм дыщэ къыщыщIахыуи, псы жапIэр зыгъэбыдэ ухуэныгъэ гуэрхэр щрагъэкIуэкIауи.
«IуэхущIапIэ къыщызэIуахкIэ, япэщIыкIэ лъэIу тхылъ къатх объект зэраухуэнум теухуауэ. Мыбдежым апхуэдэу щащIакъым. КIэлъыплъакIуэ органхэм зыри хащIыкIакъым а щIыпIэм псыр зэрыIуащIэ ухуэныгъэ зэрыщрагъэкIуэкIым. ПсыIущIэр къызэрыгуэкIыу ящIауэ аращ», - жиIащ Красноярскэ крайм и Правительствэм и УнафэщI Лапшин Юрий.
«Метрищ-плIы и лъагагъыу къех псыдзэр къащыщIэуам щIыпIэ зэманымкIэ сыхьэтитI хъуауэ арат - цIыхухэр жейрт. Аращ апхуэдиз псэдзыгъэр къэзышауэ къалъытэр. Псыр къызэрехыр ялъэгъуамэ, абы зыгуэрурэ зыщахъумэну Iэмал къалъыхъуэнт цIыхухэм», - жиIащ МЧС-м и щIыналъэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Матыленкэ Олег.
«Гузэвэгъуэр къызыхэкIар сытми зэкIэ жыпIэну гугъущ. Ар псыIущIэр щаухуэм яIэщIэкIа щыуагъэ гуэрхэм къашащ е ар зыми хуит зыкърамыгъэщIу, зыри кIэлъымыплъу яухуауэ къыщIэкIынкIи хъунущ. Апхуэдэуи а щIыпIэм мы махуэхэм уэшхышхуэ къыщешхащи, щIыуэпс къэхъукъащIэхэм я зэрани екIагъэнкIэ хъунущ. Дауэ щымытми, Iуэхур зэхыдогъэкI, - жиIащ Красноярск крайм и губернатор Усс Александр. - Иджыпсту щIыпIэм щолажьэ къегъэлакIуэ 300-рэ техникэ зэмылIэужьыгъуэу 50-рэ».
ЩIыналъэм и унафэщIым жэпуэгъуэм и 21-м щыгъуэ махуэу игъэувауэ щытащ.
Красноярскэ крайм дыщэ къыщыщIах апхуэдэ IуэхущIапIэ пщIы бжыгъэхэр итщ, абыхэм я лэжьэкIэр зэрыхуэфэщэнкIэ кIэлъыплъыныгъэм щIэтуи къыщIэкIынукъым. Абы и щыхьэтщ къэхъуа гузэвэгъуэр. Иджы щIапщытыкIыну къыщIэкIынщ дыщэлъыхъуэ IуэхущIапIэ псори.
ГъуэгупщIэу махуэм
зы еврэ фIэкIа
ямыгъэкIуэду
Германием гулъытэ хэха щыхуащI щIыуэпсыр хъумэным. Абы хуэгъэза акцэхэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI, къэзыухъуреихь дунейр къабзэу щытыным хуэгъэза Iуэхухэм къалэдэсхэр къыхашэу.
Автомобилхэм къапиху гъуэзым хьэуар зэриуфIейм зэрыпэщIэтын Iэмалу иджы къыхалъхьарщ псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныр, сэбэпынагъ нэхъыби къэзыхьыну зыщыгугъхэр - унафэщIхэм я мурадщ жылагъуэ транспортымкIэ зэрызекIуэм папщIэ Iах пщIэр ягъэмэщIэну, цIыхухэм гъуэгупщIэу махуэм зы еврэ фIэкIа ирамыгъэтыну. ЦIыхухэр я щхьэ закъуэ транспортым къыпыкIыу, автобусхэм итIысхьэным тезыгъэгушхуэнкIэ хъуну Iэмалу къэрал унафэщIхэм къалъытэ ар.
Автобусхэмрэ метромкIэ зекIуэн папщIэ цIыхум илъэсым и абонемент къищэхунущ, еврэ 365-рэ иритынурэ икIи гъэм и кIыхьагъкIэ ар гъуэгупщIэу ирикъунущ. Абы цIыхухэм фейдэшхуэ къазэрыхуихьыр гурыIуэгъуэщ. Апхуэдэу Iуэхур щызэтраухуащ Бонн, Ройтлинген къалэхэм: абыхэм щыпсэу куэдым илъэсыр къызэрихьэу къащэхуащ гъуэгупщIэ абонементхэр. АбыкIэ уитIысхьэ хъунущ къалэм щызекIуэ сыт хуэдэ жылагъуэ транспортми: метроми, автобусхэми, трамвайхэми. НэгъуэщI къалэ укIуэнумэ, абы и уасэр щхьэхуэу птынущ е машинэмкIэ укIуэн хуей хъунущ. А щапхъэм теувэну я мурадщ Берлинрэ Мюнхенрэ, апхуэдэу нэгъуэщI къалэшхуэхэри.
Проектыр а къэралым икъукIэ къыщезэгъыу къалъытэ - Германием фIы дыдэу щызэтеухуащ жылагъуэ транспортым и лэжьэкIэр. ЦIыхухэр автобус къэувыIэпIэхэм нэхъыбэ дыдэу зэрыпэжыжьэр зы километр хуэдизкIэщ. Махуэм зы еврэ фIэкIа умыгъэкIуэду уи Iуэху зэфIэбгъэкIыныр - лэжьапIэ укIуэми, укъэкIуэжми, уи щхьэ Iуэху зэфIэбгъэкIыну удэкIми ар, шэч хэмылъу, икъукIэ нэхъ фейдэщ уи машинэм гъэсыныпхъэ «ебгъэшх» нэхърэ. Абы фIагъыу къихьхэм ящыщщ машинэр здэбгъэувын щIыпIэ къызэрумылъыхъуэнури. Къалэхэм транспорту дэтынур нэхъ мащIэнущи, гъуэгухэри зэIухауэ щытынущ.
ЦIыхухэм мы жэрдэмыр даIыгърэ абы хуэкIуэмэ, къэралым зэфIигъэкIыну нэгъуэщI зы Iуэхуи къыхудэкIынущ - жылагъуэ транспорт нэхъыбэ къэщэхун хуей хъунущ. Аращи, зэкIэ гурыIуэгъуэкъым Германиер мыпхуэдэ хабзэм щытехьэпэнур. АбыкIэ щапхъэ хъарзынэ щыIэщ нэгъуэщI европей къэралым - Австрием. Илъэс хъурейм зэрызекIуэ абонементхэр икъукIэ куэду къыщагъэсэбэп Венэ. Абы дэс цIыху мелуанитIым щыщу мин 800-м щIигъур жылагъуэ транспорткIэ зокIуэ.
Нобэ
♦Щомыщ хужьым и дунейпсо махуэщ
♦Венгрие Республикэм и махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ рекламэ IэнатIэм щылажьэхэм я махуэр
♦1814 гъэм инджылыз хирург Карпю Джозеф Лондон къалэм щригъэкIуэкIащ дунейм щыяпэ пластикэ операцэр.
♦1914 гъэм Япэ дунейпсо зауэм инджылызхэм къыщагъэсэбэпат зи калибрыр мм 457-рэ хъу топ. Абы тонни 127-рэ и хьэлъагът.
♦1914 гъэм Москва Щукиным и цIэр зезыхьэ театральнэ училищэр къыщызэIуахащ.
♦1946 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и япэ зэхуэсыр екIуэкIащ.
♦1953 гъэм Сахаров Андрей СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и действительнэ члену хахащ.
♦1956 гъэм Венгрием зыкъыщаIэтащ совет къэрал ухуэкIэр зымыдэхэм. Абыхэм япэуващ СССР-мрэ Венгрие ЦIыхубэ Республикэмрэ я армэхэр. Жэпуэгъуэм и 23 - щэкIуэгъуэм и 9-хэм къриубыдэу екIуэкIащ а зауэр. ЗыкъэзыIэтахэр «ягъэупщIыIуат» икъукIэ уасэшхуэкIэ - лъэныкъуитIми щыщу цIыху миниплIым нэблагъэ хэкIуэдат абы.
♦1974 гъэм Дунейпсо Олимп Комитетым Венэ (Австрие) щригъэкIуэкIа 75-нэ сессием унафэ къыщащтащ ХХII Гъэмахуэ Олимп Джэгухэр СССР-м и къалащхьэ Москва щегъэкIуэкIыным теухуауэ.
♦1995 гъэм Инджылызым щыщ дохутыр Уэстеби Стивен цIыхугум и пIэкIэ токкIэ лажьэ гу япэу ирилъхьат.
♦2000 гъэм Пенсильвание университетым (США) и щIэныгъэлIхэм бактерие телъыджэхэр, илъэс мелуан 250-м нэблагъэ зи ныбжьхэр, къахутащ.
♦2002 гъэм Москва и Дубровкэ щIыпIэм щыIэ театр центрым теракт щалэжьащ. Шэшэн щIэпхъаджащIэ 50 ятеуэри, «Норд-Ост» мюзиклым еплъу абы щIэс цIыху 700-м щIигъур абы щIаубыдащ. Урысейм и дзэхэр Шэшэным кърашыжыну къэзыгъэува гупым зыкIи ягурымыIуэу, Iуэхум хабзэхъумэ IэнатIэхэр хыхьэн хуей хъури унэм ебгъэрыкIуащ. Абы щыгъуэ цIыху мамыру 230-рэ хэкIуэдауэ щытащ.
♦1715 гъэм къалъхуащ 1727 - 1730 гъэхэм Урысейм и императору щыта Пётр ЕтIуанэр.
♦1904 гъэм къалъхуащ совет сурэтыщI, узэщIакIуэ Рерих Святослав.
♦1920 гъэм къалъхуащ Италием щыщ сабий тхакIуэ цIэрыIуэ, «Чиполлино къыщыщIахэр» зытха Родари Джанни.
♦1928 гъэм къалъхуащ совет композитор, уэрэдус, УФ-м и цIыхубэ артист Саульский Юрий.
♦1940 гъэм къалъхуащ Бразилием щыщ футболист цIэрыIуэ, дунейм и чемпион щэнейрэ хъуа, «Футболым и пащтыхь» цIэ леймкIэ зэджэу щыта Пеле.
♦1973 гъэм къалъхуащ урысей балеринэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Лопаткинэ Ульянэ.
♦1980 гъэм къалъхуащ урысей лыжник, 2006 гъэм Турин (Италие) щекIуэкIа ХХ ЩIымахуэ Олимп Джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа Рочев Василий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 16, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи Iуэху зыфIэмыбэрэ зи бын зыфIэмыдахэрэ щыIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "824.txt"
} |
Балъкъэр Аслъэн и щIыхькIэ
Кыщпэк къуажэм и школым къыщызэIуахащ Урысейм и МВД-м и Управленэу Налшык къалэ щыIэм и ГИБДД-м и ДПС-м и батальон хэхам и инспектор, полицэм и лейтенант нэхъыжь Балъкъэр Аслъэн Артур и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу. Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ абы мыпсэужу къыхуагъэфэщащ «ЛIыгъэм и орден» дамыгъэр.
Фэеплъ пэкIум хэтащ Урысейм и ЛIыхъужь, Урысей Федерацэм IэщIэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я полковник, етIуанэ шэшэн зауэм хэта, Мэзкуу дзэ округым ракетнэ дзэмрэ артиллериемкIэ и унафэщIым и къуэдзэ Корольков Аркадий, Урысейм и ЛIыхъужь, Ингуш Республикэм щыIэ МВД-м и лэжьакIуэ, полицэм и подполковник Костоев Абубакар, «Мы патриоты России» урысейпсо слётым и штабым и унафэщI, Ветеранхэм я комитетым и тхьэмадэ, запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, КъБР-м Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, Урысейм и МВД-м Налшык къалэм щыIэ и Управленэм, «Бахъсэн» къудамэм я унафэщIхэр, муниципалитетым, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я тхьэмадэхэр, къыдэлэжьахэмрэ къыдеджахэмрэ, ныбжьэгъухэмрэ Балъкъэр лъэпкъым щыщхэмрэ.
Зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда щIалэр щеджа школым и унафэщI Балъкъэр Дадусэ зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ Аслъэн и сабиигъуэми и хахуагъэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ и ныбжьэгъухэм къахэщу зэрыщытар.
- Нобэ дигу къыдогъэкIыж, и фэеплъым пщIэ худощI ди Хэкум и цIыху нэс, ди республикэм и мамырыгъэм папщIэ зи псэр зыта ди лъахэгъур, - жиIащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур къыщыпсалъэм.
Полицэм и лэжьакIуэ щIалэр хэкIуэдащ 2019 гъэм и щIышылэм ДПС-м и гупым бзаджащIэхэр къащытеуам. Дохутырхэм яхузэфIэкI къагъэнакъым, ауэ Аслъэн къахуегъэлакъым.
Абы къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм тепсэлъыхьащ хьэщIэхэр, Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, псалъэ гуапэ куэди хужаIащ.
ДакъикъэкIэ щымри, школакIуэхэм шар хужьхэр яутIыпщащ, усэхэм къеджащ.
Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Балъкъыз Артуррэ Балъкъэр Хьэсэнрэ.
Балъкъэр Каринэ и щхьэгъусэм и фэеплъыр мыкIуэдыжын зыщIахэм фIыщIэ яхуищIащ.
Чылар Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "825.txt"
} |
ШэмпIарэ Арсен ягу ихуркъым
Шэрэдж районым и Зэрэгъыж къуажэм къыщызэIуахащ КъБР-м щыIэ МВД-м и УГИБДД-м и ДПС-м и инспектор, полицэм и сержант нэхъыжь ШэмпIарэ Арсен Заурбий и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу. Ар и къалэн игъэзащIэу хэкIуэдащ 2013 гъэм шыщхьэуIум и 7-м.
Абы щыгъуэ жэщым гъуэгу-плъыр къулыкъум и инспекторхэм Налшык къалэ Калининым и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ Нартан уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм деж къыщагъэувыIат «Лада Приора» автомашинэр, дэфтэрхэр къапщытэну. Хабзэхъумэхэр машинэм пэгъунэгъу щыхъум, бзаджащIэхэм IэщэкIэ къахэуэн щIадзащ. Абдеж къыщыхъуа зэхэуэм ШэмпIарэ Арсен щыхэкIуэдащ.
Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ мыпсэужу абы къыхуагъэфэщащ ЛIыгъэм и орденыр.
Зэрэгъыж къуажэм щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и депутатхэм я зэхуэсым унафэ къыщащтащ къуажэм и уэрамхэм языхэзым ШэмпIарэ А. З. и цIэр фIащыну. Фэеплъ Iуэхум хэтащ Зэрэгъыж къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къалмыкъ Владимир, Урысейм и МВД-м Шэрэдж районым щыIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Картлыков Зейтун, къудамэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Жабо ЖэбрэIил, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэм и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ, и лэжьэгъухэр.
ШэмпIарэ Арсен и фэеплъым пщIэ хуащIу, къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымащ, итIанэ пхъэбгъум деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "826.txt"
} |
Тутынафэкъым икIи фадафэкъым, аращ щIэкъарууфIэри
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъищым иджы илъэс ещанэ хъуауэ Урысейм пашэныгъэр щаIыгъщ гъащIэр узыншэу ехьэкIыным и лъэныкъуэкIэ. Ар къагъэлъэгъуащ «ХъыбарыщIэхэр» РИА-м иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм.
IэщIагъэлIхэм абыхэм я пщалъэу ягъэуващ 6: спортым дихьэххэм, тутын ефэхэм я бжыгъэр, фадэу щащэр, чэфу е наркотикым я щхьэхэр игъэутхъуауэ щIэпхъаджагъэ зэхэзыщIыхьхэр, фадэм игъэлIахэр, уз къызыхэпхынкIэ шынагъуэ IэнатIэхэм щылажьэхэр зыхуэдизыр.
Иужь зэманым мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэу къалъытэ. Ар щынэхъыкIэ дыдэщ КъуэкIыпIэ Жыжьэмрэ Ищхъэрэ Гъунэгъумрэ. Нэхъапэхэми хуэдэу, я узыншагъэм нэхъ щогугъу Дагъыстэным, Шэшэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абыхэм якIэлъокIуэ Адыгеймрэ Краснодар краймрэ щыпсэухэр.
А щIыналъэхэм цIыхухэм тутынуи фадэуи щрафыр нэхъ мащIэщ, ауэ физкультурэмрэ спортымрэ зезытахэм я бжыгъэмкIэ щызэщхьэщокI: абыхэм я лъэныкъуэкIэ пашэхэр Дагъыстэнымрэ Краснодар краймрэщ, адрейхэр курыт увыпIэхэм щытщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "827.txt"
} |
Хьэрып усакIуэхэм я эмирыр
Шэукъий и лъагъуныгъэ лирикэр «зэмыфэгъущ» икIи удэзыхьэхщ. Абы зэм щызыхыбощIэ лъагъуныгъэ гуащIэм псэр хьэзаб зэрыхигъэтыр, зэм щызэхыбох гухэлъ дахэ зыIуатэ ныбжьыщIэхэм я макъ насыпыфIэхэр, зэми къыщыболъагъу нэгъуэщI цIыху фIыуэ зылъагъур щхьэжагъуэ хъуауэ гъащIэр фIэмыIэфIыжу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, мы усэхэр: «Сэ сощIэж», «Пагэу ущызблэкIкIэ», «Си гум уихужыркъым», «Пощт маркI», «Махуэхэм я гъащIэр», нэгъуэщI куэди. «Пагэу ущызблэкIкIэ» усэм щыщ мы сатырхэр плъыфэ дахэу зэрызэхэджар щыболъагъу:
Уи нэкIухэм, нэхэм зэ Iуплъар
КъэпIейтеинщ, телъыджэ укъыфIэщIу,
Жэнэтым къыщыхъунщ иплъа...
Арщхьэ щыуэнщ... НэкIу дыхьэрэнхэр
Жыхьэнмэ мафIэщ, къыпщIэнэну.
Лъагъуныгъэ къемыхъулIам цIыхур гуитIщхьитI зэрищIыр къыхощ «Сэ сощIэж» усэм:
Телъыджэ гуэр дунейм щыслъагъум,
Уэ си гум укъокIыж.
БлэкIар къызодэуэж.
Сопыхьэ, сихьу лъагъуныгъэм -
ПыIэгъуэ симыIэж.
АтIэ хьэзабыр сыт щIэзгъэвыр,
СэркIэ а уи гур мывэм?
ГъащIэм куэдрэ къыщыхъу хабзэщ пщащэр куэдым я гулъытэм щигъэкIыу. «СощIэж» жыхуиIэ усэмкIэ Шэукъий фIыуэ илъагъуу щыта хъыджэбзым ирехъуэныж ар къызэрепэгэкIар:
БлэкIащ щIэщыгъуэу гъащIэр щыдгъэкIуар,
ПщIэжын зэгуэрым къысхуэкIуауэ тхьэ?
Сыныпхуэзамэ, уи напIэр епхьэхауэ,
СумыцIыхужу фэ зытыбогъауэ.
Гулъытэ куэдым уэ ущагъэкIащ,
ЗыкъыпфIэщIыжри, къаплъэнэф ухъуащ.
Шэукъий и IуэхущIафэм, лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щеубыд дунейм и теплъэр, и къэхъукъащIэхэр, и хъугъэхэр, псэ зыпытым яхуэдэу, къэгъэлъэгъуэным. Абы къилъытэрт Iущыгъэшхуэ хэлъу дунейр зэтегъэувауэ икIи дунеягъэм и «щIыкIэ-ухуэкIэ» хъуар къызэриIуэтэным пылът. «Хьэрып усакIуэхэм я эмирыр» мис мыпхуэдэу тетхыхьащ Мысырым и псышхуэ, щIылъэр зыдэщIэращIэ Нил:
Сыт щыгъуи тетщ гъуэгу,
ГъащIэ жылэр щIым хисэу.
Уафэр щIоплъэ и нэгу,
Мэуфафэ хы ину...
Ар шкIурэжу зэм йожьэ,
Игъахъэу, ихъу-илъу...
Аслъэн ин къэгурыму,
Толъкъун пщэцхэр еIэт...
Ахьмэд Шэукъий, ищхьэкIи зэрыщыжытIащи, усэ тхыныр и къалэн нэхъыщхьэу ибжырт, псэухуи нэхъыбэу аращ зыхуэлэжьар. Ауэ абы къыщIэнащ пьесэфI зыбжани. Ар щыпсэуа лъэхъэнэм Мысырым и драматургиер къыкIэрыхурт. Академик И. Ю. Крачковскэм и «тхыгъэ къыхэхахэм» (Мэзкуу - Ленинград, 1956 гъэм, ещанэ том) щетх: «ЕщэщIанэ гъэхэм усакIуэшхуэ Ахьмэд Шэукъий аргуэру зэ къигъэщIэрэщIэжыну хуожьэ классикэ нэпцIыр зи щапхъэ трагедиехэр; хьэрып, мысыр пасэрей гъащIэм къыхихауэ абы итхащ пьесэ зыбжанэ («Клеопатрэ», «Камбиз», «Меджнун», «Андалусием и тепщэ гуащэ», нэгъуэщIхэри); иджыри къэс тепщэгъуэр мысыр литературэм щызыIыгъ классикэм тету усэ зэщIэжьыуэхэмкIэ тха зэрыхъуам къыхэкIыу ахэр хьэрып тхылъеджэхэм хуабжьу ягу ирохь».
Дунейм ехыжыным мазэ зыбжанэ нэхъ имыIэжу Ахьмэд и «лъым и джэ макъ» зэхех, икIи къызыхэкIа и адыгэ лъэпкъым хуэфэщэн гуэркIэ етэну лэжьыгъэм зрет. НэхъапэIуэкIэ итха «Алий-бек ЦIыхушхуэр, е Мамлюкхэм я къэралыгъуэр» пьесэр, щищIалэгъуэм къемыхъулIауэ къилъытэр, щIэрыщIэу иузэщIыжыну йотIысылIэ. ПIэхэнэу зэрыщытым хуэдэу, усакIуэ сымаджэр илъэс ныкъуэкIэ псэхугъуэ имыIэу лэжьащ, и тхыкIэкIи, и щIыкIэкIи пьесэр зэрихъуэкIыжу, иригъэфIакIуэу.
Пьесэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр Каир, Акъкъэ, Силихьийе къалэхэм щокIуэкI. Ар топсэлъыхьыж адыгэ Алий-бекрэ абы и телъхьэ хъуахэмрэ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и бийуэ зыкъаIэту текIуэныгъэр къызэрахьам, Мысырыр хуит къызэращIыжам. Апхуэдэу абы къыхощыж Алий-бек и малъхъэ Мухьэмэд абу Зэхьабрэ мамлюк Мурад-бекрэ къызэрепцIыжар. Тхыдэ «къуэпс» кIуэцIрышам къещIэкIауэ, къыIущауэ драмэм дыщрохьэлIэ лъагъуныгъэ, щхьэхуещэ Iуэхухэми. Псалъэм папщIэ, гукъинэж къыпщохъу Мурад-бекрэ гъэр цIыхубз Амалрэ я лъагъуныгъэр. А лъагъуныгъэр къызэщIэстурэ зэуэ къызэпоуд - фIыуэ зэрылъэгъуахэр зэдэлъхузэшыпхъуу къыщIокI.
Мы тхыгъэм наIуэ къищIащ Шэукъий къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэми, и псэукIами фIыуэ щыгъуазэ цIыхуу зэрыщытар. Абы адыгэхэм я шыфэлIыфэр IупщIу дегъэлъагъу, лъэпкъым и хьэл-щэныр, и псэукIамрэ и зэхэтыкIамрэ ди нэгу щIегъэкI. Апхуэдэуи тхакIуэшхуэм ибзыщIакъым мамлюк къэралыгъуэми лей щызекIуэу, гъэпцIагъэ щызэрахьэу зызэман къызэрекIуэкIар.
Хьэрып усыгъэм и дахапIэр къэзыгъэщIа усакIуэшхуэм мы тхыгъэр и ехъулIэныгъэшхуэу къабжащ ар фIыуэ зылъагъухэм. Абыхэм къалъытащ ар усыгъэм и телъыджэу, Iэзагъышхуэ хэлъу гъэпсауэ.
Шэукъий и драмэхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхур зэрыщытын хуейр, абы и хьэл-щэн нэхъыфIхэр - акъылыфIагъыр, пагагъыр, лIыхъужьыгъэр, хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейр, хуитыныгъэр хъумэным, пщылIыпIэр гъэкIуэдыным яIэ мыхьэнэр, нэгъуэщI куэди.
Ахьмэд Шэукъий хьэрып драматургием и «адэу» игъащIэкIэ щытынущ, сыту жыпIэмэ иджырей театрым хуэлэжьэн ар ищIащ, пасэрей фащэжьыр щихри, къэунэху гъащIэм екIун «щыгъын» щитIэгъащ, нобэрей гупсысэкIи щIэщыгъуэ ищIащ.
Хъаннэ аль-Фахьури «хьэрып усакIуэхэм я эмирым» мы дунейм щиубыд увыпIэр щиубзыхукIэ, мыр тэмэму жеIэ: «Ар цIыхушхуэщ, абы къыщымынэжу, тхьэм псом я лейуэ хиха усакIуэщ, дунейм усакIуэшхуэ дыдэу къытехъуахэм нэхърэ мынэхъ цIыкIуу, ауэ и зэчийм щыщ куэд абы пщIэншэу игъэкIуэдащ зыхуейр итхыну щыхуимыта лъэхъэнэм»...
МыкIуэдыжын образхэр, усыгъэ хьэлэмэтыщэхэр зи къалэмым къыщIэкIа тхакIуэр дуней псом къыщацIыху. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум уей-уей щыжезыгъэIа, хьэрып усыгъэр къэзыгъэщIэрэщIэжахэм ящыщ зы, усакIуэ Iэджэм я щапхъэ хъуа, ноби куэдыр зыдэплъейщ Ахьмэд Шэукъий. Абы и усыгъэхэр мыкIуэдыж фIыгъуэу игъащIэкIэ яIэнущ Мысырым ис цIыхухэм. Захъуэжынщ зэманми дунейми, къызэкIэлъыкIуэнщ щIэблэщIэхэр, ауэ зы зэмани къэхъункъым поэзие нэсым, Ахьмэд Шэукъий къыбгъэдэкIам, и хэкуэгъухэр димыхьэхыжу, и хэкуэгъухэм яфIэмыIэфIу.
Барудирэ Шэукъийрэ я лэжьыгъэм пызыщахэр
Барудирэ Шэукъийрэ я гъукIэгъэсэну, абыхэм ирагъэжьа лэжьыгъэм хуэпэжрэ ар япэкIэ зэрагъэкIуэтэным я гъащIи, я гуащIи зэрыхуэгъэпсар нехьэкI-къехьэкI хэмылъу жаIэу щытащ Джэрым Алийрэ (1881 - 1949) Абазэ Хьэзизрэ (1899 - 1969). А тIури адыгэт икIи псэухукIэ пщIэшхуэ хуащIу, ялъытэу къэгъуэгурыкIуащ хьилмышхуэ зыбгъэдэлъу щыта я хэкуэгъу нэхъыжьхэр. Апхуэдэ зэхущытыкIэм и лъэужь хыболъагъуэ абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэбгъапщэкIи.
Джэрымыр ящыщащ Кавказ зауэм и илъэс хьэлъэхэм хэкур зыбгынахэм, и бжьэдыгъу унэцIэри ихъумащ. Абы дэгъуэу ищIэрт и анэдэлъхубзэр икIи адыгэ хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI лIыуэ щытащ.
Хьэрып литературэр зыджхэм иужьрей усакIуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къалъытэ Джэрымыр.
ЩIэныгъэ абы щызригъэгъуэтар Инджылызырщ, нэхъ зыпыщIауэ щытари егъэджакIуэ лэжьыгъэрщ. ИужькIэ щылэжьащ Мысырым щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм.
Алий ящыщщ Каир Хьэрыпыбзэм и академие къыщызэIузыхахэм. Бзэм теухуауэ абы къыдигъэкIа лэжьыгъэшхуэу томищ хъури гъэхуа псэлъэкIэм зэрызыхуагъасэ тхылъри КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыцIэрыIуэщ. Абы къытригъэдзащ «Аль-Муджмал», «Муфассал» щыщ классическэ тхыгъэхэр, X лIэщIыгъуэм псэуа усакIуэ Ибн Фарис и псалъалъэрэ аз-3амахъшар и грамматикэмрэ (XI - XII лIлI.). 1934, 1940 гъэхэм Джэрымым къыдигъэкIыгъащ Баруди и тхыгъэхэр нэхъыбэу щызэхуэхьэса диван. АрдыдэмкIи къигъэлъэгъуащ хьэрып усыгъэм увыпIэ лъагэ щызиIэ Баруди и хьилмым пщIэуэ хуищIыр зэрыиныр.
Алий и усэхэм нэхъыбэу яхыболъагъуэ ахэр классикэ къупхъэм Iэзэу зэригъэтIысхьар, зэхэщIыкI куурэ хэплъыхьа дахагъэкIэ зэрыгъэпсар.
1938 - 1939 гъэхэм Каир къыщыдигъэкIа дивану томищ хъур щыхьэт зэрытехъуэщи, абы нэхъ къигъэсэбэпыр усэ бзыпхъэ нэхъ инхэрщ. УсакIуэм и бзэм куэдрэ ущрохьэлIэ щIыпIэцIэхэм, бзэм хэкIуэдыкIыжа псалъэхэм, курыт лIэщIыгъуэм щыIа классикхэм я цIэхэм къытепщIыкIауэ къигъэсэбэп фIэщыгъэхэм.
(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр 3-нэ нап.)
Хьэрып тхылъеджэм деж Джэрым Алий цIэрыIуэ щыхъуащ критикэм иIэту зыщытхъуа тхыдэ романхэмкIи. Андалусием щытепща иужьрей хьэрыпхэм абы яхуиусащ «УсакIуэ-пащтыхь» тхыгъэшхуэр. Мыбдеж, шэч пщIы зэрыхъунумкIэ, Стэнли Лэнпул и IэдакъэщIэкI «Маврхэр - Испанием» жыхуиIэм ижь къыщIихуагъэнущ абы. Ар хьэрыпыбзэкIэ икъукIэ Iэзэу зэридзэкIауэ щытащ езы Алий.
Адрей тхыдэ романхэу «Чэщанэхэм я гуащэ», «ЩIыхьщIэкъу усакIуэ», «Рашид и пщащэ» жыхуиIэхэр теухуащ зи цIэ ину Iуахэм: фатIимид и ужьрей тепщэхэм, МутIэнэбби усакIуэм, Бонапарт Наполеон и зекIуэм, XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Мысырыр яхузэрымыгъэгуэшу Инджылызымрэ Франджымрэ ирагъэкIуэкIа зэныкъуэкъум.
Абазэ Хьэзиз икъукIэ щIалэу щIидзащ усэ итхын. Адыгэ мамлюкхэм я щIэж щIалэщIэр, Мысыр курыхым и къуажэ тхьэмадэм и унагъуэ къыщытэджар, ирагъэцIыхуащ Ахьмэд Шэукъий. ЩIалэм и япэ лъэбакъуэхэр узыншэу къилъытащ усакIуэ щэджащэм. ИужькIэ Абазэм пкърышыпсыхьащ Барудирэ Шэукъийрэ я усэ гъэпсыкIэм хэлъ Iэзагъхэр, абы къыдэщхьэлъащ икIи дэгъэгъащ, а щIыкIэмкIи ар хъуащ иджырей хьэрып усыгъэм и тхьэгъуш нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы.
30 гъэхэм Абазэм газетхэм, журналхэм къытрыригъэдзащ неоклассическэ усэ зыбжанэ. Ахьмэд Шэукъий и чэнджэщкIэ абы итхащ усэу зэхэлъ пьесэ «Къеисрэ Лубнэрэ» жыхуиIэр.
1943 гъэм къыдигъэкIащ «Гужьеям и гурым макъ» диван закъуэр, дунейм ехыжа и щхьэгъусэм хуиусар. А тхылъым щызэхэухуэнащ Мысырым щыпсэухэм я гъащIэм хэлъ гугъуехь псори.
ИужькIэ Абазэ Хьэзиз и Iэдакъэ къыщIэкIащ драматическэ тхыгъэ зыбжанэ. Абы и нэхъыбэр теухуащ ислъам тхыдэм ипэ къихуэ лъэхъэнэм. Ахэр «Аль-Абасэ» (1947), «ЛIыхъужь» (1950), «Шэджэрат ад-Дурр» (1951). «Андалусием и къухьэжыгъуэ» (1952), «Шахрийар» (1954), «Чырэм и нур» (1961), «Къейсэр» (1963) пьесэхэрщ. Иджырей къэхъукъащIэхэм теухуащ «Бжьыхьэ тхьэмпэхэр» (1957), «Захьрэ» (1968) жыхуиIэ пьесэхэр.
Абазэ Хьэзиз и тхыгъэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ, иджыри кIэлъоплъ хьэрып критикэр, ауэ усакIуэ-драматургым и IэдакъэщIэкIхэм ар зэреплъыр, занщIэу жытIэнщи, къуэлэнущ.
Литературэм традиционализмэм и лъабжьэр хуэзыгъэбыдэхэм ящыщу Аль-Аккад, Тахьэ Хъусейн, аль-Уэкиль сымэ ягъэзахуэ Абазэм и гупэр зэманым къыщIэнахэм нэхъ щыхуэгъэзам деж. Реалистическэ еплъыкIэм и телъхьэхэм ар мытэмэму къалъытэ. Абыхэм ящыщу аль-Алим, ан-Нэкъаш сымэ зэрагъэувымкIэ, Абазэм и усыгъэр буржуазие жьгъейм и философием ипщэкIэ кIуэркъым икIи зэрыщыту зэран хуохъу жылагъуэ зыужьыныгъэр IупщIу плъагъуным.
Баруди хуэдэу, Абазэ Хьэзизи и гъащIэр тхэн къудейркъым зытриухуар. Каир дэт университетым и юридическэ факультетыр къиуха нэужь, ар лэжьащ генеральнэ прокуратурэм и департаментым и унафэщIым и къуэдзэу.
30 гъэхэм Абазэр парламентым хагъэхьэ, ар Къэлюбие, Фаюм, Минья, Порт-Саид, Асьют вилайетхэм я тхьэмадэу щытащ. 1946 гъэм къулыкъу щIэныр IэщIыб ещI, литературэм и къару псомкIи зритын папщIэ.
Абазэ Хьэзиз Хьэрыпыбзэм и академием куэдрэ хэтащ. Мысырымрэ Сириемрэ я гъуазджэмрэ литературэмрэ я Хасэ ищхьэм деж усыгъэмкIэ щыIэ къудамэм и унафэщIт, къэралым ис усакIуэхэм я Ассамблеем и тхьэмадэт. Абы и ныбжьэгъуфIт Джэрнуси Хъалид. А тIум ассамблеем хэт адрей цIыху 27-ри я акъылэгъут, а псоми литературэр традиционализмэм хэкIыкIын хуейуэ къалъытэрт.
Мыбдеж Джэрнуси щхьэкIэ псалъитI-щы щыжыIапхъэщ. УсакIуэ хъуну щIалэ цIыкIур къыщалъхуащ адыгэ офицерым, Ахьмэд Араби и зэщIэхъееныгъэм лIыгъэ къыщызыгъэлъагъуэу хэтам, и унагъуэм.
Каир дэт университетыр къиуха нэужь, ар лэжьащ журналисту, курыт еджапIэм щригъэджащ. 1936 гъэм Мысыр радиом иригъэкIуэкIащ поэзием и зэхьэзэхуэ. Абы хэта цIыху 346-м ятекIуэри, Джэрнуси къихьауэ щытащ япэ саугъэтыр. «Гупсысэм и хуитыныгъэ» - арат ар цIэрыIуэ зыщIа усэм зэреджэр. Илъэс 19 дэкIа нэужь усэу диваниплI къыдэзыгъэкIа Джэрнуси Хъалид Каир ХьэрыпыбзэмкIэ и академием 1951 - 1952 гъэхэм усыгъэм теухуауэ иIа етIуанэ саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
И гугъу щIыпхъэщ нэгъуэщI зы усакIуэми - Исмэхьил Сабри (1854 - 1923), адыгэ мамлюкхэм я щIэблэм, Ахьмэд Шэукъий, Хъалил МутIран, Мустэфа Камил, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэм я ныбжьэгъуу щытам.
Академик И. Ю. Крачковскэм къызэрилъытэмкIэ, Сабри, Баруди хуэдэу, и тхыгъэхэм къыщигъэщIэрэщIэжащ пасэрей усыгъэр икIи Мысырым и усакIуэ нэхъ инхэм ящыщу къалъытэ.
Исмэхьил Сабри щхьэкIэ хьэрыпхэм «усакIуэхэм я щихъ» жаIэ. Абы и усыгъэм зэпещIэ традиционализмэмрэ романтизмымрэ. Сабри и творчествэр лъэхъэнитIу зэпауд. Япэ лъэхъэнэм курыт лIэщIыгъуэхэм я поэзие акъужькIэ бэуащ ар, етIуанэм къызэригъэпэщащ романтикэкIэ гъэнщIа лирикэ, уэрэд куэд, итхащ социальнэ Iуэхугъуэхэм ехьэлIа усэхэр.
Мы дунеижьым хабзэу къыщокIуэкI:
Гужьейм, дзыхьмыщIым гъащIэр дызокIуэкI.
Уи хэкур хамэм хэутэн ищIам,
Уи лъэпкъыр ещхькъэ бзэншэу бжьым щIэщIам.
Хьэзаб мыухщи, поткIукI гуIэ нэпс,
Имылъагъужу ди нэм дыгъэ нэпс.
ДыхэмыкIыжщи апхуэдэу бэлыхь,
Ди щыгум джатэр щхьэщагъэджэгухь.
ИтIани аркъым: тщIынщ зэтес дунейр,
ЩIэныгъэр, гуащIэдэкIыр хъум дыдей.
ЛIэщIыгъуэрыбжэу кIыфIыгъэм хэтар
Плъагъунщ, ныбжьэгъу, дыгъэпсым хэтшау.
ИтIанэ зауэм щIэбэг тепщэу хъуар
Iэпхлъэпх ищIынут ди къару бэгъуам, -
апхуэдэу щитхащ Исмэхьил Сабри «ГупсысапIэ» зыфIища и усэм.
Мысырым щыщ адыгэ къилъхуа усакIуэхэм ятеухуа ди хъыбарыр духынщ Айшэ Теймур (1840 - 1902) и IуэхущIафэмкIэ. Теймур унэцIэр зэрихьэу литератор цIэрыIуэ хъуахэм къахэкIа бзылъхугъэм и адэ Исмэхьил политическэ Iуэхузехьэт. Абы и пхъум щIэныгъэфI щригъэгъуэтащ и унагъуэм. Айшэ уэрсэру ищIэрт бзэ зыбжанэ, хьэрыпыбзэкIэ, къэжэрыбзэкIэ, тыркубзэкIэ усэ итхырт. Журналхэм, газетхэм куэдрэ къытехуэрт абы и хъыбархэри, нэгъуэщI тхыгъэхэри.
Теймурым и япэ диваныр Истамбыл къыщыдигъэкIащ. Прозэми усыгъэми абы нэхъ щищIасэр классическэ тхэкIэрт.
ХIХ лIэщIыгъуэм хьэрып гъащIэм щызекIуэу щыIа хабзэхэр къэплъытэмэ, усыгъэ уафэм къыдэшэсея вагъуэщIэр зэрыцIыхубзым псори къигъэуIэбжьырт, ар муслъымэн Iэдатымрэ къекIуэкI хабзэмрэ къызэпызыуду ягъэувырт, ауэ а псоми пэувыфащ адыгэ бзылъхугъэр икIи КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и цIыхубз псоми япэ журналхэм, газетхэм и тхыгъэхэр трыригъэдзэн щIидзащ. «ЦIыхубзыр. Абы и бэнэныгъэр, и гуащIэдэкIыр» зыфIища и тхылъым хьэрып еджагъэшхуэ Ахьмэд Тахьэ Ахьмэд къыщегъэлъагъуэ цIыхубз зэщIэхъееныгъэм япэу хуэхъуэпскIар Теймурыр арауэ. 1896 гъэм Айшэ къэуват муслъымэн цIыхубзхэр гъэрыпIэм къишауэ щхьэхуит щIын хуейуэ, Европэм щыщ адрей бзылъхугъэхэм нэхърэ ахэр щIэнэхъыкIэн щымыIэу. ИужькIэ абы хиша гъуэгум ирикIуахэщ нэгъуэщI хьэрып усакIуэ цIыхубзхэри. Къэбгъэлъагъуэмэ, апхуэдэхэщ Уардэ аль-Иазиджирэ Марьянэ Маррашрэ. Абыхэм я усэхэм, новеллэхэм щыщ куэди, публицистическэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри цIыхубз зэщIэхъееныгъэм и мызакъуэу, траухуэу щытащ социальнэ Iуэхугъуэ гуащIэхэм.
Айшэ Теймур и публицистикэр икъукIэ сэбэпышхуэ къыхуэхъуауэ щытащ Мейй (Мариам Зияд), хьэрып цIыхубз тхакIуэ цIэрыIуэм икIи иджырей КъуэкIыпIэм я цIыхубзхэу фIэлIыкI нэхъ ин дыдэ зиIэхэм ящыщым и творчествэр зэфIэувэным. 1925 гъэм тхыдэ-литературэ тхыгъэ щхьэхуэ абы хуитхауэ щытащ и адыгэ егъэджакIуэм.
Ди хъыбарым и къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэр тедухуащ адыгэ мамлюк ахъырзэманхэм къатепщIыкIыжа мысыр прозаикхэм. Абыхэм я цIэр хьэрып литературэм къуэпс быдэкIэ хэкIащ, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр ядж курыт еджапIэхэм щIэсхэми, студентхэми, къызэрыгуэкI тхылъеджэхэми.
Мысыр новеллэм и япэ вагъэбдзумэр къэзыхьауэ къалъытэр Мухьэмэд Теймурщ (1892 - 1921). Ар Ахьмэд Теймур-пэщэ филолог лъэрызехьэм, хьэрып классическэ литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ я къэхутакIуэм, пасэрей тхылъыжьхэмрэ Iэрытххэмрэ я зэхуэхьэсыжакIуэм и унагъуэм къыщалъхуащ. Я анэр пасэу щылIэм, Мухьэмэд щIалэ цIыкIуми абы и къуэшхэми я гъэсэныгъэр и пщэ дилъхьэжащ я адэ шыпхъу Айшэ Теймур.
ТхакIуэ хъуну щIалэ цIыкIур и сабиигъуэм щыщIэдзауэ литературэ Iуэхум хэша мэхъу, я унагъуэм исхэм литературэм пщIэуэ хуащIыр зэрыиным и фIыщIэкIэ. А псор, дауи, лъэужьыншэ хъуакъым Мухьэмэд и дуней еплъыкIэр щызэфIэувэм. Курыт щIэныгъэ абы щызригъэгъуэтащ европэ курыт еджапIэхэм ещхьу Каир дащIыхьам. А илъэсхэм белджылы къэхъуащ литературэмрэ гъуазджэмрэ абы лъагъуныгъэ зэрыхуиIэр. Апхуэдэ гукъыдэжыр сыт и лъэныкъуэкIи къыдаIыгъащ и адэмрэ Айшэ Теймуррэ. ИлъэсипщI щыхъум къыдыщIидзащ абы усэ тхын. Усыгъэм лъагъуныгъэу абы хуищIар зыкIи ужьыхакъым и гъащIэ мащIэр иухыху.
Абы къыдэкIуэу Мухьэмэд дихьэхырт гъуазджэм и нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэми. Псом хуэмыдэу фIыуэ илъагъурт театрыр. ЕджапIэм щыщIэс зэманым ар куэдрэ кIуэрт спектаклхэм, езым я унагъуэ театрым щыджэгурт, абы щагъэлъэгъуэну пьесэхэр итхырт. Мухьэмэд и къару щеплъыжащ публицистикэми. Абы къытрыригъэдзащ социальнэ-жылагъуэ икIи морально-этическэ къэхъукъащIэхэм ятеухуауэ тхыгъэ зыбжанэ.
Курыт щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, ар Париж макIуэ. ИлъэсищкIэ абы щедж европэ литературэр, щыгъуазэ зещI франджы щэнхабзэ гъащIэм, я хьэл-щэнхэм, хабзэхэм кIэлъоплъ. И нэгу щыщIэкIахэр, гукъинэж нэхъ щыхъуахэр Мухьэмэд щызэхуихьэсыжащ «Париж теухуа гукъэкIыжхэр» тхыгъэм.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Адыгэ мамлюк сулътIан Къанщауэ Гъур иригъэщIа мэжджыт. Каир къалэ
Шэукъи Ахьмэдрэ (сэмэгумкIэ щысщ) и ныбжьэгъу щIалэмрэ. 1930 гъэ
Шэукъи Ахьмэд. Мысыр пощт маркэ. 1938 гъэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "828.txt"
} |
Нур лIэужьыгъуэщIэ къэзыхута адыгэлI
Фигу къэдгъэкIыжынщи, блэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм, 80 гъэхэм я пэщIэдзэм Къумахуэ Мурадин къихутауэ, иужькIэ игъэунэхуауэ щытащ псынщIэ дыдэу зекIуэ электронхэр кристаллым хэбутIыпщхьэмэ, нур лIэужьыгъуэщIэ къызэрыунэхур. «Къумахуэм и эффект» зыфIаща дунейпсо щIэныгъэ унэтIыныгъэщIэм и къежьапIэ хъуари аращ.
Классическэ физикэм щыгъуазэ дызэрищIымкIэ, зэщIэузэда мэскъалым (заряженнэ частицэм) и псынщIагъыр щыщIэбгъэхуабжьэкIэ нэрымылъагъу нурыщIэ къыхэбзиикIыу щIедзэ.
Электроныр «езыхужьэ» Iэмэпсымэу физикхэм алъандэрэ къагъэсэбэпу щытар зи радиусыр метрищэ Iэджэ хъу синхротрон абрагъуэхэрат. Къумахуэм и къэхутэныгъэм и фIыгъэкIэ апхуэдэхэр уимыIэми хъунущ, псынщIэрыкIуэ электронхэр кристаллым хэбутIыпщхьэмэ.
Мурадин къызэрихутамкIэ, атом лэрыпсхэм (цепочкэхэм) къагъэщI пхрыкIыпIэм (каналым) мэскъал зэщIэузэдар щыкIуэцIрыкIкIэ, нур лIэужьыгъуэщIэ къыхэбзиикIыу щIедзэ. АтIэми, кристаллым къыщыхъур куэдкIэ нэхъ «жыIэдаIуэщ», синхротронхэм къагъэщIхэм нэхърэ.
- Кристаллым пхрылъэт электроным зэрызищIым нэгъуэщIынэкIэ еплъын щыщIэздзар доктор диссертацэр пхыгъэкIыным яужь сыщита 1975 гъэм и гъатхэпэ мазэрщ, - жиIэгъат Мурадин 1981 гъэм, «Литературная Россия» газетым щылажьэ, журналист цIэрыIуэ Евсеев Валерий и упщIэхэм жэуап щаритыжым. - А лъэхъэнэм сызыпэрыта лэжьыгъэр иужькIэ къызэхъулIа къэхутэныгъэхэм я пэублэщ. ИужькIэ нур лIэужьыгъуэщIэм ехьэлIауэ гу зылъыстахэм сэ езыр сыкъагъэуIэбжьыжат. Абы теухуауэ сыщыпсалъэкIи си лэжьэгъухэм я фIэщ сыхъуртэкъым. АрщхьэкIэ, а зэманым къыспкърыхьа гупсысэм, псэхупIэ къызимыту, зэпымыууэ сиIыгът. ИлъэситI дэзгъэкIри, си гукъэкIхэр къыздэлажьэхэм я пащхьэ зэхуэхьэсауэ аргуэру щызгъэлъэгъуащ.
Арати, Къумахуэм и лэжьыгъэр етIуанэу физик цIэрыIуэхэм я пащхьэ ирилъхьащ. Абы мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр япэу къызыгурыIуар Мурадин ущиякIуэу икIи узэщIакIуэу а зэманым иIа, доктор диссертацэр щыпхигъэкIым и оппоненту щыта, Ленин саугъэтыр зрата профессор Фирсов Олегщ.
Абы иужькIэ физик ныбжьыщIэм и Iуэхур даIыгъащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и вице-президент Велихов Евгений, МКъУ-м и ректор, академик Хохлов Рем сымэ, нэгъуэщIхэми. Куэд дэмыкIыу, щIэныгъэ журналхэм къытехуащ кристаллым пхагъэкI мэскъалхэм «къызыпхалыгъукI» нэрымылъагъу «бзийм» и гугъу щищIу езы Къумахуэм игъэхьэзыра тхыгъэри.
Мурадин иригъэкIуэкIа щIэныгъэ есэпым кърикIуахэр къыщапщытэжащ икIи тэмэму къыщалъытащ атом энергиемкIэ институтым, Курчатов Игорь и цIэр зезыхьэм. И къэхутэныгъэм теухуауэ къеупщIхэм абы яжриIэрт: «Iуэхум хэзыщIыкIхэм къагурыIуэн папщIэ, гугъу дыдэу щымыт формулэхэм дэщIыгъужын хуейр сатырищ къудейщ».
«Гугъу дыдэу щымыт формулэхэм дэщIыгъужын хуей сатырищым» къикIыр зэхагъэкIын папщIэ, совет, американ еджагъэшхуэхэм зэгъусэу илъэс ныкъуэм щIигъукIэ къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIауэ щытащ США-м и Стэнфорд къалэм дэт университетым щыIэ «SLACK» ускорителым. А лэжьыгъэшхуэм пэрытахэр щыхьэту къэуващ совет физикым теорие защIэкIэ къихута нур лIэужьыгъуэщIэр ипэжыпIэкIэ зэрыщыIэмкIэ.
ГъэщIэгъуэныракъэ, Мурадин теорие и лъэныкъуэкIэ къихута, джакIуэ зыхуэхъуа Iуэхум и пэжыпIэр зэхагъэкIыну хущIэкъу языныкъуэ щIэныгъэлIхэм лэжьыгъэ щхьэхуэхэр ирагъэкIуэкIыу щIадзат. АрщхьэкIэ, абыхэм псынщIэ дыдэу пэрыуэгъу яхуэхъуащ атомым и физикэр джыным куэд щIауэ дихьэх, академик Александров Анатолий зэхиша комиссэр. Абы хэтахэм къызэдалъытащ зи гугъу ящI нурым и къэхутакIуэу Къумахуэ Мурадин зэрыщытри, а Iуэхур нэгъуэщI щыхьэт зэрыхуэмыныкъуэжри.
XX лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм Мурадин иригъэкIуэкIауэ щытащ зихуэдэ щымыIэ нэгъуэщI зы лэжьыгъи. Абы къигупсысащ икIи зэхилъхьащ рентген-нейтрон нурыр къэзыгъэIурыщIэ Iэмэпсымэмрэ ар къэбгъэсэбэп зэрыхъуну Iэмалхэмрэ. «Къумахуэм и оптикэ» е «Къумахуэм и линзэ» зыхужаIэ Iэмэпсымэр къыщежьари абы щыгъуэщ.
1991 гъэм РСФСР-м и Правительствэм и УнафэкIэ Москва къыщызэIуахауэ щытащ дунейпсо статус зиIэ Рентген-оптикэ институтыр. Абы и унафэщIу ягъэувар Къумахуэ Мурадинщ.
А IуэхущIапIэм къыщагупсыса рентген-нейтрон оптикэмрэ технологиемрэ промышленностым и IэнатIэ куэдыкIейм нобэр къыздэсым къыщагъэсэбэп, къалэнышхуэхэр щагъэзащIэ. «Къумахуэм и оптикэ» Iэмэпсымэр нобэ къыщагъэIурыщIэ микроэлектроникэм, микромеханикэм, медицинэм, экологием, геологием, хьэрш къэхутэныгъэхэм пыщIа щIэныгъэм, металлургие, атом, щIыдагъэ, газ промышленностым, нэгъуэщIхэми. А институтым и лэжьакIуэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэу къагупсысахэм ящыщщ медицинэ техникэщIэу «Минискальпель» рентген Iэмэпсымэмрэ «Минискат» диагностикэ гаммэ-камерэмрэ. Ахэр къызэрежьэу Урысейм медицинэ радиологиемрэ биологиемкIэ и центр пашэу щым ехъулIэныгъэ яIэу щагъэунэхуауэ щытащ.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: УФ-м Узыншагъэр хъумэнымрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и радиологие центрым къыщагъэсэбэп гаммэ-камерэм, США-м и «Дженерал электроник» фирмэм щагъэхьэзырам, къежьагъащIэ узым «гу щылъитэр» абы и IэпапIэр миллиметри 5 - 6 хъуа иужькIэщ. Мурадин зи унафэщIу щыта институтым къигупсысам узыр зы миллиметррэ пщIанихрэ фIэкIа мыхъум къыщехутэф.
«Къумахуэм и эффект», «Къумахуэм и оптикэ» къэхутэныгъэ ин дыдэхэр зи IэдакъэщIэкIым и цIэр дуней псом щыIуащ, къэрал куэдым щыIэ щIэныгъэ академиехэм «ЩIыхь зиIэ и академик», абыхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм «ЩIыхь зиIэ и профессор» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и диплом, медаль зыбжанэ къратащ, илъэс 20-м щIигъукIэ «Radiation Effects and Defects in Solids» дунейпсо журналым и редактор къулыкъур зэрихьащ.
- Къумахуэ Мурадин еджагъэшхуэ къудей мыхъуу, къэхутакIуэ гъуэзэджэуи щытащ. Абы и зы дэтхэнэ къэхутэныгъэми (ар теорием пыщIами техникэм епхами) и гупсысэ нэхъыщхьэр зэ къэубыдыгъуэкIэ къыбгуригъэIуэфырт, уэ езым уигу къэкIам хуэдэу. Нэхъапэм щIэныгъэлI куэд щыIакъым езыхэм я гъащIэм къриубыдэу я IэдакъэщIэкIхэм дунейпсо мыхьэнэ яIэ хъуауэ. Къумахуэ Мурадин а нэхъ мащIэхэм хеубыдэ. Псалъэм папщIэ, щIэныгъэлIым и рентген линзэр техникэ гъэпсыкIэщIэм иту 1984 гъэм игъэлъэгъуауэ щытащ. Ар зэхэзыгъэувам ейуэ 1987 гъэм СССР-м къыщалъытащ, 1993 гъэм США-м и патент къратащ, - жеIэ Мэзкуу щылажьэ, патент зыхуэфащэхэр къегъэлъытэнымкIэ IэщIагъэлI цIэрыIуэ Полищук Евгений.
Къумахуэ Мурадин ядэлэжьауэ щытащ ион-электронхэр къэзыгъэсэбэп оптикэщIэр зыгъэунэхухэми. «Техникэм и физикэ» журналым («Журнал технической физики») 2013 гъэм и мэкъуауэгъуэ, щэкIуэгъуэ къыдэкIыгъуэхэм къытрыригъэдзауэ щыта и тхыгъэхэм абы къыщигъэлъэгъуащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа IэмэпсымэщIэм и ухуэкIэр и лъабжьэу термоядернэ синтезыр узыхуей лъэныкъуэмкIэ епIуэнтIэкI зэрыхъуну щIыкIэм и Iэмалхэри.
ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "829.txt"
} |
Нобэ
Академик Сахаров Андрей и фэеплъ махуэщ. Совет физик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, Нобель саугъэтым и лауреат Сахаров Андрей 1989 гъэм дунейм ехыжащ.
1542 гъэм Шотландие пащтыхьыгъуэм и унафэщIу ягъэуващ Стюарт Марие. Абы и гъащIэр гъэщIэгъуэныщэу къызэрекIуэкIар зыфIэтелъыджэу щытар и лъэхъэнэгъухэм я закъуэкъым. Ноби абы теухуа тхылъхэр къыдокI, фильмхэр трах.
1695 гъэм къэралым и пащтыхь Пётр Езанэм къыхилъхьэри, адыгэпщ Черкасский Михаил Алигъуокъуэ и къуэр Урысейм и генералиссимусу хахат.
1799 гъэм дунейм ехыжащ США-м и япэ президенту щыта Вашингтон Джон.
1825 гъэм Санкт-Петербург и Сенат утыкум деж къыщызэрыIэтащ къэралым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щегъэкIуэкIын хуейуэ къэзыгъэувхэр. Ахэр цIыху минищым щIигъурт. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэр къэрал унафэр пащтыхьым къыIэщIэхынымрэ пщылIыгъэр гъэкIуэдынымрэт.
1844 гъэм Порт-Петровск къалэм (иджырей Мэхъэчкъалэм) и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
1893 гъэм Москва и Ут плъыжьым Сату щIыпIэ сатырхэр къыщызэIуахауэ щытащ. Иджыпсту ар ГУМ тыкуэнышхуэрщ.
1911 гъэм Норвегием щыщ къэхутакIуэ Амундсен Руаль япэу Ипщэ полюсым нэсащ.
1939 гъэм СССР-р Лъэпкъхэм я лигэм къыхагъэкIыжащ, Финляндием зэрезауэмкIэ ягъэкъуаншэри.
1943 гъэм ВКП (б)-м и ЦК-м и унафэкIэ къащтащ СССР-м и Къэрал гимныр.
1947 гъэм СССР-м и Министрхэм я Советымрэ ВКП (б)-м и ЦК-мрэ къыдагъэкIащ «Ахъшэ реформэ егъэкIуэкIынымрэ ерыскъы, промышленнэ хьэпшыпхэр къызэращэху карточкэхэр къэмыгъэсэбэпыжынымрэ я IуэхукIэ» унафэр.
1955 гъэм ООН-м хагъэхьащ Австрие, Албание, Болгарие, Мэжэр, Иордание, Ирландие, Испание, Италие, Камбоджэ, Лаос, Ливие, Непал, Португалие, Румыние, Финляндие, Шри-Ланка къэралхэр.
1975 гъэм Камбоджэ къэралым зэреджэр Кампучие жиIэу зэрахъуэкIащ.
Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр щIэныгъэм тету джыным япэу зезыпщытахэм ящыщ, адыгэбзэм, абхъазыбзэм, шэшэныбзэм я алфавитхэр зэхэзылъхьа Услар Пётр къызэралъхурэ илъэс 202-рэ ирокъу.
Совет физик, академик, лазерыр къэгъэсэбэпыным теухуа и къэхутэныгъэхэм папщIэ Нобель и саугъэтыр зрата Басов Николай къызэралъхурэ илъэс 96-рэ ирокъу.
Индием щыщ актёр цIэрыIуэ, режиссёр, зи сценарийрэ зи мылъкукIэ фильм куэд траха Капур Радж къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.
Дирижёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бекъул Леонид къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 6 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Абрэмывэрэ пэт зы пIэм илъкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "83.txt"
} |
Лъэужь дахэ
«Хуабжьу зыхэтщIащ СССР-мрэ УФ-мрэ я еджагъэшхуэ щэджащэ, къызэгъэпэщакIуэ гъуэзэджэ, езыр зэрыгушхуэу щыта и лъахэ дахащэм, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм я къуэ пэж Къумахуэ Мурадин игъуэ нэмысу дунейм зэрехыжар.
Абы физикэм и щэхухэм сыхьэт бжыгъэкIэ я гугъу ищIыфынут, нэхъ дызыхэмызагъэхэр бзэ тыншкIэ къыдгуригъэIуэфынут, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэри гулъытэншэу къигъэнэнутэкъым.
Абы мурад инхэр сыт щыгъуи и куэдт, зэманым къигъэщI политикэ зэхъуэкIыныгъэхэм зыдримыгъэхьэхыу, езым къызэщIиIэта лэжьыгъэшхуэм пэрытт, лъэпкъ зэхэгъэж зымыщIт. Мурадин гуапэу ягу къинащ хуэзэу, Iуэху дэзыIыгъыу, и ныбжьэгъуу, и Iыхьлыуэ, и лэжьэгъуу щыта псоми. Физикэ щIэныгъэм и мызакъуэу, абы егъэщIылIа нэгъуэщI къудамэхэми лъэужь дахэ къыхэзына цIыхум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэри езыр къызыхэкIа лъэпкъри иригушхуэ хъунущ.
АВАКЯН Роберт, Армением ЩIэныгъэхэмкIэ и лъэпкъ академием хэт.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "830.txt"
} |
Зихуэдэ щымыIэ абы и къэхутэныгъэхэр
Къумахуэ Мурадин лэжьыгъэр хьэлэлу икIи гупсысэ хэлъу езыхьэкI дэтхэнэми дэIэпыкъурт, зыпэрыт IэнатIэм гуащIэ нэхъыбэ хэзылъхьэхэр игъэпажэрт, гуапагъэр и нэгум къищу, тыгъэ цIыкIухэр щIыгъуу лэжьакIуэ къызэрыгуэкIым деж щIыхьэнти, къыщалъхуа и махуэмкIэ ехъуэхъунт, нэгузыужь зэхыхьэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэригъэпэщырт.
Къумахуэр апхуэдизкIэ фIыуэ къалъагъурти, конструктор IэнатIэм щылажьэхэр гуфIэгъуэ Iэнэ щыпэрытIысхьэкIэ хъуахъуэрт: «Ди Мурадин Тхьэшхуэм тхуигъэузыншэ! Ахъшэ и куэдуи сыт щыгъуи щрет!» - жаIэрти. А псалъэхэм фэрыщIыгъэ лъэпкъ зэрыхэмылъым зыми шэч къытрихьэртэкъым, ахэр апхуэдизу гум ехуэбылIэрти…
Мурадин иригушхуэрт щIэныгъэ лэжьыгъэм щиIа и ехъулIэныгъэхэм я нэхъыбапIэр совет лъэхъэнэм зэрырихьэлIам икIи езыр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджы щымыIэж совет школым и физикхэм зэращыщым. Хуабжьу гущIыхьэ тщохъу зихуэдэ щымыIэ абы и къэхутэныгъэхэм УрысеищIэм хуэфащэ гулъытэ зэрыщамыгъуэтар. Ахэр щIэгъэкъуэныфI хъунут ЩIы хъурейм тет, технологие лъагэ зиIэ къэралхэм дахыхьэнымкIэ.
ЩIэныгъэлIхэу Къумахуэхэ Мурадин, Башир, Iэдил. Мэзкуу и Iэгъуэблагъэ. 2002 гъэ
Мурадин къыбгъэдэтщ и къэхутэныгъэхэр пхыгъэкIынымкIэ къыдэIэпыкъуу щыта шейх Джамил. 2008 гъэ
Мурадин, Курчатовым и цIэр зезыхьэ центрым и унафэщI Велихов Евгенийрэ езым и лэжьэгъухэмрэ и гъусэу. 1989 гъэ
ОЗЕРОВ Виктор, Рентген оптикэмкIэ институтым и конструктор къудамэм и унафэщI.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "831.txt"
} |
«Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм щызыгъэджэгуахэр
Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыхэта 2006 - 2012 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэр ягъэсащ Красножан Юрэ, Ещтрэч Владимир, Ташуев Сергей, Шыпш Тимур сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми хузэфIэкIам теухуащ нобэрей ди тхыгъэр.
Гуп нэхъыщхьэм
дыхэзыша Красножан
Ди «Спартак»-м и тренер нэхъыщхьэу иужь илъэсхэм лэжьа Ешыгу Сэфарбий 2004 гъэм и пэщIэдзэм премьер-лигэм щыджэгу Краснодар и «Кубань»-м ирагъэблэгъащ. Ар зэрызэрахъуэкIын псынщIэу къалъыхъуэн хуейт икIи ди командэр и IэмыщIэ иралъхьащ Красножан Юрэ.
Куэдым къащыхъуащ ар Iэмалыншагъэм къыхэкIауэ икIи тренер цIэрыIуэ къызэрагъуэту яхъуэжыну. Дублёрхэм я тренерыр командэ нэхъыщхьэм и унафэщIу щагъэувам куэдым я фIэщ хъуртэкъым «Спартак»-р япэ дивизионым къыхэнэфыну. АрщхьэкIэ, налшыкдэсхэм а гъэм лъэщу джэгун ирагъэжьащ икIи зэхьэзэхуэм и япэ къекIуэкIыгъуэр пашэхэм яхэту яухащ. ГурыIуэгъуэт Красножан тренер хъарзынэ къызэрыхэкIар икIи зэман кIэщIым къриубыдэу гуп зэкъуэт зэрызэригъэпэщар. А илъэс дыдэм Футболым и лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр центрым и Аттестационнэ комиссэм абы къыхуигъэфащащ «А» категорие зиIэ IэщIагъэлI» цIэр.
Красножан зи тренер нэхъыщхьэу ягъэува футбол командэм къыпхуэмыцIыхужыну зихъуэжат. Уеблэмэ, куэдым я пщIыхьэпIэ къыхэмыхуауэ, япэ дивизионым щынэхъыфIхэм яхыхьащ. ИкIи къыкIэлъыкIуэ 2005 гъэм, мылъку и лъэныкъуэкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ зыбгъэдэмылъ ди «Спартак»-м, зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьри, зэи къэмыхъуауэ, къэралым футболымкIэ и премьер-лигэм кIуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт тхыдэм дыщэпскIэ иратхэну Iуэхугъуэт ар! Дауи, ар зэи къэхъунутэкъым а лъэхъэнэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту ягъэува Къанокъуэ Арсен и щхьэзакъуэ мылъкукIэ закъыщIимыгъэкъуамэ.
Зэи гуп нэхъыфIым щымыджэгуа налшыкдэсхэр абы щымыгувэну IэщIагъэлIхэм трагъэчыныхьырт. Къалъытэрт ди «Спартак»-р адрейхэм мылъкукIэ зэрапэмыхъур, тренерымрэ абы щыджэгухэмрэ премьер-лигэр зищIысыр зэрамыщIэр. АрщхьэкIэ, аргуэрыжьти, Красножанрэ абы и командэмрэ псори зрагъэплъыжащ. Япэ зэIущIэм къыщыщIэдзауэ ахэр зыми къыпимыкIуэта къудейкъым, атIэ зэхьэзэхуэм икухэм ирихьэлIэу пашэныгъэр яубыдащ, Мэзкуу, Санкт-Петербург, Самарэ, Къэзан я гуп лъэщхэр къызэранэкIри. Пэжщ, абы щыгъуэм я къарур и кIэм нэс яхурикъуакъым икIи зэпеуэр ебгъуанэ увыпIэм щыту яухащ.
Премьер-лигэм зэрыщыджэгуа япэ илъэсым Красножан Юрэ и командэр нэхъ зызыужьхэм ящыщу къалъытащ. Пэж дыдэу, къэралым и командэ нэхъыфIхэм хуэфэщэну япэщIэта, турнир таблицэм ебгъуанэ увыпIэр щызыIыгъыу гъэ джэгугъуэр зыуха «Спартак-Налшыкми» и тренерми фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэт. 2006 гъэ джэгугъуэм кърикIуахэм теухуауэ Total-football интернет-газетым иригъэкIуэкIа щIэупщIэныгъэхэм япкъ иткIэ Красножан Юрэ «къызэIуаха тренер» цIэр къыфIащащ.
«Спартак-Налшыкым» и тренеру зэрылажьэ илъэсхэм республикэм и мызакъуэу, къэрал псом Красножан цIэрыIуэ щищIащ футболист куэд. Абыхэм яхэтщ адыгэ щIалэщIэхэу Нэхущ Руслан, Мэшыкъуэ Аслъэн, Битокъу Тимур, ДзыхьмыщI Марат, Къэжэр Назир, Джатэрывэ Къазбэч. Къэбэрдей-Балъкъэр футболым и вагъуэ къызэщIэнахэм ящыщщ Гъуэщокъуэ Арсен, ДыщэкI Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
Ди командэм къыдэщIхэм пщIэшхуэ къыхуащIырт икIи фIыуэ ялъагъурт тренер гъуэзэджэ Красножан Юрэ. Абы и зэпIэзэрытыныгъэр, Iэзагъыр, зэфIэкIыр «Спартак-Налшыкым» и текIуэныгъэщIэхэм я лъабжьэт. 2010 гъэр налшыкдэсхэм яухат еханэ увыпIэр яIыгъыу икIи европей кубокхэм яхыхьэным зы лъэбакъуэ фIэкIа ямыIэжу. АрщхьэкIэ… Красножан ди командэр ибгынащ, мылъкукIи зэфIэкIкIи Iэмал нэхъыбэ зиIэ Мэзкуу и «Локомотив»-м ирагъэблэгъати. Абдежым къыщыщIидзащ езы тренер цIэрыIуэми къэралым и гуп нэхъыщхьэм хиша «Спартак-Налшыкми» я ужьыхыжыныгъэм.
Ещтрэчым и къэгъэзэжыныгъэ
2010 гъэм и кIэухым, Ещтрэч Владимир «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэу щагъэувам, шэч хэмылъу, куэдым я гуапэ хъуащ. Ар икIи гурыIуэгъуэт - псоми ящIэжырт ар къэралым и футболист, тренер нэхъ Iэзэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытар, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм зэрыщыджэгуар, ар зэригъэсар.
Ещтрэчым и япэ лъэбакъуэхэми гугъэфIхэр уагъэщIырт. Абы Налшык къришэлIэжащ зи зэфIэкI инхэр хамэ щIыпIэхэм хэIущIыIу щыхъуахэу Хьэпэ Зауррэ Биджий Хьэсэнбийрэ. Ущыгугъ хъунут а щIалищым ди командэм къищта лъагапIэр яIыгъыфыну. Сыти жыIи, «Спартак-Налшыкыр» япэ дыдэу премьер-лигэм нэгъабэ еханэ щыхъуауэ арат икIи абы куэд къигъэбырсеят.
Абы щыгъуэми нэрылъагъут ди командэм къыпэщылъ гъэр зэрымытыншынур. Япэрауэ, илъэс зыбжанэкIэ абы и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ зэрытекIар зыхамыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абы и Iэзагъым и гугъу тщIыххэнкъыми, гупыр нэгъуэщI зыгъэсэкIэм, Iуэху бгъэдыхьэкIэм есэн хуейт - ар сыт щыгъуэми хьэлъэщ. ЕтIуанэрауэ, Красножан щыIукIым лъабжьэ быдэ къигъэнакъым. Илъэс къэс щIэрыщIэу зэхагъэувэж «Спартак-Налшыкым» а щIэиныр къыхузэнэкIакъым. Арати, ди командэм хэкIыжащ абы и джэгукIэр зэтезыухуэ гупышхуэ.
Аргуэрыжьти, псори щIэуэ къыщIэдзэжын хуей хъуат. Абы хуэмыхьэзырыщэу къыщIэкIащ «Спартак-Налшыкым» и тренерыщIэхэри къыхыхьахэри. Уеблэмэ «Спартак» стадион къудейр ар зи пщэ илъхэм пэщIэдзэ зэIущIэм ирихьэлIэу зыхуей хуагъэзакъым икIи Самарэ и «Крылья Советов»-р Грознэ къалэм къыщрагъэблэгъащ. Абы и кIэух дакъикъэхэм Портнягиным къилэжьу Леандру дигъэкIа пенальтим и фIыгъэкIэ ди командэм текIуэныгъэкIэ зэхьэзэхуэм къыщIидзат.
АрщхьэкIэ а зыращ Ещтрэчым дызэригъэгуфIэфар. Абы и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкым» иджыри иригъэкIуэкIа зэIущIэ 12-м ди щIалэхэр афIэкIа зэи щытекIуэфакъым икIи турнир таблицэм и кIэух увыпIэм, дауи, къыщыхутащ. Нэрылъагъут Ещтрэч Владимир ди командэр щытыкIэ гугъум къызэрыримышыфынур икIи ар хъуэжын зэрыхуейр.
Ташуевым хузэфIэмыкIахэр
2011 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 18-м «Спартак-Налшыкым» ЦСКА-р къригъэблэгъащ, махуищ ипэкIэ къыхуагъэкIуа тренер нэхъыщхьэ Ташуев Сергей и унафэм щIэту. Ар нэхъапэм зэи премьер-лигэм щылэжьатэкъым, ауэ Красножан Юрэ къахуигъэлъагъуэри, къаригъэщтат.
Дауи, махуитI-щым командэм и джэгукIэм хэплъхьэфын щыIэкъым. ХузэфIэкIакъым ар Ташуевми. Абы щыгъуэми нэрылъагъут гупым «псэщIэ» къызэрыхыхьар, я Iэзагъыр иримыкъуми, ерыщагъкIэ зэрыныкъуакъуэр. АрщхьэкIэ, апхуэдэу зэрекIуэкIар зэман кIэщIкIэщ. АдэкIэ зэфIэкI къэгъэлъэгъуэн хуейти, ар ябгъэдэмылъу къыщIэкIащ а лъэхъэнэм «Спартак-Налшыкым» щыджэгуахэм.
Псом хуэмыдэу гутехуэгъуейр ди командэр и стадионым зэрыщытемыкIуэфырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэр абы илъэсрэ зы махуэкIэ пэплъэн хуей хъуащ икIи Урысей-Федерацэм и премьер-лигэм и япэ Iыхьэр щиух щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 6-ращ къыдэщIхэр щагъэгуфIэфар. Дауи, апщIондэхукIэ стадионым екIуалIэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу кIэрыхуащ икIи мин зыщыплIым щIимыгъуж хъуащ.
Арати, зэхьэзэхуэм и япэ Iыхьэр «Спартак-Налшыкым» епщыкIутхуанэ увыпIэм щыту иухащ. Ди яужь къинар, зи Iуэхухэр прокуратурэм иIыгъ икIи зэпеуэр и кIэм нигъэсыфынкIэ фIэщщIыгъуей «Томь»-м и закъуэт. Насып яIэти, адрей гъэхэм хуэдэу, зэхьэзэхуэр абдежым щиухакъым, армыхъуамэ, гуп нэхъыфIыр ябгынат. Иджыри Iэмал къахуэнат адэкIи бэнэныгъэм хэтыну.
Ташуев Сергей и унафэм щIэту «Спартак-Налшыкым» 2010 гъэм зэIущIэ 19 иригъэкIуэкIати, очко 57-м ящыщу 18-рат зыIэригъэхьар. Ар куэду пхужыIэнутэкъым. Псом хуэмыдэу, абыхэм я Iыхьэ щанэр иужьрей джэгугъуищым зэрыхуэзэр къэплъытэмэ.
Мис а Iуэхугъуэм гуитIщхьитI дищIат: «Ярэби, иджы джэгукIэфIыр зэтеувауэ пIэрэ? Армырауэ, тренерымрэ футболистхэмрэ контрактыщIэхэм щIэбэнауэ къыщIэкIмэ-щэ?» Дэ тщIэрт Ташуев Сергей игъэджэгуа футболист зыбжанэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм я пIалъэр дыгъэгъазэм (декабрым) и пэщIэдзэм зэриухар. Абыхэм къыпрагъэщэну щIэхъуэпсу зыкъызэкъуахауэ армырауэ пIэрэт?
Хьэкъыр зыт - «Спартак-Налшыкым» адэкIэ щыуэну Iэмал иIэжтэкъым. Зэпеуэр иухыным къэнэжар 2012 гъэм и пэщIэдзэм щыIэну джэгугъуэ 12-рат. Ахэрат зэлъытар Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым адэкIэ и натIэ хъунур. Абы щыгъуэми, ди командэр премьер-лигэм зэрыхэта илъэсихым къриубыдэу мы щIыпIэм къыщалъхуа, щагъэса куэдым «Спартак-Налшыкым» гъуэгу щагъуэтатэкъым. 2011 гъэм и кIэухым абы щыджэгужар Гъуэщокъуэ Арсен и закъуэт.
2012 гъэм и пэщIэдзэм щыIа зэIущIихри фIахьа иужькIэщ Ташуевыр щытрагъэкIар. А шэшэн щIалэм лъэкI къигъэнакъым ди командэр кIуэцIригъэхун папщIэ.
Шыпшыр кIасэIуэу трагъэуват
Шыпшыр тренер нэхъыщхьэу щагъэувам ирихьэлIэу налшыкдэсхэр зэкIэлъхьэужьу 6 къыхагъэщIат икIи турнир таблицэм и иужь дыдэ увыпIэм къыщыхутат, нэхъ япэгъунэгъу я хьэрхуэрэгъум очкоипщIкIэ къыкIэрыхуу. Нэрылъагъут къэнэжа джэгугъуихым «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхамынэнур. АдэкIэ зытелэжьэн хуейр гъэ къакIуэм абы зыгъэзэжыфын гуп зэкъуэт къызэгъэпэщынырт. Апхуэдэ къалэн хьэлъэр пщэрылъ щащIат къэралым и гуп нэхъыщхьэм хэта ди командэм и тренер нэхъыщхьэ псоми иджыри къэс «тренер нэхъыжь» цIэр зэрихьэу я дэIэпыкъуэгъуу щыта, илъэс пщыкIущкIэ ди командэм щыджэгуа Шыпш Тимур.
ГъэхутапIэ нэс абы хуэхъуащ 2012 гъэм и мэлыжьыхь (апрель) мазэр. Егъэлеяуэ щытыкIэ гугъум ихуа «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къызэрыхэмынэнур гурыIуэгъуэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым гуп зэкъуэт иIэн хуейт, къэралпсо утыкум ди пщIэр щиIэту, ди щIыпIэм къыщалъхуа щIалэхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну Iэмал щаIэу. Арат зэрыщыгугъыр Шыпш Тимур зи тренер нэхъыщхьэу ягъэува «Спартак-Налшыкым». АбыкIэ щIэдзапIэ хъун хуейт мэлыжьыхьым и 15-м Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIыну зэIущIэр. Премьер-лигэм щыIэ зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ, ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнут Новгород Ищхъэрэ и «Волга»-р.
Шыпш Тимур зи тренер нэхъыщхьэ хъуа «Спартак-Налшыкыр» а махуэм къыпхуэцIыхужынтэкъым. Ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи щагъэса щIалэ зыбжанэ зэуэ абы зыхигъэхьа гупым дамэ къатекIам хуэдэт икIи щхьэкъэIэтыпIэ ирамыту я хьэрхуэрэгъухэр 3:0-у хагъэщIащ.
Налшыкдэсхэм я гугъэхэр къэщIэрэщIэжат. АрщхьэкIэ, бетэмал, кIасэIуэ хъуат. КъыкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуитхум зэ фIэкIа къыщыхамыгъэщIами, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къыхагъэкIащ - абы хуригъэкъужакъым зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм ягъэкIуэдауэ иджы апхуэдизу зыхуэныкъуэ очко бжыгъэр.
Апхуэдэу щыт пэтми, Урысей Федерацэм и командэ нэхъ лъэщхэм япэщIэту иужьрей зэIущIэхэм щыпсыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболым и къэкIуэнур куэдкIэ зэпха щIалэщIэхэу, къэралым и гуп лъэщхэм итIанэ ирагъэблэгъахэу Абазэ Руслан, Балэ Рустам, Болэ Руслан, Гъуэщокъуэ Арсен сымэ. ИужькIэ абыхэм яхыхьащ Щауей Алихъанрэ Мырзэ Резуанрэ. Ди щIыпIэм къыщыхъуа нэгъуэщI щIалэхэри Iэмал щагъуэтынум пэплъэрт.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "832.txt"
} |
Гупыр къызэщIэзыгъэуIуэф икIи тезыгъэгушхуэф
Дызэрыт лIэщIыгъуэр къызэрихьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и футбол командэ нэхъыщхьэм быдэу пыщIауэ къокIуэкI абы и гъуащхьэхъумэныкъуэу илъэс куэдкIэ джэгуа, иджы «Спартак-Налшыкым» и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ адыгэ къуажэжьым 1984 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м къыщалъхуа Мэшыкъуэ Аслъэн и унагъуэм дэщIыгъуу мыгувэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къэIэпхъуащ икIи щысабий дыдэм къыщыщIэдзауэ спортым зыхуигъэсэну Iэмал гъуэзэджэ игъуэтащ. Дэтхэнэ зы щIалэ цIыкIуми хуэдэу, нэхъ дэзыхьэхар топ джэгунрати, Налшык и Сабий стадионым щIэх-щIэхыурэ къыщыщIидз хъуащ. Абы щылажьэрт тренер гъуэзэджэ Лобжанидзе Гие. Аращ зи фIыгъэр ди щIалэщIэ зыбжанэм топджэгу иным лъэужь дахэ къызэрыщагъэнар.
Мэшыкъуэ Аслъэн зыхэхуа гупым къыдыхэтт иужькIэ къэралым и щIалэгъуалэ командэм куэдрэ щыджэгуа, Урысей Федерацэм и премьер-лигэм и гъуащхьэхъумэныкъуэ нэхъыфIхэм ящыщ зы хъуа Нэхущ Руслан. Абыхэм я зэныбжьэгъугъэр кIыхьу къыщIэкIащ икIи нобэр къыздэсым дэнэ щIыпIэ щыIэми зэрощIэ, унагъуэкIэ зэкIэлъокIуэ.
Сабий ныбжьым икIа иужькIэ, Мэшыкъуэ Аслъэн къэралым футболымкIэ и япэ дивизионым щыджэгу Налшык и «Спартак»-м и щIалэгъуалэ гупым 2000 гъэм ирагъэблэгъащ. Мыгувэу абырэ Нэхущ Русланрэ я зэфIэкIыр зэрылъагэр наIуэ хъуащ икIи командэ нэхъыщхьэм хагъэхьащ.
Мэшыкъуэр ящыщщ япэ дивизионым къыщыщIэдзауэ Налшык и «Спартак»-р премьер-лигэм нэзыгъэсахэм, апхуэдэ щIыкIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэм я дэрэжэгъуэр къэзыIэтахэм. Абы зэи щыгъупщэнукъым 2006 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 18-р. Ар езыр хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм хыхьа Iуэхугъуэ телъыджэм - къэралым футболымкIэ и лигэ нэхъыщхьэм зэи къэмыхъуауэ ди республикэм и командэм джэгун зэрыщригъэжьам. Шэч зыми къытрихьэртэкъым а махуэм Налшык и «Спартак» стадионым IэпэдэIупIэ зэримыIэнум. ИкIи ар гурыIуэгъуэт - куэд щIэхъуэпсырт иужькIэ щIэблэр зытепсэлъыхьыжыну Iуэхугъуэр я нэкIэ зрагъэлъагъуну. Абыхэм куэду яхэтт Мэшыкъуэ Аслъэн и Iыхьлыхэр, благъэхэр, ныбжьэгъухэр, гъунэгъухэр.
Пэжщ, япэ зэIущIэхэм зэпеуэ гуащIэм икIи мыцIыхум и мафIэ лыгъейм ар хадзакъым, зэрыщIалэ дыдэр къалъытэри. Аслъэн япэщIыкIэ зыхищIэн хуейт къэралым и премьер-лигэм щекIуэкI бэныныгъэм и гуащIагъыр. Нэхъ иужьыIуэкIэщ ар щапэщIэувар Урысей Федерацэм къищынэмыщIауэ нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къикIа футболист цIэрыIуэхэу Кержаков Александр, Аршавин Андрей, Лав Вагнер сымэ, адрейхэми. Адыгэ щIалэр абыхэм къазэрыпикIуэт щыIэтэкъым. Щыхьэту урикъунщ хуэм дыдэурэ Налшык и «Спартак»-м и гуп нэхъыщхьэм ирашэлIа Мэшыкъуэр хэмыту иужькIэ ар къызыщыгъэхъугъуей зэрыхъуар.
Сэрмакъ къыщалъхуауэ Кэнжэ псэупIэ иужькIэ зыхуэхъуа щIалэщIэм и Iэзагъым зэрыхигъахъуэри нэрылъагъут. ЩыхыхьагъащIэ илъэсым Налшык и «Спартак»-м премьер-лигэм щригъэкIуэкIа зэIущIэ 30-м ящыщу 14-м ар хэтамэ (нэхъыбэм зэман кIэщIкIэ), къыкIэлъыкIуэ гъэм а бжыгъэр хуэдитIым нэблагъэкIэ игъэбэгъуащ икIи 27-м нигъэсащ. Псом ящхьэращи, зыхэт гупым дзыхь къыщыхуащI икIи капитану щытыну къыщыхуагъэфащэ щыIащ. Ар дэтхэнэ зы футболистым и дежкIи щIыхьышхуэщ.
- Мэшыкъуэр пашэу щытыну къалъхуам хуэдэщ, - жиIат абы щхьэкIэ «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ. - Аслъэн гупыр къызэщIегъэуIуэф икIи трегъэгушхуэф.
Апхуэдэ псалъэ гуапэхэр уи ныбжьыр илъэс 23-рэ фIэкIа мыхъуауэ къэблэжьыну тынштэкъым.
2007 гъэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэм щIидзэн ипэкIэ футболист нэхъыфI 13 «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ. Абыхэм ящыщу 11-р сыт щыгъуи ди командэм и тегъэщIэнхэт. Гъэмахуэм абыхэм иджыри цIыхуи 8 яхыхьэжащ.
«Спартак-Налшыкыр» профессионал футбол клубу зэфIэувэ къудейуэ арат. Абы къыхэкIыу щыщIэныгъэхэри и мащIэтэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, ар гъуэгу захуэм теуват. Щыхьэту урикъунт 2007 гъэми ар премьер-лигэм зэрыщрамыгъэкIуэтыфар икIи, гугъуехь куэд пылъами, гуп нэхъыщхьэм къызэрыхэнар.
Псом ящхьэрати, ди щIыпIэм къыщалъхуа, топджэгум зыщезыгъэса щIалэщIэхэр лъэ быдэкIэ утыку къихьэ хъуат. Мэшыкъуэ Аслъэн, ДзыхьмыщI Марат, Узденов Роман сымэ премьер-лигэм зыкъыщызэкъуахат. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» къыхыхьат Къэжэр Назири.
2007 гъэм бадзэуэгъуэм (июлым) и 22-м зэи щымыIа Iуэхугъуэ Налшык и «Спартак» стадионым къыщыхъуащ. Краснодар къикIа «Кубань»-р лIэн-къэнэну ди щIалэхэм къапэуват икIи икIуэтыну хуейтэкъым. Бжыгъэр къызэIуамыхауэ зэIущIэр и кIэм нэблагъэрт. Апхуэдэу щыхъум, адыгэ щIалэхэм зыкъызэкъуахащ икIи, Мэшыкъуэ Аслъэн Iэзэу топыр къызэрыритар къигъэсэбэпри, ДзыхьмыщI Марат къыхэжаныкIащ. А топ закъуэр ирикъуащ текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэн папщIэ. АрщхьэкIэ псом ящхьэр икIи нэхъ лъапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту ди лъэпкъэгъу щIалэхэм япэ дыдэу премьер-лигэм топ зэрыщыдагъэкIарат. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ДзыхьмыщIымрэ Мэшыкъуэмрэ ди республикэм и футболым и тхыдэ къулейм хыхьащ.
Езы Аслъэн премьер-лигэм япэу къыщыхэжаныкIар нэхъ иужьыIуэкIэщ (абы и къалэныр зыхъумэжыныгъэм нэхъ хуэгъэпсат). 2008 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ зэIущIэм, гъатхэпэм (мартым) и 14-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэхэтам, «Спартак-Налшыкым» къыщригъэблэгъат ди лъахэгъу Нэхущ Руслан зи пашэ Раменскэм и «Сатурн»-р. ДжэгупIэ губгъуэм я зэныбжьэгъугъэр лъэныкъуэ щрагъэзри, Мэшыкъуэмрэ Нэхущымрэ я гупхэр ерыщу щызэпэщIэтащ. Ди щIалэхэр абы 2:1-уэ щытекIуащ икIи ехъулIэныгъэр къахуэзыхьар Аслъэн дигъэкIа топращ. Премьер-лигэм япэу къызэрыщыхэжаныкIам адрейхэри къыкIэлъыкIуащ. Псом хуэмыдэу гукъинэжщ Санкт-Петербург и «Зенит»-м худигъэкIа топыр.
ПщIэрэ щхьэрэ иIэу Мэшыкъуэ Аслъэн илъэсищкIэ зэкIэлъхьэужьу ди республикэм и щIыхьыр къэралпсо утыкум щихъумащ. АдэкIэ «Спартак-Налшыкым» къыщыхъуахэр гутехуэгъуейщ. Зым адрейр кIэлъыкIуэу абы хагъэкIыж хъуащ ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи къыщыхъуа щIалэщIэхэр. НэхъапэIуэу ар зи натIэ хъуа Битокъу Тимур, Балэ Рустам, Къэжэр Назир, Шэрий Астемыр сымэ 2009 гъэм кIэщIу яужь ирагъэуващ ДыщэкI Аслъэн, Бырхьэм Къантемыр, ДзыхьмыщI Марат, Плиев Заурбэч, Гъуэщокъуэ Арсен. А илъэсым и кIэухым иужь дыдэу къытIэрыхьа хъыбарым Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр къигъэуIэбжьыпащ - «Спартак-Налшыкым» и вице-капитан Мэшыкъуэ Аслъэн Владикавказ и «Алания»-м кIуат.
Iуэхур зытетыр зэдгъэщIэну езы Мэшыкъуэм абы щыгъуэм зыпытщIэфакъым, командэщIэм дэщIыгъуу Тыркум зэрыщыIэм къыхэкIыу. АрщхьэкIэ, Аслъэн дэ фIы дыдэу тцIыхурт, зэрыхэкупсэри тщIэрт икIи и щхьэзыфIэфIыныгъэкIэ ар къэхъуауэ ди фIэщ хъуртэкъым. ИужькIэщ лей къызэращIа щIыкIэм и хъыбар пэжыр къыщытщIар.
2009 гъэм щыIа зэхьэзэхуэм и кIэуххэм джэгупIэ губгъуэм Мэшыкъуэр куэдрэ къызэрырамыгъэхьэжым гурыщхъуэ дигъэщIат абырэ тренерхэмрэ я зэхуэку зэгурымыIуэныгъэ гуэрхэр къыдэхъуауэ. И щхьэр течауэ зыми ар утыку кърихьэртэкъым. Зэпеуэм кърикIуахэм щытепсэлъыхьу щыIа пресс-конференцым, ди щIыпIэм къыщалъхуауэ гупым къыхэнэжа Мэшыкъуэ Аслъэнрэ Джатэрывэ Къазбэчрэ къищынэмыщIауэ, хэт иджыри зыхагъэхьэнуми «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ сызэреупщIар хуабжьу и жагъуэ зэрыхъуар ибзыщIакъым. ЖиIат премьер-лигэм щыджэгуфын абыхэм зэрахимылъагъуэр. Абы щыгъуэм хэт ищIэнт адыгитI къахэнам ящыщу Мэшыкъуэри лей къызэрыхъуар?!
ИтIанэщ зыкъом къыщыдгурыIуар. КъызэрыщIэкIымкIэ, «Спартак-Налшыкым» и унафэщIхэм тегъэщIапIэ адэкIэ ящIынур иджыпсту дыдэ зыхуеину бжыгъэр къыхуэзыхьыну футболист хамэхэрат. Абыхэм къафIэIуэхуу фIэщщIыгъуейт пщэдей ди Iуэхур дауэ хъунуми, сыту жыпIэмэ, дунейм и щIыпIэ псоми къраша топджэгухэм Налшык зыкъыщагъэлъагъуэу, сом (доллар, еврэ) къыщалэжьу арат икIи ахэр нэхъыбэ къыхуэзыгъэлъагъуэм я дежкIэ зрагъэхьэкIынут. Щапхъэхэм куэдрэ ущIэлъыхъуэн щыIэтэкъым - а гъэм тхэкIри Грознэ и «Тэрчым» кIуахэт бэкIэ дызыщыгугъахэу Асильдаровыр, Феррейрэ, Ятченкэ сымэ, «Ростов»-м къыщыщIидзат гъуащхьэтет Радич. Абыхэм куэду къапыпщэфынущ икIи ахэр пхуэгъэкъуэншэнутэкъым - дэтхэнэри хущIэкъурт топ джэгуну Iэмал зэриIэ илъэси 10 - 15-м къриубыдэу адэкIэ зэрыпсэун мылъку зэригъэпэщыну. Къуаншэр ар къызыгурымыIуэхэрат икIи ахэр нэгъуэщIхэм зэбграшмэ, къытхуэнэжынухэр зымыгъэхьэзырхэрт.
УкъэзымыгъэпцIэжынур ууейращ. Абы щыгъуэми дэ къыдгурымыIуэу щыттэкъым ди щIыпIэм къыщалъхуа защIэкIэ премьер-лигэм дызэрыхэмытыфынур. Ауэ абы дызэрыщыIа лъэхъэнэм къриубыдэу илъэс къэс зы нэхъ мыхъуми хагъэхьэурэ ящI хъунутэкъэ?! Армырамэ, хэтыт зэплъынур стадионым екIуалIэхэр, хэтыт щапхъэ зытрахынур ди футболист ныбжьыщIэхэм? ДжэгупIэ губгъуэм къихьэр хамэ защIэмэ (уи щIыхьыр яхъумэми), дэрэжэгъуэри нэхъ мащIэ хъурт, щIалэгъуалэми нэгъуэщI щIыпIэхэр плъапIэ ящIырт.
Мэшыкъуэ Аслъэн хуэдэтэкъэ абыхэм щапхъэ яхуэхъунур?! Абы Налшык топджэгум зыщыхуигъэсат, щIалэгъуалэ гупым къыщыщIидзэри командэм и вице-капитан хъуат. «Спартак-Налшыкым» (нэхъапэм «Спартак»-м) и гъусэу япэ дивизионым къыхэкIри, премьер-лигэм хыхьауэ ехъулIэныгъэхэр иIэу джэгурт. Аслъэн и ныбжьыр илъэс 25-рэ фIэкIа мыхъуами, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм хэту зэIущIи 193-рэ иригъэкIуэкIат икIи и хьэрхуэрэгъухэм топ 15 яхудигъэкIат. Зыхэт гупым пщIэ къызыхуащI, Iэзагъ ин зиIэ щIалэт ар. Псом ящхьэрати, Мэшыкъуэр хэкупсэт икIи къыщалъхуа щIыналъэм и щIыхьыр екIуу ихъумэн папщIэ зэи и узыншагъи и зэфIэкIи еблэжатэкъым. Иджы ар ди командэм лей къыщыхъуауэ гъунэгъу осетинхэм ядэIэпыкъуну кIуэрт. Абыи и Iуэху зэрыщыдэкIынум шэч хэлътэкъым, ауэ ар республикэм и футболым и лъабжьэр зэрыщIаудым и щапхъэ нэст.
КъыкIэлъыкIуэ илъэситIым Мэшыкъуэ Аслъэн Владикавказ и «Алания»-м и щIыхьыр ихъумащ, абы и капитану, щапхъэ зытрахыу щытащ. Осетие Ищхъэрэ-Аланием и командэ нэхъыщхьэм дэщIыгъуу Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым и финалым 2011 гъэм нэсащ икIи «спортым и мастер» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
ИужькIэ Астрахань и «Волгарь»-мрэ Воронеж и «Факел»-мрэ екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи, псори зэхэплъхьэжмэ, зэIущIэ 263-м хэтарэ 16-рэ къыхэжаныкIауэ топ джэгуныр щигъэтащ. Иджыри зыкъом хузэфIэкIынут, арщхьэкIэ хуабжьу щытыкIэ гугъум ихуа «Спартак-Налшыкым» и унафэщI къулыкъур 2014 гъэм къыщыхуагъэлъагъуэм, воронеждэсхэм ярищIылIа зэгурыIуэныгъэр икъутэжри, къигъэзэжащ. «Спартак-Налшык» спортшколым и директору, Къэбэрдей-Балъкъэрым ФутболымкIэ и федерацэм и тхьэмадэу щытащ. Нэгъабэ и шыщхьэуIу (август) мазэ лъандэрэ аргуэру ди командэ нэхъыщхьэм и унафэщIщ.
- Иджыпсту ди мурад нэхъыщхьэщ премьер-лигэм дыщыхэта лъэхъэнэ лъандэрэ «Спартак-Налшыкым» фIызэтрихьа щIыхуэшхуэр зытедгъэкIыжыну, - жеIэ Мэшыкъуэ Аслъэн. - Аращ дызыхэт зэхьэзэхуэм зэкIэ къалэнышхуэхэр щIыщыдимыIэри. ДыхущIокъу футболист Iэзэхэр дгъасэурэ къэралым и командэ лъэщхэм хэдгъэхьэну.
Сыт хуэдэ къалэнми жэуаплыныгъэшхуэ зэрыщихьыр зыхищIэу бгъэдыхьэ, гупыр зэщIэзыгъэуIуэф Мэшыкъуэ Аслъэн «Спартак-Налшыкыр» нобэ зэрыт щытыкIэ гугъум къызэрыришыфынум шэч хэлъкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр щIохъуэпс ар зэгуэр къэралым и гуп нэхъыщхьэм къыщыхутэжыну.
Спортым и мастер Мэшыкъуэ Аслъэн.
И ныбжьэгъу икIи и хьэрхуэрэгъу Нэхущ Руслан дэщIыгъуу.
Владикавказ и «Алания»-м щыджэгуу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым ФутболымкIэи федерацэм и тхьэмадэу щыщытам.
ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "833.txt"
} |
МЭРЕМ ПШЫХЬ
ГукъэкIыж
Телефон
Ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Валерэ бауэбапщэу къыдэлъэдащ пщIантIэм. Абы хъыбар гуапэ къызэрытхуихьыр и нэгум къищырт. «Хьэмыщэ нобэ къуажэкум телефон кIапсэ пхришынущ!» - зэкIэлъигъэпIэщIащ абы. Къаншыуей жылэм телефон дэнэ къэна, ток къудеи абы щыгъуэм яIэтэкъым. ЗэрысщIэжымкIэ, 1953 гъэ пщIондэ апхуэдэ Iуэхухэм яужь ихьатэкъым.
Зэныбжьэгъу цIыкIухэм - ПIытIатIэ (Володя), Сэлэдин (Вовэ), сэ, Валерик - сымэ, «телефон мастер» цIэр зытедгъэIукIа Хьэмыщэ къытхэту, зи гугъу сщIы зэманым илъэситху-хы ныбжьым диту арат. Хьэмыщэ и ныбжьым хуумыгъэфэщэну нэхъыжьыфэ епплъырт. Илъэситху щыхъуам, абы еджэкIэ езым зригъэщIэжат. ИкъукIэ щIалэ губзыгъэ цIыкIут. Хьэлэмэтрати, абы япэу къищта тхылъыр алыфбейратэкъым, атIэ радио зэрызэпкъралъхьэм теухуарт.
ЗэрыцIыкIурэ сымаджэрилэти, ар зэпымыууэ унэм щIэсын хуей хъурт. Дэ, зэрытлъэкIкIэ, Хьэмыщэ къызэрыдэтхьэхынум иужь дитт, и адэ Шэмсэдин (Хэку зауэшхуэм хэтат) зэпымыууэ абы къыхуихь хьэпшып гъэщIэгъуэнхэм ящыщ дэри зыIэрыдгъэхьэну дыхуейти. Зэгуэрым ди ныбжьэгъум и адэм тыгъэ къыхуищIащ нэмыцэ рацэрэ телефон трубкэрэ. Хьэмыщэ дызэрыщымытхъуа къэдгъэнакъым, нэхъыщхьэрати, и лIыгъэр зыхуэдэр къыхэдгъэщырт. Iуэхум хьилагъэ хэлъу дэнэ щищIэнт абы, псалъэ дыгъэлхэм я ужькIэ, езыри къэгумащIэрти, дызыхуейр къытIэрыхьэрт. ТфIэхьэлэмэту зэпэтплъыхьырт Шэмсэдин къыхуагъэфэща орденхэмрэ медалхэмрэ. Езы Шэмсэдини куэд къыджиIэжырт зауэм теухуауэ: тIасхъэщIэх зэрыкIуар, «бзэгу» къаубыдауэ зэрыщытар, иужькIэ а псом дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыпэкIуар.
Зы махуэ гуэрым ар къыдэлъэIуащ радиоприемникхэмрэ передатчикхэмрэ зэпкърилъхьэнымкIэ Хьэмыщэ дыдэIэпыкъуну. ТщIэн къэдгъуэтаиххэ жытIэщ, дыгуфIэри, телефон кIапсэр зытешыхьа шэрхъышхуэр къетхьэжьащ. Абы ди хадэкIэм къыпылъ къуэкIийнэфым и Iуфэм зыщедгъэубгъуащ. Мураду диIэр кIапсэр кIарц жыг щхьэкIэхэм фIэтщIэнырт. Дыерыщми, сабий къарур а Iуэхум зэрыпэмылъэщынур къыщыдгурыIуэжым, нэхъыжьхэр къедджэн хуей хъуащ…
КъуэкIийнэфыр езыр щIыпIэ хьэлэмэтт. Абы удыхьэмэ, куууэ псынэпс щIыIэмыл къабзэу къыщыщIэжырт. И кIыхьагъкIэ къуэкIийр метр 400-м нэблагъэ хъурт. Абы и IуфитIымкIэ кIарц жыг баринэ лъагэхэмрэ хьэцыбанэхэмрэ екIуэкIырт. Бжьыхьэм жыгхэр пцIанэ хъуа нэужь, абыхэм пащIыхьа къуалэбзу абгъуэ куэдыкIейхэр къыщIэщыжырт. Абы псыхэуэхэми ущрихьэлIэнут, хьэндыркъуакъуэ, блэ е шындырхъуо къаубыдыну къуэкIийнэфым къыщыдэзэрыхь щыIэти. Зэзэмызэ абы къыщыхутэрт бабыщ джэдыкIэхэм ещэ бажэ дыгъуэгъуакIуэхэри. Зи абгъуэмрэ зи шырхэмрэ «хахуэу» зыхъумэ бабыщ анэхэри къикIуэтынутэкъыми, бажэхэм абыхэм гъунэгъу зыкъыхуащIыртэкъым, къызэрагъэлъеинур ящIэ хуэдэ. КIарц гъэгъам, хьэцыбанейм, псым къыщыкI аIуудзым (лилие) къапих мэ IэфIым дунейм тет гъудэ-бадзэр къришалIэрти, къуэкIийнэфыр мэз дыдэу къыпфIагъэщIырт. Сабийхэр абы дысакъыу дыкъыпекIуэкIырт, къуэкIийнэфым удэхуэмэ, къуацэ-чыцэмрэ хьэдзыгъуанэмрэ «узэрызэхафыщIэнум» фIыуэ дыщыгъуазэти.
… ПкIэлъей нэхъ кIыхь дыдэр (зы метри 10 хуэдэ хъууэ) къетлъэфэлIащ телефон кIапсэм зыщедгъэшэщIыну щIыпIэм. АрщхьэкIэ, ар апхуэдизкIэ кIыхьти, жыгым едупсеину тхузэфIэкIакъым. Ди ныбжьэгъу щIалэ нэхъыжь зытIущ къыIухьащ. Заур, Ахьмэд, СулътIан, Бидон, ПIетIро, Мыцэ сымэ къыддэIэпыкъури, пкIэлъейр дгъэуващ, кIарц жыг щхьэкIэхэм кIапсэм зыщедгъэшэщIын щIэддзащ. Ауэрэ, шэджагъуэхуэкIуэ хъури, ди адэм и къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэрэ Хьэмыщэ и адэ Шэмсэдинрэ къытхыхьэжащ.
Махуэ псом пкIэлъейр зэм зы жыгым, зэм адрейм едгъэувалIэурэ телефон кIапсэм зедгъэубгъун тхузэфIэкIащ. Телефонхэр Хьэщхъуэжь Валерикхэ, ди деж, ПIытIатIэхэ щIэдгъэуващ. Сигналыр къэзыт Iэмэпсымэр (передатчикыр) Хьэмыщэхэ я деж щIэтт. Щхьэж и унэ екIуэлIэжащ, икIи япэу а махуэм ди адэ-анэхэр телефонкIэ зэпсэлъащ. ЩытхъукIэ дэри къытлъэIэсащ, дауи. ИтIанэ, сабийхэм чэзур къытлъысри, зыр зым деж дыпсэлъэн щIэддзащ. СыхьэткIэрэ дызэпсалъэу телефоныр тIыгът, уеблэмэ къуажапщэми къуажэкуми къикIыурэ цIыкIуми инми, зэрыжаIэу, ар къагъэсэбэп хъуащ. Зыгъэпсэху диIакъым махуэ зыбжанэкIэ - цIыхур чэзууэрэ ди деж щызэблэкIырт. Ауэ тхьэмахуитI дэкIри, цIыхухэр нэхъ сабырыжащ, зы мазэ хуэдэкIэ телефонхэр тетхыжри, Хьэмыщэ Iэрыдгъэхьэжащ. Телефонхэр къэзуужыртэкъым. Пэжыр жыпIэмэ, Хьэмыщэ и закъуэт ар зи жагъуэ дыдэ хъуар.
Абыхэм я пIэкIэ зэгъунэгъуу псэу зэныбжьэгъухэм къэдгупсысащ мафIэдз пхъуантэ нэщIхэр Iуданэ IувкIэ зэпыщIауэ абыкIэ «дызэпсэлъэну». Апхуэдэ Iэмэпсымэм урипсэлъэфыну жыпIэныр тIэкIу егъэлеят. Ауэ механикэ макъхэр абы иризэхэпхырт. Къэнэжыр Морзе и азбукэр къыдгурыIуэнырти, Хьэмыщэ ари дигъэщIащ. Зы мазэ хуэдэкIэ ар къэдгъэсэбэпу дежьэжащ.
1954 гъэм зэныбжьэгъухэр зэгъусэу япэ классым дыкIуащ. Хьэмыщэ школым мыкIуэми (унэм щрагъаджэрт), дэ псори дызэхэту дыкъапщтэмэ, ар и IущагъэкIэ къыттекIуэрт. ПэщIэдзэ классхэр къыщыдухым, ар щIагъэтIысхьащ курыт еджапIэм. ЕгъэджакIуэхэм зэпымыууэ Хьэмыщэ щапхъэу къытхуахьырт. Ар Iэсэлъасэт, щэныфIэт, псом нэхърэ нэхъыфIу еджэрт. Хьэмыщэ щIэныгъэлI Iэзэ хъуну траIуэрт, дэ, къуейщIейхэм, Iэщыхъуэ фIэкIа къытхэмыкIыну къыджаIэрти, мащIэу дризэгуэпырт.
Хьэмыщэ школым щIэсу ди щIыналъэм щумыгъуэтыну передатчик нэхъ лъэщ дыдэ зэпкърилъхьэфауэ щытащ. Школыр ехъулIэныгъэ иIэу къиухри, ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и радиотехникэ факультетым щIэтIысхьащ. Абы къыхуагъэлъэгъуат университетым егъэджакIуэу щылэжьэну, арщхьэкIэ къуажэм къигъэзэжауэ щытащ. Мы зэманым абы радиоэлектроникэм хурегъаджэ, Налшык щопсэу.
Сабиигъуэм зэрыIыгъа зэныбжьэгъухэр гъащIэм дызэбгридзащ, ауэ ди гукъэкIыжхэм «дызэпащIэу» согугъэ.
КIэрашэ Михаил.
ФщIэн папщIэ
ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь
Адыгэ тхыдэм и къуэпсыр жыжьэ дыдэ къызэрыщежьэм щыхьэт тохъуэ нарт эпосми нэгъуэщI IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэхэми куэдрэ узыщрихьэлIэ «уащхъуэ» псалъэр. Тхьэ яIуэн (псалъэ быдэ ятын) хъумэ, адыгэхэм нобэр къыздэсым я псэлъафэщ ар - «Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ!» «Мыващхъуэ кIанэр» гурыIуэгъуэщ, хэт (сыт) хъуну «уащхъуэр», сыт абы и цIэкIэ тхьэ щIаIуэр - псалъэ быдэ щIатыр? ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, «уащхъуэ» псалъэм хьэткIэ зэджэ пасэрей лъэпкъыжьым и тхыдэм унешэс.
Илъэс миниплI ипэкIэ къыщIедзэ хьэтхэм я тхыдэм - апхуэдиз я ныбжьщ Хьэт къэралыгъуэми хьэт щэнхабзэми. Куэд щIакъым хьэт тхыдэр джын зэрыщIадзэрэ - лIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъуакъым. Хьэт тхыдэр зыдж щIэныгъэлIхэм иджы шэч къытрахьэжыркъым хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ зы къудамэу зэрыщытым. Тхыдэм къелакъым хьэтхэм я бзэмрэ я щэнхабзэмрэ я лъэужь куэд, къела мащIэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, хьэтхэм я бзэмрэ адыгэбзэмрэ я лъапсэр зыщ: хьэтыбзэм къытепщIыкIыжащ адыгэбзэри, абхъазыбзэри, убыхыбзэри. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, абы и щыхьэтщ адыгэбзэм къыщызэтена «уащхъуэ» псалъэр: хьэтхэр УащхъуэкIэ еджэу щытащ уафэм и тхьэм - я тхьэшхуэм. Хьэтхэм я къэралыгъуэм и гъунапкъэм жыжьэ зиукъуэдияуэ щытащ - нобэрей Тыркум и къуэкIыпIэм къыщыщIэдзауэ ТэманыкIэ нэс хы Iуфэр къызэщIиубыдэу. Хьэт къэралыгъуэр лъэлъэжа нэужь, хы Iуфэм къыIунащ иужькIэ абхъаз, убых, адыгэ хъуа хьэт лъэпкъхэр. Хьэтхэм я къэралыгъуэм и лъэхъэнэм адыгэхэм зэрахьа лъэпкъыцIэм - кашкэм - и къуэпсыр къэсащ ди деж: гъунэгъу лъэпкъ зыбжанэр, псалъэм папщIэ, осетинхэмрэ сонэхэмрэ, адыгэхэм ноби къызэреджэр кашкэщ. «Кашкэм» къытекIыжащ курыт лIэщIыгъуэхэм адыгэхэм зэрахьа «касог» цIэри - а цIэр адыгэ лъэпкъхэм зэрахьащ «шэрджэс» псалъэр къэунэхуху. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, «Кавказ» псалъэми лъабжьэ хуэхъуар пасэрей адыгэхэм я лъэпкъыцIэрщ - «кашкэрщ».
Къартул Хьисэ.
Фэ фщIэрэ?
ТхылъымпIэр къыщагупсысар
1962 гъэм ди къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэса студентхэм я бжыгъэр плIыкIэ нэхъыбэт, Инджылызым, Италием, ФРГ-м зэгъусэу щеджэм нэхърэ. А лъэхъэнэм ди хэкум исхэм ящыщу цIыхуиплIым я зыр еджэрт.
* * *
ГъущI лъэмыжхэр япэ дыдэу ухуэн щыщIадзар Китай къэралыгъуэм и бгылъэ куейхэрщ. Лъэмыж нэхъыжь дыдэу къалъытэр абы щыIэ Тату псым зэпрыкIыу фIащIарщ. Ар иджыри къэс мэлажьэ, щаухуар 1706 гъэрщ.
* * *
ТхылъымпIэм ещхь гуэрхэр япэу къыщагупсысар ди эрэм и 105 гъэхэрщ.
* * *
Аммиакыр промышленностым и лIэужьыгъуэ мини 2-м къыщагъэсэбэп.
* * *
Нэхум и псынщIагъыр япэ дыдэу къэзыхутар астроном Ромерщ. Ар къыщыхъуар 1675 гъэрщ.
* * *
Курыт лIэщIыгъуэхэм европэ къэрал псоми чырбыш щызэтралъхьэкIэ е блыным сэху щраткIэ, кхъуейлъалъэ е джэдыкIэпс халъхьэу щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар куэдкIэ нэхъ быдэ хъурт бетоным нэхърэ.
* * *
ЦIыхухъухэм жьакIэупс къагъэсэбэпын зэрыщIадзэрэ илъэс мини 5 мэхъу. Абы щыхьэт тохъуэ археологхэм Месопотамием къыщагъуэта мывэ пIащIэ IулъыкIар.
* * *
Сабыныр къэзыгупсысар Вавилон щыпсэуа гуэрщ. Ар къыщыхъуар илъэс мини 5 ипэкIэщ.
* * *
Пощт Iуэхутхьэбзэ нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэр здэщыIэр Индонезиеращ, Палан, Надинэ хытIыгухэм я зэхуакум щызокIуэ. Пощтзехьэм и къалэныр зыгъэзащIэр лъэныкъуитIми еуалIэ псыращ. Письмор птулъкIэм иралъхьэри, сыхьэт 24-рэ зэрыдэкIыу ар адрей хытIыгум и Iуфэм нос.
Къэбарт Мирэ.
ЗэвгъащIэ
Жьы хъуа псалъэхэр
Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауэ гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэхэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти къуажэм нэс къригъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ нысэр унагъуэ ихьа иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьа унагъуэм уасэр зэхуахьэсыху.
Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
Интернетым дыкъыщоджэ
ЦIыхубз псоми я щэхур
Еуэри, зы уэркъыжь гуэрым къуищ иIэт. Щыри фызкъэмышэт. «ЦIыхубзхэр зыхуеймрэ зыщIэхъуэпсымрэ къэзыхутэм си мылъкур зэрыщыту къыхуэзгъэнэнущ», - жиIащ адэм. ЩIалэхэр ежьащ цIыхубзыр зыхуейм и жэуап къагъуэтыну. Мазэ бжыгъэкIэ къакIухьауэ, щIалэ нэхъыщIэр мэзым щIэту уд фызыжь ирихьэлIащ. ЩIалэр игъэхьэщIащ, игъэшхащ, иужьым къеупщIащ:
- Сыт уэркъ щауэм уи закъуэ мэзым щыпщIэр? - жиIэри.
ЩIалэр къыщIежьар хуиIуэтащ удым.
- Уэ пщIэрэ, ди анэ, цIыхубзхэр зыхуейр?
- СощIэ! - и нэр къилыдыкIащ.
- КхъыIэ, къызжеIэ! - лъэIуащ щIалэ къуданыр.
- БжесIэнщ, ауэ абы щхьэкIэ щхьэгъусэу сыкъэпшэнущ.
Щауэр гупсысэщ-гупсысэри, арэзы хъуащ.
- ЦIыхубзхэр щIохъуэпс езыхэр зэрыхуейм хуэдэу псори сыт щыгъуи щытыну.
- ГурыIуэгъуэщ. АтIэ, сэ сежьэжынщ, мыпхуэдэ махуэм фызышэр къыпкIэлъыкIуэнущи, хьэзыру щыс, - жиIэри, щIалэр шэсыжащ.
ЩIалэм ихьа жэуапым уэркъыжьыр арэзы ищIати, и пщыгъуэри и мылъкури и къуэ нэхъыщIэм къритащ, фызышэри удым кIэлъигъэкIуащ. НысащIэр къыщашам щIалэр къэуIэбжьат - абы нэхърэ нэхъ дахэ дунейм темыт жыхуаIэм хуэдэу тхьэIухуд хъуати. Псоми ягъэщIагъуэрт щауэм щхьэгъусэу къыхуашам и дахагъэр. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIри, щауэр лэгъунэм щIыхьэжащ. НысащIэр уд хъужауэ къежьэу щыст.
- Иджы сэ зы упщIэ уэстынущи, къызэдаIуэ, - жиIащ удым. - Хэдэ, ухуеймэ игъащIэ псокIэ нобэ сыкъызэрыплъэгъуам хуэдэу дахэу сыщытынщ, ухуеймэ, уду сыкъэнэнщ.
- Уэ узэрыхуейм хуэдэу щIы! - жэуап итащ щIалэм.
- ЦIыхубзхэр дызыхуейр къыбгурыIуащи, дахэ сыхъужынщ, - жиIащ жи удым.
ЗэзыдзэкIар Къаныкъуэ Анфисэщ.
НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "834.txt"
} |
Барудирэ Шэукъийрэ я лэжьыгъэм пызыщахэр
(ПэщIэдзэр жэпуэгъуэм и 23-м къыдэкIа номерым итщ).
Дунейпсо зауэм и пэщIэдзэ зэманым ар ирихьэлIащ Мысырым щыIэу. Абы къехъулIакъым и еджэныгъэр и кIэм нигъэсыну, ауэ жыIэн хуейщ алъандэрэ зыхуеджами, творческэ опыту зригъэгъуэтами я фIыщIэкIэ ар пасэу къызэрыжэпхъар, Iуэху еплъыкIэ нэхъ зэрыубыда иIэ зэрыхъуар.
Зауэ екIуэкIымрэ революционнэ зэщIэхъееныгъэмрэ я толъкъунхэм зэщIищта къэралым Мухьэмэд Теймур зыщригъэужьащ щэнхабзэ Iуэху зехьэн и лъэныкъуэкIэ иIэ зэфIэкIымрэ къарумрэ, ауэ адрей либерал къызэщIэтаджэхэм ещхьу. Абы печатым а зэманым къытрыригъэдза тхыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар пэIэщIэт политикэ и лъэныкъуэкIэ къабзэу икIи бзыгъэу укъуэдия еплъыкIэм; ар зыпылъар цIыху щхьэ закъуэм иIэн хуей хуитыныгъэм, демократием, зэхуэдэныгъэм къыхуеджэныгъэкIэ къыхузэщIэIэтэнырщ.
Зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэхэр абы и литературэ лэжьыгъэм и нэхъ купщIафIэ зэману уващ. Мухьэмэд етх публицистическэ лэжьыгъэ зыбжанэ, щэнхабзэм, еджэныгъэм, псом хуэмыдэу литературнэ творчествэм теухуауэ; пьесэ итхащ, къимыдэкIэ, а лъэхъэнэм ирохьэлIэ абы и хъыбар нэхъыфIхэри.
Мухьэмэд Теймур етхьэкъу драматургием. Абы етх «Хъарым ис бзу цIыкIу», «Абу ас-Саттар ефэнды», «Ныбжьэгъугъэ жумарт» пьесэхэр, икIи холэжьыхь ахэр сценэм щыгъэувыным, сыт щыгъуи пыщIэныгъэ быдэ яхуиIэщ Париж и театральнэ гупхэм.
Абы «Ас-Суфур», «Аль-Мимбар» газетхэм къытрыригъэдза и тхыгъэхэр сэбэп хъуащ театральнэ критикэр къызэщыунымкIэ. Ар ятотхыхь ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм и драматург, актер цIэрыIуэхэу Роз аль-Юсуф, Сэламэ Хъиджази, Хьэзиз Идэ, Мунир аль-Мэхьди, нэгъуэщIхэми.
Мухьэмэд Теймур Мысырым и япэ театральнэ критик икIи тхыдэдж инщ.
Тхэн Iуэхум абы щиIэ зэфIэкIыр нэхъ къыщынэIуар новеллэхэрщ. Абыхэм я нэхъыбапIэр щитхар 1917 - 1918 гъэхэрщ икIи «Нэхэм ялъагъу псор» псалъащхьэр иIэу «Ас-Суфурым» къытрыригъэдзащ. А хъыбархэм яхыболъагъуэ кинематограф еплъыкIэкIэ къэпхъуэта хъуа теплъэгъуэхэр. КинокIэ дигъэлъагъум хуэдэу, тхакIуэм ди пащхьэ кърегъэувэ жылагъуэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэтепщIыкI лIэужьыгъуэ зыбжанэ.
Мухьэмэд Теймур новеллэ куэд дыдэ и къалэмыпэм къыщIэмыкIами (псори тIощIым ноблагъэ), ар къалъытэ мысыр литературэм и рассказ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ. Социальнэ Iэпкълъэпкъыу гъащIэм къыхигъуатэхэм реалистическэ хъыбар фащэ япэу щызытIэгъар аращ. Ар къагъэлъагъуэ хьэрып литературоведхэми, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыпсэу къэралхэм я литературэр зыдж урыс щIэныгъэлIхэу академикхэу И. Ю. Крачковскэм, А. Е. Крымскэм, апхуэдэу Э. А. Ализаде, Н. К. Коцарев, М. Ш. Хъусейн-заде сыми.
Идейно-тематическэ купщIэ и лъэныкъуэкIэ Мухьэмэд Теймур и новеллэхэр гупитI ипщIыкI хъунущ. Япэ гупым хохьэ общественно-политическэ е социальнэ Iуэхугъуэхэр къыщиIэт хъыбар кIэщIхэр («Дыгъумрэ дыгъумрэ», «МафIэгум», «ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ», «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ», «Унэ угъурлы», нэгъуэщIхэри). ЕтIуанэ гупым хохьэ морально-этическэ Iуэхугъуэм ехьэлIахэу цIыхубзым гъащIэм щиубыд увыпIэм, нэчыхьым, унагъуэм, лъагъуныгъэм теухуахэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Си тхьэ, хэт мы насыпыр къыщIэбгъэщIар!», «Уэрам... унэ №22», «Сабийуэ щытащ, щIалэ жэпхъа къыхэкIащ» новеллэхэр. ФIыуэ упхрыплъмэ, гу лъыботэ мы хъыбархэри социальнэ Iуэхухэм къуэпскIэ зэрапыщIам.
Теймурым и новеллэхэм я нэхъыбапIэм тхылъеджэм и гупсысэр хуагъэуш мылъкумрэ властымрэ, мыхъумыщIагъэмрэ Iеягъымрэ къазэрыпкърымыкIыр, атIэ цIыху Iейхэм, бзаджэхэм мылъкури властри езыхэм яй зэращIым. Апхуэдэ гупсысэхэр и нэщэнэу щытащ ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм щыIа буржуазно-демократическэ Iуэху еплъыкIэм.
Мухьэмэд Теймур узэщIакIуэ-идеалисту щытащ. Социальнэ мыгъуагъэу щыIэ псори зэрыбгъэкIуэд хъуну зы хэкIыпIэ закъуэт абы къилъытэр - ар цIыхум и зэхэщIыкIым зегъэужьын, щIэныгъэм зегъэубгъун, зылъэкIхэр зылъэмыкIхэм ядэгъэIэпыкъун. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Теймурым хуэщIауэ псэухэр къыхуриджэрт я мылъкумкIэ къулейсызхэм зыщIагъэкъуэну, ядэгуэшэну.
«Iыхьэлейм икIауэ щIыхьымрэ медалымрэ итхьэкъуа» хъыбарым тхакIуэм къызыфIигъэщI и ныбжьэгъу щIалэщIэ бейм нехьэкI-къехьэкI хэмылъу мыпхуэдэу жреIэ:
- Уэ уи хэкур, ей, ныбжьэгъу, хуэныкъуэщ уэ уи хъугъуэфIыгъуэм щыщ. Хуейщ ар тхъэжыгъуэм къыхуигъэсэбэпыну. Уэ къыпщогугъ тхьэмыщкIэхэр, пщIэ зыщIамыт еджапIэ зиIэну хуейхэр; къыпщогугъ жьыкIэфэкIэ хъуахэр, узым, къулейсызыгъэм, жьыгъэм зэщIиIулIахэр. Уэ къонэцI сабий унэншэхэр. Уэрмырамэ, хэт къахузэIуихын абыхэм сымаджэщхэр, уэрмырамэ, хэт хулъэкIын ар? А зы гъуэгурщ уэ нэхъ пхуэфащэу щыIэр...
Мухьэмэд Теймур буржуазно-либеральнэ гупхэм я Iуэху еплъыкIэр хэIущIыIу ищIырт. Апхуэдэ идеологиер абыхэм я дежкIэ гъащIэм и зыужьыкIэм къилъхуа гъуазэт, абы къигъэщIа хабзэт.
«Нэхэм ялъагъу псор» тхылъым ит дэтхэнэ новеллэри къащти, Iэмал имыIэу абы ущрохьэлIэ жылагъуэм хэлъ мыгъуагъэхэм щыщ зыгуэр.
Мухьэмэд Теймур хуабжьу игъэгуейщейрт мызахуагъэу дунейм щызекIуэхэм: зылъэкIхэм зыхулъэмыкIхэр ягъэпщылIыным, тхьэмыщкIэм и лъэр бейм зэрыщIиудым, нэгъуэщIхэми. Абы и тхыгъэхэм хьэл нэхъыщхьэу яхэлъщ зэныкъуэкъу, зэпэщIэувэныгъэ жыхуэтIэхэр.
Художник набдзэгубдзаплъэр кIыфIыгъэмрэ нэхугъэмрэ зэхэгъэщхьэхукIауэ къэгъэлъэгъуэным хуэIэижьт икIи ар зи телъхьэ лъэныкъуэр сыт щыгъуи IупщIт - ар ягъэикIэхэмрэ ягъэпудхэмрэт. Теймурыр и бийт икIи екIурабгъу имыIэу ебэнырт цIыху Iейхэм, напэншэхэм.
Хъыбархэм ящыщ зыбжанэ дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езы тхакIуэм и гулъытэ жаныр гъащIэм и къэхъугъэ куэдым зэрыпыщIар. Щапхъэу къэтщтэнщ «Кофем хэт шэрэ сабэм хэт шэрэ» хъыбарыр. КIэщI дыдэу къэпIуэтэжмэ, мыращ Мухьэмэд и нэ къыфIэна Iуэхугъуэр.
А пщэдджыжьым езы тхакIуэр и ныбэ изу пщэдджыжьышхэ ищIри IуэхукIэ ежьащ Александрие кIуэну. Вокзалым деж ар щрихьэлIащ куэдым езыгъэгупсыса зы Iуэху: зы лIы гуэрым, зэрыпIащIэм къыхэкIкIэ IэщIэхури, шэ зэрыт и кхъуэщыныр къутащ, ауэ шэр Iисраф хъууэ кIуэдакъым - фейцейуэ хуэпа щIалэжь цIыкIухэу пэмыжыжьэ дыдэу щыIэхэр къажэри, сабэм хэлъэда шэр джэдум хуэдэу бзэгукIэ къабзеижу щIадзащ. ТхакIуэм абы игу къигъэкIыжащ пщэдджыжьышхэм кофе иримыфыфу абы хикIэн хуея шэр джэдум зэрыритыжар.
Хъыбарыр еух мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ: «О, азалыхьталэ, нышэдибэ кофем хэскIэн хуея шэм дауэ селъэстэуэнкIэ хъуа, мыбдежым мы тхьэмыщкIитIым сабэм хэт шэр анэ быдзышэм хуэдэу ирафу?!»
Апхуэдэ кIэуххэр хьэл зыхуэхъуа новеллэхэрщ Мухьэмэд Теймур и IэдакъэщIэкIхэр. Абы тхылъеджэр къыхуриджэ хуэдэщ езым щIыгъуу дэгупсысэну: захуэу пIэрэ цIыху лажьэншэр яубыду лъэхъуэщым ирадзэныр, лIыукIхэр, дыгъуэгъуакIуэхэр щхьэхуиту дунейм зэрытетыр («Дыгъумрэ дыгъумрэ»), цIыхум и пщIэр мылъку бгъэдэлъымкIэ къызэралъытэр («Махуэшхуэ хьэндрэфий»)?
«ХьэгъуэлIыгъуэрэ дыуэщIрэ» хъыбарым хэт цIыхуитIым я гъащIэхэмкIэ къэгъэлъэгъуа мэхъу дунеитI зэпэщIэувар. ГущхьэIыгъым и къуэр малIэри телъщ, а зэман дыдэм мыдрей пэщэм и къуэм фыз къригъэшауэ хьэгъуэлIыгъуэшхуэ хуещI. Пэщэм ауи идэркъым хьэдэ щIэзылъхьэ къулейсызым зыгуэркIэ зыщIигъэкъуэну. Ар дунеитIым, гъащIитIым я плъыфэ, я щытыкIэ зырызщи, ахэр зэрызэпэщIэтым и щапхъэ нэрылъагъущ. Мылъку зиIэмрэ зимыIэмрэ щызэбгъэдэс, зым и пщIэнтIэпс адрейм щишх псэукIэм зэныкъуэкъум нэхъ зыкъыщеIэт.
«ХьэгъуэлIыгъуэмрэ дыуэщIымрэ» щекIуэкI зэныкъуэкъум уигу къегъэкIыж А. П. Чеховым и «ХэплъапIэр».
ЩIэныгъэм цIыхум и дунейр нэхъ нэху, къабзэ зэрищIыр хьэкъыу зыпхыкIа тхакIуэм и тхыгъэхэри хуигъэпсырт а мурад дахэм. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ хъарзынэщ «МафIэгум» хъыбарыр. Мы тхыгъэм купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъуар мэкъумэшыщIэм къыщхьэщыжынырщ, абы цIыхугъэ къабзэ кIэлъызехьэнырщ. А хъыбарым Теймурым щыдегъэлъагъу адыгэ лIыжь угъурлыр, жылэм я тхьэмадэу хахар. А образыр езы тхакIуэм фIы дыдэу зэрилъагъур белджылы ещI хуэсакъыу, плъыфэхэр икъукIэ Iэзэу къызэригъэсэбэпымкIэ.
«Купем къыщIыхьащ илъэс 60 зи ныбжьын тхьэмадэ. Абы и нэхэр дахэщ, езыр нэкIущхьэплъу зэрыщытым къегъэлъагъуэ ар адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар. И пащIэ кIапитIыр тхьэкIумэ лъэдакъэхэм нэсрэ хужыпIэну йокIуэкI. Ар къэтIысащ си гупэкIэ, гъуэгуанэ техьа псоми я нэгур щIиджыкI пэлъытэу зэпиплъыхьу», - етх Мухьэмэд Теймур.
«Мыбдежи абдежи», «Мысырым щыпсэухэр гъащIэм къыщIыкIэрыху щэхухэм ящыщ зы», «Унэ угъурлы», «Уэрам... унэ №22», «Iыхьэлейм икIауэ щIыхьымрэ медалымрэ итхьэкъуа» хъыбархэм къыщыIэтащ щIэныгъэ зэгъэгъуэтынымрэ гуманистическэ Iуэху еплъыкIэ и лъэныкъуэкIэ тхакIуэм и псэр нэхъ зезыхуэхэмрэ... Гъэсэныгъэр, еджэныгъэр, буржуазнэ щIалэгъуалэ сэхъуахэу къулыкъущIэкъухэр, нэгъуэщIхэри лъабжьэ хуохъу ахэр зыхэтэджыкI щхьэусыгъуэхэм.
ГъащIэ кIэщIт Мухьэмэд Теймур - илъэс 29-рэщ къигъэщIар, абы щыщу литературэ лэжьыгъэм лъос илъэсипщI иримыкъу, а илъэсипщIми и кIэух гъэхэм хуозэ ар нэхъ купщIафIэу щылэжьа зэманыр. Сыт хуэдэ къэхъугъэхэмкIэ гъащIэр къэмыукъубеями, адыгэ мамлюкхэм къащIэхъуа тхакIуэм и цIэм игъащIэкIэ пыщIауэ щытынущ мысыр новеллэхэмрэ лъэпкъ театрымрэ.
ТхакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа псори зэхуахьэсыжри, томищ хъууэ Каир къыщыдагъэкIащ 1922 гъэм. Япэ томыр, «Псэм и лыдыкIэ» жыхуиIэр, къызэIуех Мухьэмэд Теймур и гъащIэмрэ и лэжьыгъамрэ теухуауэ абы и къуэш Мыхьмуд Теймур итха пэублэ псалъэмкIэ.
И къуэшым иригъэжьа лэжьыгъэм пызыщэну гъащIэм зыхухихауэ къыщIэкIащ Мыхьмуд Теймур. Ар хъуауэ щытащ «мысыр модернистхэм» я школым и пхыгъэкIакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэ. Мыхьмуд Теймур иджырей реалистическэ новеллэ жанрым и къызэгъэпэщакIуэу, Мысырыр щыгъэтауэ, хьэрып къэрал псом къыщалъытэ.
«Мыхьмуд Теймур ди литературэм щиубыд увыпIэр ебгъапщэ хъунущ Чеховымрэ Горькэмрэ - урыс, Мопассан - франджы литературэхэм щаIыгъ увыпIэхэм», - апхуэдэу тхакIуэм хужиIауэ щытащ мысыр критик цIэрыIуэ Хаддад Абу Фарид Мухьэмэд. Мис «Хьэрып литературэр - ХХ лIэщIыгъуэм» тхыгъэм академик Крачковскэм 1946 гъэм щитхыгъар: «Новеллэр иджырей мысыр литературэм утыкур нэхъ щызыубыда жанрщ. Абы къыдэплъеящ адрей хьэрып къэралхэри. Къапщтэмэ, апхуэдэщ Иракыр. Сириер езым и гъуэгукIэ абы къекIуэлIащ Джэбран и зэман лъандэрэ, абы къыгухьэри, а зэщIэхъееныгъэр япэкIэ зыгъэкIуэтэн куэдкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ. Ауэ абыхэм я цIэрыIуагъэр я къэрал гъунапкъэм икIакъым икIи Мыхьмуд Теймур фIэкIа зыми хузэфIэкIакъым а жанрым и тхьэмадэу хьэрып къэрал псоми хэIущIыIу щыхъун».
Псэу щIыкIэ ар хъуауэ щытащ иджырей хьэрып литературэм и классик. 1947 гъэм тхакIуэм, и творчествэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэту, Каир Хьэрыпыбзэм и академием и саугъэт къратащ. ИужькIэ, 1949 гъэм дыгъэгъазэм и 22-м, а академием хэтыну Теймур нэхъыщIэм хуагъэфащэ.
Ар 1894 гъэм мэкъуауэгъуэм и 16-м къалъхуащ. Ахьмэд Теймур-пэщэ тхэныр фIыуэ иригъэлъэгъуащ и къуэ гъэфIэн Мыхьмуди, нетIэ ищхьэкIэ къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, нэхъыжьым, Мухьэмэд, и гъуэгум ирикIуащ нэхъыщIэри. Къуажэ нэхъ пхыдзахэм и зыгъэпсэхугъуэ зэманыр щигъакIуэурэ, абы анэ быдзышэу пкърышыпсыхьащ феллахьхэр зэрыпсалъэ бзэ къулейр, образнэ къэIуэтэкIэрэ IуэрыIуатэм и ауан щIыкIэкIэ узэдар. Мухьэмэд щIыгъуу абы нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуащ мэкъумэшыщIэхэм я гъащIэр, икIи иужькIэ ахэр къыщигъэсэбэпыжащ и хъыбархэм, повестхэм, пьесэхэм.
1939 гъэм Мыхьмуд Теймур и хъыбархэр щызэхуэхьэсауэ къыдигъэкIа тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуащи, абы и творчествэр зэфIэувэным икъукIэ сэбэп къыхуэхъуащ и адэр, и къуэш нэхъыжьыр, и адэ шыпхъу Айшэ Теймур, абы къыдэкIуэу зэджа тхылъхэр, езым гъащIэм щызригъэгъуэта опытыр.
1914 гъэм Мыхьмуд мазэ зыбжанэкIэ Iэрызехьэу пIэм хэлъащ. Узым и зэранкIэ абы еджапIэ ищхьэр къыхуэухакъым икIи мурад ищIащ тхэн лэжьыгъэм ерыщу зритыну. Теймурым куэд щIеджыкI, едж къухьэпIэ литературэр. Псом хуэмыдэу франджыхэм яйр. И творчествэм и пэщIэдзэ лъэхъэнэм ар итхьэкъуауэ щытащ Мопассан икIи абы и жьауэм щIэтащ. ИужькIэ абы и IэдакъэщIэкIхэм къагъэлъагъуэ ар Чеховым зэрыдэплъейр.
Урыс литературэр щIэгъэкъуэн къызэрыхуэхъуам теухуауэ Мыхьмуд Теймур 1958 гъэм мыпхуэдэу итхыгъащ:
«Нобэр къыздэсым ефIэкIыныгъэр сэ Изот цIыхугъэ жумартагъкIэ Iэта урыс литературэм, Чеховыр собж новеллэ зытххэм я нэхъ Iэзэ дыдэу. Сэ псэкIэ зыхызощIэ псэкупсэ къуэпс гуэрхэмкIэ урыс литературэм, гъуазджэм сазэрыпыщIар».
20 гъэхэм я пэщIэдзэм хуозэ Мыхьмуд Теймур и япэ рассказхэр дунейм къыщытехьар. Абыхэм гъащIэр къыщигъэлъагъуэрт зэрыщыт дыдэм хуэдэу, къызыфIэгъэщI IэмыркIэ дунейм теплъэныр IэщIыб зэрыщищIыр белджылыт. И хъыбар нэхъ пасэхэм сюжет яхуэхъур езы тхакIуэр фIыуэ зыщыгъуазэ, жэщ-махуэ жыхуаIэм хуэдэу зыхэс, езым къедза «дуней цIыкIурт». «Щихъ Джумэ», «МытIу-али и адэш» япэ сборникхэм Теймурым зыкъыщигъэлъэгъуащ тхакIуэ-реалисту. Ар хуабжьу егъэпIейтей мысыр феллахьхэм, къулыкъущIэхэм, буржуазие курытымрэ жьгъеймрэ къахэхъукIа цIыхухэм я гъащIэр зыхуэдэм.
И хъыбар нэхъ пасэхэм абы къыщегъэлъагъуэ мэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIхэм я гъащIэ псыкIэр, сыт щыгъуи къыкIэрыхуарэ зыщIэхъуэпс тIэкIуми лъэIэсыну зэфIэкI зимыIэхэр; хьэжьвакъэжьышхрэ IулъхьэкъеIыхыу псэу къулыкъузехьэхэмрэ буржуазие жылагъуэм хэлъ мыхъумыщIагъэхэмрэ сэтей къыщищIкIэ абы ирогубжь, ирогубжь фэрыщIхэм, пцIыупсхэм, Iужажэхэм, къулыкъущIэкъухэм, н.
Буржуазие цивилизацэм и щIыб зэрыхуэгъэзар псом хуэмыдэу наIуэу абы къыщигъэлъэгъуащ, къалэм теухуа и хъыбархэу къулыкъущIэхэм, сатуущIхэм, «щIалэгъуалэ дыщэм» теухуахэм.
Мыхьмуд Теймур и новеллэхэм яIурылъ бзэм теухуауэ къэгъэлъэгъуапхъэщ ар зы лъэныкъуэкIэ, къызэрыгуэкIыу, къегъэкIуэкI-негъэкIуэкI, зэрызелъафэ хэмыту зэрызэщIэлъэщIар, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ, ар икъукIэ шэрыуэщ икIи купщIафIэщ. ТхакIуэм къегъуэтыф зи гугъу ищIым дэплъагъун хуей Iыхьэ нэхъыщхьэр икIи ар апхуэдизкIэ нэхуу, къабзэу уегъэлъагъури, нэм къыIуидзэр зи гугъу ищIым и теплъэ къудейркъым, атIэ тхылъеджэр негъэплъыс абы игу лъащIэм. Теймурым и новеллэхэр кIэщIщ икIи напэкIуэцI зыщыплIщ зэрыхъур. Абы къыдэкIуэу абы и рассказхэр, Мыхьмуд япэ ит адрей тхакIуэхэм ейм ебгъапщэмэ, хуэхейщ ущие еубыдылIам.
Хъаннэ Фахьури зэрыжиIэмкIэ, «Мыхьмуд Теймур иджырей хьэрып литературэм щыяпэу къигъэщIащ образ щэджащэхэр, икIи ахэр къигъэлъэгъуащ бгъуагъкIи, кIыхьагъкIи, кууагъкIи». Хъыбархэм хэт цIыхухэр щызэпсалъэкIэ гу лъотэ ахэр зи гугъу ящIым къызэщIиIэтауэ Iуэхум хуэжыджэру зэрызэпсэлъылIэхэр икIи мыбдежым, дауи, Теймур-драматургым Iэзагъышхуэ зэрыбгъэдэлъыр наIуэ къыщохъу.
Психологие и лъэныкъуэкIэ псоми Iэзэу гу зэрылъитэм и сэбэпкIэ, абы куууэ къыщIегъэлъэф и лIыхъужьхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр, я гупсысэр. Ауэ ар пкъынэ-пкъынэу зэпкърихыу аркъым, атIэ Iуэхум къыщыхъу-къыщыщIэхэм епхауэ цIыхум и псэм зэрызигъазэр дегъэлъагъу, абы щыгъуэми псалъэ куэди, теплъэгъуэ зыбжани къимыгъэсэбэпу зэ тегъэпсэгъуэкIэ къегъэнэхуф нэхъ хэубыдыкIауэ гу зылъыуигъэтэнур.
Мыхьмуд Теймур къыдигъэкIащ новеллэхэр зэрыт тхылъу тIощIым щIигъу. А псор зэхэплъхьэжмэ, XX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм мысыр жылагъуэм и гъащIэм реалистическэ гъуджэ хуохъу, къигъэщIа художественнэ теплъэхэр а лъэхъэнэм зэрыхалъхуар белджылыуэ къызэщIотаджэ, зэманым и фащэ ящыгъыу.
Абы и новеллэхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри къыщыдагъэкIащ Нью-Йорки, Лондони, Парижи, Мадриди, Рими... УрысыбзэкIэ щхьэхуэу къыдэкIахэм нэмыщI, «Гиених», «Уэздыгъэ щIыхухэр», «Иджырей хьэрып новеллэхэр», «КъуэкIыпIэ новеллэхэр», «Хьэрып тхакIуэхэм я рассказхэр», «КъуэкIыпIэ альманах» сборникхэм ихуащ икIи дунейм къыщытехьащ Мэзкууи Ленингради. КъызытехъукIа адыгэ мамлюкхэм Iэзэу ягъабзэу щыта джатэр къалэмкIэ зэзыхъуэкIа тхакIуэр, хьэрып литературэм и классикыр, адэшхуэхэм яхэлъа лIыгъэмрэ къабзагъымрэ хуэфащэу ирилэжьащ къалэмым. Абы и тхыгъэхэр хьэрып утыкум къикIри дунейпсо утыкум къихьащ, цIыхугъэм и пащхьэм къалэн лъапIэ зэрыщигъэзащIэм и нэщэнэу.
40 гъэхэм Мыхьмуд Теймур и творчествэм символизмэм ижь къыщIеху, фIэщхъуныгъэ зыхэмылъ цIыхупсэ ешам, нэщхъеягъуэрэ Iейрэ фIэкIа гъащIэм хэзымылъагъуэм пэгъунэгъу мэхъу. Ауэ тхакIуэр реализмэм пIалъэкIэщ зэрытебэкъукIар, абы щыгъуэми творческэ гъуэгу пхызыхыну хущIэкъум псы нэпкъ зэсылIэн къыщилъыхъуэ лъэхъэнэм IэщIэкI хабзэ щIэщхъуущ ар къэплъытэ зэрыхъунур. 50 гъэхэм я пэщIэдзэм, реализмэм и гъуэгу къытеувэжа нэужь, абы къыхуриджащ мыпхуэдэу: «ЦIыхубэм бгъэдэлъ гъуазджэр - ар гъащIэм и гъуазджэщ».
1952 гъэм бадзэуэгъуэм екIуэкIа революцэмрэ абы и ужькIэ щыIа социальнэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ лъэужьыншэ хъуакъым Теймурым дежкIэ. 1957 гъэм хьэрып къэралхэм я тхакIуэхэм Каир щрагъэкIуэкIа ещанэ конференцым абы къыщыхуреджэ лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэм нэхъ жыджэру хэтынхэу. Нэхъ пасэу, 1953 гъэм, абы къыдигъэкIауэ щытащ «Уэрамыщхьэ музыкант» сборникыр. Абы ит хъыбархэм щыщ «Демонстрацэ» жыхуиIэм игу щIэгъуу къыщегъэлъагъуэ монархием и бий бэнакIуэхэр. «Революционерхэр» (1955) повестыр Мыхьмуд триухуащ «офицер щхьэхуитхэу» Гамаль Абдель Насер зи унафэщIхэм къаIэта восстанэм. Хьэрып къэралхэм я цIыхубэм хамэ къэрал къикIа щIыдагъэ монополиехэм иращIэкI бэнэныгъэр темэ хуэхъуащ «Шамрухь» романым. Мы тхыгъэшхуэм мысыр литературэм щыяпэу лэжьакIуэбэ классыр къыщыгъэлъэгъуащ революционнэ къару лъэщу.
Мыхьмуд Теймур и цIэ ину Iуащ социальнэ, тхыдэ темэхэм теухуа и пьесэхэр щызэхуэхьэса сборник куэдхэмкIи. Академик Крачковскэм къызэригъэлъагъуэщи, ар «ящыщкъым ехъулIэныгъэ зэпцIагъащIэм игъэжакъуэхэм. Ар ерыщу и IэдакъэщIэкIым йолэжь: япэкIэ кIуэ къудей мыхъуу, къигъэзэжрэ къытрыригъэдза пьесэхэр, новеллэхэр, повестхэр щIэрыщIэу кхъузанэм щIигъэкIыжрэ нэхъ лъэщ ищIу, хэбгъэзыхьмэ, зэрыщыту щызэрихъуэкIыпэ къэхъуу».
ТхакIуэр гъащIэ кIэщI хъуахэм ящыщкъым, абы къигъэщIащ илъэс 79-рэ. Ар Каир щылIащ 1973 гъэм. Псэуху абы лъэкI къимыгъанэу и гуащIэ хилъхьащ Мысырым и жылагъуэ, литературнэ гъащIэр ефIэкIуэным. 1964 гъэм Мыхьмуд хах радиомрэ телевидениемрэ папщIэ тхэ драматургхэмрэ тхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу, «Аль-Киссэ» журналым и редакцэм и унафэщIу щытащ, хьэрыпыр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр щадж институт нэхъыщхьэу Каир, Александрие, Бейрут дэтхэм лекцэ къыщеджэрт. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ новеллэм и тхыдэмрэ теориемрэ теухуа къэхутэныгъэ куэд («Новеллэ зэратх щIыкIэм и Iэмалхэр», «Хьэфиз новеллэтхщ», «Гъуазджэм дэ дызэрыхуэныкъуэр», «ТхакIуэ IэщIагъэм сыхуэзыгъэуша къуэпсхэр», н.), апхуэдэу бзэщIэныгъэм, филологием я Iуэхугъуэ зыбжанэм елэжьащ.
Мысыр литературэм новеллэ жанрым и лъабжьэр щызыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ, Мыхьмуд Теймур и ныбжьэгъуфIу икIи и ныкъуэкъуэгъуу, махуибгъу къудей фIэкIакIэ абы нэхърэ мынэхъыжьу щытащ Лашын ТIэхьир Мыхьмуд. Ар адыгэ офицер унагъуэм къыщалъхуащ 1894 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 7-м. Инженер училищэр къиуха нэужь, абы куэдрэ Iуэху щищIащ лэжьыгъэхэмкIэ департаментым. Абы Iэзэу ищIэрт къыдалъхуа и адыгэбзэр. Ар хэту щыIащ 1935 гъэм Каир къыщызэIуаха «Адыгэ зэкъуэшыныгъэ» хасэм. Лашын къуэшыгъэкIэ япыщIат адыгэ куэдым, апхуэдэу Сирием, Иорданиет, Тыркум икIа мухьэжырхэм. ТхакIуэ цIэрыIуэм фIыуэ ицIыхурт Амман щыщ адыгэ студентхэу Нэгуэр Наурыз, Архагъэ Хьисэ, Шурдым Ахьмэд сымэ, 40 гъэхэмрэ 50 гъэхэм я пэщIэдзэмрэ Каир щеджауэ щытахэр.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).
Теймур Мыхьмуд
Каиррэ Нилрэ.
Теймур Мухьэмэд
Каир и зы теплъэ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "835.txt"
} |
КIуэкIуэ Валерий и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ, политик Iэзэ, республикэм зиужьыным къыпхуэмылъытэн хуэдиз хьэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КIуэкIуэ Валерий и фэеплъу Налшык къалэ и «Гладиатор» спорт IуэхущIапIэм щекIуэкIащ зэуэкIэ зэхэтымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.
Илъэс ебланэ хъуауэ ирагъэкIуэкI Урысейпсо зэпеуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ, турнирым и чемпион бгырыпхымрэ дамыгъэхэмрэ щIэбэнащ илъэс 18 - 23 зи ныбжь спортсмени 130-м нэблагъэ, Урысейм и щIыналъэ 16-м къикIауэ.
Зэпеуэм щытекIуахэщ Гайсултанов Магомед (кг 52,2-рэ, Шэшэн Республикэ), Ахтемиров Абдулмуслим (кг 56.7-рэ, Ставрополь край), Сулейманов Рамазан (кг 61,2-рэ, Шэшэн Республикэ), Гобаев Чермен (кг 65,8-рэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэ), Идрисов Курбан (кг 70,3-рэ, Ставрополь край), Сулейманов Алибек (кг 77,1-рэ, Дагъыстэн Республикэ), Амиржанов Гаджимурад (кг 83,9-рэ, Санкт-Петербург), Чельдиев Казбек (кг 93-рэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэ), Эльбаев Даниял (кг 120-м нэблагъэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ).
Зэпеуэм и кIэухым нэсахэм къыфIащащ Урысейм спортымкIэ и мастер цIэр.
Мы Iуэхум хиубыдэу екIуэкIащ абы и бысым профессионалхэр зыхэта зэпеуищ. Япэ Iыхьэм техникэ нокауткIэ текIуэныгъэр зыIэригъэхьащ икIи PFC «GLADIATOR» чемпион бгырыпхыр къыхуагъэфэщащ Къарэ Аслъэнбэч (кг 61-м нэс). Дзуев Алхасрэ (кг 61-рэ) Дзэмыхь Наурызрэ (кг 63-рэ) апхуэдэуи зэман кIэщIым текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ ар ирагъэкIуэкIын папщIэ къадэIэпыкъуахэм. Абыхэм ящыщщ «Агроком», «Оазис», «Вестер-Гипер», «Аква Минерале», «Долинск», ДРСУ-6, АСВ-2 ТV, «Панорама», «Сады Эльбруса», «Лига Ставок» IуэхущIапIэхэр.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "836.txt"
} |
ЗыгъэпсэхупIэр къызэIуахыж
Дзэлыкъуэкъуажэ зыхуей хуагъазэри къыщызэIуахыжащ цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэу щыт «Зэныбжьэгъугъэ паркыр». Ар зыхуей хуэгъэзэным пыщIа лэжьыгъэхэр мы гъэм хагъэхьауэ щытащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым къалэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIауэ иубзыхуа программэм. Бюджетым и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIа ахъшэу мы Iуэхум сом мелуани 6,5-м нэблагъэ трагъэкIуэдащ.
ЗыгъэпсэхупIэр къыщызэIуахыжым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Р. Хь., районым и цIыху пашэхэр, еджакIуэхэр.
Мы паркыр лIэщIыгъуэ кIуам и 60 гъэхэм хэсэн щIадзауэ щытащ. А лэжьыгъэр япэу ирагъэжьащ ДОСААФ-м щеджэхэм. Иджыпсту зыгъэпсэхупIэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26-м щIигъу еубыд. Абы и зекIуапIэхэм ящыщу метр зэбгъузэнатIэ 2800-рэ мывэ гъэжакIэ къращIыкIащ, тетIысхьэпIэу 30 щагъэуващ, къахухьащ, уэздыгъэхэр щыфIадзащ.
«Нобэ дэ ди нэгу щIокI зэман куэд лъандэрэ ди цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэу къекIуэкI щIыпIэр къыумыцIыхужыным хуэдэу дахэ зэращIар. Апхуэдэ лэжьыгъэр зэфIэзыгъэкIа псоми фIыщIэ ин яхузощI. УхуакIуэхэм къадэкIуэу, мыбы куэд щызэфIагъэкIащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэсхэми. Иджы дэ ди къалэныр мыпхуэдиз дахагъэр хъумэнырщ икIи нэхъри гъэбэгъуэнырщ», - щыжиIащ гуфIэгъуэ зэхыхьэм район администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан.
Мусуков Алий къыхигъэщхьэхукIащ илъэсым и кIэухым IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр хьэзыр щIыныр икIи ахэр къызэIухыныр Дзэлыкъуэ районым хабзэу зэрыщызэтеувар. «Мы паркыр зэIузэпэщ щIыным теухуа программэр гъэзэщIэным адэкIи пащэнущ икIи Дзэлыкъуэ районым и жылагъуэхэм щыIэ пщIантIэ куэд зыхуей хуагъэзэнущ. Апхуэдэу мы илъэсым къриубыдэу Дзэлыкъуэкъуажэ къыщызэIуахынущ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплекс», - жиIащ абы.
«Зэныбжьэгъугъэ паркыр» зэIузэпэщ щIыным пыщIа лэжьыгъэхэр зэщIэгъэуIуауэ икIи тэмэму зэрырагъэкIуэкIам папщIэ фIыщIэ тхылъхэр иратащ «Югинвест», «КъэщIэрэщIэжыныгъэ» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэм.
Зэхыхьэм и кIэухым районым и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ.
Щокъуий Аминэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "837.txt"
} |
Къулъкъужын Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр щогуфIыкI
Бахъсэн район администрацэм и жэрдэмкIэ зэман кIэщIым къриубыдэу зыхуей хуагъазэри къызэIуахыжащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексыр.
Нэхъ зэкIэлъымыкIуэу IуэхущIапIэм хэтыр и лъэгурти, ар зэрыщыту кърахри зэрахъуэкIащ.
Иджыпсту мы IуэхущIапIэм спортым и лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэм зыщыхуагъасэ сабийуэ, щIалэгъуалэу 90-м щIигъум. Ахэри, абыхэм я адэ-анэхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ спорт комплексыр зэман кIэщIым зэрызэрагъэпэщыжам.
ЧЫЛАР Аринэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "838.txt"
} |
«Урысейм и пашэхэр-2020» зэпеуэм хэтыну хуейуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыху 470-м тхылъхэр къатащ
Псори зэхэту «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэр къызэрыхалъхьэрэ къэралым и щIыналъэ псоми, апхуэдэу дунейм и къэрал 60-м щыщхэми я тхылъу мини 150-рэ къаIэрыхьащ къэрал унафэ зыщIыфынухэр къыхэхыныр къызэзыгъэпэщахэм.
Урысей Федерацэм и Президент, «Урысейр дэтхэнэми и зэфIэкIыр къыщигъэлъэгъуну Iэмалышхуэхэр здэщыIэ къэралщ» фейдэ къегъэщIыным пымыщIа зэгухьэныгъэм и кIэлъыплъакIуэ советым и унафэщI Путин Владимир 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 4-м диIыгъащ «Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм, унафэщIу лэжьэфыну щIалэгъуалэр къэлъыхъуэным хуэгъэпсам, и ещанэ зэхьэзэхуэр 2019 - 2020 гъэхэм егъэкIуэкIыныр. А зэпеуэр щрагъэжьащ кIэлъыплъакIуэ советым Сочэ къалэм дэт «Сириус» щIэныгъэ центрым щригъэкIуэкIа япэ зэIущIэм.
Зэпеуэм щытекIуэхэм иратынущ я щIэныгъэм адэкIи зэрыхагъэхъуэн грантыр, сом мелуан хъур, апхуэдэуи Iэмал иратынущ Урысейм и къэрал къулыкъущIэ нэхъыщхьэхэм пIалъэкIэ ядэлэжьэну.
Зэпеуэр мыпхуэдэ Iыхьэу зэхэтщ:
Япэ Iыхьэр: зэпеуэм хэтынухэр онлайн IэмалкIэ ятхыныр - жэпуэгъуэм и 4 - 27-хэм къриубыдэу (видеоинтервью егъэтхыныр - 2019 гъэм жэпуэгъуэм и 27 пщIондэ).
ЕтIуанэ Iыхьэр: щхьэж и щIыпIэм щыIэжу екIуэкIынур (2019 гъэм и жэпуэгъуэ - дыгъэгъазэ мазэхэм).
Ещанэ Iыхьэр: федеральнэ щIыналъийм очнэу щрагъэкIуэкIыну финал ныкъуэ зэпеуэхэр (2020 гъэм и щIышылэ - гъатхэпэ мазэхэм).
ЕплIанэ Iыхьэр: кIэух зэпеуэр (2020 гъэм и гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм).
Ипэ ита илъэситIым къриубыдэу екIуэкIа зэпеуэм хэтыну зезыгъэтхауэ щытахэм я бжыгъэр мин 426-м щIегъу (2017 - 2018 гъэм зэпеуэм хэтыну хуейуэ лъэIу тхыгъэ къагъэхьат цIыху мини 199-м; 2018 - 2019 гъэхэм - мин 227-м).
Зэпеуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ къулыкъу лъагэхэр Урысейм щратащ цIыхуи 150-м щIигъум: абыхэм ящыщу тIур щIыналъэхэм я губернатор хъуащ, плIыр федеральнэ министрхэм я къуэдзэу ягъэуващ.
«Урысейм и пашэхэр» зэпеуэм и ещанэ зэхуэсыгъуэм зыщыщ щIыпIэм емылъытауэ хэт хъунущ зи ныбжьыр илъэс 55-м щIимыгъуахэр, зэпеуэм къигъэув тестхэр гъэзэщIэным пэлъэщын хуэдэу урысыбзэр зыщIэхэр, апхуэдэуи IэнатIэм и унафэщIу илъэситху нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ лэжьахэр. Илъэс 35-рэ иримыкъуауэ зэпеуэм хэтхэм я дежкIэ унафэщI къулыкъум илъэситIкIэ фIэкIа пэрымытами хъунущ.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "839.txt"
} |
Хъан Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдей хэкум къыщемыхъулIа и зекIуэмрэ езыр зэрытрагъэкIамрэ
Смирнов Владимир (1846 - 1922) Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетыр 1870 гъэм «хьэрыпыбзэмкIэ, персыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ кандидат» IэщIагъэр иIэу къэзыуха урыс тхыдэджщ, бзэ щIэныгъэлIщ. Нобэ зи пычыгъуэ къэтхь и доктор диссертацэр 1887 гъэм пхигъэкIащ абы. Кърым хъаныгъуэр зэрызэфIэува щIыкIэм, абырэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм я гугъу ищIкIэрэ, Смирновыр адыгэ тхыдэм «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэна зауэзэрылIым топсэлъыхь. УрысыбзэкIэ еджэну гукъыдэж зиIэхэм тхыгъэр псалъащхьэм и оригиналымкIэ («Неудачный поход Каплан-Гирей хана I в Черкесию и свержение его») къагъуэтыфынущ. Смирновым и лэжьыгъэр, езым зэрыжиIэмкIэ, кърым хъаныгъуэм теухуауэ япэу урысыбзэкIэ дунейм къытехьа тхыдэ лэжьыгъэт. Европей тхыдэджхэм я тхылъхэм нэмыщI, щIэныгъэлIым кърым-тэтэрхэм я пасэрей Iэрытххэри иджащ. Гулъытэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэм ящыщу Смирновым къреIуэ 1832 гъэм урысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ щыта Мухьэмэд Риза Сэид и тхылъ цIэрыIуэу «Ас-себ-ус-сеяр фи ахбари мулюки татар» («Тэтэр тепщэхэм ятеухуа хъыбархэм щыщ планетибл») тхылъыр. Къэнжал зауэм и хъыбар къыхощ Хьэлим Джэрий жыхуаIэ тхакIуэм и «Гюльбуни-ханан» («Хъанхэм я гуащэнапщIэ гъэгъа») тхылъми. Зи цIэр нэхъ ди нэIуасэхэм ящыщщ сулътIанхэм ябгъэдэтыпэу къулыкъу зыхьа Фундуклулу тхакIуэри: Iэрытх къэс напэкIуэцI 300-м нэсу абы къызэринэкIа тхылъиплIым я зым щытопсэлъыхь Къэнжал зауэм.
Къаплъэн-Джэрий тепщэгъуэр къыIэрыхьа нэужь, занщIэу ихъуэжащ къыкъуэт унафэщIхэр. Псалъэм папщIэ: хъаным и къуэш нэхъыщIэ Менглы-Джэрий калга къулыкъур иритащ; Мэкъсуд-Джэрий нуреддин ищIащ; атабек Мердан-Алий - уэчыл - хъаныгъуэм и япэ уэзир - хъуащ. Кърым уэлийхэм ящыщу Ибрэхьим-ефэнды-заде Мухьэммэд-ефэнды къады нэхъыщхьэу игъэуващ, Муртазэ-щихъыр муфтий хъуащ.
А зэман дыдэм ирихьэлIэу, хъаныщIэм тахътэм къытекIа хъан Къазы-Джэрий уэзирым Балаклавэ иригъэшэн щхьэкIэ, кхъухьым иригъэтIысхьэри иутIыпщат, ауэ жьышхуэм Бургос щитIысыкIыну Iэмал къыщримытым, ар Румелием ягъэкIуэну лъэIуащ. Абы щыIэу, Ямболу пэгъунэгъуу Къарын-абад щIыпIэм емынэ уз къыщыхыхьэри, дунейм ехыжащ.
ХъаныщIэ Къаплъэн-Джэрий Езанэм (1707 - 1709 гъэхэм тетащ) ипэ щIыкIэ тырку къэралыгъуэм дзыхь къыхуищI хуэдэурэ щIидзат и тепщэгъуэр. СулътIаным Еникъалэ дэт быдапIэхэр зыхуей хуэзамэ зыщигъэгъуэзэну унафэ къыхуищIати, муслъымэн махуэгъэпсымкIэ 1119 гъэм (1708-м и шыщхьэуIум) хъаныр абы еплъыну ежьат. Гъуэгу здытетым ар Джан-Тимур ирихьэлIэри, лъэныкъуитIыр зэщыIеящ икIи я кум гужьгъэжь къыдэхъуауэ зэбгъэдэкIыжахэщ. Хуэм-хуэмурэ хъаныщIэр адрей мурзэхэми ящыхьэурэ Iуэхур лъыгъажэм хуэкIуэным тIэкIущ иIэжар. Езы хъаным къызэрыфIэщIымкIэ, мурзэхэр апхуэдэу къыщIыхуэбзаджэр зыгуэрым къызэрызэщIигъэстым къыхэкIырт. Ар и гурыщхъуэу, Къаплъэн-Джэрий и нэIэ тримыгъэкIыу кIэлъыплъырт щIыналъэм ирагъэкIа хъан Долэт-Джэрий. Ар Родос хытIыгум щыIэти, Румелием ягъэIэпхъуэну сулътIаным елъэIуат, модрейри арэзы хъуат. Къаплъэн-Джэрий ар зэрызэхихыу сулътIаным хъыбар хуригъэхьащ Кърымым къыщыхъу Iэуэлъауэ псори Долэт-Джэрий зэбгригъэх тхыгъэхэмрэ псалъэхэмрэ къагъэхъей хуэдэу, абы къыхэкIыу ар Румелием бгъакIуэмэ, мамыр гъащIэм гугъэр хэхыжын хуейуэ. Къаплъэн-Джэрий и еплъыкIэр пхыкIащ.
Ауэ сыт Къаплъэн-Джэрий зытекIуэдэжар жыпIэмэ, ар адыгэхэм я деж къыщемыхъулIа и зекIуэращ. Шэхьбаз-Джэрий зэраукIам щхьэкIэ илъ ищIэж хуэдэу фэ зытригъэуа щхьэкIэ, абы, ипэжыпIэкIэ, хэхъуэ щыщымыIэ зэманым нэхъ жыжьэ IуIэпхъукIа къэбэрдейхэм къапыкIыну мылъкум зыхимыгъэкIыжын щхьэкIэт а зекIуэр щIиублар.
ЯпэщIыкIэ, иджыри 1707 гъэм и гъатхэм, абы и япэ къуэдзэ Менглы-Джэрий адыгэхэм я деж еутIыпщ ипэм щыпсэуа щIыпIэм Iэпхъуэжыну къытригъэхьэн мурадкIэ. Хъан лIыкIуэр щIымахуэ хъуху къотри, щIэкIуам мыхьэнэ имыIауэ къегъэзэж. Апхуэдэу щыхъум, езы Къаплъэн-Джэрий къыкIэлъыкIуэ гъатхэм ежьэну треухуэ.
Ар зи мурад хъаным емыжьэну чэнджэщ къезыт и блыгущIэтхэр зэхуешэс: тэтэрхэр мафIэрыуэ Iэщэхэм зэрыхуэмыIэзэр, я гъуэмылэр зэрымащIэр, армырами тхьэмыщкIагъэм гугъу иригъэхь цIыхубэм зекIуэ зэрежьэну мылъкур къазэрытехьэлъэнур къыжезыIэ кърым мурзэхэр. Псом хуэмыдэу, хъаным къыхилъхьа зауэ жэрдэмым пэувахэт Ширин лъэпкъым и лIыкIуэ Сары-Къадыр-Шахъбэчрэ Эльхадж-Джан-Тимур мурзэмрэ. Ауэ хъаныр абыхэм жаIэм едэIуакъым, уеблэмэ Эльхадж-Джан-Тимуррэ абы и ныбжьэгъухэмрэ иукIыну зигъэхьэзырауэ ягъэхъыбарырт. Ширин эмирхэм зыкъаIэтыным зымащIэт къэнэжар, лъэныкъуитIыр зи гугъу тщIа Къадыр-Шахъбэчрэ Гулэдж-Абдул-Ефэндырэ зэрамыгъэкIужатэмэ. ИтIани, Къаплъэн-Джэрий унагъуэ къэс зы нэрыбгэ къабгъэдэкIын хуейуэ игъэувщ, къалэдэсхэм «капы-кулу» зыфIаща ахъшапщIэ хригъалъхьэри (абыхэм «анищым я бын» зыфIаща нэгъуей лъэпкъхэри хригъэубыдат) дзэ абрагъуэ зэригъэпэщащ.
Уэсмэн тепщэгъуэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, къызэрыIэтынрэ Iэуэлъэуэнрэ фIэкIа Iуэху зимыIэ кърымхэр Iуэхуншэ имыщIын щхьэкIэ, зекIуэм арэзы техъуам къыщымынэу, Къафэ къалэм и дзэзешэ Муртазэ-пэщэм къыкъуэтхэр и гъусэу хъаным и ежьэным хыхьэну унафэ хуищIащ.
Мурад нэхъыщхьэ хуэдэу а зекIуэм иIар къэбэрдей адыгэхэр здэIэпхъуа щIыпIэщIэм («Тхыдэ кIэщIым» зэритхымкIэ, ар Неджан щIыпIэратI) кърахужу япэм щыпсэуа Бещто бгы лъапэм деж ягъэтIысыжынырт. Ауэ Iуэхум и кIэр хьэдагъэ хъуащ.
ЯпэщIыкIэ, къэбэрдеипщ ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ хъаным деж лIыкIуэ игъэкIуащ, пщылI нэхъыбэ яIихыу я пIэ иригъэсыну лъаIуэу. Iуэхур мамыру зэфIэзыгъэкIын а жэрдэмыр хъаным щимыдэм, адыгэ тхьэмыщкIэхэр бзаджагъэм хуекIуэщ, хъаныдзэм зыщиубгъуа хэщIапIэм жэщу къытеуэри, щIэмыпхъуэжыфахэр фIагъэжащ.
Ар къызэрыхъуа дыдэр тырку тхыдэдж Рэшид-ефэндым итхыжащ, ауэ къэхъуар къызэрыбгурыIуэн хуей щIыкIэр нэхъ IупщIу къэзыIуэтэжар Фундуклулущ. Иужьрейм Къаплъэн-Джэрий трагъэкIыу Долэт-Джэрий етIуанэу зэрытрагъэувэжа щIыкIэр мыпхуэдэу къегъэлъэгъуэж:
«Кърым хъанхэр яхъуэжыху, адыгэпщхэм пщылI 300 хъаныщIэм тыгъэ хуащI я хабзэт. Къаплъэн-Джэрий а бжыгъэмкIэ арэзы мыхъуу, езым къыхилъхьам тригъэчыныхьырт: «ПщылI 3000 нэхърэ нэхъ мащIэ къеIысхынукъым».
Ар зэхэзыхыжа адыгэпщхэр зэчэнджэщыжри, псалъэ кърагъэхьащ: «Апхуэдиз пщылI бжыгъэ етт ди хабзэу щытами, ипэ зэманым хъанхэр илъэс пщыкIутхум - илъэс тIощIым зэ яхъуэжу арат. Иджы илъэс къэс хъаныщIэ трагъэувэу къаублащ. Дэнэ дэ абыхэм еттын апхуэдиз сабий къыздитхынур? Псом хуэмыдэу иджы! Адыгэ лъэпкъым и нэхъыбэр муслъымэн диным и жьауэ махуэм щIэувакIэщ. Зы къуажи, зы хьэбли къэмынэу мэжджытышхуэхэмрэ хьэблэ мэжджытхэмрэ дэтщ, дин еджапIэхэр щолажьэ, нэмэз уахътитхур нэгъэсауэ щащI, ныбжьыщIэхэр щрагъаджэ. Шэрихьэтым къабыл ищIрэ муслъымэн диным тет лъэпкъыр джаур ныкъуэкъуэгъухэм яхуэбгъадэу, гъэру бубыду уи пащхьэ къребгъэшэну? Алыхьталэр апхуэдэ залымыгъэм арэзы техъуэну? Тхьэм щхьэкIэ, къытхуэвгъэгъу, ауэ аращ ди Iуэхур зыIутыр».
Апхуэдэу ткIийт жэуап ирагъэхьыжар. Арати, Къаплъэн-Джэрий тэтэрыдзэр зэхуишэсри, Керчь къызэпрыкIащ. Темэн нэс къакIуэу адэкIэ Къэбэрдейм щиунэтIым, адыгэпщхэм Iуэхум хьилагъэ халъхьэри, хъыбарегъащIэ къагъэкIуащ: «ЖыхуэфIа пщылI бжыгъэр фэттынщ, ауэ зэкIэ тэтэрхэр къэвмыгъакIуэу, махуищ къудей пIалъэу къытхуэвгъэув».
Хъан пагэр арэзы хъущ, псыхъуэ гуэрым щепсыхри, гъуни нэзи зимыIэ ефэ-ешхэмрэ тегъэупIэхэмрэ зритащ. Адыгэхэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ жэщым къатеуэщ, сэшхуэ къихакIэ къахэлъадэри, тэтэрхэр игъащIэм зэрызэтрамыукIа укIыкIэкIэ зэтраукIэри загъэбзэхыжащ.
Кърымым пщIэрэ щхьэрэ нэхъ зиIэу иIа лIыщхьэхэр хэкIуэдащ а зауэм. Хъан пагэм Кърымым зыкъыщигъэлъэгъуэн укIытэри, и блыгущIэтхэм ящыщ зыбжанэ и гъусэу, и псэр нэгъуейхэм я деж ихьащ. Кърымхэми къэхъуар Тыркум лъагъэIэсыжри хъаныщIэ къыхуагъэкIуэну лъэIуахэщ.
Зэхуэсым унафэ къыщащтащ хъаныгъуэр нэхъ зылъысыр Хиос хытIыгум гъэру щаIыгъ япэрей хъан Долэт-Джэрийуэ. СулътIаным и унафэр зыIэщIэлъ шу пашэ Ференг Уэсмэн-пэщэ ар къишэжыну ягъэкIуащ. Рэмэзан мазэм и 17-м Долэт-Джэрий Истамбыл къызэрыса хъыбарыр щызэбгрыкIа нэужь, уэзир нэхъыщхьэ Мухьсин-заде Абдул и дзэпщхэр абы Чекмедже щIыпIэм щыпежьэри, и макъамэгъэIухэр дэщIыгъуу, Iэтауэ адэкIэ яшащ.
Хъан Долэт-Джэрий ишхынрэ щыпсэунрэ хуагъэхьэзырри Каба-Сакал мэжджытым пэгъунэгъуу ягъэтIысат. А мазэ дыдэм и 23-м, махуэр махуэкуу, уэзир нэхъыщхьэм ар сулътIаным и пащхьэм иришащ. ПщIэ къызэрыхуищIым и нэщэнэу, сулътIанри лъэбакъуэ зыбжанэкIэ къыпежьэри, езым и пащхьэм щаубгъуа алэрыбгъум тетIысхьэну хуит къищIащ.
Псэлъэгъуэ щихуэм, Долэт-Джэрий хъаныгъуэр зыщхьэщихыну хуежьат. «Сэ уэ сыуипщылIу аращ, къуаншагъэшхуэ збгъэдэлъу къулыкъум сытрагъэкIауэ. Хъаныгъуэ зыхуэфащэ куэд щыIэщ. Абыхэм яз къащтэ. Дэтхэнэ зыми сэ нэхърэ нэхъыфIу хуэгъэзэщIэнущ уи унафэр», - жиIэрт абы. СулътIаным ар идакъым: «Сэ сыщIэупщIащ уэ узэрагъэкъуаншэм икIи зэхэзгъэкIащ къуаншагъэ зи цIэ зэрыббгъэдэмылъыр. Уэращ хъаныгъуэр зыхуэфащэри, уи Iуэхутхьэбзэм сыщогугъ». ИтIанэ, зэрыхабзэу, Долэт-Джэрий абэ гъэщIэрэщIа щрырагъэтIагъэщ, Iэпс-лъэпс псомкIи зэгъэпэща шы къарэ тыгъэ къыхуащIри, пщIэ пылъу и унэщIэм яшащ».
Рэшид-ефэнды а хъыбархэм мыри къыдыщIегъуж. Булавин и унафэм щIэту зыкъэзыIэта къэзакъхэр зэрагъэбэяужар щапхъэу къихь пэтрэ, абы жеIэ ямыукIыу къэна цIыху 8000-р Псыжь щIыб щыпсэу нэгъуейхэм я деж зэрыщIэпхъуэжар. Ахэр Темрыкъуэ къалэм сыхьэтих гъуэгукIэ пэIэщIэу, Хъан-Тепе зи фIэщыгъэ щIыпIэм деж щигъэтIысауэ щытащ Къаплъэн-Джэрий.
Рэшид-ефэнды а хъыбарым зригъэубгъуркъым. Ауэ Риза Сулеймэн-ефэнды а Iуэхугъуэр Къаплъэн-Джэрий щIытрагъэкIа щхьэусыгъуэхэм язу къехь, хъаныр мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм зэребэкъуам и щыхьэту. Ауэ хъаным деж хэщIапIэ къыщызыгъуэта «Игнат-къэзакъ къуейщIейхэм» я бжыгъэр Рэшид-ефэнды 8000 хъууэ жиIэ щхьэкIэ, мыдрейм ахэр зы мин е минитI къудей фIэкIа мыхъуу щытауэ къеIуатэ.
Фундуклулу Къаплъэн-Джэрий зэрытрагъэкIар къыщиIуэтэжкIэ, Тыркур и гъунэгъу къэралхэм, псом хуэмыдэу Урысейм, зэрахущытар IупщI мэхъу. Къыщхьэщыжын зимыIэ, Урысейм и Iэгъуэблагъэм ит лъэпкъхэм я деж къылъыс хэхъуапIэр щимыгъуэтыжым, кърым хъаным мылъку хэхыпIэу езым и жьауэм щIэт адыгэхэр къигъэсэбэпыну мурад ищIауэ арат. А Iуэхуми щыхилъафэм, абы къэзакъ зыкъэзыIэтахэр зришэлIащ, адыгэхэм ятеуэн хуей хъумэ ящыгугъын хуэдэу, къыщыщIа напэтехыр и гум техуэнутэкъыми.
Тахътэм къытрагъэкIа Къаплъэн-Джэрийрэ абы и япэ къуэдзэу щыта Менглы-Джэрийрэ Кърымым кърагъэкIа хъумакIуэ тетым ишэжащ. Гъуэгу тету ахэр Измаил деж щыхуэзат хъан Долэт-Джэрий, ауэ лъэныкъуитIым, я зэхуакум гужьгъэжь дэлъ щхьэкIэ къамыгъанэу, хабзэм тету сэлам зэрахри, зэблэкIахэщ. Къаплъэн-Джэрий Фундуклу щIыпIэм ягъэIэпхъуащ, Менлы-Джэрий Къады къуажэм дагъэтIысхьащ. Абы иужькIэ ахэр хъан трагъэкIахэр зраубыдэ хабзэ Родос хытIыгум ирагъэшэжа къыщIэкIынщ.
«Кърым хъаныгъуэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэм зэрыщIэтар» тхылъым щыщщ (1887 гъэ).
Сурэтым: КIыщ Мухьэдин, «Къэнжал зауэ».
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "84.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
«Жыжьэ фыкIуэну фыхуей - фызэгъусэу фыкIуэ»
Сочэ къалэм жэпуэгъуэм и 23 - 24-хэм щызэхэтащ «Урысей – Африкэ» зыфIаща зэхуэсышхуэр. Дунейпсо тхыдэм къриубыдэу апхуэдэ зэIущIэ япэ дыдэу зэрырагъэкIуэкIам и закъуэкъым абы гъэщIэгъуэнагъыу хэлъар - апхуэдиз къэралым я лIыщхьэхэр нэхъапэм зы зэIущIи щызэхуэсакъым. Абы кърихьэлIащ Африкэ континентым хыхьэ къэрал 54-ми я лIыкIуэ минипщIым щIигъу. Къэралхэм я унафэщI нэхъыщхьэу 40-м щIигъу къэкIуащ я щIыналъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэну Iуэхухэм щытепсэлъыхьыну саммитым. Езыхэм ящыщ куэд дыдэри иджы япэу зэIущIауэ аращ.
Африкэр IуэхугъуэщIэхэр къыщыхэплъхьэ хъуну щIыналъэу къалъытэ, ауэ абы нэгъуэщI зыгуэруи йоджэ - зэныкъуэкъуныгъэр щытепщэ, тхьэмыщкIагъэм къыхэмыкI хэку хужаIэ. ЩIэпхъаджагъэу щалэжьымкIэ, зыхэт зауэхэм я бжыгъэмкIэ щIыналъэр ящыщщ дунейм бжьыпэр щызыIыгъхэм. Я фIыр къызэрыдрагъэуеину, зыхэт гугъуехьхэм къыхэкIа зэрыхъуну хэкIыпIэхэр къалъыхъуэн мурадырщ ахэр мы зэIущIэм къезышэлIар. АбыкIэ IэмалыфIу къалъытэри, ди IэщIагъэлIхэм къыхалъхьащ экономикэр Урысеймрэ Африкэм хыхьэ къэралхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм лъабжьэ хуащIыну. Лъэныкъуэхэм я фейдэ хэлъу зэрызэдэлэжьэфынум и щапхъэу къахьащ урысей-мысыр зэпыщIэныгъэхэр, абыхэм зэгъусэу ягъэзащIэ проектышхуэхэр. А зэдэлэжьэныгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэным теухуауэ щытащ къэралитIым я Президентхэу Путин Владимиррэ Абдель Фаттах ас-Сисирэ я зэIущIэр. Нэхъ пасэу зэрызэгурыIуахэм ящыщщ урысей кампаниехэм атомнэ электростанц Мысырым щащIынри, промышленнэ IуэхущIапIэхэр абы къыщызэIухынри. Абыхэм япкъ иткIэ зэращIылIащ доллар мелуани 190-рэ зыхалъхьэну контрактхэр, иджыри доллар мелардиблым нэблагъэм къищI лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну я мурадщ.
А Iуэхухэр щIэгъэпсынщIэным зэрыщыгугъым къыдэкIуэу, Мысырым и унафэщIыр къытеувыIащ къэралитIым я туристхэр нэхъ зыщIэупщIэми - кхъухьлъатэхэмкIэ ди цIыхухэр зэкIэлъыкIуэу зэрыщытам хуэкIуэжыныр. Ари зэман гъунэгъум зэфIэкIыну Iуэхуу зэрыщытыр жраIащ Абдель Фаттах ас-Сиси.
«Урысей хьэрычэт IэнатIэм кIуэ пэтми мылъку нэхъыбэ хелъхьэ Африкэ къэралхэм щищIэ Iуэхухэм. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу урысей-африкэ сату зэпыщIэныгъэхэр хуэдитIым щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ икIи доллар мелард 20-м и уасэ зэрагъэкIуэкIащ, - жиIащ Путин Владимир зэIущIэшхуэм къыщыщыпсалъэм. - Дауи, ар егъэлеяуэ куэд дыдэкъым икIи Iуэхур абдежым къыщыувыIэ хъунукъым. Дэ къэралхэм яхуедгъашэр Iэщэм и закъуэкъым. Уеблэмэ апхуэдэ сатур нэхъ мащIэ хъуащ, мэкъумэш продукцэ лIэужьыгъуэхэм хэдгъахъуэри - Iэщэу африкэ къэралхэм щытщар доллар мелард 15 и уасэмэ, мэкъумэшхэкIыу яIэрыдгъэхьар доллар мелард 25-рэ хуэдиз и уасэ мэхъу. Шэч къытесхьэркъым илъэсиплI-тху дызыхуэкIуэхэм сатууэ зэдэтщIым хуэдитIкIэ зэрыхэдгъэхъуэфынум. Ар я нэхъ мащIэрамэ».
Зэхуэсышхуэм урысей кампаниехэм къыщыхалъхьэ проектхэр икъукIэ гъэщIэгъуэн къащыхъуащ хьэщIэхэм икIи щIэупщIэшхуэ яIэщ. Псалъэм папщIэ, Эфиопием и мурадщ я деж атом электростанц щегъэухуэным теухуа зэгурыIуэныгъэ Урысей Федерацэм кърищIылIэну. Руандэм ядернэ щIэныгъэмрэ технологиехэмрэ я центр урысей IэщIагъэлIхэм яригъэщIыным теухуа зэгурыIуэныгъэр егъэхьэзыр. Экваторым пэгъунэгъу Гвинеемрэ Маврикиемрэ щIыдагъэ къыщIэшын IэнатIэм Урысейм къыщыдэлэжьэну хуейщ. Япэхэми хуэдэу, икъукIэ щIэупщIэшхуэ иIэщ урысей Iэщэми.
ЗэIущIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэ дыдэу хьэщIэхэми бысымхэми къалъытар къэралхэр зэкъуэту я зыужьыныгъэм телэжьэн зэрыхуейрщ. Мыбдежым икъукIэ къыщезэгъыу къагъэсэбэпащ африкэ псалъэжьри: «ПсынщIэу фыкIуэну фыхуеймэ - фи закъуэу фыкIуэ. Жыжьэ фыкIуэну фыхуей - фызэгъусэу фыкIуэ». Щхьэж и къэралым и экономикэ фейдэ къызэрыхахыным яужь зэритынум и мызакъуэу, Африкэ щIыналъэшхуэм хыхьэ къэралхэр зэкъуэувэн зэрыхуейм Сочэ щекIуэкIа зэхуэсышхуэм зэрыригъэгупсысынум, абы дерс щхьэпэхэр къызэрыхахынум шэч хэлъкъым.
Нобэ
♦ЦIыхубзхэр мамырыгъэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм и таможенникым и махуэщ. 1653 гъэм, Романов Алексей Михаил и къуэм и пащтыхьыгъуэм, Урысейм таможеннэ IэнатIэ къыщызэрагъэпэщащ, абы и устави къащтащ. 1991 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м РСФСР и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ Къэрал таможеннэ комитет къызэгъэпэщыным теухуа унафэм.
♦Литвам и Конституцэм и махуэщ
♦1936 гъэм Мейкъуапэ къыщызэIуахащ Адыгэ АО-м и Урыс драмэ театрыр. Иджыпсту ар Адыгэ Республикэм Пушкин А. С. и цIэр зезыхьэ и Урыс къэрал драмэ театрырщ.
♦1941 гъэм къызэрагъэпэщащ зыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетыр.
♦1944 гъэм Днепропетровск, Днепродзержинск къалэхэр нэмыцэдзэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1955 гъэм «Tappan Company» америкэ фирмэм микроволновэ хьэку къызэрыщIигъэкIар хэIущIыIу ищIащ.
♦1976 гъэм Лондон къыщызэIуахащ Пащтыхьыгъуэм и Лъэпкъ Театрыр.
♦1977 гъэм «СССР-м и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
♦1990 гъэм Къэзахъстаным и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ. Абы къыщыгъэлъэгъуащ зи бжыгъэкIэ адрей лъэпкъхэм куэдкIэ ебэкI къэзахъ лъэпкъым а къэралым бжьыпэр сыт и лъэныкъуэкIи щиIыгъын зэрыхуейр.
♦1990 гъэм япэу ягъэлъэгъуащ иджыпсту цIэрыIуэ дыдэ хъуа «Поле чудес» теленэтыныр. Ар иригъэкIуэкIат и къызэгъэпэщакIуэ Листьев Владислав.
♦1990 гъэм СССР-м къыщащтащ зыхуей диныр къыхихыну цIыхур хуит зыщI законыр.
♦1990 гъэм Къэзахъстаным и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
♦2001 гъэм УФ-м и Президент Путин Владимир Iэ щIидзащ УФ-м ЩIым теухуа и кодексым.
♦1881 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ Пикассо Паблэ.
♦1825 гъэм къалъхуащ Австрием щыщ композитор, скрипач, дирижёр Штраус Иоганн-къуэр.
♦1911 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Елмэс Хьэжбий.
♦1915 гъэм къалъхуащ парт, къэрал къулыкъущIэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим.
♦1917 гъэм къалъхуащ шапсыгъ тхыдэдж, «СССР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и лэжьакIуэ нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфэща Нэпсо Фазиль.
♦1926 гъэм къалъхуащ Урысей оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, «Хэкум пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр и нагъыщэ псори зыхуагъэфэща Вишневская Галинэ.
♦1928 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу илъэс куэдкIэ щыта Мырзэкъан Суфян.
♦1940 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, СХьР-м и парламентым и депутату, Адыгэ фIыщIэ хасэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ лэжьа Абазэ Шараф.
♦1938 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Сёминэ Тамарэ.
♦1946 гъэм къалъхуащ урысей политик, УФ-м и Президентым и Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщIу, СНГ-м и къэрал секретару щыта Бородин Павел.
♦1950 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, «Smokie» инджылыз гупым хэта Норман Крис.
♦1976 гъэм къалъхуащ фигурист, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Урысейм, Европэм, дунейм я чемпионатхэм мызэ-мытIэу щытекIуа, Солт-Лейк-Сити (США) къалэм 2002 гъэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм чемпион щыхъуа Сихарулидзе Антон.
♦1979 гъэм къалъхуащ урысей актёр, сценарийхэр зытх Галустян Михаил.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 17, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жагъуэгъурэ щIасэгъурэ зимыIэ щыIэкъым.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "840.txt"
} |
Дунейм щыхъыбархэр
Аргентинэм и президенту хахащ
Фернандес Альбертэ
Жэпуэгъуэм и 27-м Аргентинэм щекIуэкIащ президент хэхыныгъэхэр. Абы щытекIуащ хэхыпIэхэм къекIуэлIахэм я процент 47-м щIигъум Iэ зыхуаIэта Фернандес Альбертэ. Къэралым и иджырей президент Макри Маурисио и телъхьэ хъуари мащIэтэкъым – процент 40-м щIигъум я дзыхь кърагъэзат абы.
ЦIыхубэм къулыкъур нэхъ зыхуэфащэу къалъытам ехъуэхъуащ ар зыщхьэщахар икIи, апхуэдэ Iэмал игъуэтмэ, президентыщIэм сыткIи щIэгъэкъуэн хуэхъуну къигъэгугъащ.
Макри къулыкъур щIыIэщIахам щхьэусыгъуэшхуэхэр иIэщ икIи ар езыми ещIэж, дауи, 2015 гъэм езыр президенту щыхахым бэр куэдкIэ къигъэгугъат абы – экономикэр иригъэфIэкIуэжыну, цIыхухэм я псэукIэр зыхуэдэми зэпымыууэ и нэIэ тригъэтыну. Япэ лъэбакъуэхэм ящыщу абы Дунейпсо валютэ фондым къэралым хуиIэу щыта зэпыщIэныгъэхэр зэтригъэувэжащ, ауэ ари сэбэп къыщыхуэхъуакъым хэхакIуэхэм ярита псалъэр игъэпэжынымкIэ. Доллар мелуани 5-рэ ныкъуэм щIигъу мылъку зыбгъэдэлъ, США-м и иджырей президент Трамп Дональд илъэс куэд хъуауэ и ныбжьэгъу икIи и лэжьэгъу Макри цIыхухэм я псэукIэр зэрыригъэфIэкIуэжыфынум куэдым шэч къытрахьатэкъым, ауэ псори гугъэ нэпцIу къыщIэкIащ. Абы и тетыгъуэм къэралыр нэхъри нэхъ кууужу кризисым хыхьащ - инфляцэр процент 55-м щынэблэгъащ абы. ЦIыху мелуан 40 щыпсэу Аргентинэм цIыху мелуанищым нэблагъэм ирикъуу яшхын яIэкъым.
Апхуэдиз щымэжэщIалIэ, IэнатIэ куэдым зэфIэмыхьэныгъэхэр здэщыIэ къэралым и унафэщIу щытыным цIыхур щIыщIэхъуэпсыр, а къулыкъум щIыщIэбэныр сыту пIэрэ? Хэкум илъ тхьэмыщкIагъэ къызэрымыкIуэр зэуэ зыгъэкIуэдыжыфынури хэт? А упщIэхэм, дауи, иджыпсту жэуап иратыфынукъым къэралым и унафэщIу щытами иджы а къулыкъур зылъысами.
Макри къэралым щригъэкIуэкI политикэр ягу зэрытемыхуэжыр гуащIэу жаIэу хуежьат икIи фокIадэ кIуам Буэнос-Айрес и уэрамхэм цIыху губжьахэр къыдыхьащ, къэралыр тхьэмыщкIагъэм зэрызэщIищтам къыхэкIыу къызэрымыкIуэ щытыкIэ Аргентинэм щыгъэувыным къыхураджэу. Экономикэ щытыкIэр адэкIэ кIуапIэ имыIэжу зэрызэIыхьар къалъытэри, къэралым и парламентым и депутатхэр арэзы техъуащ ерыскъыпхъэкIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным теухуа законопроектым. Абы ипкъ иткIэ, псом япэрауэ, ахъшэ хухахынущ илъэс 14 иримыкъуахэр, уэндэгъухэр, ныкъуэдыкъуэхэмрэ зи ныбжьыр хэкIуэтахэмрэ ерыскъыкIэ къызэгъэпэщыным. Процент 50-кIэ нэхъыбэ ящIынущ курыт еджапIэхэм, цIыху куэд зэкIуалIэ шхапIэхэм ахъшэу хухахыр. А законыр 2022 гъэ пщIондэ лэжьэнущ.
Президент къулыкъур зыхуагъэфэща Фернандес Альберти фIыуэ яцIыху - Макри и правительствэм и унафэщIу лэжьащ. Аргентинэм щыпсэухэм я дежкIэ нэхъыщхьэращи, ар фIыуэ щыгъуазэщ къэралыр щытыкIэ гугъум къызэрипшыфыну Iэмалхэм, а хэкIыпIэхэр нэсу къэгъэсэбэпыным яужь итын хуей къудейуэ аращ.
Я прунжыр бэв хъуащ
Прунж щагъэкI щIыпIэ нэхъыщхьэу Урысейм иIэ Краснодар щIыналъэм щызэфIэкIащ ар Iухыжыныр.
Мы гъэм прунжу абы къыщрахьэлIащ тонн мин 950-рэ. Ар тонн мин 200-кIэ нэхъыбэщ илъэс кIуам къайхъулIам нэхърэ. Нэхъыбэ хъуащ прунжыр щыхасэ щIыпIэхэри. Псори зэхэту гъавэр щызэщIакъуэжащ гектар мини 125-м. Прунж хэзысэ район псоми - Красноармейскэ, Калининскэ, Абинскэ, Крымскэ, Славянскэ, Северскэ, Темрюкскэ щIыналъэхэмрэ Краснодар къалэмрэ – ар бэву къыдэхъулIащ.
Краснодар щIыналъэм къыщагъэкI прунжым щIэупщIэшхуэ щиIэщ дунейм - ар къэрал 25-м иращэ. Абыхэм ящыщщ Тыркур, Монголиер, Украинэр, Азербайджаныр, Къэзахъстаныр. Мы гъэм прунжу ящар процент 20-кIэ нэхъыбэщ, нэгъабэрейм елъытауэ. Илъэсыр къызэрихьэрэ хамэ къэралхэм щащам къыпэкIуащ доллар мелуан 35,3-рэ, нэгъабэ и иджы хуэдэ лъэхъэнэм а бжыгъэр доллар мелуан 29,4-рэт зэрыхъур.
Иужьрей илъэсипщIыр къапщтэрэ зэпэплъытмэ, гектарым къытрахыр центнер 45-м икIри, центнерым 75-м нэсащ. Я губгъуэхэм щагъэкIри езыхэм къагъэхъужа жылэрщ.
ПрунжгъэкIхэм защIэгъэкъуэным гулъытэшхуэ щыхуащI Краснодар крайм. Илъэсищ зэкIэлъыкIуэм абыхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэшхуэ ягъуэтащ. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм ахэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, псыжапIэхэр укъуэдииным, жылапхъэ къэщэхуным трагъэкIуэдэным щIыналъэм и унафэщIхэм хухахащ сом мелуани 156-рэ. 2018 гъэм ар сом мелуан 215-рэ, 2019 гъэм - сом мелуни 240-рэ хъуащ.
Дагъыстэнми процент 16-кIэ нэхъыбэ щыхъуащ прунжу къыщрахьэлIэжыр. Абы къыщагъэкI къэралым прунжу щыхасэм и процентийр. А IэнатIэм республикэм зыщегъэужьыным къэралым мы гъэм хилъхьэнущ сом мелуан 500.
Нобэ
♦Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ. 1696 гъэм Пётр Езанэм тригъэчыныхьри, Пщыхэм я Думэм къищтащ «Тенджызым тетыну кхъухьхэр щIыным теухуауэ» унафэр. Ар Урысейм и дзэ-тенджыз флотыр къыщызэрагъэпэща махуэу къалъытэ.
♦Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1990 гъэм Москва и Лубянкэ утыкум деж, политикэ залымыгъэм ихьа цIыху мелуанхэм я фэеплъу, щагъэтIылъащ Соловки къраша мывэ ентIырыр.
♦Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр
♦Спортым цIыхухэр хуэзыгъасэм и махуэщ
♦1711 гъэм Къэбэрдей отрядым Мурад-СулътIан зи пашэ тыркудзэр хигъэщIащ.
♦1888 гъэм США-м щыщ Лауд Джон шариковэ ручкэ къызэригупсысам теухуа япэ патентыр иратащ. Шакъэм хагъауэурэ зэрытхэу щыта къалэмым и пIэ ар занщIэу къимыувами, цIыхухэм абы Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуищIауэ къалъытэу, нобэми и цIэр ящыгъупщэркъым.
♦1905 гъэм Урысейм и пащтыхь Николай ЕтIуанэм къыдигъэкIащ «Къэрал хабзэхэр егъэфIэкIуэным и IуэхукIэ» унафэр. Абы щыубзыхуат цIыхум и хуитыныгъэхэр, Къэрал Думэр хэхыным теухуа хабзэхэр.
♦1941 гъэм Севастополь къалэр бийм щыхъумэным теухуа зауэшхуэм щIидзащ. Къалэр къебгъэрыкIуэ нэмыцэдзэхэр Iэрамыгъэхьэу махуэ 250-кIэ яхъумащ. А зауэр гуащIэ дыдэу зэрыщытам, абы дэсхэр бийм хахуэу зэрыпэщIэтам и щыхьэту, 1945 гъэм Севастополь «Къалэ-лIыхъужь» цIэр фIащащ. Фашистыдзэм абдеж щыфIэкIуэдауэ щытащ зауэлI мин 300-м щIигъу.
♦1735 гъэм къалъхуащ США-м щыщ къэрал лэжьакIуэ, абы и етIуанэ президенту щыта Адамс Джон.
♦1917 гъэм къалъхуащ совет дзэ къулыкъущIэ, СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта, Совет Союзым и Маршал икIи и ЛIыхъужь Огарков Николай.
♦1908 гъэм къалъхуащ СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь, Совет Союзым и Маршал Устинов Дмитрий къызэралъхурэ илъэси 111-рэ ирокъу.
♦1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущIэ, штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд.
♦1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и ЛIыхъужь, къэралым и Парламентым и депутат Шурдым Ихьсан.
♦1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI-живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил.
♦1960 гъэм къалъхуащ Аргентинэм щыщ, дуней псом щыцIэрыIуэ футболист Марадонэ Диегэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 – 16, жэщым градуси 6 - 8 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Махуэ гъуэгу утехьэмэ,
махуищ гъуэмылэ здэщтэ.
Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "841.txt"
} |
ГъащIэ узыншэм хуаущий
ЩIэблэ
КъБР-м щыIэ УФСИН-м Шэджэм районымкIэ и уголовнэ-гъэзэщакIуэ инспекцэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум.
КъБР-м щыIэ МВД-м и УНК-м и оперуполномоченнэ нэхъыжь Давыдовэ Иринэ, Урысей МВД-м Шэджэм районымкIэ и къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Ахобеков Зейнаф, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Диагностикэ центр»-м и дохутыр психиатр-нарколог ПащIэ Артур, Лашынкъей къуажэм и Iимам ДыщэкI Лиуан, Шэджэм район администрацэм Балигъ мыхъуахэм я Iуэхухэмрэ абыхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ дэлажьэ комиссэм и лIыкIуэхэу КIыщ Эллэрэ Къардэн Бэллэрэ, ОВД-м и Ветеранхэм я советым и унафэщI Уэрыш Владимир, КъБР-м щыIэ УФСИН-м и УИИ-м Шэджэм районымкIэ и къудамэм и унафэщI Бырсэ Анзор сымэ щIалэгъуалэм епсэлъащ, гъащIэ узыншэм хуаущийуэ. Абыхэм жраIащ хабзэм къемызэгъыу наркотикхэкI гъэхьэзырыныр, щэныр, нэгъуэщI щIыпIэ егъэхьыныр уголовнэ Iуэху зэрыхъур.
ХьэщIэхэм ныбжьыщIэхэр къыхураджащ наркотикхэкIхэр ящэу, зрахьэлIэу ящIэмэ, хъыбар ирагъэщIэну хабзэхъумэ IэнатIэхэм. ,
Дзыхь зэхуащIу зэрызэпсэлъам гугъэ уегъэщI ныбжьыщIэхэр зыхуэсакъыну, яхуэмыгъэхъуж узыфэу гъащIэр зэтезыкъутэнум зыщадзеину.
Зэбар Мадинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "842.txt"
} |
БАКIУУ Хъанджэрий: Бзэм и къэкIуэнур лъэпкъым дэлъытыжащ
- Хъанджэрий, лъэпкъ публицистикэм, литературэм, тхыдэм я зыужьыныгъэм хуэпщIа хэлъхьэныгъэ инхэм щыгъуазэщ абыхэм япыщIа дэтхэнэ зыри. Литературэм и илъэсу ягъэува 2015 гъэм ирихьэлIэу, дауэ уеплърэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэ игъуэта адыгэ литературэм?
- ЖыпIэнурамэ, сэ си гъащIэр, дэнэ щIыпIэ сыщылажьэми, зэпхауэ екIуэкIыр лъэпкъ (адыгей, къэбэрдей, шэрджэс) литературэр, хэхэс адыгэхэм я литературэр джынырщ, ахэр зи лъабжьэ къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынырщ. А Iуэхугъуэхэм ехьэлIащ си къалэмыпэм къыпыкIа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр, монографие щхьэхуэхэри яхэту. Апхуэдэ къэхутэныгъэхэр нэхъ шэщIауэ езгъэкIуэкIын мурадыр си гъуэгугъэлъагъуэт егъэджэныгъэмрэ административнэ къалэнхэмрэ къэзгъанэу, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтыр къыщыхэсхами. Абы Iэмал къызитащ лъэпкъпсо мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм нэхъ шэщIауэ селэжьыну.
Адыгэ литературэм къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжмэ, нэрылъагъу мэхъу ди лъэпкъ къуэпсищми я зыужьыныгъэм ехъулIэныгъэфIхэри Iуэхугъуэ къиинхэри зэщхьэщыкIыныгъэ ин яхэмылъу зэрыщыIэр. Совет зэманым, шэч хэмылъу, зыужьыныгъэ ин игъуэтащ ди литературэм. Апхуэдэу хъуми, къэралым щытепщэу щыта партым и гупсысэ нэхъыщхьэхэр бэм яхэзыхьэфын тхакIуэ, усакIуэ гуп къыхагъэбелджылыкIри, ахэращ илъэс куэдкIэ утыкум итар. Дауи, абыхэм ябгъэдэлъащ зэчиишхуэ, хуащIа пщIэри гулъытэри яхуэфащэ дыдэт. АрщхьэкIэ мащIэу гулъытэншэ хъуащ а ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыжьхэм къакIэлъыкIуа литературэ щIэблэр. Ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм елъытауэ нэсу, яхуэфащэу джа хъуатэкъым адыгэ тхакIуэ лъэрызехьэхэу Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас, IутIыж Борис, Къуиикъуэ Налбий, Бемырзэ Мухьэдин сымэ, нэгъуэщIхэми я творчествэхэр. АтIэ зэрымыщIэкIэ дэхуэха хъуа а Iуэхугъуэхэр къэIэтыжыныр, зыхуей хуэгъэзэжыныр лъэпкъ щIэныгъэлIхэм ди къалэнти, абыхэм ехьэлIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд дунейм къытехьакIэщ.
- Абыхэм ящыщщ, дауи, уи къалэмыпэм иужьрей илъэсхэм къыпыкIа лэжьыгъэшхуэхэм языхэз «IутIыж Борис. УсакIуэ. Драматург. Публицист» тхылъыр. СызэрыщыгъуазэмкIэ, а монографием пщIэшхуэ щиIэщ ди хэкуми адыгэхэр зыщыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми.
- IутIыж Борис си ныбжьэгъуфIу щытащ. Абы и творчествэм теухуа монографием селэжьыну мурад сщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым сызэрыуву. Хуабжьу сыдихьэхауэ зэфIэсхащ а лэжьыгъэр, илъэситхукIи селIэлIащ. IутIыжым хуэдэу зэчиишхуэ зыбгъэдэлъа, усэми, прозэми, драматургиеми, адыгэбзэми, сурэт щIынми, пхъэм сурэт къыхэIущIыкIынми хуэIэижь цIыху иужьрей илъэс пщIы бжыгъэм къытхэкIауэ сщIэркъым. А цIыху щэджащэм хэлъа Iэзагъыр наIуэ къэсщIынращ си къэхутэныгъэхэм къалэн нэхъыщхьэу щызыхуэзгъэувыжауэ щытар. Шэч хэмылъу, Борис адыгэ драматургием и классикщ, арщхьэкIэ гъуэзэджэщ абы и усэхэри, новеллэхэри, сонетхэри, гушыIэхэри, абыхэм я лъапIагъри зыкIи нэхъ лъахъшэкъым.
ХэкулI нэсым, хэкупсэ къабзэм и творчествэм иужькIи зэ къытезгъэзэжащ. «Адыгэ литературэ: гушыIэмрэ ауанымрэ» си тхылъми щIыпIэ хэха щеубыд Борис и творчествэм.
А тхылъым щызэпкърысхащ блэкIа лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ, усакIуэ, драматург пашэхэм я тхыгъэхэм гушыIэмрэ ауанымрэ щыхуащIа гулъытэр, а жанрым зэрызрагъэужьар. Iыхьищу зэхэт лэжьыгъэм щIызгъужащ IутIыж Борис и гушыIэ сурэтхэр, шаржхэр, эпиграммэхэр. КъинэмыщIауэ, къыдэкIыгъуэм зи ауан, гушыIэ, комедиехэр щызэпкърысхахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я усакIуэхэу, тхакIуэхэу Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, АбытIэ Владимир, Мыжей Мамыржан, Абыкъу Хъалид, Бещтокъуэ Хьэбас, Шортэн Аскэрбий, Дудар Хьэутий, Нало Ахьмэдхъан, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Хьэнфэн Алим, Журт Биберд, Нало Заур, КIуантIэ Iэзид, Хьэх Сэфарбий, ЛIыгъур Чэрим, Елгъэр Кашиф сымэ, нэгъуэщIхэри.
Литературэдж щIэныгъэм, теорием, хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм я гугъу щысщI, Бещтокъуэ Хьэбас ехьэлIа гупсысэхэр, зауэм теухуа лирикэр, нэгъуэщI си тхыгъэ зыбжани щызэхуэхьэса нэгъуэщI лэжьыгъи къытехьащ дунейм.
- Адыгэ литературэм и закъуэкъым уи къалэмыр зыхуэбгъэлажьэр, Хъанджэрий. Уэ уи гупсысэхэри IуэхущIафэхэри епхащ лъэпкъым и пащхьэ къит нэгъуэщI къалэн гугъухэми. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, лъэпкъ лIакъуэхэр джыным, бзэм епха уи лэжьыгъэхэри. Абыхэм укъытхутепсэлъыхьамэ, ди гуапэт.
- Ди институтым щолажьэ лъэпкъхэм, унагъуэцIэхэм, къуажэхэм я тхыдэхэр зыдж къудамэ щхьэхуэ. Генеалогие щIэныгъэ хьэлэмэтым сыдригъэхьэхауэ щытащ а къудамэм и унафэщIу щыта Махъсидэ Анатолэ (и ахърэтыр нэху ухъу). Абы архивхэм хэлъу къысхуигъуэтауэ щытащ си адэшхуэм и адэ Мысхьуд и Iэпэ зыщIэлъ, 1903 гъэм ятха тхылъыр. ИужькIэ Iуэхум нэхъ гъунэгъуу сыхашащ архивхэм къэхутэныгъэхэр щезыгъэкIуэкI щIэныгъэлIхэу Сокъур Валерэрэ Мамхэгъ Астемыррэ.
ЖыпIэнурамэ, хуабжьу удэзыхьэхщ, узыIэпызышэщ а къэхутэныгъэ лIэужьыгъуэри. Iуэхугъуэ хьэлэмэт куэд архивхэм къыщызгъуэтыжащ сыкъызыхэкIа лъэпкъым, Жьакуэ, Хьэгъундыкъуей къуажэхэм я тхыдэхэм ятеухуауэ. ЗэфIэзгъэувэжащ БакIуухэ я тхыдэр. Иджы дыдэ къэзгъуэтащ Тыркум 1888 гъэм Iэпхъуэжахэр. Абыхэм я Iуэху зесхуэурэ, тхыгъэ гъэщIэгъуэныщэхэр къысIэрыхьащ (си ныбжьэгъухэм, псом хуэмыдэу Мамхэгъ Астемыр и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу) Адэмокъуэхэ, Акъхэ, Хьэтыкъуэхэ ятеухуауэ. Си гъунэгъу хьэгъундыкъуейхэри IэщIыб сщIыркъым.
БлэкIа жыжьэр кIэ зимыIа зауэхэм я сахуэм хэкIуэдащ. Тхыбзэ зэрыдимыIами и зэранышхуэ хэлъщ цIыху куэдым къызытехъукIахэр зэрамыщIэжым. Ди къэхутэныгъэхэр къытехуащ «Кавказ Ищхъэрэм и генеалогиер» журналым. КъытщIэхъуэ щIэблэм я адэжьхэр яцIыхун хуейщ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ ди лъэпкъ тхыдэр хъума хъунымкIэ.
- Ди анэдэлъхубзэм и нобэрей щытыкIэм дауэ уеплърэ, Хъанджэрий?
- Тхыдэм уриплъэжмэ, наIуэу къыхощ адыгэхэр илъэс щитIым нэскIэ алфавит зэрылъыхъуар. БгъэдыхьэкIэу къагупсысауэ щытахэр зэхэплъхьэжмэ, дунейм зы лъэпкъи теткъым апхуэдизрэ и алфавитым елIэлIауэ. Совет лъэхъэнэхэм щыгъуэ алфавитыр щэнейрэ яхъуэжащ. Адыгей тхакIуэ Еутых Аскэр и романым хэт лIыхъужьым жиIэрт: «Ди къуажэр щэнейрэ пщыхьэщхьэкIэ гъуэлъыжырт, тхэкIэ-еджэкIэ ящIэу, ауэ пщэдджыжькIэ тхэкIи еджэкIи зыми ямыщIэжу къэушырт». Абы куэд къыбжеIэ…
Лъэпкъым и лъабжьэу щыт анэдэлъхубзэм и Iуэхум узыгъэпIейтей куэд хэлъщ. Дуней псом щикъухьа адыгэхэм ди тхыбзэр тIууэ зэщхьэщыкIащ: адыгеибзэрэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэу, куэд хъуащ ди бзэм и диалектхэри. КъинэмыщIауэ, ди республикэм къэралыбзэу щалъытэ адыгэбзэм абы ехьэлIауэ игъэзэщIапхъэ къалэнхэр куэд хъуркъым. ХэщI зэпытщ курыт еджапIэхэм абы щыхухах сыхьэт бжыгъэхэми.
СызэреплъымкIэ, адыгэбзэм и къэкIуэнур зи IэмыщIэ илъхьэн хуейр республикищым щыпсэухэм я унафэщIхэмрэ бзэмкIэ щIэныгъэлIхэмрэщ. Адыгэм ди къэкIуэнур, къытщIэхъуэ щIэблэм я гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр зэлъытар ди бзэм гъащIэм щиубыд увыпIэрщ. Ар нэхъ лъагэ хъуныр, анэбзэр зыIурылъ, абы пщIэ хуэзыщI бын къытщIэтэджэныр зэлъытыжари дэращ, езы лъэпкъырщ.
- Уи гъащIэ гъуэгум уриплъэжмэ, дауи, уолъагъу уи щIыбагъ къыдэлъу узэрыгушхуэ, узэрыпагэ Iуэхугъуэхэр, къэхъукъащIэхэр, цIыхухэр… Зи гугъэмрэ зи гъащIэмрэ зэтехуахэм уащыщу зыкъэплъытэжрэ?
- Ныбжь гуэрым ущынэсам деж, Iэмал имыIэу узоплъэкIыжри, къэпкIуа гъуэгуанэр къыбопщытэж - и бгъуагъкIи и кIыхьагъкIи.
ГъащIэр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэхэлъщ, дэтхэнэми езым и нэщэнэхэр иIэжу. Си сабиигъуэр хиубыдащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм, «зауэм и бынхэр» псалъэ хьэлъэхэр зыхужаIахэри сэ схуэдэхэращ. Си адэ Ильяс и псэр тыхь хуищIащ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм. Фызабэу къэна си анэ Щамхъаний и быным къытхуиIэ хъуэпсапIэхэмрэ и псалъэ IэфIхэмрэ си гъуэмылэу балигъ гъащIэм сыхыхьащ, си гур сымыгъэкIуэду.
ЩIалэгъуэр гъащIэ псом и IэфIыпIэщ. Пушкиным зэрыжиIауэ, «пщэдджыжь пшагъуэу, пщIыхьэпIэу» щыт, щIэх дыдэуи блэлъэт а ныбжь дахэм тыгъэ лъапIэ куэд къытхуегъанэ. Апхуэдэщ гурыщIэ къабзэхэр, ныбжьэгъу пэжхэр, цIыху насыпыр зэрызэхэлъ Iыхьэхэм я нэхъыбапIэр. Абы къыкIэлъокIуэ а псори щебгъэфIакIуэ, абыхэм зыщебгъэужь лъэхъэнэр. Абы къыхощ мурадыщIэхэр, ехъулIэныгъэхэр, лъапIэныгъэхэр, гъэсэнхэр, н.къ.
Зи гугъу сщIы цIыху насып Iыхьэхэм ящыщ гуэрхэр къызылъысахэм сащыщщ сэри. Языныкъуэхэр езыр-езыру къызэуэлIащ, адрейхэм салъэIэсащ си гуащIэкIэ, си акъылкIэ - псори Тхьэм и Iэмырщ. Абы къыхэкIыу зызолъытэж сынасыпыфIэу, зи гугъэмрэ гъащIэмрэ зэтехуэу дунейм тетхэм сащыщу.
- Упсэу, Хъанджэрий. IутIыж Борис зэрыпхуитхауэ, «къэнэжа гъищэр щыпкъэу уигъэгъакIуэ».
Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "843.txt"
} |
АдыгэлI щыпкъэ
БакIуу Хъанджэрий Къандур Мухьэдин игъэува саугъэтыр къыщратым. Сурэтым: БакIуу Хъанджэрий, Нэхущ Чэрим, Къандур Мухьэдин, Къуиикъуэ Налбий сымэ. 1998 гъэ
Езым и щхьэкIэ сыхуэзэным куэдкIэ и пэ къихуэу и хъыбархэмкIэ сэ ар къэсцIыхуауэ щытащ. Ар къыщыхъуари адыгэ газетхэм я номер зэгуэтхэр къыдэгъэкIыныр щызэхэдубла илъэсхэрщ. А лъэхъэнэм лъэпкъым, хэкум, адыгэ щэнхабзэм зи гуащIэшхуэ хэзылъхьэ адыгэлI щыпкъэ куэд дызэриIэр аргуэру зэ хьэкъ тщыхъуауэ щытащ. Абыхэм ящыщ зыщ зи гугъу сщIынури.
Шэрджэсым дыкIуэу, а зэманым «Ленин нуркIэ» зэджэу щыта, нобэ «Черкес хэку» цIэр зезыхьэ газетым и лэжьакIуэхэм дащыхыхьэкIи сыт щыгъуи зэхэсхырт жаIэу:
- Хъанджэрий мыпхуэдэу жиIащ…
- Хъанджэрий къыддэIэпыкъуащ…
- Е, унэн, Хъанджэрий уечэнджэщыртэкъэ!
СщIэрт апхуэдиз фIэлIыкI зыхуаIэ щIэныгъэлIыр, еджапIэ нэхъыщхьэм и унафэщI БакIуу Хъанджэрий редакцэм щылажьэхэм щIэгъэкъуэн пэжу, ныбжьэгъуфIу зэраIэр, ауэ сыщегупсыс щыIэт: зэрыжаIэу щыту пIэрэ?
Дызэхуэзэу дызэрыщIа нэужь, хьэкъ сщыхъуащ: шэрджэс устазым, си гуапэ зэрыхъуати, ныбжьэгъухэм гу зылъамытэ нэгъуэщI Iущагъ, Iэзагъ, щэн телъыджэ Iэджи къыкъуэкIащ.
БакIуу Хъанджэрий теухуа псалъэ гуапэхэр, хъуэхъухэр удз гъэгъа Iэрамэ дахэу и IэплIэ щралъхьэкIэ, си псалъэри гъэгъа дахэу абы хэзгъэувэмэ си гуапэщ.
ФIыщIэ щIыхуэпщIын Iуэху дахэ куэд бгъэдэлъщ Хъанджэрий. Псом япэрауэ, адыгэ литературэм, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэм я литературэхэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр зэпкърыхыным, абы щIэуэ къыхыхьэхэмрэ зыхунэмысхэмрэ куууэ джыным Хъанджэрий гулъытэш-хуэ хуещI. Зэрыщыту Урысей Ипщэ щIыналъэм и нобэрей литературэм апхуэдэу куууэ хэзыщIыкI, ар зыдж щIэныгъэлI куэд искъым. Абы зэфIих Iуэхум псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ ныбжьышхуэ зимыIэ лъэпкъ литературэхэм дяпэкIи заужьынымкIэ.
Ди къуэпси, ди пси зы пэтми, гъащIэм зэкъуича дэ, къэбэрдейхэмрэ шэрджэсхэмрэ, ди литературэри зэрыщыту культурэри зэкъуэчащ, дяку дэлъ зэпыщIэныгъэ гуэрхэм арэзы утехъуэркъым. ХэгъуэгуитIми диIэщ Iэзагъ, зэчий зыбгъэдэлъ тхакIуэхэр, усакIуэхэр. Нобэ ди къэралым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм къагъэув лъэпкъхэр я акъылкIэ, зэчиягъкIэ зэкъуэувэн хуейуэ. Абы ехьэлIауэ ди еджагъэшхуэхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм хэлъхьэныгъэ ин хуещI Хъанджэрий, ар щIэныгъэ къэхутэныгъэми школакIуэхэм папщIэ тхылъ зэхилъхьэми. Ди литературэм и къэбэрдей, шэрджэс къудамитIыр нэхъ зэдэбыб хъуащ абы и фIыгъэкIэ.
Хъанджэрий ныбжьэгъухэм я деж пщIэ, щIыхь, фIэлIыкI щиIэщ. ЩIэныгъэ куум къыдэкIуэу адыгагъи - нэмыс, хабзэ, щэн дахэ - зыхэлъ цIыхур езыри и ныбжьэгъухэм яхуэпэжщ. Адыгэ хабзэр, ди анэдэлъхубзэр хъумэным, ди лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэ лъагэр гъэбэгъуэным зи гуащIи гъащIи щхьэузыхь хуэзыщI адыгэлI щыпкъэм сохъуэхъу нобэ хуэдэу жыджэру, гуащIафIэу куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэуну!
БакIуу Хъанджэрийрэ Дэбагъуэ Мухьэмэдрэ. 1968 гъэ
БакIуум и щIэныгъэ лэжьыгъэхэм ящыщ тхылъхэр.
И ныбжьэгъухэм я гъусэу. 2014 гъэ
МЭЗЫХЬЭ Борис, тхакIуэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "844.txt"
} |
Бэшэчагъым текIуэныгъэм ухуешэ
Адыгейм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр къыщратам.
Адыгейм самбист цIэрыIуэ куэд къыщыхъуащ, лъэпкъымрэ къэралымрэ я щIыхьыр лъагэу яIэтауэ. Абыхэм ящыщщ дуней псом и чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мерэтыкъуэ Сэхьид.
- Ещанэ классым сыщеджэу, къыхэтхыну IэщIагъэм теухуауэ сочиненэ къыщыдатым, «Тренер сыхъунущ» жысIэри, истхауэ щытащ, - игу къегъэкIыж иджы республикэми къэралми и ехъулIэныгъэфIхэмкIэ щыцIэрыIуэ Мерэтыкъуэ Сэхьид. - ИлъэситI дэкIри, самбэмкIэ зызыгъасэхэм захезгъэтхэну сыкIуащ, арщхьэкIэ сыкъащтакъым: си хьэлъагъыр килограмм тIощIрэ щырэ хъууэ арат.
Япэ лъэпощхьэпом Сэхьид къригъэкIуэтакъым. Самбэм хуабжьу зэрыдихьэхамрэ и ерыщагъымрэ щалъагъум, гъэсэнхэм хагъэхьащ икIи абы тегушхуахэр зы дакъикъи щIегъуэжакъым. ГъэсакIуэхэм къыжраIэхэр абы псынщIэу къипхъуатэрт, жыIэдаIуэт, гугъуехьхэм къапикIуэтыртэкъым. Къыщыхъуа щыIэкъым ар тренировкэм къыщыкIэрыхуа е къыщымыкIуа. Хьэлэмэтращи, щыгуфIыкIырт хьэрхуэрэгъу лъэщхэр къыщыпэщIэхуэм и деж. ИщIэрт и зэфIэкIыр здынэсыр абыхэм къызэрыщIагъэщынур, и зыгъэсэкIэм ныкъусаныгъэ гуэрхэр хэлъми наIуэ къызэращIынур. И тренерхэу Багъэдыр Къэралбийрэ Хьэпай Арамбийрэ Сэхьид зыхуагъэсэн, дауи, я куэдт икIи апхуэдэ щIалэт яIэну зыщIэхъуэпсыр.
- Спортым сыкъызэрыхэкIыжрэ щIэх-щIэхыурэ зы пщIыхьэпIэ солъагъу: «Зэхьэзэхуэм дыкIуауэ ди хьэлъагъыр яшэч. Зы грамм лейуэ къыщIокIри, сыщыбэнэн хуей гупым сыкъыхадз. Тренерыр губжьауэ мэшхыдэ икIи къызэщIэплъауэ мэдауэ, зы грамм закъуэ щхьэкIэ сызэрамыгъэбанэр фIэхьэдэгъуэдахэу». Абдежым, пщIэнтIэпсыр къыспыхуу сыкъоушри… согуфIэ ар пщIыхьэпIэу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ.
И хьэлъагъым зы грамм щIигъун дэнэ къэна, килограмм бжыгъэ хуримыгъэкъуу и сабиигъуэмрэ щIалэгъуэмрэ ирихьэкIащ Сэхьид. Япэу зэхьэзэхуэм щыкIуам килограмм 23-рэ фIэкIа хъуртэкъым. Щыбэнар килограмм 35-рат. Дауи, щытекIуэфакъым, ауэ ещанэ увыпIэр яфIиубыдащ.
ИужькIэ зыкъомрэ зыщIыпIи ягъэкIуакъым, ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм щынэхъ псынщIэ дыдэхэр килограмм 45-м нэсын хуейти. Мерэтыкъуэр абы килограммипщIкIэ пэжыжьэт. Арати, зэпеуэ куэдым хэкIыжащ. Лы зыкIэрилъхьэн щыщIидзар щIалэгъуалэ ныбжьым нэсауэщ.
Сэхьид пасэу зыхищIащ текIуэныгъэм и IэфIагъыр. Зыгъэсэныгъэхэм щIидзэри, илъэситI дэкIауэ арат щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм зэкIэлъхьэужьу бжьыпэр щиубыд щыхъуам. ИтIанэ къэралпсо утыку ихьа икIи 1979 гъэм дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ СССР-м и чемпионатым. Абы и кIэух зэIущIэм къыщытекIуащ иужькIэ куэдрэ хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуа икIи ныбжьэгъуфIу къыхуэна Къэзахъстаным щыщ Байшулаков Канат.
1981 гъэм адыгэ щIалэр къэралым щынэхъ лъэщ хъуным зымащIэ дыдэщ иIэжар. Владимир къалэм щекIуэкI Совет Союзым и чемпионатым и финалым щызэIущIащ килограмм 52-м нэс зи хьэлъагъхэу Мерэтыкъуэ Сэхьидрэ нэхъапэм къыхэзыгъэщIа Байшулаков Канатрэ.
ЗэпэщIэтыныгъэр гуащIэщ, удэзыхьэхщ. ЗэныкъуэкъуитIым я зыр къикIуэтынукъым. ЛъакъуэпэщIэдз ещIри, Канат зы балл къелэжь. Сэхьид абы и жэуапу хуэдитIкIэ нэхъыбэ зыIэрегъэхьэ. Мерэтыкъуэм ещIэ, зымащIэкIэ япэ ищами, и хьэрхуэрэгъум фIырыфIкIэ текIуэныгъэр зэримыутIыпщынур. Ар адэкIи ерыщу йобгъэрыкIуэ икIи иужь дыдэ секундхэм, и лъакъуэр пэщIегъакъуэри, и ныкъуэкъуэгъур едз. ТIури мэхауэ алэрыбгъум тохуэ. Сэхьид апхуэдизу лъэщу и хьэрхуэрэгъур идзати, езыри джэлэжащ.
Адыгэ щIалэм дэщIхэр мэгуфIэ. Ахэр зохъуэхъуж, IэплIэ зэхуащI. Зыми шэч къытрихьэркъым Мерэтыкъуэ Сэхьид къэралым и чемпион зэрыхъуам. АрщхьэкIэ…
Сыхьэт ныкъуэ дэкIауэ дикторым и макъыр ину къэIуащ. Абы жиIащ судьяхэм я унафэкIэ Байшулаков Канат текIуэныгъэр къызэрихьар. Ар зыхэзыха псори Iэнкун хъуащ - къащыхъуащ къэпсэлъам щыуагъэ IэщIакIауэ икIи мыгувэу игъэзэкIуэжыну. Iуэхур кIыхьлIыхь щыхъум, Адыгейм икIахэр бгъэдыхьащ судьяхэр здэщыс стIолым, къэхъуар къызыхэкIар зрагъэщIэну.
КъызэрыщIэкIамкIэ, Мерэтыкъуэм иужьу и хьэрхуэрэгъур зэридзам Байшулаковым и фейдэ къыхахащ: адыгэ щIалэм - зы балл, къэзахъым баллитI хуагъэфэщат. Ар акъылым къимытIасэт, ауэ судьяхэм я унафэр зыми хуэкъутэжынутэкъым.
Iуэхур зэрыхъуар щилъагъум Байшулаковыр судьяхэм ябгъэдыхьащ икIи быдэу яжриIащ, Мерэтыкъуэр къызэрытекIуар. АрщхьэкIэ абыи къикIа щыIэкъым.
Сэхьид а къекIуэкI псоми лъэныкъуэкIэ къыщыту еплъырт, и нэпсхэр къызэпижыхьауэ. Абы и текIуэныгъэр IэщIаха пэтми зы псалъи жиIакъым, и щхьэр ирихьэха фIэкIа.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр щагъэлъапIэм Байшулаков Канат и дыщэ медалыр зэпщIэхихри, Мерэтыкъуэм къыхуишиящ: «Мыр зейр уэращ!» - жиIэри. АрщхьэкIэ, Сэхьид, ар, дауи, къыIихакъым, фIыщIэ хуищIа фIэкIа. Къэзахъ щIалэми а дыщэ медалыр фIэIэфIакъым, къызэримыхьар ищIэжырти.
Мыгувэу Мерэтыкъуэ Сэхьиди ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьащ. И зэфIэкI лъагэхэр къалъытэри, Совет Союзым и командэ къыхэхам иужькIэ ираджащ. Абы дэщIыгъуу ЩIы хъурейм и кубокыр къихьри, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер хъуащ. АрщхьэкIэ аргуэру зы гъэунэхуныгъэ ихуащ - зэхьэзэхуэхэм ящыщ зым и пщэ зэрытыпIэхэр къыщычащ. Шынагъуэ къыкъуэкIащ ар ныкъуэдыкъуэ хъууэ спортым хэкIыжыну.
А лъэхъэнэм бэнэныр иухри, тренер IэнатIэм пэрыуват дуней псом тIэунейрэ и чемпион и лъахэгъу Хьэпай Арамбий. Абырэ Сэхьид и япэ гъэсакIуэ Багъэдыр Къэралбийрэ зэман, къару куэд трагъэкIуэдащ щIалэщIэр къызэфIагъэувэжу, зэпеуэ инхэм хуагъэхьэзырыжын папщIэ. ЯпэщIыкIэ Мэзкуу дохутыр Iэзэхэр къыщыкIэлъагъэплъащ, итIанэ Мейкъуапэ щагъэхъужащ. Дохутырхэмрэ тренерхэмрэ я жыIэм текI имыIэу зэредэIуам, ахэр зэригъэзэщIам я фIыгъэкIэ Мерэтыкъуэ Сэхьид зэхьэзэхуэшхуэхэм къыхыхьэжащ икIи ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьэ хъужащ. Абы игъащIэкIэ и гум ириубыдащ спортми гъащIэми куэд щыхузэфIэкIа Хьэпай Арамбий къыжриIахэр: «Ерыщагъымрэ бэшэчагъымрэ текIуэныгъэм ухуешэ, ахэр узхэми бэлыхьхэми полъэщ».
Япэу утыкушхуэ къыщихьэжа Ленинград (иджы Санкт-Петербург) щекIуэкIа Совет Союзым и чемпионатыр абы и гум зэи имыхужынщ. Нэхъыщхьэр къэралым щынэхъ лъэщ зэрыхъуам и закъуэкъым, атIэ апхуэдэ фэбжь хьэлъэ телъам къызэримыгъэдзыхарщ, фIыуэ илъагъу самбэр IэщIыб зрыримыгъэщIарщ. БэнакIуэ цIэрыIуэ Яшечкинри, Армением щыщ Тутхаляни, къэралым и кубокыр куэдрэ къэзыхьа Агаеври, спортым щIыхь зиIэ и мастерхэу Халиулинри, Джамбул къикIа Мусабековри иригъэкIуэтэкIри, адыгэ щIалэм бжьыпэр хуэфащэ дыдэу иубыдащ. Ар ириудыхыфакъым япэ текIуэныгъэр 1981 гъэм зэрыIэщIахами фэбжь хьэлъэм икIи шынагъуэм зэрыпэщIэтами.
1983 гъэм къэралым и командэ къыхэхар зэхуашэсауэ ягъасэрт. Уэсыр я бгым къэсу щIыбым къыщажыхьырт, упражненэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэзащIэрт. Нарылъагъут псоми ар къазэрытехьэлъэр. ЩIалэщIэхэр тригъэгушхуэн папщIэ я гъэсакIуэ Борисочкин Юрий яжриIащ, тренировкэ нэужьым нэхъыфIхэм саугъэт къазэрыпэплъэр. Абы нэхъри къызэщIигъэплъа щIалэхэр я фэм къипщынут - хэти хуейт саугъэтыр зыIэригъэхьэну.
Тренировкэр иуха нэужькIэ, псори зэхуашэсри, нэхъыфIу зызыгъэсахэм ящыщу щым я цIэр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту Борисочкиным къриIуащ. Абыхэм яхэтт Мерэтыкъуэ Сэхьид. Саугъэту дэтхэнэми кIэнфет цIыкIу зырыз гъэсакIуэм къащритам, къадыхьэшхар пхуэмыIуэтэжынщ. Апхуэдэ Iэмалхэри къагъэсэбэпырт спортсменхэм я зыгъэсэгъуэ хьэлъэхэр щагъэпсынщIэн папщIэ.
Совет Союзым и чемпионатым щытекIуа и ужькIэ, Мерэтыкъуэм ехъулIэныгъэ нэхъ иныжхэри иIащ. А псом ящхьэщ Испанием и Сан-Себастьян къалэм щыIа дунейпсо зэхьэзэхуэр. Хьэл-щэнкIи теплъэкIи зыкъомкIэ дэщхь баскхэр щыпсэу щIыналъэм адыгэ щIалэр лъагэу щаIэтащ. Абы и техникэ лъэщымрэ щыбанэкIэ хэлъ Iэзагъымрэ пщIэшхуэ ягъуэтащ. Сэхьид и дэтхэнэ текIуэныгъэми щIыпIэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр дэрэжэгъуэ хэлъу тепсэлъыхьырт икIи дунейпсо чемпион щыхъуам езыхэм ейм хуэдэу щыгуфIыкIат.
ЦIыхум спорт иным щигъакIуэ гъащIэр кIэщIщ. Ар нэхъыбэм зэрыхъур илъэсипщI-пщыкIутхущ. АдэкIэ дунейм щIэрыщIэу хэзэгъэжын хуейщ. А Iуэхугъуэр тыншу къызэхъулIахэм ящыщщ Мерэтыкъуэ Сэхьид. Ар щыбанэ алэрыбгъум спортсмен хуэдэу къытекIыжами, тренеру къытенащ. Иджы абы и къару, зэфIэкI псори и гъэсэнхэм ярехьэлIэ. И гугъуехьхэри пщIэншэ хъуркъым. Къапщтэмэ, Мерэтыкъуэм и нэIэм щIэту Псэун Мурат Европэм и чемпион хъуащ. НэгъуэщI щIалэхэми я текIуэныгъэфIхэмкIэ ягъэгуфIэ.
Спортым езым щиIа ехъулIэныгъэмрэ щIэблэр узыншэу, къарууфIэу къызэрытщIигъахъуэмрэ къалъытэри, Мейкъуапэ дэт СамбэмкIэ зыгъэсэныгъэм и центрым и тренер, дунейпсо чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа, къэралым щынэхъ лъэща Мерэтыкъуэ Сэхьид 2016 гъэм и кIэухым къыхуагъэфэщащ «Адыгейм и щIыхь» медалыр - аращ республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр. Абы и Iэзагъ инымрэ зэфIэкI лъагэмрэ дяпэкIи куэдрэ къахуэсэбэпынущ самбэм дихьэх дэтхэнэ зыми.
дуней псом и чемпион, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Мерэтыкъуэ Сэхьид.
И гъэсакIуэ Хьэпай Арамбий дэщIыгъуу.
Жыласэ Заурбэч.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "845.txt"
} |
КIыщокъуэ Алим и гуащIэр и лъабжьэу
Конференцхэр
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал щIэныгъэхутэ институтым щекIуэкIащ «А. П. Кешоков и современное гуманитарное пространство» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ар къызэрагъэпэщащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Конференцым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и секторым и Iэтащхьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор ТIымыжь Хьэмыщэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидатхэу Къумыкъу Динэ, Махиевэ Людмилэ, Хьэвжокъуэ Людмилэ, Хэжь Марьянэ сымэ.
Зэхыхьэр къызэIуихащ икIи ар иригъэкIуэкIащ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт.
- Конференцым зыкърезыгъэхьэлIахэм, псом хуэмыдэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэм фIэхъус гуапэ фызох! КIыщокъуэ Алим къехъулIащ адыгэ лъэпкъ литературэр дунейпсо утыку ирихьэу нэгъуэщIхэр хигъэгъуэзэн. Абы и тхыгъэхэм куэдым зыхуагъазэ икIи щIэ куэд къыщагъуэт, тхакIуэм и акъылыфIагъымрэ зэфIэкIымрэ щхьэпэ яхуэхъуу, - жиIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм и къуэдзэ Шанковэ Иринэ. - Зэхыхьэм хэтхэр КIыщокъуэм и гуащIэм теухуа фи Iуэху еплъыкIэхэмкIэ фызэхъуэжэну, утыку къифхьэну лэжьыгъэхэр щхьэпэ фхуэхъуну, ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу!
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщIым и къуэдзэ Улаков Махъты жиIащ конференцым хэтхэм КIыщокъуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ траухуа я къэхутэныгъэ щIэщыгъуэхэр кърихьэлIахэм гъэщIэгъуэн зэращыхъунум, тхакIуэм и лэжьыгъэ купщIафIэхэр джыным адэкIи зэрыпащэнум шэч къызэрытримыхьэр.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и секторым и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ БакIуу Хъанджэрий къытеувыIащ КIыщокъуэм и тхыгъэхэмрэ усэхэмрэ гупсысэ куу зэращIэлъым, тхакIуэм щIэныгъэшхуэ, зэфIэкI ин зэрыбгъэдэлъам, Хэку зауэшхуэм, абы хыхьэу къызэрагъэпэща 115-нэ къэбэрдей шуудзэм зэрыхэтам, Iэнэр адыгэ хабзэм тету екIуу зэригъакIуэу, жылагъуэ лэжьакIуэ пэрыту, лъэныкъуэ куэдкIэ щапхъэгъэлъагъуэу зэрыщытам, нэгъуэщIхэми.
Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ, институтым адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и секторым и щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Гъут Iэдэм тепсэлъыхьащ КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкI, лъэпкъ тхыдэр, блэкIар лъабжьэ зыхуэхъуа «Хъуэпсэгъуэ нур», «Эмирым и сэшхуэ», «Мазэ ныкъуэ щхъуантIэ», «Щынэхужьыкъуэ», «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ», «Къужьыфэ», «Нал къута», «Лъапсэ» романхэм адыгэ, союзпсо литературэхэр зэрагъэбеям, абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм, къыщIэна тхыгъэхэм щIэупщIэ зэраIэр икIи ди зэманым зэрыпэджэжым.
Конференцым и пленарнэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и секторым и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIо Борис, филологие щIэныгъэхэм я докторхэу ТIымыжь Хьэмыщэ, Тхьэгъэзит Юрий, Биттировэ Тамарэ, Кучуковэ Зухра, Къудей Зинаидэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЦIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа тхакIуэшхуэм и творчествэм ехьэлIауэ зэIущIэм зи Iуэху еплъыкIэхэр утыку къыщизыхьахэм къыхагъэщащ лъэпкъыбзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъумэным, лъэпкъ литературэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа, дуней псом къыщацIыхуа тхакIуэм и мыхьэнэр къызэрылъытэгъуейр, КIыщокъуэр дэнэ щIыпIи зэрыщалъытэр, ар зэи цIыхубэм зэращымыгъупщэнур, и тхыгъэхэр дяпэкIи зэраджынур.
КIыщокъуэм и къуэшым ипхъу Мэлбахъуэ Зинаидэ зэхыхьэ купщIафIэр къызэзыгъэпэщахэм, абы хэтахэм, къыщыпсэлъахэм фIыщIэ яхуищIащ, Алим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ гулъытэ зэрыхуащIам папщIэ
.
Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "846.txt"
} |
ЩIалэгъуалэр щIэныгъэ зрагъэгъуэтыным трагъэгушхуэ
Банк Iуэхухэр
«Россельхозбанк» АО-м и IуэхущIапIэм и унафэщI Листов Борис «Бжьыхьэ дыщафэ» мэкъумэшхэкI гъэлъэгъуапIэм щыжиIащ 2019 - 2020 гъэхэм еджапIэ нэхъыщхьэ 54-м я студент нэхъыфIхэм папщIэ стипендие зэрыратынур. Абыхэм ящыщщ КIэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр.
- «Россельхозбанк»-м и стипендие программэр хуэщIащ УФ-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Ар мазэ 12-м къриубыдэу зыIэрагъэхьэфынущ еджэным ехъулIэныгъэ щызиIэ, щIэныгъэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкI, олимпиадэхэм хэт студент 300-м.
«Псом япэу мылъкур зытегъэкIуэдапхъэр цIыхум зезыгъэужь Iуэхухэрщ. Банкым еублэ стипендие иту. Ар зыхуэгъэзар щIэныгъэ куу ягъуэтынымкIэ студентхэм ядэIэпыкъунырщ. Дэ дыщогугъ абыхэм я ехъулIэныгъэхэм теухуа хъыбархэр зэхэтхыну, стипендие зэттхэр еджагъэшхуэ, хьэрычэтыщI лэжьакIуэ цIэрыIуэ хъуахэу тлъагъуну. Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ зэфIэкI зыбгъэдэлъ ди щIалэгъуалэ гуащIафIэр мэкъумэш IэнатIэм пэрыувэным, абы зрагъэужьыным» - къыхигъэщхьэхукIащ Листов Борис.
- Мы Iуэхум Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэми Iэмал къаритынущ я щIэныгъэм хагъэхъуэну, зэман дэкIмэ, ди щIыналъэми къэралми я экономикэм я IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэфIэкI яIэу щылэжьэну, щIэупщIэ зиIэ IэщIагъэлI нэсхэр къахэкIыну, - жиIащ «Россельхозбанк» АО-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.
УАРДЭ Жантинэ.
| {
"source": "apkbr.ru",
"id": "847.txt"
} |